Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

30 СТАТЬЯР

Лъагъуныгъэм сыт щыгъуи хэвгъахъуэ

Лъагъуныгъэм сыт щыгъуи хэвгъахъуэ

«ФІылъагъуныгъэр ди гум илъу... сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи... зыдужьынущ» (ЕФ. 4:15).

2-НЭ УЭРЭДЫР Уэ уи цІэр — Иеговэщ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Библиер бджын щыщІэбдзам щыгъуэ, сыт уэ къэпщІар?

 БИБЛИЕР бджын зэрыщІэбдзауэ щытар уигу къэгъэкІыж. Алыхьым цІэ зэриІэр уэ бгъэщІэгъуауэ къыщІэкІынщ. Абы жыхьэнмэ мафІэкІэ цІыхухэм хьэзаб зэратримылъхьэр къыщыпщІам, уэ, дауикІ, гупсэхугъуэ бгъуэтыжащ. Иджыри, шэч хэмылъу, уэ гуфІэгъуэшхуэ зыхэпщІащ фІыуэ плъагъухэр лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжынур икІи абыхэм я гъусэу жэнэт хъужа щІылъэм ущыпсэуну Іэмал узэриІэр къыщыпщІам щыгъуэ.

2. Алыхьым теухуа щІэныгъэр зэрызэбгъэгъуэтам нэмыщІ, сыт уэ иджыри пщІар? (Ефес 5:1, 2).

2 Уэ Библиер нэхъыбэу бджыху, Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэт. А лъагъуныгъэм уэ ухуигъэушащ къэпщІар уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпыну. Библием ит принципхэм тегъэщІауэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр уэ къапщтэу щІэбдзащ. Алыхьыр бгъэгуфІэну узэрыхуейм къыхэкІкІэ уи гупсысэкІэмрэ уи дуней тетыкІэмрэ зэхъуэкІыныгъэ хэплъхьащ. Зи адэ-анэм ещхьу щытыну хуей сабийм хуэдэу, уэри уафэм щыІэ уи Адэм иджы щапхъэ тыбох. (Къеджэ Ефес 5:1, 2.)

3. Сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыж хъуну?

3 Мыпхуэдэу зэупщІыж: «Псым зэрызыщІэзгъауэ лъандэрэ Иеговэ хузиІэ лъагъуныгъэр хэхъуа? Си гупсысэкІэмрэ си ІуэхущІафэхэмрэ Иеговэ и гупсысэкІэмрэ и ІуэхущІафэхэмрэ нэхъ ещхь хъуауэ жыпІэ хъуну? Псалъэм папщІэ, къуэш, шыпхъухэм лъагъуныгъэ нэхъыбэ яхуэзгъэлъагъуэу сыхъуа?» Ауэ япэм уиІа лъагъуныгъэр тІэкІу ужьыхыжамэ, уи Іэр йомыхьэх. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми апхуэдэ гуэр къащыщІащ. Ауэ Хьисэ ахэр ІэщІыб ищІакъым. Уэри абы ІэщІыб уищІынукъым (Апок. 2:4, 7). Хьисэ ещІэ пэжыр къыщыпщІам щыгъуэ уиІа лъагъуныгъэр къэбгъэщІэрэщІэжыну зэрыпхузэфІэкІынур.

4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

4 ЯпэщІыкІэ дэ мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ Иеговэрэ цІыхухэмрэ худиІэ лъагъуныгъэм зэрыхэдгъэхъуэфыну щІыкІэхэм. ИужькІэ дэ къэтщІэнущ ди лъагъуныгъэм щыхэдгъахъуэм деж, нэгъуэщІ цІыхухэмрэ дэрэ сыт хуэдэ фІыгъуэхэр абы къытхуихьынуми.

ИЕГОВЭ ХУВИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ СЫТ ЩЫГЪУИ ХЭВГЪАХЪУЭ

5, 6. 1) Апостол Паул сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа? 2) Иеговэ адэкІи хуэлэжьэну Паул къару къезытар сыт?

5 Апостол Паул Иеговэ зэрыхуэлажьэм насыпыфІэ ищІт. Ауэ абы гугъуехь имыІауэ жыпІэ хъунукъым. Паул щІэх-щІэхыурэ гъуэгуанэ кІыхьхэр зэпичын хуей хъут. А зэманым ар тыншу щытауэ пІэрэ? Хьэуэ. Паул гъуэгу щытетым шынагъуэ куэдым пэщІэхуэт, псалъэм папщІэ, «псыхэм щызэпрыкІым» икІи «хъунщІакІуэхэм щахуэзэм». Абы нэмыщІ хъыбарыфІым пэщІэувэхэм Паул мызэ-мытІэу щаубэрэжьаи къэхъуащ (2 Кор. 11:23—27). А псом нэмыщІ Паул и гум къыбгъэдэкІыу къуэшхэм зэрадэІэпыкъуар абыхэм фІыщІэ щамыщІаи къэхъуащ (2 Кор. 10:10; Флп. 4:15).

6 Паул и Іэр иримыхьэхыну сыт къыдэІэпыкъуар? Абы Иеговэ теухуауэ Тхыгъэ ЛъапІэм куэд къыщищІащ икІи и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм ар куэдым хуагъэсащ. Паул быдэу и фІэщ хъуащ Иеговэ фІыуэ къызэрилъагъур (Рим 8:38, 39; Еф. 2:4, 5). Езыми Алыхьыр фІыщэу илъагъуу хъуащ. «Тхьэм и цІыху лъапІэхэм дэІэпыкъуэгъу зэрахуэхъуамкІэ» Паул Иеговэ фІыуэ зэрилъагъур наІуэу игъэлъэгъуащ (Евр. 6:10).

7. Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм хэдгъэхъуэну сыт къыддэІэпыкъур?

7 Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэм хэдгъэхъуэну Библиер куууэ зэрыдджыр къыддоІэпыкъу. Тхыгъэ ЛъапІэм ущеджэкІэ дэтхэнэ зы пычыгъуэми Иеговэ теухуауэ къыпхузэІуихыр къыбгурыІуэну хущІэкъу. Аращи, мыпхуэдэу зэупщІыж: «Иеговэ фІыуэ сызэрилъагъур мы пычыгъуэм дапхуэдэу къызэрыхэщыр? Иеговэ фІыуэ слъагъуну мы едзыгъуэхэм дапхуэдэу сызэрыхуагъэушыр?»

8. Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэм хэдгъэхъуэну дапхуэдэу тхьэлъэІур къызэрыддэІэпыкъур?

8 Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэм хэдгъэхъуэну сыт иджыри къыддэІэпыкъунур? Ар къыдэхъулІэнущ, абы сыт щыгъуи тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэмэ, ди гум илъри къыхузэІутхыу щытмэ (Пс. 25:4, 5). Иеговэ Іэмал имыІэу апхуэдэ тхьэлъэІухэм жэуап иритынущ (1 Ин. 3:21, 22). Азием щыпсэу ди шыпхъу Кхан b къыддогуашэ: «Библиер щызджым щыгъуэ, сэ Иеговэ къэсцІыхуащ икІи ар фІыуэ слъэгъуащ. Ауэ си тхьэлъэІухэм жэуап зэрырит щІыкІэр щыслъэгъуам щыгъуэ, Иеговэ хузиІэ лъагъуныгъэр нэхъыбэж хъуащ икІи ар сыт щыгъуи арэзы сщІыну сиІэ гукъыдэжым хэхъуащ».

НЭГЪУЭЩІХЭМ ФАХУИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ СЫТ ЩЫГЪУИ ХЭВГЪАХЪУЭ

9. Паул и псалъэхэм тепщІыхьмэ, Тимофей къуэш, шыпхъухэм яхуиІэ лъагъуныгъэр зэрыхэхъуэр къызыхэщыр сытыт?

9 Паул Хьисэ и лъэужь зэриувэрэ илъэс зыбжанэ дэкІа иужь, хьэл-щэн дахэхэр зыхэлъ Тимофей зи цІэ щІалэщІэр зригъэцІыхуащ. Тимофей Иеговэ фІыуэ зэрилъагъум нэмыщІ цІыхухэри фІыуэ илъагъут. А щІалэщІэм теухуауэ Филиппи къалэм щыІа зэхуэсым Паул мыпхуэдэу яхуитхащ: «Тимофейм фІэкІа, и фІэщу къыфхуэгузавэ нэгъуэщІ зыри сиІэкъым» (Флп. 2:20). Паул Тимофей щІыщытхъуар сыту пІэрэ? Абы зэхуэсыр фІыуэ зэриунэтІым е псалъэ гъэхьэзырахэр дахэу зэрыжиІэм щхьэкІэ? Паул игу ирихьауэ къыщІэкІынур Тимофей къуэш, шыпхъухэр фІыщэу илъагъуу зэрыщытаращ. Дэ шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ Тимофей къызэрыкІуэнум къуэш, шыпхъухэр къахуэмыгъэсу пэплъэу зэрыщытам (1 Кор. 4:17).

10. Аннэрэ и щхьэгъусэмрэ къуэш, шыпхъухэм хуаІэ лъагъуныгъэр дапхуэдэу къызэрагъэлъэгъуар?

10 Дэри ди къуэш, шыпхъухэм дазэрыдэІэпыкъун Іэмалхэр къыдолъыхъуэ (Евр. 13:16). Мыбы ипэ дджа статьям зи гугъу тщІа ди шыпхъу Аннэ и щапхъэм гу лъыттэнщ. Борэнышхуэ нэужьым Аннэрэ и щхьэгъусэмрэ Иеговэ и Щыхьэту щыт зы унагъуэм я деж щыкІуам щыгъуэ, абыхэм я унащхьэр къызэрехуэхар къалъэгъуащ. Абы къыхэкІкІэ а унагъуэм щыгъын къабзэ къахуэнэжатэкъым. Аннэ жеІэж: «Дэ абыхэм я щыгъынхэр къатщтэщ, джьыщІщ, ету теддзэжщ, дахэу зэкІуэцІытлъхьэжри яхуэтхьыжащ. Ди дежкІэ ар гугъутэкъым, ауэ абы и фІыгъэкІэ дэ ныбжьэгъу дызэхуэхъуащ икІи а ныбжьэгъугъэр нобэр къыздэсым ди зэхуаку дэлъщ». Аннэрэ и щхьэгъусэмрэ къуэш, шыпхъухэм ІуэхукІэ дэІэпыкъуну лъагъуныгъэм хуигъэушащ (1 Ин. 3:17, 18).

11. 1) Лъагъуныгъэ хэлъу цІыхухэм дащыхущытым деж сыт абыхэм зыхащІэр? 2) Притчи 19:17 зэритым хуэдэу лъагъуныгъэ щыдгъэлъагъуэм деж сыт Иеговэ зыхищІэр?

11 Лъагъуныгъэ хэлъу, щабэу цІыхухэм дащыхущытым деж, дэ Иеговэ щапхъэ зэрытетхым абыхэм гу лъатэнущ. Апхуэдэу дазэрыхущытыр абыхэм я гум лъэІэсыфынущ, ауэ ар къэдмыщІэнкІэри хъунущ. Мыбы ипэ зи гугъу тщІа ди шыпхъу Кхан шыпхъухэр къызэрыдэІэпыкъуу щытар и гум ІэфІу къинэжащ. Ар къыддогуашэ: «ХъыбарыфІыр дгъэІуну сыздэзышэу щыта ди шыпхъу лъапІэхэм сэ фІыщІэшхуэ яхузощІ! Ахэр унэм къыІухьэти сыкъыздащтэт, иужькІэ зыгуэр тшхыну зыщІыпІэ срагъэблагъэт икІи унэм сыкъыІуашэжт. Иджыпсту сэ къызгуроІуэ а псор ящІэн щхьэкІэ абыхэм къаруушхуэ ирахьэлІэу зэрыщытар. А псор щащІэкІэ абыхэм лъагъуныгъэшхуэ хэлъут зэращІэр». ДауикІ, дэ тщІам щхьэкІэ фІыщІэ къытхуащІыжыну псоми Іэмал ямыІэнкІэрэ хъунущ. Кхан къыдэІэпыкъуахэм щхьэкІэ мыпхуэдэу жеІэ: «Лъагъуныгъэ хэлъу къызэрысхущытам щхьэкІэ абыхэм фІыщІэ яхуэсщІыжыну сэ зыкІэ сыхуейти! Си жагъуэ зэрыхъунщи ахэр щыпсэур сщІэкъым, ауэ Иеговэ ещІэ. Сэ си пІэкІэ абыхэм фІы гуэр яхуищІэжыну абы солъэІу». Кхан мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэ къыхигъэщащ. Иеговэ гу лъетэ дэ нэгъуэщІхэм фІыуэ дащыхущытым деж, ар Іуэху мащІэу щытми. Абы ар уасэшхуэ зиІэ къурмэну, уеблэмэ, итыжын хуей щІыхуэу къелъытэ. (Къеджэ Притчи 19:17.)

ЦІыхур Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъуху, нэгъуэщІхэм зэрадэІэпыкъун Іэмал къилъыхъуэу мэхъу (12-нэ абзацым феплъ.)

12. Зэхуэсым щыщхэм хуаІэ лъагъуныгъэр къуэшхэм дапхуэдэу зэрагъэлъэгъуэфынур? (Сурэтым феплъ.)

12 Къуэшхэм дапхуэдэу лъагъуныгъэ зэрагъэлъэгъуэфынур икІи нэгъуэщІхэм зэрадэІэпыкъуфынур? НыбжькІэ щІалэу щыт ди къуэш Джо́рдан зэхуэсым щхьэкІэ нэхъыбэ ищІэну зэрыхуейр зэхуэсым и нэхъыжьым жриІащ. Джордан иІэ ехъулІэныгъэхэм щхьэкІэ къуэшыр къыщытхъури чэнджэщ зыбжанэ къритащ. Псалъэм папщІэ, абы Джордан хуигъэушащ дыщызэхуэс Унэм нэхъ пасэу къакІуэу къуэш, шыпхъухэр къригъэблэгъэну, зэІущІэхэм жэуап щитыну, и гупым и гъусэу зэпымыууэ хъыбарыфІыр игъэІуну икІи нэгъуэщІхэм зэрадэІэпыкъуфыну щІыкІэм егупсысыну. Джордан а чэнджэщхэм едаІуэри ахэр фІыуэ игъэзащІэу зэрыхъуам нэмыщІ, къуэш, шыпхъухэм яхуиІэ лъагъуныгъэми хэхъуащ. Абы къыгурыІуащ къуэшыр зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу щыхъум деж абы нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъун щІидзэу аракъым, атІэ зэрадэІэпыкъуу щытам пищэу аращ (1 Тим. 3:8—10, 13).

13. Кристиан адэкІи лъагъуныгъэ зэригъэлъэгъуам сыт къыпэкІуар?

13 Ауэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу е и нэхъыжьу ущымытыжмэ-щэ? Уэ нэгъуэщІхэм уазэрыдэІэпыкъуари бгъэлъэгъуа лъагъуныгъэри Иеговэ щыгъупщакъым (1 Кор. 15:58). Иджыпстуи лъагъуныгъэ зэрыбгъэлъагъуэм абы гу лъетэ. Ди къуэш Кри́стиан зэхуэсым и нэхъыжьым и къалэнхэр къигъэнэн хуей щыхъуам щыгъуэ, абы ар хуабжьу игу къеуащ. Ауэ абы мыпхуэдэу жиІащ: «Сэ мурад сщІащ адэкІи Иеговэ сыхуэлэжьэну икІи схузэфІэкІыу хъуар сщІэну, — пщІэ зыпылъ къалэнхэр сиІэми симыІэми». Зэман дэкІри ар зэхуэсым и нэхъыжь ящІыжащ. Кристиан къыддогуашэ: «ЯпэщІыкІэ сэ тІэкІу сыгузавэт. Ауэ иужькІэ мыпхуэдэу сегупсысащ: Иеговэ и гущІэгъум къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьу сыщытыну аргуэру къыщысхуигъэфэщакІэ, сэ ар схузэфІэкІынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иегови къуэш, шыпхъухэри фІыуэ солъагъу».

14. Грузием щыпсэу ди шыпхъум и псалъэхэм сытым фыхуагъасэрэ?

14 Иеговэ и лэжьакІуэхэм нэгъуэщІ цІыхухэми лъагъуныгъэ хуагъэлъагъуэ (Мт. 22:37—39). Псалъэм папщІэ, Грузием щыпсэу ди шыпхъу Еленэ мыпхуэдэу жеІэ: «ЯпэщІыкІэ сэ хъыбарыфІыр щІэзгъэІуар Иеговэ фІыуэ зэрыслъагъум къыхэкІкІэщ. Ауэ уафэм щыІэ си Адэм хузиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэху, цІыхухэм хузиІэ лъагъуныгъэри хэхъуэт. Ахэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэми икІи сыт хуэдэ темэхэр абыхэм яфІэгъэщІэгъуэн хъунуми сэ сегупсыст. ИкІи абы нэхъыбэу сегупсысыху, цІыхухэм садэІэпыкъуну сиІэ гукъыдэжми хэхъуэт» (Рим 10:13—15).

НЭГЪУЭЩІХЭМ ХУДИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ФІЫГЪУЭ КЪЫТХУЕХЬ

Зы ІуэхуфІым цІыху куэдым сэбэпынагъ къыхуихьыфынущ (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)

15, 16. Сурэтым къызэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу, нэгъуэщІхэм яхуэдгъэлъагъуэ лъагъуныгъэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытхуихьрэ?

15 Дэ къуэш, шыпхъухэм лъагъуныгъэ щахуэдгъэлъагъуэм деж абы ифІ куэдым йокІ. COVID-19 пандемиер щекІуэкІым щыгъуэ, ди къуэш Пао́лорэ и щхьэгъусэмрэ зи ныбжь хэкІуэта шыпхъу куэдым ядэІэпыкъуащ, абыхэм электроннэ Іэмэпсымэхэр къагъэсэбэпу хъыбарыфІыр ягъэІуу зрагъэсэн щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, ди зы шыпхъу гуэрым планшетыр къигъэсэбэпыну къегугъуэкІт, ауэ ахэр къызэрыдэІэпыкъуам къыхэкІкІэ абы ар хузэфІэкІащ. Абы и фІыгъэкІэ а шыпхъум и благъэхэр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къригъэблэгъэфащ. Арати, видеосвязькІэ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм цІыху 60-м зыкъыпащІащ! Паолорэ и щхьэгъусэмрэ зи ныбжь хэкІуэта шыпхъум зэрыдэІэпыкъуам а шыпхъуми абы и благъэхэми сэбэп къахуихьащ. ИужькІэ а шыпхъум Паоло мыпхуэдэу хуитхащ: «Дэ, зи ныбжь хэкІуэтахэр, дызэрывгъасэм щхьэкІэ, фІыщІэшхуэ фхузощІ. Иеговэ и нэІэ къызэрыстригъэтымрэ фэ фыкъызэрыздэІэпыкъуамрэ сэ зэи сщыгъупщэнукъым!»

16 Паоло а Іуэхугъуэм мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс хихащ. Абы къыгурыІуащ цІыхум иІэ щІэныгъэмрэ зэфІэкІымрэ нэхърэ лъагъуныгъэм куэдкІэ нэхъ мыхьэнэ зэриІэр. Абы мыпхуэдэу жеІэ: «Япэм щыгъуэ сэ районым и нэхъыжьу сылэжьащ. Абы щыгъуэ псалъэ гъэхьэзыра жысІауэ щытахэр къуэш, шыпхъухэм ящыгъупщэжауэ къыщІэкІынщ. Ауэ яхуэсщІа ІуэхуфІхэр абыхэм я гум къызэринам шэч лъэпкъ къытесхьэкъым».

17. Лъагъуныгъэ щыдгъэлъагъуэм деж, хэт ар иджыри сэбэп зыхуэхъур?

17 НэгъуэщІхэм лъагъуныгъэ хэлъу дащыхущытым деж, дэри абы сэбэп къытхуехь. Ар зэрыпэжыр Новая Зеландия къэралым щыпсэу Джо́натан и щхьэкІэ зыхищІащ. Зэгуэр щэбэт махуэм дунейр хуэбащэу, гъуэгу Іуфэм деж и закъуэу хъыбарыфІыр щызыгъэІу пионеру щыт ди зы къуэшыр абы илъэгъуащ. Джонатан мурад ищІащ щэбэт къакІуэм щыщІэдзауэ абы и гъусэу хъыбарыфІыр игъэІуну. Абы игу къэкІыххэтэкъым а Іуэхугъуэр езым сэбэп къызэрыхуэхъунур. Ар къыддогуашэ: «А зэманым сэ хъыбарыфІ гъэІуным сыхэтыну сигу ирихьыщэтэкъым. Ауэ а къуэшым цІыхухэр зэрыригъаджэр икІи абы къыпэкІуэ фІыгъуэхэр щыслъэгъуам, сэри хъыбарыфІыр згъэІуну нэхъ гукъыдэж сиІэ хъуащ. Абы нэмыщІ Иеговэ нэхъ гъунэгъу сыхуэхъуну, абы и еплъыкІэ зэзгъэгъуэтыну икІи хъыбарыфІ гъэІуныр фІыуэ слъагъуну къыздэІэпыкъу ныбжьэгъу пэж къэзгъуэтащ».

18. Иеговэ сыт дэ къызэрытщыгугъыр?

18 Иеговэ хуейщ абырэ цІыхухэмрэ худиІэ лъагъуныгъэм дэ сыт щыгъуи хэдгъэхъуэну. Дэ къэтщІащ Библием деджэмэ, абы дегупсысмэ икІи сыт щыгъуи Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэмэ абы худиІэ лъагъуныгъэр зэрыхэхъуэнур. Иджыри дэ къуэш, шыпхъухэм дащыдэІэпыкъум деж абыхэм худиІэ лъагъуныгъэр хохъуэ. Апхуэдэу тщІэмэ дэ Иеговэрэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ нэхъ гъунэгъуж дахуэхъунущ икІи ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм кІэух иІэнукъым!

109-НЭ УЭРЭДЫР «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»

a Иеговэ хуэлэжьэн щІэддза къудейми е илъэс куэд хъуауэ абы дыхуэлажьэми, дэ псоми лъагъуныгъэ зэрыдгъэлъагъуэм хэдгъэхъуэфынущ. АбыкІэ сыт къыддэІэпыкъунуми мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ. Иеговэрэ цІыхухэмрэ худиІэ лъагъуныгъэм дапхуэдэу зэрыхэдгъэхъуэфынур? Мы статьяр щызэпкърыфхкІэ фэ фхузэфІэкІамрэ иджыри фызыхущІэкъу хъунумрэ фегупсыс.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.