Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
Хъыбар 116-м къеджэ. Ахэр пэжым тету, гурыІуэгъуэу тхащ икІи абыхэм сурэт дахэхэр дыщІыгъущ.
ПэщІэдзэ
Библием хуэдэ тхылъ дунейм теткъым. Абы къыщыпщІэнущ Алыхьым щІылъэр щиухуа зэманым къыщыщІэдзауэ дунейм къекІуэкІа Іуэхугъуэхэм теухуауэ.
1 ХЪЫБАР
Алыхьым иухуэн щІедзэ
Алыхьым дунейр къызэригъэщІам теухуауэ 1 Мусэм тегъэщІа хъыбарыр сабий цІыкІу нэгъунэхэми тыншу къагурыІуэнущ икІи яфІэгъэщІэгъуэн хъунущ.
2 ХЪЫБАР
Хадэ дахащэ
1 Мусэ итщ Алыхьым Іэдэн жыг хадэр щІыпІэ хэха зэрищІар. Алыхьыр хуейщ щІылъэ псор Іэдэн жыг хадэм ещхьу дахэ хъуну.
3 ХЪЫБАР
Япэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ
Алыхьым Іэдэмрэ Хьэуарэ къигъэщІри Іэдэн жыг хадэр псэупІэу яритащ. Япэ дыдэу зэщхьэгъусэ хъуахэр ахэращ.
5 ХЪЫБАР
ГъащІэ гугъум щІедзэ
Іэдэмрэ Хьэуарэ Іэдэн жыг хадэм кърахуа иужь гугъуехь куэдым пэщІэхуащ. Ахэр Алыхьым едэІуатэмэ, абыхэм я сабийхэр насыпыфІэу псэунут.
6 ХЪЫБАР
КъуэфІымрэ къуэ Іеймрэ
Къэбылрэ Хьэбылрэ теухуауэ 1 Мусэ ит хъыбарым къегъэлъагъуэ сыт хуэдэ цІыхуу дыщытын хуейми икІи сыт хуэдэ еплъыкІэ Іейхэр тхъуэжын хуейми, ди Іуэхур хэмытІасэ щІыкІэ.
7 ХЪЫБАР
ЛІыгъэ зыхэлъ цІыху
Индрис и щапхъэм къегъэлъагъуэ ихъуреягъкІэ псоми Іей ялэжьми, цІыхум Іуэху пэж зэрызэрихьэфынур.
8 ХЪЫБАР
Иныжьхэр щІылъэм
1 мусэ, 6 псалъащхьэр топсэлъыхь цІыхухэм лей езыхыу щыта иныжьхэм. А иныжьхэр, нэгъуэщІу жыпІэмэ нефилимхэр, къызытехъукІар Алыхьым епцІыжу щІылъэм къакІуэу цІыхухэм я гъусэу псэун щІэзыдза мелыІычхэращ.
9 ХЪЫБАР
Нухь кхъухьыр ещІ
Адрей цІыхухэр Алыхьым едэІуэну хуэмеями, Нухьрэ абы и унагъуэмрэ абы едэІуащ икІи псыдзэшхуэм къелащ.
10 ХЪЫБАР
Дунейпсо псыдзэшхуэ
ЦІыхухэр Нухь щыдыхьэшхт. Уэшх къешхын зэрыщІидзэу, абыхэм дыхьэшхын щагъэтащ! Нухь, абы и унагъуэр икІи псэущхьэ куэдыр кхъухьым итІысхьэу къызэрелам теухуауэ къеджэ.
12 ХЪЫБАР
ЦІыхухэм чэщанэшхуэр ящІ
Алыхьым ар игу ирихьакъым, икІи нобэр къыздэсым цІыхухэм абы и тезырыр зыхащІэ.
13 ХЪЫБАР
Ибрэхьим Алыхьым и ныбжьэгъущ
Ибрэхьим и унэ тыншыр къигъанэу, къэнэжа и гъащІэр щхьэ шэтырхэм щрихьэкІа?
14 ХЪЫБАР
Алыхьым Ибрэхьим и фІэщхъуныгъэр егъэунэху
Ибрэхьим и къуэр къурмэну къыхуихьыну щхьэ Алыхьыр абы елъэІуа?
16 ХЪЫБАР
Исхьэкъ фызыфІ къылъос
Сыт Ревекка фызыфІ къыщІыхэкІар? Бгъэдэлъа дахагъэм и фІыгъэкІэ хьэмэрэ нэгъуэщІ зыгуэрым и фІыгъэкІэ?
17 ХЪЫБАР
Зэмыщхьу зэтІолъхуэныкъуитІ
Абыхэм я адэ Исхьэкъ нэхъыфІу илъагъур Исавт, ауэ я анэ Ревеккэ — Екъубт.
22 ХЪЫБАР
Исуф тутнакъым ягъэтІыс
Ар тутнакъым щІисыр цІыху пэжу зэрыщытам щхьэкІэщ, армыхъумэ мыхъумыщІэ илэжьауэ аракъым.
26 ХЪЫБАР
Іэюб Алыхьым хуэпэжщ
Іэюб и мылъкури, и узыншагъэри, и быну хъуари фІокІуэд. Ар Алыхьым и тезырт?
27 ХЪЫБАР
Мысырым пщы бзаджэ теуващ
Фирхьэуным сыт унафэ щІищІар журтхэм я щІалэ цІыкІу къалъхуагъащІэхэр яукІыну?
28 ХЪЫБАР
Мусэ цІыкІу къызэрырагъэлар
Сабий цІыкІухэр яукІыну къыдагъэкІа унафэр къызэрыпикІухьын Іэмал Мусэ и анэм къигъуэтащ.
29 ХЪЫБАР
Мусэ щІыщІэпхъуэжам и щхьэусыгъуэр
Мусэ илъэс 40 щыхъум и лъэпкъыр къригъэлыфыну и гугъэт, ауэ ар апхуэдэу щыттэкъым.
30 ХЪЫБАР
МафІэ зыщІэна чыцэ
Телъыджэ зыбжанэкІэ Алыхьым наІуэ ищІащ израиль лэпкъыр Мысырым къыщижын хуей зэманыр къызэрысар.
31 ХЪЫБАР
Мусэрэ Хьэрунрэ фирхьэуным деж зэрыкІуар
Фирхьэуныр Мусэ щІемыдаІуэр сыт икІи израиль лъэпкъыр щІимыутІыпщыр сыт?
32 ХЪЫБАР
ТезырипщІыр
Алыхьым Мысырым тезырипщІ трилъхьащ, фирхьэуныр ерыщ екІуауэ израиль лъэпкъыр къиутІыпщыну зэримыдэм щхьэкІэ.
33 ХЪЫБАР
Хы Плъыжьым зэрызэпрыкІар
Алыхьым и къарукІэ Мусэ Хы Плъыжьыр зэгуигъэкІащ, израилхэри щІы гъущэм тету зэпрыкІащ.
38 ХЪЫБАР
ТІасхъэщІэх пщыкІутІыр
ТасхъэщІэххэм ящыщ цІыхуипщІым жаІэр зыщ, адрей тІум жаІэр нэгъуэщІщ. Хэт жиІэра израилхэм я фІэщ хъур?
39 ХЪЫБАР
Хьэрун и баш къэгъэгъар
Дауэ баш гъуам зы жэщым удз гъэгъарэ пхъэщхьэмыщхьэрэ къызэрыпыкІэнур?
43 ХЪЫБАР
Иисус Навин цІыху пашэ мэхъу
Мусэ иджыри и къару илъыгъуэмэ, щхьэ абы и пІэкІэ Иисус Навин пашэ хъурэ?
44 ХЪЫБАР
Раав тІасхъэщІэххэр егъэпщкІу
Дауэ Раав цІыхухъуитІым зэрыдэІэпыкъур икІи сыткІэ ар абыхэм елъэІуа?
48 ХЪЫБАР
Гаваон щыщ цІыху Іущхэр
Иисус Навинрэ израил цІыхухэмрэ я псалъэр яІыгъыжащ, гаваон щыщхэм ахэр къызэрагъэпцІам емылъытауэ.
49 ХЪЫБАР
Дыгъэр къоувыІэр
Иеговэ Иисус Навин щхьэкІэ ищІа Іуэхугъуэр абы ипи абы иужьи зэи абы фІэкІа ищІакъым.
51 ХЪЫБАР
Руфрэ Ноеминрэ
Руфь къызыхэкІа и лъэпкъыр къигъэнащ, Ноеминь и гъусэу къанэу Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ.
55 ХЪЫБАР
ЩІалэ цІыкІум Алыхьым къулыкъу хуещІэ
Иеговэ Самуел цІыкІу къыжреІэ Илясрэ абы и къуэхэмрэ тезыр зэрытрилъхьэнур.
56 ХЪЫБАР
ТэлутІ Израилым и япэ пащтыхьщ
Алыхьым япэщІыкІэ пащтыхьу хихыу, иужькІэ пащтыхьыгъуэр зиІэщІихыжа ТэлутІ и щапхъэм дэ дерс куэд хэтхыфынущ.
58 ХЪЫБАР
Даутрэ ДжэлутІрэ
Даут ДжэлутІ езэуэну щыкІуэм щыгъуэ, мывэдзым нэмыщІ, иджыри зы Іэщэ лъэщ ІэщІэлъащ.
59 ХЪЫБАР
Даут щІыщІэпхъуэжын хуей хъуар
ЯпэщІыкІэ ТэлутІ Даутыр игу ирихьу щытащ, ауэ иужькІэ абы ефыгъуэу щІидзащ. Сыт щхьэкІэ?
60 ХЪЫБАР
Авигеерэ Даутрэ
Авигея и лІым щхьэкІэ акъыл кІэщІ жиІэри ямыукІыу къригъэлащ, ауэ Навал куэдрэ псэуакъым.
61 ХЪЫБАР
Даут пащтыхь мэхъу
Даут пащтыхь хъуну зэрыхуэфащэр къегъэлъагъуэ и ІуэхущІафэхэм: ищІапхъэр ещІэ, имыщІапхъэр ищІэркъым.
62 ХЪЫБАР
Даут и унэм къыщыхъуа насыпыншагъэхэр
Зы щыуагъэ закъуэ ІэщІэкІам и ягъэкІэ абы и щхьэри и унагъуэри бэлыхь хэхуащ. А бэлыхьым ахэр илъэс куэдкІэ хэтащ.
64 ХЪЫБАР
Сэлмэн Алыхьым унэшхуэр хуещІ
Сэлмэн цІыху Іущу щытами, къагъэделэфащ, гъуэгу пэжми трашыфащ.
65 ХЪЫБАР
Пащтыхьыгъуэр гуэшащ
Иеровоам тепщэн щІидза къудейуэ арат, абы лъэпкъыр Алыхьым и унафэм ебэкъуэну щыхуигъэушам.
66 ХЪЫБАР
Пащтыхьым и фыз бзаджэ Езавел
Езавел зыхуейр зыІэригъэхьэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ уаси щІитыну хьэзырт.
69 ХЪЫБАР
Хъыджэбз цІыкІур цІыхухъу цІэрыІуэм зэрыдэІэпыкъуар
Ар тегушхуэри, Иеговэ теухуауэ адрейхэм яжриІащ, икІи абы телъыджэ къыпэкІуащ.
71 ХЪЫБАР
Алыхьым дыкъегъэгугъэ жэнэткІэ
Япэ дыдэу щыІа жэнэтыр интэкъым; къэкІуэну жэнэтыр щІылъэ псом щыІэнущ.
74 ХЪЫБАР
Шынэ зымыщІэ цІыху
Иеремие бегъымбар хъуну зыфІэщІалэІуэщ, ауэ Алыхьым ещІэ ар а къалэным зэрыпэлъэщыфынур.
75 ХЪЫБАР
ЩІалэщІиплІыр Вавилоным
Мы ныбжьыщІиплІыр щапІа унагъуэхэм пэжыжьэу щытми, ахэр Алыхьым пэжу къыхуэнащ.
79 ХЪЫБАР
Даниил аслъэнхэм я гъусэу мащэм
Даниил тезыру лІэныгъэ къытралъхьэ, ауэ ар а Іуэхум къикІыфыну пІэрэ?
80 ХЪЫБАР
Алыхьым и лъэпкъыр Вавилон йокІыж
Персием и пащтыхь Кир Вавилон къызэриубыдамкІэ къэхъун хуей псалъэхэр игъэзэщІащ, ауэ абы нэмыщІ, иджыри къэхъун хуейуэ щыт зы Іуэхугъуэ абы егъэзащІэ.
81 ХЪЫБАР
Щыгугъащ Алыхьыр къазэрыдэІэпыкъуным
Израил лъэпкъыр цІыхухэм я законхэм йобакъуэ, Алыхьым и унафэр ягъэзэщІэн щхьэкІэ. Алыхьым и нэфІ абыхэм ящыхуэну пІэрэ?
82 ХЪЫБАР
Мардохейрэ Есфиррэ
Пащтыхь Ахашверош и щхьэгъусэ Вашти цІыхубз дахэт, ауэ пащтыхьым ар иригъэкІыжри, абы и пІэкІэ Есфирь къишащ. Сыт абы апхуэдэу щІищІар?
84 ХЪЫБАР
Мэрем деж мелыІыч къокІуэр
Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбар абы къехь: Мэрем сабий къилъхунущ. Ар игъащІэкІэ пащтыхьу щытынущ.
86 ХЪЫБАР
Вагъуэм зэригъакІуэ цІыхухэр
Вагъуэ зыджхэр хэт Хьисэ деж къэзышар? Уэ бгъэщІэгъуэну къыщІэкІынщ ар хэтми къапщІэмэ.
87 ХЪЫБАР
ЩІалэщІэ Хьисэ Алыхьым и унэшхуэм щІэсщ
Хьисэ Іущагъ бгъэдэлъыр ныбжь зиІэ егъэджакІуэ нэгъунэ ягъэщІагъуэ.
88 ХЪЫБАР
Иуан Хьисэ псым щІегъауэ
ГуэныхьщІакІуэхэр Иуан псым щІегъауэ, ауэ Хьисэ гуэныхь зыри илэжьакъым. Сыт-тІэ Иуан ар псым щІыщІигъэуар?
89 ХЪЫБАР
Хьисэ Алыхьым и унэшхуэр къегъэкъабзэр
Хьисэ и губжьым къигъэлъэгъуащ абы Алыхьым лъагъуныгъэ хуиІэм и кууагъыр.
90 ХЪЫБАР
ЦІыхубзым и гъусэу псыкъуийм деж
Хьисэ зи гугъу ищІ псым дауэ уи псыхуэлІэр зэригъэкІуэдыфынур?
92 ХЪЫБАР
Хьисэ лІахэр къегъэтэджыж
Хьисэ псалъитІ къудей фІэкІа жимыІэу Алыхьым и къару лъапІэмкІэ Иаир и пхъур къигъэтэджыжащ.
93 ХЪЫБАР
Хьисэ цІыху куэд егъашхэ
Мин бжыгъэкІэ цІыхухэр зэригъэшхамкІэ Хьисэ къыдгуригъэІуэну зыхуеяр сыт?
94 ХЪЫБАР
Абы сабий цІыкІухэр фІыуэ елъагъу
Хьисэ къыдгурегъаІуэ сабий цІыкІухэм теухуауэ куэд къызэрыпщІэфынум нэмыщІ, иджыри абыхэм я деж куэдым зэрызыхуебгъэсэфынур.
95 ХЪЫБАР
Хьисэ зэрыригъаджэ щІыкІэр
Самаритян цІыхуфІым теухуауэ Хьисэ жиІэжа ущием къегъэлъагъуэ абы цІыхухэр зэрыригъаджэу щыта щІыкІэр.
97 ХЪЫБАР
Хьисэ пащтыхьым хуэдэу долъадэр
Абы цІыху куэд къыпожьэ, ауэ къекІуэкІыр псоми ягу ирихьыркъым.
99 ХЪЫБАР
Ищхьэ пэшым
Хьисэ и гъэсэнхэм сыт унафэ щІахуищІар Пщыхьэщхьэшхэ хэхар илъэс къэс ягъэлъэпІэну?
102 ХЪЫБАР
Хьисэ псэущ
Кхъэлэгъунэм Іулъ мывэр мелыІычым Іуиха нэужь, сэлэтхэр абы и кІуэцІым щоплъэри ялъэгъуар телъыджэ ящохъу.
103 ХЪЫБАР
Бжэ гъэбыдамкІэ пэшым щІохьэ
ЛІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ щхьэ и гъэсэнхэм къахуэмыцІыхужрэ?
105 ХЪЫБАР
Иерусалим щыпоплъэхэр
Пятидесятницэ махуэшхуэм ирихьэлІэу щхьэ Хьисэ Алыхьым и къару лъапІэр и гъэсэнхэм къахуригъэха?
106 ХЪЫБАР
Лъэхъуэщым кърагъэкІыжахэщ
Иудейхэм я дин пашэхэм апостолхэр лъэхъуэщым ирадзащ, абыкІэ хъыбарыфІыр къагъэувыІэн я гугъэу, ауэ Алыхьым и мурадыр нэгъуэщІщ.
109 ХЪЫБАР
Пётр Корнилий деж къокІуэ
Алыхьым цІыху зэхэгъэж ищІу пІэрэ? Абы ибжу пІэрэ зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым нэхърэ нэхъыфІу?
110 ХЪЫБАР
Павел и дэІэпыкъуэгъущІэ Тимофей
Тимофей и унэр къигъанэри, Павел и гъусэу гъуэгуанэ гъэщІэгъуэн теуващ.
111 ХЪЫБАР
ЩІалэ цІыкІур зэрыжеяр
Павел и япэ псалъэр щыжиІэм щыгъуэ Евтих жеящ, етІуанэм щыгъуэ жеякъым. Абыхэм я зэхуакум къэхъуар телъыджэу фІэкІа нэгъуэщІу пхужыІэнукъым.
112 ХЪЫБАР
Кхъухьыр хытІыгум къыщызэтоувыІэр
Къелыну псоми я гугъэр щыхахыжам, Алыхьым къыбгъэдэкІыу Павел псалъэ къыІэрохьэ. А псалъэхэм псоми гугъэ кърат.
114 ХЪЫБАР
Іейм кІэ къыхуокІуэ
Хьисэрэ абы и дзэмрэ щхьэ Алыхьым Армагеддон зауэм зэуэну игъакІуэрэ?
115 ХЪЫБАР
ЩІылъэр жэнэтыщІэ хъужащ
Зы зэман цІыхухэр жэнэтым щыпсэууэ щытащ. КъэкІуэну зэманым цІыхухэм Іэмал яІэнущ жэнэт хъужыну щІылъэм щыпсэуну.
116 ХЪЫБАР
Дауэ мыухыж гъащІэр къызэрытлъысынур
Иеговэрэ Хьисэ Мэссихьрэ пцІыху къудейкІэ зэфІэкІрэ? ЗэфІэмыкІмэ, сыт иджыри пщІэн хуейр?
«Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр» тхылъыр зэрыбджыну упщІэхэр
Тхылъыр зэрадж упщІэхэмрэ Библием ит пычыгъуэхэмрэ сабийхэм къадэІэпыкъунущ Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр нэхъыфІу къагурыІуэну.