Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ. Видеороликхэр

Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ.

ЯПЭ УРОКЫР

КъодаІуэхэм яфІэгъэщІэгъуэн хъун хуэдэу къызэрыщІэбдзэ хъуныр

ЖыпІэр къодаІуэхэм яфІэгъэщІэгъуэн хъун щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?

2-НЭ УРОКЫР

ГъащІэм узэрыщыпсалъэм хуэдэу псалъэ

КъодаІуэхэм жыпІэр тыншу къагурыІуэн щхьэкІэ, дапхуэдэу узэрыпсэлъэн хуейр?

3-НЭ УРОКЫР

УпщІэхэр къэгъэсэбэп

Дапхуэдэу упщІэхэр къэбгъэсэбэпу къодаІуэхэр зэрыбгъэгупсысэфынур, жыпІэр абыхэм гъэщІэгъуэн зэрыщыпщІынур икІи гупсысэ нэхъыщхьэхэр къызэрыхэбгъэщынур?

4-НЭ УРОКЫР

Библием щыщ пычыгъуэ укъеджэн ипэ

Библием щыщ пычыгъуэм укъеджэн ипэ къодаІуэхэр дауэ абы нэхъыфІу хуэбгъэхьэзыр хъуну?

5-НЭ УРОКЫР

Щыуагъэншэу къеджэ

Тхауэ итым щыуагъэншэу укъеджэну сыт къыбдэІэпыкъунур?

6-НЭ УРОКЫР

Библием ит едзыгъуэхэр цІыхухэм къагурыгъаІуэ

Библием щыщ пычыгъуэ укъыщеджэм деж икІи укъеджа нэужь сыт пщІэн хуейр, къодаІуэхэм абы укъыщІеджам и щхьэусыгъуэр къагурыІуэн щхьэкІэ?

7-НЭ УРОКЫР

Дзыхь зыхуэпщІ хъуну информацие

Фактхэр цІыхухэм пэжу бгъэдэплъхьэрэ бгъэдомылъхьэрэ дауэ зэрызэхэбгъэкІынур?

8-НЭ УРОКЫР

Щапхъэхэр къэгъэсэбэп

ЕгъэджакІуэшхуэ Хьисэ Мэссихь хуэдэу уэри дауэ зебгъэсэфыну щапхъэхэр ехъулІэныгъэ уиІэу къэбгъэсэбэпыну?

9-НЭ УРОКЫР

Сурэтхэмрэ видеохэмрэ къэгъэсэбэп

Cурэт, видео е нэгъуэщІ гуэр къэбгъэсэбэпурэ, гупсысэ нэхъыщхьэхэр къодаІуэхэм я гум ираубыдэну дауэ уазэрыдэІэпыкъу хъунур?

10-НЭ УРОКЫР

Уи макъым зегъэхъуэж

Гупсысэхэр къодаІуэхэм гурыІуэгъуэу бгъэдэплъхьэфын икІи я гум унэсын щхьэкІэ уи макъым и инагъыр, и псынщІагъыр, и лъагагъыр дауэ пхъуэжын зэрыхуейр?

11-НЭ УРОКЫР

Гушхуэныгъэ хэлъу псалъэ

КъодаІуэхэм я гум унэсын икІи жыпІар я гъащІэм къыщагъэсэбэпыну хуэбгъэушын хуэдэу гушхуэныгъэ хэлъу упсэлъэну сыт уэ къыбдэІэпыкъунур?

12-НЭ УРОКЫР

Щабэу икІи гуапэу псалъэ

КъодаІуэхэр къыпфІэмыІуэхуу зэрыщымытыр дауэ къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?

13-НЭ УРОКЫР

ЖыпІэр гъащІэм къызэрыщыбгъэсэбэп хъуныр гъэлъагъуэ

Узытепсэлъыхь темэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр къалъэгъуну къодаІуэхэм дауэ уазэрыдэІэпыкъуфынур икІи ар я гъащІэм къыщагъэсэбэпыну дауэ зэрыхуэбгъэушыфынур?

14-НЭ УРОКЫР

Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къыхэгъэщ

Темэр зэрызэпкърыпхым кІэлъыплъыну, ар къагурыІуэну икІи ягу ираубыдэну къодаІуэхэм уадэІэпыкъун щхьэкІэ гупсысэ нэхъыщхьэхэр къыхэгъэщ.

15-НЭ УРОКЫР

ЖыпІэр быдэу уи фІэщ зэрыхъур къэгъэлъагъуэ

Сыт къыбдэІэпыкъунур жыпІэр быдэу уи фІэщ зэрыхъур псалъэ щыжыпІэкІи хъыбарыфІыр щыбгъэІукІи къэбгъэлъэгъуэну?

16-НЭ УРОКЫР

ЦІыхухэр зыгъэгушхуэм икІи ягу хэзыгъахъуэм тепсэлъыхь

Сыт хуэдэ чэнджэщищыр дэ къыддэІэпыкъуну цІыхухэр зыгъэгушхуэм икІи ягу хэзыгъахъуэм дытепсэлъыхьыну?

17-НЭ УРОКЫР

ГурыІуэгъуэу псалъэ

ЖыпІэну узыхуейр тыншу къагурыІуэн щхьэкІэ узэрыпсэлъэн хуейр дапхуэдэу? Сыт пщІэн хуэмейр?

18-НЭ УРОКЫР

КупщІэ зыхэлъ псалъэ

КъодаІуэхэм мыхьэнэ зиІэ гуэр къащІауэ зыхащІэн щхьэкІэ дапхуэдэу псалъэ зэрыжыпІэн хуейр?

19-НЭ УРОКЫР

КъодаІуэхэм я гум узэрынэсыным хущІэкъу

КъодаІуэхэм ІуэхуфІ гуэрхэр ящІэну дауэ зэрыхуэбгъэуш хъунур?

20-НЭ УРОКЫР

Псалъэм и кІэух тэмэм

Зэхуэсым псалъэ щыжыпІэкІи хъыбарыфІыр щыбгъэІукІи зэрыбух псалъэхэр дапхуэдэу зэрыщытын хуейр?

Иджыри уигу ирихьыфынур