Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

23 СТАТЬЯР

28 УЭРЭДЫР Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъу

Иеговэ и хьэщІэу дыщытыну дыкърегъэблагъэ

Иеговэ и хьэщІэу дыщытыну дыкърегъэблагъэ

«Си шэтырыр абыхэм я гъусэнущ, сэри абыхэм я Алыхьу сыщытынущ» (ИЕЗ. 37:27).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Иеговэ и шэтырым хэт къригъэблагъэми, и хьэщІэхэм сыткІэ щыгугъми икІи абыхэм дапхуэдэу и нэІэ ятригъэтми.

1, 2. Сыт хуэдэ щІыхь Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм яхуищІыр?

 ИЕГОВЭ хэту къызэрыплъытэр? Уэ абы щхьэкІэ «си Адэ, си Алыхь, си Ныбжьэгъу» жыпІэну къыщІэкІынщ. Уэ Иеговэ теухуауэ нэгъуэщІ куэди жыпІэфынущ. Ауэ уэ абы и деж хьэщІэу укъригъэблагъэу уи нэгу къыщІэхьэрэ?

2 Пащтыхь Даут Иеговэ бысымым, нэгъуэщІу жыпІэмэ, хьэщІэхэр къезыгъэблагъэм иригъэщхьащ, абы и лэжьакІуэ пэжхэр хьэщІэхэм иригъэщхьащ. Абы мыпхуэдэ упщІэ къиІэтащ: «Иеговэ, хэт уи шэтырым хьэщІэу къебгъэблэгъэнур? Уи бгы лъапІэм хэт щыбгъэпсэунур?» (Пс. 15:1). Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ цІыхур Иеговэ и хьэщІэу, нэгъуэщІу жыпІэмэ, и ныбжьэгъуу зэрыщытыфынур. Ар ди дежкІэ сыту щІыхьышхуэ! Мы гупсысэм ди гур хегъахъуэ.

ИЕГОВЭ ХУЕЙЩ ДЭ И ХЬЭЩІЭУ ДЫЩЫТЫНУ

3. 1) Иеговэ и япэ хьэщІэу хэт щытар? 2) Иеговэрэ абы и япэ хьэщІэмрэ сытыт зыхащІэр зэманыр зэгъусэу щагъакІуэм?

3 ЯпэщІыкІэ Иеговэ и закъуэу щытащ, иужькІэ и Къуэр къигъэщІри, и шэтырым япэ хьэщІэу къригъэблэгъащ. Иеговэ игу ирихьащ бысыму щытыну. Библием жеІэ Иеговэ и Къуэм и гъусэу зэманыр игъэкІуэну и гуапэу зэрыщытар. Къуэми и Адэм зэригъусэм гуфІэгъуэшхуэ хихт (Прит. 8:30).

4. Хэт иджыри Иеговэ и шэтырым къригъэблэгъар?

4 ИужькІэ Иеговэ нэгъуэщІ мелыІычхэр къигъэщІри, ахэри и шэтырым къригъэблэгъащ. Библием зэрыжиІэмкІэ, мелыІычхэр Алыхьым и къуэщ икІи Алыхьым зэригъусэм абыхэм гуфІэгъуэшхуэ хах (Иов 38:7; Дан. 7:10). Иеговэ хьэщІэу япэщІыкІэ къригъэблэгъар и гъусэу уафэм щыпсэухэращ. ИужькІэ абы цІыхухэр къигъэщІри, ахэри и шэтырым къригъэблэгъащ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ и хьэщІэхэм яхэтащ Еныху, Нухь, Ибрэхьим, Іэиуб сымэ. Алыхьым ахэр и ныбжьэгъуу ибжт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а цІыхухъухэм абы и Іэмырыр сыт щыгъуи ягъэзащІэт (ЩІэдз. 5:24; 6:9; Иов 29:4; Ис. 41:8).

5. Иезекииль 37:26, 27 ит псалъэхэм сыт къыдагъащІэр?

5 Иеговэ илъэс щэ бжыгъэ хъуауэ ныбжьэгъу хуэхъуну хуейхэр зэпымыууэ хьэщІапІэ и деж кърегъэблагъэ. (Къеджэ Иезекииль 37:26, 27.) Алыхьыр хуейщ и лэжьакІуэ пэжхэмрэ езымрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну. Ар Иезекииль и пророчествэм къыхощ. Алыхьым псалъэ итащ «мамырыгъэм теухуауэ зэгурыІуэныгъэ» абыхэм ярищІылІэну. А пророчествэм къигъэлъагъуэт къэкІуэну зэманым уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэмрэ щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэмрэ «зы мэл хъушэ» хъууэ псори зэгъусэу Алыхьым и шэтырым зэрыщыпсэунур (Ин. 10:16). А зэманыр къэсакІэщ!

АЛЫХЬЫМ И НЭІЭ И ХЬЭЩІЭХЭМ ПСОМИ ЯТРИГЪЭТЩ

6. ЦІыхур Иеговэ и шэтырым хьэщІэу къыщрагъэблагъэр дапщэщ икІи а шэтырыр дэнэ здэщыІэр?

6 Пасэрей зэманым шэтырым зыщыбгъэпсэхуну икІи уэшхым зыщыпхъумэну Іэмал щыІэт. Шэтырым щІэс хьэщІэр щогугъ къезыгъэблэгъа бысымым ар зыхуей хуигъэзэну. Дэ ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щитлъхьэм деж, абы и шэтырым хьэщІэу деблагъэу жыпІэ хъунущ (Пс. 61:4). Абы къыщытпоплъэ духовнэ шхыныгъуэр берычэту зытелъ Іэнэ. Абы нэмыщІ дэ Іэмал диІэщ абы къеблэгъа адрей хьэщІэхэми гуапэу дадэуэршэрыну. Иеговэ и шэтырыр хэхауэ зы щІыпІэ гуэрым щыІэу аракъым. А шэтырыр здэщыІэр Иеговэ и лэжьакІуэхэр здэщыІэращ (Апок. 21:3). Фэ нэгъуэщІ къэралхэм фыщыІамэ, псалъэм папщІэ конгрессхэм, фэр хуэдэу, Иеговэ хуэлажьэ къуэш, шыпхъу куэд фыхуэзауэ къыщІэкІынщ. Ахэри Иеговэ и шэтырым хьэщІэу щыІэщ.

7. Иеговэ и лэжьакІуэу щыта дунейм ехыжахэр абы и шэтырым иджыри хьэщІэу щыІэу сыт жыпІэ щІэхъунур? (Сурэтми феплъ.)

7 Иеговэ и лэжьакІуэу щыта дунейм ехыжахэм щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур? Ахэр Иеговэ и шэтырым хьэщІэу иджыри щыІэу пІэрэ? ЩыІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ а цІыхухэр апхуэдизкІэ фІыуэ ещІэжри, ахэр абы и дежкІэ псэу хуэдэщ. Хьисэ и псалъэхэм ар фІы дыдэу къыхощ: «ЛІахэм я къэтэджыжыкІэ хъунур Мусэ бегъымбарми нахуэу къигъэлъэгъуащ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ пыжь банэм и хъыбарыр Торэт хабзэм здитым деж итщ Мусэ бегъымбарыр Тхьэуэ Зиусхьэным „Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я ТхьэкІэ“ зэреджэр. Абы къикІыр Тхьэр псэухэмрэ лІауэ жыхуаІэхэмрэ я Тхьэу зэрыщытырщ; сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дежкІэ псори псэууэ щытщи» (Лк. 20:37, 38).

Иеговэ и лэжьакІуэу щыта дунейм ехыжахэри и шэтырым иджыри щохьэщІэ (7 абзацым феплъ.)


ИЕГОВЭ И ХЬЭЩІЭХЭР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРИХЪУМЭР ИКІИ АБЫХЭМ СЫТКІЭ ЩЫГУГЪРЭ?

8. Иеговэ и шэтырым щІэсхэр сытым щыхъума хъурэ?

8 Шэтырым зыщыбгъэпсэхуфынущ икІи абы уэшхми жьыми ущихъумэфынущ. Ауэ Иеговэ и шэтырым теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? А шэтырым дэ дыщехъумэ Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран хуэхъуфыну псом. Абы нэмыщІ а шэтырым щыдогъуэт къэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ дахащэ. Иеговэ дригъусэху, абы хуэмыгъэзэкІуэжын зэран ШейтІаным къыдищІэфынукъым (Пс. 31:23; 1 Ин. 3:8). ДунеищІэм Иеговэ и ныбжьэгъу пэжхэр ажалым щихъумэнущ, духовнэ лъэныкъуэкІи къихъумэнущ (Апок. 21:4).

9. Иеговэ и хьэщІэхэм сыткІэ щыгугърэ?

9 Иеговэ и шэтырым хьэщІэу ущыІэныр щІыхьышхуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къегъэлъагъуэ дэ Алыхьым и ныбжьэгъуу дызэрыщытыр. Ди зэныбжьэгъугъэр игъащІэ псокІэ екІуэкІыфынущ. Иеговэ хьэщІагъэ къыдихым щхьэкІэ фІыщІэ хуэтщІыр дапхуэдэу зэрыдгъэлъэгъуэфынур? Уэ зыгуэрым хьэщІапІэ укъригъэблэгъамэ, уздэкІуам уи хабзэхэр щыбгъэувыну? Унэм щыщІыхьэкІэ вакъэ щахмэ, уэри щыпхынукъэ? Абы ещхьу, Алыхьыр сыткІэ и хьэщІэхэм щыгугъми дэри тщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дэ Иеговэ фІыуэ долъагъури дыхуейщ «и гум сыт и лъэныкъуэкІи дрихьыну» (Кол. 1:10). Пэжщ, ар ди Ныбжьэгъущ, ауэ ар иджыри пщІэшхуэ зыхуэфащэ ди Алыхьщ икІи ди Адэщ (Пс. 25:14). Ар сыт щыгъуи ди гум илъу Алыхь фІэлІыкІ диІэн хуейщ. А хьэл-щэныр къыддэІэпыкъунущ дызыкІэлъыплъыжыну икІи ди щытыкІэмкІэ Иеговэ дымыгъэпудыну. Дэ дыхуейщ сыт щыгъуи «ди зэфІэкІыр здынэсыр тщІэжу» Алыхьым и лъабжьэм дыщІэтыну (Мих. 6:8).

ИЕГОВЭ ЯПЭМ ЦІЫХУ ЗЭХЭГЪЭЖ ИМЫЩІУ ЗЭРЫЩЫТАР

10, 11. Израил цІыхухэр Синай губгъуэ нэщІым щитам щыгъуэ Иеговэ абыхэм псоми зэхуэдэу яхущытауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

10 Иеговэ и хьэщІэу хъуам зэхэгъэж имыщІу хущытщ (Рим 2:11). Ар къыхощ Иеговэ и лъэпкъым зэрыхущытам, ахэр Синай губгъуэ нэщІым щитам щыгъуэ.

11 Иеговэ израил цІыхухэр Мысыр гъэрыпІэм къришыжа иужь абыхэм унафэ яхуищІащ шэтыр лъапІэ ящІыну икІи абы щылэжьэну дин пашэхэмрэ левитхэмрэ тригъэуващ. Шэтыр лъапІэм щылажьэхэмрэ абы и гъунэгъуу псэухэмрэ Иеговэ и нэІэ нэхъ ятригъэту пІэрэт адрейхэм нэхъ? Хьэуэ! Иеговэ псоми зэхуэдэу хущытт.

12. Иеговэ зэхэгъэж имыщІу и лъэпкъым псоми зэхуэдэу зэрыхущытар сыт къызыхэщыр? (Исход 40:38). (Сурэтми феплъ.)

12 Израил лъэпкъым щыщ дэтхэнэ зы цІыхури лагерым дэнэ деж щымыпсэуами, сыт хуэдэ къалэн имыгъэзэщІами, Иеговэ и ныбжьэгъу хъуфынут. Псалъэм папщІэ, шэтыр лъапІэм щхьэщыт пшэмрэ мафІэу щыт пкъомрэ лъэпкъым щыщ псоми ялъагъут. (Къеджэ Исход 40:38.) Пшэр адэкІэ кІуэтэну зыкъыщиІэтым деж, ар псоми ялъагъут, лагерым и гъунэм щыс нэгъуни. Абы и фІыгъэкІэ псоми Іэмал яІэт я хьэпшыпыр зэщІакъуэу адрейхэм къакІэрымыхуу я ужь иувэну (Чис. 9:15—23). Абы нэмыщІ, дыжьыным къыхэщІыкІа бжьамийм къиІукІыу макъышхуэ псоми зэхахти къагурыІуэт гъуэгу теувэн зэрыхуейр (Чис. 10:2). Шэтыр лъапІэм и гъунэгъуу цІыху гуэр псэумэ, абы къикІтэкъым нэгъуэщІхэм нэхърэ Иеговэрэ абырэ я зэхуаку нэхъ зэхущытыкІэфІ дэлъу. Лъэпкъым щыщ дэтхэнэ зыри Иеговэ и шэтырым хьэщІэу щыІэфынут икІи а цІыхур Алыхьыр къызэрыдэІэпыкъуным щыгугъыфынут. Ноби апхуэдэущ зэрыщытыр: дэ дэнэ дыщымыпсэуами, шэч къытедмыхьэми хъунущ фІыщэу дыкъэзылъагъу Алыхьым дыкъызэрихъумэнум икІи дызэриунэтІынум.

Израил цІыхухэр лагерым дэнэ щымыпсэуами, сыт хуэдэ къалэн ямыгъэзэщІами, Иеговэ абыхэм псоми зэхуэдэу яхущытт (12 абзацым феплъ.)


ИЕГОВЭ ЦІЫХУ ЗЭХЭГЪЭЖ НОБИ ЗЭРИМЫЩІЫР

13. Иеговэ цІыху зэхэгъэж ноби зэримыщІыр къызыхэщыр сыт?

13 Нобэ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр Иеговэ и Щыхьэтхэм я дунейпсо ІуэхузехьэпІэм е филиалхэм щыщ языхэзым пэмыжыжьэу мэпсэу, хэти абыхэм щолажьэ. Абы къыхэкІкІэ а къуэш, шыпхъухэр Вефилым и отдел гуэрхэм дэІэпыкъуфынущ икІи пщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэр я цІыхугъэу щытыфынущ. Хэти районнэ лэжьыгъэм е нэгъуэщІ полновременнэ лэжьыгъэ гуэрым хэтщ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм иджыпсту ухэмытыфмэ, ар уи гум щІумыгъэхьэ. Уэ пхуэдэхэр нэхъыбэщ. Псом нэхъ мыхьэнэ зиІэр уэ Иеговэ и хьэщІэу узэрыщытыращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къригъэблэгъауэ хъуар псори фІыуэ елъагъу. Абы дэтхэнэ зыми гулъытэ къытхуещІ (1 Пет. 5:7). Иеговэ и лъэпкъым щыщ псоми духовнэ шхыныгъуэ ярет, и нэІэ ятрегъэт икІи ахэр еунэтІ.

14. Иеговэ зэхэгъэж зэримыщІым теухуауэ иджыри зы щапхъэ къэфхь.

14 Иеговэ зэхэгъэж зэримыщІым теухуауэ иджыри зы щапхъэ къэтхьынщ. Нобэ дэтхэнэ зы цІыхуми, ар дэнэ щымыпсэуми, Библием еджэну Іэмал иІэщ. А тхылъыр бзищкІэ ятхауэ щытащ: журтыбзэкІэ, арамеибзэкІэ, алыджыбзэкІэ. НтІэ, а бзэхэмкІэ Библием еджэфхэр Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуэхъуу жыпІэ хъуну а бзэхэмкІэ емыджэфхэм нэхърэ? ДауикІ, хъунукъым! (Мт. 11:25).

15. Иеговэ дэтхэнэ зыми и ныбжьэгъуу щытыну Іэмал зэрыритыр сыт къызыхэщыр? (Сурэтми феплъ.)

15 Дэ пасэрей бзэхэр дымыщІэми, щІэныгъэ нэхъыщхьэ зэдмыгъэгъуэтами, Иеговэ и ныбжьэгъу дыхъуфынущ. Библиер къыбгурыІуэн щхьэкІэ щІэныгъэлІу ущытын хуейкъым. Иеговэ и фІыгъэкІэ а тхылъыр бзэ мин бжыгъэкІэ зэрадзэкІащ. Абы къыхэкІкІэ дуней псом щыпсэу цІыхухэм Алыхьыр нэхъыфІу къацІыхуну икІи Іущагъ зыхэлъ и чэнджэщхэр къагъэсэбэпыну Іэмал яІэщ (2 Тим. 3:16, 17).

Нобэ дэтхэнэ зы цІыхуми Іэмал иІэщ Библием еджэну. А Іэмалым дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэр Иеговэ цІыху зэхэгъэж зэримыщІыр? (15 абзацым феплъ.)


ИЕГОВЭ И ШЭТЫРЫМ ФЫКЪЫЩІЭМЫКІ

16. Апостолхэм 10:34, 35 зэритымкІэ, Иеговэ и хьэщІэхэм сыткІэ щыгугърэ?

16 Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ, и шэтырым дыкъызэрыригъэблэгъам щхьэкІэ. Абы нэхърэ нэхъ гу щабэ, лъагъуныгъэрэ хьэщІагъэрэ зыхэлъ бысым щыІэкъым. Иеговэ цІыхухъухэри цІыхубзхэри кърегъэблагъэ, ахэр щыпсэу щІыпІэм, къызыхэкІа лъэпкъым, яІэ щІэныгъэм икІи я ныбжьым емылъытауэ. Иеговэ щогугъ къригъэблагъэ цІыхухэм пщІэ къыхуащІыну. (Къеджэ Апостолхэм 10:34, 35.)

17. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?

17 Псалом 15:1 Даут мыпхуэдэ упщІэ къыщиІэтат: «Иеговэ, хэт уи шэтырым хьэщІэу къебгъэблэгъэнур? Уи бгы лъапІэм хэт щыбгъэпсэунур?» Алыхьым и къару лъапІэм къыхузэІуиха жэуапри Даут итхыжащ. КъыкІэлъыкІуэ статьям 15 Псаломыр нэхъ куууэ зэпкърытхынщи, Иеговэ и хьэщІэхэм сыткІэ щыгугъми нэхъыбэу къэтщІэнщ.

32 УЭРЭДЫР Иеговэ бгъэдэувэ!