Мэссихьым теухуауэ бегъымбархэм жаІахэр Хьисэ и деж гъэзэщІа щыхъуа?
Библием жиІэр
НтІэ. Алыхьым «цІыхухэр мыкІуэду къригъэлын щхьэкІэ» къигъэкІуа «Мэссихь Пашэм» теухуа псалъэхэр Хьисэ и деж гъэзэщІа щыхъуащ (Даниил 9:25; 1 Иуан 4:14). Ар лІа иужьи, Мэссихьым теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа хъут (Псалом 110:1; Апостолхэм 2:34—36).
«Мэссихь» псалъэм къикІыр сыт?
Журтыбзэм маши́ах (мэссихь) псалъэмрэ, алыджыбзэм христо́с псалъэмрэ я мыхьэнэр зыщ: и мурадыр игъэзэщІэн папщІэ Алыхьым тригъэува жиІэу къокІ.
Библиер щатха зэманым цІыхум тепщэныгъэ гуэр щраткІэ, абы и щхьэм дагъэ тракІэт (Левит 8:12; 1 Самуила 16:13). Алыхьым Хьисэ Мэссихьу къыхихащ икІи тепщэныгъэшхуэ иритащ (Апостолхэм 2:36). Ауэ Алыхьым ар къыхихын щхьэкІэ абы дагъэ трикІакъым, атІэ и къару лъапІэр иритауэ аращ (Маттэ 3:16).
Мэссихьым теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэр зы цІыху нэхърэ нэхъыбэм деж гъэзэщІа щыхъуфынут?
Хьэуэ. Зы ІэпапІэр зы цІыху закъуэщ зейуэ щытыфынур, абы хуэдэу Мэссихьым теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэр зыгъэзэщІэфынур зы цІыхущ. Ауэ Библием дысакъыну къыджеІэ: «Мэссихь нэпцІхэмрэ бегъымбар нэпцІхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщІэгъуэнхэри Іуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цІыхухэри ягъэпцІэн мурадкІэ, ялъэкІмэ» (Маттэ 24:24).
Мэссихьыр иджыри къэмыкІуауэ жызыІэхэр захуэ?
Хьэуэ. Библием щыжыІат Мэссихьыр израил пащтыхь Даут къызэрытехъукІынур (Псалом 89:3, 4). ЦІыхур къызыхэкІа лъэпкъыр зэрыт тхылъхэмкІэ къыпхуэщІэнут Даут къытехъукІахэр, ауэ ди эрэм 70-нэ гъэм рим зауэлІхэм Ерусалимыр щаубыдам щыгъуэ, а тхылъхэр хэкІуэдауэ къыщІэкІынущ a. Абы лъандэрэ пащтыхь Даут и лъэпкъым зэрыщыщым щыхьэт техъуэ гуэр зыми къыхуэхькъым. Ауэ Хьисэ и зэманым а тхылъхэр иджыри щыІэт. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ и бийхэми жаІэфынутэкъым ар Даут къытемыхъукІауэ (Маттэ 22:41—46).
Мэссихьым теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэу дапщэ Библием итыр?
Мэссихьым теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэу дапщэ Библием итми нэгъэсауэ пхужыІэнукъым. Пычыгъуэр Мэссихьым зэрытеухуар гурыІуэгъуэми, абы къэхъун хуей псалъэу дапщэ хэтми къыпхуэмыбжынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, Исайя 53:2—7 Мэссихьым теухуауэ гупсысэ зыбжанэ итщ. Языныкъуэхэм ябж а пычыгъуэр къэхъун хуей зы псалъэу щыту, нэгъуэщІхэм дэтхэнэ зы гупсысэри къэхъун хуей псалъэ щхьэхуэу ялъытэ.
Мэссихьым теухуауэ Хьисэ и деж гъэзэщІа щыхъуа псалъэхэр
Къэхъун хуей псалъэр |
Зэрытыр |
Къызэрыхъуар |
---|---|---|
Ибрэхьим къызэрытехъукІынур |
||
Ибрэхьим и къуэ Исхьэкъ къызэрытехъукІынур |
||
Иудэ лъэпкъым къызэрыхэкІынур |
||
Пащтыхь Даут и лъэпкъым зэрыщыщыр |
||
Хъыджэбздэсым къызэрилъхунур |
||
Бэтлэхьэм къызэрыщалъхунур |
||
Еммануил цІэ зэрыфІащынур b |
||
ХуэмыщІауэ псэу унагъуэм къызэрыщыхъунур |
||
Къалъхуа иужь сабийхэр зэраукІынур |
||
Мысырым къызэрикІыжынур |
||
Назарет щыщкІэ еджэнущ c |
||
ХъыбарегъащІэр ипэ иту кІуэнущ |
||
Ди эрэм 29-нэ гъэм Мэссихь хъунущ d |
||
Ар и Къуэу зэрыщытыр езы Алыхьым жиІэнущ |
||
Алыхьым и Унэм хуэпабгъэу щытынущ |
||
ХъыбарыфІыр игъэІунущ |
||
Галилей хэкум хъыбарыфІыр зэрыщигъэІур нэхугъэшхуэм хуэдэнущ |
||
Мусэ ещхьу, Іуэху телъыджэхэр илэжьынущ |
||
Мусэ ещхьу, Алыхьым и псалъэхэр цІыхухэм ябгъэдилъхьэнущ |
||
Куэд игъэхъужынущ |
||
Гулъытэ лей къилъыхъуэнукъым |
||
Зигу иудахэм гущІэгъу яхуищІынущ |
||
Алыхьым и захуагъэр игъэлъэгъэнущ |
||
Чэнджэщэгъу Іущ |
||
Иеговэ и цІэр игъэІунущ |
||
Щапхъэхэр къихьурэ псэлъэнущ |
||
Пашэ |
||
Куэдым ар я фІэщ хъунукъым |
||
Зыгъэлъэпэрэпэн мывэ яхуэхъунущ |
||
ЦІыхухэм зэрапэсынукъым |
||
Щхьэусыгъуэншэу ялъагъу мыхъуу щытынущ |
||
Ерусалим къалэм шыд цІыкІум тесу дыхьэнущ |
||
Сабийхэм ягъэлъэпІэнущ |
||
Иеговэ и цІэкІэ къэкІуэнущ |
||
И ныбжьэгъур къепцІыжынущ |
||
Дыжьын ахъшэ 30-кІэ ящэнущ e |
||
И ныбжьэгъухэм ар къагъэнэнущ |
||
Щыхьэт нэпцІхэм пцІы къытралъхьэнущ |
||
И хьэкумыр зыщІхэм щагъэкъуаншэкІэ жэуап абыхэм яритыжынукъым |
||
И нэкІум иубжьытхэнущ |
||
И щхьэм еуэнущ |
||
ЩІопщкІэ яукІынущ |
||
ЗыукІхэм япэувыжынукъым |
||
Тепщэныгъэ зиІэхэр зэгухьэнурэ, абы пэщІэувэнущ |
||
ГъущІ ІунэкІэ пкъом и Іэхэмрэ и лъакъуэхэмрэ ираІулІынущ |
||
ПхъэидзэкІэ и щыгъыныр ягуэшынущ |
||
ЩІэпхъаджащІэхэм хабжэнущ |
||
ЦІыхухэр щыдыхьэшхынущ икІи хуэшхыдэнущ |
||
Гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм щхьэкІэ хьэзаб ишэчынущ |
||
Алыхьым къигъэнауэ къыщыхъунущ |
||
Серчэрэ дыдж гуэррэ ирифыну иратынущ |
||
ЛІэн ипэ псы хуэлІэнущ |
||
И псэр Алыхьым и ІэмыщІэм ирилъхьэнущ |
||
И гъащІэр итынущ |
||
ЦІыхухэм я гуэныхьыр ипшыныжын щхьэкІэ щхьэщэхужыр къихьынущ |
||
Абы и къупщхьэхэм щыщ зыри зэпаудынукъым |
||
И джабэр гъуанэ ящІынущ |
||
Бейхэм я гъусэу щІалъхьэнущ |
||
ЛІахэм къахэтэджыкІыжынущ |
||
КъепцІыжам ипІэкІэ нэгъуэщІ къыхахынущ |
||
Алыхьым и ижьырабгъумкІэ тІысынущ |
a Макклинтокрэ Стронгрэ я энциклопедием итщ: «Журт цІыхухэр къызыхэкІа лъэпкъыр зэрыт тхылъхэр щыкІуэдар Ерусалим щызэтракъутам щыгъуэщ, атІэ абы ипэкъым».
b ЖуртыцІэ Еммануилым «Тхьэр ди гъусэщ» жиІэу аращ къикІыр. Абы къегъэлъагъуэ Хьисэ фІыуэ Мэссихьым и къалэныр зэригъэзэщІар. Хьисэ щІылъэм щрихьэкІа гъащІэмрэ цІыхухэм щхьэкІэ ищІа ІуэхуфІхэмрэ щыхьэт тохъуэ Алыхьыр и лэжьакІуэ пэжхэм зэригъусэр (Лука 2:27—32; 7:12—16).
c «Назарет щыщ» псалъэр журтыбзэ не́цер псалъэм къытехъукІауэ къыщІэкІынущ, абы къикІыр «къудамэщІэ» жиІэу аращ.
d Мэссихьыр ди эрэм 29-нэ гъэм къызэрыкІуэн хуеяр Библием къызэригъэлъагъуэм теухуауэ мы статьям нэхъыбэ къыщыпщІэнущ: «Пророчество Даниила о приходе Мессии».
e Мы псалъэхэр Захарие и тхылъыращ зэрытыр, ауэ Маттэ ахэр «Иеремие бегъымбарым жиІауэ» итхащ (Маттэ 27:9). «Бегъымбархэм я тхылъхэр» жаІэу зэджэу щыта Іыхьэм Иеремие и тхылъыр япэу къакІуэу къыщІэкІынут (Лука 24:44). Абы къыхэкІкІэ «Иеремие» жиІэу Маттэ щитхым зи гугъу ищІар бегъымбархэм я тхылъхэращ, Захарие и тхылъри абы хэту.