Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

25 СТАТЬЯР

7 УЭРЭДЫР Иеговэщ къару къыдэзытыр

Зыщывмыгъэгъупщэ, Иеговэ — «Алыхь псэущ»

Зыщывмыгъэгъупщэ, Иеговэ — «Алыхь псэущ»

«Иеговэ — Алыхь псэущ!» (ПС. 18:46).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Дызыхуэлажьэ Алыхьыр — «Алыхь псэууэ» зэрыщытыр тщІэжыным мыхьэнэшхуэ зэриІэм.

1. Гугъуехьхэм емылъытауэ адэкІи Алыхьым дыхуэлэжьэну сыт къыддэІэпыкъур?

 БИБЛИЕР ди зэманым «зэман гугъукІэ» йоджэ (2 Тим. 3:1). Мы дунейм цІыхухэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм дэри дыпэщІохуэ. Ауэ абы нэмыщІ дэ Иеговэ дызэрыхуэлажьэм щхьэкІэ гугъу драгъэхь. А псом емылъытауэ адэкІи Алыхьым дыхуэлэжьэну сыт къыддэІэпыкъур? Дэ ди щхьэкІэ зыхэтщІащ Иеговэ щІэгъэкъуэн къызэрытхуэхъур икІи дощІэ ар «Алыхь псэууэ» зэрыщытыр (Иер. 10:10; 2 Тим. 1:12).

2. Иеговэ — Алыхь псэущ жиІэм сыт къикІыр?

2 Гугъуехь дызыпэщІэхуэу хъуар Иеговэ елъагъу икІи къызэрыддэІэпыкъун Іэмал сытым дежи къегъуэт (2 Лет. 16:9; Пс. 23:4). Иеговэ Алыхь псэууэ зэрыщытыр тщІэжмэ, сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми дыпэлъэщыфынущ. Ар Даут и щапхъэмкІэ зэпкърытхынщ.

3. Даут «Иеговэ — Алыхь псэущ!» щыжиІам сыт абы къригъэкІар?

3 Даут Иеговэ фІыуэ ицІыхут икІи абы щыгугът. Абы пащтыхь Щаулрэ нэгъуэщІ и бийхэмрэ защыфІигъэпщкІум, Иеговэ и деж хъумапІэ къыщилъыхъуэт (Пс. 18:6). Алыхьым жэуап къриту, къыщригъэлам щыгъуэ абы хэІэтыкІауэ жиІащ: «Иеговэ — Алыхь псэущ!» (Пс. 18:46). А псалъэхэмкІэ Даут жиІэну зыхуеяр Алыхьыр зэрыщыІэ закъуэракъым. Зы справочник гуэрым зэритымкІэ, Даут шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым Иеговэ «алыхь псэууэ икІи и лэжьакІуэхэм сыт щыгъуи ядэІэпыкъуу зэрыщытым». Пэжщ, Даут и гъащІэмкІэ игъэунэхуащ Иеговэ Алыхь псэууэ зэрыщытыр. Абы мурад быдэ ищІат адэкІи Иеговэ хуэлэжьэну икІи и цІэр игъэлъэпІэну (Пс. 18:28, 29, 49).

4. Иеговэ Алыхь псэууэ зэрыщытыр къызэрыдгурыІуэр сыткІэ къыддэІэпыкъурэ?

4 Дэри Иеговэ зэры-Алыхь пэжыр быдэу ди фІэщ хъумэ, псэемыблэжу абы дыхуэлэжьэнущ. Иеговэ щхьэкІэ зыгуэр тщІэну икІи гъэунэхуапІэхэм дыпэщІэтыну дэ къарурэ гукъыдэжрэ диІэнущ. Абы нэмыщІ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм зыри зэран хуэдгъэхъунукъым.

АЛЫХЬ ПСЭУМ КЪАРУ КЪЫВИТЫНУЩ

5. ГъэунэхуапІэхэм дыщышынэн щІыхуэмейр сыт? (Филиппи 4:13).

5 Иеговэ Алыхь псэууэ зэрыщытыр икІи къыддэІэпыкъуну зэрыхьэзырыр зыщыдмыгъэгъупщэмэ, дэ сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми дыпэлъэщыфынущ — ар цІыкІу ирехъу е ин ирехъу. Дэ сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуэми, Иеговэ хэкІыпІэ къигъуэтыфынущ. Ар ЛъэкІыныгъэ псори зиІэ Алыхьщ икІи теубыдагъэ диІэн щхьэкІэ абы къару къыдитыфынущ. (Къеджэ Филиппи 4:13, ДЩІ.) Аращи, дэ щхьэусыгъуэ диІэкъым гъэунэхуапІэхэм дыщышынэну. Иеговэ гугъуехь нэхъ цІыкІухэм къызэрыддэІэпыкъур щытлъагъум деж, дэ ди фІэщ мэхъу гугъуехь нэхъ инхэми къызэрыддэІэпыкъунур.

6. Даут щыныбжьыщІэм щыгъуэ къыщыщІа сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэра къыдэІэпыкъуар Иеговэ нэхъыбэу дзыхь хуищІыну?

6 Иеговэ къызэрыдэІэпыкъунур Даут быдэу и фІэщ хъут. Апхуэдэ фІэщхъуныгъэ иІэну Даут къыдэІэпыкъуа ІуэхугъуитІ дигу къэдгъэкІыжынщ. Ар щыныбжьыщІэм и адэм и мэл хъушэр игъэхъут. Зэгуэр аслъэным мэл ихьащ, иужькІэ мэл хъушэм мыщэ теуащ. ТІум щыгъуэми Даут абыхэм якІэлъыжэри мэл цІыкІухэр къригъэлащ, ауэ а ехъулІэныгъэхэр езым и фІыгъэу къилъытакъым. Абы ищІэт ар Иеговэ къызэрыбгъэдэкІыр (1 Сам. 17:34—37). Даут зэи щыгъупщэтэкъым Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуу щытар. А псом зэрегупсысым и фІыгъэкІэ абы шэч къытрихьэтэкъым Алыхь псэур адэкІи къызэрыдэІэпыкъунум.

7. Сытыт Даут и акъылыр зытригъэтыр икІи ар дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар ДжэлутІ пэщІэувэну?

7 Зэман дэкІри, Даут зауэлІхэр щызэхэт щІыпІэм кІуащ и къуэшхэм я Іуэху зыІутыр къищІэну. Абы щыгъуэ ар илъэс 20-и хъутэкъым. Абы илъэгъуащ филистимлянхэм щыщ иныжь ДжэлутІ израил зауэлІхэм зэрыщыдыхьэшхым ахэр зэригъэгужьеяр (1 Сам. 17:10, 11). Ахэр ДжэлутІ и инагъымрэ и ауан псалъэхэмрэ егупсысти арат щІэшынэр (1 Сам. 17:24, 25). Ауэ Даут и акъылыр зытриухуар нэгъуэщІт. Абы къыгурыІуэт ДжэлутІ израил зауэлІхэм щыдыхьэшх щхьэкІэ, ипэжыпІэкІэ зыщыдыхьэшхыр «Алыхь псэум и дзэрауэ» зэрыщытыр (1 Сам. 17:26). Даут зэгупсысыр Иеговэт. Абы шэч къытрихьэтэкъым ар щымэлыхъуэм щыгъуэ къезыгъэла Алыхьым иджыпстуи къызэримыгъэнэнум. Иеговэ къызэрыдэІэпыкъунур Даут ищІэу ДжэлутІ пэщІэуващ икІи, зэрытщІэщи, текІуэныгъэ къихьащ! (1 Сам. 17:45—51).

8. Сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми Иеговэ къызэрыддэІэпыкъунум шэч къытедмыхьэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр? (Сурэтми феплъ.)

8 Алыхь псэур дэри къыддэІэпыкъуну сытым дежи зэрыхьэзырыр тщІэжмэ, ехъулІэныгъэ диІэу гъэунэхуапІэхэм дыпэщІэтыфынущ (Пс. 118:6). Ар быдэу ди фІэщ хъунущ Иеговэ пасэм щыгъуэ и лэжьакІуэхэм зэрыдэІэпыкъуу щытам теухуауэ Библием дыкъыщеджэмэ (Ис. 37:17, 33—37). Абы нэмыщІ jw.org сайтми къыщыдгъуэтыфынущ Иеговэ ноби и лэжьакІуэ пэжхэм щІэгъэкъуэн зэрахуэхъур. Иеговэ уэ езыми къызэрыбдэІэпыкъуар уигу къэгъэкІыж. Уэ мыпхуэдэу уегупсысынкІэ хъунущ: «Сэ аслъэни мыщи себэнын хуей хъуакъым». Уэ узэбэныракъым мыхьэнэ зиІэр. Мыхьэнэ нэхъ зиІэр Иеговэ уи гъащІэм зэрыхэтыращ икІи езым и ныбжьэгъу уищІыну гу къызэрыплъитаращ (Ин. 6:44). Иджыпстуи ар щІэгъэкъуэн къыпхуохъу пэжым и гъуэгум утемыкІын щхьэкІэ. Уэ Иеговэ уелъэІу хъунущ уигу къигъэкІыжыну уи тхьэлъэІум жэуап щритахэр, дэІэпыкъуэгъу ущыхуэныкъуэм щІэгъэкъуэн къызэрыпхуэхъуар икІи гугъуехь ущиІэм къызэрыпщхьэщытар. Абыхэм узэрегупсысым къыбгуригъэІуэнущ Иеговэ зэи укъызэримыгъэнэнур.

ГъэунэхуапІэхэм Иеговэ хуэпэжу дыкъанэмэ, дэ ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр къыщІыдогъэщ (8, 9 абзацхэм феплъ.)


9. Сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр гъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэм деж? (Притчи 27:11).

9 Иеговэ Алыхь псэууэ зэрыщытыр зыщыдмыгъэгъупщэмэ, гъэунэхуапІэхэм еплъыкІэ тэмэм худиІэнущ. ГъэунэхуапІэхэм дызэрыпэщІэт щІыкІэм Иеговэ е егъэгуфІэ е и гур хегъэщІ. ШейтІаным жеІэ дэ гугъуехь дыпэщІэхуэмэ, Алыхьыр ІэщІыб тщІыну (Иов 1:10, 11; къеджэ Притчи 27:11). Ауэ Иеговэ хуэпэжу дыкъыщынэм деж абы худиІэ лъагъуныгъэр къыдогъэлъагъуэ икІи ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр къыщІыдогъэщ. Иджыпсту гъэунэхуапІэ гуэр уиІэу пІэрэ? Тепщэныгъэ зиІэхэр къыппэщІэувэрэ? Ахъшэм пыщІа гугъуехь уиІэ? ХъыбарыфІ бгъэІур цІыхухэм ІэщІыб ящІрэ? Е нэгъуэщІ гугъуехь гуэр упэщІэхуэрэ? Дапхуэдэу мыхъуами, Иеговэ и гурыщІэхэм уи акъылыр теухуэ. Уигу игъэлъ узыпэщІэхуа гъэунэхуапІэм Иеговэ бгъэгуфІэну Іэмал къызэрыуитыр. Зыщумыгъэгъупщэ: уэ узыпэмылъэщын гъэунэхуапІэ щыІэкъым (1 Кор. 10:13). Уи гугъуехьхэм узэрыпэлъэщын къару Иеговэ къыуитынущ.

АЛЫХЬ ПСЭУМ И НЭФІ КЪЫФЩЫХУЭНУЩ

10. Алыхь псэум сыт хуэдэ тыгъэ и лэжьакІуэхэм яхуищІынур?

10 Иеговэ сыт щыгъуи и лэжьакІуэхэм тыгъэ яхуещІ (Евр. 11:6). Иджыпсту абы мамырыгъэ къыдет, насыпыфІэ дещІ, къэкІуэну зэманми гъащІэ мыухыж къыдитыну дыкъегъэгугъэ. Алыхьым дыкъызэригъэгугъэм дэ шэч къытетхьэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар зэригъэзэщІэн къаруи гукъыдэжи иІэщ. Иджыпсту зи гугъу тщІа гупсысэм дыхуегъэуш Алыхьым гурэ псэкІэ дыхуэлэжьэну икІи нэхъыфІу диІэр еттыну. Ижь зэманми апхуэдэ дыдэущ Алыхьым и лэжьакІуэхэр зэрыщытар, псалъэм папщІэ Тимофей (Евр. 6:10—12).

11. Тимофей зэхуэсым щигъэзащІэ къалэнхэм къарууэ иІэр щІрихьэлІэр сытыт? (1 Тимофей 4:10).

11 Къеджэ 1 Тимофей 4:10. Тимофей Алыхь псэум щыгугъти арат зэхуэсым щигъэзащІэ къалэнхэм къарууэ иІэр щІрихьэлІэр. Сыт абы илэжьу щытар? Апостол Паул чэнджэщ къызэрыритам тету абы цІыхухэр зэрыригъаджэр, псалъэ зэрыжиІэр иригъэфІакІуэт. Абы нэмыщІ Тимофей сыт и лъэныкъуэкІи къуэшхэми, шыпхъухэми, ныбжьыщІэхэми, ныбжь зиІэхэми щапхъэфІ яхуэхъут. Абы къалэн гугъухэри щигъэзэщІэн хуей къэхъут. Псалъэм папщІэ, Тимофей лъагъуныгъэ хэлъу, ауэ Алыхьым и хабзэм быдэу тету, щыуагъэ зыщІахэм чэнджэщ яритын хуейт (1 Тим. 4:11—16; 2 Тим. 4:1—5). Иныкъуэхэм деж нэгъуэщІхэм Тимофей иригъэкІуэкІ лэжьыгъэм гулъытэ хуащІтэкъым, фІыщІи ящІтэкъым, ауэ абы шэч къытрихьэтэкъым Иеговэ тыгъэ къызэрыритыным (Рим 2:6, 7).

12. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр сыт хуэзыгъэушыр псэемыблэжу я къалэнхэр ягъэзэщІэну? (Сурэтми феплъ.)

12 Зэхуэсым и нэхъыжь лъапІэхэ, шэч къытевмыхьэ: фэ псэемыблэжу влэжь Іуэхухэр Иеговэ елъагъу икІи лъапІэу елъытэ. Къуэш, шыпхъухэр зэрагъэгушхуэм, зэрырагъаджэм, хъыбарыфІыр зэрагъэІум нэмыщІ, зэхуэсхэм и нэхъыжьхэр организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэтщ, гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуахэм дэІэпыкъуэгъу яхуохъу. Хэти сымаджэхэм гулъытэ хуэзыщІ гупым долажьэ е сымаджэщхэм зыпызыщІэ комитетым хэтщ. Зэхуэсхэм и нэхъыжьхэм ящІэ зэхуэсыр Иеговэ ейуэ зэрыщытыр. Аращи, абыхэм я гум къыбгъэдэкІыу я къалэнхэр ягъэзащІэ икІи шэч лъэпкъ къытрахьэкъым Иеговэ тыгъэ къазэрыхуищІынум (Кол. 3:23, 24).

Къуэш, шыпхъухэм яхуэфщІэхэм щхьэкІэ Алыхь псэум Іэмал имыІэу тыгъэ къыфхуищІынущ (12, 13 абзацхэм феплъ.)


13. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм етхьэлІэ къарур абы лъапІэу илъытэу пІэрэ? КъыдгурывгъаІуэ.

13 ДауикІ, гурыІуэгъуэщ зэхуэсым и нэхъыжьу псори зэрыщымытыфынур, ауэ дэтхэнэ зыми Иеговэ зыгуэр иритыфынущ. Алыхьым и Іуэхум теухуауэ тхузэфІэкІыу хъуар щытщІэм деж абы ар лъапІэу елъытэ. Иеговэ елъагъу и Пащтыхьыгъуэм щхьэкІэ арэзыуэ тщІы тыгъэхэр, мащІэу тщІы нэгъуни. Абы и гуапэщ укІытэм дытекІуэу зэІущІэм жэуап щыттым деж. Иеговэ хуабжьу мэгуфІэ зыдгъэгусэну дымыпІащІэу нэгъуэщІхэм щахуэдгъэгъум деж. Уэ узыхуейм хуэдиз Иеговэ хуомыщІэфми, шэч къытумыхьэ: пхузэфІэкІыр зэрыпщІэр абы лъапІэу елъытэ. Иеговэ фІыщэу укъелъагъу икІи Іэмал имыІэу тыгъэ къыпхуищІынущ (Лк. 21:1—4).

АЛЫХЬ ПСЭУМ ПЭІЭЩІЭ ЗЫХУЭВМЫЩІ

14. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур абы хуэпэжу дыкъэнэну? (Сурэтми феплъ.)

14 Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъмэ, ди дежкІэ нэхъ тыншу щытынущ абы хуэпэжу дыкъэнэну. Исуф и щапхъэм ар къыхощ. Исуф Иеговэ и гурыщІэхэм егупсыст икІи и жагъуэ ищІыну хуейтэкъым, аращ абы зинэ ищІэну щІимыдар (ЩІэдз. 39:9). Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъын щхьэкІэ зэпымыууэ зэман къыдэдгъэкІыу абы тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэн икІи и Псалъэр куууэ дджын хуейщ. Исуф хуэдэу, Иеговэ худиІэ ныбжьэгъугъэр лъапІэу тлъытэу щытмэ, абы зэран хуэхъуну псоми пэІэщІэ зыхуэтщІынущ (Екъуб 4:8).

Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъмэ, ди дежкІэ нэхъ тыншу щытынущ абы хуэпэжу дыкъэнэну (14, 15 абзацхэм феплъ.)


15. Губгъуэ нэщІым щитам щыгъуэ израил цІыхухэм къащыщІам сытым дыхуигъасэрэ? (Еврейхэм 3:12).

15 Иеговэ зэры-Алыхь псэур зыщыгъупщахэр тыншу абы пэІэщІэ хуэхъуфынущ. Израил цІыхухэр губгъуэ нэщІым щитам къащыщІар дигу къэдгъэкІыжынщ. Абыхэм ящІэт Иеговэ зэрыщыІэр, ауэ шэч къытрахьэт ахэр зыхуей зэрыхуигъэзэфыным. «Иеговэ къытхэт, хьэмэрэ къытхэмыт?» — жаІэу абыхэм упщІэ къаІэтт (Исх. 17:2, 7). ИкІэм-икІэжым ахэр Иеговэ пэщІэуващ. Абыхэм къащыщІам дэ дерс хыдох. Дэ дыхуейкъым израил цІыхухэм хуэдэу Алыхьым дыпэщІэувэну. (Къеджэ Еврейхэм 3:12.)

16. Ди фІэщхъуныгъэр сыт зыгъэунэхуфынур?

16 Мы дунейм хузэфІэкІыу хъуар ещІэ, Иеговэ пэжыжьэ дыхуищІын щхьэкІэ. Куэдым Алыхьыр щымыІэу жаІэ. Инэхъыбэм деж къыпщыхъункІэ хъунущ Алыхьым и хабзэхэр ІэщІыб зыщІхэм гъащІэ насыпыфІэ ирахьэкІыу. Апхуэдэу зэрыщытым ди фІэщхъуныгъэр игъэунэхуфынущ. Алыхьыр зэрыщыІэр ди фІэщ хъуми, ар къызэрыддэІэпыкъунум шэч къытетхьэу щІэддзэнкІэ хъунущ. 73 псаломыр зытхам апхуэдэ гурыщІэхэр иІэт. Абы илъагъут цІыху къэзыухъуреихьхэр Алыхьым и хабзэхэм зэремыгупсысыххэр икІи ар зэран къазэрыхуэмыхъур гъащІэм гурыфІыгъуэ хахыну. Арати абы къыщыхъуу щІидзащ Иеговэ ухуэлэжьэным мыхьэнэ имыІэу (Пс. 73:11—13).

17. Иеговэ пэІэщІэ зыхуэдмыщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?

17 73 псаломыр зытхам сыт къыдэІэпыкъуар и еплъыкІэр ихъуэжыну? Ар егупсыст Иеговэ къэзыгъанэхэм сыт къащыщІынуми (Пс. 73:18, 19, 27). Ар иджыри егупсыст Иеговэ и лэжьакІуэхэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр яІэми (Пс. 73:24). Дэри дегупсыс хъунущ Иеговэ и фІыгъэкІэ ди гъащІэм фІыкІэ зэрызихъуэжам. Зы дакъикъэкІэ ди нэгу къыщІэгъэдгъэхьэнщ Иеговэ димыгъусатэмэ ди гъащІэр зэрыхъункІэ хъунур. Абы дызэрегупсысыр дэ къыддэІэпыкъунущ Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэну икІи зэи къэдмыгъэнэну. 73 псаломыр зытхам хуэдэу дэри жытІэфынущ: «Си дежкІэ Алыхьым гъунэгъу сыхуэхъуныр фІыгъуэщ» (Пс. 73:28).

18. КъэкІуэну зэманым дыщышынэну сыт щхьэусыгъуэ дыщІимыІэр?

18 Дэ тщІэкъым мы иужьрей махуэхэм иджыри дызыпэщІэхуэну гугъуехьхэр. Ауэ дэ абыхэм дыпэлъэщынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхь пэжым дыхуолажьэри (1 Фес. 1:9). Иеговэ и лэжьакІуэхэр фІыуэ елъагъу икІи сытым дежи абыхэм дэІэпыкъуну хьэзырщ. Апхуэдэу ижь зэманым щытащ, ноби Алыхьым зихъуэжакъым. Куэд мыщІэу зэи щымыІа гузэвэгъуэшхуэм щІидзэнущ, ауэ дэ ди закъуэу дыкъэнэнукъым — Иеговэ ди гъусэнущ (Ис. 41:10). Абы къыхэкІкІэ дэ шэч лъэпкъ къытедмыхьэу жыдоІэ: «Зиусхьэныр си дэІэпыкъуэгъущи, зыми сыщышынэнукъым»! (Евр. 13:5, 6).

3 УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр