Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

Сыщыкъарууншэм деж Алыхьым къарууфІэ сещІ

Сыщыкъарууншэм деж Алыхьым къарууфІэ сещІ

1985-НЭ ГЪЭМ си щхьэгъусэмрэ сэрэ Колумбием дагъэкІуащ. А щІыпІэм егъэлеяуэ щІэпхъаджагъэ щекІуэкІт. Къэрал унафэщІхэми абы зыри яхуещІэтэкъым. Къалэхэм наркокартель жыхуаІэхэр щытепщэт, бгыхэм ІэщэкІэ зэщІэузэда повстанецхэр щыІэт. ИужькІэ дыздагъэкІуа Медельи́на къалэм и уэрамхэм ІэщэкІэ зэщІэузэда ныбжьыщІэхэр дэтт. Абыхэм наркотик ящэт, цІыху ирагъэукІт икІи ахэр рэкету дэтт. Ахэр а Іуэхугъуэхэм есэжахэт. Апхуэдэ гъащІэ езыхьэкІхэм я нэхъыбэр ныбжьыщІэу лІэрт. Дэ нэгъуэщІ дуней дыкъыщыхутам хуэдэт.

Дапхуэдэу дэ Финляндием дыкъикІыу Ипщэ Америкэм дыкъызэрыщыхутар? Иеговэ и лэжьыгъэм илъэс куэдкІэ сызэрыхэтам сытым сыхуригъэса?

СЭ СИ САБИИГЪУЭМРЭ ЩІАЛЭГЪУЭМРЭ ФИНЛЯНДИЕМ ЩЕСХЬЭКІАЩ

Сэ 1955-нэ гъэм сыкъалъхуащ, ди унагъуэм щІалэ цІыкІуищым сэ сынэхъыщІэт. Дэ Финляндием ипщэ лъэныкъуэмкІэ дыкъыщыхъуащ, иджыпсту ар Ва́нтаа къалэр здэщыІэ щІыпІэращ.

Сэ сыкъалъхуным илъэс зыбжанэ иІэу си анэр Иеговэ и Щыхьэт хъуащ. Ауэ си адэм ар ифІэфІтэкъыми, пэщІэувэрт. Ди анэм Библием дригъэджэну икІи зэІущІэхэм дишэну ди адэм идэтэкъым. Абы щхьэкІэ ди адэр унэм щыщІэмысым деж, мамэ пэжым дыхуригъаджэт.

Илъэсибл сыщыхъум сэ Иеговэ и лъэныкъуэр быдэу сыубыдащ

Иджыри сысабийуэ мурад быдэ сщІат Иеговэ жиІэм седэІуэну. Сэ илъэсибл сыхъуу арат, школым ве́рилятют (лъым къыхэщІыкІа блинчик) сагъэшхыну сыщыхагъэзыхьам щыгъуэ. Ар яхуэсшхтэкъыми, ди егъэджакІуэр къэгубжьри залымыгъэкІэ сигъэшхыну хэтащ. Зы Іэ лъэныкъуэмкІэ абы си жьэр зэтритхът, адрей Іэ лъэныкъуэмкІэ гуахъуэм фІэлъу блинчикыр къызэрызжьэдилъхьэным хуэдэу хьэзыру иІыгът. Ауэ сэ абы гуахъуэр ІэщІэзудащ.

Сэ илъэс 12 сыщыхъум, си адэр лІэри, зэІущІэхэм сыкІуэну Іэмал сиІэ хъуащ. Зэхуэсым щыщ къуэшхэм къысхуащІ гулъытэм сыхуигъэушащ Иеговэ нэхъ гъунэгъу зыхуэсщІыну. Сэ махуэ къэс Библием седжэт икІи ди тхыгъэхэр куууэ зэпкърысхт. Абы и фІыгъэкІэ сэ псым зыщІэзгъэуэну гукъыдэж сиІэ хъуащ. Сэ 1969-нэ гъэм, августым и 8-м, илъэс 14 сыхъуу, Иеговэ и Щыхьэт сыхъуащ.

Школыр къэзуха иужь куэд дэмыкІыу сэ общэ пионер лэжьыгъэр къэсщтащ икІи тхьэмахуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкІыу хъыбарыфІ гъэІунымкІэ дэІэпыкъуэгъу зыхуэныкъуэ щІыпІэ пхырыдзам сыкІуащ. Сэ сыздэкІуар Пи́елавеси жыхуаІэу Финляндием и щІыпІэ пхыдзарат.

Пиелавеси сыщыІэу сэ Си́рккэ къэсцІыхуащ. Сэ занщІэу гу лъыстащ абы Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэ куумрэ Іэдэбагъ хэлъымрэ. Ар мылъку зэхуэхьэсыным хущІэкъутэкъым икІи цІыху пагэу щыттэкъым. Дэ тІури дыхьэзырт дэнэ дамыгъэкІуами, сыт хуэдэ къалэн къыдамытами, Иеговэ и лэжьыгъэм ди къарууэ хъуар етхьэлІэну. 1974-нэ гъэм, мартым и 23-м, дэ дызэрышащ. Дэ нэгу зегъэужьакІуэ дыкІуэ нэхърэ, хъыбарыфІыр нэхъыбэу щыгъэІун хуей Ка́рттула къалэм занщІэу дыІэпхъуэмэ нэхъ къэтщтащ.

Карттула (Финляндие) фэтэру дыздыщІэса унэр

ИЕГОВЭ И НЭІЭ КЪЫТТРИГЪЭТТ

Си къуэшым къытхуигъэна машинэр

ХьэгъуэлІыгъуэ нэужьым Иеговэ дигъэлъэгъуащ и Іуэхум япэ увыпІэр еттмэ, гъащІэм дызыхуэныкъуэу хъуар къызэрыдитынур (Мт. 6:33). Псалъэм папщІэ, Карттула дыщыщыІэм машинэ диІэтэкъыми, япэщІыкІэ дэ велосипедкІэ дызекІуэт. А щІыпІэм щІымахуэхэр уает. Ди зэхуэсым къызэщІиубыдэ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр щыдгъэІун щхьэкІэ, дэ машинэ дыхуэныкъуэт, ауэ ар къызэрытщэхун ахъшэ диІэтэкъым.

Дыщымыгугъыххэу зы махуэ гуэрым си къуэш нэхъыжьыр ди деж къакІуэри и машинэр къытхуигъэнащ. Абы страховкэ уасэри итакІэт. Дэ бензин тІэкІу идгъэхъуэжын хуейуэ арат. Арати, апхуэдэ щІыкІэкІэ машинэ диІэ хъуащ.

Апхуэдэу Иеговэ дигъэлъэгъуащ дызыхуэныкъуэ псор къызэрытхуищІэнур. Дэ къытхуэнэжыр — Алыхьым и лэжьыгъэр дгъэзэщІэнырат.

ГАЛААД ШКОЛЫР

Школа пионерского служения жыхуаІэм сыщыІэу. 1978-нэ гъэ

1978-нэ гъэм пионерхэр щеджэ школым дыщыщІэсым, егъэджакІуэ Ра́ймо Куо́кканен a дыхуигъэушащ Галаад Школым дыкърагъэблэгъэну заявленэ ттхыну. Арати, дэ английскэбзэ зэдгъащІэу щІэддзащ. 1980 гъэм, анкетэ дымытх щІыкІэ, Финляндием щыІэ филиалым дыщылэжьэну дыкърагъэблэгъащ. А зэманым Вефилым щылажьэхэр Галаад Школым кърагъэблагъэтэкъым. Дэнэ сэбэп нэхъ дыщыхъунуми Иеговэ къыхырырех жытІэри, абы и ІэмыщІэ Іуэхур итлъхьащ. Абы ипкъ иткІэ дэ Вефилым дыкІуащ. Ауэ дэ английскэбзэр дджын къэдгъэнакъым, хэт ищІэрэ зэгуэр Галаад дыкърагъэблагъэ хъумэ жытІэри.

Илъэс зыбжанэ дэкІри, УнафэщІ гупым Вефилым щылажьэхэр Галаадым щеджэну хуит ищІати, дэ занщІэу анкетэ ттхащ. Дэ Вефилым дыщылэжьэну дигу иримыхьу аратэкъым — ар хуабжьу дигу ирихьт! Ауэ дыхуейт Иеговэ нэхъыбэу дыкъыщигъэсэбэпыфын лэжьыгъэм дыхэтыну. Арати, Галаадым и 79-нэ классым дыкърагъэблэгъащ. 1985-нэ гъэм, сентябрь мазэм, а Школыр къэдухащ икІи Колумбием дагъэкІуащ.

ЯПЭУ МИССИОНЕР ЛЭЖЬЫГЪЭМ ЩЫЩІЭДДЗАР

Дэ япэщІыкІэ Колумбием щыІэ Вефилым дыщылэжьащ. Сэ слъэкІыу хъуар сщІэт, ауэ илъэс дылэжьа иужь къуэшхэм селъэІуащ нэгъуэщІ лэжьыгъэ къызатыну. Си гъащІэм къриубыдэу а зэращ апхуэдэ лъэІукІэ къуэшхэм защыхуэзгъэзар. Арати, Уи́л жыхуаІэ департаментым щыІэ нэхъ къалэшхуэ дыдэ Не́йва дэ миссионеру дагъэкІуащ.

Сэ сытым дежи хъыбарыфІ гъэІуныр сигу ирихьт. Сэ пионер лэжьыгъэр къэсщтауэ Финляндием сыщыщыІэм щыгъуэ, пщэдджыжьым щыщІэдзауэ пщыхьэщхьэр хэкІуэтэху хъыбарыфІыр щызгъэІу къэхъут. Сирккэрэ сэрэ дызэрыша иужьи махуэ псом хъыбарыфІыр дгъэІут. Дэ гъуэгуанэ жыжьэ дыщытеувэм деж, машинэ кІуэцІым дыщыжейти, къыкІэлъыкІуэ махуэм гъуэгум зэман тедмыгъэкІуадэу пщэдджыжьым занщІэу лэжьыгъэм дыпэрыувэфт.

Дэ пионеру дыщылажьэм щыгъуэ ди гум илъа мафІэр миссионер лэжьыгъэм къызэщІигъэплъэжащ. Ди зэхуэсыр хэхъуэт икІи къуэш, шыпхъухэм лъагъуныгъэрэ пщІэрэ якум дэлът, ягуми фІыщІэ илът.

ТХЬЭЛЪЭІУМ И КЪАРУР

Нейва и гъунэгъу къалэхэм Иеговэ и Щыхьэт зыри щыпсэутэкъым. А щІыпІэм щыпсэухэм дауэ пІэрэ хъыбарыфІыр зэрызэхахынур жысІэу сыгузавэт. Партизанхэм я зэранкІэ а щІыпІэхэм укІуэну шынагъуэт. Сэ Алыхьым селъэІут а къалэхэм щыпсэу гуэрым пэжыр къищІэну. Сэ хуабжьу сыщыгугът Нейва апхуэдэ цІыху къыдэкІыну — фІэщхъуныгъэ быдэ зригъэгъуэту, псым зыщІигъауэу и щІыпІэм хъыбарыфІыр игъэІуну игъэзэжыну. Сэ Иеговэ сыщІелъэІур арат, ауэ къызэрыщІэкІамкІэ Алыхьым и мурадыр нэхъыфІыжт.

Куэд дэмыкІыу Ферна́ндо Гонса́лес и цІэу зы щІалэ гуэрым и гъусэу Библие джын щІэздзащ. Ар Иеговэ и Щыхьэтхэр здэщымыІэ къалэхэм ящыщ зым, Альхеси́рас жыхуаІэм, щыпсэут. Фернандо щылажьэр Нейва къалэрати, абы кІуэн щхьэкІэ километр 50 зэпичт. Библие джыным абы фІы дыдэу зыхуигъэхьэзыру икІи зэІущІэхэм псоми занщІэу кІуэуэ щІидзат. Фернандо еджэн зэрыщІидзэу и къалэм щыпсэу цІыхухэр зэхуишэсурэ къищІам хуригъаджэу щІидзащ.

1993-нэ гъэм, Фернандо ди гъусэу

1990-нэ гъэм, январым, Фернандо псым зыщІигъэуащ, еджэн зэрыщІидзэрэ илъэс ныкъуэ фІэкІа дэмыкІауэ. ИужькІэ абы общэ пионер лэжьыгъэр къищтащ. Иджы Альхесирас къалэм щыщу Иеговэ и Щыхьэт зэрыщыІэм къыхэкІкІэ, а щІыпІэр апхуэдэу шынагъуэжтэкъыми, филиалым абы спецпионерхэр игъэкІуащ. 1992-нэ гъэм февралым абы зэхуэс къыщыунэхуащ.

Фернандо езым и къалэ закъуэратэкъым хъыбарыфІыр щигъэІур. Абы къиша иужь и щхьэгъусэ Ольгэ и гъусэу Иеговэ и Щыхьэт здэщымыІэ Сан-Висе́нте-дель-Кагуа́н кІуащ. А щІыпІэм зэІущІэ къыщызэрагъэпэщыну а тІур дэІэпыкъуэгъу хъуащ. 2002-нэ гъэм Фернандо районым и нэхъыжь ящІащ икІи нобэр къыздэсым а тІур а лэжьыгъэм хэтщ.

Фернандо и щапхъэм сэ куэдым сыхуигъэсащ. Сэ къызгурыІуащ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэбгъэзэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр, ди тхьэлъэІухэри пыухыкІауэ зэрыщытын хуейр. Дэ тхузэфІэмыкІыр Иеговэ хузэфІэкІынущ. КІэщІу жыпІэмэ, гъавэр зейр дэракъым, атІэ Иеговэщ (Мт. 9:38).

«ЕЗЫМ ИГЪУЭУ ИЛЪЫТЭ ІУЭХУХЭМ ДАХУЕИНУИ ДЛЭЖЬЫНУИ ЛЪЭКІЫНЫГЪЭ КЪЫДЭЗЫТЫР» ИЕГОВЭЩ

1990-нэ гъэм районнэ лэжьыгъэм дыхэтыну къытхуагъэфэщащ. Япэу дыздагъэкІуар Богота́ къалащхьэращ. Дэ дышынэт а къалэныр тхуэмыгъэзэщІэнкІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дыцІыху къызэрыгуэкІт, зэфІэкІ бэлыхьи диІэтэкъым. Дэ цІыху куэд здэщыІэ щІыпІэ дыщыпсэууэ десатэкъым. Ауэ Филиппи 2:13 итщ: «Езым игъуэу илъытэ Іуэхухэм фахуеинуи влэжьынуи лъэкІыныгъэ къывэзытыр Тхьэращ». А псалъэхэр къызэрыхъур дэ ди нэкІэ тлъэгъуащ.

ИпэІуэкІэ зи гугъу сщІауэ щыта Медельин къалэм иджы дэ дыщылэжьэн хуейт. Абы дэс цІыхухэр абы щекІуэкІ щІэпхъаджагъэм апхуэдизкІэ есэжати, зыуи кърадзэжтэкъым. Зэгуэр Библие джыныр езгъэкІуэкІыу, дызыщІэс унэм и гъунэгъуу ІэщэкІэ зэхэуэу щІадзащ. Сэ щІым зездзыхыу сыгъуэлъыну сыхьэзырт, ауэ езгъаджэм и набдзи хъеякъым, къеджэнри зэпигъэуакъым. Абы еджэн иухри «къысхуэгъэгъу» жери унэм щІэкІащ. Зэман тІэкІу дэкІри, абы къигъэзэжащ, и къуэ цІыкІуитІыр и гъусэу. Абы зыуи къримыдзэу: «Къысхуэгъэгъу, ауэ мы тІур къыщІэзмыхуэжу хъунутэкъым», — жиІащ.

Дэ нэгъуэщІ Іуэху шынагъуэхэми дыпэщІэхуэт. Зэгуэр дэ унэ-унэкІэрэ хъыбарыфІыр дгъэІуу Сирккэ и фэр пыкІауэ къызбгъэдэлъэдащ. «ФочкІэ зыгуэр къызэуэри къыстехуэ пэтащ», — жиІащ абы. Абы жиІам си щхъуэфэцым зригъэІэтащ. Ауэ дэ иужькІэ Іуэхур зыІутар къэтщІащ: фочыр зытрагъэпщар нэгъуэщІ цІыхут — Сирккэ абы и гъунэгъуу щытауэ арат.

Зэман дэкІри, абы къыщекІуэкІ гъащІэм десэжащ. А щІыпІэм щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэр Іуэхугъуэ нэхъ Іеижхэм пэщІэхуэт икІи абыхэм ягъэлъагъуэ лІыгъэм дэ дигъэгушхуэт. Дэ дегупсыст: Иеговэ абыхэм щадэІэпыкъукІэ, дэри къыддэІэпыкъунущ. Дэ сытым дежи а щІыпІэм щыІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я чэнджэщхэм дытетт, дысакъыу дыщытт икІи псори Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьэт.

ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ Іуэхугъуэ дыхьэшхэн гуэрхэри къэхъут. Псалъэм папщІэ, сэ зэгуэр уэрамымкІэ зэрыгъэкІий макъ зэхэсхащ. Сэ си гугъащ цІыхубзитІ зэщыхьауэ. Сэ зыкІи сыхуейтэкъым абыхэм сахэплъэну, ауэ унэр зей цІыхубзым сыхигъэзыхьащ сыщІэкІыу сеплъыну. КъызэрыщІэкІамкІэ, попугаитІым зэгъунэгъу цІыхубзитІыр зэрызэдауэм зыпащІыжу арат.

КЪАЛЭНЫЩІЭ КЪЫДАТ, ГУГЪУЕХЬ НЭГЪУЭЩІХЭМИ ДЫПЭЩІОХУЭ

1997-нэ гъэм сэ Школа усовершенствования служения b жыхуаІэм егъэджакІуэу сагъэкІуащ. Сэ сыт щыгъуи сигу ирихьт организацэм иригъэкІуэкІ школхэм сыщеджэну, ауэ зэи си гугъэнтэкъым абы егъэджакІуэу сагъэкІуэну.

Зэман дэкІри, областым и нэхъыжьу сыщытыну къалэн къызатащ. А къалэныр щыІуахыжам, районнэ лэжьыгъэм сыпэрыувэжащ. Аращи, сэ егъэджакІуэу сызэрыщытрэ икІи районнэ лэжьыгъэм сызэрыхэтрэ зэхэплъхьэжмэ илъэс 30-м щІегъу. А зэманым къриубыдэу сэ Иеговэ фІыгъуэ куэд сигъэлъэгъуащ. Ауэ си гъуэгур гугъуехьыншэу щытауэ жыпІэ хъунукъым. Сыт зи гугъу сщІыр?

Сэ сыкъикІуэтыну си хьэлкъым, теубыдагъи схэлъщ. Абы и фІыгъэкІэ сэ гугъуехьхэм сыполъэщыф. Ауэ зэхуэсхэр езгъэфІэкІуэн щхьэкІэ чэнджэщ щыстхэм деж щезгъэлей къэхъут. Лъагъуныгъэрэ Іущагърэ ягъэлъэгъуэну къуэшхэр щыхэзгъэзыхь къэхъут. Ауэ хэту пІэрэт япэу лъагъуныгъэ зыгъэлъэгъуэн хуейр? Сэрат зыгъэлъэгъуэн хуейр (Рим 7:21—23).

Щыуагъэ сщІэхэм щхьэкІэ иныкъуэхэм деж си лъэр щыщІэху къэхъут (Рим 7:24). Зэгуэр сэ Иеговэ жесІат миссионер лэжьыгъэр къэзгъанэу Финляндием згъэзэжмэ си дежкІэ нэхъыфІу. А пщыхьэщхьэ дыдэм дэ зэхуэс диІэти, Иеговэ абы къыщызгуригъэІуащ сыздэщыІэм сыщыІэн зэрыхуейр икІи си хьэл-щэнхэм селэжьын зэрыхуейр. Сэ хуабжьу си гум лъэІэсащ Иеговэ гурыІуэгъуэу жэуап къызэрызитар икІи ар иджыри къыздэсым сощІэж. Сэ Иеговэ фІыщІэшхуэ хузощІ а илъэсхэм шыІэныгъэрэ гуапагъэрэ хэлъу си ныкъусанхэм селэжьыну къызэрыздэІэпыкъуам щхьэкІэ.

ТЕУБЫДАГЪЭ СИІЭУ КЪЭКІУЭНУ ЗЭМАНЫМ СЫПОПЛЪЭ

ПсалъэкІэ пхужыІэнкъым дэ Иеговэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыр, ди гъащІэм и нэхъыбэр полновременнэ лэжьыгъэм дыхэту зэрытхьам щхьэкІэ. Иджыри сэ Иеговэ зэпымыууэ фІыщІэ хузощІ а илъэсхэм щІэгъэкъуэн къысхуэхъуа, лъагъуныгъэшхуэ зыхэлъ си щхьэгъусэм щхьэкІэ.

Сэ куэд дэмыкІыу илъэс 70 сыхъунурэ афІэкІа егъэджакІуэу икІи районым и нэхъыжьу сыщытыжыфынукъым. Ауэ абы щхьэкІэ сэ сыгузавэкъым икІи шэч къытесхьэкъым: Иеговэ дежкІэ нэхъ мыхьэнэ зиІэр ди зэфІэкІыр здынэсыр тщІэжу, ди гум къыбгъэдэкІыу и лэжьыгъэм дыхэтыныращ. Абы и гуапэщ дэ лъагъуныгъэрэ фІыщІэрэ ди гум зэрилъыр илъагъуну (Мих. 6:8; Мк. 12:32—34). Иеговэ бгъэлъэпІэн щхьэкІэ Іэмал имыІэу пщІэ зыпылъ къалэн уиІэн хуейкъым.

Си гъащІэм сыхэплъэжмэ, сэ къызгуроІуэ пщІэ зыпылъ къалэнхэр къыщІызатар адрейхэм нэхърэ сынэхъыфІу, нэхъ схуэфащэу, зэфІэкІ бэлыхьи нэхъ сиІэу арауэ эзрыщымытыр. Си ныкъусанхэм щхьэкІэ къэмынэу Иеговэ и нэфІ къысщыхуэри а къалэнхэр къысхуигъэфэщащ. Сэ сощІэ Иеговэ къыздэмыІэпыкъуу щытамэ, а къалэнхэр зэрысхуэмыгъэзэщІэнутэр. Сэ сыщыкъарууншэм деж Алыхьым къарууфІэ сещІ (2 Кор. 12:9).

a Раймо Куокканен и гъащІэм теухуауэ жиІэжыр 2006-нэ гъэм апрелым и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Полны решимости служить Иегове» жыхуиІэ статьям итщ.

b Иджыпсту Школа благовестников Царства жыхуэтІэращ.