Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

32 СТАТЬЯР

44 УЭРЭДЫР Зи гур къутам и тхьэлъэІур

Иеговэ хуейщ псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну

Иеговэ хуейщ псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну

«[Иеговэ] зы цІыхуи кІуэдыну хуэмейуэ, цІыху псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну хуейщ» (2 ПЕТ. 3:9).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Гуэныхьым хущІегъуэжыным къикІыр сытми, абы дыщІыхуэныкъуэр икІи я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну Иеговэ дапхуэдэу цІыхухэм ядэІэпыкъуми.

1. ЦІыхур и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжар сытым къыхэщрэ?

 МЫХЪУМЫЩІАГЪЭ гуэр тщІамэ, абы дыхущІегъуэжыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Библием къызэрыхэщымкІэ, цІыхур и гуэныхьым хущІегъуэжмэ, япэм иІа гупсысэкІэмрэ и дуней тетыкІэмрэ ехъуэжри, афІэкІа апхуэдэу зэримыщІэным хущІокъу. (Феплъ «Словарь», «Раскаяние» жыхуиІэ статьям.)

2. Гуэныхьым хущІегъуэжыным къикІыр псоми тщІэн щІыхуейр сыт? (Неемия 8:9—11).

2 Дэтхэнэ зыми тщІэн хуейщ гуэныхьым хущІегъуэжыным къикІыр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ псоми махуэ къэс гуэныхь дощІэ. Іэдэмрэ Хьэуарэ я щІэблэу дызэрыщытым къыхэкІкІэ, гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ ди Іыхьэ хъуащ (Рим 3:23; 5:12). Апостол Паули, абы хуэдэу фІэщхъуныгъэшхуэ зиІэхэри гуэныхьым ебэнын хуей хъут (Рим 7:21—24). НтІэ, гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ гуфІэгъуэ хэмылъу ди гъащІэр етхьэкІын хуейуэ ара? Хьэуэ. Иеговэ гущІэгъу зыхэлъ Алыхьщи, ар хуейщ дэ насыпыфІэу дыщытыну. Неемие и зэманым псэуа журтхэм я щапхъэм деплъынщ. (Къеджэ Неемия 8:9—11.) Иеговэ хуейтэкъым абыхэм япэм ящІа гуэныхьхэм щхьэкІэ я гур иудауэ псэуну. Алыхьыр хуейт гуфІэгъуэшхуэ яІэу ахэр къыхуэлэжьэну. Иеговэ ещІэ цІыхухэр я гуэныхьхэм зэрыхущІегъуэжым насыпыфІэ зэрищІыр. Аращ абы къыщІыдгуригъаІуэр гуэныхьым хущІегъуэжыныр зищІысыр сытми. Дэ ди гуэныхьхэм дыхущІегъуэжмэ, шэч къытедмыхьэми хъунущ гущІэгъу зыхэлъ ди Адэм къызэрытхуигъэгъунум.

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Мы статьям гуэныхьым хущІегъуэжыным теухуауэ нэхъыбэ къыщытщІэнущ. Япэрауэ, дэ дытепсэлъыхьынущ гуэныхьым хущІегъуэжыным теухуауэ Иеговэ израил лъэпкъыр сытым хуигъасэу щытами. ИужькІэ гу лъыттэнщ я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну Иеговэ цІыхухэм дапхуэдэу ядэІэпыкъуми. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынущ гуэныхьым хущІегъуэжыным теухуауэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сытым хуигъасэу щытами.

ГУЭНЫХЬЫМ ХУЩІЕГЪУЭЖЫНЫМ ТЕУХУАУЭ ИЕГОВЭ ИЗРАИЛ ЛЪЭПКЪЫР СЫТЫМ ХУИГЪАСЭУ ЩЫТА?

4. Гуэныхьым хущІегъуэжыным теухуауэ Иеговэ израил лъэпкъыр сытым хуигъасэу щыта?

4 Иеговэ израил лъэпкъыр лъэпкъ хэха щищІам щыгъуэ, абы зэгурыІуэныгъэ ирищІылІащ. Израил цІыхухэр Алыхьым и хабзэхэм тетауэ щытамэ, абы ахэр къихъумэнут, и нэфІи ящыхуэнут. Иеговэ абыхэм яжриІащ: «Нобэ сэ фэст хабзэр фэркІэ гугъукъым икІи фпэжыжьэкъым» (Втор. 30:11, 16). Ауэ израил цІыхухэм Иеговэ пэщІэувэну мурад ящІатэмэ — псалъэм папщІэ, тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэу щІадзатэмэ, — ахэр Алыхьым и жьауэм щІэкІынурэ, гугъуехь куэдым пэщІэхуэнут. Ауэ абы щыгъуи израил цІыхухэм Іэмал яІэт Алыхьым екІужыну. Абыхэм я Алыхь Иеговэ деж къагъэзэжу, и жыІэм щІэувэжыфынут (Втор. 30:1—3, 17—20). НэгъуэщІу жыпІэмэ ахэр я гуэныхьым хущІегъуэжыфынут. Апхуэдэу Иеговэ абыхэм гъунэгъу яхуэхъужу и нэфІи ящыхуэжыфынут.

5. Иеговэ и лъэпкъ ерыщым дапхуэдэу шыІэныгъэ зэрыхуигъэлъагъуэу щытар? (2 Царей 17:13, 14).

5 Израил цІыхухэр куэдрэ Иеговэ пэщІэуващ. Тхьэ нэпцІхэм зэрыхуэлэжьам нэмыщІ, нэгъуэщІ Іуэху шынагъуэ куэди ящІэт абыхэм. Абы къыхэкІкІэ ахэр гугъуехь куэдым пэщІэхуэт. Ауэ Иеговэ а лъэпкъ ерыщыр ІэщІыб ищІакъым. Я гуэныхьхэм хущІегъуэжу къагъэзэжын щхьэкІэ, Иеговэ израил цІыхухэм щІэх-щІэхыурэ бегъымбархэр яхуигъакІуэу щытащ (Къеджэ 2 Царей 17:13, 14.)

6. Уи гуэныхьым ухущІегъуэжыным мыхьэнэшхуэ зэриІэм и лъэпкъыр хуригъэсэн щхьэкІэ, дапхуэдэу Иеговэ и бегъымбархэр къигъэсэбэпу зэрыщытар? (Сурэтми феплъ.)

6 Иеговэ щІэх-щІэхыурэ бегъымбархэр и лъэпкъ ерыщым хуигъакІуэт, зыкъригъэщІэжын икІи Іейм щихъумэн щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, Иеремие итхащ: «„‚Къэгъэзэж сыкъэзымыгъэпэжа Израил‘, — жеІэ Иеговэ“. „‚Сэ губжьауэ сынывэплъынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ пэжагъ согъэлъагъуэ‘, — жеІэ Иеговэ“. „‚Сэ игъащІэкІэ губжьауэ сыщытынукъым. Уи къуаншагъэмкІэ зыкъэумысыж закъуэ, уи Алыхь Иеговэ упэщІэуващи‘“» (Иер. 3:12, 13). Иеговэ Иоиль бегъымбарыр къигъэсэбэпу жиІат: «Фигу псомкІэ си деж къэвгъэзэж» (Иоиль 2:12, 13). Ешайя бегъымбарыри къигъэсэбэпу Иеговэ ахэр къыхуриджэт: «Зывгъэкъэбзэж, фи Іуэху бзаджэхэр си пащхьэм ифх, Іей щІэныр щывгъэт» (Ис. 1:16—19). Иезекииль бегъымбарми мыпхуэдэу итхыну Иеговэ унафэ къыхуищІат: «„ГуэныхьщІакІуэм и лІэныгъэм гуфІэгъуэ къысхуихьрэ? — жеІэр Псом я нэхъ Лъагэу щыт Зиусхьэн Иеговэ. — Хьэуэ, сэ сыхуейщ абы и гъуэгур къигъанэу адэкІи псэуну!“ „Зыми и лІэныгъэм сэ гуфІэгъуэ къысхуихькъым... Аращи, гуэныхьщІэныр къэвгъани фыпсэу“» (Иез. 18:23, 32). Иеговэ хуабжьу мэгуфІэ цІыхухэр я гуэныхьхэм щыхущІегъуэжым деж, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр игъащІэкІэ псэуну хуейщи! ЦІыхур иджыри и гуэныхьым хущІемыгъуэжами, Иеговэ абы зэрыдэІэпыкъун Іэмал къелъыхъуэ. Абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэм дыхэплъэнщ.

Иеговэ щІэх-щІэхыурэ бегъымбархэр и лъэпкъым хуигъакІуэт, а лъэпкъым щыщхэм зыкъащІэжу я гуэныхьхэм хущІегъуэжын щхьэкІэ (6, 7 абзацхэм феплъ.)


7. Бегъымбар Осиерэ абы и щхьэгъусэмрэ я щапхъэмкІэ Иеговэ и лъэпкъыр сытым хуигъэсэну хуейт?

7 Бегъымбар Осиерэ абы и щхьэгъусэ Гомеррэ я щапхъэмкІэ Иеговэ и лъэпкъыр сытым хуигъэсэну хуеями гу лъыттэнщ. А цІыхубзым зинэ ищІэу щІидзэри, нэгъуэщІ цІыхухъухэм щхьэкІэ и щхьэгъусэр хыфІидзащ. Гомерь къэгъазэ имыІэу зэІыхьэпауэ щытт? ЦІыхум и гум илъыр зылъагъу Иеговэ Осие жриІащ: «НэгъуэщІ цІыхухъум фІыуэ къилъагъу, къыпхуэмыпэж уи щхьэгъусэм лъагъуныгъэ хуэщІыж, Иеговэ и лъэпкъыр фІыуэ зэрилъагъум хуэдэу, тхьэ нэпцІхэм абы зыхуигъазэми» (Ос. 3:1; Прит. 16:2, Гъэсэпэтхыдэхэр). Гу лъыфтэт: а цІыхубзым гуэныхь хьэлъэ ищІэн иджыри къигъэнатэкъым. Ауэ абы емылъытауэ, Иеговэ Осие жриІат и щхьэгъусэм и гуэныхьыр хуигъэгъуу, и деж къишэжыну a. Апхуэдэ дыдэу Иеговэ и лъэпкъ ерыщым и щІыб хуигъэзакъым. Израил лъэпкъыр гуэныхь хьэлъэ куэдкІэ уцІэпІа хъуами, ар фІыуэ илъагъун Иеговэ щигъэтакъым. Я гуэныхьхэм хущІегъуэжу захъуэжын щхьэкІэ, Иеговэ абыхэм бегъымбархэр яхуигъакІуэт. Мы щапхъэм къегъэлъагъуэ Иеговэ цІыхум и гум илъым зэреплъыр икІи гуэныхь хьэлъэ иджыри зыщІэ цІыхум и гуэныхьым хущІегъуэжын щхьэкІэ дэІэпыкъуну зэрыхущІэкъур (Прит. 17:3, Гъэс.). Абы ар дапхуэдэу ищІэми адэкІэ дыхэплъэнщ.

ДАПХУЭДЭУ ИЕГОВЭ ЦІЫХУХЭМ ЗЭРАДЭІЭПЫКЪУР АХЭР Я ГУЭНЫХЬХЭМ ХУЩІЕГЪУЭЖЫНУ?

8. Сыт Иеговэ ищІар, Къаин и гуэныхьым хущІегъуэжыну дэІэпыкъун щхьэкІэ? (ЩІэдзапІэ 4:3—7). (Сурэтми феплъ.)

8 Къаин Іэдэмрэ Хьэуарэ я щыпэлъхут. И адэ-анэм я зэранкІэ абы гуэныхьыр и Іыхьэ хъуащ. И гупсысэ Іейхэм зэремыбэным къыхэкІкІэ, абы Іуэху мыхъумыщІэхэр илэжьу щІидзащ (1 Ин. 3:12). Арауэ къыщІэкІынщ Иеговэ Къаин хуэарэзыуэ щІыщымытар, «и тыгъэми къыщІемыплъар». Зихъуэжыным ипІэкІэ «Къаин ар икъукІэ и жагъуэ хъуащ, и нэгури зэхэуащ». Сыт адэкІэ Иеговэ ищІар? Ар Къаин епсэлъащ. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 4:3—7.) Гу лъыфтэт: Иеговэ Къаин щабэу жриІащ абы ІуэхуфІхэр ищІэмэ, и нэфІ зэрыщыхуэнур. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Къаин Алыхьым едэІуакъым икІи зыдигъэІэпыкъуакъым. Абы щхьэкІэ Иеговэ мурад ищІауэ пІэрэ афІэкІа зыми дэмыІэпыкъуну я гуэныхьым хущІегъуэжыну? Хьэуэ!

Иеговэ Къаин щабэу жриІащ абы ІуэхуфІхэр ищІэмэ и нэфІ зэрыщыхуэнур. Абы нэмыщІ гуэныхьым кърикІуэнури жриІащ (8 абзацым феплъ.)


9. Дапхуэдэу Иеговэ Даут и гуэныхьым хущІегъуэжыну зэрыдэІэпыкъуар?

9 Иеговэ пащтыхь Даут фІыщэу илъагъут. Ар абы и «гум ирихь цІыхуу» жиІащ (Апост. 13:22). Ауэ Даут гуэныхь хьэлъэхэр илэжьащ: зинэ ищІэри цІыхуи иригъэукІащ. Мусэ и ХабзэмкІэ ар яукІын хуейт (Лев. 20:10; Чис. 35:31). Ауэ Иеговэ абы гущІэгъу хуищІри а Іуэхум хэІэбащ b. Даут и гуэныхьым иджыри хущІемыгъуэжа пэтми, Иеговэ абы бегъымбар Нафан хуигъэкІуащ. Нафан пащтыхьым и гум нэсын щхьэкІэ ущие хъыбар жриІащ. Иеговэ и гум зэреуар къыгурыІуа иужь, Даут и гуэныхьым хущІегъуэжащ (2 Сам. 12:1—14). Ар и гуэныхьым щыхущІегъуэжам щыгъуэ, гурыщІэ иІахэр Псалом тхылъым къыщыхощ (Пс. 51, псалъащхьэм тетыр). А Псаломым итым гуэныхь зыщІа куэдым гупсэхугъуэ иритащ икІи я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну хуигъэушащ. Дэ икъукІэ дегъэгушхуэ Иеговэ фІыщэу илъагъу и лэжьакІуэ Даут и гуэныхьым хущІегъуэжыну зэрыдэІэпыкъуам.

10. Иеговэ и шыІэныгъэмрэ гуэныхьхэр зэригъэгъумрэ теухуауэ ущегупсысым деж, сыт уэ зыхэпщІэр?

10 Иеговэ сыт хуэдэ гуэныхьри илъагъу хъукъым (Пс. 5:4, 5). Ауэ дэ псоми гуэныхь зэрытхэлъыр Иеговэ ещІэри, фІыщэу дызэрилъагъум къыхэкІкІэ абы дебэныну къыддоІэпыкъу. Уеблэмэ, гуэныхь хьэлъэ зылэжьу псэу цІыхухэми ядэІэпыкъуну ар сыт щыгъуи хущІокъу, ахэр я гуэныхьхэм хущІегъуэжу, абы гъунэгъу къыхуэхъун щхьэкІэ. Сыту гупсэхугъуэ ар пщІэну! Иеговэ и шыІэныгъэмрэ гуэныхьхэр зэригъэгъумрэ дыщегупсысым деж, дэ нэхъыбэжу дыхущІокъу абы хуэпэжу дыкъэнэну икІи гуэныхь гуэр тщІамэ, псынщІэу абы дыхущІегъуэжыну. Иджы деплъынщ гуэныхьым хущІегъуэжыным теухуауэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сытым хуригъэджами.

ГУЭНЫХЬЫМ ХУЩІЕГЪУЭЖЫНЫМ ТЕУХУАУЭ ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬ ИРИКІУЭХЭР СЫТЫМ ХУРИГЪАДЖЭУ ЩЫТА?

11, 12. И Адэм гуэныхьхэр игъэгъуну зэрыхьэзырыр къэзыгъэлъагъуэ сыт хуэдэ ущие хъыбар Хьисэ жиІар? (Сурэтым феплъ.)

11 Ди эрэм и япэ лІэщІыгъуэм Мэссихь къэкІуэным и зэманыр къэсат. Мыбы ипэ дджа статьям зэритащи, Иеговэ цІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуанрэ Хьисэ Мэссихьрэ къалэн яритауэ щытат: абыхэм цІыхухэр хурагъэджэн хуейт я гуэныхьхэм хущІегъуэжыным мыхьэнэшхуэ зэриІэм (Мт. 3:1, 2; 4:17).

12 Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ и Адэм гуэныхьхэр игъэгъуну зэрыхьэзырым теухуауэ цІыхухэм яжриІэт. Ар псом хуэмыдэу къыхощ зи адэр къэзыгъэна къуэм теухуауэ Хьисэ жиІа ущие хъыбарым. Зы щІалэ гуэрым зэман гуэркІэ гуэныхь щІэным зыдригъэхьэхауэ щытат. Ауэ иужькІэ абы зыкъищІэжри, и унэм игъэзэжащ. И адэм дапхуэдэу ар къызэрыригъэблэгъэжар? Хьисэ жиІащ: «Адэм и къуэр къэкІуэжу жыжьэу къыщилъагъум, игу щІэгъущ, жэри, Іэплъэ иришэкІыу, ба хуищІу щІидзащ». И адэм къыхуигъэгъуну а щІалэр щыгугътэкъыми и лэжьакІуэу къищтэну елъэІуащ. Ауэ адэм «[ар] кІуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ», — жиІэри и къуэкІэ еджэу щІалэр унагъуэм къригъэблэгъэжащ (Лк. 15:11—32). ЩІылъэм къэкІуэн ипэ Хьисэ шэч хэмылъу куэдрэ илъэгъуащ и Адэм зи гуэныхь хущІегъуэжхэм апхуэдэ гущІэгъу зэрыхуищІыр. А ущие хъыбарым дэ егъэлеяуэ гупсэхугъуэ къыдет икІи ди Адэ Иеговэ гущІэгъушхуэ зэрыхэлъыр къыдегъащІэ!

Хьисэ жиІа ущие хъыбарым хэта къуэ кІуэдам и адэр къыпожьэ ІэплІэ къыхуищІыну. (11, 12 абзацхэм феплъ.)


13, 14. Гуэныхьым хущІегъуэжыным теухуауэ апостол Петр сыт къищІар икІи адрейхэр сытыт зыхуригъасэр? (Сурэтми феплъ.)

13 Иеговэ гуэныхьыр зэригъэгъум теухуауэ Петр Хьисэ деж куэд къыщищІащ. Петр щІэх-щІэхыурэ щыуэт, ауэ Хьисэ абы къыхуигъэгъут. Псалъэм папщІэ, Петр щэнейрэ Хьисэ имыцІыхуу жиІащ. Абы иужь апостолым и гур хуабжьу зэбгъэжат (Мт. 26:34, 35, 69—75). Ауэ Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь Петр зыхуигъэзащ. Апостолыр абы щыгъуэ и закъуэу къыщІэкІынт (Лк. 24:33, 34; 1 Кор. 15:3—5). Шэч хэмылъу абы щыгъуэ Хьисэ зи гуэныхь хущІегъуэжа Петр къыхуигъэгъуащ, фІыуэ зэрилъагъури къыгуригъэІуащ. («Учебная Библия» жыхуаІэм Марк 16:7 ит «и Петру» жыхуиІэм хуэхьа комментарием феплъ.)

14 Уи гуэныхьым ухущІегъуэжынымрэ ар къыпхуагъэгъунымрэ зищІысыр Петр зыхищІати, нэгъуэщІхэр абы хуригъэсэфынут. Пэнтэкост махуэшхуэм иужь зэман гуэр дэкІауэ Петр цІыху гупым я пащхьэ къыщыпсэлъащ икІи абыхэм Мэссихьыр зэраукІар къагуригъэІуащ. Ауэ абыхэм апхуэдэу ящІа пэтми, Петр гуапагъэ хэлъу ахэр хуигъэушащ: «Тхьэм фэ гуэныхьу фщІахэр къыфхуигъэгъун щхьэкІэ, абыхэм фахущІегъуэжи, Тхьэм и гъуэгу фытехьэ. Фигухэм зыщагъэпсэхужын зэманхэр Зиусхьэным деж къикІынущ итІанэ» (Апост. 3:14, 15, 17, 19, 20). Мы псалъэхэмкІэ Петр къигъэлъэгъуащ цІыхур и гуэныхьым щыхущІегъуэжым деж, мыхъумыщІэ гупсысэкІэмрэ и дуней тетыкІэмрэ къызэригъанэр икІи Алыхьым игу ирихь Іуэхухэр ищІэу зэрыщІидзэр. Абы иджыри жиІат Иеговэ абыхэм я гуэныхьхэр зэи щымыІа хуэдэу зэригъэкІуэдыпэнур. Илъэс куэд дэкІауэ Петр къуэш, шыпхъухэм мыпхуэдэу яхуитхат: «Тхьэм шыІэныгъэ къыфхуиІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зы цІыхуи кІуэдыну хуэмейуэ, цІыху псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну хуейщ ар» (2 Пет. 3:9). Уи гуэныхьым ущыхущІегъуэжым деж, ар гуэныхь хьэлъэу щытми, Иеговэ къызэрыпхуигъэгъур пщІэну сыту гупсэхугъуэ!

Хьисэ зи гуэныхь хущІегъуэжа Петр къыхуигъэгъуащ, фІыуэ зэрилъагъури къыгуригъэІуащ (13, 14 абзацхэм феплъ.)


15, 16. 1) Гъэгъуныр зищІысыр апостол Паул дапхуэдэу къызэрищІар? (1 Тимофей 1:12—15). 2) КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?

15 Тарс къалэм щыщ Паул Іей куэд ищІащ. Абы гущІэгъуншэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр кърихуэкІт. Абыхэм я нэхъыбэм я гугъэу къыщІэкІынт а цІыхухъум зэи зимыхъуэжыну, и гуэныхьхэми хущІемыгъуэжыну. Ауэ лІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ ищІэт Паул зэрызихъуэжыфынур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыи и Адэми ялъагъут а цІыхухъум хэлъ хьэл-щэныфІхэр. Хьисэ жиІащ: «А лІыр сэ хэсхащ» (Апост. 9:15). Уеблэмэ, Хьисэ телъыджэ ищІащ, Паул и гуэныхьым хущІегъуэжыну дэІэпыкъун щхьэкІэ (Апост. 7:58—8:3; 9:1—9, 17—20). Паул Хьисэ и лъэужь щиувам щыгъуэ мызэ-мытІэу жиІащ Иеговэрэ Хьисэрэ гущІэгъу къызэрыхуащІам щхьэкІэ фІыщІэ зэрахуищІыр. (Къеджэ 1 Тимофей 1:12—15.) ФІыщІэ зигу илъ Паул къуэш, шыпхъухэм мыпхуэдэу яхуитхащ: «Уэ гуэныхьу пщІахэм уахущІегъуэжыну Тхьэм и фІыгъуэшхуэкІэ Іэмал къыует» (Рим 2:4).

16 Зэгуэр Паул зэхихащ Коринф къалэм щыІэ зэхуэсым щыщ зы къуэшым зинэ зэрищІэр икІи ар зэхуэсым зэрыхамыгъэкІар. Сыт-тІэ Паул ищІар? Абы а зэхуэсым хуитха письмохэм Иеговэ теухуауэ куэд къыщыдощІэ. Иеговэ цІыхум тезыр щытрилъхьэм деж, ар лъагъуныгъэм къыхэкІыущ зэрищІэр икІи цІыхур и гуэныхьым хущІегъуэжа иужь абы гущІэгъу хуещІ. Дэри ди Адэм хуэдэу гущІэгъу тхэлъын хуейщ. Коринф къалэм щыІа зэхуэсым къыщыхъуам теухуауэ къыкІэлъыкІуэ статьям нэхъ куууэ щызэпкърытхынущ.

33 УЭРЭДЫР Уи хьэлъэр Иеговэ ІэщІэлъхьэ

a Щхьэгъусэ къепцІыжам бгъэдэсыну Иеговэ унафэ зыхуищІар а зыращ. Апхуэдэ унафэ нобэ Алыхьым зыми хуищІкъым. Хьисэ цІыхухэм къагуригъэІуащ зыгуэрым и щхьэгъусэр къепцІыжмэ, абы бгъэдэкІыну хуитыныгъэ зэриІэр (Мт. 5:32; 19:9).

b 2012 гъэм, ноябрым и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», «Что для тебя означает прощение Иеговы?» жыхуиІэ статьям 21—23 напэкІуэцІхэм ит 3—10 абзацхэм феплъ.