32 СТАТЬЯР
Иеговэ щапхъэ тефхыу зэхэщІыкІ вгъэлъагъуэ
«Фи гущабагъэр [«зэхэщІыкІыр», ДЩІ] цІыху псоми нахуэ яхурехъу» (ФЛП. 4:5).
89-НЭ УЭРЭДЫР ЖыІэдаІуэныгъэм фІыгъуэ къыпокІуэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a
1. Алыхьым и лэжьакІуэр сыт хуэдэ лъэныкъуэкІэ жыгым ещхьу щытын хуей? (Сурэтым феплъ.)
«ЖЫГЫР лантІэмэ жьым икъутэкъым». Мы псалъэжьым къегъэлъагъуэ жыгыр жьым къелын щхьэкІэ лантІэу щытыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Алыхьым гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ, жьым имыкъутэ жыгым хуэдэу лантІэу щытын хуейщ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, дэ зэхэщІыкІ дгъэлъагъуэу — гъащІэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэм зыдедгъэкІуфу икІи нэгъуэщІхэм я Іуэху еплъыкІэмрэ къащтэ унафэхэмрэ пщІэ хуэтщІу дыщытын хуейщ.
2. Ди гъащІэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэм зыдедгъэкІуну сыт хуэдэ хьэл-щэнхэра къыддэІэпыкъунур икІи сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
2 Дэ Иеговэ и лэжьакІуэу дызэрыщытым къыхэкІкІэ, зэхэщІыкІ дгъэлъэгъуэну дыхуейщ. Иджыри дэ дыхуейщ Іэдэбу, гущІэгъу тхэлъу дыщытыну. Мы статьям дэ къыщытщІэнущ Алыхьым и лэжьакІуэ языныкъуэхэм я гъащІэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэм зыдрагъэкІуну а хьэл-щэнхэр къазэрыдэІэпыкъуар. Дэри ахэр къызэрыддэІэпыкъуну щІыкІэр къэтлъагъунущ. Ауэ япэщІыкІэ гу лъыттэнщ Иеговэрэ Хьисэрэ нэгъэсауэ зэхэщІыкІ зэрагъэлъагъуэм.
ИЕГОВЭРЭ ХЬИСЭРЭ ЗЭХЭЩІЫКІ ЯГЪЭЛЪАГЪУЭ
3. Иеговэ зэхэщІыкІ зэригъэлъагъуэр къызыхэщыр сыт?
3 Иеговэ бгым хуэдэу БыдапІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар езым игъэува хабзэхэм быдэу тетщ (Втор. 32:4). Ауэ ар иджыри зэхэщІыкІ зыхэлъ Алыхьщ. Дунейм сыт щыгъуи зэрызихъуэжым къыхэкІкІэ, Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ, Іуэхум зэрыбгъэдыхьэ щІыкІэри ихъуэжыну хьэзырщ. Иеговэ цІыхухэр къигъэщІащ езым хэлъ хьэл-щэнхэм хуэдэ ягъэлъэгъуэфу. Абы къыхэкІкІэ цІыхухэм Іэмал яІэщ Іуэху зызыхъуэжым зыдрагъэкІуфыну. Иджыри дэ Иеговэ къыдитащ Библием ит принцип гурыІуэгъуэхэр. А принципхэр къыддоІэпыкъу сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэну. Иеговэ и щапхъэмрэ къыдита принципхэмрэ къагъэлъагъуэ, ар бгым хуэдэу быдапІэу щытми, зэхэщІыкІ зэригъэлъагъуэр.
4. Иеговэ зэхэщІыкІ зэригъэлъэгъуам теухуауэ щапхъэ къэфхь (Левит 5:7, 11).
4 Иеговэ и Іуэхухэр псори дагъуэншэщ икІи абы сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи зэхэщІыкІ егъэлъагъуэ. Ар ткІийкъым икІи арэзы пхуэмыщІыну щыткъым. Иеговэ израил лъэпкъым зэхэщІыкІ иІэу зэрыхущытам гу лъыттэнщ. Абы къулейми къулейсызми зэхуэдэу къурмэн къахьын хуейуэ жиІэтэкъым. Иныкъуэхэм деж абы цІыхухэр хуит ищІт яхузэфІэкІым теухуауэ къурмэн къахьыну. (Къеджэ Левит 5:7, 11.)
5. Иеговэ Іэдэбагърэ гущІэгъурэ зэригъэлъэгъуам теухуауэ щапхъэ къэфхь.
5 Иеговэ зэхэщІыкІ игъэлъэгъуэну хуэзыгъэушыр Іэдэбагъымрэ гущІэгъумрэщ. Псалъэм папщІэ, абы Іэдэбагъ игъэлъэгъуащ, Содом дэс гуэныхьщІакІуэхэр игъэкІуэдыну щытриухуам щыгъуэ. Иеговэ мелыІычхэр къигъэсэбэпу ЛутІ унафэ хуищІащ бгым зыщигъэпщкІуну. Ауэ ЛутІ абы кІуэн шынэти, Иеговэ елъэІуу щІидзащ пэмыжыжьэу щыт Цоар къалэм кІуэну хуит ищІыну. А къалэри игъэкІуэдыну Иеговэ мурад ищІат. ДауикІ, Иеговэ жиІэфынут ищІа унафэм ЛутІ текІыну хуимыту. Ауэ ЛутІ къызэрелъэІуар абы хуищІащ, Цоар имыгъэкІуэду къигъэнэн хуей хъуами (ЩІэдз. 19:18—22). Илъэсищэ бжыгъэ дэкІауэ Нинуй къалэм дэса цІыхухэм Иеговэ гущІэгъу яхуищІауэ щытащ. А къалэм дэсу хъуар зэтриукІэну унафэ зэрищІар яжриІэн щхьэкІэ, Алыхьым бегъымбар Инус абы игъэкІуащ. Ауэ Нинуй къалэм дэсахэр я гуэныхьхэм хущІегъуэжати, Иеговэ абыхэм гущІэгъу яхуищІри къалэр зэтримыкъутэу къигъэнащ (Иона 3:1, 10; 4:10, 11, Инус бегъымбар, 2009).
6. Хьисэ Иеговэ хуэдэу зэхэщІыкІ зэригъэлъэгъуар къыжыфІэж.
6 Хьиси и Адэм хуэдэу, зэхэщІыкІ хэлът. Иеговэ ар «израил цІыхуу мэл щхьэрыуахэм» я деж игъэкІуащ, абыхэм хъыбарыфІыр яжриІэн щхьэкІэ. Хьисэ а къалэныр щигъэзащІэм щыгъуэ зэхэщІыкІ игъэлъэгъуащ. Зэгуэр израил лъэпкъым щымыщ цІыхубз гуэр абы къелъэІуауэ щытащ жин бзаджэхэм гугъу ирагъэхь и пхъур игъэхъужыну. Хьисэ а цІыхубзым гущІэгъу хуищІри и пхъур игъэхъужащ (Мт. 15:21—28). Иджыри зы Іуэхугъуэм гу лъыттэнщ. Хьисэ апостолхэм епсалъэу мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «Си гъуэгу ирикІуэхэм ящымыщу цІыхухэм я пащхьэм щыжызыІэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикІуэхэм зэращымыщыр... сэри жысІэнущ» (Мт. 10:33). Ауэ Хьисэ Петр ІэщІыб ищІакъым, абы ар имыцІыхуу щэнейрэ жиІа пэтми. Абы илъагъут Петр фІэщхъуныгъэ быдэ зэриІэр икІи ищІам гурэ псэкІэ зэрыхущІегъуэжар. Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь, Петр и деж кІуащ. Абы щыгъуэ Хьисэ Петр фІыуэ зэрилъагъур, и щыуагъэри къызэрыхуигъэгъуар жриІауэ къыщІэкІынущ (Лк. 24:33, 34).
7. Филиппи 4:5 зэритым хуэдэу, сыт хуэдэ цІыхуу дыщытыну дыхуей?
7 Дэ къэтщІащ Иеговэрэ Хьисэрэ зэхэщІыкІ зэрагъэлъагъуэр. Ауэ дэ ттеухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Иеговэ хуейщ дэри зэхэщІыкІ тхэлъыну. (Къеджэ Филиппи 4:5.) Филиппи 4:5 зэритымкІэ, дэ зэхэщІыкІ зиІэ цІыхуу дыщытын хуейщ. Аращи, мыпхуэдэу дызэупщІыж хъунущ: «Дапхуэдэу сыкъызэрацІыхур? ЗэхэщІыкІ зиІэ, щабэу щыт, дэзычыхыф цІыхуу, хьэмэрэ ерыщу, пхъашэу, жиІам темыкІ цІыхуу? Сэ сызэрыхуейм хуэдэу псори щытын хуейуэ тезгъэчыныхьрэ? Хьэмэрэ адрейхэм жаІэр зэхэсхыу икІи къыщезэгъым деж, ахэр зыхуейр япэ изгъэщу сыщыт?» ЗэхэщІыкІ нэхъыбэу дгъэлъэгъуэху, Иеговэрэ Хьисэрэ нэхъ ещхь дохъу. Иджыпсту зэхэщІыкІ щыдгъэлъэгъуэн хуей лъэныкъуитІым дытепсэлъэхьынщ. Япэрауэ, ди Іуэхум зыщихъуэжым деж, етІуанэрауэ, нэгъуэщІхэм я Іуэху еплъыкІэмрэ къащтэ унафэхэмрэ дыдейм щытемыхуэм деж.
ІУЭХУМ ЗЫЩИХЪУЭЖЫМ ДЕЖ ЗЭХЭЩІЫКІ ВГЪЭЛЪАГЪУЭ
8. ГъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыщыхыхьэхэм деж зэхэщІыкІ дгъэлъэгъуэну сыт къыддэІэпыкъунур? (Сноскэм феплъ.)
8 ЗэхэщІыкІ пхэлъыным къокІ гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм зыдебгъэкІуфу ущытыныр. Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэм къыхэкІкІэ узыпэмыплъа гугъуехьхэм упэщІэхуэфынущ. Псалъэм папщІэ, ди узыншагъэм зэуэ кІэричыфынущ. Абы нэмыщІ экономикэм, политикэм пыщІа гугъуехьхэм ди гъащІэр зэуэ яхъуэжыфынущ (Эккл. 9:11; 1 Кор. 7:31). Уеблэмэ, Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа къалэнхэм зыщахъуэжым дежи ар гъэунэхуапІэ тхуэхъуфынущ. Іуэхум сыт хуэдэу зимыхъуэжами, абы зыдедгъэкІуну къыкІэлъыкІуэ лъэбакъуиплІыр къыддэІэпыкъунущ: 1) гъащІэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэм узэресэным уи акъылыр теухуэ, 2) ипэкІэ плъэ, 3) фІым егупсыс, 4) нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъу b. Мы чэнджэщхэр сэбэп зыхуэхъуа цІыхухэм я щапхъэхэм гу лъыттэнщ.
9. Эмануэ́лрэ Франче́скэрэ зыпэмыплъа гугъуехьхэм дапхуэдэу зэрыпэлъэщар?
9 ГъащІэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэм узэресэным уи акъылыр теухуэ. Эмануэ́лрэ Франче́скэрэ миссионеру хамэ къэрал ягъэкІуат. Абыхэм бзэщІэр зэрагъащІэу икІи я зэхуэсыщІэм хэт къуэш, шыпхъухэр зрагъэцІыхуу щІадза къудейуэ, COVID-19 пандемием щІидзэри ахэр карантин дэтІысхьэжын хуей хъуащ. Абы хэту Франче́скэ и анэр къытехуэри лІащ. ДауикІ, а гуауэм щыгъуэ Франче́скэ и Іыхьлыхэм яхэтыну хуейт, ауэ пандемием и ягъэкІэ ар унэм кІуэжыну Іэмал иІакъым. Абы и лъэр щІэмыхуну сыт къыдэІэпыкъуар? Япэрауэ, а зэщхьэгъуситІыр Алыхьым елъэІут Іущагъ къаритыну, къэкІуэну зэманым къахуихьынкІэ хъуну гугъуехьхэм иримыгузавэу иджыпсту яІэ гугъуехьхэм пэлъэщын щхьэкІэ. Иеговэ и организацэр къигъэсэбэпу игъуэу Эмануэ́лрэ Франче́скэрэ я тхьэлъэІухэм жэуап иритт. Псалъэм папщІэ, видеоинтервью гуэрым ди зы къуэшым жиІа псалъэхэр абыхэм я гум нэсащ. А къуэшым мыпхуэдэу жиІат: «Іуэхум зэрызихъуэжам нэхъ псынщІэу десэху, дэ нэхъ псынщІэу гуфІэгъуэ зыхэтщІэнущ икІи Алыхьым адэкІи дыхуэлэжьэфынущ» c. ЕтІуанэрауэ, абыхэм мурад ящІащ хъыбарыфІыр телефонкІэ зэрагъэІур ирагъэфІэкІуэну. Уеблэмэ, абыхэм телефонкІэ зыгуэр Библие ирагъаджэу щІадзащ. Ещанэрауэ, а тІум фІыщІэ ящІт къуэш, шыпхъухэр абыхэм къадэІэпыкъуу икІи ахэр ягъэгушхуэу зэрыщытам щхьэкІэ. Зы шыпхъу гуэрым илъэс псокІэ махуэ къэс Библием ит гупсысэ кІэщІхэр абыхэм яхуригъэхьу щытащ. Дэри, а миссионерхэм хуэдэу, гъащІэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэм дызэресэным ди акъылыр тедухуэу щытмэ, ди Іуэхур зыІутым теухуауэ тхуэзэфІэкІым гуфІэгъуэ къытхуихьынущ.
10. Ди зы шыпхъум и гъащІэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэм дапхуэдэу зэрызыдригъэкІуар?
10 ИпэкІэ плъэ икІи фІым егупсыс. Румынием щыщ ди шыпхъу Кристинэ Японием щопсэу. АнглийскэбзэкІэ екІуэкІ и зэхуэсыр щызэхуащІыжам щыгъуэ, абы ар и жагъуэ хъуат. Ауэ Кристинэ мурад ищІащ и акъылыр абы тримыгъэту, японыбзэкІэ екІуэкІ зэхуэсым кІуэну икІи а бзэмкІэ хъыбарыфІыр жыджэру игъэІуну. Ар къыдэлажьэу щыта цІыхубз гуэрым елъэІуащ японыбзэ зригъэщІэну къыдэІэпыкъуну икІи абы щхьэкІэ Библиемрэ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэмрэ къигъэсэбэпыну. А цІыхубзыр абы арэзы техъуащ. Сыт абы къыпэкІуар? Кристинэ японыбзэр зэригъэщІащ, ауэ нэхъ гъэщІэгъуэныращи — а цІыхубзым Библием ит пэжыр къищІэну гукъыдэж иІэ хъуащ. Дэ ипэкІэ дыплъэу икІи фІым дегупсысу щытмэ, гъащІэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэм дызыпэмыплъа фІыгъуэхэр къытхуахьыфынущ.
11. Ахъшэм пыщІа гугъуехьхэм пэлъэщыну зэщхьэгъуситІым сыт къадэІэпыкъуар?
11 НэгъуэщІхэм ядэІэпыкъу. Ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралым и экономикэр щехуэхам щыгъуэ, абы щыпсэу зэщхьэгъуситІым ахъшэм пыщІа гугъуехь яІэ хъуащ. Абыхэм я гъащІэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэм зыдрагъэкІуну сыт къадэІэпыкъуар? Япэрауэ, абыхэм ахъшэ нэхъ мащІэкІэ псэууэ зрагъэсащ. ЕтІуанэрауэ, абыхэм мурад ящІащ яІэ гугъуехьхэм я акъылыр трамыгъэту, нэгъуэщІхэм зэрадэІэпыкъуным икІи хъыбарыфІыр зэрагъэІуным иужь итыну (Апост. 20:35). Ди къуэшым мыпхуэдэу жеІэ: «Дэ хъыбарыфІ гъэІуным куэду дыхэтт икІи Иеговэ и Іуэхухэм зэман куэд тедгъэкІуадэт. Абы къыхэкІкІэ зытфІэгуэныхь дыхъужу дыщысыну дэ зэман диІэтэкъым». Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыщыхыхьэм деж мыхьэнэшхуэ иІэщ адэкІи нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуным. Дэ тхуэщІэнум щыщу псом нэхърэ нэхъыфІыр — хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм дадэгуэшэныращ.
12. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ цІыхухэм задедгъэкІуну Паул и щапхъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
12 ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж дэ цІыхухэм задедгъэкІун хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм Алыхьымрэ гъащІэмрэ теухуауэ яІэ еплъыкІэхэр зэщхькъым икІи ахэр лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм къыхэкІащ. Апостол Паул цІыхухэм задригъэкІуфт, дэри абы щапхъэ тетх хъунущ. Хьисэ Паул «хамэ лъэпкъхэм... [я] апостол» ищІауэ щытат (Рим 11:13). Паул а къалэныр фІыуэ игъэзащІэт. Журтхэм нэмыщІ, Паул алыджхэми, щІэныгъэ зиІэхэми, мэкъумэшыщІэхэми, къулыкъущІэхэми, пащтыхьхэми хъыбарыфІымкІэ ядэгуашэт. Абыхэм я гум нэсын щхьэкІэ Паул «лъэныкъуэ псомкІи цІыху псоми хуэдэу зищІащ» (1 Кор. 9:19—23). Ахэр къызыхэкІа лъэпкъым, зыщІапІыкІа хабзэм икІи я фІэщ хъум елъытауэ Паул и бгъэдыхьэкІэр ихъуэжт. Дэри хъыбарыфІыр зэрыдгъэІур едгъэфІэкІуэнущ, дызыхуэзэ дэтхэнэ зы цІыхуми бгъэдыхьэкІэ къыхуэдгъуэту зедгъасэу щытмэ.
НЭГЪУЭЩІХЭМ Я ЕПЛЪЫКІЭМ ПЩІЭ ХУЭФЩІ
13. НэгъуэщІ цІыхухэм яІэ еплъыкІэм пщІэ хуэтщІу щытмэ, 1 Коринф 8:9 ит сыт хуэдэ шынагъэм зыщытхъумэну?
13 ЗэхэщІыкІыр къыддэІэпыкъунущ нэгъуэщІ цІыхухэм яІэ еплъыкІэм пщІэ хуэтщІыну. Псалъэм папщІэ, языныкъуэ шыпхъухэм залэну яфІэфІщ, адрейхэм замылэмэ нэхъ къащтэ. Алыхьым и лэжьакІуэхэм фадэ ефи яхэтщ (дауикІ, ирамыгъэлейуэ), зыІузымылъхьэххэну мурад зыщІахэри яхэтщ. Алыхьым и лэжьакІуэхэр псори хуейщ узыншэу щытыну, ауэ зэрызагъэхъужын Іэмал къыхаххэр зэщхькъым. Дэ ди еплъыкІэр псом нэхърэ нэхъ тэмэму къэтлъытэу ар нэгъуэщІхэми къедгъэщтэну дыхэту щытмэ, къуэш, шыпхъухэм зыгъэлъэпэрэпэн мывэ дахуэхъуфынущ икІи зэхуэсым и зэкъуэтыныгъэм зэран дыхуэхъунущ. ДауикІ, дэ дыхуейкъым апхуэдэ къэхъуну (къеджэ 1 Коринф 8:9; 10:23, 24). Библием ит принципхэр къызэрыдгъэсэбэп хъунум теухуа щапхъитІ иджыпсту зэпкъырытхынщ. Ахэр къыддэІэпыкъунущ зэпІэзэрыту дыкъэнэну икІи зэхуэсым илъ мамырыгъэр тхъумэну.
14. Ди щыгъынымрэ ди щхьэцыр зэрытщІымрэ теухуауэ унафэ тэмэм къэтщтэну Библием ит принципхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
14 Ди щыгъынымрэ ди теплъэмрэ. Зэрызытхуэпэн хуейм теухуауэ Иеговэ унафэ пыухыкІа къыдимыту, абы и пІэкІэ принципхэр къыдет. Дэ зэхэщІыкІ дгъэлъагъуэу Алыхьым и лэжьакІуэхэм зэрахуэфащэм хуэдэу, «екІуу зытхуэпэн» хуейщ (1 Тим. 2:9, 10; 1 Пет. 3:3). Дэ гулъытэ лей зыхуедгъэщІыну дыхуейкъым. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм щыгъынымрэ щхьэцыр зэрыщытын хуеймрэ теухуауэ хабзэ гуэрхэр ямыгъэувыжыну Библием ит принципхэр къадоІэпыкъу. Зы зэхуэс гуэрым щыщ щІалэщІэхэм я щхьэцхэр кІэщІу, ауэ зэхэтхъуауэ ящІу щІадзат. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм щхьэцыр зэрыщытын хуейм теухуауэ езыхэм хабзэ ямыгъэувыжу, абыхэм ядэІэпыкъуну дауэ зэрахузэфІэкІар? Ахэр районым и нэхъыжьым и чэнджэщым тету а къуэшхэм жраІащ: «Сценэм фиту фыкъыщыпсалъэкІэ къывэдаІуэхэм жыфІэ псалъэм нэхърэ фи теплъэм нэхъыбэу гу лъатэу щытмэ, фи зыхуэпэкІэмрэ фи щхьэцыр зэрыщытымрэ зыгуэр и лажьэу аращ». Апхуэдэу зэрагъэгупсысам и фІыгъэкІэ а къуэш щІалэщІэхэм ящІэн хуейр къагурыІуащ, зэхуэсым и нэхъыжьхэми хабзэ гуэр ягъэувын хуей хъуакъым d.
15. Зэрызыдгъэхъужыну Іэмалыр къыщыхэтхым деж Библием ит сыт хуэдэ унафэхэмрэ принципхэмрэ дэІэпыкъуэгъу къытхуэхъурэ? (Рим 14:5).
15 Узыншагъэр. Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми узыншагъэм теухуа унафэхэр езым къищтэжын хуейщ (Гал. 6:5). Зэрызыдгъэхъуж Іэмалхэм теухуауэ Библием пыухыкІауэ унафэ зыбжанэщ итыр. Псалъэм папщІэ, абы итщ лъымрэ Іэзэгъуазэхэмрэ пэІэщІэ зэрызыхуэтщІын хуейр (Апост. 15:20; Гал. 5:19, 20). Зэрызагъэхъуж нэгъуэщІ Іэмалхэм теухуауэ цІыхум езым унафэ ищІыжыну хуитщ. Хэти дохутырхэм зыхуегъазэ, хэти удз хущхъуэкІэ е нэгъуэщІ гуэркІэ зегъэхъуж. Дэ зэрызыдгъэхъуж Іэмалыр псом нэхърэ нэхъыфІу къытщыхъужми, зы гупсысэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым: къуэш, шыпхъухэм зэрызагъэхъужыным теухуауэ езыхэм унафэ ящІыжыну хуитыныгъэ яІэщ. КъыкІэлъыкІуэ гупсысэхэр дигу идгъэлъынщ: 1) Алыхьым и Пащтыхьыгъуэращ цІыхухэм узыншагъэ быдэ езытыфыныр (Ис. 33:24); 2) Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми езым и Іуэхум нэхъ хуэкІуэ Іэмалыр къыхех (къеджэ Рим 14:5); 3) дэ нэгъуэщІхэм зыгъэлъэпэрэпэн мывэ дахуэхъуркъым икІи абыхэм къащта унафэхэм дытепсэлъыхьыркъым (Рим 14:13); 4) Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм лъагъуныгъэ ягъэлъагъуэ икІи езыхэм унафэ къащтэжыну хуитыныгъэ яІэм нэхърэ зэхуэсым и зэкъуэтыныгъэр нэхъапэ ирагъэщ (Рим 14:15, 19, 20). Мы гупсысэхэр дигу идгъэлъу щытмэ, ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъынущ икІи зэхуэсым илъ мамырыгъэр тхъумэнущ.
16. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм унафэ гуэр къыщащтэм деж, дапхуэдэу зэхэщІыкІ зэрагъэлъэгъуэфынур? (Сурэтым феплъ.)
16 ЗэхэщІыкІ зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр нэгъуэщІхэм щапхъэ яхуэхъун хуейщ (1 Тим. 3:2, 3). Апхуэдэу, зэхуэсым и нэхъыжь ныбжь зиІэр щыгугъын хуейкъым адрей нэхъыжьхэр ныбжькІэ зэрынэхъ щІалэм щхьэкІэ абы езым жиІэр сыт щыгъуи кІуэцІрыкІын хуейуэ. Абы къыгуроІуэ: Іущагъ зыхэлъ унафэ къащтэн щхьэкІэ, къадэІэпыкъуфыну гупсысэ жиІэну Иеговэ и къару лъапІэм дэтхэнэ зы къуэшри хуигъэушыфынущ. Аращи, зэхэщІыкІ зиІэ зэхуэсым и нэхъыжьым нэгъуэщІ еплъыкІэ иІэу щытми, Библием ит принципхэм тету нэгъуэщІхэм ящІа унафэм арэзы техъуэнущ.
ЗЭХЭЩІЫКІЫМ КЪЫПЭКІУЭ ФІЫГЪУЭХЭР
17. ЗэхэщІыкІ зыгъэлъагъуэ цІыхухэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр яІэ?
17 ЗэхэщІыкІ зэрыдгъэлъагъуэм дэ фІыгъуэ куэд къытхуехь. Псалъэм папщІэ, къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъщ икІи зэхуэсым мамырыгъэ илъщ. Дэ хьэл зырыз дызэриІэм икІи лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм дыкъызэрыхэкІам щхьэкІэ къэмынэу, Иеговэ зы унагъуэ дызэрищІам гуфІэгъуэ къытхуехь. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэращи, дэ ди гур къогуфІыкІ зэхэщІыкІ зиІэ ди Алыхь Иеговэ кІуэ пэтми нэхъ ещхь дызэрыхъум щхьэкІэ.
90-НЭ УЭРЭДЫР Зым зыр вгъэгушхуэ
a Иеговэрэ Хьисэрэ зэхэщІыкІ ягъэлъагъуэ икІи ахэр хуейщ а хьэл-щэныр дэри дгъэлъэгъуэну. Дэ зэхэщІыкІ тхэлъу щытмэ, гъащІэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэм нэхъ тыншу зыдедгъэкІуфынущ, псалъэм папщІэ, узыншагъэм е ахъшэм пыщІа гугъуехьхэм. Абы нэмыщІ зэхэщІыкІыр къыддэІэпыкъунущ зэхуэсым илъ мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ тхъумэну.
b 2016-нэ гъэм, № 4 къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым ит «Как относиться к изменениям в жизни» жыхуиІэ статьям феплъ.
c Видеом уеплъын щхьэкІэ jw.org сайтым ихьи «интервью с Дмитрием Михайловым» жыхуиІэ роликыр къэгъуэт.
d Щыгъынымрэ теплъэмрэ теухуауэ нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым и 52-нэ урокым.