Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

Сэ къызгурыІуащ цІыхум гулъытэ хуэпщІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр

Сэ къызгурыІуащ цІыхум гулъытэ хуэпщІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр

Си шыпхъу нэхъыщІэ Пэтрэ сэрэ ди анэм дригъусэу. 1948-нэ гъэ

«ПЭЖЫР къэфлъыхъуэ, „Англиканская церковь“ жыхуаІэм абы хуригъаджэркъыми». А псалъэхэр члисэм кІуэ си анэшхуэм жиІа иужь, си анэм дин пэжыр къилъыхъуэу щІидзащ. Ауэ ар Иеговэ и Щыхьэтхэм епсэлъэну хуейтэкъым, икІи ахэр ди унэм къыІухьэху, си анэм зызгъэпщкІуну къызжиІэт. Дэ дыщыпсэур Канадэм щыІэ Торо́нто къалэрат. 1950-нэ гъэм си анэ шыпхъу нэхъыщІэм Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер иджын щыщІидзам щыгъуэ, си анэри абы гъусэ хуэхъуащ. Абыхэм Библие джыныр си анэ шыпхъум и унэм щрагъэкІуэкІыу щытащ, иужькІи псым зыщІагъэуащ.

«Объединенная церковь Канады» жыхуаІэм щыщу ди щІыпІэм щыІэ зэхуэсым и нэхъыжьу си адэр лажьэт. Абы къыхэкІкІэ, тхьэмахуэ махуэ къэс пщэдджыжькІэрэ си шыпхъумрэ сэрэ ди адэм члисэ школым дигъакІуэт, иужькІэ сыхьэт пщыкІузым абы и гъусэу члисэм щекІуэкІ зэІущІэм дыхэтт. Шэджагъуэ нэужьым ди анэм и гъусэу Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм дыкІуэт. Дэ ІупщІу тлъагъут а динхэр зэрызэщхьэщыкІыр.

Хатчесон унагъуэм и гъусэу «Божья воля» зи цІэ международнэ конгрессым дыщыІэу. 1958-нэ гъэ

Си анэр пэжымкІэ зыдэгуэша и ныбжьэгъухэри, Ха́тчесон Бо́брэ Мэ́рионрэ, Иеговэ и Щыхьэт хъуащ. 1958-нэ гъэм я къуищыр я гъусэу а зэщхьэгъусэхэр Нью-Йорк махуийкІэ щекІуэкІыну «Божья воля» зи цІэ международнэ конгрессым кІуэти, сэри сыздашащ. Иджыпсту сэ абы сыщегупсысыжым деж къызгуроІуэ щІалэ цІыкІуиплІым уи нэІэ тебгъэтыну абыхэм я дежкІэ тыншу зэрыщымытар. А конгрессыр си гъащІэм къриубыдэу гукъинэжышхуэ схуэхъуахэм ящыщ зыщ.

ГУЛЪЫТЭ КЪЫСХУАЩІАМ СИ ГЪАЩІЭМ ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭ КЪЫХИЛЪХЬАЩ

СыщыныбжьыщІэм щыгъуэ, дэ фермэм дыщыпсэут икІи сэ псэущхьэхэм сахэтыну, сакІэлъыплъыну сфІэфІт. Ветеринар сыхъуну мурад сиІэти абы теухуауэ си анэм зэхуэсым и нэхъыжьым жриІащ. А къуэшым щабэу сигу къигъэкІыжащ «мы дунейм и иужьрей махуэхэм» дызэрыщыпсэур икІи университетым сызэрыщеджэну илъэс бжыгъэр Иеговэрэ сэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм дапхуэдэу зэран хуэхъуфынуми къызэупщІащ (2 Тим. 3:1). Арати, сэ щІэныгъэ нэхъыщхьэ зэзмыгъэгъуэтыну мурад сщІащ.

«Сыт-тІэ школыр къэзуха иужь сщІэнур» — жысІэу сегупсыст? Тхьэмахуэ къэс хъыбарыфІ гъэІуным сыкІуэми, а лэжьыгъэм сыхэтыну сигу ирихьтэкъым икІи пионеру сыщытыну сыхуейтэкъым. Иеговэ и Щыхьэту щымыт си адэмрэ си адэ къуэшымрэ сыхуагъэушт Торонто дэт страховая компанием сыувыну. Си адэ къуэшым а компанием увыпІэ лъагэ щиІыгъти, сэ абы сыувыну мурад сщІащ.

Торонто щесхьэкІ лэжьыгъэм зэман куэдыІуэ зэрытезгъэкІуадэм икІи Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм сазэрыхэтым къыхэкІкІэ, зэІущІэхэр блэзгъэхуу икІи хъыбарыфІ гъэІуным зэзэмызэ фІэкІ сыхэмытыжу сыхъуащ. ЯпэщІыкІэ Иеговэ и лэжьакІуэу щымыт си адэшхуэм и гъусэу сыпсэут. Ауэ ар лІа иужь сыщыпсэун къэслъыхъуэн хуей хъуащ.

1958-нэ гъэм конгрессым сыздэзышауэ щыта Хатчесон зэщхьэгъусэхэр си адэ-анэм хуэдэу къысхущытт. Абыхэм я деж сыщыпсэуну сыкърагъэблэгъащ икІи Иеговэ нэхъ гъунэгъу сыхуэхъуну ахэр къыздэІэпыкъуащ. 1960-нэ гъэм абыхэм я къуэ Джонрэ сэрэ псым зыщІэдгъэуащ. Джон пионер лэжьыгъэр къищтати, сэри абы сыдэплъейурэ хъыбарыфІыр нэхъыбэу згъэІун щІэздзащ. Си ехъулІэныгъэхэм къуэшхэм гу лъатати, зэман дэкІри «служитель Школы теократического служения» жыхуаІэ къалэныр къызатащ a.

ГЪУСЭФІ КЪЫЗОГЪУЭТ, ПИОНЕР ЛЭЖЬЫГЪЭМИ ЩІЫЗОДЗЭ

Дыщызэрыша махуэм. 1966-нэ гъэ

1966-нэ гъэм пионеру лажьэ ди шыпхъу Берг Рэ́ндирэ сэрэ дызэрышащ. Ар хуейт Иеговэ и Щыхьэтхэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм кІуэну. Ди районым и нэхъыжьым гулъытэ куэду къытхуищІт. Абы дэ дытригъэгушхуащ провинцие Онта́рио щыІэ Ори́ллие къалэм дыІэпхъуэну. Абы щыІэ зэхуэсыр дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэти, дэ ди хьэпшыпхэр зэщІэткъуэри гъуэгу дытеуващ.

Ориллие къалэм дыкъызэрыкІуэу сэ Рэнди щапхъэ тесхри занщІэу пионер лэжьыгъэр къэсщтащ. Абы пионер лэжьыгъэм гукъыдэж хуиІэм уемыхъуэпсэнкІэ Іэмал иІэтэкъым! Сэри си гури си псэри пионер лэжьыгъэм хэслъхьэу щІэздзащ. Библием ит пычыгъуэхэм къикІыр цІыхухэм къагурызгъэІуэну сэ хуабжьу сигу ирихьт. Пэжыр абыхэм я гум зэрылъэІэсыр щыслъагъукІэ сэ гуфІэгъуэм сызэщІищтэт. СощІэж, зэщхьэгъуситІ Библием едгъаджэу зэрыщытар. Абыхэм захъуэжыну икІи Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну уадэІэпыкъуну зыкІэ гуапэти!

БЗЭЩІЭ ЗЫДОГЪАЩІЭ, ДИ ГУПСЫСЭКІЭМИ ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭ ХЫДОЛЪХЬЭ

Зэгуэр Торонто дыкІуауэ дэ А́рнолд Макнама́рэ зи цІэ ди къуэшыр зэдгъэцІыхуащ. Ар Вефилым и лэжьыгъэм кІэлъыплъ къуэшхэм ящыщт. «Специальнэ пионеру фылэжьэну фыхуейтэкъэ?» — жиІэу ар къыщыдэупщІым, — «Дыхуейт! Квебе́к нэмыщІ дэни дыкІуэну дыхьэзырщ!» — жысІэри сэ абы жэуап естыжащ. АнглийскэбзэкІэ псалъэу Канадэм щыпсэухэм я гупсысэкІэр сэ зэран къысхуэхъут. А зэманым Квебек щыпсэу французыбзэкІэ псалъэ цІыхухэм зыкъаІэтт, Канадэм къыгуэкІыну хуейуэ. Ар нэгъуэщІ провинциехэм щыщхэм ягу ирихьтэкъым.

Арнолд мыпхуэдэу жиІащ: «Иджыпсту филиалым спецальнэ пионерхэр Квебек фІэкІа нэгъуэщІ зыщІыпІи игъакІуэркъым». Арати, сэ абы занщІэу арэзы сытехъуащ. Рэнди абы кІуэну зэрыхуейр сэ сщІэт. ИужькІэ сэ къызгурыІуащ ди гъащІэм къриубыдэу къэтщта унафэ нэхъыфІ дыдэхэм ящыщу ар зэрыщытар!

Дэ тхьэмахуитхукІэ французыбзэр дджа иужь Рэндирэ сэрэ иджыри зэщхьэгъуситІ ди гъусэу Риму́ски къалэм дыІэпхъуащ. А къалэр Монреаль къалэм километр 540-кІэ пэжыжьэт. Ди французыбзэр иджыри щІагъуащэтэкъым икІи зэІущІэр екІуэкІыу объявление гуэрым сыкъыщеджэм ар наІуэ хъуащ. Конгрессым «австрийскэ делегат» куэд къызэрыкІуэнур жысІэн хуейти, абы ипІэкІэ «страус делегатхэр» къэкІуэнущ жысІэри сыкъеджащ.

Римуски дызыщІэса «Белый дом» жыхуэтІэр

Римуски дыщыкІуам щыгъуэ дэ гъусэ къытхуэхъуащ псэемыблэжу Алыхьым хуэлажьэ щхьэгъусэ зимыІэ шыпхъуиплІ, абы нэмыщІ Юбердо́ унагъуэр, я пхъуитІыр я гъусэу. А унагъуэм пионерхэр дызыщІэсын унэшхуэ фэтэру къытхуащтащ. Дэ абы «Белый дом» жытІэу деджэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а унэм и блынхэмрэ и колоннэхэмрэ хужьу лат. Абы щыпсэухэр цІыху 12—14 хуэдиз дыхъут. Рэндирэ сэрэ специальнэ пионеру дылажьэти, пщэдджыжьми, шэджагъуэ нэужьми, пщыхьэщхьэми хъыбарыфІыр дгъэІут. Абы къыхэкІкІэ дэ фІыщІэ тщІыт хъыбарыфІ гъэІуным ди гъусэу кІуэн сыт щыгъуи зэрыдгъуэтыр, щІымахуэ пщыхьэщхьэ щІыІэхэм нэгъуни.

Алыхьым хуэпэж а пионерхэмрэ дэрэ апхуэдизкІэ ныбжьэгъу дызэхуэхъуати, зы унагъуэм хуэдэу дыпсэут. Иныкъуэхэм деж дэ зыдгъэпсэхун щхьэкІэ мафІэм дыкъетІысэкІт е зы махуэ хэтхти псоми зэгъусэу псыхьэлывэ зэмылІэужьыгъуэхэр тщІыт. Ди зы къуэшыр музыкантти, иныкъуэхэм деж щэбэт пщыхьэщхьэхэм уэрэд жытІэт икІи дыкъафэт.

Римуски къалэм пэжыр зыфІэгъэщІэгъуэн цІыху куэд щыпсэут. Илъэситхум къриубыдэу дэ тлъэгъуащ Библиер зыдж цІыху зыбжанэм псым зэрызыщІагъэуар икІи зэхуэсым и бжыгъэри цІыху 35 хуэдиз зэрыхъуар.

Квебек дыщыІэху хъыбарыфІыр зэрыдгъэІум фІыуэ едгъэфІэкІуащ. Дэ тлъагъут хъыбарыфІыр дгъэІуну Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур, дызыхуэныкъуэу хъуари къызэрыдитыр. Абы нэмыщІ французыбзэкІэ псалъэ цІыхухэр, абыхэм я бзэри, я культурэри дэ гурэ псэкІэ фІыуэ тлъэгъуащ. Ар дэ къыддэІэпыкъуащ нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэри фІыуэ тлъагъуну (2 Кор. 6:13).

ДымыщІэххэу дэ филиалыр къыдэлъэІуащ Тра́кади къалэм дыІэпхъуэну. Ар Нью-Бра́нсуик провинцием и къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ щыІэт. Ауэ Іуэху гуэрхэр тщІэну зэрытедухуам къыхэкІкІэ абы занщІэу дыкІуэну ди дежкІэ тынштэкъым. Псалъэм папщІэ, фэтэр арендэм теухуа зэгурыІуэныгъэм Іэ щІэддзакІэт икІи школым егъэджакІуэу сыщылэжьэну контракт сиІэт. Сэ тхьэмахуэм сыхьэт зыбжанэкІэ а школым сыщылажьэт. А псом нэмыщІ Библием едгъаджэ цІыху зыбжанэм хъыбарыфІыр ягъэІун щІадза къудейт икІи Римуски дыщызэхуэс Унэ ухуэн щІэддзат.

Щэбэтымрэ тхьэмахуэ махуэмрэ дызэрыІэпхъуэным теухуауэ дымыувыІэу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзащ икІи Тракади дыплъэну дыкІуащ. А къалэр Римуски куэдкІэ къыщхьэщыкІт. Ауэ Иеговэ щыхуейкІэ, дэ абы дыІэпхъуэну мурад тщІащ. Дэ Иеговэ дгъэунэхури, къэтлъэгъуащ зэран къытхуэхъу псор абы зэрыІуихар (Мал. 3:10). Рэнди псэемыблэжу зэрыщытым икІи абы гушыІэ зэрыхэлъым и фІыгъэкІэ дэ, япэм хуэдэуи, дыІэпхъуэну къыттехьэлъакъым.

ДыздэкІуа къалэм щыІэ зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэр Ро́берт Росс зи цІэ къуэшым и закъуэт. Ро́бертрэ абы и щхьэгъусэ Линдэрэ Тракади пионеру щылажьэт. Абыхэм сабий яІэ хъуа нэужьи, а къалэм къэнэну мурад ящІащ. Адэ-анэ зэрыхъуам къыхэкІкІэ абыхэм я гъащІэм къалэн куэд къыхыхьат. Ауэ абы емылъытауэ, Робертрэ Линдэрэ хьэщІагъэ ягъэлъагъуэт икІи хъыбарыфІ гъэІуным псэемыблэжу хэтт. Си щхьэгъусэмрэ сэрэ ахэр щапхъэфІ дыдэ тхуэхъуащ.

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЫГЪЭІУХЭР МАЩІЭУ ЗДЭЩЫІЭ ЩІЫПІЭМ ГУФІЭГЪУЭ ДИІЭУ ДЫЩОЛАЖЬЭ

Япэу дыздагъэкІуа районыр, щІымахуэу

Тракади илэситІкІэ дыщыІауэ, дымыщІэххэу нэгъуэщІ къалэн къыдатащ. Дэ районнэ лэжьыгъэм дыхэтыну къыдэлъэІуащ. ИлъэсиблкІэ английскэбзэкІэ псалъэ зэхуэсхэр зыхэт районхэм дыщылэжьащ. Абы иужь Квебек французыбзэкІэ псалъэ районым дагъэкІуащ. Областым и нэхъыжьу Квебек щылажьэ Лео́нс Крепо́ b сыт щыгъуи къысщытхъут псалъэ гъэхьэзыра жысІэхэм щхьэкІэ. ИужькІэ мыпхуэдэу къызэупщІт: «Уи псалъэхэм цІыхухэм сэбэпынагъ нэхъыбэ къыхахын щхьэкІэ, сыт пщІэ хъунур?» Абы гулъытэ къызэрысхуищІыр къыздэІэпыкъуащ нэхъ гурыІуэгъуэу, нэхъ пыухыкІауэ сыпсэлъэну.

1978-нэ гъэм «Победоносная вера» и цІэу международнэ конгресс Монреаль щекІуэкІащ. Абы щыгъуэ къызата къалэныр зэи сигу ихужынукъым: конгрессым къекІуэлІэну къуэш, шыпхъухэр зэрагъэшхэнум пыщІа Іуэхухэр зэтезухуэн хуейт. А конгрессым цІыху 80 000 къэкІуэн хуейт. Къуэшхэм къыджаІащ цІыхухэр зэрагъэшхэныр япэм хуэдэу зэрыщымытынур. Псори щІэуэ щытт: цІыхухэм едгъэшхынури, ар зэрапщэфІ щІыкІэри, оборудование къэдгъэсэбэпынухэри. Машинэм пащІэ рефрижераторышхуэхэм хуэдэу 20 хуэдиз диІэт, ауэ ахэр зэман-зэманкІэрэ къутэт. Конгрессыр къэмыс щІыкІэ а оборудованиер гъэувын хуейт, ауэ а махуэм спорт зэпеуэ екІуэкІти, стадионым дыщихьэфар жэщ ныкъуэращ. Пщэдджыжьышхэр и зэманым хьэзыру щытын щхьэкІэ, нэху мыщ щІыкІэ псори дгъэхьэзырын хуейт. Дэ хуабжьу дешат. Ауэ сэ згъэзщІагъуэт къуэш, шыпхъухэр псэемыблэжу зэрылажьэр, абыхэм ягъэлъагъуэ хьэл-щэнхэр икІи гушыІэ зэрахэлъыр. А къуэш, шыпхъухэм я щапхъэм сэ куэдым сыхуигъэсащ. Дэ абы щыгъуэ ныбжьэгъуфІ дызэхуэхъуащ икІи нобэр къыздэсым дызэныбжьэгъущ. Квебек щекІуэкІа мыхьэнэшхуэ зиІэ а конгрессым ущыІэну сыту гуфІэгъуэшхуэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ 40-нэ, 50-нэ гъэхэм а щІыпІэм ди къуэш, ди шыпхъухэр егъэлеяуэ къыщрахуэкІыу щытащ.

Рэндирэ сэрэ Монреаль щекІуэкІыну конгрессым пыщІа Іуэхухэм дыхэтщ. 1985-нэ гъэ

Монреаль щекІуэкІа конгрессышхуэхэм щыгъуэ пщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэм я деж сэ куэдым зыщезгъэсащ. Зы илъэс гуэрым «бюро конгресса» жыхуаІэр зи ІэмыщІэ илъар иджыпсту УнафэщІ гупым хэт ди къуэш Дейвид Сплэйнщ. ИужькІэ екІуэкІа зы конгресс гуэрым а къалэныр си пщэ къыщыдалъхьам щыгъуэ, Дейвид хуабжьу къыздэІэпыкъуащ.

2011-нэ гъэм, Рэндирэ сэрэ илъэс 36-кІэ районнэ лэжьыгъэм дыхэтауэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр щрагъаджэ Школым егъэджакІуэу срагъэблэгъащ. ИлъэситІым къриубыдэу дэ щІыпІэ зэмылІэужьыгъуэу 75-м дыщыпсэун хуей хъуащ. Ауэ дэ зыгуэрым зыхуэдгъэныкъуэн хуей хъуами ар абы хуэфащэт. Тхьэмахуэм икІэм деж зэхуэсым и нэхъыжьхэм я гум фІыщІэшхуэ илът, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ялъагъут УнэфэщІ гупым и нэІэ абыхэм къазэрытригъэтыр.

ИужькІэ сэ «Школа благовестников Царства» жыхуаІэм егъэджакІуэу срагъэблэгъащ. А школым ущеджэну тынштэкъым: махуэ къэс къуэш, шыпхъухэр сыхьэтибл хуэдизкІэ урокхэм щІэст, иужькІэ, пщыхьэщхьэхэм сыхьэтищкІэ унэ лэжьыгъэр ящІыжт. Абы нэмыщІ абыхэм тхьэмахуэ къэс заданиеу плІы е тху ящІын хуейт. ЕтІуанэ егъэджакІуэмрэ сэрэ ахэр дгъэгушхуэт икІи Иеговэ къазэрыдэІэпыкъум и фІыгъэкІэ абыхэм псори зэрахузэфІэкІынур яжетІэт. А еджакІуэхэм, яхузэфІэмыкІыну ягугъа лэжьыгъэр зэрахуэзэфІэкІар зыкІэ ягъэщІагъуэти! Пэжщ, Иеговэ уи гъусэмэ псори пхузэфІэкІынущ.

ЦІЫХУМ ГУЛЪЫТЭ ХУЭПЩІЫНЫМ СЫТУ МЫХЬЭНЭШХУЭ ИІЭ!

Си анэм Библие иригъаджэхэм гулъытэ яхуищІу щытати, абы и фІыгъэкІэ ахэр Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъуащ. Уеблэмэ, си адэми и гур нэхъ щабэ хъури, пэжым зэрыхущытыр ихъуэжащ. Си анэр дунейм ехыжри махуищ дэкІа иужь си адэр псалъэ гъэхьэзырам едэІуэну дыщызэхуэс Унэм къызэрыкІуар дэ хуабжьу дгъэщІэгъуащ. ИкІи къыкІэлъыкІуэ илъэс 26-м къриубыдэу ар зэІущІэхэм сыт щыгъуи къэкІуащ. Си адэм псым зыщІигъэуакъым, ауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэрыжаІэжамкІэ, зэІущІэхэм щІимыдзэ щІыкІэ ар псом япэ къакІуэу щытащ.

Ди анэр сэри си шыпхъуищми щапхъэфІ тхуэхъуащ. Си шыпхъухэр псори я щхьэгъусэхэр я гъусэу Иеговэ хуолажьэ. ТІур филиалхэм щолажьэ: зыр Португалием, адрейр Гаити.

Иджыпсту Рэндирэ сэрэ провинцие Онтарио щыІэ Га́мильтон къалэм специальнэ пионеру дыщыІэщ. Районнэ лэжьыгъэм дыщыхэтам щыгъуэ, дэ дигу ирихьт етІуанэу трагъэзэжу цІыхухэм я деж щыкІуэкІэ дызэрыздашэмрэ Библие джыным дызэрырагъэблагъэмрэ. Ауэ иджыпсту дэ езым Библием едгъаджэхэр Алыхьым гъунэгъу зэрыхуэхъум дыщогуфІыкІ. Рэндирэ сэрэ ди зэхуэсыщІэм хэт къуэш, шыпхъухэр ныбжьэгъу къытхуэхъуащ икІи Иеговэ сыт щыгъуи абыхэм зэраригъусэр плъагъуну гуапэщ.

Иеговэ дызэрыхуэлэжьа илъэсхэм къриубыдэу дэ къуэш, шыпхъу куэдым гулъытэ къытхуащІащ икІи ди гум фІыщІэшхуэ илъу ахэр дигу къыдогъэкІыж. Дэри ди лъэныкъуэкІэ къуэш, шыпхъухэм дазэрыхуэгузавэм къыхэкІкІэ, ахэр Иеговэ нэхъ жыджэру хуэлэжьэн щхьэкІэ, зэрыдгъэгушхуэным дыхущІокъу (2 Кор. 7:6, 7). Псалъэм папщІэ, зы унагъуэм я нэхъыжьым фІэкІа къэмынэу, абы и щхьэгъусэри, и къуэри, и пхъури пионеру лажьэт. «Пионер лэжьыгъэр къэпщтэну ухуейтэкъэ?» — жысІэу а унагъуэм и нэхъыжьым сыщеупщІым, абы жиІащ пионерищ зыхуей зэрыхуигъазэр. Абы щыгъуэ сэ а къуэшым мыпхуэдэу сеупщІащ: «Иеговэ нэхърэ нэхъыфІу уэ ахэр зыхуей хуэбгъэзэфыну?» Сэ абы жесІащ пионер лэжьыгъэр къищтэу щытмэ, и унагъуэм зыхищІэ гуфІэгъуэм хуэдэ езыми зэрызыхищІэнур. Илъэс ныкъуэ дэкІри а къуэшым пионер лэжьыгъэр къищтащ.

Рэндирэ сэрэ адэкІи дыхуейщ къэкІуэну зэманым къуэш, шыпхъу тхуэхъунухэм Иеговэ и Іуэху телъыджэхэм теухуауэ яжетІэжыну (Пс. 71:17, 18). ИкІи Иеговэ и лэжьыгъэм къытхуихь гуфІэгъуэм хуэдэ абыхэми яІэну дэ дыщогугъ.

a «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ Іыхьэр езыгъэкІуэкІ къуэшым япэм щыгъуэ зэреджэу щытар апхуэдэут.

b 2020-нэ гъэм, мазаем къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым и 26—30-нэ напэкІуэцІхэм Леонс Крепо и гъащІэм теухуауэ жиІэжам фыщеджэ.