Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

50 СТАТЬЯР

«Жэнэтым ущызигъусэнущ»

«Жэнэтым ущызигъусэнущ»

«Пэжыр ныбжызоІэ нобэ: уэ жэнэтым ущызигъусэнущ» (ЛК. 23:43, ДЩІ, 2021).

145-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым жэнэтыр иухуэжыну дыкъегъэгугъэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Хьисэ лІэн ипэ щІэпхъаджащІэ цІыхухъум сыт жриІар? (Лука 23:39—43).

 ХЬИСЭ и псэм хьэзаб телъу лІэт. Абы ибгъу зэрызымкІэ щІэпхъаджащІитІ пкъом фІэлът (Лк. 23:32, 33). Абыхэм Хьисэ ягъэпудт икІи а Іуэхугъуэм къегъэлъагъуэ ахэр абы и гъэсэну зэрыщымытар (Мт. 27:44; Мк. 15:32). Ауэ а тІум я зыр щІегъуэжри, Хьисэ мыпхуэдэу жриІащ: «Уи Тепщэныгъэшхуэр къыщыскІэ, уигу сыкъэгъэкІыж». Хьисэ абы мыпхуэдэу жэуап иритыжащ: «Пэжыр ныбжызоІэ нобэ: уэ жэнэтым ущызигъусэнущ» (Лк. 23:43, ДЩІ). (Къеджэ Лука 23:39—42.) А щІэпхъаджащІэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр япэм щыгъуэ зэхихауэ щытми, ар Хьисэ и гъэсэну щытакъым. Хьисэ зэи жиІакъым а цІыхухъур абы и гъусэу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щыІэну (Мт. 4:17). Хьисэ зи гугъу ищІар къэкІуэну зэманым щІылъэм щыІэну жэнэтыращ. Сыт апхуэдэу жытІэ щІэхъунур?

Зи гуэныхьым хущІегъуэжа щІэпхъаджащІэмрэ абы и фІэщ хъууэ щытамрэ теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? (2, 3-нэ абзацхэм феплъ.)

2. Зи гуэныхьхэм хущІегъуэжа щІэпхъаджащІэр журт цІыхуу щытауэ жыпІэ щІэхъунур сыт?

2 Зи гуэныхьхэм хущІегъуэжа щІэпхъаджащІэр журт лъэпкъым щыщу щытауэ къыщІэкІынщ. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Ар етІуанэ щІэпхъаджащІэм мыпхуэдэу еупщІащ: «Уэ Тхьэм ущышынэркъэ?» (Лк. 23:40). Журтхэр зыхуэлажьэу щытар Алыхь закъуэрат, ауэ нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэм тхьэ куэд ягъэлъапІэт (Исх. 20:2, 3; 1 Кор. 8:5, 6). А щІэпхъаджащІэхэр нэгъуэщІ лъэпкъым щыщу щытамэ, а цІыхухъум и упщІэр мыпхуэдэу къыщІэкІынут зэрыщытынур: «Уэ тхьэхэм уащышынэркъэ?» Абы нэмыщІ Алыхьым Хьисэ зыхуигъэкІуар нэгъуэщІ лъэпкъхэм я дежкъым, атІэ «Израил цІыхуу мэл щхьэрыуахэм я закъуэщ» (Мт. 15:24). Иджыри Алыхьым журтхэм къахузэІуихащ лІахэр къызэригъэтэджыжынур. Зи гуэныхьхэм хущІегъуэжа щІэпхъаджащІэр абы щыгъуазэу къыщІэкІынут. А цІыхухъум и псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ, абы и гугъэт, уафэм щыІэ Пащтыхьыгъуэм щытепщэн щхьэкІэ, Иеговэ Хьисэ лІахэм къазэрыхигъэтэджыкІыжынур. А цІыхухъур щыгугъыу къыщІэкІынут Алыхьым ари къигъэтэджыжыну.

3. Хьисэ жэнэтым и гугъу щищІам щыгъуэ, зи гуэныхьхэм хущІегъуэжа щІэпхъаджащІэм и нэгу къыщІигъэхьауэ къыщІэкІынур сыт? КъыдгурывгъаІуэ (ЩІэдзапІэ 2:15).

3 Зи гуэныхьхэм хущІегъуэжа щІэпхъаджащІэр журт цІыхуу зэрыщытам къыхэкІкІэ абы ищІэт Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ къигъэщІыу жэнэт хадэр псэупІэ зэрахуищІар. Абы къыхэкІкІэ, Хьисэ жэнэтым и гугъу щищІам щыгъуэ, а цІыхухъум и нэгу къыщІигъэхьар щІылъэм щыІэ жыг хадэ дахэу къыщІэкІынущ. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 2:15.)

4. Хьисэ щІэпхъаджащІэм жриІа псалъэхэм къыхэкІкІэ сыт дызэгупсыс хъунур?

4 Хьисэ щІэпхъаджащІэм жриІа псалъэхэм дыхуагъэуш жэнэтым щыІэну гъащІэм дегупсысыну. Пащтыхь Сэлмэн и тепщэныгъэм теухуауэ дыкъыщеджэм деж, жэнэтым щыІэну гъащІэм теухуауэ зыгуэр къыдощІэ. Библием щыжыІащ Хьисэ Пащтыхь Сэлмэн нэхърэ нэхъ лъагэу щыту (Мт. 12:42). Абы къыхэкІкІэ Хьисэрэ абы и Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэмрэ щІылъэр псэупІэ дахэ зэращІыжынум дыщыгугъ хъунущ. Аращи, гъащІэ мыухыж яІэу жэнэтым щыпсэун щхьэкІэ, ящІэн хуейм теухуауэ «нэгъуэщІ мэлхэр» щыгъуазэу щытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Ин. 10:16).

ЖЭНЭТЫМ СЫТ ХУЭДЭ ГЪАЩІЭ ЩЫІЭНУР?

5. Сыт хуэдэ гъащІэ жэнэтым щыІэнур?

5 Жэнэтым щыІэну гъащІэм ущегупсысым деж, сыт уи нэгу къыщІэбгъэхьэр? Уэ Іэдэн жыг хадэм хуэдэ щІыпІэ дахэ гуэрым уегупсысу къыщІэкІынщ (ЩІэдз. 2:7—9). Е бегъымбар Михей итха псалъэхэр уигу къэкІыж хъунщ. Псалъэм папщІэ, Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыри «и жызум лъабжьэмрэ и ахъо лъабжьэмрэ зэрыщІэсыжынур» (Мих. 4:3, 4). Библием ит нэгъуэщІ едзыгъуэхэми къагъэлъагъуэ ерыскъыр пэрыхьэту зэрыщыІэнур (Пс. 72:16; Ис. 65:21, 22). Аращи, уэ жыг хадэ дахэм уису икІи ерыскъы ІэфІым къикъутэ Іэнэм убгъэдэсу уи нэгу къыщІэбгъэхьэфынущ. Уэ хьэуа къабзэкІэ уобауэ икІи удз гъэгъа дахэхэм я мэр къыпщІехьэ. Абы нэмыщІ уи Іыхьлыхэмрэ уи ныбжьэгъухэмрэ, лІахэм къахэтэджыкІыжахэри абыхэм яхэту, я дыхьэшх макъыр зэхыбох. Ар пщІыхьэпІэ дахэу щыту аракъым, апхуэдэу къызэрыхъуным дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым. Иджыри дэ дигу ирихь лэжьыгъэ жэнэтым щыдиІэнущ.

ДунеищІэм дэ лэжьыгъэ гъэщІэгъуэным дыхэтынущ — лІахэм къахэтэджыкІыжахэр едгъэджэнущ (6-нэ абзацым феплъ.)

6. Жэнэтым сыт хуэдэ лэжьыгъэ щыІэнур? (Сурэтым феплъ.)

6 Ди ІэдакъэщІэкІым гуфІэгъуэ къытхуихьын хуейуэ Иеговэ дыкъигъэщІащ (Эккл. 2:24). Псом хуэмыдэу, илъэс минкІэ екІуэкІыну Пащтыхьыгъуэм къриубыдэу дэ лэжьыгъэ куэд къытпэщылъщ. «Гузэвэгъуэшхуэм» пхыкІынухэмрэ лІахэм къахэтэджыкІыжыну мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэмрэ щатІэгъэн щыгъын, яшхын ерыскъы икІи зыщІэсын унэ хуэныкъуэнущ. А псор щыІэн щхьэкІэ, лэжьыгъэшхуэ едгъэкІуэкІын хуей хъунущ. Ауэ абы гуфІэгъуэшхуи къытхуихьынущ. Іэдэмрэ Хьэуарэ Іэдэн жыг хадэр зрахьэн зэрыхуеям хуэдэу, щІылъэр жэнэт хъужын щхьэкІэ, дэри къару етхьэлІэн хуей хъунущ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт лІахэм къахэтэджыкІыжа мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр Иеговэрэ абы и мурадымрэ теухуауэ зэредгъэджэным къытхуихьыну гуфІэгъуэр. Абы нэмыщІ Хьисэ ипэ псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм къэхъуа псор яжетІэжыну сыту гуфІэгъуэшхуэу щытыну!

7. Сытым шэч къытедмыхьэми хъуну икІи сыт щхьэкІэ?

7 ДунеищІэм дэ мамыру, дызыхуей дгъуэту дыщыпсэунущ икІи псори зэтеухуауэ щытынущ. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Иеговэ и Къуэр тепщэу щыщытыну зэманым сыт хуэдэ гъащІэ щыІэнуми дигъэлъэгъуащ. Ар къэтлъэгъун щхьэкІэ, пащтыхь Сэлмэн тепщэу щыщыта зэманым дытепсэлъыхьынщ.

ЖЭНЭТЫМ СЫТ ХУЭДЭ ГЪАЩІЭ ЩЫІЭНУМИ СЭЛМЭН И ПАЩТЫХЬЫГЪУЭМ КЪЫДГУРЕГЪАІУЭ

8. Псалом 37:10, 11, 29 ит псалъэхэр пасэрей зэманым дапхуэдэу гъэзэщІа зэрыхъуар? (Мы журналым ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэм феплъ.)

8 Иеговэ пащтыхь Даут хуигъэушащ Іущагъ зиІэ икІи Алыхьым хуэпэж пащтыхьым и тетыгъуэм щыгъуэ щыІэну гъащІэм теухуауэ итхыну. (Къеджэ Псалом 37:10, 11, 29.) ДунеищІэм теухуауэ цІыхухэм дащыдэгуашэм деж, инэхъыбэм дэ абыхэм Псалом 37:11 ит псалъэхэм дакъыхуоджэ. Езы Хьиси а едзыгъуэр Іуащхьэм тету жиІа псалъэм зэрыхигъэхьамкІэ къигъэлъэгъуащ ар къэкІуэну зэманым гъэзэщІа зэрыхъун хуейр (Мт. 5:5). Даут и псалъэхэм иджыри къагъэлъагъуэт Сэлмэн пащтыхьу щыщытыну зэманым цІыхухэм сыт хуэдэ гъащІэ яІэнуми. Сэлмэн и пащтыхьыгъуэм щыгъуэ Израил лъэпкъым мамырыгъэ иІэу икІи зыхуей игъуэту псэуащ. Ар «фомрэ шэмрэ щежэх» щІыналъэ дахэм щыпсэут. Иеговэ жиІащ: «Си унафэхэр вгъэзащІэу щытмэ... [...] Мы щІыналъэм мамырыгъэ естынущ. Фыгъуэлъыжа нэужь зыми фи гугъу къищІынукъым» (Лев. 26:3, 6; 20:24). Сэлмэн пащтыхьу щыщыта зэманым а псалъэхэр гъэзэщІа хъуащ (1 Лет. 22:9; 29:26—28). ИкІи «цІыху хабзэншэр» афІэкІа щымыІэжыну ущыгугъ хъунут (Пс. 37:10). Зэрытлъагъущи, Псалом 37:10, 11, 29 ит псалъэхэр пасэрей зэманым гъэзэщІа хъуащ, къэкІуэну зэманми гъэзэщІа хъунущ.

9. Сэлмэн и пащтыхьыгъуэм теухуауэ Шевэ и пащтыхь гуащэм сыт жиІар?

9 Сэлмэн и пащтыхьыгъуэм щыгъуэ израил цІыхухэм яІа мамырыгъэмрэ абыхэм зэрызаужьамрэ теухуа хъыбарыр Шевэ и пащтыхь гуащэм деж нэсат. Абы зэхихар и нэкІэ илъэгъун щхьэкІэ, щІыпІэ жыжьэм къикІри, Ерусалим къэкІуащ (1 Цар. 10:1). А пащтыхь гуащэм Сэлмэн и пащтыхьыгъуэр щилъэгъуам щыгъуэ, мыпхуэдэу жиІащ: «Сэ и зэхуэдитІи зэхэсхакъым! ...НасыпыфІэщ уи лъэпкъыр, сыт щыгъуи уи пащхьэм иту уи Іущагъым едаІуэ уи унэІутхэри насыпыфІэщ!» (1 Цар. 10:6—8). Сэлмэн и пащтыхьыгъуэм щыгъуэ щыІа гъащІэмкІэ Иеговэ къыдгурегъаІуэ абы и Къуэ Хьисэ и пащтыхьыгъуэм щыгъуэ цІыхухэм яІэну гъащІэр дапхуэдэу щытынуми.

10. Хьисэ Сэлмэн сыткІэ ефІэкІрэ?

10 Хьисэ сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи Сэлмэн йофІэкІ. Сэлмэн гуэныхь зыхэлъ цІыхуу зэрыщытам къыхэкІкІэ Алыхьым и лъэпкъым гугъуехь куэд къыхуэзыхьа щыуагъэшхуэхэр ищІащ. Хьисэ зэи щыуакъым икІи ар гуэныхь зыхэмылъ Пащтыхьу щытщ (Лк. 1:32; Евр. 4:14, 15). ШейтІаным и ягъэкІэ Хьисэ егъэлеяуэ гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм пэщІэхуами, ар Алыхьым хуэпэжу къэнащ. Абы къигъэлъэгъуащ зэи гуэныхь зэримыщІэнур икІи Алыхьым и лъэпкъым зэран зэрыхуэмыхъунур. Апхуэдэ Пащтыхь дызэриІэм ди гур хуабжьу хегъахъуэ!

11. Хьисэ и пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынур хэт?

11 Хьисэрэ абы и тепщэныгъэр дэзыІыгъыну 144 000-рэ я нэІэ цІыхубэм трагъэтынущ икІи щІылъэм теухуауэ Иеговэ иІэ мурадыр ягъэзэщІэнущ (Апок. 14:1—3). ЩІылъэм щытетым щыгъуэ абыхэм гугъуехь куэд яшэчащ. Абы къыхэкІкІэ гущІэгъу хэлъу ахэр цІыхухэм яхущытынущ. НтІэ, 144 000-м щыщхэм сыт хуэдэ къалэн ягъэзэщІэнур?

УАФЭМ КІУЭНУ ГУГЪЭ ЗИІЭХЭМ СЫТ ХУЭДЭ КЪАЛЭН ЯГЪЭЗЭЩІЭНУР?

12. Иеговэ 144 000-м щыщхэм сыт хуэдэ къалэн яхуигъэфэщар?

12 Хьисэрэ абы и пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэмрэ яІэ къалэныр Сэлмэн иІа къалэным жыжьэрэ гъунэгъуу ебгъапщэ хъунукъым. Сэлмэн и лъабжьэм щІэтар зы къаралым щыщ цІыху мелуан зыбжанэт. Ауэ Хьисэрэ абы и пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэмрэ щІылъэ псом щыпсэуну миллиард бжыгъэ хъу цІыхухэм я нэІэ трагъэтынущ. Иеговэ 144 000-м щыщхэм сыту пщІэшхуэ зыпылъ къалэн яхуигъэфэща!

13. Хьисэ и пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэм я къалэным хыхьэнур сыт?

13 Хьисэ хуэдэу, 144 000-м щыщхэр пащтыхьу икІи дин пашэу щытынущ (Апок. 5:10). Мусэ и Хабзэм зэритамкІэ, дин пашэхэр израил цІыхухэм ядэІэпыкъун хуейт, ахэр ІэпкълъэпкъкІэ узыншэу икІи я фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэн щхьэкІэ. А Хабзэр «къэкІуэну ІуэхуфІхэм я ныбжь къудейуэ щытащ». Абы къыхэкІкІэ, дэ узыншагъэрэ фІэщхъуныгъэ быдэрэ диІэн щхьэкІэ, Хьисэ и пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэр къыддэІэпыкъуну дегупсысыным акъыл хэлъщ (Евр. 10:1). Иджыпсту дэ тщІэкъым абыхэм ар зэращІэну щІыкІэр. Ауэ дэ дощІэ щІылъэм щыпсэуну цІыхухэм зыхуэныкъуэ унафэхэр къазэрыІэрыхьэнур (Апок. 21:3, 4).

ЖЭНЭТЫМ ЩЫПСЭУН ЩХЬЭКІЭ, «НЭГЪУЭЩІ МЭЛХЭМ» СЫТ ЯЩІЭН ХУЕЙР?

14. «Гуп мащІэмрэ» «нэгъуэщІ мэлхэмрэ» я зэхуаку сыт хуэдэ зэхущытыкІэ дэлъыр?

14 Хьисэ и пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэм «гуп мащІэкІэ» еджащ (Лк. 12:32). Ар иджыри етІуанэ гупым — «нэгъуэщІ мэлхэм» — тепсэлъыхьащ. А гупитІыр зэкъуэту щытщ икІи ахэр зы мэл хъушэ мэхъу (Ин. 10:16). Иджыпсту щыщІэдзауэ а гупитІыр зэгъусэу мэлажьэ, дунеищІэми ахэр зэдэлэжьэнущ. ДауикІ, а зэманым «гуп мащІэм» щыщхэр псори уафэм щыІэнущ, «нэгъуэщІ мэлхэми» гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну Іэмал яІэ хъунущ. Ауэ, къэкІуэну жэнэтым щыпсэун щхьэкІэ, абыхэм иджыпсту щыщІэдзауэ Іуэхугъуэ гуэрхэр ягъэзэщІэн хуейщ.

Дэ иджыпсту щыщІэдзауэ дунеищІэм дызэрыщыпсэуным зыхуэдгъэхьэзыр хъунущ (15-нэ абзацым феплъ.) b

15. 1) «НэгъуэщІ мэлхэр» Хьисэ и къуэшхэм дапхуэдэу зэрыдэлажьэр? 2) Аптекэм щІэт къуэшым щапхъэ дапхуэдэу зэрытетхыфынур? (Сурэтым феплъ.)

15 Зи гуэныхьхэм хущІегъуэжа щІэпхъаджащІэм Хьисэ фІыщІэ хуищІыну Іэмал иІакъым. Абы елъытауэ, дэ — «нэгъуэщІ мэлхэм» щыщхэм — Хьисэ дызэрыхущытыр къэдгъэлъэгъуэну Іэмал куэд диІэщ. Псалъэм папщІэ, ар фІыуэ зэрытлъагъур къыдогъэлъагъуэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм дазэрыдэІэпыкъумкІэ. А Іуэхум елъытауэщ Хьисэ мэлхэмрэ бжэнхэмрэ зэрызэхидзынур (Мт. 25:31—40). Ди гум къыбгъэдэкІыу хъыбарыфІ гъэІунымрэ гъэсэнхэр гъэхьэзырынымрэ дызэрыхэтымкІэ дэ Хьисэ и къуэшхэм дадэІэпыкъуфынущ (Мт. 28:18—20). Абы къыхэкІкІэ абыхэм къыдат Библие джыныр зэредгъэкІуэкІ тхылъхэр, псалъэм папщІэ, «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуаІэр, ехъулІэныгъэ диІэу къэдгъэсэбэпыну дыхуейщ. Уэ иджыри Библием зыри йомыгъаджэу щытмэ, мурад зыхуэбгъэув хъунущ Библиер яджыну Іэмал зэраІэм теухуауэ цІыху нэхъыбэм яжепІэну.

16. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм дыщІэту дызэрыпсэунум зыхуэдгъэхьэзырын щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунур?

16 Иеговэ зэрыхуейм хуэдэ цІыху дыхъун щхьэкІэ, дунеищІэр къэсыху дежьэн хуейкъым. Иджыпсту дыдэ дэ псалъэкІи ІуэхукІи цІыху пэжу дыщытыфынущ икІи сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи шыІэныгъэ дгъэлъэгъуэфынущ. Абы нэмыщІ Иеговэ, ди щхьэгъусэм икІи зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм дахуэпэжу дыщытыфынущ. Мы дуней бзаджэм Алыхьым и хабзэхэм нэхъыбэу дытетыху, жэнэтым абыхэм дытетыну нэхъ тыншу щытынущ. Иджыри дунеищІэм сэбэп къытхуэхъужын хьэл-щэнхэр иджыпсту зыхэтлъхьэфынущ икІи ІэщІагъэхэм зедгъэсэфынущ. Абы теухуауэ мы журналым ит «ЩІылъэр щІэину къыфлъысыну фыхьэзыр?» жыхуиІэ статьям фыкъыщеджэ хъунущ.

17. Япэм щыгъуэ гуэныхь хьэлъэ тщІахэм щхьэкІэ зыдгъэкъуэншэжын хуей? КъыдгурывгъаІуэ.

17 Абы нэмыщІ япэм щыгъуэ гуэныхь хьэлъэ тщІахэм щхьэкІэ зыдгъэкъуэншэжу хьэл диІэу щытмэ, ар зыхэднэн хуейщ. ДауикІ, дэ дегупсысынукъым Хьисэ дэр щхьэкІэ лІауэ щытмэ, тщІэр къыдгурыІуэу иджы гуэныхь длэжь хъуну (Евр. 10:26—31). Ауэ гуэныхь хьэлъэ тщІам ди гум къыбгъэдэкІыу дыхущІегъуэжамэ икІи Иеговэ зыдэдгъэІэпыкъуу ди щытыкІэр тхъуэжауэ щытмэ, абы ди гуэныхьыр къызэрытхуигъэгъуам шэч къытетхьэн хуейкъым (Ис. 55:7; Апост. 3:19). Хьисэ фарисейхэм мыпхуэдэу зэражриІар зыщыдгъэгъупщэнкъым: «Щыпкъагъэ зигу илъ цІыхухэр къезджэну папщІэкъым сыкъыщІэкІуар, атІэ гуэныхь зыщІэхэр я гуэныхьхэм хущІегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкІэщ» (Мт. 9:13). Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ ди гуэныхьхэр псори къытхуэгъуфынущ.

ГЪАЩІЭ МЫУХЫЖ ФИІЭУ ЖЭНЭТЫМ ФЫЩЫПСЭУФЫНУЩ

18. Хьисэ и гъусэу яукІа щІэпхъаджащІэм сытым теухуауэ фепсэлъэну фыхуейт?

18 Уи нэгу къыщІэгъэхьэт Хьисэ и гъусэу яукІа щІэпхъаджащІэм дунеищІэм ущепсалъэу. ДауикІ, фэ тІуми Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ хувощІ. Уэ а цІыхухъум мыпхуэдэу уеупщІыну къыщІэкІынт: «Хьисэ лІэн ипэ иужьрей сыхьэтхэм къэхъуар сыт? Уэ жэнэтым узэрыщыпсэунур Хьисэ къыщыбжиІам щыгъуэ сыт хуэдэ гурыщІэ уиІар?» А цІыхухъури уэ мыпхуэдэу къоупщІыфынущ: «Дунеижьым и иужьрей махуэхэм ущыпсэуну гугъут?» Апхуэдэ цІыхухэм я гъусэу Библиер дджыну ди дежкІэ сыту пщІэшхуэу щытыну! (Еф. 4:22—24).

Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым щыгъуэ къуэшым игу ирихь лэжьыгъэр ирегъэфІакІуэ (19-нэ абзацым феплъ.)

19. Жэнэтым дыщиІэну гъащІэр зэшыгъуэу щІыщымытынур сыт? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

19 Жэнэтым дыщиІэну гъащІэр зэшыгъуэу щытынукъым. Дэ сыт щыгъуи цІыху гъэщІэгъуэнхэм дахуэзэнущ икІи дигу ирихь лэжьыгъэ диІэнущ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр ар махуэ къэс уафэм щыІэ ди Адэр нэхъыфІу къызэрытцІыхуныр икІи абы и тыгъэхэм гуфІэгъуэ къызэрытхуахьыныращ. Дэ Иеговэрэ абы и ІэдакъэщІэкІхэмрэ теухуауэ зэдгъэгъуэтыну щІэныгъэм щІэи гъуни иІэкъым. Нэхъыбэрэ дыпсэухукІэ Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм хэхъуэурэ кІуэнущ. ГъащІэ мыухыж диІэу жэнэтым дыщыпсэуну гугъэ къызэрыдатам щхьэкІэ, Иеговэрэ Хьисэрэ дэ фІыщІэшхуэ яхудощІ!

22-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр кърекІуэ!

a Жэнэтым щыІэну гъащІэм щІэх-щІэхыурэ ущегупсыс къэхъурэ? Абы дызэрегупсысым, дауикІ, ди гур хегъахъуэ! Иеговэ тхуигъэхьэзыра дунеищІэм нэхъыбэу дегупсысыху, гушхуэныгъэ нэхъыбэ диІэу нэгъуэщІхэм абы теухуауэ дадэгуэшэнущ. Мы статьяр къыддэІэпыкъунущ Хьисэ дыкъызэригъэгугъа жэнэтым теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІыну.

b СУРЭТЫР. ДунеищІэм къэтэджыжа цІыхухэр езыгъэджэну гугъэ зиІэ къуэшым иджыпсту щыщІэдзауэ а Іуэхум ирегъэфІакІуэ.