Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

33 СТАТЬЯР

130 УЭРЭДЫР Зыр зым хуэвгъэгъу

Иеговэ хуейщ гуэныхь зыщІам езыр зэрыхущытым хуэдэу, зэхуэсым щыщхэри хущытыну

Иеговэ хуейщ гуэныхь зыщІам езыр зэрыхущытым хуэдэу, зэхуэсым щыщхэри хущытыну

«Зыгуэрым гуэныхь ищІэмэ, Адэ лъапІэм дэ тхуелъэІуну зыгуэр щыІэщ» (1 ИН. 2:1).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Коринф щыІа зэхуэсыр гуэныхь зыщІа къуэшым зэрыхущытам икІи дэ абы сыт хуэдэ дерс хэтхыфынуми.

1. ЦІыхухэм теухуауэ Иеговэ зыхуейр сыт?

 ИЕГОВЭ цІыхур къигъэщІащ къыхихынымкІэ хуитыныгъэ иІэу. Махуэ къэс унафэ гуэр къыщытщтэм деж, дэ а тыгъэр къыдогъэсэбэп. ЦІыхум къищтэфыну унафэхэм щыщу нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр — ар и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэу и унагъуэм щыщ хъуныращ. Иеговэ и гуапэт псоми апхуэдэ унафэ къащтамэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы цІыхухэр фІыщэу елъагъу икІи хуейщ ахэр фІым хуэзэну. Алыхьыр хуейщ цІыхухэр ныбжьэгъу къыхуэхъуу игъащІэкІэ псэуну (Втор. 30:19, 20; Гал. 6:7, 8).

2. Гуэныхь хьэлъэ зыщІа, ауэ абы иджыри хущІемыгъуэжа цІыхум дапхуэдэу Иеговэ зэрыхущытыр? (1 Иуан 2:1).

2 И лэжьакІуэ хъуну Иеговэ зыри хигъэзыхькъым. Абы дэтхэнэ зы цІыхуми хуитыныгъэ ирет ищІэнымкІэ унафэ къищтэну. Ауэ зи гъащІэ Иеговэ и ІэмыщІэ изылъхьа цІыхум гуэныхь хьэлъэ илэжьмэ-щэ? Ар и гуэныхьым хущІемыгъуэжмэ, зэхуэсым хэгъэкІын хуейщ (1 Кор. 5:13). Апхуэдэу щыхъум дежи Иеговэ хуабжьу щогугъ а цІыхум абы и деж къигъэзэжыну. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэр щІитам ар и зы щхьэусыгъуэу жыпІэ хъунущ. ЦІыхур и гуэныхьым щыхущІегъуэжым деж, щхьэщэхужым и фІыгъэкІэ Иеговэ Іэмал иІэщ абы хуигъэгъуну. (Къеджэ 1 Иуан 2:1.) ФІыщэу дыкъэзылъагъу ди Алыхьым гуэныхь зыщІахэм щабэу захуегъазэри я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну хуегъэуш (Зах. 1:3; Рим 2:4; Екъуб 4:8).

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Иеговэ хуейщ гуэныхьымрэ, гуэныхь зыщІахэмрэ езыр зэрыхущытым хуэдэу, дэри дыхущытыну. Абы дапхуэдэу щапхъэ тетх хъунуми дытевгъэпсэлъыхь. Мы статьям фыщеджэкІэ гу лъыфтэ: 1) Коринф щыІа зэхуэсыр гуэныхь хьэлъэ зыщІа къуэшым дапхуэдэу хущытами, 2) а цІыхур и гуэныхьым щыхущІегъуэжам щыгъуэ Паул абыхэм сыт хуэдэ унафэ яритами, 3) гуэныхь хьэлъэ зыщІа и лэжьакІуэм Иеговэ дапхуэдэу хущытми.

КОРИНФ ЩЫІА ЗЭХУЭСЫР ГУЭНЫХЬ ХЬЭЛЪЭ ЗЫЩІА КЪУЭШЫМ ДАПХУЭДЭУ ХУЩЫТА?

4. Япэ лІэщІыгъуэм Коринф къалэм щыІа зэхуэсым сыт хуэдэ Іуэхугъуэт къыщыхъуар? (1 Коринф 5:1, 2).

4 Къеджэ 1 Коринф 5:1, 2. Миссионер лэжьыгъэр игъэзащІэу Паул ещанэу гъуэгу щытетам щыгъуэ Коринф щыІэ зэхуэсыщІэм теухуауэ хъыбар Іей зэхихат. Зы къуэш гуэрым и анэнэпІэсым и гъусэу зинэ ищІэт. Апхуэдэ хьэдэгъуэдахэ зыщІэ «хамэ лъэпкъхэми» хэттэкъым! Ауэ а зэхуэсым щыщхэм къуэшым ищІэм апхуэдэуи мыхьэнэшхуэ ираттэкъым икІи ар зэхуэсым хэт хъуну къалъытэт. Зэхуэсым щыщ гуэрхэм я гугъэу къыщІэкІынт апхуэдэ щІыкІэкІэ абыхэм Алыхьым хуэдэу гущІэгъу ягъэлъагъуэу. Ауэ и лэжьакІуэхэм ящІэ мыхъумыщІагъэм Иеговэ гу лъимытэу щыткъым. А къуэшым ищІэ цІапІагъэм, дауикІ, зэхуэс псом и цІэр игъэулъийт. Абы нэмыщІ нэгъуэщІ къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ абы дэплъеину шынагъэ щыІэт. А зэхуэсым Паул сыт хуэдэ унафэт хуищІар?

5. Паул зэхуэсым сыт хуэдэ унафэ хуищІар икІи а унафэм сытыт къикІыр? (1 Коринф 5:13). (Сурэтми феплъ.)

5 Къеджэ 1 Коринф 5:13. Иеговэ Паул хуигъэушащ а зэхуэсым письмо хуитхыу къагуригъэІуэну зи гуэныхьым хущІемыгъуэжыр зэхуэсым хэгъэкІын зэрыхуейр. Къуэш, шыпхъухэр а цІыхум дапхуэдэут зэрыхущытын хуейр? Паул абыхэм яхуитхат а цІыхум «гъусэ хуэмыхъуну». Сытыт абы къикІыр? Ахэр абы дэшхи хъунутэкъым (1 Кор. 5:11). Дэ зыгуэрым и гъусэу дыщышхэм деж зыри жыдмыІэу дыщыскъым, атІэ дызэдоуэршэр. Аращи, Паул зи гугъу ищІар къуэш шыпхъухэм а цІыхухъум и гъусэу зэман ягъэкІуэн зэрыхуэмейрат. А унафэм зэхуэсыр а цІыхухъум и щапхъэ Іейм щихъумэнут (1 Кор. 5:5—7). Абы нэмыщІ къуэш, шыпхъухэр пэІэщІэ къызэрыхуэхъуам къыхэкІкІэ а цІыхухъум къыгурыІуэфынут Иеговэ хуабжьу и жагъуэ зэрищІар икІи ар абы ириукІытэжу ищІам хущІегъуэжыфынут.

Паул Алыхьым и ІэмыркІэ Коринф щыІэ зэхуэсым письмо яхуетх. Абы итщ зи гуэныхьым хущІемыгъуэжа цІыхур зэхуэсым хагъэкІын хуейуэ (5 абзацым феплъ.)


6. Паул и письмор зэхуэсми гуэныхь хьэлъэ зыщІами дапхуэдэу сэбэп зэрахуэхъуар?

6 Паул фІэгъэщІэгъуэну къыщІэкІынт и письмор а зэхуэсым щыщхэм дапхуэдэу къащыхъуами. Куэд дэмыкІыу Тит абы хъыбарыфІ къыхуихьащ. Зэхуэсым щыщхэр Паул и унафэм тету гуэныхь хьэлъэ зыщІар зэхуэсым хагъэкІащ (2 Кор. 7:6, 7). Абы нэмыщІ Паул а письмор зэрахуитхрэ мазэ зыбжанэ фІэкІа дэмыкІауэ, а къуэшыр и гуэныхьым хущІегъуэжащ. Абы и гупсысэкІэмрэ и щытыкІэмрэ ихъуэжри, Иеговэ и хабзэ къабзэхэм тету псэун щІидзэжащ (2 Кор. 7:8—11). Сыт хуэдэ унафэ иджы Паул зэхуэсым хуищІынур?

ЗИ ГУЭНЫХЬЫМ ХУЩІЕГЪУЭЖА КЪУЭШЫМ ЗЭХУЭСЫР ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫХУЩЫТАР?

7. Гуэныхь зыщІам дапхуэдэу сэбэп зэрыхуэхъуар ар зэхуэсым зэрыхагъэкІар? (2 Коринф 2:5—8).

7 Къеджэ 2 Коринф 2:5—8. Паул итхащ: «Фэ фщыщу нэхъыбэм апхуэдэ цІыхум тефлъхьа гугъуехьыр ирикъунущ». НэгъуэщІу жыпІэмэ тезырым и къалэныр игъэзэщІащ: а цІыхур и гуэныхьым хущІегъуэжыну хуигъэушащ (Евр. 12:11).

8. Къуэшыр и гуэныхьым хущІегъуэжа иужь, Паул сыт хуэдэ унафэ зэхуэсым хуищІар?

8 Абы къыхэкІкІэ Паул зэхуэсым щыщхэр хуигъэушащ гуэныхь зыщІа къуэшым хуагъэгъуну икІи ар ягъэгушхуэну. Абы иджыри итхащ: «Апхуэдэ цІыхум фІылъагъуныгъэ хувиІэну сыныволъэІу». Гу лъыфтэ Паул зыхуеяр къуэш, шыпхъухэм а цІыхухъур зэхуэсым къыхагъэхьэжын закъуэратэкъым. Паул хуейт къуэш, шыпхъухэм я ІуэхукІи я псалъэкІи къагъэлъэгъуэну а къуэшым гурэ псэкІэ зэрыхуагъэгъуар икІи фІыуэ зэралъагъур. Абы щыгъуэ а къуэшым зыхищІэнут къызэригъэзэжам зэхуэсым щыщхэр зэрыщыгуфІыкІыр.

9. Сытыт языныкъуэхэм къащІегугъуэкІынкІэри хъунур зи гуэныхьым хущІегъуэжа къуэшым хуагъэгъуну?

9 Зи гуэныхьым хущІегъуэжу зэхуэсым къэзыгъэзэжам псори щыгуфІыкІауэ пІэрэ? Абы теухуауэ Библием зыри щыжымыІами, псори щымыгуфІыкІауэ щытынкІэ хъунущ. А Іуэхугъуэр зэхуэс псом зэран хуэхъуат, уеблэмэ, абы языныкъуэхэми я напэр трихауэ къыщІэкІынут. Къуэш, шыпхъухэр я къарум къызэрихькІэ зэхуэсым илъ къабзагъэр зэрахъумэным хущІэкъут. Абы къыхэкІкІэ зыгуэрхэр егупсысыфынут гуэныхь хьэлъэ зыщІар зэхуэсым гуапэу къызэрырагъэблэгъэжам захуагъэ хэмылъу. (Евгъапщэ Лука 15:28—30.) Зэхуэсым щыщ псоми къэзыгъэзэжа къуэшым лъагъуныгъэ хуагъэлъэгъуэным сытыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

10, 11. Сытыт къэхъунур зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм зи гуэныхьым хущІегъуэжа къуэшым хуагъэгъун ямыдатэмэ?

10 Сытыт къэхъунур зэхуэсым и нэхъыжьхэм зи гуэныхьым хущІегъуэжа цІыхур зэхуэсым къыхамыгъэхьэжамэ? Е къыхагъэхьэжами, къуэш, шыпхъухэр апхуэдэ цІыхум щІыІэ-щІыІэу хущытамэ, сытыт абы зыхищІэнур? ДауикІ, ар абы хуабжьу и гум щІыхьэу игъэнэщхъеину къыщІэкІынт. Абы и Іуэхум хэкІыпІэ имыІэжу къыщыхъуу и Іэр ирихьэхыфынут икІи Алыхьымрэ езымрэ я зэхущытыкІэр зэтригъэувэжыну иІэ гукъыдэжыр фІэкІуэдынкІэ хъунут.

11 Нэхъ Іеижыращи, къуэш, шыпхъухэм зи гуэныхь хущІегъуэжам хуагъэгъун ямыдатэмэ, Иеговэрэ абыхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтекъутэфынут. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм щапхъэ зытрахынур гущІэгъушхуэ зыхэлъ Алыхьыратэкъым, атІэ гущІэгъуншэ, гууз-лыуз зимыІэ ШейтІанырат. НэгъуэщІу жыпІэмэ ШейтІаным ахэр къигъэсэбэпыфынут зи гуэныхь хущІегъуэжа цІыхум Иеговэ хуэлэжьэну иІэ гукъыдэжыр ІэщІиудын щхьэкІэ (2 Кор. 2:10, 11; Еф. 4:27).

12. Зэхуэсым щыщхэм дапхуэдэут Иеговэ щапхъэ зэрытрахыфынур?

12 Коринф щыІэ зэхуэсым щыщхэм ШейтІаным щапхъэ трамыхыу, Иеговэ щапхъэ трахыфынут зи гуэныхь хущІегъуэжа къуэш, шыпхъухэм зэрыхуагъэгъумкІэ. Гу лъыфтэт Алыхьым теухуауэ Библием щыжыІам. «Уэ, Иеговэ, фІыуэ щыІэр пхэлъщ икІи бгъэгъуну ухьэзырщ», — жиІэу Даут Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэт (Пс. 86:5). Михей итхащ: «Уэ пхуэдэ Алыхь щыІэ, щыуагъэр зыгъэгъу икІи... гуэныхьыр зигу къэзымыгъэкІыж?» (Мих. 7:18). Ешайа бегъымбарми мыпхуэдэу жиІащ: «ЩІэпхъаджащІэм и гъуэгур икІи гуэныхьыщІэм и гупсысэ Іейхэр кърырагъанэ. Абыхэм Иеговэ и деж кърырагъэзэж, абы щыгъуэ гущІэгъу къахуищІынущ, ди Алыхьым и деж кърырагъэзэж, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ и гум къыбгъэдэкІыу къахуигъэгъунущ» (Ис. 55:7).

13. Зи гуэныхь хущІегъуэжа цІыхухъур зэхуэсым къыхыхьэжыну хуит зэращІам Іущагъ хэлъу сыт жыпІэ щІэхъунур? (« Гуэныхь зыщІа цІыхухъур Коринф щыІэ зэхуэсым дапщэщ къыщыхагъэхьэжар?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

13 Иеговэ щапхъэ трахын щхьэкІэ, Коринф щыІэ зэхуэсым щыщхэр зи гуэныхь хущІегъуэжар гуапэу кърагъэблэгъэжу, фІыуэ зэралъагъур зыхрагъэщІэн хуейт. Паул и унафэм тету, къуэш, шыпхъухэм къагъэлъэгъуэфынут «сыт ищІысымкІи» жыІэдаІуэу зэрыщытыр (2 Кор. 2:9). А цІыхухъур зэхуэсым зэрыхагъэкІрэ мазэ зыбжанэ дэкІауэ арат, ауэ а тезырыр абы сэбэп къыхуэхъуащ и гуэныхьым хущІегъуэжыну. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм замыІэжьэу а цІыхухъур зэхуэсым къыхагъэхьэжын хуейт.

ИЕГОВЭ И ЗАХУАГЪЭМРЭ И ГУЩІЭГЪУМРЭ ЩАПХЪЭ ТЕФХ

14, 15. Ижь зэманым Коринф къалэм къыщыхъуам сытым дыхуигъасэрэ? (2 Петр 3:9). (Сурэтми феплъ.)

14 Ижь зэманым Коринф къалэм къыщыхъуар щІатхыжар «щыпкъагъэр дагъэщІэн щхьэкІэщ» (Рим 15:4). Абы дэ къыщыдощІэ Иеговэ и гущІэгъур зищІысыр. Языныкъуэхэр йогупсыс Иеговэ гущІэгъу щыхэлъкІэ и лэжьакІуэхэм я гуэныхьхэм мыхьэнэ иримытыну. Иеговэ гущІэгъу хэлъми, мыхъумыщІагъэ ишэчынукъым. Іеймрэ фІымрэ теухуауэ игъэува хабзэм ар зэи текІкъым икІи зи гуэныхьым хущІемыгъуэжар зэхуэсым къыхэнэну хуит ищІынукъым (Иудэ 4). Апхуэдэ цІыхур зэхуэсым хамыгъэкІмэ, абы гущІэгъу хэлъу жыпІэ хъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар зэхуэс псом зэран хуэхъуфынущ (Прит. 13:20; 1 Кор. 15:33).

15 Дапхуэдэу мыхъуами Иеговэ зыри игъэкІуэдыну хуейкъым. Іэмал зэриІэкІэ псори къригъэлыну хуейщ. Иеговэ гущІэгъу хуещІ и щытыкІэмрэ и хьэл-щэнымрэ ихъуэжу, ныбжьэгъу къыхуэхъужыну хуейхэм (Иез. 33:11; къеджэ 2 Петр 3:9). Аращ, Коринф къалэм щыщ цІыхухъур и гуэныхьым хущІегъуэжу и Іуэху Іейхэр къыщигъэнам, Иеговэ Паул къигъэсэбэпу унафэ щІищІар а зэхуэсым щыщхэм абы хуагъэгъуу, кърагъэблэгъэжыну.

Зэхуэсым къыхагъэхьэжа цІыхур гуапэу къыщедгъэблэгъэжым деж, Иеговэ и лъагъуныгъэмрэ и гущІэгъумрэ щапхъэ тыдох (14, 15 абзацхэм феплъ.)


16. Ижь зэманым Коринф щыІэ зэхуэсым къыщыхъуа Іуэхугъуэм Иеговэ теухуауэ сыт къыдигъащІэр?

16 Коринф къалэм къыщыхъуам наІуэу дегъэлъагъу Иеговэ лъагъуныгъэ, пэжагъ, захуагъэ зэрыхэлъыр (Пс. 33:5). Абы фыхуигъэушкъэ фи Алыхьыр нэхъыбэжу вгъэлъэпІэну? Дэ псоми гуэныхь тхэлъщ. Аращи, дэ дыхуэныкъуэщ ди гуэныхьхэр Иеговэ къытхуигъэгъуным. Абы къыхэкІкІэ дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ щхьэщэхуж къурмэныпхъэм щхьэкІэ. Арыншэу дэ ди гуэныхьхэр къытхуэгъуну Іэмал диІэнутэкъым. Иеговэ и лэжьакІуэхэр фІыщэу зэрилъагъум икІи абыхэм фІы яхуищІэну зэрыхуейм дызэрегупсысым гупсэхугъуэ къыдет!

17. КъыкІэлъыкІуэ статьяхэм сыт щызэпкърытхынур?

17 Нобэ зыгуэрым гуэныхь хьэлъэ ищІэмэ, дапхуэдэу Иеговэ щапхъэ трахыу, зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы и гуэныхьым хущІегъуэжыну зэрыдэІэпыкъуфынур? Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыгуэр зэхуэсым хагъэкІыну е къыхагъэхьэжыну унафэ къыщащтэм деж, къуэш, шыпхъухэр дапхуэдэу абы зэрыхущытын хуейр? Мы упщІэхэр къыкІэлъыкІуэ статьяхэм щызэпкърытхынущ.

109 УЭРЭДЫР «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»