Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

51 СТАТЬЯР

Зэман гугъухэм мамырыгъэ фиІэфынущ

Зэман гугъухэм мамырыгъэ фиІэфынущ

«Фымыгузавэ икІи фымышынэ» (ИН. 14:27).

112-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ мамырыгъэр къыбгъэдокІ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Алыхьым къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр зищІысыр сыт икІи сыт абы апхуэдизу дыщІыхуэныкъуэр? (Филиппи 4:6, 7).

 АЛЫХЬЫМ къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр — ар уафэм щыІэ ди Адэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм и фІыгъэкІэ зыхэтщІэ гурыщІэращ. Мы дунейм щыщ цІыхухэм ар зищІысыр ящІэркъым. Алыхьым къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр ди гум щилъым деж, хъумапІэ гуэрым дыщІэсым хуэдэщ. (Къеджэ Филиппи 4:6, 7.) Дэ дзыхь зыхуэтщІ хъун икІи Иеговэ фІыуэ зылъагъу ныбжьэгъухэр диІэщ, абы нэмыщІ «гузэгъэгъуэ къыдэзыт» Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку ныбжьэгъугъэ дэлъщ (1 Фес. 5:23). Уафэм щыІэ ди Адэр тцІыхумэ, абы дзыхь хуэтщІмэ икІи дедаІуэу щытмэ, Іуэхугъуэ шынагъуэ дыщыпэщІэхуэм деж, Алыхьым къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэм ди гум мамырыгъэ кърилъхьэфынущ.

2. Алыхьым къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр зэрызэдгъэгъуэтыфынум шэч къыщІытедмыхьэр сыт?

2 Уз зэрыцІалэхэм зыщаубгъум, гузэвэгъуэшхуэхэр къыщыхъум, цІыхухэм зыкъыщаІэтым е дыкъыщІрахуэкІым деж, Алыхьым къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр зэдгъэгъуэтыну Іэмал щыІэу пІэрэ? А гугъуехьхэм щыщ дэтхэнэ зым щхьэкІи шынэм дызэщІиубыдэфынущ. Ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм мыпхуэдэу яжриІащ: «Фымыгузавэ икІи фымышынэ» (Ин. 14:27). Ди насыпщи, къуэш, шыпхъухэр Хьисэ и чэнджэщым тетщ. Гугъуехь хьэлъэхэм щыпэщІэхуэм дежи, абыхэм Иеговэ и фІыгъэкІэ гузэгъэгъуэ зыхащІэ.

УЗ ЗЭРЫЦІАЛЭХЭМ ЗЫЩАУБГЪУМ ДЕЖ, ДАПХУЭДЭУ ГУЗЭГЪЭГЪУЭ ЗЭРЫЗЭДГЪЭГЪУЭТЫФЫНУР?

3. Уз зэрыцІалэ гуэрым зыщиубгъум деж, ди гум илъ мамырыгъэр дапхуэдэу абы зэрытфІигъэкІуэдыфынур?

3 Уз зэрыцІалэхэм зыщаубгъум деж, абы ди гъащІэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэри ихъуэжыфынущ. COVID-19 пандемием цІыхухэм я гъащІэр зэрихъуэжам деплъынщ. Зы исследование гуэрым къызэригъэлъэгъуамкІэ, зэупщІа цІыхухэм я нэхъыбэм жейр яфІэкІуэдат. Пандемиер щекІуэкІым щыгъуэ, цІыхухэр зэрыгузавэр, депрессиер, фадэкІэ е наркотиккІэ зэрырагъэлейр, унагъуэхэм залымыгъэ щызэрахьэр куэдкІэ нэхъыбэ хъуащ, абы нэмыщІ зызыукІыжыну хэтахэми я бжыгъэр хэхъуащ. Фэ фыщыпсэу щІыпІэм уз зэрыцІалэ гуэрым зыщиубгъуу щІидзамэ, гузэвэным фызэщІимыубыдэн икІи Алыхьым къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр зыхэфщІэн щхьэкІэ, сыт фщІэ хъунур?

4. Иужьрей махуэхэм теухуауэ Хьисэ жиІам ди гум мамырыгъэ къыщІрилъхьэр сыт?

4 Хьисэ жиІауэ щытащ иужьрей махуэхэм «щІыпІэ-щІыпІэхэмкІэ» уз зэрыцІалэхэр зэрыщыІэнур (Лк. 21:11). Ар зэрытщІэм дапхуэдэу ди гум мамырыгъэ къызэрырилъхьэр? Дэ дгъэщІагъуэкъым щІыпІэ-щІыпІэхэмкІэ уз зэрыцІалэхэр зэрыщыІэр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ зэрыжиІа дыдэм хуэдэу псори къызэрыхъур къыдгуроІуэ. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ иужьрей махуэхэм щыпсэуну цІыхухэм яжриІа мы псалъэхэм дытетынущ: «ФыщІэшынэн щыІэкъым» (Мт. 24:6).

Уз зэрыцІалэхэм зыщаубгъум деж, гузэгъэгъуэ зэвгъэгъуэтын щхьэкІэ, Библием и аудиозаписым федаІуэ (5-нэ абзацым феплъ.)

5. 1) Уз зэрыцІалэхэр къыщыхъум деж, Алыхьым сыткІэ делъэІун хуейми къыдгурыІуэну Филиппи 4:8, 9 итыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? 2) Библием и аудиозаписым фызэредаІуэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыфхуихьыфыну?

5 Уз зэрыцІалэм зэрызиубгъум къыхэкІкІэ гузэгъэгъуэр пфІэкІуэду шынэм узэщІиубыдэнкІэ хъунущ. Ди шыпхъу Дейзи b къыщыщІар аращ. Абы и адэ къуэш нэхъыщІэр, и адэ къуэш нэхъыжьым и къуэр икІи я дохутырыр COVID-19 пандемием и ягъэкІэ лІащ. Дейзи сымаджэ хъууэ зи ныбжь хэкІуэта и анэри ицІэлэнкІэ шынэу щІидзащ. Абы нэмыщІ пандемием къыхэкІкІэ и лэжьапІэр фІэкІуэду фэтэрыпщІэр хуэмытынкІэ икІи ерыскъы къызэрищэхун ахъшэ имыІэнкІэ ар гузавэт. А псом зэпымыууэ зэрегупсысым ди шыпхъум и жейр фІигъэкІуэдат. Ауэ Дейзи гузэгъэгъуэр зригъэгъуэтыжыну хузэфІэкІащ. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? А шыпхъур шынэм зэщІимыубыдэн икІи гупсысэкІэ тэмэм иІэн щхьэкІэ, Иеговэ къыдэІэпыкъуну елъэІут. (Къеджэ Филиппи 4:8, 9.) Дейзи Библием и аудиозаписькІэ Иеговэ «къызэрепсалъэм» едаІуэт. Ар къыддогуашэ: «Библием къеджэхэм я макъ щабэхэм гузэгъэгъуэ къызатт икІи Иеговэ и нэІэ къызэрыстригъэтыр сигу къагъэкІыжт» (Пс. 94:19).

6. Библиер зэрыдджымрэ зэІущІэхэм дызэрыкІуэмрэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур?

6 Уз зэрыцІалэм зыщиубгъум деж, ар ди гъащІэр зэрызэтеухуам зэран хуэхъуфынущ. Ауэ дэ езым Библиер зэрыдджымрэ зэІущІэхэм дызэрыкІуэмрэ ар зэран хуэдгъэхъун хуейкъым. Ди тхыгъэхэм ит щапхъэхэмрэ ди сайтым ит видеохэмрэ фигу къагъэкІыжынущ фи гугъуехьхэм хуэдэ зиІэ къуэш, шыпхъухэр Алыхьым хуэпэжу къызэрынэр (1 Пет. 5:9). ГурыщІэ дахэ къыдэзыт Библием ит гупсысэхэр ди гум идубыдэну зэІущІэхэр къыддэІэпыкъунущ. Абыхэм я фІыгъэкІэ дэ нэгъуэщІхэр дгъэгушхуэну Іэмал диІэнущ, дэри гушхуэныгъэ дгъуэтынущ (Рим 1:11, 12). Ди къуэш, ди шыпхъухэр щысымаджэм, шынэ е закъуэныгъэ щызыхащІэм щыгъуэ, Иеговэ абыхэм зэрадэІэпыкъуам фегупсысу щытмэ, фэри ар къызэрывдэІэпыкъунум теухуауэ фиІэ фІэщхъуныгъэр хэхъуэнущ.

7. Апостол Иуан и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

7 Къуэш, шыпхъухэм нэхъыбэрэ фазэрепсэлъэным фыхущІэкъу. Ауэ уз зэрыцІалэ къыщекІуэкІым деж, дэ абыхэм дахуэзэну Іэмал димыІэнкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж апостол Иуан иІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри диІэфынущ. Ар и ныбжьэгъу Гай хуэзэну хуабжьу хуейт (3 Ин. 13, 14). Ауэ апхуэдэ Іэмал зэримыІэр Иуан къыгурыІуэти, хузэфІэкІыр ищІащ — Гай письмо хуитхащ. Къуэш, шыпхъухэм фахуэзэну Іэмал фимыІэу щытмэ, абыхэм телефонкІэ е видеокІэ фепсалъэ е сообщенэ яхуэфтх. Къуэш, шыпхъухэм зэпымыууэ дадэуэршэрмэ, ди гум мамырыгъэ илъынущ икІи шынэ зыхэтщІэнукъым. Ауэ, гузэвэным фызэщІиубыдауэ щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэвгъазэ икІи абыхэм я дэІэпыкъуэгъур ІэщІыб фымыщІ (Ис. 32:1, 2).

ГУЗЭВЭГЪУЭШХУЭХЭР КЪЫЩЫХЪУМ ДЕЖ, ДАПХУЭДЭУ ГУЗЭГЪЭГЪУЭ ЗЭРЫЗЭДГЪЭГЪУЭТЫФЫНУР?

8. Гузэвэгъуэ гуэр къыщыхъум деж, дапхуэдэу абы гузэгъэгъуэр зэрыпфІигъэкІуэдынкІэ хъунур?

8 Псыдзэм, щІыхъейм е мафІэсым уэ зэгуэр ухиубыдауэ щытмэ, сыт щыгъуи угузавэу ущытынкІэ хъунущ. Апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэм и ягъэкІэ фІыуэ плъагъу гуэр е уи мылъку пфІэкІуэдамэ, уэ гуауэ зыхэпщІэнкІэ, Іуэхум хэкІыпІэ лъэпкъ имыІэу къыпщыхъункІэ, уеблэмэ, уи гум губжь илъынкІэ хъунущ. Апхуэдэ гурыщІэхэр узэриІэм къикІкъым мылъкум удихьэхауэ е уи фІэщхъуныгъэр махэу щыту. Уэ гъэунэхуапІэ хьэлъэм узэрыпэщІэхуам къыхэкІкІэ узэмыгупсыса псалъэ гуэр жыпІэу щытмэ, куэдым ар къагурыІуэнущ (Иов 1:11). Ауэ узыпэщІэхуа гугъуехьым емылъытауэ, уи гум гузэгъэгъуэ илъыфынущ. Дапхуэдэу ар зэрызэбгъэгъуэтынур?

9. Ди зэманым къэхъу гузэвэгъуэшхуэхэм Хьисэ дапхуэдэу дызэрыхуигъэхьэзырар?

9 Хьисэ жиІа псалъэхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Мы дунейм щыщ цІыху куэдым я гугъэщ абыхэм гугъуехьышхуэхэр къалъэмыІэсыну. Ауэ дэ къыдгуроІуэ апхуэдэ гугъуехьхэр куэду къызэрыхъунур икІи абыхэм щыщ гуэр къызэрытлъэІэсынкІэ хъунур. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІауэ щытащ дунейм и кІэр къэсын ипэ «щІыр щІыпІэ-щІыпІэхэмкІэ хуабжьу [зэры]щыхъеинур» икІи нэгъуэщІ гузэвэгъуэшхуэхэр къызэрыхъунур (Лк. 21:11). Иджыри абы жиІащ «бзаджагъэм зэрыхэхъуэнур» икІи апхуэдэу къызэрыхъур дэ ди нэкІэ долъагъу (Мт. 24:12). ЦІыхухэм щІэпхъаджагъэ зэращІэм, лей зэрызрахьэм, теракт къызэрагъэхъум теухуауэ дэ зэпымыууэ зэхыдох. Хьисэ зэи жиІакъым апхуэдэ гугъуехьхэр къызыщыщІынур Иеговэ и ней зыщыхуахэрауэ. Пэжыр жыпІэмэ, Алыхьым и лэжьакІуэ куэдыр апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэхэм пэщІохуэ (Ис. 57:1; 2 Кор. 11:25). Иеговэ телъыджэ ІуэхукІэ апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэхэм дыщимыхъумэнкІэ хъунущ, ауэ, гузэгъэгъуэ диІэн щхьэкІэ, дызыхуэныкъуэу хъуар абы къыдитынущ.

10. Иджыпсту щыщІэдзауэ гузэвэгъуэшхуэхэм зэрызыхуэдгъэхьэзырым фІэщхъуныгъэ быдэ дызэриІэр дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэр? (Притчи 22:3).

10 Гузэвэгъуэшхуэ гуэр къызэрыхъункІэ хъунум япэ къихуэу зыхуэдгъэхьэзыру щытмэ, апхуэдэ къэхъуа иужь, дымыгужьеину ар къыддэІэпыкъунущ. Ауэ абы зэрызыхуэдгъэхьэзырым къикІрэ Иеговэ худиІэ фІэщхъуныгъэр махэу щыту? ДауикІ, къикІкъым! ДызыпэщІэхуэнкІэ хъуну гузэвэгъуэшхуэм ипэкІэ дызэрегупсысым къегъэлъагъуэ Алыхьым дызыхуей дыхуигъэзэну лъэкІыныгъэ зэриІэр ди фІэщ зэрыхъур. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Алыхьым и Псалъэм чэнджэщ къыдет къэхъуфыну гугъуехьышхуэхэм ипэ къихуэу зыхуэдгъэхьэзырыну. (Къеджэ Притчи 22:3.) Журналхэм ит статьяхэмкІэ, зэІущІэхэмкІэ, игъуэу зэхэтх объявлениехэмкІэ Алыхьым и организацэм щІэх-щІэхыурэ дыхуегъэуш гузэвэгъуэшхуэ гуэр къызэрыхъуфынум зыхуэдгъэхьэзырыну c. Иеговэ дзыхь хуэтщІу щытмэ, гузэвэгъуэшхуэр къэмыхъу щІыкІэ, иджыпсту щыщІэдзауэ а чэнджэщым дытетынущ.

Гузэвэгъуэшхуэ гуэрым ипэкІэ зэрызыхуэвгъэхьэзырым фи гъащІэр къригъэлыфынущ (11-нэ абзацым феплъ.) d

11. Маргарет и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

11 Ди шыпхъу Ма́ргарет и щапхъэм деплъынщ. Ар щыпсэу щІыпІэм мэзыр мафІэс щыхъуам щыгъуэ абы щыІэ унафэщІхэм цІыхухэр а щІыпІэм иІэпхъукІыну унафэ ящІащ. Псори зэуэ къалэм дэкІыну зэрыхэтам къыхэкІкІэ гъуэгухэм зекІуапІэ имыІэу хъуащ. Іугъуэ фІыцІэм псори зэрызэщІищтам къыхэкІкІэ Маргарет зэман гуэркІэ и машинэм къимыкІыфу исащ. Ауэ ди шыпхъум а Іуэхум зэрызыхуигъэхьэзырам и гъащІэр къригъэлащ. Маргарет и сумкэм картэ зэрилъам и фІыгъэкІэ абы нэгъуэщІ гъуэгу тыншу къигъуэтащ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, апхуэдэ гуэр къэхъуу щытмэ, хуэхьэзыру щытын щхьэкІэ, ди шыпхъум а гъуэгур нэхъапэІуэкІэ зригъэцІыхуат. Маргарет зэрызигъэхьэзырам и фІыгъэкІэ и гъащІэр къригъэлыфащ.

12. УнафэщІхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ къабгъэдэкІ унафэхэм дыщІедэІуэн хуейр сыт?

12 ЦІыхухэм я гъащІэр хъума хъун щхьэкІэ, унафэщІхэм ахэр ягъэІэпхъуэну унафэ къыдагъэкІыфынущ, «комендантский час» жыхуаІэр ящІыфынущ е нэгъуэщІ лъэбакъуэхэр ячыфынущ. Языныкъуэхэм я мылъкур ягу зэрыпымыкІым къыхэкІкІэ апхуэдэ унафэхэр яфІэфІкъым икІи ягъэзэщІэну пІащІэркъым. Иеговэ и лэжьакІуэхэр апхуэдэ унафэхэм дапхуэдэу зэрыхущытыр? Библием дыкъыхуреджэ: «Зиусхьэным и гъуэгум фызэрырикІуэм щхьэкІэ тепщэныгъэ зиІэ цІыху псоми фахуэІурыщІэ: псоми я тепщэ пащтыхьыр арами, абыи фыхуэІурыщІэ... пащтыхьым къигъэкІуа Іэтащхьэхэрами, абыхэми фахуэІурыщІэ» (1 Пет. 2:13, 14). Алыхьым и организацэми, дыкъихъумэн щхьэкІэ, гурыІуэгъуэу щыт унафэхэр къыдет. Дэ щІэх-щІэхыурэ дигу къагъэкІыж ди телефон номерыр икІи ди адресыр зэхуэсым и нэхъыжьхэм едгъэщІэн зэрыхуейр, гузэвэгъуэ гуэр къэхъуу щытмэ, абыхэм зыкъытпащІэфын щхьэкІэ. Уэ апхуэдэу пщІауэ пІэрэ? Дэ иджыри унэм дыкъыщІэмыкІыну е унэр къэдгъанэу нэгъуэщІ щІыпІэ дыІэпхъуэну унафэ къыдатынкІэ хъунущ. Абы нэмыщІ филиалым къикІ «гуманитарная помощь» жыхуаІэр къыщетІыхыну щІыпІэмрэ нэгъуэщІхэм дазэрыдэІэпыкъу хъуну щІыкІэмрэ къыджаІэнкІэ хъунущ. Унафэ къыдатым демыдаІуэу щытмэ, ди гъащІэми зэхуэсым и нэхъыжьхэм я гъащІэми дыхуэмысакъыу жыпІэ хъунущ. Алыхьым хуэпэж а цІыхухъухэм я нэІэ къызэрыттрагъэтыр зыщыдгъэгъупщэнкъым (Евр. 13:17). Маргарет мыпхуэдэу жеІэ: «Зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ организацэм къыбгъэдэкІ унафэхэмрэ сызэредэІуам си гъащІэр къызэрыригъэлам сэ шэч лъэпкъ къытесхьэкъым».

13. Къуэш, шыпхъу куэдым я унэхэр къагъэнэн хуей зэрыхъуам щхьэкІэ къэмынэу, гуфІэгъуэрэ гузэгъэгъуэрэ сыт къезытыр?

13 Гузэвэгъуэшхуэм, зауэм е цІыхухэм зэрызыкъаІэтам щхьэкІэ, къуэш, шыпхъу куэдым я унэхэр къагъэнэн хуей хъуащ. Ауэ, а псом емылъытауэ, я Іуэхум зэрызихъуэжам зэрызыдрагъэкІуным икІи Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэу зэрыхэтыным абыхэм къару ирахьэлІащ. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хуэдэу, ди зэманым псэу къуэш, шыпхъухэми къызэрырахуэкІым емылъытауэ, адэкІи «хъыбарыфІыр яІуатэ» (Апост. 8:4). Я гугъуехьхэм емыгупсысу я акъылыр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм траухуэну абыхэм хъыбарыфІ гъэІуныр къадоІэпыкъу. Абы и фІыгъэкІэ къуэш, шыпхъухэм гуфІэгъуэрэ гузэгъэгъуэрэ зыхащІэ.

ДЫКЪЫЩРАХУЭКІЫМ ДЕЖ, ДАПХУЭДЭУ ГУЗЭГЪЭГЪУЭ ЗЭРЫЗЭДГЪЭГЪУЭТЫФЫНУР?

14. ДыкъыщрахуэкІым деж, гузэгъэгъуэр дапхуэдэу зэрытфІэкІуэдыфынур?

14 ДыкъызэрырахуэкІым къыхэкІкІэ дэ гузэгъэгъуэр тфІэкІуэдыфынущ. Дэ насыпрэ гуфІэгъуэрэ зыхыдощІэ хуиту дызэхуэзэну, хъыбарыфІыр дгъэІуну икІи дызэраубыдыным теухуауэ дымыгузавэу дыпсэуну Іэмал дыщиІэм деж. А Іэмалыр тфІэкІуэду щытмэ, дэ къытщыщІыным теухуауэ дыгузавэу икІи дышынэу щІэддзэнкІэ хъунущ. Апхуэдэ гурыщІэхэр зыхэтщІэным зыри Іей хэлъкъым. Ауэ дэ дысакъын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, къызэрырахуэкІым къыхэкІкІэ, языныкъуэхэм я фІэщхъуныгъэр яфІэкІуэдынкІэ зэрыхъунур Хьисэ жиІауэ щытащ (Ин. 16:1, 2). Дауэ-тІэ, апхуэдэ Іуэхугъуэхэм деж, ди гум илъ гузэгъэгъуэр зэрытхъумэфынур?

15. ДыкъызэрырахуэкІым щхьэкІэ, дышынэн щІыхуэмейр сыт? (Иуан 15:20; 16:33).

15 Библием мыпхуэдэу щыжыІащ: «Тхьэм и фІэлІыкІ зи гум илъу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу псэуну хуей дэтхэнэми цІыхухэм гугъуехь ирагъэшэчынущ» (2 Тим. 3:12). Андрей зи цІэ ди къуэшыр щыпсэу къэралым ди лэжьыгъэр щызэхуащІащ икІи ар абы хуабжьу иригузавэт. Ар мыпхуэдэу егупсыст: «Иеговэ и Щыхьэтхэр куэд мэхъу — псори дахуэгъэтІысынкъым!» А гупсысэм Андрей и гум мамырыгъэ кърилъхьэн ипІэкІэ ар сыт щыгъуи гузавэу ищІащ. НэгъуэщІ къуэшхэм ахэр зэраубыдыфынум емыгупсысу псори Иеговэ и ІэмыщІэм иралъхьащ. Абыхэм къагурыІуэт ахэр ягъэтІысынкІэ зэрыхъунур, ауэ Андрей нэхърэ нэхъ мащІэу а Іуэхум иригузавэт. Абы къыхэкІкІэ Андрей абыхэм щапхъэ ятрихыну икІи псори Алыхьым и ІэмыщІэ ирилъхьэну мурад ищІащ. Куэд дэмыкІыу абы гузэгъэгъуэ игъуэтыжащ икІи, Іуэхум зэрызимыхъуэжам щхьэкІэ къэмынэу, нобэ къыздэсым гуфІэгъуэ зыхещІэ. Дэри а Іэмалыр къыддэІэпыкъуфынущ. Гугъуехь зэрыдагъэшэчынур Хьисэ жиІами, Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэну зэрытхузэфІэкІынури абы жиІащ. (Къеджэ Иуан 15:20; 16:33.)

16. Гугъуехь щыдагъэшэчым деж, сыт хуэдэ унафэхэм дытетын хуей?

16 Ди лэжьыгъэр щызэхуэщІам е щыдэкъузам деж, филиалым е зэхуэсым и нэхъыжьхэм къабгъэдэкІыу унафэ гуэрхэр къытІэрыхьэнкІэ хъунущ. А унафэхэр къыщІыдатыр дыкъахъумэн икІи Алыхьым гъунэгъу дыхуэзыщІ щІэныгъэхэр адэкІи къытІэрыхьэн папщІэщ, абы нэмыщІ, ди Іуэхум къызэрикІым хуэдэу, хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтын щхьэкІэщ. Абыхэм фытетыну сыт щыгъуи фыхущІэкъу, ахэр къыщІыватар икІэм нэс къывгурымыІуэу щытми (Екъуб 3:17). Абы нэмыщІ зэхуэсым и лэжьыгъэм е къуэш, шыпхъухэм теухуа гуэр ар зыщІэн хуэмей цІыхухэм яжевмыІэ (Эккл. 3:7).

Зэман гугъухэм дежи, гузэгъэгъуэ зэвгъэгъуэтыну сыт къывдэІэпыкъунур? (17-нэ абзацым феплъ.) e

17. Апостолхэм щапхъэ ятетхыу ди акъылыр сыт зытедухуэн хуейр?

17 Алыхьым и лэжьакІуэхэр «Хьисэ Мэссихь щыхьэт зэрыхуэхъум» къыхэкІкІэ ШейтІаным абыхэм зауэ ярещІылІэ (Апок. 12:17). ШейтІанымрэ абы и ІэмыщІэ илъ дунеймрэ фагъэшынэну хуит фымыщІ. Зэран къызэрытхуэхъум емылъытауэ, хъыбарыфІыр дгъэІумэ икІи цІыхухэр Библием едгъаджэмэ, дэ гуфІэгъуэрэ гузэгъэгъуэрэ зыхэтщІэнущ. Япэ лІэщІыгъуэм тепщэныгъэ зиІэ цІыхухэм апостолхэм хъыбарыфІыр ямыгъэІуну унафэ хуащІат, ауэ абыхэм Алыхьым едэІуэну мурад ящІащ. Иеговэ хуэпэжу щыт а цІыхухъухэм хъыбарыфІыр ягъэІун щагъэтакъым икІи абы и фІыгъэкІэ гуфІэгъуэшхуэ зыхащІащ (Апост. 5:27—29, 41, 42). Ди лэжьыгъэр дэкъузауэ щытмэ, хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ, дауикІ, дэ дысакъын хуейщ (Мт. 10:16). Ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу дэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэуэ щытмэ, гузэгъэгъуэ диІэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэу Иеговэ и гур догъэгуфІэ икІи цІыхухэм я гъащІэр къезыгъэл хъыбарыр догъэІу.

«ГУЗЭГЪЭГЪУЭ КЪЫДЭЗЫТ ТХЬЭР СЫТ ЩЫГЪУИ ФИ ГЪУСЭНУЩ»

18. Дызыхуэныкъуэ мамырыгъэр къыдэзытыфынум теухуауэ сыт дигу идгъэлъын хуейр?

18 Шэч къытевмыхьэ: зэман нэхъ гугъу дыдэхэми дэ гузэгъэгъуэрэ мамырыгъэрэ диІэфынущ. Апхуэдэхэм деж зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым: дэ дызыхуэныкъуэ мамырыгъэр — ар Алыхьым къыбгъэдэкІ мамырыгъэращ икІи ар къыдэзытыфынур Иеговэ закъуэщ. Уз зэрыцІалэхэм зыщаубгъум, гузэвэгъуэшхуэхэр къыщыхъум икІи фыкъыщрахуэкІым деж, Иеговэ фыщыгугъ. Абы и организацэм пэжыжьэ зыхуэвмыщІ. Къыфпэщылъ гъащІэ дахэр фи нэгу къыщІэвгъэхьэ. Абы щыгъуэ «гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэр сыт щыгъуи фи гъусэнущ» (Флп. 4:9). Гугъуехьышхуэм пэщІэхуэ къуэш, шыпхъухэм, Алыхьым къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр яІэн щхьэкІэ, дазэрыдэІэпыкъу хъунум теухуауэ къыкІэлъыкІуэ статьям дыщытепсэлъыхьынущ.

38-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ

a Иеговэ фІыуэ зылъагъу цІыхухэм мамырыгъэрэ гузэгъэгъуэрэ яритыну къегъэгугъэ. Абы къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр сыт зищІысыр икІи дапхуэдэу ар зэрызэдгъэгъуэтынур? Уз зэрыцІалэхэм зыщаубгъум, гузэвэгъуэшхуэхэр къыщыхъум икІи дыкъыщрахуэкІым деж, а гузэгъэгъуэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъуфынур? Мы статьям а упщІэхэм я жэуапхэр щызэпкърытхынущ.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

c 2017-нэ гъэм, 5-нэу къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым ит «Чрезвычайное происшествие. Стратегия выживания» жыхуиІэ статьям феплъ.

d СУРЭТЫР. Шыпхъур зэрыІэпхъуэным нэхъапэІуэкІэ зыхуигъэхьэзыращ.

e СУРЭТЫР. Ди лэжьыгъэр щыдэкъуза къэралым щыпсэу къуэшым сакъыу хъыбарыфІыр адэкІи егъэІу.