Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

29 СТАТЬЯР

Гузэвэгъуэшхуэм ухуэхьэзыру пІэрэ?

Гузэвэгъуэшхуэм ухуэхьэзыру пІэрэ?

«Фэри фыхьэзырын хуейщ» (МТ. 24:44).

150-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къэлъыхъуэ, укъелын щхьэкІэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Гузэвэгъуэшхуэхэм зыхуэбгъэхьэзырыным Іущагъ щІыхэлъыр сыт?

 ЗЫГУЭРЫМ зэрызыхуэбгъэхьэзырым уи гъащІэр къригъэлыфынущ. Псалъэм папщІэ, ипэ къихуэу гузэвэгъуэшхуэ гуэрым зыхуэзгъэхьэзыра цІыхухэм абы къелыну икІи нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъуну Іэмал нэхъыбэ яІэщ. Европэм щыІэ цІыхухэм ядэІэпыкъу организацэ гуэрым мыпхуэдэу жеІэ: «КъэхъункІэ хъунум фІыуэ зыхуэбгъэхьэзырмэ, абы уи гъащІэр кърегъэл».

2. «Гузэвэгъуэшхуэм» зыхуэдгъэхьэзырын щІыхуейр сыт? (Маттэ 24:44).

2 «Гузэвэгъуэшхуэр» напІэзыпІэм щІидзэнущ (Мт. 24:21). Ауэ ар адрей гузэвэгъуэхэм хуэдэу щытынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар къызэрыкІуэнур дэ дощІэ. Илъэс 2 000 ипэ Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм яжриІащ а махуэм хуэхьэзыру ущытыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. (Къеджэ Маттэ 24:44.) А махуэм хуэхьэзыру дыщытмэ, дэ езым теубыдагъэ дгъэлъэгъуэну икІи нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуну нэхъ тыншу щытынущ (Лк. 21:36).

3. Гузэвэгъуэшхуэм зыхуэдгъэхьэзырыну теубыдагъэр, гущІэгъур икІи лъагъуныгъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур?

3 Гузэвэгъуэшхуэм зыхуэдгъэхьэзырын щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну хьэл-щэнищым дытепсэлъыхьынщ. Алыхьым и тезырым теухуа хъыбарыр дгъэІуну къыджаІа иужь, цІыхухэр къызэрытпэщІэувэм дапхуэдэу дызэрыхущытынур? (Апок. 16:21). Иеговэ жиІэм дедэІуэн икІи абы дыкъызэрихъумэным шэч къытедмыхьэн щхьэкІэ дэ теубыдагъэм дыхуэныкъуэнущ. Къуэш, шыпхъухэм я мылъкур яфІэкІуэдмэ, сыт дэ тщІэнур? (Авв. 3:17, 18). Абыхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ дэ гущІэгъум дыхуэныкъуэнущ. Лъэпкъ зэгухьахэр къызэрыттеуам къыхэкІкІэ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу Іэзэвлъэзэву щыт пэшым зэман гуэркІэ дыщІэсын хуей хъумэ, дапхуэдэу абы дызэрыхущытынур? (Иез. 38:10—12). А зэман гугъум зэгъусэу дыпхырыкІын щхьэкІэ къуэш, шыпхъухэм лъагъуныгъэшхуэ яхудиІэн хуейщ.

4. Теубыдагъэм, гущІэгъум, лъагъуныгъэм хэдгъэхъуэн зэрыхуейр Библием дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэр?

4 Алыхьым и Псалъэм дыхуегъэуш теубыдагъэр, гущІэгъур икІи лъагъуныгъэр нэхъыбэжу дгъэлъэгъуэну. Лука 21:19 мыпхуэдэу итщ: «Теубыдагъэ фиІэмэ, фи псэр мыкІуэду къевгъэлынущ». Колоссэ 3:12 щыжыІащ: «ГущІэгъур... фи гум ивгъэлъ». Абы нэмыщІ 1 Фессалоникэ 4:9, 10 мыпхуэдэу дыкъыщоджэ: «ФІыуэ фызэрылъагъун зэрыхуейр Тхьэм фигъэщІащ... Къуэш псори фІыуэ фолъагъу. Ахэр нэхъыфІыжу дапщэщи флъагъуну сыныволъэІу». Мы псалъэхэр зыхуэгъэзауэ щыта къуэш, шыпхъухэм а хьэл-щэнхэр ягъэлъагъуэт, ауэ ахэр нэхъыбэжу зэрагъэлъэгъуэным хущІэкъун хуейт. Дэри ар дыдэр тщІэн хуейщ. Сыт дэ абыкІэ къыддэІэпыкъунур? Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм а хьэл-щэнхэр зэрагъэлъагъуэу щытам дытепсэлъыхьынщ. ИужькІэ абыхэм щапхъэ зэрытетхыфынум деплъынщ. Ар дэ къыддэІэпыкъунущ гузэвэгъуэшхуэм дыхуэхьэзыррэ дыхуэмыхьэзыррэ зэхэдгъэкІыну.

ТЕУБЫДАГЪЭМ ХЭВГЪАХЪУЭ

5. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм теубыдагъэ ягъэлъэгъуэну сыт къадэІэпыкъуу щытар?

5 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр теубыдагъэм хуэныкъуэт (Евр. 10:36). ЦІыху псоми яІэ гугъуехьхэм нэмыщІ, абыхэм гъэунэхуапІэ зэмылІэужьыгъуэхэри яІэт. Абыхэм ящыщ куэдыр Иудей дин пашэхэм е Рим унафэщІхэм гугъу зэрырагъэхьым нэмыщІ, я Іыхьлыхэри къапэщІэувэт (Мт. 10:21). Иджыри Алыхьым епцІыжахэм зэхуэсыр щагъэуэну икІи къуэш, шыпхъухэм я зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ далъхьэну зэрыхэтым ахэр пэщІэтын хуейт (Апост. 20:29, 30). Ауэ, а псом емылъытауэ, Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм теубыдагъэ ягъэлъагъуэт (Апок. 2:3). Сытыт абыхэм къадэІэпыкъур? Ахэр Алыхьым хуэпэжу къэна цІыхухэм, псалъэм папщІэ, Іэиуб хуэдэхэм, я щапхъэхэм егупсыст (Екъуб 5:10, 11). Абы нэмыщІ къару къаритын щхьэкІэ ахэр Алыхьым елъэІут (Апост. 4:29—31). Иджыри а къуэш, шыпхъухэм зыщагъэгъупщэтэкъым Иеговэ хуэпэжу къанэу щытмэ, абы и нэфІ къазэрыщыхуэнур (Апост. 5:41).

6. КъызэрытпэщІэувэм дыпэщІэтыну Меритэ и щапхъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

6 Дэри теубыдагъэ дгъэлъэгъуэфынущ, Алыхьым хуэпэжу къэна цІыхухэм я щапхъэхэм сыт щыгъуи дегупсысмэ. Апхуэдэ щапхъэхэр Библиеми ди публикациехэми къыщыдгъуэтыфынущ. Албанием щыщ ди шыпхъу Мери́тэ и унагъуэм щыщхэр къызэрыпэщІэтыр ишэчыну къыдэІэпыкъуар аращ. Абы жеІэ: «Іэиуб и щапхъэр сэ хуабжьу си гум лъэІэсащ. КъызыбгъэдэкІыр имыщІэу дапхуэдиз гугъуехь абы ишэчар? ИтІани абы мыпхуэдэу жиІащ: „СылІэжыху Алыхьым хуэпэжу сыщытынущ!“ Іэиуб и гъэунэхуапІэхэм елъытауэ си гугъуехьхэр зыри иримыщІысу жыпІэ хъунущ икІи ахэр къызыбгъэдэкІыр сэ сощІэ» (Иов 27:5).

7. ГъэунэхуапІэ хьэлъэ димыІэми иджыпсту щыщІэдзауэ сытым зедгъэсэн хуей?

7 Ди гурыщІэхэмкІэ щІэх-щІэхыурэ Иеговэ дыдэгуашэу щытмэ, теубыдагъэ нэхъыбэу дгъэлъэгъуэфынущ (Флп. 4:6; 1 Фес. 5:17). Иджыпсту дыдэ гъэунэхуапІэ гуэр уимыІэми, мыпхуэдэу зэупщІыж: «Зыгуэрым си жагъуэ къищІамэ, Іэнкун сыхъуамэ е сщІэнур сымыщІэмэ Иеговэ къыздэІэпыкъуну селъэІуу пІэрэ?» Сыт хуэдэ Іуэхугъуэм дежи Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъазэу хьэл пхуэхъуауэ щытмэ, гъэунэхуапІэ хьэлъэм ущыпэщІэхуэкІэ, абы занщІэу зыхуэбгъэзэнущ. Дапщэщ икІи дапхуэдэу къыбдэІэпыкъунуми Алыхьым зэрищІэм уэ шэч лъэпкъ къытепхьэнукъым (Пс. 27:1, 3).

ТЕУБЫДАГЪЭ

ГъэунэхуапІэ гуэрым дыпэщІэхуауэ теубыдагъэ зэрыдгъэлъэгъуам къыкІэлъыкІуэ гъэунэхуапІэм дызэрыпэщІэтыным дыхуегъэхьэзыр (8-нэ абзацым феплъ.)

8. Иджыпсту теубыдагъэ дгъэлъагъуэу щытмэ, къэкІуэну зэманым щыІэну гъэунэхуапІэхэм дызэрыпэщІэтыфынум Мирэ и щапхъэр дапхуэдэу щыхьэт зэрытехъуэр? (Екъуб 1:2—4). (Сурэтым феплъ.)

8 Иджыпсту теубыдагъэ дгъэлъагъуэу щытмэ, гузэвэгъуэшхуэм деж дызыпэщІэхуэну гугъуехьхэм нэхъ дыпэщІэтыфынущ (Рим 5:3). Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Къуэш, шыпхъу куэдым гу лъатащ гъэунэхуапІэ гуэрым пэщІэхуауэ теубыдагъэ зэрагъэлъэгъуам и фІыгъэкІэ къыкІэлъыкІуэ гъэунэхуапІэм нэхъ тыншу зэрыпэщІэтам. Абы и фІыгъэкІэ а къуэш, шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъут. Иджыри абыхэм шэч къытрахьэтэкъым Иеговэ я гъусэу зэрыщытым икІи къадэІэпыкъуну зэрыхьэзырым. Апхуэдэ фІэщхъуныгъэр абыхэм къадэІэпыкъуащ иужькІэ ахэр зыпэщІэхуа гъэунэхуапІэхэм теубыдагъэ яІэу пэщІэтыну. (Къеджэ Екъуб 1:2—4.) Албанием щыщ ди шыпхъу Ми́рэ пионеру мэлажьэ. Абы зэрыжиІэмкІэ, япэм гугъуехь иІахэм зэрыпэщІэтар абы къыдоІэпыкъу адэкІи теубыдагъэ игъэлъэгъуэну. Иныкъуэхэм деж Мирэ къыщохъу абы иІэ гугъуехьхэм хуэдиз нэгъуэщІ зыми имыІэу. Ауэ иужьрей илъэс 20-м къриубыдэу Иеговэ абы хуабжьу къызэрыдэІэпыкъуар игу къегъэкІыжри, мыпхуэдэу и щхьэм хужеІэж: «Уи Іэр йомыхьэх! Иеговэ къыпхуищІа псор пщІэншэ умыщІ. Абы и фІыгъэкІэ узыпэлъэща гугъуехьхэр зыщомыгъэгъупщэ». Уэри уигу къэбгъэкІыж хъунущ теубыдагъэ бгъэлъэгъуэну Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъуар. Апхуэдэу гугъуехьхэм упэщІэту зэрызебгъэсам и фІыгъэкІэ, гузэвэгъуэшхуэр щІидза иужь уэ адэкІи теубыдагъэ зэрыбгъэлъэгъуэнум ухущІэкъунущ. Шэч лъэпкъ къытомыхьэ узыпэщІэхуэ дэтхэнэ зы гъэунэхуапІэми Иеговэ гу зэрылъитэм икІи бгъэлъагъуэ теубыдагъэм щхьэкІэ и нэфІ къызэрыпщыхуэным (Мт. 5:10—12).

ГУЩІЭГЪУ ВГЪЭЛЪАГЪУЭ

9. Антиохием щыІа къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу гущІэгъу зэрагъэлъэгъуар?

9 Иудэ щІыналъэм гъаблэ щыщыІам щыгъуэ къэхъуа Іуэхугъуэм гу лъыттэнщ. Антиохием щыІа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм абы теухуауэ щызэхахам щыгъуэ, Иудэ щІыналъэм щыІэ къуэш, шыпхъухэм гущІэгъу хуащІауэ къыщІэкІынущ. А гущІэгъур абыхэм ІуэхукІэ ягъэлъэгъуащ. Абыхэм «щхьэж зэрылъэкІкІэ, Иудей хэкум ис къуэшхэм дэІэпыкъуэгъу яхуэхъуну мурад ящІащ» (Апост. 11:27—30). Гъаблэр къызылъыІэса къуэш, шыпхъухэр зэрапэжыжьэм емылъытауэ Антиохием щыпсэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэр абыхэм ядэІэпыкъуну хуабжьу хуейт (1 Ин. 3:17, 18).

ГУЩІЭГЪУ

Гузэвэгъуэ гуэр къыщыхъуам деж, дэ гущІэгъу дгъэлъэгъуэну Іэмал диІэ мэхъу (10-нэ абзацым феплъ.)

10. Гузэвэгъуэшхуэ гуэрым пэщІэхуа ди къуэш, ди шыпхъухэм гущІэгъу дапхуэдэу яхуэтщІ зэрыхъунур? (Сурэтым фэплъ.)

10 Дэри гузэвэгъуэшхуэ гуэрым пэщІэхуа ди къуэш, ди шыпхъухэм гущІэгъу яхудощІ. Псалъэм папщІэ, дэІэпыкъуэгъу дыхъуну дызэрыхуейм теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм яжыдоІэ b, арэзыуэ ахъшэ дот е гузэвэгъуэшхуэр къызылъэІэсахэм щхьэкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхудогъазэ (Прит. 17:17). 2020-нэ гъэм, COVID-19 пандемиер зылъэІэсахэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ комитету 950-м щІигъу къызэрагъэпэщащ. А комитетхэм дэлажьэхэм, дауикІ, щытхъу яхуэфащэщ. ГущІэгъум къыхэкІкІэ абыхэм «гуманитарная помощь» жыхуаІэр къуэш, шыпхъухэм Іэрагъэхьэ, я фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэну ядоІэпыкъу, иныкъуэхэм деж я унэхэмрэ дыщызэхуэс Унэхэмрэ зэфІагъэувэж (Евгъапщэ 2 Коринф 8:1—4.)

11. Ди ІуэхуфІхэм уафэм щыІэ ди Адэр дапхуэдэу зэрагъэлъапІэр?

11 Гузэвэгъуэшхуэ гуэрым пэщІэхуа ди къуэш, ди шыпхъухэм дащыдэІэпыкъум деж, ар гулъытэншэу къанэкъым. Псалъэм папщІэ, 2019-нэ гъэм «До́риан» зи цІэ борэнышхуэм Багам хытІыгухэм щыІэ дыщызэхуэс Унэр зэтрикъутащ. Ди къуэшхэм ар щызэфІагъэувэжым щыгъуэ ухуэныгъэм пыщІа компанием зыхуагъэзэн хуей хъуат. А компаниер зей цІыхухъум лэжьапщІэм теухуауэ къуэшхэр щеупщІам, абы мыпхуэдэу жиІащ: «Фызыхуэныкъуэну Іэмэпсымэхэри, лэжьакІуэхэри, ефхьэлІэну материалхэри фэстынущ икІи абы щхьэкІэ ахъшэ лъэпкъ къыфІысхынукъым. Фи организацэм зыгуэркІэ дэІэпыкъуэгъу сыхуэхъуну сыхуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фэ зым зыр фызэрызэдэІэпыкъур сэ хуабжьу си гум лъэІэсащ». ЦІыхухэм и нэхъыбэм Иеговэ яцІыхукъым. Ауэ куэдыр Иеговэ и Щыхьэтхэм кІэлъоплъ. Ди ІуэхуфІхэмкІэ «гущІэгъушхуэ зиІэ» Алыхьыр цІыхухэм къедгъэцІыхуну Іэмал дызэриІэр дэ ди дежкІэ пщІэшхуэщ! (Еф. 2:4).

12. Нобэ гущІэгъу зэрыдгъэлъагъуэм къэкІуэну гузэвэгъуэшхуэм дапхуэдэу дызэрыхуигъэхьэзырыр? (Апокалипсис 13:16, 17).

12 Гузэвэгъуэшхуэ зэманым гущІэгъу щІэдгъэлъэгъуэн хуей хъунур сыт? Библием наІуэу къыщыгъэлъэгъуащ иджыпстуи гузэвэгъуэшхуэ зэманми политикэм хэмыт цІыхухэм гугъуехь зэрырагъэшэчынур (Къеджэ Апокалипсис 13:16, 17.) Ди къуэш, ди шыпхъухэм зыхуэныкъуэ дыдэр яІэн щхьэкІэ дэІэпыкъуэгъу хуеинкІэ хъунущ. Куэд дэмыкІыу ди Пащтыхь, Хьисэ Мэссихь къэкІуэнущ, Алыхьым и тезырыр мы дунейм трилъхьэн щхьэкІэ. А зэманым дэ ди къуэш, ди шыпхъухэм гущІэгъу зэрахуэтщІыр абы илъагъуным сыту мыхьэнэшхуэ иІэ! Абы щыгъуэ Хьисэ мыпхуэдэу къыджиІэнущ: «Тепщэныгъэр фи ІыхьэфІу къыфлъосри фубыд» (Мт. 25:34—40).

ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ХЭВГЪАХЪУЭ

13. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ дагъэлъын щхьэкІэ, Рим 15:7 ит Паул и чэнджэщыр дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъуар?

13 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ зэрыдэлъар псоми ящІэт. Ауэ а хьэл-щэныр ягъэлъэгъуэну абыхэм я дежкІэ тыншу пІэрэт? Рим къалэм щыІа зэхуэсыр щапхъэу къэтхьынщ. А зэхуэсым цІыху зэмылІэужьыгъуэхэр хыхьэт, псалъэм папщІэ, Мусэ и хабзэм щІапІыкІа журтхэм нэмыщІ, мажусий диным щІапІыкІа цІыхухэри. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм пщылІхэри, щхьэхуитхэри, уеблэмэ, пщылІ зиІэхэри хэтауэ къыщІэкІынущ. А цІыхухэр апхуэдизу зэрызэщхьэщыкІым емылъытауэ, я зэхуаку лъагъуныгъэ дагъэлъыну дауэ зэрахузэфІэкІар? Апостол Паул абыхэм «зым зыр вдэн хуейщ» жиІэри яхуитхащ. (Къеджэ Рим 15:7.) Сыт абы зи гугъу ищІар? «Зым зыр вдэн хуейщ» жаІэу зэрадзэкІа псалъэм къокІ «уи унэм зыгуэр гуапэу къебгъэблэгъэныр» е «ныбжьэгъу пщІыныр». Псалъэм папщІэ, Паул Филимон хуигъэушащ щІэпхъуэжауэ щыта и пщылІ Онисим гуапэу иригъэблэгъэжыну (Флм. 17). Абы нэмыщІ Прискиллэрэ Акилэрэ пэжым нэхъ мащІэу хэзыщІыкІ Аполлос гуапэу я унэм кърагъэблэгъащ (Апост. 18:26). Апхуэдизу зэрызэщхьэщыкІыр а къуэш, шыпхъухэм я зэкъуэтыныгъэм зэран хуагъэхъуакъым икІи зым зыр гуапэу ирагъэблагъэу щытащ.

ЛЪАГЪУНЫГЪЭ

Дэ къуэш, шыпхъухэм псоми я лъагъуныгъэм дыхуэныкъуэщ (15-нэ абзацым феплъ.)

14. Миссионеру щыт зэщхьэгъуситІым дапхуэдэу лъагъуныгъэ зэрагъэлъэгъуар?

14 Дэри къуэш, шыпхъухэм лъагъуныгъэ яхуэдгъэлъэгъуэфынущ икІи ахэр ди ныбжьэгъу тщІыфынущ. Абыхэми шэч хэмылъу я гур къытхузэІуахынущ (2 Кор. 6:11—13). Ди шыпхъу Аннэ и щапхъэм деплъынщ. Аннэрэ и щхьэгъусэмрэ Африкэм и къухьэпІэ лъэныкъуэмкІэ миссионеру ягъэкІуа иужь, куэд дэмыкІыу COVID-19 пандемием щІидзащ. Абы къыхэкІкІэ здагъэкІуа зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм яхуэзэну абыхэм Іэмал яІэтэкъым. НтІэ, Аннэрэ и щхьэгъусэмрэ абыхэм хуаІэ лъагъуныгъэр дапхуэдэут зэрагъэлъэгъуэфынур? Абыхэм къуэш, шыпхъухэм видеосвязькІэ зыпащІэт икІи ахэр нэхъыфІу зрагъэцІыхуну хуабжьу зэрыхуейр жраІэт. А миссионерхэм ягъэлъэгъуа лъагъуныгъэр куэдым я гум лъэІэсащ икІи езыхэми абыхэм щІэх-щІэхыурэ къыхуащІу икІи сообщениехэр къыхурагъэхьыу щІадзащ. ЗэхуэсыщІэм щыщ къуэш, шыпхъухэр ныбжьэгъу ящІын щхьэкІэ Аннэрэ и щхьэгъусэмрэ апхуэдиз къару щІрахьэлІар сыт? Аннэ къыддогуашэ: «ГуфІэгъуэ дыщиІэми гузэвэгъуэ дыщиІэми, къуэш, шыпхъухэм я лъагъуныгъэр мызэ-мытІэу ди унагъуэм зыхищІащ. Ар апхуэдизкІэ си гум къинэжати, сэри цІыхухэм апхуэдэ лъагъуныгъэ яхуэзгъэлъэгъуэну мурад сщІащ».

15. Къуэш, шыпхъухэр псори фІыуэ тлъагъун зэрыхуейм теухуауэ Ванессэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (Сурэтым феплъ.)

15 Зэхуэсым дэ дыщрохьэлІэ лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм къыхэкІа икІи хьэл зырыз зиІэ къуэш, шыпхъухэм. Абы къыхэкІкІэ абыхэм я хьэл-щэныфІхэм ди акъылыр тедухуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ абыхэм яхудиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэнущ. Новая Зеландия жыхуаІэ къэралым щыпсэу Ване́ссэ и зэхуэсым щыщ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм ядэгъуэгурыкІуэну къегугъуэкІт. Ауэ иужькІэ абы мурад ищІащ игу темыхуэ къуэш, шыпхъухэм пэІэщІэ захуимыщІу, абыхэм я гъусэу зэман нэхъыбэ игъэкІуэну. Абы и фІыгъэкІэ Ванессэ къилъэгъуащ Иеговэ ахэр фІыуэ щІилъагъум и щхьэусыгъуэхэр. Ар къыддогуашэ: «Си щхьэгъусэр районым и нэхъыжь щащІам щыгъуэ, дэ хьэл зэмылІэужьыгъуэ зиІэ цІыху нэхъыбэм дахуэзэу хъуащ. Ауэ иджыпсту сэ абыхэм нэхъ тыншу садогъуэгурыкІуэ икІи ахэр зэрызэмыщхьыр сигу ирохь. ДауикІ, Иегови ар игу ирохь, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэмыщхьу щыт цІыхухэр абы зришэлІащ». Иеговэ и нэкІэ нэгъуэщІхэм деплъыну дыщыхущІэкъум деж, дэ ахэр фІыуэ зэрытлъагъур къыдогъэлъагъуэ (2 Кор. 8:24).

Гузэвэгъуэшхуэм щІидза иужь, дэ ди къуэш, ди шыпхъухэм даригъусэу щытмэ, Иеговэ дыкъихъумэнущ (16-нэ абзацым феплъ.)

16. Гузэвэгъуэшхуэ зэманым щыгъуэ, лъагъуныгъэ дгъэлъэгъуэным псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ щІиІэнур сыт? (Сурэтым феплъ.)

16 Гузэвэгъуэшхуэ зэманым щыгъуэ, лъагъуныгъэ дгъэлъэгъуэным псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иІэнущ. Ар щІидза иужь, дапхуэдэу Иеговэ дыкъызэрихъумэнур? Мыдхэмрэ къэжэрхэмрэ я дзэр Бабилэным щытеуам щыгъуэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм ярита унафэм гу лъыттэнщ: «Си лъэпкъ, уи унэ кІуэцІым щыІэ пэшхэм щІыхьэж, бжэхэри здыхуэщІыж. Зы дакъикъэкІэ зыгъэпщкІу, си губжьыр блэкІыху» (Ис. 26:20). Мы псалъэхэр дэри — гузэвэгъуэшхуэр щІидзэным ипэ къихуэу псэухэм — къытхуэгъэзауэ къыщІэкІынущ. «Унэ кІуэцІым щыІэ пэшхэм» и гугъу щищІым деж, Библиер ди зэхуэсхэм тепсэлъыхьу къыщІэкІынущ. Гузэвэгъуэшхуэр щІидза иужь, дэ ди зэхуэсым дригъусэу щытмэ, Иеговэ дыкъихъумэнущ. Абы къыхэкІкІэ дэ иджыпсту щыщІэдзауэ къуэш, шыпхъухэр ауэ ди гум техуэ къудейуэ щымыту, ахэр фІыуэ тлъагъун хуейщ. Абы ди гъащІэр елъытащ!

ИДЖЫПСТУ ЩЫЩІЭДЗАУЭ ЗЫГЪЭХЬЭЗЫР

17. Иджыпсту щыщІэдзауэ зыдгъэхьэзыру щытмэ, гузэвэгъуэшхуэ зэманым сыт дэ тщІэфынур?

17 «Иеговэ и махуэшхуэр» цІыхубэм и дежкІэ егъэлеяуэ зэман гугъуу щытынущ (Соф. 1:14, 15). Иеговэ и лэжьакІуэхэм я дежкІи а зэманыр тыншу щытынукъым. Ауэ а гузэвэгъуэшхуэм иджыпсту щыщІэдзауэ зыхуэдгъэхьэзыру щытмэ, дэ дыгужьеинукъым, уеблэмэ, нэгъуэщІ цІыхухэми дадэІэпыкъуфынущ. Дэ дызыпэщІэхуэ сыт хуэдэ гугъуехьми теубыдагъэ диІэу дыпэщІэтыфынущ. Иджыри ди къуэш, ди шыпхъухэр гузэвэгъуэ гуэрым пэщІэхуэу щытмэ, абыхэм гущІэгъу яхуэтщІын икІи дадэІэпыкъун щхьэкІэ, дэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэнущ. Абы нэмыщІ фІыуэ тлъагъу ди къуэш, ди шыпхъухэм пэІэщІэ дыхуищІыну зыри хуит тщІынукъым. Абы щыгъуэ гузэвэгъуэрэ насыпыншагъэрэ здэщымыІэж дунейм гъащІэ мыухыж диІэу дыщыпсэну Иеговэ къытхуигъэфэщэнущ (Ис. 65:17).

144-НЭ УЭРЭДЫР ГугъапІэм уи нэр тегъэт!

a Гузэвэгъуэшхуэр псынщІэу къоблагъэ. Абы хуэхьэзыру дыщытын щхьэкІэ дэ теубыдагъэм, гущІэгъум, лъагъуныгъэм дыхуэныкъуэщ. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм а хьэл-щэнхэр дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъуу щытар? Нобэ ахэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур икІи гузэвэгъуэшхуэ къэкІуэнум зыхуэдгъэхьэзырыну дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур? А упщІэхэм я жэуапхэр мы статьям щызэпкърытхынущ.

b Гузэвэгъуэшхуэ гуэрым пэщІэхуа ди къуэш, ди шыпхъухэм уадэІэпыкъуну ухуеймэ, «Заявление на служение добровольцем в программе местного проектно-строительного отдела» (DC-50) е «Заявление на добровольное служение» (A-19) жыхуаІэр тхыи укъыщрагъэблэгъэным пэплъэ.