Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ШыІэныгъэ фхэлъу Иеговэ фыпэплъэ, гуфІэгъуэри зыфІэвмыгъэкІуэд

ШыІэныгъэ фхэлъу Иеговэ фыпэплъэ, гуфІэгъуэри зыфІэвмыгъэкІуэд

ИЕГОВЭ Іейуэ щыІэр Іуихыу, псори фІы щищІыжыну зэманым фыпэплъэрэ? (Апок. 21:1—5). ДауикІ, абы псори дыпоплъэ! Ауэ зыгуэрым уежьэну тыншкъым, псом хуэмыдэу, гугъуехь ущиІэм деж. Узыпэплъэр куэдрэ къэмыхъумэ, абы уи лъэр щІегъэху (Прит. 13:12, Гъэсэпэтхыдэхэр).

Ауэ Иеговэ хуейщ дэ шыІэныгъэ тхэлъу ар мы дунейм къыщыхэІэбэну зэманым дыпэплъэну. ШыІэныгъэ тхэлъыну Иеговэ щІыхуейр сыт? ГуфІэгъуэр тфІэмыкІуэду Иеговэ дыпэплъэну сыт къыддэІэпыкъунур?

СЫТ ИЕГОВЭ ЩІЫХУЕЙР ДЭ АБЫ ДЫПЭПЛЪЭНУ?

Библием щыжыІащ: «Иеговэ къыфпэплъэнущ, и фІыгъуэр къыфлъигъэсын щхьэкІэ, абы зыкъиІэтынущ, гущІэгъу къыфхуищІын папщІэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ — захуагъэ зыщІэ Алыхьщ. НасыпыфІэщ абы пэплъэ псори» (Ис. 30:18). Мы псалъэхэр япэ дыдэу зыхуэгъэзауэ щытар Иеговэ къуэ ерыщкІэ зэджа журтхэрат (Ис. 30:1). Ауэ а лъэпкъым цІыху пэжхэри яхэтт икІи а псалъэхэм абыхэм гугъэ къаритт. А псалъэхэм нобэ щыІэ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэми гугъэ къарет.

Иеговэ шыІэныгъэ хэлъу а зэманым щыпэплъэкІэ, дэри дыпэплъэн хуейщ. Мы дунейм кІэ къыщыхуигъэкІуэну махуэри сыхьэтри абы триухуакІэщ икІи езыри а зэманым поплъэ (Мт. 24:36). Абы щыгъуэ наІуэ хъунущ ШейтІаным Иеговэрэ абы и лэжьакІуэхэмрэ яхужиІэр пцІыуэ зэрыщытыр. ИужькІэ Иеговэ ШейтІанымрэ абы и лъэныкъуэ зыІыгъхэмрэ игъэкІуэдынущ, ауэ дэ «гущІэгъу къытхуищІынущ».

Дэ нобэ гъэунэхуапІэ куэдым дыпэщІохуэ. Иеговэ абыхэм псоми дыщимыхъумэми, абы къыджеІэ гуфІэгъуэ зыфІэдмыгъэкІуэду а махуэм дызэрыпэплъэфынур. Бегъымбар Ешайа зэрыжиІам хуэдэу, фІы гуэрым дыпэплъэху, дэ насыпыфІэу дыщытыфынущ (Ис. 30:18) a. Дауэ-тІэ апхуэдэ насып зэрызэдгъэгъуэт хъунур? АбыкІэ дэ чэнджэщиплІ къыддэІэпыкъунущ.

ГУФІЭГЪУЭ ЗЫФІЭДМЫГЪЭКІУЭДУ ДАПХУЭДЭУ ИЕГОВЭ ДЫЗЭРЫПЭПЛЪЭНУР?

ФІым егупсыс. Пащтыхь Даут илъэгъуащ залымыгъэ зезыхьэ, нэгъуэщІхэм лей тезыгъэхьэ цІыху куэд (Пс. 37:35). Апхуэдэу щытми, абы итхащ: «Зыри жумыІэу Иеговэ и пащхьэ ит икІи шыІэныгъэ пхэлъу абы пэплъэ. ЦІыхум и мурад Іейхэр къызэрехъулІэр щыплъагъум деж, ар уи гум щІумыгъэхьэ» (Пс. 37:7). Езы Даути а чэнджэщым тетт — абы Иеговэ къыдэІэпыкъуну къызэригъэгугъам и акъылыр триухуэт. Абы нэмыщІ Алыхьым къыхуищІэ псор Даут фІыщІэ ищІт (Пс. 40:5). Дэри гупсысэ Іейхэм зыщІедмыгъэубыдэу ди акъылыр фІым тедухуэмэ икІи дызит Іуэхум фІы зэрыхэтлъэгъуэным иужь дитмэ, Иеговэ нэхъ тыншу дыпэплъэфынущ.

Іэмал зэриІэкІэ нэхъыбэу Иеговэ тепсэлъыхь. 71-нэ Псаломыр зытхар Дауту къыщІэкІынщ. Абы мыпхуэдэу Иеговэ уэрэд хужиІэу щытащ: «Сэ уэ адэкІи сыппэплъэнущ икІи нэхъыбэжу уи цІэр згъэлъэпІэнущ» (Пс. 71:14). Дапхуэдэут абы Иеговэ и цІэр зэригъэлъапІэр? Даут Иеговэ теухуауэ адрейхэм яхутепсэлъыхьт, тхьэщІыхь уэрэдхэри жиІэт (Пс. 71:16, 23). Иеговэ дыпэплъэхукІэ, Даут хуэдэу, дэри гуфІэгъуэ диІэфынущ. Дэ Алыхьым и цІэр догъэлъапІэ хъыбарыфІыр зэрыдгъэІумкІэ, абы теухуауэ ди ныбжьэгъухэм дызэрепсалъэмкІэ, ди уэрэдхэри зэрыжытІэмкІэ. Ди уэрэдхэр щыжыпІэкІэ, абыхэм хэт псалъэхэмрэ къыпхуахь гуфІэгъуэмрэ егупсыс.

Къуэш, шыпхъухэм узэрагъэгушхуэм къару хэх. Гугъуехьхэм щыпэщІэхуам щыгъуэ, Даут Иеговэ мыпхуэдэу жриІащ: «Уэ пхуэпэж цІыхухэм уи цІэм сызэрыщыгугъыр езгъэлъагъунущ» (Пс. 52:9). Дэри къуэш, шыпхъухэм дызэрагъэгушхуэм къару хэтхыфынущ: хъыбарыфІыр щыдгъэІукІи, зэІущІэхэм дыщыщыІэкІи, зэгъусэу зэманыр щыдгъакІуэкІи (Рим 1:11, 12).

Гугъэ уиІэр нэхъ быдэ щІы. Псалом 62:5 щыжыІащ: «Сэ зыри жызмыІэу Алыхьым сыпоплъэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ си гугъапІэр къызыбгъэдэкІыр аращ». Дэ псори дыхуейщ гугъэ быдэ диІэну, псом хуэмыдэу, дунеищІэм дызэримыгугъауэ куэд щІауэ дыпэплъэмэ. Дэ быдэу ди фІэщ хъун хуейщ Иеговэ дыкъызэригъэгугъауэ хъуар къызэрыхъунур, дапхуэдизрэ абы дыпэплъэн хуей мыхъуами. Дэ Алыхьым и Псалъэр дджыурэ ди гугъэр нэхъ быдэ тщІыфынущ. Псалъэм папщІэ, зэпкърытх хъунущ абы ит пророчествэхэр, зы тхылъым итыр адрейм итым зэрытехуэр икІи Иеговэ езым теухуауэ къытхузэІуихыр (Пс. 1:2, 3). Абы нэмыщІ Иеговэ и Іэмырым техуэу абы тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. А псор дэ къыддэІэпыкъунущ дунеищІэм дежьэху, Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр тхъумэну (Иудэ 20, 21).

Аращи, пащтыхь Даут щапхъэ тефх икІи шэч къытевмыхьэ Иеговэ езым пэплъэхэм зэращхьэщытым икІи ахэр фІыуэ зэрилъагъум (Пс. 33:18, 22). ФІым фегупсыс, Иеговэ и цІэр вгъэлъапІэ, къуэш, шыпхъухэм фызэрагъэгушхуэм къару хэфх икІи гугъэр зыфІэвмыгъэкІуэд. А псор фэ къывдэІэпыкъунущ шыІэныгъэ фхэлъу Иеговэ фыпэплъэну.

a Исайя 30:18 ит «пэплъэ» жихуиІэ псалъэм «къыпхуэмыгъэсу пэплъэн» жиІэу къокІ. Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ дыкъыщригъэлыным хуабжьу упэплъэным зыри Іей зэрыхэмылъыр.