Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

31 СТАТЬЯР

ФыкъимыкІуэту быдэу фыщыт

ФыкъимыкІуэту быдэу фыщыт

«Си къуэш лъапІэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкІыу щыпкъагъэм фытет» (1 КОР. 15:58).

122-НЭ УЭРЭДЫР ФыкъимыкІуэту быдэу фыщыт

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1, 2. Иеговэ и лэжьакІуэр къат куэду зэтет унэм щІебгъэщхь хъунур сыт? (1 Коринф 15:58).

 ТОКИО къалэм 1978-нэ гъэм къат 60-у зэтет унэ щаухуащ. АбыкІэ щІэх-щІэхыурэ щІыр зэрыхъейм къыхэкІкІэ «ар къызэтемыщахэу дауэ къэнэну» жаІэу цІыхухэм ягъэщІагъуэт. Сытым и фІыгъэкІэт а унэр щІыхъейм къыщІелыфынур? Инженерхэм зы лъэныкъуэкІэ быдэу, нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ лантІэу щыт конструкцие къызэрагупсысам и фІыгъэкІэ, а унэр щІыхъейм зэтримыкъутэу къелынут. Иеговэ и лэжьакІуэхэр апхуэдэ унэм ебгъэщхь хъунущ. Сыт и лъэныкъуэкІэ?

2 Алыхьым и лэжьакІуэм быдагъэрэ щабагъэрэ щигъэлъэгъуэн хуейр зэхигъэкІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Апхуэдэ цІыхур Иеговэ и хабзэхэмрэ и унафэхэмрэ пхутегъэкІынукъым. (Къеджэ 1 Коринф 15:58.) Абы жыІэдаІуэныгъэ хэлъщ икІи Алыхьым и хабзэхэм темыкІыу тетщ. Ауэ ар Іэмал щыщыІэм деж зэхэщІыкІ зиІэ е нэгъуэщІхэм зыдезыгъэкІуф цІыхуу щытын хуейщ. Абы нэмыщІ щыдичыхын хуейри апхуэдэ цІыхум къыгуроІуэ (Екъуб 3:17). Ар зэпІэзэрыту щытщ икІи зыкІи иримыгъэлеину хущІокъу. Апхуэдэ цІыхур ткІииІуэу е зыри къыфІэмыІуэхуу щытынукъым. Мы статьям дэ къыщытщІэнущ дыкъимыкІуэту быдэу дыщытын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми. Абы нэмыщІ Иеговэ дригъэпцІыжын щхьэкІэ ШейтІаным къигъэсэбэп Іэмалитхум гу лъыттэнущ. ИужькІэ ШейтІаным дызэрыпэщІэтыфыну щІыкІэхэм дытепсэлъыхьынщ.

БЫДЭУ, ДЫКЪИМЫКІУЭТУ ДЫЩЫТЫН ЩХЬЭКІЭ, СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?

3. Апостолхэм 15:28, 29 Иеговэ къыбгъэдэкІ сыт хуэдэ хабзэхэр ит?

3 Иеговэ псори къызэригъэщІам къыхэкІкІэ унафэ къытхуищІыну хуитыныгъэ иІэщ икІи абы и хабзэхэр сыт щыгъуи гурыІуэгъуэу щытщ (Ис. 33:22). Псалъэм папщІэ, япэ лІэщІыгъуэм щыІа унафэщІ гупым къыхигъэщащ Алыхьым и лэжьакІуэхэр сыт хуэдэ лъэныкъуищкІэ быдэу щытын хуейми. Дэ, япэрауэ, тхьэнапэхэм пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ икІи Иеговэ фІэкІа зыми дыхуэлэжьэн хуейкъым. ЕтІуанэрауэ, лъыр лъапІэу тлъытэн хуейщ. Ещанэрауэ, зинэ щІэным пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ. (Къеджэ Апостолхэм 15:28, 29.) Дапхуэдэу ди зэманым псэу Алыхьым и лэжьакІуэхэр а лъэныкъуищымкІэ быдэу, къимыкІуэту зэрыщытыфынур?

4. Иеговэ дызэрыхуэпэжыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъагъуэр? (Апокалипсис 4:11).

4 Дэ тхьэнапэхэм пэІэщІэ зыхудощІ икІи Иеговэ фІэкІа зыми дыхуэлажьэкъым. Алыхьым израил лъэпкъым унафэ хуищІащ абы фІэкІа нэгъуэщІым зыми хуэмылэжьэну (Втор. 5:6—10). Хьиси, ШейтІаным щигъэунэхум щыгъуэ, жиІауэ щытащ дэ Иеговэ фІэкІа нэгъуэщІ зыми дыхуэлэжьэн зэрыхуэмейр (Мт. 4:8—10). Аращ дэ тхьэнапэхэр щІэдмыгъэлъапІэр икІи дин пашэхэр, политикхэр, спортсменхэр, уэрэджыІакІуэхэр, актёрхэр тхьэпэлъытэ щІэдмыщІыр. Дэ дызыхуэлажьэр «псори къэзыгъэщІа» Иеговэ закъуэщ. (Къеджэ Апокалипсис 4:11.)

5. Лъым теухуауэ Иеговэ ищІа унафэм дэ дыщІытетыр сыт?

5 Лъым теухуауэ Иеговэ ищІа унафэм дэ дытетщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, лъым Алыхьым и тыгъэ лъапІэу щыт гъащІэр къегъэлъагъуэ (Лев. 17:14). Лы яшхыну Иеговэ цІыхухэр хуит щищІам щыгъуэ, абыхэм лъыр ямышхыну унафэ ищІат (ЩІэдз. 9:4). Алыхьым израил цІыхухэм Мусэ и Хабзэр щаритам щыгъуэ, а унафэр иджыри зэ къыхигъэщащ (Лев. 17:10). Иджыри Алыхьым япэ лІэщІыгъуэм щыІа унафэщІ гупыр хуигъэушащ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм лъым теухуауэ унафэ иратыну. Абыхэм «лъым... пэІэщІэ зыхуащІын» хуейт (Апост. 15:28, 29). Узыншагъэм теухуауэ унафэ къыщытщтэм деж, дэ а хабзэм быдэу дытетщ b.

6. Къабзагъэр тхъумэн щхьэкІэ, сыт дэ тщІэр?

6 Къабзагъэр хъумэным теухуауэ Иеговэ ищІа унафэм дэ быдэу дытетщ (Евр. 13:4). Апостол Паул дыхуегъэуш «щэныжь бзаджэм и Іуэхухэр дгъэкІуэдыну», нэгъуэщІу жыпІэмэ, ахэр икІэщІыпІэкІэ зыхэдныну. Аращ дэ зинэ щІэным дыхуэзыгъэушыфыну сурэтхэм дыщІемыплъыр, абы дыхуэзышэфыну Іуэхугъуэхэри щІэдмыщІэр (Кол. 3:5; Иов 31:1). Дэ мыхъумыщІагъэ гуэр тщІэну дигу къыщыкІым деж, Алыхьым пэІэщІэ дыхуэзыщІыфын гупсысэхэмрэ ІуэхущІафэхэмрэ занщІэу зыпыІудодз.

7. Сыт ди акъылыр зытедухуэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

7 Иеговэ дэ къытщогугъ ди гум къыбгъэдэкІыу абы хуэжыІэдаІуэу дыщытыну (Рим 6:17). Абы и унафэу хъуам дэ сэбэпынагъ къытхуахь. Аращи, хэдэ-хэплъэ тщІыуэ — дызыхуейр дгъэзащІэу, дызыхуэмейр дымыгъэзащІэу — дыщыт хъунукъым. (Ис. 48:17, 18; 1 Кор. 6:9, 10). Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ дэ тхузэфІэкІыу хъуар дощІэ икІи мы псалъэхэм дытетыну дыхущІокъу: «Сэ мурад быдэ сщІащ уи хабзэхэм сытетыну сыт щыгъуи, икІэм нэсыху» (Пс. 119:112). Ауэ ШейтІаным лъэкІ къигъанэкъым, Иеговэ дедэІуэну диІэ гукъыдэжыр тфІигъэкІуэдын щхьэкІэ. Сыт хуэдэ Іэмалхэра абы къигъэсэбэпыр?

ИЕГОВЭ ДРИГЪЭПЦІЫЖЫН ЩХЬЭКІЭ, ШЕЙТІАНЫМ СЫТ ХУЭДЭ ІЭМАЛХЭР КЪИГЪЭСЭБЭПРЭ?

8. Иеговэ дригъэпцІыжын щхьэкІэ, ШейтІаным бийхэр дапхуэдэу къызэригъэсэбэпыр?

8 ДыкъызэрырахуэкІыр. Иеговэ дригъэпцІыжын щхьэкІэ, ШейтІаным цІыхухэр хуегъэуш дыкърахуэкІыну икІи къэдмылэжьауэ бзаджэ къыджаІэну. Абы «дызыІуригъэлъэдэну» и мурадщ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр игъэкІуэдыну (1 Пет. 5:8). Алыхьым и лъэныкъуэр быдэу зэраІыгъым щхьэкІэ япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр ягъэшынэну хэтт, лей къытрагъэхьэт, щаукІыпи къэхъут (Апост. 5:27, 28, 40; 7:54—60). Ди зэманми ШейтІаным а Іэмалхэр къегъэсэбэп. Абы щыхьэт тохъуэ Урысейми нэгъуэщІ къэралхэми щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм лей къызэрытрагъэхьэр. Пэжыр жыпІэмэ, дапхуэдэ щІыкІэкІэ мыхъуами, бийхэм Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми гугъуехь ирагъэшэч.

9. Щэхуу къызэрыттракъузэнум хуэхьэзыру дыщІыщытын хуейр сыт? Щапхъэ къэфхь.

9 Щэхуу къызэрыттракъузэр. ШейтІаныр наІуэу къызэрыттеуэм нэмыщІ, щэхууи къыттрекъузэ. Абы къыхэкІкІэ ШейтІаным и «гъэпцІагъэ мурадхэм» дэ щыгъуазэу дыщытын хуейщ (Еф. 6:11). Зы щапхъэ къэтхьынщ. Ди къуэш Ро́берт операцэ ящІын хуейт. Абы дохутырхэм яжриІащ дапхуэдэу и Іуэхур мыхъуми, лъы къыхакІэ зэрымыхъунур. Хирургыр абы ищІа унафэм пщІэ хуищІу арэзы техъуащ. Ауэ операцэ щащІыну махуэм ипэ къихуэ пщыхьэщхьэм, Роберт и унагъуэм щыщхэр кІуэжа нэужь, анестезиологыр абы и деж къыщІыхьащ. Абы ди къуэшым къыжриІащ лъы къызэрыхамыкІэнур, ауэ зыгуэр къэхъу хъумэ, ар гъунэгъуу зэраІыгъынур. Роберт и унагъуэм щыщхэр имыгъусэу щытмэ, и унафэр иригъэхъуэжыну а дохутырым и гугъауэ къыщІэкІынщ. Ауэ ди къуэшым быдэу икІи къимыкІуэту жиІащ сыт къэмыхъуми лъы лъэпкъ зэрызыхимыгъэлъэдэнур!

10. Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм я гупсысэкІэм сыт хуэдэ шынагъэ пылъ? (1 Коринф 3:19, 20).

10 Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм я гупсысэкІэр. Мы дунейм щыщ цІыхухэр зэрыгупсысэм хуэдэу дэри дыгупсысэу щІэддзэмэ, Иеговэрэ абы и хабзэхэмрэ ІэщІыб тщІынкІэри хъунущ. (Къеджэ 1 Коринф 3:19, 20.) «Мы зэманым и цІыхухэм акъылыфІагъэу жыхуаІэм» ахэр Алыхьым и жыІэм щІэмытыну хуегъэуш. Пергамрэ Фиатирэрэ дэса Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щыщ языныкъуэхэм зинэ ящІэт икІи тхьэнапэхэр ягъэлъапІэт. Хьисэ а зэхуэсхэм егиящ, абыхэм зинэщІакІуэхэр зэрашэчым щхьэкІэ (Апок. 2:14, 20). Ноби дыкъэзыухъуреихь цІыхухэм къыттракъузэ, еплъыкІэ къемызэгъхэр къыдагъэщтэн щхьэкІэ. Ди унагъуэм щыщхэмрэ дыкъэзыцІыхухэмрэ гукъанэ къытхуащІу, дагъэукІытэу Алыхьым и хабзэхэм драгъэбэкъуэну хэтынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, абыхэм жаІэфынущ къабзагъэр пхъумэным мыхьэнэ имыІэу икІи Библием ит хабзэхэр ди зэманым хуэмыкІуэжу.

11. Сытым пэІэщІэ зыхуэтщІын хуей?

11 Иныкъуэхэм деж Иеговэ къыдит унафэхэр ІупщІу щымыту икІи «Тхьэм и псалъэ тхахэм» зыгуэр щІыдгъужын хуейуэ дэ къытщыхъункІэ хъунущ (1 Кор. 4:6). Хьисэ и зэманым псэуа дин пашэхэм ящІэр арат. Абыхэм Алыхьым и хабзэхэм езыхэм къагупсысыжа хабзэхэр щІагъужт икІи абыкІэ цІыху къызэрыгуэкІхэм я гъащІэр нэхъ хьэлъэ ящІт (Мт. 23:4). Иеговэ и Псалъэмрэ и организацэмрэ къигъэсэбэпу унафэ гурыІуэгъуэхэр къыдет. Дэ абыхэм зыгуэр щІыщІыдгъужын щхьэусыгъуэ диІэкъым (Прит. 3:5—7, Гъэсэпэтхыдэхэр). Аращи, дэ Библием итым дытекІкъым икІи цІыхум и хуитыныгъэм зэран хуэхъун хабзэхэр дгъэувкъым.

12. Дунейм къыщекІуэкІ пцІыр ШейтІаным дапхуэдэу къызэригъэсэбэпыр?

12 Дунейм къыщекІуэкІ пцІыр. ШейтІаным цІыхухэр къигъэпцІэн икІи ахэр зэкъуэту щымытын щхьэкІэ «философие нэпцІымрэ... мы дунейм теухуауэ цІыхухэм яхэлъ гурыІуэныгъэ нэпцІымрэ» къегъэсэбэп (Кол. 2:8). Япэ лІэщІыгъуэм абы сыт хуэдэ Іэмалхэра къигъэсэбэпу щытар? Япэрауэ, цІыху гупсысэкІэм тегъэщІа философиехэр. ЕтІуанэрауэ, Алыхьым къыбгъэдэмыкІыу журтхэм къагупсыса хабзэхэр. Ещанэрауэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Мусэ и Хабзэм тетын хуейуэ къекІуэкІ гупсысэкІэр. А псом Іущагъ пэжыр къызыбгъэдэкІ Алыхьым цІыхухэр къыбгъэдишт. Нобэ ШейтІаным СМИ-хэр, социальнэ сетьхэр къигъэсэбэпурэ политикхэм къабгъэдэкІ лъабжьэ зимыІэ хъыбар нэпцІхэр дунейм тез ещІ икІи абыкІэ цІыхухэр къегъапцІэ. COVID-19 c пандемиер щекІуэкІым щыгъуэ апхуэдэ куэд тлъэгъуащ. Дзыхь зыхуэпщІ мыхъуну хъыбархэм едэІуахэр егъэлеяуэ гузавэт. Ауэ Алыхьым и организацэм жиІэм едэІуа ди къуэш, ди шыпхъухэр апхуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуакъым (Мт. 24:45).

13. ДытезыгъэплъэкъукІ Іуэхугъуэхэм сыт хуэдэ шынагъэ пылъ?

13 ДытезыгъэплъэкъукІ Іуэхугъуэхэр. Дэ «псом нэхърэ нэхъапэр сытми» зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым (Флп. 1:9, 10, ДЩІ). Мыхьэнэ зиІэ Іуэхухэм тедгъэкІуэдэфыну зэманымрэ къарумрэ дытезыгъэплъэкъукІ Іуэхугъуэхэм тфІадыгъу. Махуэ къэс тщІэ Іуэхугъуэхэм: дызэрышхэм, дызэрылажьэм, зэрызыдгъэпсэхум ди гъащІэм япэ увыпІэр едгъэубыдмэ, ахэр дытезыгъэплъэкъукІ Іуэхугъуэ тхуэхъуфынущ (Лк. 21:34, 35). Абы нэмыщІ цІыхухэм зыкъызэраІэтымрэ политикхэр зэрызэдауэмрэ теухуауэ хъыбар куэд дэ махуэ къэс зэхыдох. Ар къапхъэн тхуэхъуфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дыхуей дыхуэмейми зыгуэрым и лъэныкъуэ дыубыдынкІэ хъунущ. ШейтІаным а Іэмалхэр къыщІигъэсэбэпым и щхьэусыгъуэр зыщ — абы Иеговэ дригъэпцІыжыну хуейуэ аращ. НтІэ, зи гугъу тщІа Іуэхугъуэхэм теухуауэ дапхуэдэу быдэу дызэрыщытыфынур икІи ШейтІаным дызэрыпэщІэтыфынур? АдэкІэ абы дытепсэлъыхьынщ.

БЫДЭУ, ДЫКЪИМЫКІУЭТУ ДЫЩЫТЫНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?

Быдэу, дыкъимыкІуэту дыщытын щхьэкІэ, ди гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ зэритлъхьамрэ псым зэрызыщІэдгъэуамрэ дегупсысын, Тхыгъэ ЛъапІэр куууэ дджын, Иеговэ хуэпэжу дыщытын икІи абы дзыхь хуэтщІын хуейщ (14—18-нэ абзацхэм феплъ.)

14. Иеговэ и лъэныкъуэр быдэу тІыгъыну сыт дэ къыддэІэпыкъунур?

14 Уи гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ зэриплъхьамрэ псым зэрызыщІэбгъэуамрэ егупсыс. Сыт а лъэбакъуэхэр пчыну ухуэзыгъэушар? Уэ Иеговэ и лъэныкъуэр быубыдыну ухуейт. Пэжыр къызэрыбгъуэтар уи фІэщ зыщІар сытми уигу къэгъэкІыж. Уэ Иеговэ теухуауэ щІэныгъэ пэж зэбгъэгъуэтащ, абы къыхэкІкІэ ар фІыуэ плъагъуу, пщІэ хуэпщІу ухъуащ. Уэ уи фІэщхъуныгъэм хэбгъэхъуащ, гуэныхь пщІахэми ухущІегъуэжащ. Уэ уи гум ухуигъэушащ дуней тетыкІэ пхэнжыр къэбгъанэу Алыхьым и Іэмырыр бгъэзащІэу адэкІэ упсэуну. Алыхьым уэ уи гуэныхьхэр къызэрыпхуигъэгъуар къыщыбгурыІуам щыгъуэ, уэ гупсэхугъуэ бгъуэтыжащ (Пс. 32:1, 2). Уэ зэІущІэхэм укІуэу икІи хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм уадэгуашэу щІэбдзащ. Абы иужь уэ уи гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ иплъхьэри псым зыщІэбгъэуащ. Иджы уэ гъащІэм ухуэзышэ гъуэгум утету уокІуэ икІи абы утемыкІыну мурад быдэ уиІэщ (Мт. 7:13, 14).

15. Алыхьым и Псалъэр куууэ зэрыдджым икІи дызэджам дызэрегупсысым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыр?

15 Алыхьым и Псалъэр вджы икІи абы куууэ фегупсыс. Жыгым и лъабжьэр щІым куууэ зэрыхэтым и фІыгъэкІэ, ар быдэу щытщ. Дэри быдэу, дикъимыкІуэтыу дыщытыфынущ, Алыхьым и Псалъэр ди фІэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъуу щытмэ. Жыгыр хэхъуэху, и лъабжьэхэри нэхъ куууэ щІым хохьэ. Дэри Библиер щыдджым икІи абы итым дыщегупсысым деж ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ дощІ. Абы нэмыщІ Алыхьым дигъэлъагъу гъуэгур псом нэхърэ зэрынэхъыфым шэч къытедмыхьэу дохъу (Кол. 2:6, 7). Пасэрей зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэм къазэрыщхьэщыжу щытам икІи абыхэм Алыхьым и унафэхэмрэ и чэнджэщхэмрэ къазэрыдэІэпыкъуам девгъэгупсыс. Псалъэм папщІэ, Иеговэ бегъымбар Иезекииль и нэгу щІигъэкІауэ щытащ мелыІычым егугъуу Алыхьым и унэр къызэрипщыр. Иезекииль и нэгу щІэкІам набдзэгубдзаплъэу еплъащ икІи абы и фІэщхъуныгъэр игъэбыдащ. Ди дежкІи абы мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс хэлъщ икІи Иеговэ и хабзэ къабзэхэм дытемыкІыну ар къыддоІэпыкъу (Иез. 40:1—4; 43:10—12) d. Дэри Алыхьым и Псалъэм ит гупсысэ куухэр дджын икІи дызэджам дегупсысын щхьэкІэ зэман къыдэдгъэкІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ.

16. Роберт и гур Алыхьым хуэпэжу зэрыщытам дауэ ар къызэрихъумар? (Псалом 112:7).

16 Иеговэ хуэпэжу фыщыт. Пащтыхь Даут мурад быдэ ищІат сыт щыгъуи Иеговэ фІыуэ илъагъуну. Абы мыпхуэдэу уэрэд Алыхьым хужиІэт: «Сэ си гур уэ пхуэпэжу щытщ, си Алыхь» (Пс. 57:7). Дэри Иеговэ хуэпэжу дыщытыфынущ, абы нэгъэсауэ дзыхь хуэтщІу щытмэ. (Къеджэ Псалом 112:7.) ИпэкІэ зи гугъу тщІа ди къуэш Роберт Иеговэ хуэпэжу зэрыщытыр дапхуэдэу къыдэІэпыкъуами деплъынщ. ЗэрытщІэжщи, анестезиологым абы къыжриІат операцэр щащІкІэ зыгуэр къэхъу хъумэ, лъы гъунэгъуу зэраІыгъынур. Роберт занщІэу абы жриІащ: «ЗыгуэркІэ лъы къысхэфкІэну тІэкІу нэхъ мыхъуми зы шынагъэ гуэр щыІэу щытмэ, сэ занщІэу сымаджэщым сыщІэкІыжынущ». Роберт игу къегъэкІыж: «Сэ зыкІи сыгузэвакъым, си гури къэскІакъым».

Ди фІэщхъуныгъэм лъабжьэ быдэ хуэтщІауэ щытмэ, сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми дыпэщІэтыфынущ икІи дыкъикІуэтынукъым (17-нэ абзацым феплъ.)

17. Роберт и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (Сурэтым феплъ.)

17 Роберт къыщІимыкІуэтар сыт? Сымаджэщым щІэгъуэлъхьэным иджыри зэман иІэу абы лъым теухуауэ унафэ быдэ ищІати аращ. ЯпэщІыкІэ абы Иеговэ игъэгуфІэну гукъыдэж иІэ хъуащ. ИужькІэ абы лъым и лъапІагъым теухуауэ Библиемрэ ди публикациехэмрэ итыр куууэ зэпкърихащ. Арати, абы къыгурыІуащ Иеговэ хабзэ гуэр къытхуигъэувмэ, абы дифІ зэрыхэлъыр. Дэри сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ дыпэщІэмыхуэми, Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэфынущ.

Варакрэ абы и зауэлІхэмрэ лІыгъэ яхэлъу Сисарэ и дзэм кІэлъожэ (18-нэ абзацым феплъ.)

18. Варак и щапхъэм Иеговэ дзыхь хуэтщІыну дапхуэдэу дызэрыхуигъасэр? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

18 Иеговэ дзыхь хуэфщІ. Израилым и хеящІэ Варак Иеговэ дзыхь зэрыхуищІам и фІыгъэкІэ текІуэныгъэ къызэрихьам деплъынщ. Израил цІыхухэм мэІухуи мыжури зэрамыІэм хуэдэу, Иеговэ Варак унафэ хуещІ ІэщэкІэ зэщІэузэда Сисарэ и дзэм пэщІэувэну (Суд. 5:8). Деворэ Варак жреІэ ахэр тафэм ехыу Сисарэрэ абы и шыгухэмрэ пэщІэувэну. ГъэщІэгъуэныращи, Сисарэ и дзэм шыгуу 900 хэтт. ЦІыху еплъыкІэкІэ уеплъмэ, апхуэдизу зэщІэузэда дзэм утекІуэну зы Іэмали щыІэтэкъым, ауэ, абы емылъытауэ, Варак а унафэм едэІуащ. Абы и зауэлІхэр Фавор бгым къыщехым щыгъуэ, Сисарэ и шыгухэр ятІэм хэнэн щхьэкІэ, Иеговэ уэшхышхуэ къригъэшхащ. Апхуэдэу Алыхьым Варак текІуэныгъэ иритащ (Суд. 4:1—7, 10, 13—16). Иеговэ и организацэр къигъэсэбэпу къыдит унафэхэм дзыхь хуэтщІу щытмэ, дэри текІуэныгъэ диІэнущ (Втор. 31:6).

ФЫКЪИМЫКІУЭТУ БЫДЭУ ФЫЩЫТ

19. Иеговэ и лъэныкъуэр быдэу пІыгъыну ущІыхуейр сыт?

19 Мы дунеижьыр зэфІэтыху, гъуэгу пэжым дытетын щхьэкІэ, дэ сыт щыгъуи къару етхьэлІэн хуей хъунущ (1 Тим. 6:11, 12; 2 Пет. 3:17). Аращи, дыкъызэрырахуэкІымрэ щэхуу къызэрыттракъузэмрэ щхьэкІэ дыкъикІуэтынкъым икІи цІыхухэм я гупсысэкІэр, дунейм къыщекІуэкІ пцІыр, дытезыгъэплъэкъукІ Іуэхугъуэхэр зэран зыхуэдгъэхъункъым (Еф. 4:14). Абы нэмыщІ Иеговэ хуэпэжу дыщытыну икІи и унафэхэр сыт щыгъуи зэрыдгъэзэщІэным ди гур тедухуэнщ. Ауэ зэхэщІыкІ тхэлъынми мыхьэнэшхуэ иІэщ. КъыкІэлъыкъуэ статьям Иеговэрэ Хьисэрэ нэгъэсауэ зэхэщІыкІ зэрагъэлъагъуэм дытепсэлъыхьынущ.

129-НЭ УЭРЭДЫР Теубыдагъэ зыхэдгъэлъынщ

a Іэдэмрэ Хьэуарэ щыпсэуа зэманым къыщыщІэдзауэ ШейтІаным цІыхухэм я фІэщ ищІыну хэтщ фІымрэ Іеймрэ теухуауэ езыхэм унафэ ящІыжын хуейуэ. Ар хуейщ дэри Иеговэ и хабзэхэмрэ абы и организацэм къыбгъэдэкІ унафэхэмрэ апхуэдэу дыхущытыну. Иеговэ и хабзэхэр къытфІэмыІуэхуу дымыхъуну икІи абы хуэжыІэдаІуэу дыкъэнэну гукъыдэж диІэр нэхъ ин хъуну мы статьяр къыддэІэпыкъунущ.

b Алыхьыр лъым зэрыхущытым теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым и 39-нэ урокым.

c jw.org сайтым ит «Защитите себя от дезинформации!» жыхуиІэ статьям феплъ.