Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

19 СТАТЬЯР

22-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр кърекІуэ!

Иеговэ гузэвэгъуэшхуэ зэманым дапхуэдэу хьэкум зэрищІынур?

Иеговэ гузэвэгъуэшхуэ зэманым дапхуэдэу хьэкум зэрищІынур?

«[Иеговэ] зы цІыхуи кІуэдыну хуейкъым» (2 ПЕТ. 3:9).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Гузэвэгъуэшхуэ зэманым Иеговэ пэжагъым, захуагъэм тету хьэкум зэрищІынум шэч къытетхьэн щІыхуэмейм.

1. Дэ зэман гъэщІэгъуэныщэм дыщыпсэууэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

 ДЭ ЗЭМАН гъэщІэгъуэныщэм дыщопсэу! Махуэ къэс жыхуаІэм хуэдэу Библием ит пророчествэхэр къызэрыхъур долъагъу. Псалъэм папщІэ, дэ долъагъу ипщэ пащтыхьымрэ ищхъэрэ пащтыхьымрэ дуней псом тепщэу щытыным щхьэкІэ зэрызэпэщІэтыр (Дан. 11:40, сноскэ). Дэ иджыри долъагъу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІым щІылъэ псом зэрызыщиубгъур икІи мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм пэжыр къызэращтэр (Ис. 60:22; Мт. 24:14). Абы нэмыщІ Алыхьым къыбгъэдэкІ щІэныгъэр игъуэу, куэду къытІэрохьэ (Мт. 24:45—47).

2. КъэкІуэну зэманым теухуауэ дэ псоми дыщымыгъуазэми, сытым шэч къытедмыхьэми хъуну?

2 Иеговэ къэкІуэну зэманым къытпэщылъыр хуэм-хуэмурэ къытхузэІуех (Прит. 4:18, Гъэсэпэтхыдэхэр; Дан. 2:28). Пэжыр жытІэнщи, дэ псоми дыщыгъуазэкъым. Ауэ дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ зэман гугъухэм Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэн икІи ди зэкъуэтыныгъэр тхъумэн щхьэкІэ, тщІэн хуей псом щыгъуазэу дызэрыщытынум. Мы статьям япэщІыкІэ къыщытщІэнущ гузэвэгъуэшхуэм теухуауэ еплъыкІэ диІам дыхэплъэжын хуей щІэхъуар. ИужькІэ дытепсэлъыхьынущ къэкІуэну зэманым теухуауэ сытым дыщыгъуазэми икІи уафэм щыІэ ди Адэм абы щыгъуэ сыт ищІэнуми.

СЫТ ДЫЗЫЩЫМЫГЪУАЗЭР?

3. ЦІыхухэм Иеговэ и лъэпкъым къыхыхьэну Іэмал щамыІэжыну зэманым теухуауэ сыт жытІэу щытар икІи сыт хуэдэ щхьэусыгъуэт абы иІэр?

3 Япэм щыгъуэ дэ жытІэу щытащ гузэвэгъуэшхуэм щІидза иужь Иеговэ и Щыхьэту щымыт зы цІыхуми Іэмал имыІэну Иеговэ и лъэныкъуэр иубыду, Армагеддоным къелыну. Апхуэдэ гупсысэм щхьэ дыкъыхуэкІуат? Дэ ди гугъэт Нухь щыгъуэ щыІа псыдзэшхуэм къэкІуэну зэманым къэхъуну Іуэхугъуэхэр къигъэлъагъуэу. Дэ дегупсыст: псыдзэшхуэр щІидзэн ипэ, кхъухьым и бжэр Иеговэ хуищІыжащ. Апхуэдэ дыдэу, гузэвэгъуэшхуэм дежи Иеговэ «бжэр хуищІынурэ», къелыну зыми Іэмал иІэнукъым (Мт. 24:37—39).

4. Псыдзэшхуэм къигъэлъагъуэу пІэрэ къэкІуэну зэманым къэхъун хуейр? КъыдгурывгъаІуэ.

4 Псыдзэшхуэм къигъэлъагъуэу пІэрэ къэкІуэну зэманым къэхъун хуейр? Хьэуэ, къигъэлъагъуэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы теухуауэ Библием зыри иткъым a. Пэжщ, Хьисэ Нухь и зэманыр иригъэщхьащ езыр къыщыкІуэжыну зэманым. Ауэ абы жиІакъым псыдзэшхуэм ипэ къэхъуахэм хуэдэ къэкІуэну зэманым къэхъуну икІи Иеговэ кхъухьым и бжэр зэрыхуищІыжам зыгуэр къигъэлъагъуэу. Ауэ а псом къикІкъым Нухь и зэманым къэхъуа псыдзэшхуэм зыми дыхуимыгъасэу.

5. 1) Псыдзэшхуэр къэхъун ипэ Нухь дапхуэдэу фІэщхъуныгъэ зэригъэлъэгъуар? (Еврейхэм 11:7; 1 Петр 3:20). 2) Нобэ хъыбарыфІ гъэІуныр зэрекІуэкІымрэ Нухь и зэманым зэрекІуэкІыу щытамрэ сыткІэ зэщхь?

5 Иеговэ псыдзэшхуэкІэ дунейр зэригъэкІуэдынур Нухь жриІащ. Нухь ар зэрызэхихыу, фІэщхъуныгъэ игъэлъагъуэри кхъухьыр ищІащ. (Къеджэ Еврейхэм 11:7; 1 Петр 3:20.) Ноби, апхуэдэ дыдэу, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ зэхэзыхым къищІэр и гъащІэм къыщигъэсэбэпу щІидзэн хуейщ (Апост. 3:17—20). Апостол Пётр жиІащ «Нухь бегъымбарыр щыпкъагъэм и гъуэгум и хъыбарыр» зыІуатэ цІыхуу щытауэ (2 Пет. 2:5). Мыбы ипэ ит статьям зэрыщыжыІащи, дэ тщІэкъым псыдзэшхуэ къызэрыхъунум теухуа хъыбарыр Нухь цІыху псоми захригъэхын мурад иІэу кампание иригъэкІуэкІарэ иримыгъэкІуэкІарэ. Нобэ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр дуней псом щоІу. Ауэ дапхуэдиз къару едмыхьэлІами, дэ тхузэфІэкІынукъым дунейм и кІэр къэмыс щІыкІэ цІыхуу хъуам хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэну. Сыт щхьэкІэ?

6, 7. Дунейм и кІэр къэмыс щІыкІэ цІыху псоми хъыбарыфІыр ялъэдгъэІэсыну сыт щІытхузэфІэмыкІынур?

6 ХъыбарыфІ гъэІуным зэрызиубгъуным теухуауэ Хьисэ жиІам деплъынщ. Абы жиІащ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым щІылъэ псом тет цІыхухэр ирагъэдэІуэн хуейуэ щытщ» (Мт. 24:14). ХъыбарыфІ гъэІуным иджы хуэдэу зыщиубгъуа зэи къэхъуакъым. Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр бзэ 1 000-м щІигъукІэ догъэІу икІи jw.org сайтым и фІыгъэкІэ ар цІыхухэм я нэхъыбэм зэхах.

7 Хьисэ и гъэсэнхэм иджыри яжриІауэ щытащ дунейм и кІэр къэмыс щІыкІэ къалэхэр псори къызэрамыкІухьыфынур икІи цІыху къэс хъыбарыфІыр зэрылъамыгъэІэсыфынур (Мт. 10:23; 25:31—33). Хьисэ и псалъэхэр ди зэманми хуокІуэ. ХъыбарыфІыр щыдгъэІуну дыздыхуимыт щІыпІэхэм мелуан бжыгъэ хъу цІыху щопсэу. Дакъикъэ къэси щэ бжыгъэкІэ сабий къалъху. ДауикІ, дэ тхузэфІэкІыу хъуар дощІэ, «лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми» хъыбарыфІыр ялъэІэсын щхьэкІэ (Апок. 14:6). Ауэ, пэжыр пэжщ: дунейм и кІэр къэмыс щІыкІэ дэ тхузэфІэкІынукъым цІыху псоми хъыбарыфІыр ялъэдгъэІэсыну.

8. КъэкІуэну зэманым Иеговэ хьэкум зэрищІынум теухуауэ сыт хуэдэ упщІэхэр къэхъеифыну? (Сурэтми феплъ.)

8 Аращи, мыпхуэдэ упщІэхэр къохъей: «Гузэвэгъуэшхуэр къэхъун ипэ хъыбарыфІыр зэхахыну Іэмал зимыІахэм сыт къащыщІынур? Иеговэрэ Хьисэрэ а цІыхухэм теухуауэ сыт хуэдэ унафэ ящІынур?» (Ин. 5:19, 22, 27; Апост. 17:31). Мы статьяр зытегъэщІа пычыгъуэм щыжыІащ Иеговэ «зы цІыхуи кІуэдыну» зэрыхуэмейр. Ар зыхуейр «цІыху псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжыныр» арщ (2 Пет. 3:9; 1 Тим. 2:4). Ауэ дэ тщІэкъым хъыбарыфІыр зэхэзымыха цІыхухэм Иеговэ дапхуэдэу хьэкум ятрищІыхьынуми. Иеговэ ар иджыри къытхузэІуихакъым икІи ищІэнухэр псори къыджиІэну и къалэнкъым.

Гузэвэгъуэшхуэр къэхъун ипэ хъыбарыфІыр зэхахыну Іэмал зимыІахэм теухуауэ сыт Иеговэ ищІэнур? (8-нэ абзацым феплъ.) c


9. Иеговэ сыт БиблиемкІэ къытхузэІуихар?

9 Къапщтэмэ, Иеговэ ищІэну зигъэхьэзырым теухуауэ дэ зыгуэрхэр дощІэ. Псалъэм папщІэ, дэ абы БиблиемкІэ къытхузэІуихащ «щыпкъагъэ зимыІэхэр» къызэригъэтэджыжынур, нэгъуэщІу жыпІэмэ, хъыбарыфІыр зэхэзымыха икІи захъуэжыну Іэмал зимыІа цІыхухэр (Апост. 24:15; Лк. 23:42, 43). Абы ипкъ иткІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ нэгъуэщІ упщІэхэр къоув.

10. Сыт хуэдэ упщІэхэр иджыри къэхъеифыну?

10 Гузэвэгъуэшхуэ зэманым лІэнухэр Иеговэ къигъэтэджыжыну, хьэмэрэ къимыгъэтэджыжыну? Библием жеІэ Иеговэ пэщІэувэхэр Армагеддоным зэрыхэкІуэдэнур икІи зэи къызэрымытэджыжынур (2 Фес. 1:6—10). Ауэ гузэвэгъуэшхуэ зэманым узым е жьыгъэм илІыкІахэм, насыпыншагъэ гуэркІэ лІахэм е зыгуэрым ІэщІэукІахэм теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? (Эккл. 9:11; Зах. 14:13). Абыхэм ящыщ гуэрхэр «щыпкъагъэ зимыІэ» цІыху къэтэджыжынухэм яхэтыну пІэрэ? А упщІэхэм я жэуапыр дэ тщІэкъым.

СЫТ ДЫЗЫЩЫГЪУАЗЭР?

11. Армагеддоным деж Хьисэ цІыхухэм хьэкум зэратрищІыхьынур сыт зэлъытауэ щытынур?

11 Ауэ дэ зыгуэрми дыщыгъуазэщ. Псалъэм папщІэ, дэ дощІэ: Армагеддоным деж цІыхухэм хьэкум тращІыхьынур зэлъытауэ щытынур ахэр Хьисэ и къуэшхэм зэрыхущытаращ (Мт. 25:40). Хьисэрэ абы и къуэшхэмрэ щІэгъэкъуэн яхуэхъуахэр мэлхэм хабжэнущ. Дэ иджыри дощІэ гузэвэгъуэшхуэр щІидза иужь Хьисэ и къуэшхэм щыщ гуэрхэр зэман гуэркІэ щІылъэм зэрыщыІэнур икІи Армагеддоныр щІидзэным куэд имыІэжу уафэм зэрыдэкІуеижынур. Хьисэ и къуэшхэр щІылъэм щыІэху, зигу къабзэ цІыхухэм Іэмал яІэну къыщІэкІынщ абыхэм я лэжьыгъэр даІыгъыну (Мт. 25:31, 32; Апок. 12:17).

12, 13. «Бабилэнышхуэр» щагъэкІуэдым деж языныкъуэхэм ар дапхуэдэу къазэрыщыхъункІэ хъунур? (Сурэтми феплъ.)

12 Дэ зэрытщІэмкІэ, «Бабилэнышхуэр» зэрагъэкІуэдымкІэ гузэвэгъуэшхуэм щІидзэнущ. Абы щыгъуэ языныкъуэ цІыхухэм ягу къэкІыжыну къыщІэкІынщ Иеговэ и Щыхьэтхэм ар къызэрыхъунур куэд щІауэ жаІэу зэрыщытар. Абы зыгуэрхэр хуигъэушыну пІэрэ Иеговэ и лъэныкъуэр яубыдыну? (Апок. 17:5; Иез. 33:33).

13 Мусэ и зэманым къэхъуа Іуэхугъуэхэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Израил цІыхухэр Мысырым къыщикІыжым щыгъуэ, лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ цІыху куэд я гъусэу къыдэкІащ (Исх. 12:38). Абыхэм ящыщ гуэрхэм Иеговэ я фІэщ хъуауэ къыщІэкІынщ, тезырипщІым теухуауэ Мусэ жиІа псалъэхэр къызэрыхъур щалъагъум. Абы хуэдэу, «Бабилэнышхуэр» ягъэкІуэда иужь, Армагеддоныр щІимыдзэ щІыкІэ зыгуэрхэр къытхыхьэмэ, ар ди жагъуэ хъуну-тІэ? Уэи, мыхъуну! Дэри уафэм щыІэ ди Адэм ещхьу дыщытыну дыхуейщ. Ар «Алыхь гу щабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ, тэмакъкІыхьщ, фІылъагъуныгъи пэжагъи и куэдщ» (Исх. 34:6) b.

Бабилэнышхуэр зэрагъэкІуэдыр цІыхухэм щалъагъукІэ, абыхэм ягу къэкІыжынкІэ хъунущ Иеговэ и Щыхьэтхэм куэд щІауэ абы теухуауэ жаІэу зэрыщытар (12, 13-нэ абзацхэм феплъ.) d


14, 15. ЦІыхум гъащІэ мыухыж иІэнрэ имыІэнрэ елъытауэ пІэрэ ар щыпсэу щІыпІэмрэ щылІа зэманымрэ? КъыдгурывгъаІуэ (Псалом 33:4, 5).

14 Иныкъуэхэм деж зыгуэрхэм мыпхуэдэу жаІэу зэхыдох: «Гузэвэгъуэшхуэр щІимыдзэ щІыкІэ си Іыхьлыр лІам нэхъыфІт. Абы щыгъуэ ар къэтэджыжынухэм яхэтынут». ДауикІ, апхуэдэу жызыІэм и гум Іей илъу аракъым, атІэ ар цІыхум фІыкІэ хуэупсэу аращ. ЦІыхур игъащІэкІэ псэунрэ мыпсэунрэ ар щылІа зэманым елъыта? Иеговэ хьэкум щищІым деж захуагъэ хэлъщ, пэжагъми тетщ. (Къеджэ Псалом 33:4, 5.) Шэч хэлъкъым щІылъэ псом и ХеящІэ Иеговэ захуагъэ хэлъу а Іуэхур зэрызэхигъэкІынум (ЩІэдз. 18:25).

15 Иджыри жыпІэ хъунущ цІыхум гъащІэ мыухыж иІэнрэ имыІэнрэ ар щыпсэу щІыпІэм елъытауэ зэрыщымытыр. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр бгъэІуну Іэмал здэщымыІэ къэралхэм мелуан бжыгъэ хъу цІыху щопсэу. Уи щхьэ пхуигъэзагъэкъым Иеговэ ахэр псори бжэнхэм яхибжэну! (Мт. 25:46). Щыпкъагъэ зыхэлъ ХеящІэр дэр нэхърэ нэхъ Іеижу абыхэм щхьэкІэ мэгузавэ. Дэ тщІэкъым Иеговэ гузэвэгъуэшхуэм деж Іуэхур дапхуэдэу иунэтІынуми. Иеговэ лъэпкъ псоми я пащхьэ и цІэр щигъэлъэпІа иужь, абыхэм щыщ языныкъуэхэм фІэщхъуныгъэ яІэ хъууэ, Алыхь пэжым и лъэныкъуэр яубыдынкІэ хъунущ (Иез. 38:16).

«Бабилэнышхуэр» зэрагъэкІуэдымкІэ гузэвэгъуэшхуэм щІидзэнущ. Абы зыгуэрхэр хуигъэушыну пІэрэ Иеговэ и лъэныкъуэр яубыдыну?

16. Иеговэ теухуауэ сыт дэ тщІэр? (Сурэтми феплъ.)

16 Библиер зэрыдджым и фІыгъэкІэ дэ къэтщІащ Иеговэ цІыхум и гъащІэр дапхуэдизу лъапІэу илъытэми. Дэ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэун щхьэкІэ абы и Къуэм и гъащІэр итащ (Ин. 3:16). Абы щабэу и нэІэ къызэрыттригъэтыр дэтхэнэ зыми зыхыдощІэ (Ис. 49:15). Алыхьым дэтхэнэ зы цІыхуми и цІэр ещІэ. Абы апхуэдизкІэ фІыуэ децІыхури, дылІэу щытмэ, хьэл-щэн тхэлъар, гупсысэ диІахэр, ди гукъэкІыжхэр диІэу дыкъигъэтэджыжыфынущ (Мт. 10:29—31). Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ Иеговэ дэтхэнэ зы цІыхуми хьэкум щытрищІыхькІэ щыщІагъэ хэмылъу унафэ зэрищІынум. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уафэм щыІэ ди Адэм Іущагъи, захуагъи, гущІэгъуи хэлъщ (Екъуб 2:13).

Иеговэ Іущагъи, захуагъи, гущІэгъуи хэлъщи, дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ абы дэтхэнэ зы цІыхуми хьэкум щытрищІыхькІэ щыщІагъэ хэмылъу унафэ зэрищІынум (16-нэ абзацым феплъ.)


17. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?

17 Мы статьям зи гугъу тщІа зэхъуэкІыныгъэхэм къагъэлъагъуэ хъыбарыфІ гъэІуным нэхъри нэхъ мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Нэхъ псэемыблэжу хъыбарыфІыр дгъэІуну сыт дыхуэзыгъэушыр? Мы упщІэхэм я жэуапхэр нэхъ куууэ къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.

76-НЭ УЭРЭДЫР Сыт зыхэпщІэр?

b Бабилэнышхуэр ягъэкІуэда иужь зэман гуэр дэкІынурэ Магог щІыналъэм щыщ Гогыр Алыхьым и лъэпкъым теуэнущ. А зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэм я закъуэкъым гъэунэхуапІэ ихуэнур, атІэ гузэвэгъуэшхуэм щІидза иужь Алыхь пэжым и лъэныкъуэ зыубыдынухэри гъэунэхуапІэ пэщІэхуэнущ.

c СУРЭТХЭМ ИТЫР. ХъыбарыфІыр дуней псом щагъэІуми, ар зэхахыну псоми Іэмал яІэкъым. Мис абы и зы щхьэусыгъуищ: 1) къекІуэкІ диным и ягъэкІэ хъыбарыфІыр щыбгъэІуну здэшынагъуэ щІыпІэм цІыхубзыр щопсэу; 2) хъыбарыфІыр бгъэІуну хуитыныгъэ здэщымыІэ къэралым унагъуэр щопсэу; 3) Иеговэ и Щыхьэтхэр здылъэмыІэсыф щІыпІэм цІыхухъур щопсэу.

d СУРЭТХЭМ ИТЫР. Зэхуэсым пэжыжьэ хуэхъуа хъыджэбзым игу къегъэкІыж «Бабилэнышхуэр» зэрызэтракъутэным теухуауэ Библием ит пророчествэр. Абы ар хуегъэуш Иеговэ и деж хъумапІэ къыщилъыхъуэну икІи ар Иеговэ хуэлажьэ и адэ-анэм деж къокІуэ. ЦІыхухэм Иеговэ и деж къызэрагъэзэжыр щытлъагъукІэ дэ дыхуейщ абыхэм щхьэкІэ дыгуфІэну икІи уафэм щыІэ ди Адэм иІэ гущІэгъум хуэдэ дгъэлъэгъуэну.