17 СТАТЬЯР
111-НЭ УЭРЭДЫР ГурыфІыгъуэ къыдэзытыр
Духовнэ жэнэтыр зэи къыумыгъанэ
«Сэ сщІэм фыщеплъкІэ, игъащІэкІэ хэІэтыкІауэ фыгуфІэ» (ИС. 65:18).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Духовнэ жэнэтым дыщыІэну дигу щІрихьым икІи сыт дэ тщІэн хуейми, нэгъуэщІхэри къытхыхьэну хуеин щхьэкІэ.
1. Духовнэ жэнэтыр зищІысыр сыт икІи абы щыпсэухэм сыт хуэдэ мурад яІэ?
НОБЭ щІылъэм духовнэ жэнэт щыІэщ. Абы щопсэу мамырыгъэм хущІэкъу цІыху мелуан бжыгъэ икІи ахэр ІуэхуфІхэр зэращІэным иужь итщ. А жэнэтым щыІэхэр игъащІэкІэ абы щыпсэуну хуейщ. А жэнэтым и бжэр зэІухащ икІи дэтхэнэ зыри абы кърагъэблагъэ. Дэ зи гугъу тщІыр духовнэ жэнэтыр арщ! a
2. Духовнэ жэнэт зэрыщыІэр телъыджэу жыпІэ щІэхъунур сыт?
2 Нобэрей дунейр бзаджагъэрэ залымыгъэкІэрэ гъэнщІащ (1 Ин. 5:19; Апок. 12:12). Сыту гъэщІэгъуэныщэ мы дуней шынагъуэм мамырыгъэ зэрылъ организацэ зэрыщыІэр! Ар фІыщэу дыкъэзылъагъу ди Адэм иухуащ. Иеговэ илъагъут мы дунейр зэрызэІыхьари, гуфІэгъуэ диІэу дыхуэлэжьэн щхьэкІэ абы дыкъэзыхъумэн организацэ къыдитащ. Библием духовнэ жэнэтыр ди дежкІэ хъумапІэу жеІэ икІи ар псыр уэру къызыщІэлъадэ жыг хадэ дахэм ирегъэщхь (Ис. 4:6; 58:11). Мы иужьрей махуэ гугъухэм Иеговэ и организацэм и нэфІ зэрыщыхуэм къыхэкІкІэ абы хэтхэм гупсэхугъуэ зыхащІэ (Ис. 54:14; 2 Тим. 3:1).
3. Исайя тхылъым 65-нэ псалъащхьэм ит пророчествэр япэ дыдэу дапхуэдэу къызэрыхъуар?
3 Иеговэ жиІауэ щытащ духовнэ жэнэтым сыт хуэдэ гъащІэ щыІэнуми. А пророчествэр Исайя тхылъым 65-нэ псалъащхьэм итщ икІи ар япэ дыдэу къыщыхъуар ди эрэм ипэ 537-нэ гъэращ. Абы щыгъуэ зи гуэныхь хущІегъуэжа журтхэр Бабилэн гъэрыпІэм къикІыжри я хэкум къагъэзэжащ. Иеговэ абыхэм и нэфІ ящыхуэри ядэІэпыкъуащ Ерусалим зэхэкъутар къалэ дахащэ ящІыжыну икІи Алыхьым и унэшхуэр яухуэжыну (Ис. 51:11; Зах. 8:3).
4. Исайя тхылъым 65-нэ псалъащхьэм ит пророчествэр дауэ ди зэманым къызэрыхъур?
4 Исайя тхылъым ит пророчествэр етІуанэу къэхъун щыщІидзар 1919-нэ гъэращ. Абы щыгъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр Бабилэнышхуэм и гъэрыпІэм къикІыжащ. А гъэм щыщІэдзауэ Алыхьым и организацэм зиубгъуу щІидзащ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр дэнэкІи щагъэІут. Дуней псом зэІущІэхэр къыщыунэхут, организацэм хэтхэр Хьисэ хьэлкІэ нэхъ ещхь хъуурэ кІуэт. Япэм щыгъуэ лей зезыхьэу, мыхъумыщІагъэ зыщІэу щыта цІыхухъухэмрэ цІыхубзхэмрэ «щэныщІэфІыр фащэу зрашэкІащ» (Еф. 4:24). ДауикІ, Исайя тхылъым ит пророчествэхэм щыщ куэдыр къыщыхъунур дунеищІэращ. Ауэ абы ит фІыгъуэхэм щыщ языныкъуэхэр иджыпсту зыхыдощІэ. Дэ зэпкърытхынущ духовнэ жэнэтыр сыткІэ иджыпсту сэбэп къытхуэхъуми икІи ар къэдгъэнэн щІыхуэмейр сытми.
ДУХОВНЭ ЖЭНЭТЫМ ЩЫІЭХЭМ СЫТ ЗЫХАЩІЭР?
5. Исайя 65:13 ит псалъэхэр дапхуэдэу нобэ къызэрыхъур?
5 Дэ ди ныбэ изщ икІи дыузыншэщ. Исайя тхылъым къыщыгъэлъэгъуащ духовнэ жэнэтым щыпсэухэмрэ щымыпсэухэмрэ куэдкІэ зэрызэщхьэщыкІыр. (Къеджэ Исайя 65:13.) Иеговэ — хьэлэлагъ зыхэлъ Адэщ. Абы сытри ещІэ, и нэІэ къызэрыттетыр зыхэтщІэн щхьэкІэ. Дэ гуфІэгъуэ диІэу, дефэу, дешхэу дыщытын щхьэкІэ Иеговэ и къару лъапІэр, Библиер, Тхыгъэм тегъэщІа щІэныгъэхэр къыдитащ. (Евгъапщэ Апокалипсис 22:17.) Духовнэ жэнэтым щымыпсэухэм щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур? Ахэр мэмэжалІэ, псы яхуолІэ икІи напэтехыу мэпсэу. Апхуэдэу щІыщытыр абыхэм Алыхьыр яцІыхукъыми аращ (Ам. 8:11).
6. Иоиль 2:21—24 ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыхъур?
6 Бегъымбар Иоиль итха тхылъым гуэдзым, шагъырым, оливкэ дагъэм и гугъу щещІ. Пасэрей зэманым Израилым щыпсэуахэм а шхыныгъуэхэр нэхъ къагъэсэбэпт. АбыкІэ Иеговэ къигъэлъэгъуащ духовнэ лъэныкъуэкІэ и лъэпкъыр зыми щымыщІэу зэрыпсэунур (Иоиль 2:21—24). Нобэ сыт хуэдэ шхыныгъуэхэр Иеговэ къыдитрэ? Дэ диІэщ Библиер, Библием тегъэщІа публикациехэр, сайтыр, а псом нэмыщІ ди зэІущІэхэмрэ конгрессхэмрэ. Дэ махуэ къэс фІыуэ дошхэри, ди ныбэ изщ икІи дыузыншэщ.
7. Сыт дэ ди гум гуфІэгъуэ щІилъыр? (Исайя 65:14).
7 Дэ дынасыпыфІэщ икІи арэзыныгъэ ди гум илъщ. Алыхьым и лэжьакІуэхэр «я гум илъ гуфІэгъуэм щхьэкІэ хэІэтыкІауэ» мэгуфІэ. (Къеджэ Исайя 65:14.) Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы пэжыр къытхузэІуех, и ПсалъэмкІэ гупсэхугъуэ къыдет икІи Хьисэ и къурмэныпхъэм ипкъ иткІэ гугъэ диІэ мэхъу. А фІыгъуэхэм теухуауэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ дыщызэпсалъэм деж, дэ дызэрынасыпыфІэр нэхъыфІыжу къыдгуроІуэ (Пс. 34:8; 133:1—3).
8. Духовнэ жэнэтым мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ ІуэхугъуитІ щыІэми къыжыфІэ.
8 Духовнэ жэнэтым мыхьэнэшхуэ зиІэ лъагъуныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ щыдолъагъу. Дэ иджыпсту дыхущІокъур а зэхущытыкІэфІыр ди зэхуаку дэдгъэлъыну, ауэ дунеищІэм ар нэхъыфІыжу тхузэфІэкІынущ (Кол. 3:14). Иеговэ и Щыхьэтхэр къыщицІыхуам щыгъуэ иІа гурыщІэхэмкІэ ди зы шыпхъур къыддогуашэ: «Сэ езым си унагъуэ дыдэми насыпыфІэу зыщыслъытэжтэкъым. Сэ япэ дыдэу лъагъуныгъэ нэгъэса щыслъэгъуар Иеговэ и Щыхьэтхэм я дежщ». ЦІыхухэр насыпыфІэу, арэзыныгъэ я гум илъу щыщытынур духовнэ жэнэтым къыщекІуэкІ лъагъуныгъэр зыхащІа иужьщ. Япэм абыхэм Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ Іей куэд зэхахауэ къыщІэкІынщ. Ауэ ахэр ди зэІущІэхэм къекІуалІэмэ, Алыхьым и нэфІ къызэрытщыхуэр ялъагъунущ (Ис. 65:15).
9. Исайя 65:16, 17 зэритымкІэ, дауэ Иеговэ ди гугъуехьхэр зэрыІуихынур?
9 Дэ гупсэхугъуэ диІэщ икІи лъэ быдэкІэ дыщытщ. Исайя 65:14 итщ духовнэ жэнэтым къыхыхьэну хуэмейхэр я гуузым игъэкІиину икІи ягу иудам игъэщэІуну. Нобэ Алыхьым и лэжьакІуэхэри гугъу йохь. Ар апхуэдэу щытщ, ауэ дэ дощІэ гугъуехьхэр зэрыщымыІэжынур икІи ахэр зэрытщыгъупщэжынур. (Къеджэ Исайя 65:16, 17.) Иеговэ узу хъуар зэрыІуихынум нэмыщІ, ахэр дигу къэмыкІыжыххэну ищІынущ.
10. Къуэш, шыпхъухэм уахэтыну уигу щІрихьыр сыт? (Сурэтми феплъ.)
10 Нобэ зэІущІэхэм дыкъыщыкІуэм деж гугъуехьхэмрэ дызыгъэгузавэхэмрэ зэманкІэ тщогъупщэ. Абыхэм дэ зыщыдогъэпсэху икІи ди гур къыщызэрогъуэтыж. Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр — фІылъагъуныгъэр, гуфІэгъуэр, гузэгъэгъуэр, фІыгъуэр, фІы щІэныр — дгъэлъагъуэмэ, зэхуэсым мамырыгъэ илъынущ (Гал. 5:22, 23). Сыту насыпышхуэ Алыхьым и организацэм ухэтыну! Духовнэ жэнэтыр къэзымыгъанэхэм ялъагъунущ Иеговэ «уафэщІэри щІылъэщІэри» зэриухуэнур.
11. Исайя 65:18, 19 зэритымкІэ, сыт дэ духовнэ жэнэтым щызыхэтщІэр?
11 Дэ гуфІэгъуэмрэ фІыщІэмрэ ди гум илъщ. Исайя иджыри къыдгурегъаІуэ духовнэ жэнэтым щхьэкІэ дыщІэгуфІэн щхьэусыгъуэ куэд дызэриІэр. А жэнэтыр зыухуар Иеговэщ. (Къеджэ Исайя 65:18, 19.) Аращи, гъэщІэгъуэнкъым Иеговэ цІыхухэм зэрадэІэпыкъур пшахъуэщІ къырым хуэдэ дунеижьым къыхэкІыу духовнэ жэнэтым къыхыхьэну. Духовнэ жэнэтыр жыг гъэгъа дахэхэр зэрыт хадэм хуэдэщ. Аращ дэ абы адрейхэри къедгъэблэгъэну дыщІыхуейр (Иер. 31:12).
12. Иеговэ къытхуищІэну фІыгъуэхэм щыщу Исайя 65:20—24 итхэм сыт хуэдэра псом хуэмыдэу нэхъ уигу ирихьыр икІи сыт щхьэкІэ?
12 Духовнэ жэнэтым щыпсэухэм я гум фІыщІэ илъыну икІи гуфІэгъуэ яІэну иджыри зы щхьэусыгъуэ яІэщ — ар дунеищІэ дахэр къызэрыкІуэнуращ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэ сыт хуэдэ гъащІэ абы щыгъуэ щыІэнуми! Библием дыкъегъэгугъэ: «Махуэ бжыгъэ фІэкІ мыхъу сабийхэмрэ гъащІэкІэ зызымыгъэнщІа зи ныбжь хэкІуэтахэмрэ афІэкІа лІэнукъым. [...] ЦІыхухэм унэхэр яухуэнущ икІи абыхэм щыпсэунущ, жызум хадэхэри хасэнущ икІи абыхэм къыпыкІэхэри яшхынущ». Дэ ди «лэжьыгъэм мыхьэнэ имыІэу щытынукъым», сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ и нэфІ къытщыхуэнущ. Дэ абы дыкъегъэгугъэ шынагъэ щымыІэу, дынасыпыфІэу икІи ди гъащІэм мыхьэнэ иІэу дыпсэуну. ДемылъэІу щІыкІэ ар дызыхуейм щыгъуазэу щытынущ икІи абы «псэ зыІут псоми зыхуэныкъуэр яхуищІэнущ» (Ис. 65:20—24; Пс. 145:16).
13. Исайя 65:25 зэритымкІэ, цІыхухэм я гъащІэм дапхуэдэу зызэрихъуэжыр, Иеговэ хуэлэжьэн щІадза иужь?
13 Дэ мамырыгъэ тхэлъщ икІи дышынэкъым. Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ куэдым захъуэжыфащ. Япэм ахэр гущІэгъуншэу, хьэкІэкхъуэкІэ хьэщхьэрыІуэм хуэдэу е пцІыІуэ-пцІышэу щытахэщ. (Къеджэ Исайя 65:25.) Ауэ а хьэл мыхъумыщІэхэр абыхэм зыханыфащ (Рим 12:2; Еф. 4:22—24). ДауикІ, дэ гуэныхь зыхэлъ цІыхуу дыщытщ икІи щыуагъэ щытщІи къохъу. Ауэ дызэрызэмыщхьым емылъытауэ, Иеговэ псори лъагъуныгъэрэ мамырыгъэкІэ зэкъуэт дищІащ (Тит 2:11). Псори зыхузэфІэкІ ди Алыхьыращ апхуэдэ телъыджэ зи къарур!
14. Ди къуэшым и гъащІэм дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэр Исайя 65:25 ит псалъэхэр къызэрыхъур?
14 Пэж дыдэу, цІыхум и дуней тетыкІэр ихъуэжыфыну пІэрэ? Зы щІалэ гуэрым и щапхъэм деплъынщ. А щІалэр губжьыгъуафІэт, яхуэубыдтэкъым икІи илъэс 20-м щынэблэгъам ар мызэ-мытІэу лъэхъуэщым ихуауэ щытащ. Абы машинэхэр ирихужьэт, унэхэр ихъунщІэт, нэгъуэщІ щІэпхъаджагъэ куэди илэжьт. Ар сытым дежи фыщІакІуэ-бэнакІуэхэм хэтт. Зэман дэкІри, абы Библием ит пэжыр къищІащ икІи Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэхуэсхэм кІуэуэ щІидзащ. Духовнэ жэнэтым щихьам, абы къыгурыІуащ ущІэпсэун щхьэусыгъуэ зэрыщыІэр. Псым зыщІигъэуа иужь ар щІэх-щІэхыурэ егупсыст Исайя 65:25 зэритым хуэдэу и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр къызэрыхыхьам. А щІалэр аслъэн губжьам хуэдэу щытами, иджы ар щынэ ІэрыпІ цІыкІум ещхь хъуащ.
15. Ди организацэм зэрыхъукІэ цІыху нэхъыбэ къекІуэлІэну дыщІыхуейр сыт икІи дауэ дэ абыхэм дазэрыдэІэпыкъуфынур?
15 Исайя 65:13 мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ къыщІедзэ: «Зиусхьэн Иеговэ мыпхуэдэу жеІэ». А псалъащхьэ дыдэм 25-нэ едзыгъуэм и кІэм деж мыпхуэдэу итщ: «ЖеІэ Иеговэ». Ди Алыхьым жиІахэр сытым щыгъуи къохъу (Ис. 55:10, 11). Духовнэ жэнэтыр къэунэхуакІэщ. Иеговэ зыми хуэмыдэ лъэпкъ къызэригъэпэщащ. Ди къуэш, ди шыпхъухэм дащыхэтым деж зыми дыщышынэкъым, мамырыгъи ди гум илъщ. Мы дунейр егъэлеяуэ зэрызохьэ, ауэ дэ жэнэтым дис хуэдэщ (Пс. 72:7). Аращ дэ ди организацэм зэрыхъукІэ цІыху нэхъыбэ къекІуэлІэну дыщІыхуейр. Абы щхьэкІэ Хьисэ и лъэужь иувэнухэр дгъэхьэзырын хуейщ (Мт. 28:19, 20).
СЫТ ДЭ ТЩІЭ ХЪУНУР, АДРЕЙХЭРИ ДУХОВНЭ ЖЭНЭТЫМ КЪЭКІУЭНУ ХУЕИН ЩХЬЭКІЭ?
16. ЦІыхухэм гукъыдэж яІэ щІэхъур сыт духовнэ жэнэтым ихьэну?
16 Адрей цІыхухэр духовнэ жэнэтым къэкІуэну хуеин щхьэкІэ, дэ тщыщ дэтхэнэ зыми куэд хуэщІэнущ. Абы щхьэкІэ дэ Иеговэ щапхъэ тетхын хуейщ. Абы цІыхухэр къарукІэкъым, атІэ щабагъэкІэщ зэрызришалІэр (Иер. 31:3; Ин. 6:44). Иеговэ зэры-Алыхь щабэр къащІа иужь, зигу къабзэ цІыхухэр езыр-езыру абы и деж къэкІуэну хуейуэ мэхъу. Сыт хуэдэ хьэл-щэн икІи щытыкІэ диІэн хуейр, а жэнэтым адрейхэр къэкІуэну хуеин щхьэкІэ?
17. Ди зэІущІэхэм къакІуэ цІыхухэм сыт ялъагъур?
17 Япэ дыдэу цІыхухэр ди зэІущІэхэм къэкІуа нэужь, абыхэм гу лъатэ дэ лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ тхэлъу дызэрызэхущытым. Сыт абыхэм зыхащІэр? Дэ дыхуейщ пасэ зэманым щыІа Коринф къалэм дэсахэм жаІа псалъэхэм хуэдэ абыхэми жаІэну: «ИпэжыпІэкІэ Тхьэр фи гъусэщ» (1 Кор. 14:24, 25; Зах. 8:23). Аращи, «фызэгурыІуэ» жиІэу Библием ит чэнджэщым адэкІи дытетынщ (1 Фес. 5:13).
18. Алыхьым и организацэм цІыхухэр къыхыхьэну щІыхуейр сыт?
18 Дэ ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ и нэкІэ деплъын хуейщ. Абы къыхэкІкІэ дэ гулъытэ зыхуэтщІын хуейр абыхэм я ныкъусанхэракъым, атІэ я хьэл-щэныфІхэращ. ДунеищІэм абыхэм ныкъусан лъэпкъ яхэлъыжынукъым. ДауикІ, дэ дыщызэгурымыІуи къохъу, ауэ «зыр зым фІыуэ хущрет, гущІэгъу зэхуэфщІ икІи зым адрейм хуэвгъэгъу» жыхуиІэ псалъэхэм дытету дызэрызэгурыІуэным иужь дитщ (Еф. 4:32). Апхуэдэ зэхущытыкІэм лъагъуныгъэрэ щабагъэрэ хуэныкъуэ цІыхухэр кърешалІэ b.
ДУХОВНЭ ЖЭНЭТЫР ЗЭИ КЪЫУМЫГЪАНЭ
19. 1) Духовнэ жэнэтым къэзыгъэзэжхэм сыт зыхащІэр? (« Абыхэм духовнэ жэнэтым къагъэзэжащ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) 2) Дауэ дэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур, духовнэ жэнэтыр дызэриІэр фІыщІэ зэрытщІыр? (Сурэтми феплъ.)
19 Дэ хуабжьу дигу ирохь духовнэ жэнэтым дыщыпсэуну! Ар махуэ къэс нэхъ дахэ мэхъу икІи Иеговэ зыгъэлъэпІэну хуей цІыхухэр нэхъыбэ хъуурэ макІуэ. Дэ сытым дежи Иеговэ фІыщІэ хуэтщІынущ а тыгъэ лъапІэм щхьэкІэ. А духовнэ жэнэтым дэ щызыхыдощІэ насып, гуфІэгъуэ, мамырыгъэ икІи абы дэ зыми дигъэшынэкъым. Ар зэи къэдгъэнэн хуейкъым. Ауэ дэ хуабжьу дысакъын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ШейтІаныр хущІокъу а жэнэтым дыкъришыну (1 Пет. 5:8; Апок. 12:9). Дэ абы зыкъедгъэгъэпцІэн хуейкъым. А жэнэтым илъ дахагъэр, къабзагъэр, мамырыгъэр адэкІи тхъумэнщ.
СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?
-
Духовнэ жэнэтыр зищІысыр сыт?
-
Духовнэ жэнэтым дыщыІэну дигу щІрихьыр сыт?
-
Сыт дэ тщІэ хъунур, адрейхэри духовнэ жэнэтым къэкІуэну хуеин щхьэкІэ?
144-НЭ УЭРЭДЫР ГугъапІэм уи нэр тегъэт!
a ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Духовнэ жэнэтыр — ар зыми емыщхьу Иеговэ дыщыхуэлажьэ организацэм щекІуэкІ зэхущытыкІэращ. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ мамырыгъэм икІи къуэш, шыпхъухэр фІыуэ дызэрызэхущытым дэ гуфІэгъуэ къытхуехь. Ар жэнэтым ебгъэщхь хъунущ.
b «Как сложилась их жизнь? Алена Житникова. Сбылась моя мечта» жыхуиІэ видеом jw.org сайтым фыщеплъ. Фэ къэфщІэнущ ди шыпхъум духовнэ жэнэтыр лъапІэу щІилъытэр.
c СУРЭТЫМ ИТЫР. ЗэІущІэм къэкІуахэр псори зэдоуэршэр, ауэ зы къуэшыр щхьэхуэу тІысащ, зыми епсэлъэну хуэмейуэ.