Хьисэ Мэссихь Алыхьым и КъуэкІэ сыт щІеджэр?
Библием жиІэр
Библиер Хьисэ Мэссихь Алыхьым и КъуэкІэ щІэх-щІэхыурэ йоджэ (Иуан 1:49). А псалъэм къегъэлъагъуэ Алыхьым псэ зыІут псоми гъащІэ зэраритар, Хьиси абыхэм хэту (Псалом 36:9; Апокалипсис 4:11). Библием жиІэкъым Алыхьыр цІыхухэм ещхьу пэж дыдэу адэ хъуауэ.
Библием мелыІычхэри «Алыхь пэжым и къуэу» жеІэ (Иов 1:6). Абы зэрыжиІэмкІэ, япэ цІыху Іэдэм «Тхьэм ейщ» е и къуэщ (Лука 3:38). Ауэ Библием Алыхьым и къуэхэм Хьисэ къыхегъэщ. Алыхьым аращ япэ дыдэу езым и закъуэ къигъэщІар.
ЩІылъэм къыщалъхун ипэ Хьисэ уафэм щыпсэуа?
НтІэ. ЩІылъэм цІыху Іэпкълъэпкъ иІэу къытехьэн ипэ, Хьисэ уафэм щыпсэуащ. Абы езым жиІащ: «Уафэм сыкъыщІехар... сыкъэзыгъэкІуар зыхуейр сщІэн щхьэкІэщ» (Иуан 6:38; 8:23).
Зыри къимыгъэщІ щІыкІэ Алыхьым Хьисэ къигъэщІащ. Библием зэрыжиІэмкІэ, Хьисэ:
«Тхьэм къигъэщІа псоми я щыгум итщ» (Колоссэ 1:15),
«Тхьэм къигъэщІа псори и ІэмыщІэм къикІащ» (Апокалипсис 3:14).
Бегъымбарым зэритхамкІэ, Хьисэ ижь-ижьыж лъандэрэ мэпсэу (Михей 5:2; Маттэ 2:4—6).
ЩІылъэм къэкІуэн ипэ сыт Хьисэ ищІэу щытар?
Абы уафэм увыпІэ лъагэ щиІыгъащ. Алыхьым щелъэІум Хьисэ иІыгъа увыпІэм теухуауэ мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «Си Адэ, дунейр къэхъун и пэкІэ уи деж сэ щызиІа щІыхьышхуэм хуэдэ щІыхьышхуэр уи деж щызиІэ щІы» (Иуан 17:5).
Ар и Адэм дэІэпыкъуащ адрейхэр псори къигъэщІыну. Хьисэ Алыхьым «дэІэпыкъуэгъу ІэкІуэлъакІуэу иригъусащ» (Притчи 8:30). Библием Хьисэ теухуауэ мыпхуэдэу итщ: «Тхьэм Мэссихь псори къригъэгъэщІащ — уафэми щІылъэми щыІэ псори» (Колоссэ 1:16).
Хьисэ зыдигъэІэпыкъуурэ, Алыхьым псори къигъэщІащ, мелыІычхэри дыкъэзыухъуреихь Дунеишхуэри абыхэм хэту (Апокалипсис 5:11). Зы лъэныкъуэ гуэркІэ Алыхьымрэ Хьисэрэ зэрызэдэлэжьар архитекторымрэ ухуакІуэмрэ зэрызэдэлажьэм ебгъэщхь хъунущ. Архитекторым унэр зэрыщытынур къегупсыс, ухуакІуэм ар еухуэ.
Ар «Псалъэу» щытащ. ЩІылъэм къэкІуэн ипэ Хьисэ зэрыпсэуам теухуауэ и гугъу щищІым деж, Библиер абы «ПсалъэкІэ» йоджэ (Иуан 1:1). Алыхьым ар къигъэсэбэпу щытауэ къыщІэкІынущ и унафэхэр нэгъуэщІ мелыІычхэм яжриІэн щхьэкІэ.
Абы нэмыщІ Хьисэ Алыхьым и цІэкІэ цІыхухэм я пащхьэм щыпсалъэу щытауэ къыщІэкІынущ. Іэдэн жыг хадэм Іэдэмрэ Хьэуарэ унафэ щаритам щыгъуэ, Хьисэу къыщІэкІынщ Алыхьым къигъэсэбэпар (ЩІэдзапІэ 2:16, 17). Израил цІыхухэр губгъуэ нэщІым къыщезышэкІар икІи ахэр зэдэІуэн хуеяр Хьисэ хъунщ (Исход 23:20—23) a.
a Алыхьым «Псалъэ» зыракъым къигъэсэбэпар цІыхухэм епсэлъэн щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, Хабзэр израил цІыхухэм щаритам щыгъуэ, абы и Къуэ щІасэр къимыгъэсэбэпу, нэгъуэщІ мелыІычхэр къигъэсэбэпащ (Апостолхэм 7:53; Галатие 3:19; Еврейхэм 2:2, 3).