Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ФщІэуэ пІэрэ?

ФщІэуэ пІэрэ?

Бабилэн къалэм и къутахуэхэм къыщагъуэта чырбышхэмрэ ахэр зэращІа щІыкІэмрэ Библием итыр зэрыпэжым дапхуэдэу щыхьэт зэрытехъуэр?

БАБИЛЭН къалэр здэщыта щІыпІэм археологхэм щІыр къатІын щыщІадзам щыгъуэ, чырбыш гъэжьа куэд къыщагъуэтащ. А чырбышхэр къалэр щаухуэм щыгъуэ къагъэсэбэпу щытат. Ро́берт Ко́льдевей зи цІэ археологым зэрыжиІэмкІэ, апхуэдэ чырбышхэр ящІын щхьэкІэ, хьэкухэр къагъэсэбэпт икІи ахэр здэщыІэр «къалэ кІуэцІыратэкъым, атІэ ятІагъуэфІ икІи хьэкухэр къызэрагъэплъын чыцэ куэд здэщыІэ щІыпІэхэрат».

Бабилэным щыІа къулыкъущІэхэм Іуэху шынагъуэхэр ящІэн щхьэкІэ, а хьэкухэр къагъэсэбэпу зэрыщытам щыхьэт техъуэ хьэпшыпхэр археологхэм къагъуэтащ. Пасэрей зэманым щыІа Ассирием и тхыдэмрэ и бзэмрэ елэжь икІи Торонто университетым щылажьэ профессор Поль-Але́н Больё мыпхуэдэу итхащ: «Бабилэн къутахуэхэм зыбжанэрэ... мывэм тетхауэ къыщагъуэтахэм итщ зыкъэзыІэта икІи тхьэхэр зыгъэпуд Іуэхугъуэхэм хэта цІыхухэр хьэкум ирадзэурэ ягъэсыну пащтыхьым унафэ къыдигъэкІыу зэрыщытар». Псалъэм папщІэ, пащтыхь Навуходоносор къыдигъэкІа зы унафэм мыпхуэдэу итащ: «Ахэр фыукІ, вгъэс ахэр, вгъажьэ ахэр... хьэкум ивдзэурэ... абыхэм я жьэрымэ Іугъуэр уафэм дрырехьей, мафІэкІэ кІэ къахурырекІуэ, мафІэлыгъейм ирырес».

Апхуэдэ щІыкІэкІэ цІыхухэр зэраукІыу щытам Библием еджэхэм ягу къегъэкІыж Данил итха тхылъым и 3-нэ псалъащхьэр зытепсэлъыхь Іуэхугъуэхэр. А псалъащхьэм дыкъыщоджэ Бабилэн блыным и щІыбагъымкІэ, Деир зи цІэ тафэм деж, пащтыхь Навуходоносор дыщэм къыхэщІыкІа статуе ин зэрыщигъэувам теухуауэ. Журт лъэпкъым щыщ щІалищым, Шадрах, Мешах, Аведнего сымэ, а статуем щхьэщэ хуащІын щамыдам щыгъуэ, Навуходоносор хуабжьу къэгубжьащ. Пащтыхьым «хьэкур зэрыщытам нэхърэ блыкІэ нэхъ пщтыру ягъэплъыну унафэ ищІри», а щІалищыр «япхыу хьэку жьэражьэм ирадзэну» унафэ ищІащ. Ауэ лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ мелыІычым ахэр къригъэлащ (Дан. 3:1—6, 19—28, Данил бегъымбар, 2018).

© The Trustees of the British Museum. Licensed under CC BY-NC-SA 4.0. Source

Навуходоносор и цІэр зытет чырбыш гъэжьар

Бабилэн къутахуэхэм къыщагъуэта езы чырбышхэри Библием итыр зэрыпэжым щыхьэт тохъуэ. Абыхэм щыщ куэдым пащтыхьым щІыхь къыхуэзыхь псалъэхэр тетщ. Зы чырбышым мыпхуэдэ псалъэхэр тетхащ: «Бабилэным и пащтыхь Навуходоносор... Мы унэшхуэр зыщІар сэращ, си щІыхьышхуэм и псэупІэр... [...] Си щІэблэр игъащІэкІэ абы тепщэу щыщрет...» Мы псалъэхэр Даниил 4:30 ит Навуходоносор и щхьэм зэрыщытхъуж псалъэхэм ещхьщ: «Сыту иныщэ мы Бабылейр! Си щІыхьымрэ си пщІэмрэ игъэбагъуэу, пащтыхь къалащхьэу сэ ар зэрызухуар си лъэщыгъэшхуэкІэщ!» (ДБ, 2018).