Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

31 СТАТЬЯР

12 УЭРЭДЫР Ди Алыхьышхуэ Иеговэ

Сыт Иеговэ ищІар цІыхухэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къыІэщІихын щхьэкІэ?

Сыт Иеговэ ищІар цІыхухэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къыІэщІихын щхьэкІэ?

«Тхьэм дунейм и цІыхухэр апхуэдизкІэ фІыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ» (ИН. 3:16).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Гуэныхьым дебэныну Иеговэ дапхуэдэу къыддэІэпыкъуми икІи гуэныхьым дыкъыІэщІихыу, гъащІэ мыухыж къыдитын щхьэкІэ сыт ищІами.

1, 2. 1) Сыт гуэныхьыр зищІысыр икІи дапхуэдэу абы дызэрытекІуэнур? («Псалъэхэм къикІыр» жыхуиІэми феплъ.) 2) Мы статьямрэ къыкІэлъыкІуэ статьяиплІымрэ сыт щызэпкърытхынур? (Мы журналым ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм хуэгъэза» жыхуиІэми феплъ.)

 УХУЕЙТ уэ пщІэну Иеговэ къыпхуиІэ лъагъуныгъэм и инагъыр? Мы упщІэм и жэуапыр къэпщІэнущ, гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ укъыІэщІихын щхьэкІэ Иеговэ ищІар куууэ зэпкърыпхмэ. Гуэныхьыр a — бий шынагъуэщ, абы уэ уи закъуэ утекІуэнукъым. Дэтхэнэ зы цІыхури гуэныхьлыщ. Дэ махуэ къэс гуэныхь дощІэ икІи гуэныхьым щхьэкІэ лІэныгъэр ди Іыхьэу щытщ (Рим 5:12). Ауэ дэ дыщІэгуфІэн щхьэусыгъуэфІ диІэщ — ар гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъыІэщІихыжыпэну Иеговэ дыкъызэригъэгугъэращ!

2 Илъэс 6 000-м щІигъуауэ Иеговэ цІыхухэм ядоІэпыкъу гуэныхь зэрахэлъым емылъытауэ ахэр ныбжьэгъу къыхуэхъуну. Абы апхуэдэу щІищІэр фІыщэу дыкъелъагъури аращ. Иеговэ цІыхухэр къызэригъэщІрэ фІыуэ елъагъу икІи куэд ищІащ абыхэм ехъулІэныгъэ яІэу гуэныхьым пэщІэтын щхьэкІэ. Алыхьым ещІэ гуэныхьым цІыхухэр ажалым зэрыхуишэр. Ауэ ар хуейкъым дэ дылІэну, ар зыхуейр гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуныращ (Рим 6:23). Уэр щхьэкІи аращ Иеговэ зыхуейр. Мы статьям дэ упщІищ щызэпкърытхынущ: 1) Иеговэ гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм сыт хуэдэ гугъэ яритар? 2) Пасэрей зэманым дапхуэдэут цІыхухэм Иеговэ зэрагъэгуфІэр? 3) Сыт Хьисэ ищІар, цІыхухэр гуэныхьымрэ ажалымрэ къаІэщІихын щхьэкІэ?

ГУЭНЫХЬ ЗЫХЭЛЪ ЦІЫХУХЭМ СЫТ ХУЭДЭ ГУГЪЭ ИЕГОВЭ ЯРИТАР?

3. Іэдэмрэ Хьэуарэ дапхуэдэу гуэныхьлы зэрыхъуар?

3 Иеговэ япэу къигъэщІа цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ насыпыфІэу щытыну хуейти, абыхэм тыгъэ куэд яритат. Іэдэмрэ Хьэуарэ унэ дахащэ яІэт, ахэр унагъуэ насыпыфІэу псэуфынут икІи къалэн гъэщІэгъуэныщэхэр ягъэзэщІэфынут. Абыхэм Іэдэн жыг хадэм хуэдэу щІылъэ псор жэнэт ящІу, къащІэхъуэну щІэблэмкІэ ар тез ящІын хуейт. Иеговэ абыхэм яхуигъэувар зы хабзэт икІи ар бгъэзэщІэну гугъутэкъым. Алыхьым лъагъуныгъэ хэлъу абыхэм яжриІат а хабзэм ебакъуэмэ зэрылІэнур. ИужькІэ къэхъуари дэ дощІэ. Иегови цІыхухэри фІыуэ зымылъагъу мелыІыч бзаджэм Іэдэмрэ Хьэуарэ хуигъэушащ Алыхьым и хабзэм ебэкъуэну. Абыхэм ящІар ШейтІаныр зыхуей дыдэрат. Апхуэдизыр къахуэзыщІа я Адэм дзыхь хуащІыным ипІэкІэ, абыхэм гуэныхь ящІащ. А махуэм щыщІэдзауэ Іэдэмрэ Хьэуарэ ящІам къыпэкІуэр зыхащІэу щІадзащ: жьыгъэр, узыфэхэр икІи лІэныгъэр. ИкІэм-икІэжым ахэр къызыхэкІа щІым хыхьэжащ. Апхуэдэу Иеговэ зэрыжиІа дыдэм хуэдэу хъуащ (ЩІэдз. 1:28, 29; 2:8, 9, 16—18; 3:1—6, 17—19, 24; 5:5).

4. Иеговэ гуэныхьыр илъагъу мыхъуу щІыщытыр сыт? (Рим 8:20, 21).

4 Библием а Іуэхугъуэр къыщІиІуэтэжым щхьэусыгъуэ иІэщ. АбыкІэ Иеговэ къыдгурегъаІуэ гуэныхьыр илъагъу мыхъуу щІыщытыр. Гуэныхьым Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтрекъутэ икІи лІэныгъэм дыхуешэ (Ис. 59:2). ШейтІаным Алыхьри цІыхухэри илъагъу хъукъым. Аращ абы Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым емыдэІуэну щІыхуигъэушар, цІыхухэри иджыри къыздэсым гъэунэхуапІэ щІригъахуэр. Іэдэмрэ Хьэуарэ гуэныхь щащІам щыгъуэ ШейтІаным къыщыхъуауэ къыщІэкІынущ текІуэныгъэр къихьауэ. Ауэ абы къыгурыІуэтэкъым Иеговэ и лъагъуныгъэм и кууагъыр. Алыхьым цІыхухэм яхуиІэ мурадым зихъуэжакъым. Абы и лъагъуныгъэ гуащІэм къыхэкІыу занщІэу гугъэ дахэ къыдитащ. (Къеджэ Рим 8:20, 21.) Иеговэ ищІэт Іэдэмрэ Хьэуарэ я щІэблэм щыщ языныкъуэхэм ар фІыуэ зэралъагъунур и жыІэми зэрыщІэтынур. Адэу икІи КъэгъэщІакІуэу зэрыщытым къыхэкІкІэ, абы цІыхухэм Іэмал яритащ и ныбжьэгъу хъууэ гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къаІэщІэкІыну. Абы щхьэкІэ сыт Иеговэ ищІар?

5. Дапщэщ гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм япэу гугъэ яІэ щыхъуар? КъыдгурывгъаІуэ (ЩІэдзапІэ 3:15).

5 Къеджэ ЩІэдзапІэ 3:15. Иеговэ япэ дыдэу цІыхухэм гугъэ щаритар ШейтІаныр игъэкІуэдыну щыжиІам щыгъуэщ. Алыхьым къыжиІат ШейтІаным и щхьэр пызыпІытІыкІын икІи абы къихьа зэрану хъуар Іузыхыжын щІэблэ къызэрыунэхунур (1 Ин. 3:8). Ауэ япэщІыкІэ ШейтІаным и «шэрэзыр» щІэблэм и лъэдакъэм хиукІэн хуейт, нэгъуэщІу жыпІэмэ ар иукІын хуейт. Иеговэ ищІэт а Іуэхугъуэр хуабжьу къызэрехьэлъэкІынур, ауэ ар хьэзырт и Къуэр къурмэныпхъэу къихьыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэ щІыкІэкІэ абы цІыхухэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къаІэщІихыфынут!

ПАСЭРЕЙ ЗЭМАНЫМ ДАПХУЭДЭУТ ЦІЫХУХЭМ ИЕГОВЭ ЗЭРАГЪЭГУФІЭР?

6. Хьэбэл, Нухь, Алыхьым хуэпэжу щыта нэгъуэщІ цІыхухэми сыт ящІар, Иеговэ гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ?

6 КъыкІэлъыкІуэ лІэщІыгъуэхэм Иеговэ хуэмурэ цІыхухэм къагуригъэІуащ дапхуэдэу абыхэм гъунэгъу зыкъыхуащІыфынуми. Іэдэн жыг хадэм къыщыхъуа Іуэхугъуэм иужь, япэу Алыхьым фІэщхъуныгъэ хуэзыгъэлъэгъуар Іэдэмрэ Хэуарэ я къуэ етІуанэ Хьэбэлщ. Абы Иеговэ фІыуэ илъагъут, зэригъэгуфІэнуми хущІэкъут. Ар мэлыхъуэти абы и мэл хъушэм щыщу щынэ зыбжанэ къурмэныпхъэу къихьат. Дапхуэдэу ар Иеговэ къызэрыщыхъуар? Иеговэ «нэфІкІэ къеплъащ... Хьэбэли абы и тыгъэми» (ЩІэдз. 4:4). Абы иужькІэ фІыуэ къэзылъагъу, дзыхь къыхуэзыщІ цІыхухэм я къурмэныпхъэхэри Иеговэ къищтэт. Псалъэм папщІэ, Нухь апхуэдэ цІыхуу щытащ (ЩІэдз. 8:20, 21). Апхуэдэ къурмэныпхъэхэр къызэрищтэмкІэ Иеговэ къигъэлъэгъуащ, гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм ар зэрагъэгуфІэфынур икІи ахэр гъунэгъу къызэрыхуэхъуфынур b.

7. Ибрэхьим и къуэр къурмэныпхъэу къихьыну хьэзыру зэрыщытам сыт къыдгуригъаІуэр?

7 ИужькІэ Иеговэ фІэщхъуныгъэшхуэ зиІэ и лэжьакІуэ Ибрэхьим елъэІуащ и къуэ Исхьэкъ къурмэныпхъэу къыхуихьыну. Шэч хэмылъу ар абы хуабжьу и гум щІыхьащ. Ауэ абы емылъытауэ, Ибрэхьим хьэзырт Алыхьыр къызэрелъэІуар игъэзэщІэну. Ибрэхьим и къуэр иукІ пэтрэ ар Алыхьым къигъэувыІащ. А Іуэхугъуэм къигъэлъагъуэт къэкІуэну зэманым Иеговэ фІыщІэу илъагъу и Къуэр къурмэныпхъэу къызэрихьынур. Абы къыхощ Иеговэ цІыхухэр фІыщэу зэрилъагъур (ЩІэдз. 22:1—18).

8. Мусэ и хабзэмкІэ къахьын хуея къурмэнхэм сытыт къагъэлъагъуэр? (Левит 4:27—29; 17:11).

8 ЛІэщІыгъуэ зыбжанэ дэкІри, Иеговэ Израил лъэпкъым хабзэ иритат. А хабзэм тету абыхэм Алыхьым къурмэнхэр къыхуахьын хуейт, я гуэныхьхэр япшыныжын щхьэкІэ. (Къеджэ Левит 4:27—29; 17:11.) А къурмэныпхъэхэм къагъэлъагъуэт цІыхубэр гуэныхьым къыІэщІэзыхын къурмэн нэхъ лъапІэ зэрыщыІэн хуейр. Иеговэ и бегъымбархэм яригъэтхат къэкІуэн хуей щІэблэм — Алыхьым и Къуэ пажэм — гугъуехь ишэчу и гъащІэр итын зэрыхуейр. Ар къурмэну къахь щынэм хуэдэу яукІын хуейт (Ис. 53:1—12). Егупсысыт: Иеговэ фІыщэу илъагъу и Къуэм щысхьакъым, цІыхухэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къаІэщІихын щхьэкІэ, уэри абыхэм уахэту.

СЫТ ХЬИСЭ ИЩІАР, ЦІЫХУХЭР ГУЭНЫХЬЫМРЭ ЛІЭНЫГЪЭМРЭ КЪАІЭЩІИХЫН ЩХЬЭКІЭ?

9. ЦІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан сыт Хьисэ теухуауэ жиІар? (Еврейхэм 9:22; 10:1—4, 12).

9 Ди эрэм и япэ лІэщІыгъуэм цІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан Назарет къалэм щыщ Хьисэ къыщилъэгъуам мыпхуэдэу жиІащ: «Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэу дунейм и цІыхухэм я гуэныхьхэр ятезыхыжыр» (Ин. 1:29). Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ Хьисэ къэкІуэн хуей щІэблэу зэрыщытар. Абы и гъащІэр къурмэныпхъэу къихьын хуейт. Иджы гуэныхьлыуэ щыт цІыхухэм зэи ямыІа Іэмал яІэ хъуащ — гуэныхьым къыІэщІэкІыну. (Къеджэ Еврейхэм 9:22; 10:1—4, 12.)

10. Дапхуэдэу Хьисэ къызэригъэлъэгъуар «гуэныхь зыщІэхэр я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну къыхуриджэн щхьэкІэ» къызэрыкІуар?

10 Хьисэ псом хуэмыдэу гулъытэ зыхуищІу щытар гуэныхьым щхьэкІэ зи щхьэм мыгъуагъэ хуэзыхьыж цІыхухэрат. Абы апхуэдэ цІыхухэр и лъэужь иувэну къригъэблагъэт. Хьисэ ищІэт цІыхухэм я гугъуехьхэр гуэныхьым къызэрыхэкІыр. Аращ гуэныхь ящІахэм щхьэкІэ зигу хьэлъэ телъхэм Хьисэ псом хуэмыдэу щІадэІэпыкъутэр. Зэгуэр абы мыпхуэдэу жиІат: «Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атІэ сымаджэхэращ». ИужькІэ абы пищащ: «Щыпкъагъэ зигу илъ цІыхухэр къезджэну папщІэкъым сыкъыщІэкІуар, атІэ гуэныхь зыщІэхэр я гуэныхьхэм хущІегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкІэщ» (Мт. 9:12, 13). Хьисэ а псалъэхэм тету псэуащ. Зы цІыхубз гуэрым и нэпсхэмкІэ абы и лъакъуэхэр щитхьэщІам щыгъуэ, ар а цІыхубзым щабэу епсэлъащ икІи и гуэныхьхэр хуигъэгъуащ (Лк. 7:37—50). Абы Самарие хэкум щыщ цІыхубзым мыхьэнэшхуэ зиІэ пэжхэр къыхузэІуихащ, и дуней тетыкІэ мыхъумыщІэр ищІэ пэтми (Ин. 4:7, 17—19, 25, 26). Алыхьым Хьисэ тепщэныгъэ иритащ гуэныхьым къыпэкІуэ лІэныгъэми кІэ иритыну. Хьисэ цІыхухъуи, цІыхубзи, сабии, балигъи лІахэм къахигъэтэджыкІыжу щытащ (Мт. 11:5).

11. Сытыт гуэныхь хьэлъэ зыщІэ цІыхухэми Хьисэ и гъусэу зэман ягъэкІуэну ягу щІрихьыр?

11 ГъэщІэгъуэнкъым гуэныхь хьэлъэ зыщІэ цІыхухэми Хьисэ и гъусэу зэман ягъэкІуэну ягу ирихьу зэрыщытар. Хьисэ апхуэдэ цІыхухэм гущІэгъурэ зэхэщІыкІрэ хэлъу яхущытт икІи ахэр шынэтэкъым абы зыхуагъэзэну (Лк. 15:1, 2). Абыхэм яІэ фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ Хьисэ ящытхъут, гуапэуи яхущытт (Лк. 19:1—10). И щапхъэмкІэ абы цІыхухэм яригъэлъэгъуащ и Адэм гущІэгъушхуэ зэрыхэлъыр (Ин. 14:9). Хьисэ и псалъэхэми и ІуэхущІафэхэми къыхэщт гущІэгъушхуэ зыхэлъ и Адэм цІыхухэр фІыуэ зэрилъагъур икІи дэтхэнэ зыми дэІэпыкъуну зэрыхуейр, ахэр гуэныхьым текІуэн щхьэкІэ. Хьисэ цІыхухэм зэрыхущытым ахэр хуигъэушт я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ халъхьэну икІи и лъэужь иувэну (Лк. 5:27, 28).

12. И лІэныгъэм теухуауэ Хьисэ сытыт и гъэсэнхэм яжриІэу щытар?

12 Хьисэ къыпэщылъыр ищІэт. Абы мызэ-мытІэу и лъэужь ирикІуэхэм яжриІэт дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакІуэ пашэхэмрэ зэрырагъэубыдынур, иужькІи пкъом зэрыраІулІынур (Мт. 17:22; 20:18, 19). Абы ищІэт и къурмэныпхъэм гуэныхьым кІэ зэрыритынур, цІыхухэр псым щІэзыгъауэ Иуанрэ нэгъуэщІ бегъымбархэмрэ зэрыжаІам хуэдэу. Абы нэмыщІ Хьисэ жиІэт, и гъащІэр къурмэныпхъэу ита иужь цІыху зэмылІэужьыгъуэхэр зэрызришэлІэнур (Ин. 12:32). Гуэныхьлыуэ щыт цІыхухэм ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ яІэ хъурэ, абы и лъэужь иувэмэ, абыхэм Иеговэ ягъэгуфІэнущ икІи «гуэныхь щІэным» къыІэщІэкІыфынущ (Рим 6:14, 18, 22; Ин. 8:32). Арат Хьисэ хьэзаб телъу и гъащІэр итыну щІэхьэзырыр (Ин. 10:17, 18).

13. Хьисэ дапхуэдэу зэрылІар икІи абы Иеговэ теухуауэ сыт къыдигъащІэр? (Сурэтми феплъ.)

13 И ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэхэм ящыщ зыр Хьисэ къепцІыжащ, иужькІэ ар яубыдри и пщІэр ираудыхащ, пцІы куэди къытралъхьащ. Куэд дэмыкІыу абы лІэныгъэр тезыру тралъхьэри лей куэд къытрагъэхьащ. ЗауэлІхэм ар щаукІыну щІыпІэм яшэри, и Іэхэри и лъакъуэхэри пкъом кІэраукІащ. Хьисэ теубыдагъэ хэлъу хьэзаб куэд ишэчащ, ауэ ар нэхъ Іеижу къызэхьэлъэкІаи щыІащ. Ар Иеговэщ. Абы и Къуэм телъ гугъуехьым кІэ иритыну лъэкІыныгъэ иІэт, ауэ абы апхуэдэу ищІакъым. Сыт щхьэкІэ? Сыт Иеговэ хуэзыгъэушар фІыщэу илъагъу и Къуэр яукІыну хуит ищІыну? Лъагъуныгъэращ. Библием щыжыІащ: «Тхьэм дунейм и цІыхухэр апхуэдизкІэ фІыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэ дэтхэнэри мыкІуэду къелын икІи мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ хъун щхьэкІэ» (Ин. 3:16).

Хьисэ зэраукІар Иеговэ дежкІэ егъэлеяуэ гущІыхьэт, ауэ ар абы ишэчащ дэ гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дакъыІэщІихын щхьэкІэ (13 абзацым феплъ.)


14. Хьисэ и къурмэныпхъэм сыт къигъэлъагъуэр?

14 Хьисэ и къурмэныпхъэр щыхьэт тохъуэ гуэныхь зыхэлъ цІыхухэр Иеговэ фІыуэ зэрилъагъум. А къурмэныпхъэм иджыри къегъэлъагъуэ Иеговэ уэ фІыщэу узэрилъагъур. Гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ укъыІэщІихын щхьэкІэ, абы нэхъ лъапІэ дыдэу иІэр — и Къуэ щІасэр — итащ. Хьисэ зэраукІам и гур хуабжьу зэрыхигъэщІами ар къигъэувыІакъым (1 Ин. 4:9, 10). Пэжщ, Иеговэ хуейщ дэтхэнэ зыри гуэныхьым дебэныну икІи абы дытекІуэн щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну!

15. Сыт дэ тщІэн хуейр, Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм ди гуэныхьхэр тщхьэщихын щхьэкІэ?

15 Алыхьым тыгъэу къыдита щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ ди гуэныхьхэр къытхуэгъуну Іэмал щыІэщ. Ауэ ди гуэныхьхэр къытхуэгъун щхьэкІэ дэри зыгуэр тщІэн хуейщ. Сыт-тІэ дэ тщІэн хуейр? ЦІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан, иужькІэ Хьисэ Мэссихьи а упщІэм мыпхуэдэ жэуап иратащ: «Фи гуэныхьхэм фахущІегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыІэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи» (Мт. 3:1, 2; 4:17). Аращи, гуэныхьым дебэныну икІи лъагъуныгъэшхуэ зыхэлъ ди Адэм гъунэгъу зыхуэтщІыну дыхуеймэ, дэ ди гуэныхьхэм дыхущІегъуэжын хуейщ. НтІэ, сыт гуэныхьым хущІегъуэжыным къикІыр икІи ар дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур, гуэныхь зэрытхэлъым емылъытауэ, Иеговэ дгъэгуфІэну? КъыкІэлъыкІуэ статьям мы упщІэхэр щызэпкърытхынущ.

18 УЭРЭДЫР Щхьэщэхужым щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ худощІ

a ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Иныкъуэм деж Библием «гуэныхь» псалъэр къыщихькІэ зи гугъу ищІыр ди ІуэхущІафэхэращ: Иеговэ и еплъыкІэкІэ Іей гуэр щытщІэм е тэмэму къилъытэ гуэр щыдмыщІэм деж. А псалъэм иджыри къикІыфынущ Іэдэм и ягъэкІэ гуэныхьлыуэ дызэрыщытыр. Гуэныхьыр зэрытхэлъыращ дэ псори дыщІэлІэр.

b Иеговэ пасэрей зэманым псэуа и лэжьакІуэ пэжхэм къахь къурмэнхэр къищтэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ищІэт къэкІуэну зэманым Хьисэ Мэссихь и гъащІэр иту, цІыхубэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къызэрыІэщІихынур (Рим 3:25).