Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Иеговэ къэхъуну Іуэхугъуэхэр ипэ къихуэу жиІэну зэфІэкІ зэриІэм теухуауэ сыт Библием итыр?

Библием гурыІуэгъуэу итщ Иеговэ къэхъун хуей Іуэхугъуэхэм теухуауэ ипэ къихуэу жиІэну зэфІэкІ зэриІэр (Ис. 45:21). Ауэ Иеговэ а зэфІэкІыр дапщэщ икІи дапхуэдэу къигъэсэбэпми Библием нэгъэсауэ къытхузэІуихкъым. Уеблэмэ, къэхъунум теухуауэ Иеговэ сыт къищІэну хуейми абы иткъым. Абы къыхэкІкІэ, Иеговэ къэхъунур къызэрищІэм теухуауэ дэ зы еплъыкІэ гуэрым тедгъэчыныхьын хуейкъым. Ауэ а темэм теухуауэ дэ зыгуэрхэри дощІэ.

Иеговэ и зэфІэкІым гъунэ имыІэми, езым гъунэ гуэрхэр зыхуигъэувыжащ. Алыхьым и Іущагъым гъунэ иІэкъым икІи сыт хуэдэ Іуэхугъуэми теухуауэ ар къэмыхъу щІыкІэ жиІэфынущ (Рим 11:33). Иеговэ нэгъэсауэ зышыІэныгъэ зэригъэлъагъуэм къыхэкІкІэ Іуэхугъуэ гуэрым теухуауэ къэхъунур къимыщІэну унафэ ищІыфынущ (Евгъапщэ Исайя 42:14.)

Иеговэ и Іэмырыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ Іуэхухэр зэтреухуэ. Мы гупсысэр дапхуэдэу зэрепхар къэхъун хуей Іуэхугъуэхэр ипэ къихуэу Иеговэ зэрищІэм? Исайя 46:10 мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «Сэ икІэм къэхъунур ипэкІэ жызоІэ, икІи пасэрей зэманым щыщІэдзауэ — иджыри къэмыхъуар. Сэ жызоІэ: „Си мурадыр къэхъунущ икІи сэ сызыхуейр згъэзэщІэнущ“».

Къэхъунур ипэ къихуэу Иеговэ къищІэну зэфІэкІ зэриІэм и зы щхьэусыгъуэр — абы и сыт хуэдэ мурадри игъэзэщІэну къару зэриІэращ. Псалъэм папщІэ, дэ кино гуэрым дыщеплъкІэ, ар зэриухынур къэтщІэну дыхуеймэ, бледгъэшу икІэм къэхъуам деплъыфынущ. Ауэ Иеговэ къэхъун хуей Іуэхугъуэхэр къищІэн щхьэкІэ ипэкІэ плъэуэ ахэр къызэрыхъум еплъу аракъым. И мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ Иеговэ къэхъун хуей Іуэхугъуэхэри, ахэр къыщыхъун хуей зэманри къыхехри, триухуар игъуэу къэхъун щхьэкІэ Іуэхухэр еунэтІ (Исх. 9:5, 6; Мт. 24:36; Апост. 17:31).

Аращ къэхъун хуейуэ Иеговэ триухуа Іуэхугъуэхэм теухуауэ Библием дыкъыщеджэм деж «тезухуащ», «мурад сщІащ», «согъэхьэзыр» жыхуиІэ псалъэхэм дыщІрихьэлІэр (2 Цар. 19:25; Ис. 46:11; Иер. 18:11). Мы псалъэхэр Библиер япэу зэратха бзэмкІэ «кхъуэщыныщІ» жыхуиІэ псалъэм къикІым тохуэ (Иер. 18:3, 4). КхъуэщыныщІ Іэзэм ятІагъуэм хьэкъущыкъу дахэ къызэрыхищІыкІыфынум хуэдэу, Алыхьми и Іэмырыр игъэзэщІэн щхьэкІэ, Іуэхугъуэхэр зэрыхуейм хуэдэу зэтриухуэфынущ е иунэтІыфынущ (Еф. 1:11).

Щхьэж ищІэнур къыхихыну Иеговэ хуитыныгъэ къыдитащ. Алыхьым цІыхум и натІэм зыри иритхэкъым: фІы ищІэну абы зыри хигъэзыхькъым икІи кІуэдыпІэм хуэзышэ Іуэхухэри ищІэну цІыхур хуигъэушкъым. Иеговэ псоми хуитыныгъэ къыдет дызыхуей гъуэгур къыхэтхыну, ауэ дыкъыхуреджэ гъуэгу пэжым дытетыну.

ЩапхъитІ зэпкърытхынщ. Япэрауэ, Нинуй къалэм дэса цІыхухэм я гугъу тщІынщ. Абыхэм Іей куэд ящІэти, Иеговэ жиІащ а къалэр зэригъэкІуэдынур. Ауэ абыхэм тобэ къахьыжа иужь, Алыхьыр «хущІегъуэжри, насыпыншагъэу къахуигъэкІуэну жыхуиІар къахуигъэкІуакъым» (Иона 3:1—10, Инус бегъымбар, 2009). Иеговэ и мурадыр ихъуэжащ, къалэм дэсхэр абы жиІам зэредэІуам щхьэкІэ.

ЕтІуанэрауэ, Кир теухуа пророчествэм деплъынщ. Тхыгъэ ЛъапІэм щыжыІауэ щытат абы гъэрыпІэм щыІэ журт лъэпкъыр щхьэхуит ищІыжу, Иеговэ и унэшхуэр зэтрагъэувэжыну унафэ къызэрыдигъэкІынур (Ис. 44:26—45:4). А пророчествэр зыгъэзэщІар Персием и пащтыхь Кирщ (Езд. 1:1—4). Кир Иеговэ хуэмылажьэу щытами, Алыхьым ар къигъэсэбэпащ, пророчествэр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ (Прит. 21:1, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ауэ Алыхьым Кир хигъэзыхьакъым и лэжьакІуэ хъуну.

ДауикІ, къэхъун хуейхэр щыжиІэм деж, Иеговэ зэпишэч псор дэ къытхуэщІэнукъым. Зы цІыхуми Иеговэ и гупсысэхэр и кІэм нэс къыхуэщІэнукъым (Ис. 55:8, 9). Дапхуэдэу щымытами, Иеговэ къытхузэІуиххэм къегъэлъагъуэ ар сыт щыгъуи захуагъэм зэрытетыр, къэкІуэным теухуауэ щыжиІэм дежи.