Алыхьыр арэзы пщІын щхьэкІэ дин гуэрым ухэтын хуей?
Библием ирит жэуапыр
НтІэ, Алыхьыр хуейщ абы къыхуэлэжьэн щхьэкІэ цІыхухэр зэхуэсыну. Библием мыпхуэдэу итщ: «Ди гум фІылъагъуныгъэ илъыну, фІы щІэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкІэлъывгъэплъыж... ДызэІущІэныр зыхэдывмыгъанэ» (Еврейхэм 10:24, 25).
Хьисэ Мэссихь жиІауэ щытат абы и лъэужь ирикІуэхэр зы гупу зэрыщытынур. Мис абы и псалъэхэр: «ФІыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикІуэр цІыху псоми ящІэнущ» (Иуан 13:35). Апхуэдэ лъагъуныгъэр ягъэлъэгъуэн щхьэкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр зэхуэсын икІи зэдэуэршэрын хуейщ. Ахэр зэхуэс-зэхуэсурэ зэгъэпэщауэ щытщ икІи Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ тхьэмахуэ къэс зэІущІэхэр ирагъэкІуэкІ (1 Коринф 16:19). Дуней псом тет зэхуэс псори зэгъусэу зы унагъуэшхуэ мэхъу (1 Петр 2:17).
Дин гуэрым ухэтын закъуэр мащІэщ
Дызэхуэсу Алыхьым дыхуэлэжьэну Библием ит щхьэкІэ, а зымкІэ Алыхьыр арэзы пхуэщІынукъым. Ди фІэщхъуныгъэр ди дуней тетыкІэм къыхэщын хуейщ. Библием мыпхуэдэу итщ: «Къабзэу икІи щыщІагъэншэу Тхьэуэ Адэ лъапІэм ухуэлэжьэныр мыращ: Гузэвэгъуэм хэхуа зеиншэхэмрэ фызабэхэмрэ ядэІэпыкъуныр, мы дунейм щызекІуэ бзаджагъэм мысэ уимыщІу пэІэщІэ зыпщІыныр арщ» (Екъуб 1:27).