«ХъумакІуэ чэщанэ», «Фыкъызэщыу!» жыхуиІэ журналхэр
Библием тегъэщІа журналхэр бзэ щэ бжыгъэкІэ зэдзэкІауэ ди сайтым къыщипх хъунущ. «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым къегъалъагъуэ нобэ дунейм къыщыхъу ІуэхугъуэхэмкІэ къэхъун хуей псалъэхэу Библием итыр гъэзэщІа зэрыхъур. Абы гупсэхугъуэ къозыт хъыбарыфІыр итщ — Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр. Абы нэмыщІ а журналыр къыбдоІэпыкъу Хьисэ МэссихькІэ фІэщхъуныгъэ быдэ уиІэну. «Фыкъызэщыу!» жыхуиІэ журналыр гъащІэм дызыхуэзэ гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкІыпІэмрэ топсэлъыхь. Абы нэмыщІ а журналыр къыддоІэпыкъу псори къэзыгъэщІа Алыхьыр быдэу ди фІэщ тщІыну икІи абы ди дунейр жэнэт дахэ зэрищІыжынум шэч къытедмыхьэну.
Узыхуей бзэр къыхэпхрэ Къэлъыхъуэн жыхуиІэм тепкъузэмэ, а бзэмкІэ журналхэр сыт хуэдэ форматкІэ щыІэми къэплъэгъунущ.