Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ФщІэжу пІэрэ?

ФщІэжу пІэрэ?

Мы гъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналхэм набдзэгубдзаплъэу феджа? КъыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ефтыфыну пІэрэ?

Иеговэ депсэлъэн, дедэІуэн икІи абы дегупсысын щхьэкІэ зэман хухэтхыу щытмэ, сыт хуэдэ сэбэпынагъ абы къытхуихьынур?

Дэ зэпэшэча унафэхэр къэтщтэнущ, нэхъ егъэджакІуэфІ дыхъунущ, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ икІи Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэнущ (w22.01, 30—31-нэ напэкІуэцІхэр).

Иеговэрэ щІылъэм тет абы и лІыкІуэхэмрэ дзыхь яхуэтщІу зедгъэсэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

Дэ иджыпсту щыщІэдзауэ Иеговэрэ абы унафэ къыдитын щхьэкІэ тригъэува къуэшхэмрэ дзыхь яхуэтщІу зедгъэсэн хуейщ. Гузэвэгъуэшхуэ зэманым дэ къыдатыну унафэхэм акъыл хэмылъу, ахэр къыбгурыІуэну икІи бгъэзэщІэну гугъуу къытщыхъункІэ хъунущ. Нобэ абыхэм къабгъэдэкІ унафэхэм дзыхь хуэтщІмэ икІи къыджаІэр занщІэу дгъэзащІэмэ, гузэвэгъуэшхуэр къэса иужьи дэ апхуэдэ дыдэу тщІэнущ (w22.02, 4—6-нэ напэкІуэцІхэр).

МелыІычым «Зоровавель и Іэм занщІэубзыху ІэщІэлъу флъэгъунущ» жиІа мы псалъэхэм къикІыр сыт? (Зах. 4:8—10).

А псалъэхэм журт цІыхухэм къагуригъаІуэт, Алыхьым и Унэшхуэр дапхуэдэу къызэрыгуэкІыу къащымыхъуми, абы щекІуэкІыну лэжьыгъэр Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу зэрыщытынур (w22.03, 16—17-нэ напэкІуэцІхэр).

Ди псалъэхэмкІэ нэгъуэщІхэм щапхъэ дапхуэдэу дазэрыхуэхъуфынур? (1 Тим. 4:12).

ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж, дэ цІыхухэм гуапэу икІи пщІэ хэлъу допсалъэ; зэІущІэхэм дыщыхэтым деж, ди гум къыбгъэдэкІыу уэрэд жыдоІэ икІи жэуап зэрыттыным дыхущІокъу; нэгъуэщІхэм дыщепсалъэм деж, цІыхум и гум демыуэн щхьэкІэ, пщІэ хэмылъу дыпсалъэкъым икІи ахэр зэрыдгъэгушхуэнымрэ къару зэредгъэгъуэтынымрэ дыхущІокъу (w22.04, 6—9-нэ напэкІуэцІхэр).

Даниил 7-нэ псалъащхьэм зи гугъу ищІ хьэкІэкхъуэкІиплІым (пащтыхьыгъуэхэм) я теплъэм щыщ Іыхьэхэр Апокалипсис 13:1, 2 къыщыгъэлъэгъуа зы хьэкІэкхъуэкІэм и теплъэм хуэпхь щІэхъунур сыт?

Апокалипсис 13-нэ псалъащхьэм къыщыгъэлъэгъуа хьэкІэкхъуэкІэм зы пащтыхьыгъуэкъым е зы дунейпсо державэкъым къигъэлъагъуэр, псалъэм папщІэ, Рим пащтыхьыгъуэм хуэдэу. А хьэкІэкхъуэкІэм дунейм тетауэ щыта икІи тет пащтыхьыгъуэхэр псори къегъэлъагъуэ (w22.05, 9-нэ напэкІуэцІыр).

Иеговэ захуагъэр зэрызэтригъэувэжыным шэч лъэпкъ къызэрытедмыхьэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъагъуэ хъунур?

ЦІыхум псалъэкІэ ди пщІэр ириудыхамэ, ди жагъуэ ищІамэ е дэ тхуэгъэзауэ гуэныхь илэжьамэ, ди гум губжьрэ гужьгъэжьрэ идмыгъэлъу ди Іуэхур Иеговэ и ІэмыщІэ идолъхьэ. Абы Іэмал имыІэу гуэныхьым къыпэкІуа Іей псори игъэзэхуэжынущ (w22.06, 10—11-нэ напэкІуэцІхэр).

Къуэшым зэхуэсыр щызэІущІэм е хъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІым тхьэлъэІур щыжиІэм деж, сыт абы зыщигъэгъупщэн хуэмейр?

ТхьэлъэІум чэнджэщ е объявленэ гуэр хэбгъэхьэн хуейкъым. Къуэшым и тхьэлъэІур кІыхьу жиІэн хуейкъым, псом хуэмыдэу зэІущІэм щыщІидзэм деж (Мт. 6:7) (w22.07, 24—25-нэ напэкІуэцІхэр).

«Іей зыщІахэм хьэкум тращІыхьын щхьэкІэ, къэтэджыжынущ» жыхуиІэ псалъэхэм сыт къикІыр? (Ин. 5:29).

Мы псалъэхэм къикІкъым «Іей зыщІахэм» лІэн ипэ ящІа гуэныхьхэм щхьэкІэ хьэкум тращІыхьыну. А псалъэхэм къикІыр ахэр къэтэджыжа иужь Хьисэ абыхэм набдзэгубдзаплъэу зэракІэлъыплъынумрэ ялэжь Іуэхухэр зэрызэпишэчынумрэщ (w22.09, 18-нэ напэкІуэцІыр).

1922-нэ гъэм, фокІадэм екІуэкІа конгрессым гушхуэныгъэшхуэ зыхэлъ сыт хуэдэ псалъэ щыжаІар?

Си́дар-Пойнт къалэм (Огайо штатым, США-м) ди къуэш Ру́терфорд гушхуэныгъэшхуэ хэлъу, макъ хэІэтыкІакІэ мыпхуэдэу жиІащ: «Пащтыхьым тепщэн щІидзащ! Фэ абы фрилІыкІуэщ. Аращи, Пащтыхьымрэ абы и Пащтыхьыгъуэмрэ теухуа хъыбарыфІыр вгъэІу, вгъэІу, вгъэІу!» (w22.10, 3—5-нэ напэкІуэцІхэр).

ДызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм гуфІэгъуэр тфІэмыкІуэду дыпэщІэтын щхьэкІэ, Иеговэ къызэрыддэІэпыкъу сыт хуэдэ Іэмалищым Исайя тхылъым и 30-нэ псалъащхьэр тепсэлъыхьрэ?

А псалъащхьэм къыдгурегъаІуэ Иеговэ: 1) ди тхьэлъэІухэм зэредаІуэр икІи абыхэм жэуап зэрыритыр, 2) дызэриунэтІыр, 3) иджыпсту къызэрыддэІэпыкъур, къэкІуэну зэманми и нэфІ къызэрытщыхуэнур (w22.11, 9-нэ напэкІуэцІыр).

Псалом 37:10, 11, 29 едзыгъуэхэм ит псалъэхэр блэкІа зэманым гъэзэщІа зэрыхъуам нэмыщІ, къэкІуэну зэманми гъэзэщІа хъуну сыт жытІэ щІэхъунур?

Даут и псалъэхэм къагъэлъагъуэ Израил лъэпкъым мамырыгъэ иІэу икІи зыхуей игъуэту зэрыпсэуар, псалъэм папщІэ, Сэлмэн и пащтыхьыгъуэм щыгъуэ. Хьисэ жэнэт хъужа дунеищІэм и гугъу щищІым щыгъуэ 11-нэ едзыгъуэр жиІауэ щытащ (Мт. 5:5; Лк. 23:43) (w22.12, 8—10, 14-нэ напэкІуэцІхэр).