Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

16 СТАТЬЯР

64-НЭ УЭРЭДЫР ДыгуфІэу гъавэр Іудохыж

ХъыбарыфІ гъэІуным дапхуэдэу гуфІэгъуэ нэхъыбэ зэрыхэтхыфынур?

ХъыбарыфІ гъэІуным дапхуэдэу гуфІэгъуэ нэхъыбэ зэрыхэтхыфынур?

«ГуфІэгъуэ фиІэу Иеговэ фыхуэлажьэ» (ПС. 100:2).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

ХъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ нэхъыбэ хэтхыну сыт къыддэІэпыкъунуми.

1. Языныкъуэхэм хъыбарыфІыр ягъэІуну сыт щІафІэмыфІыр? (Сурэтми феплъ.)

 ИЕГОВЭ и лэжьакІуэхэм уафэм щыІэ я Адэр фІыщэу ялъагъури, хуейщ абы теухуауэ нэгъуэщІхэм жраІэну. Къуэш, шыпхъу куэдым ягу ирохь хъыбарыфІыр ягъэІуну. Ауэ языныкъуэхэм абы гуфІэгъуэ къариткъым. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Хэти хуабжьу укІытэхщ икІи и зэфІэкІым шэч къытрехьэ. Хэти кърамыгъэблэгъауэ зыгуэрым и деж кІуэну и дзэр мэш. НэгъуэщІхэри мэшынэ цІыхухэр къемыдэІуэнкІэ е къахуэгубжьынкІэ. Иджыри языныкъуэхэр мэшынэ диным теухуауэ зэдэуэныгъэ къэхъункІэ. Зи гугъу тщІа а къуэш, шыпхъухэм Иеговэ фІыщэу ялъагъу, ауэ абыхэм я дежкІэ гугъущ Библием теухуауэ ямыцІыхухэм епсэлъэну. Дауэ щымытми, абыхэм къагуроІуэ а лэжьыгъэм мыхьэнэ зэриІэр, аращи, а лэжьыгъэм ахэр зэпымыууэ хэтщ. Иеговэ абыхэм икъукІэ иропагэ!

ХъыбарыфІыр вгъэІуну фигу ирихьрэ? (1 абзацым феплъ.)


2. ХъыбарыфІ гъэІуным зэкІэ гуфІэгъуэ хыумыхмэ, сыт ар уи гум щІэбгъэхьэн щІыхуэмейр?

2 Уэри хъыбарыфІ гъэІуным укІуэну ущыхуэмей къэхъурэ? Апхуэдэу къэхъумэ, уи гум щІумыгъэхьэ. Уэ тегушхуэгъуафІэу узэрыщымытым цІыху Іэдэбу узэрыщытыр къигъэлъагъуэу къыщІэкІынщ. Уэ зыгуэрым уедэуэну икІи гулъытэшхуэ зыхуебгъэщІыну пфІэфІкъыми аращ. ДауикІ, зыри хуейкъым зыгуэр къешхыдэну икІи къемыдэІуэну, псом хуэмыдэу фІы гуэр ищІэну щыхэтым деж. Уафэм щыІэ ди Адэм гугъуехь дызыпэщІэхуэхэр ещІэ икІи къыддэІэпыкъуну дыкъегъэгугъэ (Ис. 41:13). Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ зи гугъу тщІа гурыщІэхэм дытекІуэну икІи хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ хэтхыну къыддэІэпыкъуну чэнджэщитху.

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМКІЭ КЪАРУ ЗЭВГЪЭГЪУЭТ

3. Иеговэ и хъыбарымкІэ нэгъуэщІхэм дэгуэшэну сыт Иеремие къыдэІэпыкъуар?

3 Япэм щыгъуи Иеговэ и лэжьакІуэхэм къалэн гугъухэр щагъэзэщІэн хуей къэхъут. Дапхуэдэу ахэр а къалэнхэм зэрыпэлъэщар? Алыхьым и Псалъэм абыхэм къару къащІилъхьэт. Псалъэм папщІэ, бегъымбар Иеремие Иеговэ къыбгъэдэкІ хъыбарыр Израил лъэпкъым хуиІуэтэн хуейт. Ауэ Иеремие гузавэт, абы тегушхуэтэкъым. Абы жиІащ: «Сэ сыщІалэІуэщ, сызэрыпсэлъэнур сщІэкъым» (Иер. 1:6). А гурыщІэхэм текІуэну Иеремие сыт къыдэІэпыкъуар? Алыхьым и Псалъэращ. Иеремие жиІащ: «Абы и псалъэр си гум мафІэм хуэдэу илът икІи си къупщхьэхэм хэтт. Сэ ар сІыгъыурэ сешат икІи афІэкІа схуэшэчыжтэкъым» (Иер. 20:8, 9). ДауикІ, а щІыпІэм Иеговэ и хъыбарыр щыбгъэІуну тынштэкъым, ауэ а хъыбарым Иеремие къару къыщІилъхьэт.

4. Алыхьым и Псалъэм деджэу дызэджам дызэрегупсысыр сыткІэ сэбэп къытхуэхъурэ? (Колоссэ 1:9, 10).

4 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми Алыхьым и Псалъэм ит хъыбарым къару къащІилъхьэт. ЩІэныгъэ пэжым и фІыгъэкІэ къуэшхэм яІэну фІыгъуэхэм теухуауэ Паул Колоссэ къалэм щыІэхэм мыпхуэдэу яхуитхащ: «Зиусхьэным... фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ІуэхуфІ псоми фІыгъуэ къыдэкІуэнущ». (Къеджэ Колоссэ 1:9, 10.) А ІуэхуфІхэм ящыщ зыр — ар хъыбарыфІ гъэІуныращ. Алыхьым и Псалъэм деджэу дызэджам дыщегупсысым деж, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ хохъуэ икІи Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр цІыхухэм яжетІэн зэрыхуейр нэхъыфІыжу къыдгуроІуэ.

5. Сыт тщІэн хуейр, Библиер зэрыдджым сэбэпынагъ нэхъыбэ къытхуихьын щхьэкІэ?

5 Алыхьым и Псалъэм и купщІэр фІыуэ къывгурыІуэн щхьэкІэ, фымыпІащІэу, куууэ фегупсысурэ феджэн хуейщ. Фыщеджэм деж къывгурымыІуэ едзыгъуэ фрихьэлІэу щытмэ, абы фыблэмыкІ. «Индекс публикаций Сторожевой башни» е «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуаІэхэр къэвгъэсэбэпу а едзыгъуэр зэпкърыфх. ФымыпІащІэу Алыхьым и Псалъэр зэрывджыр къывдэІэпыкъунущ абы ит псори пэжу зэрыщытым шэч къытевмыхьэну (1 Фес. 5:21). Ар фэ нэхъыбэу фи фІэщ хъуху, Библием итымкІэ нэгъуэщІхэм фадэгуэшэну фиІэ гукъыдэжри хэхъуэнущ.

ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУНЫМ ФІЫУЭ ЗЫХУЭВГЪЭХЬЭЗЫР

6. ХъыбарыфІ гъэІуным фІыуэ зыхуэгъэхьэзырын щІыхуейр сыт?

6 Фэ хъыбарыфІ гъэІуным фІыуэ зыхуэвгъэхьэзырмэ, нэхъ мащІэу фыгузэвэнущ икІи псалъэмакъыр нэхъ тыншу екІуэкІынущ. ХъыбарыфІыр ягъэІуну игъэкІуэн ипэ, Хьисэ ІупщІу и гъэсэнхэм яжриІэт абыхэм сыт ящІэн хуейми (Лк. 10:1—11). Хьисэ зыхуригъэджар къызэрагъэсэбэпам и фІыгъэкІэ хъыбарыфІ гъэІуным фІыгъуэ куэд къыпэкІуати, абыхэм гуфІэгъуэшхуэ зыхащІащ (Лк. 10:17).

7. ХъыбарыфІ гъэІуным дапхуэдэу зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъунур? (Сурэтми феплъ.)

7 ХъыбарыфІ гъэІуным дапхуэдэу зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъунур? Сыт жыпІэнуми ар зэрыжыпІэну щІыкІэми егупсыс. Уи нэгу къыщІэбгъэхьэ хъунущ уи псалъэхэр цІыхухэм къазэрыщыхъункІэ хъунур. Абы иужь псалъэмакъым дапхуэдэу пыпщэ хъунуми егупсыс. Апхуэдэу зыбгъэхьэзыра иужь умыгузавэу, угуфІэу, гуапэу цІыхухэм уазэрепсэлъэным иужь ит.

ФІыуэ зывгъэхьэзыр (7-нэ абзацым феплъ.)


8. Апостол Паул Алыхьым и лэжьакІуэхэр ятІагъуэм къыхэщІыкІа хьэкъущыкъухэм щІригъэщхьар сыт?

8 Апостол Паул къуэш, шыпхъухэм яхуитхащ: «Мы мылъкушхуэр дэ, ятІагъуэм къыхэщІыкІа хьэкъущыкъухэм хуэдэхэм, ди гум илъ зэпытщ» (2 Кор. 4:7). А мылъкушхуэр зищІысыр сыт? Ар Иеговэ къытхуигъэфэща лэжьыгъэ лъапІэращ (2 Кор. 4:1). ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІумкІэ дэ цІыхухэм я гъащІэр къыдогъэл. Хэт-тІэ хъунур ятІагъуэм къыхэщІыкІа хьэкъущыкъухэм хуэдэхэр? Ар Иеговэ и лэжьакІуэхэращ. Паул Алыхьым и лэжьакІуэхэр ятІагъуэм къыхэщІыкІа хьэкъущыкъухэм щІригъэщхьар сыт? Абы и зэманым сатуущІэхэм ятІагъуэм къыхэщІыкІа хьэкъущыкъухэм илъу ерыскъы, шагъыр, ахъшэ, нэгъуэщІ хьэпшып лъапІэхэри кърашэкІт. Дэри уасэшхуэ зиІэ хъыбарыфІыр цІыхухэм яхудохь. А Іуэхур дэ Иеговэ дзыхь къытхуищІащ, ар зэрыдгъэзэщІэн къарури абы къыдет.

ЛІЫГЪЭ КЪЫФХЬИЛЪХЬЭНУ АЛЫХЬЫМ ФЕЛЪЭІУ

9. ЦІыхухэм депсэлъэну дыщышынэм деж сыт тщІэн хуейр? (Сурэтми феплъ.)

9 Дэ иныкъуэхэм деж цІыхухэм депсэлъэн дошынэ, абыхэм къыджаІэнумрэ къызэрытхущытынумрэ дыщегупсыскІэ. А шынэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур? Дигу къэдгъэкІыжынщ апостолхэр сыткІэ Алыхьым елъэІуами, абыхэм хъыбарыфІ гъэІуныр къыщыпаубыдам щыгъуэ. Абыхэм шынэм зыщІрамыгъэубыдэу Иеговэ лъэІукІэ зыхуагъэзащ: «Уэ уи псалъэхэр цІыхухэм дытегушхуауэ хуэтІуэтэну дэ, уи ІурыщІэхэм, къару къыдэт». Иегови зимыІэжьэу занщІэу абыхэм жэуап яритащ (Апост. 4:18, 29, 31). Дэри шынэр къыщыттекІуэм деж, Иеговэ делъэІун хуейщ ди лъагъуныгъэм хигъэхъуэну, шынэм дытекІуэу хъыбарыфІкІэ цІыхухэм дадэгуэшэн щхьэкІэ.

ЛІыгъэ къывитыну Алыхьым фелъэІу (9-нэ абзацым феплъ.)


10. Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур абы и Щыхьэту дыщытыну? (Исайя 43:10—12).

10 Иеговэ дэ къытхуигъэфэщащ абы и Щыхьэту дыщытыну икІи дыкъегъэгугъэ лІыгъэ къытхилъхьэну. (Къеджэ Исайя 43:10—12.) Ар къызэрыддэІэпыкъу Іэмалхэм щыщу плІым и гугъу тщІынщ. Япэрауэ, хъыбарыфІыр щыдгъэІум деж дэ ди закъуэкъым — дэ Хьисэ ди гъусэщ (Мт. 28:18—20). ЕтІуанэрауэ, Иеговэ мелыІычхэр дэІэпыкъуэгъу къытхуещІ (Апок. 14:6). Ещанэрауэ, Иеговэ и къару лъапІэр къыдет, къэтщІауэ щытахэр дигу къэкІыжын щхьэкІэ (Ин. 14:25, 26). ЕплІанэрауэ, дэ узыщыгугъ хъун лэжьэгъухэр диІэщ — ар ди къуэш, ди шыпхъухэращ. Аращи, Иеговэрэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ дэ псори тхузэфІэкІынущ!

ЦІЫХУХЭМ ЗАДЕВГЪЭКІУ ИКІИ ГУПСЫСЭКІЭ ТЭМЭМ ЗИВГЪЭІЭ

11. Ди участокым цІыху куэд щыдмыгъуэтмэ, сыт тщІэн хуейр? (Сурэтми феплъ.)

11 Унэм зыгуэр щІэсу щывмыгъуэтым деж сыт зыхэфщІэр? Фи Іэр ефхьэхрэ? Апхуэдэм деж фызэупщІыж хъунущ: «Иджыпсту цІыхухэр дэнэ здэщыІэнкІэ хъунур? ЛэжьапІэм иджыри щыІэу пІэрэ, е щэхуакІуэ кІуауэ пІэрэ?» (Апост. 16:13). Апхуэдэу щытмэ, Іущагъ хэлъщ уэрамым хъыбарыфІыр щыбгъэІуным — абы цІыху нэхъыбэ ущрихьэлІэнущ. Ди къуэш Джо́шуа жеІэ: «Сэ сфІэфІщ тыкуэнышхуэхэм, машинэ гъэувыпІэхэм хъыбарыфІыр щызгъэІуну». Абырэ и щхьэгъусэ Бри́джитрэ хущІокъу я участокым пщыхьэщхьэу е тхьэмахуэ махуэу кІуэну — а зэманхэм Іэмал нэхъыбэ щыІэщ цІыхухэр я унэм къыщыбгъуэтыну (Еф. 5:15, 16).

ЦІыхухэм задевгъэкІу: участокым цІыху щывмыгъуэтмэ, ахэр нэхъ здэщыІэм фыкІуэ (11-нэ абзацым феплъ.)


12. ЦІыхум жетІэ хъыбарыр фІэмыгъэщІэгъуэнмэ, сыт тщІэ хъунур?

12 ЦІыхум жетІэ хъыбарыр фІэмыгъэщІэгъуэнмэ, абы и фІэщ хъур е зыгъэгузавэр къызэрыбгурыІуэным хущІэкъу. Апхуэдэм деж Джошуарэ Бриджитрэ сыт ящІэр? Абыхэм ди буклетхэм и япэ напэкІуэцІым ит упщІэхэмкІэ псалъэмакъыр къыщІадзэ. Псалъэм папщІэ, «Библиер сыту зэрыплъытэр?» жыхуиІэ буклетыр къагъэсэбэпурэ, цІыхухэм йоупщІ: «Языныкъуэхэм жаІэ Библиер Алыхьым къыбгъэдэкІыу. НэгъуэщІхэм ар я фІэщ хъукъым. Уэ дауэ абы узэреплъыр?» Апхуэдэу зэращІэм и фІыгъэкІэ, абыхэм псалъэмакъыр гъэщІэгъуэну ирагъэкІуэкІ.

13. ЦІыхухэр къыщыдэмыдаІуэм дежи сыт гуфІэгъуэ зыщІыфІэдмыгъэкІуэдыр? (Притчи 27:11).

13 ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ цІыхухэр къыщыдэмыдаІуи къохъу. Ауэ абы къикІкъым дэ ехъулІэныгъэ димыІэу. Псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэр — Иеговэрэ Хьисэрэ къызэрыдэлъэІур зэрыдгъэзащІэращ (Апост. 10:42). Дэ зыми демыпсэлъэфами, гуфІэгъуэр зыфІэдгъэкІуэдкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дощІэ уафэм щыІэ ди Адэр къызэрытхуэарэзыр. (Къеджэ Притчи 27:11.)

14. Пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхур дэ къэдмыгъуэту нэгъуэщІым къыщигъуэтым дежи, ар щІэгуфІэгъуэр сыт?

14 Пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхур дэ къэдмыгъуэту нэгъуэщІым къыщигъуэтым дежи, ар щІэгуфІэгъуэр сыт? Зы «ХъумакІуэ чэщанэ» гуэрым ди лэжьыгъэр сабий кІуэдар къызэрагъуэтыжым иригъэщхьащ. Къэзылъыхъуэхэр цІыху куэд мэхъу икІи абыхэм щІыпІэ куэд щІащыкІ. Сабийр къэзыгъуэтыжыр зыщ, ауэ абы псори щогуфІыкІ. Апхуэдэ дыдэуи, Хьисэ и лъэужь иувэну цІыхухэр гъэхьэзырыныр гуп лэжьыгъэщ. Зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыми а лэжьыгъэм и къару хелъхьэ. ХъыбарыфІыр зыгъэІухэр зэдэІэпыкъужурэ зэхуэсым и территориер зэщІагъэхьэ. ЗэІущІэм щІэуэ цІыху гуэр къыщыхыхьэм деж, дэ абы дригуфІэну псоми щхьэусыгъуэ диІэщ.

ИЕГОВИ ЦІЫХУХЭРИ ФІЫУЭ ФЛЪАГЪУ

15. Маттэ 22:37—39 ит принципыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ нэхъыбэ хэтхыну? (Сурэтми феплъ.)

15 ХъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ нэхъыбэ къытхуихьынущ, Иеговэрэ цІыхухэмрэ худиІэ лъагъуныгъэм ди акъылыр тедухуэмэ. (Къеджэ Маттэ 22:37—39.) Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт хъыбарыфІым дызэрыхэтым Иеговэ зэригъэгуфІэр икІи Библие джын щІэзыдза цІыхум гуфІэгъуэу зыхищІэнур! Абы нэмыщІ фигу ивгъэлъ хъыбарыфІыр зигу лъэІэсхэр дунеищІэм игъащІэ псокІэ зэрыщыпсэуфынур (Ин. 6:40; 1 Тим. 4:16).

ХъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ нэхъыбэ къытхуихьынущ, Иеговэрэ цІыхухэмрэ фІыуэ тлъагъумэ. (15-нэ абзацым феплъ.)


16. Унэм дыкъыщІэмыкІыфми хъыбарыфІ гъэІуным дапхуэдэу гуфІэгъуэ зэрыхэтхыфынур? Щапхъэ къэфхь.

16 Уэ иджыпсту щхьэусыгъуэ гуэркІэ унэм укъыщІэмыкІыфмэ, Иегови цІыхухэми уи лъагъуныгъэр пхуегъэлъагъунущ. Ковид пандемием щыгъуэ Самве́лрэ Да́ниерэ унэм къыщІэкІ хъутэкъым. А зэман гугъум абыхэм зэпамыгъэууэ хъыбарыфІыр телефонкІэ ягъэІут, письмо ятхт икІи зумкІэ цІыхухэр Библие ирагъаджэт. Самвел лышх къеузу сымаджэщым щыщІэлъам щыгъуэ, къыхуэзэу хъуам хъыбарыфІымкІэ ядэгуашэт. Абы жеІэ: «Гугъуехьхэм сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи ди лъэр щІамыхын щхьэкІэ, Иеговэ дызэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэ хэтхын хуейщ». Гугъуехь ятелъым нэмыщІ, Дание джалэри мазищкІэ пІэм хэлъащ, иужькІэ илъэс ныкъуэкІэ инвалиднэ креслэм исащ. Абы жеІэ: «Сэ Іуэхугъуэ сызэрыхуам ипкъ иткІэ сщІэфым си акъылыр тезухуащ. Сэ ди деж къакІуэ медсестрамрэ заказхэр къэзыхьхэмрэ хъыбарыфІымкІэ садэгуашэт. Абы нэмыщІ медицинскэ компанием щылажьэ зы цІыхубз гуэрымрэ сэрэ телефонкІэ щІэх-щІэхыурэ фІы дыдэу дызэпсалъэт». Самвелрэ Даниерэ япэм ящІэу щытам хуэдиз яхуэщІэжтэкъым, ауэ, абы емылъытауэ, абыхэм яхузэфІэкІыр ящІэт икІи я зэфІэкІхэм гурыфІыгъуэ хахт.

17. Сытым деж мы статьям къыдит чэнджэщхэм сэбэп нэхъыбэ къыщытхуахьынур?

17 Мы статьям ит чэнджэщхэр псори зэгъусэу къэдгъэсэбэпмэ, абы сэбэп нэхъыбэ къытхуихьынущ. Ар рецептым ебгъэщхь хъунущ: шхыныр ІэфІ хъун щхьэкІэ, абы хэлъын хуейхэр псори хэлъхьэн хуейщ. Мы статьям ит чэнджэщ псоми дытету щытмэ, дэ гурыщІэ Іейхэм дытекІуэну нэхъ тынш хъунущ икІи хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ нэхъыбэ хэтхынущ.

ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУНЫМ ГУФІЭГЪУЭ НЭХЪЫБЭ ХЭТХЫНУ ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУНУР...

  • фІыуэ зэрызыдгъэхьэзырыр?

  • лІыгъэ къытхилъхьэну Алыхьым дызэрелъэІур?

  • Иегови цІыхухэми яхудиІэ лъагъуныгъэр?

80-НЭ УЭРЭДЫР «Вгъэунэхуи къэфщІэнущ Иеговэ зэрыфІыр»