Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

52 СТАТЬЯР

Зэман гугъухэм пэлъэщыну нэгъуэщІхэм фадэІэпыкъу

Зэман гугъухэм пэлъэщыну нэгъуэщІхэм фадэІэпыкъу

«ДэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэм удэмыІэпыкъуу къомыгъанэ, ар пхузэфІэкІыу щытмэ» (ПРИТ. 3:27).

103-НЭ УЭРЭДЫР Мэлыхъуэхэр тыгъэу Алыхьым къыдитащ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Иеговэ и лэжьакІуэхэм я тхьэлъэІухэм щІэх-щІэхыурэ дапхуэдэу жэуап зэрыритыр?

 ИЕГОВЭ зыгуэрым и тхьэлъэІу гуащІэм жэуап иритын щхьэкІэ, уэ укъызэригъэсэбэпыфынур пщІэуэ пІэрэ? ИкІи ар бгъэзащІэ къалэнхэм елъытакъым. Зэхуэсым и нэхъыжьу, зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу, пионеру ущытми ущымытми, уэ ар пхузэфІэкІынущ. Абы нэмыщІ уи ныбжьым икІи къуэшу е шыпхъуу узэрыщытым ар елъытакъым. Иеговэ фІыуэ зылъагъу и лэжьакІуэ пэжхэр дэІэпыкъуэгъу щыхуэныкъуэм деж, лъэІу гуащІэкІэ абы зыхуагъазэ. Абыхэм жэуап яритын щхьэкІэ, Алыхьым зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэмрэ щІэх-щІэхыурэ къегъэсэбэп (Кол. 4:11). Апхуэдэ щІыкІэкІэ Иеговэ дыхуэлэжьэну икІи къуэш, шыпхъухэм дадэІэпыкъуну сыту пщІэшхуэ! Псом хуэмыдэу абы мыхьэнэшхуэ иІэщ уз зэрыцІалэхэм зыщаубгъум, гузэвэгъуэшхуэхэр къыщыхъум икІи дыкъыщрахуэкІым деж.

УЗ ЗЭРЫЦІАЛЭХЭМ ЗЫЩАУБГЪУМ ДЕЖ, НЭГЪУЭЩІХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ

2. Уз зэрыцІалэхэм зыщаубгъум деж, нэгъуэщІхэм уадэІэпыкъуну гугъуу щІыщытынкІэ хъунур сыт?

2 Уз зэрыцІалэхэм зыщаубгъум деж, зыр зым дыдэІэпыкъуну гугъуу щытынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, дэ ди ныбжьэгъухэм я деж дыкІуэну дыхуейщ, ауэ абы шынагъэ пылъщ. Е ахъшэм пыщІа гугъуехь зиІэ гуэр шэджагъуашхэм къедгъэблэгъэну дыхуейщ, ауэ ари тщІэ хъунукъым. Хьэмэрэ, дэ нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуну дыхуейщ, ауэ ди унагъуэм щыщ гуэр зэрысымаджэм къыхэкІкІэ ар тхузэфІэкІкъым. А псом емылъытауэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм щІэгъэкъуэн дахуэхъуну гукъыдэжышхуэ диІэщ. Абыхэм щхьэкІэ тхузэфІэкІыу хъуар щытщІэм деж, Иеговэ мэгуфІэ (Прит. 3:27; 19:17). Сыт-тІэ дэ тщІэфынур?

3. Дейзи и зэхуэсым щыщ нэхъыжьхэм я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (Иеремия 23:4).

3 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэфынур? Зэхуэсым и нэхъыжьу ущытмэ, уи гупым хэт Иеговэ и мэл цІыкІухэр фІыуэ зэгъэцІыху. (Къеджэ Иеремия 23:4.) Мыбы ипэ дджа статьям зи гугъу тщІа ди шыпхъу Дейзи b жеІэж: «Ди гупым щыщ зэхуэсым и нэхъыжьхэр сэри адрейхэми я гъусэу хъыбарыфІ гъэІуным мызэ-мытІэу хэтащ икІи дэ зэгъусэу щІэх-щІэхыурэ зэманыр дгъакІуэт». Абы и фІыгъэкІэ COVID-19 пандемиер щыщІидзам икІи Дейзи и Іыхьлыхэм щыщхэр щылІам щыгъуэ абы дэІэпыкъуну икІи гупсэхугъуэ иратыну зэхуэсым и нэхъыжьхэм я дежкІэ нэхъ тыншу щытт.

4. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр Дейзи щІыдэІэпыкъуфар сыт икІи сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур?

4 Дейзи игу къегъэкІыж: «Зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ сэрэ ди зэхуаку зэныбжьэгъугъэ зэрыдэлъам и фІыгъэкІэ си гурыщІэхэмкІэ абыхэм садэгуэшэну си дежкІэ тыншт». Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, мы щапхъэм фи дежкІэ сыт хуэдэ дерс хэлъ? Гузэвэгъуэр къэмыса щІыкІэ Иеговэ и мэл цІыкІухэм нэхъ гъунэгъу захуэфщІ. Къуэш, шыпхъухэм ныбжьэгъу фахуэхъу. Уз зэрыцІалэ къызэрекІуэкІым и зэранкІэ абыхэм я деж фымыкІуэфмэ, нэгъуэщІ Іэмал къэфлъыхъуэ. Дейзи пещэ: «Иныкъуэхэм деж зы махуэм къриубыдэу зэхуэсым и нэхъыжь зыбжанэм телефонкІэ къыщысхуащІ е къыщысхуатх къэхъут. Абыхэм къысхурагъэхь Библием щыщ едзыгъуэхэр фІыуэ зэрысцІыхум щхьэкІэ къэмынэу, ахэр хуабжьу си гум хыхьэт».

5. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэр зыхуэныкъуэр дауэ къащІэфыну икІи абыхэм дапхуэдэу ядэІэпыкъуфыну?

5 Къуэш, шыпхъухэр зыхуэныкъуэр дапхуэдэу къызэрыпщІэ хъунур? Іэмалхэм ящыщ зыр — упщІэ къезэгъхэр абыхэм ептыныращ (Прит. 20:5). Зыхуэныкъуэ ерыскъы, хущхъуэ, щыгъын абыхэм яІэрэ ямыІэрэ къызэрыфщІэным фыхущІэкъу. Я лэжьапІэр е зыщІэс унэр яфІэкІуэдыну шынагъэ щыІэу пІэрэ? Къэралым ит пособиер зрагъэпэщын щхьэкІэ, ахэр дэІэпыкъуэгъу хуэмейуэ пІэрэ? Къуэш, шыпхъухэр Дейзи ахъшэкІэ дэІэпыкъуащ. Ауэ псом хуэмыдэу абы къыдэІэпыкъуар зэхуэсым и нэхъыжьхэм ягъэлъэгъуа лъагъуныгъэмрэ Библиер къагъэсэбэпу гушхуэныгъэ зэрыратамрэщ. Ди шыпхъум игу къегъэкІыж: «Зэхуэсым и нэхъыжьхэм си гъусэу Иеговэ лъэІукІэ зыхуагъазэт. Абы щыгъуэ абыхэм жаІар сымыщІэжми, зыхэсщІа гурыщІэхэр фІыуэ сощІэж. Езы Иеговэ „уэ уи закъуэкъым“ жиІэу зыкъысхуигъазэ хуэдэт» (Ис. 41:10, 13).

ЗэІущІэр езыгъэкІуэкІ къуэшыр мэгуфІэ куэдым жэуап зэратым щхьэкІэ. ВидеосвязькІэ зыкъыпызыщІа ныбжь зиІэ къуэшри абыхэм яхэтщ (6-нэ абзацым феплъ.)

6. НэгъуэщІхэм дэІэпыкъун щхьэкІэ, зэхуэсым щыщ куэдым сыт ящІэфынур? (Сурэтым феплъ.)

6 НэгъуэщІхэм сыт ящІэфынур? ДауикІ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр къуэш, шыпхъухэм псэемыблэжу ядэІэпыкъун хуейщ. Ауэ апхуэдэу зыщІэн хуейр абыхэм я закъуэкъым — нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуну дэтхэнэ зыри Иеговэ дыкъыхуреджэ (Гал. 6:10). ЦІыху сымаджэм гулъытэ тІэкІу фІэкІа хуэдмыщІми, ар абы хуабжьу игъэгушхуэфынущ. Сабийм езым ищІыжа сурэт е открыткэ къуэшым е шыпхъум иритыфынущ. Балигъхэр тыкуэным кІуэфынущ е унагъуэ ІуэхукІэ дэІэпыкъуэгъу хъуфынущ. Абы нэмыщІ ерыскъы япщэфІу цІыху сымаджэм хуахь хъунущ. ДауикІ, уз зэрыцІалэм зыщиубгъум деж, зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыри ягъэгушхуэным хуэныкъуэщ. Дызэрызэхуэс щІыкІэм емылъытауэ, зэІущІэ нэужьым дыкъанэу къуэш, шыпхъухэм иджыри дадэуэршэр хъунущ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэри ягъэгушхуэным хуэныкъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уз зэрыцІалэм зыщиубгъу зэманым абыхэм псом хуэмыдэу лэжьыгъэ куэд ягъэзащІэ. Абы къыхэкІкІэ языныкъуэхэм фІыщІэ псалъэхэр зэрыт открыткэхэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм хурагъэхь. Аращи, «зым адрейр ирырегъэгушхуэ икІи зым адрейм гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ ирырегъэгъуэт» жыхуиІэ псалъэхэм дэтхэнэ зыри дыхэтыну Іэмал дызэриІэр сыту фІы! (1 Фес. 5:11).

ГУЗЭВЭГЪУЭШХУЭХЭР КЪЫЩЫХЪУМ ДЕЖ, НЭГЪУЭЩІХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ

7. Гузэвэгъуэшхуэм цІыхум и гъащІэр дапхуэдэу зэрихъуэжыфынур?

7 Гузэвэгъуэшхуэм цІыхум и гъащІэр напІэзыпІэм ихъуэжыфынущ. Апхуэдэ гугъуехьым пэщІэхуахэм я мылъкур, я унэр, уеблэмэ, фІыуэ ялъагъу цІыхуи яфІэкІуэдынкІэ хъунущ. Ди къуэш, ди шыпхъухэри апхуэдэ насыпыншагъэхэм щыхъумауэ щыткъым. Дапхуэдэу абыхэм дазэрыдэІэпыкъуфынур?

8. Зэхуэсым икІи унагъуэм и нэхъыжьхэм гузэвэгъуэшхуэр къэмыхъу щІыкІэ сыт ящІэн хуейр?

8 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэфынур? Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, гузэвэгъуэшхуэм зыхуагъэхьэзырыну къуэш, шыпхъухэм фадэІэпыкъу. Абыхэм я гъащІэр хъума хъун щхьэкІэ, ящІэн хуеймрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэрызэпащІэ хъунымрэ ящІэрэ ямыщІэрэ зэхэвгъэкІ. Мыбы ипэ дджа статьям зи гугъу тщІа ди шыпхъу Ма́ргарет жеІэж: «„Зэхуэсыр зыхуэныкъуэр“ жыхуиІэ Іыхьэр щрагъэкІуэкІым щыгъуэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм къыджаІащ мафІэсхэр къыщыхъу зэманыр иджыри зэримыухар. Абы нэмыщІ дигу къагъэкІыжащ тепщэныгъэ зиІэхэм цІыхухэр Іэпхъуэн хуейуэ унафэ ящІмэ е Іуэхур нэхъ шынагъуэ хъумэ, дэ занщІэу ди щІыпІэм дикІын зэрыхуейр». А унафэр къуэш, шыпхъухэм игъуэу къаІэрыхьат, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мазэрэ ныкъуэрэ фІэкІа дэмыкІыу ахэр щыпсэу щІыпІэм мафІэсышхуэ къыщыхъуащ. Аращи, унагъуэм и нэхъыжьхэм унагъуэкІэ Библиер щаджкІэ дэтхэнэ зыми сыт ищІэн хуейми зэпкърахын хуейщ. Апхуэдэ гуэр къызэрыхъуфынум фи бынхэри фэри фыхуэхьэзыру щытмэ, ар къэхъуа иужь фымыгужьеину фхузэфІэкІынущ.

9. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр гузэвэгъуэшхуэм ипэ икІи иужькІэ къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу зэрадэІэпыкъур?

9 Ди къуэш лъапІэ, гупым и нэхъыжьу ущытмэ, гузэвэгъуэшхуэ гуэр къэхъуным уемыжьэу уи гупым щыщ къуэш, шыпхъухэм я телефон номерхэр къеІых. Ахэр тхы икІи зэман-зэманкІэрэ зыгуэрым зихъуэжарэ зимыхъуэжарэ зэхэгъэкІ. Уэ ар къыбдэІэпыкъунущ, гузэвэгъуэшхуэ гуэр къыщыхъум деж, уи гупым щыщ дэтхэнэ зыми уепсэлъэну икІи ахэр зыхуэныкъуэр къэпщІэну. КъэпщІар зэхуэсым и нэхъыжьхэм я координаторым жеІэ, Іуэхур зытетыр абы районым и нэхъыжьым жриІэжын щхьэкІэ. Ахэр щызэдэлажьэм деж, къуэш, шыпхъухэм нэхъ ядэІэпыкъуфынущ. Маргарет и районым и нэхъыжьыр мафІэс нэужьым сыхьэт 36-м къриубыдэу мыжейуэ, увыІэгъуэ имыІэу зэхуэсхэм и нэхъыжьхэм телефонкІэ запищІэт. Зэгъусэу абыхэм яхузэфІэкІащ 450 хуэдиз хъу зи унэхэр къэзыгъэнэн хуей хъуа къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъуну (2 Кор. 11:27). Абы и фІыгъэкІэ абыхэм зыхуэныкъуэ щхьэегъэзыпІэ псоми къыхуагъуэтыфащ.

10. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэм я нэІэ трагъэтыным мыхьэнэшхуэ иІэу къыщІалъытэр сыт? (Иуан 21:16).

10 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм я къалэным хохьэ Библиер къагъэсэбэпу къуэш, шыпхъухэр ягъэгушхуэну икІи гугъуехь зиІэхэм ядэІэпыкъуну (1 Пет. 5:2). Гузэвэгъуэшхуэ гуэр къыщыхъум деж, а къуэшхэм зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыми и гъащІэм зэран хуэхъун гуэр щыІэрэ щымыІэрэ, абы нэмыщІ зыхуэныкъуэ ерыскъы, щыгъын икІи зыщІэсын унэ иІэрэ имыІэрэ къызэращІэным хущІокъу. Ауэ мазэ куэд дэкІа иужьи гузэвэгъуэшхуэм пэщІэхуахэр Библием тегъэщІауэ ягъэгушхуэным икІи эмоциональнэ лъэныкъуэкІэ къадэІэпыкъуным хуэныкъуэу щытыну къыщІэкІынущ. (Къеджэ Иуан 21:16.) Ди къуэш Ха́ролд филиалым и комитетым щолажьэ. Ар гузэвэгъуэшхуэм пэщІэхуа къуэш, шыпхъу куэдым хуэзащ. Абы мыпхуэдэу жеІэ: «ЦІыхум зыкъищІэжын щхьэкІэ, зэман хуейщ. Къуэш, шыпхъухэм я гъащІэр зэтеувэжа иужьи къащыщІар ягу къызэрыкІыжым гуауэ къахуихьыфынущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ хэти фІыуэ илъагъу цІыхур а Іуэхум хэкІуэдащ, хэти и дежкІэ лъапІэу щыт хьэпшып гуэр фІэкІуэдащ, хэти и гъащІэр псэзэпылъхьэпІэу щытащ. Апхуэдэ гукъэкІыжхэм къытрагъэзэжурэ цІыхум и лъэр щІахыфынущ. Гузэвэгъуэшхуэ зи нэгу щІэкІар апхуэдэу зэрыщытым зыри Іей хэлъкъым икІи абы къикІкъым и фІэщхъуныгъэр махэу щыту».

11. Унагъуэхэр сыт хуэдэ дэІэпыкъуэгъум хуэныкъуэнкІэ хъуну?

11 Зэхуэсым и нэхъыжьхэр «гъыхэм фадэгъ» жыхуиІэ чэнджэщым тетщ (Рим 12:15). Гузэвэгъуэшхуэ гуэр зи нэгу щІэкІахэр Иеговэрэ къуэш, шыпхъухэмрэ фІыуэ къызэралъагъур къыжраІэным хуэныкъуэщ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр адэкІи унагъуэхэм ядэІэпыкъунущ абыхэм я фІэщхъуныгъэр быдэ зыщІ Іуэхухэм хэтыну, псалъэм папщІэ, Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзэну, Библиер яджыну, зэІущІэхэм кІуэну икІи хъыбарыфІыр ягъэІуну. Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэм адэ-анэхэр хуагъэуш хъунущ зы гузэвэгъуэми зэтримыкъутэфыну Іуэхугъуэхэм я бынхэм я акъылыр траухуэну ядэІэпыкъуну. Адэ-анэхэ, фи бынхэм ягу къэвгъэкІыж Иеговэ абыхэм я ныбжьэгъуу сыт щыгъуи зэрыщытынур икІи, сыт къэмыхъуами, ахэр къызэримыгъэнэнур. Иджыри абыхэм яжефІэ хъунущ къадэІэпыкъуну хьэзыр къуэш, шыпхъухэр дуней псом зэрытетыр (1 Пет. 2:17).

Фи щІыпІэм гузэвэгъуэшхуэ гуэр къыщыхъу хъумэ, зыгуэркІэ дэІэпыкъуэгъу фыхъуфыну пІэрэ? (12-нэ абзацым феплъ.) e

12. Гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуахэм дэІэпыкъун щхьэкІэ, нэгъуэщІхэм сыт ящІэфынур? (Сурэтым феплъ.)

12 НэгъуэщІхэм сыт ящІэфынур? Фыщыпсэу щІыпэм пэмыжыжьэу гузэвэгъуэшхуэ гуэр къыщыхъуауэ щытмэ, дэІэпыкъуэгъу фызэрыхъуфынум теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм феупщІ. Гузэвэгъуэшхуэм пэщІэхуахэр е абыхэм дэІэпыкъу ухуэныгъэм хэт къуэш, шыпхъухэр зэман гуэркІэ фи унэм щІэвгъэс хъунущ. Е ахэр зыхуэныкъуэ ерыскъымрэ хьэпшыпхэмрэ абыхэм яхуэфшэ хъунущ. Гузэвэгъуэшхуэр къыщыхъуа щІыпІэр фпэжыжьэу щытми, фэ сэбэп фыхъуфынущ. Дапхуэдэу? Лей къызытехьа къуэш, шыпхъухэм щхьэкІэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъазэ (2 Кор. 1:8—11). Абы нэмыщІ дуней псом щекІуэкІ лэжьыгъэм щхьэкІэ арэзыуэ ахъшэ фты хъунущ (2 Кор. 8:2—5). Гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъуа щІыпІэм фыкІуэну фыхьэзыру щытмэ, абы теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм яжефІэ. Абы фыкърагъэблагъэу щытмэ, нэхъыфІу фыкъагъэсэбэпын щхьэкІэ, зыгуэрым фыхуагъэсэну къыщІэкІынщ.

ФЫКЪЫЩРАХУЭКІЫМ ДЕЖ, НЭГЪУЭЩІХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ

13. Ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралхэм къуэшхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ?

13 Ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралхэм гъащІэр нэхъ гугъужщ. Апхуэдэ къэралхэм щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэр, нэгъуэщІ щІыпІэхэми хуэдэу, ахъшэм икІи узыншагъэм пыщІа гугъуехьхэм пэщІохуэ, абы нэмыщІ фІыуэ ялъагъу цІыхухэр лІэныгъэм ІэщІех. Ауэ къызэрырахуэкІым къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр абыхэм я деж хуиту кІуэфкъым. Мыбы ипэ дджа статьям зи гугъу тщІа ди къуэш Андрей теухуауэ ар дыдэр жыпІэ хъунущ. Абы и гупым щыщ шыпхъум ахъшэм пыщІа гугъуехьхэр иІэт икІи ар аварием хэхуащ. А шыпхъур зыбжанэрэ операцэ ящІын хуей зэрыхъуам къыхэкІкІэ абы лэжьэну Іэмал иІэтэкъым. Ауэ ди лэжьыгъэр зэрызэхуащІамрэ пандемиемрэ щхьэкІэ къэмынэу, а шыпхъум дэІэпыкъун щхьэкІэ, къуэшхэм яхузэфІэкІыу хъуар ящІащ икІи а Іуэхум Иеговэ гу лъимытэу къэнакъым.

14. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ щапхъэ ягъэлъагъуэрэ?

14 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэфынур? Ди къуэш Андрей Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэт икІи хузэфІэкІыу хъуар ищІэт. Дапхуэдэу Иеговэ абы жэуап зэрыритар? А шыпхъум дэІэпыкъуну Иеговэ зэхуэсым щыщхэр хуигъэушащ. Зыгуэрым а шыпхъур дохутырым деж ишащ. НэгъуэщІхэр абы ахъшэкІэ дэІэпыкъуащ. Иеговэ абыхэм яхузэфІэкІыр ящІэну хуигъэушащ, къэнар — езым ищІащ (Евр. 13:16). Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралым фыщыпсэууэ щытмэ, псори фи закъуэу фщІэну иужь фимыхьэу, дэІэпыкъуэгъу хъун щхьэкІэ, нэгъуэщІхэм фелъэІу (Иер. 36:5, 6). Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр Иеговэ фыщыгугъыныращ. Ар къывдэІэпыкъунущ къуэш, шыпхъухэм фи нэІэ ятевгъэтыну.

15. ДыкъыщрахуэкІым деж, дапхуэдэу зэкъуэтыныгъэр зэрытхъумэнур?

15 НэгъуэщІхэм сыт ящІэфынур? Ди лэжьыгъэр щызэхуэщІам деж, дэ гуп цІыкІуурэ дызэІущІэн хуей хъуну къыщІэкІынущ. Абы къыхэкІкІэ ди зэхуаку мамырыгъэ дэдгъэлъыным псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дэ дызыпэщІэтын хуейр къуэш, шыпхъухэракъым, атІэ ШейтІаныращ. НэгъуэщІхэм я щыуагъэхэр фІэгъэнапІэ дымыщІу, зэгурымыІуэныгъэ къыщыхъейм деж, занщІэу а Іуэхур зэхэдгъэкІынщ (Прит. 19:11; Еф. 4:26). КъыдэлъэІуху демыжьэу, нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ, япэ лъэбакъуэр тчынщ (Тит 3:14). Аварие хъуа шыпхъум и гупым щыщхэр абы зэрыдэІэпыкъуам ахэр, зы унагъуэм хуэдэу, зэкъуэт ищІащ (Пс. 133:1).

16. Ди къуэш, ди шыпхъухэр къыщрахуэкІым деж, дапхуэдэу абыхэм дазэрыдэІэпыкъуфынур? (Колоссэ 4:3, 18).

16 Къэрал унафэщІхэм ди лэжьыгъэр зэрыдакъузэм щхьэкІэ къэмынэу, мин бжыгъэ куэд хъу ди къуэш, ди шыпхъухэр Иеговэ хуолажьэ. Абыхэм щыщ языныкъуэхэр, я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ, тутнакъым ягъэтІысауэ исщ. Дэ а къуэш, шыпхъухэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ Алыхьым дахуелъэІун хуейщ. Абы нэмыщІ, ягъэтІысыну шынагъэ зэрыщыІэм емылъытауэ, абыхэм ядэІэпыкъухэм щхьэкІи Алыхьым делъэІу хъунущ. Абыхэм тутнакъым ис къуэш, шыпхъухэр Иеговэ адэкІи дзыхь хуащІыну хуагъэуш, абы нэмыщІ зыхуэныкъуэ псомкІэ ядоІэпыкъу икІи, къащхьэщыжын щхьэкІэ, уэчылу мэув c. (Къеджэ Колоссэ 4:3, 18.) ТхьэлъэІум къаруушхуэ зэрыщІэлъыр икІи къуэш, шыпхъухэм ар зэрадэІэпыкъуфынур зэи зыщывмыгъэгъупщэ! (2 Фес. 3:1, 2; 1 Тим. 2:1, 2).

ДыкъызэрырахуэкІынум уи унагъуэр хуэбгъэхьэзырын щхьэкІэ, сыт иджыпсту пщІэ хъунур? (17-нэ абзацым феплъ.)

17. ДыкъызэрырахуэкІынум иджыпсту щыщІэдзауэ дапхуэдэу зэрызыхуэдгъэхьэзыр хъунур?

17 Фэри фи унагъуэри фыкъызэрырахуэкІынум иджыпсту щыщІэдзауэ зыхуэвгъэхьэзыр хъунущ (Апост. 14:22). Дапхуэдэу? КъыфщыщІынкІэ хъуну шынагъуэ гуэрхэр фи нэгу къыщІэвмыгъэхьэ. Абы ипІэкІэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу фызэрыхуэхъуным фыхущІэкъу, фи бынхэми абыкІэ фадэІэпыкъу. Зэман-зэманкІэрэ фыгузавэу щытмэ, «фи гум илъ псори абы [Иеговэ] хуэфІуатэ» (Пс. 62:7, 8). Алыхьым дзыхь хуэпщІ зэрыхъуным теухуауэ фи унагъуэм и гъусэу зэпкърыфх d. Гузэвэгъуэшхуэ гуэрым зэрызыхуэвгъэхьэзырым хуэдэу, дыкъыщрахуэкІыну зэманым фи сабийхэр хуэвгъэхьэзыр: Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуащІыну фи псалъэхэмкІи фи щапхъэмкІи ахэр вгъасэ. Абы щыгъуэ фи бынхэр зыщышынэм пэлъэщыфынущ икІи я гум мамырыгъэрэ гузэгъэгъуэрэ илъынущ.

18. Сыт дэ къытпэщылъыр?

18 Иеговэ къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр шынэм дыпэлъэщыну къыддоІэпыкъу (Флп. 4:6, 7). Уз зэрыцІалэхэм зыщаубгъум, гузэвэгъуэшхуэхэр къыщыхъум икІи дыкъыщрахуэкІым деж, Алыхьым ди гум мамырыгъэ кърелъхьэ. Иеговэ и нэІэ къыттригъэтын щхьэкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр къегъэсэбэп. Абы нэмыщІ Алыхьым Іэмал къыдет зыр зым дэІэпыкъуэгъу дыхуэхъуну. Иджыпсту диІэ мамырыгъэм къэкІуэну зэманым дызыпэщІэхуэну гъэунэхуапІэ нэхъ хьэлъэхэм, уеблэмэ, «гузэвэгъуэшхуэми», дыхуегъэхьэзыр (Мт. 24:21). А зэман гугъум дэ езыр дызэрымыгужьеин хуейм нэмыщІ нэгъуэщІхэри дгъэгушхуэн хуей хъунущ. Ауэ «гузэвэгъуэшхуэм» иужь дыщІэгузэвэн щхьэусыгъуэ зэи диІэжынукъым. А зэманым Иеговэ сыт щыгъуи иІа мурадыр игъэзэщІэнущ — кІэ зимыІэ мамырыгъэр къыдитынущ (Ис. 26:3, 4).

109-НЭ УЭРЭДЫР «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»

a Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр щІэх-щІэхыурэ къегъэсэбэп дэІэпыкъуэгъу зыхуэныкъуэхэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ. Ди къуэш е ди шыпхъу гуэр игъэгушхуэн щхьэкІэ, абы уэри укъигъэсэбэпыфынущ. НэгъуэщІхэм дазэрыдэІэпыкъуфыну щІыкІэхэм теухуауэ адэкІэ дытепсэлъыхьынщ.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

c Дунейпсо ІуэхузэхьэпІэмрэ филиалхэмрэ тутнакъым ис къуэш, шыпхъухэм ди письмохэр хурагъэхьыжыну Іэмал яІэкъым.

d 2019-нэ гъэм, бадзэуэгъуэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Пэжым щхьэкІэ гугъуехь фагъэшэчынухэм иджыпсту зыхуэвгъэхьэзыр» жыхуиІэ статьям феплъ.

e СУРЭТЫР: Гузэвэгъуэшхуэ нэужьым зэлІзэфызым палаткэм щІэс унагъуэм ерыскъы къыхуахьащ.