Неемие. Иеговэ къыбгъэдэкІ гуфІэгъуэм фэ къару къывет (1 Іыхьэ)
Неемие Сузы къалэм пащтыхьым и деж увыпІэ лъагэ щиІыгът. Ауэ абы и увыпІэр къигъанэри, Ерусалим кІуащ, Иеговэ и къалэшхуэм и блынхэр зэтригъэувэжын папщІэ. Неемие гугъуехь куэд къыпэщылът. Абы лІыгъэ хурикъуну пІэрэ? ТхьэлъэІур дауэ абы къызэрыдэІэпыкъунур? Сыт абы иджыри къару къезытынур?