ЗЭПКЪРЫПХ ХЪУНУ ТЕМЭР
Иеговэ и еплъыкІэр лъапІэу зылъытэ цІыхум Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къещтэ
ЩІэдзапІэ 25:29—34 къеджи къащІэ, Эсаурэ Екъубрэ сыт хуэдэ унафэ къащтами. А тІум хэт Іущагъ зыгъэлъэгъуар?
Контекстым нэхъ куууэ хэплъэ. Сыт ипэкІэ къэхъуар? (ЩІэдз. 25:20—28). Сыт иужькІэ къэхъуар? (ЩІэдз. 27:1—46).
Куууэ зэпкърых. А зэманым сыт хуэдэ хуитыныгъэрэ къалэнрэ щыпэлъхум иІа? (ЩІэдз. 18:18, 19; w10 1/5 13).
-
Мэссихьыр къызыхэкІа лъэпкъ къудамэм хэтхэр псори Іэмал имыІэу щыпэлъхуу щытын хуейт? (w17.12 14—15).
КъэфщІам фегупсыс икІи фи гъащІэм къыщывгъэсэбэп. Сыт щыпэлъхум теухуауэ Эсаурэ Екъубрэ я еплъыкІэр щІызэтемыхуэтэр? (Евр. 12:16, 17; w03 15/10 28—29). Дапхуэдэу Иеговэ а зэкъуэшитІым зэрыхущытар икІи сыт щхьэкІэ? (Мал. 1:2, 3). Эсау унафэ тэмэм къищтэн щхьэкІэ сытыт ищІэн хуейр?
-
Мыпхуэдэу фызэупщІыж: «Иеговэ къызит щІэныгъэр лъапІэу слъытэу пІэрэ? Псалъэм папщІэ, тхьэмахуэ къэс унагъуэм и гъусэу Библиер зджыну зэман хэсхрэ?»