Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
Зи цІэ дымыщІэ НэІумий и благъэ цІыхухъум, Руфэ къишэмэ, «хилъэфэну» БоІэз щІыжриІар сыт? (Руфь 4:1, 6).
Пасэ зэманым бын зимыІэ цІыхухъур лІэрэ, абы и щхьэгъусэр фызабэу къэнамэ, мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэр къэувт. Псалъэм папщІэ, абы и щІапІэр хэт зылъысынур? Абы и унагъуэм и цІэр кІуэдыжыпэну? Мы упщІэхэм я жэуапхэр Мусэ и хабзэм къыщыдогъуэт.
Бын имыгъуэтауэ цІыхухъур лІамэ, хэтыт абы и щІапІэр къызылъысыр? А щІыр абы и къуэшым е нэгъуэщІ и Іыхьлым щІэину къыхуэнэт. Ауэ цІыхум и тхьэмыщкІагъэм къыхэкІкІэ и щІыр ищэн хуей хъумэ, абы и Іыхьлым ар къищэхуну хуитт. Абы и фІыгъэкІэ щІыр хамэ гуэрым Іэрымыхьэу, унагъуэм къыщынэжт (Лев. 25:23—28; Чис. 27:8—11).
ЛІам и унагъуэм и цІэр мыкІуэдыжу дауэт къызэрынэр? ЛІам и къуэшым фызабэу къэнар къишэжти, а тІум къалъхужа быным лІам и цІэри абы щІэину къигъэнари къылъыст. Апхуэдэ нэчыхьым фызабэ хъуа цІыхубзри къихъумэт (Втор. 25:5—7; Мт. 22:23—28).
НэІумий и щапхъэр зэпкърытхынщ. Абы и щхьэгъусэ Елимэлэхрэ абыхэм я къуитІымрэ дунейм щехыжам щыгъуэ, НэІумий цІыхухъу къыщхьэщымытыжу къэнащ (Руфь 1:1—5). Иудэ щІыналъэм щигъэзэжам щыгъуэ, НэІумий зы лъэІукІэ и нысэ Руфэ зыхуигъэзащ. БоІэз Елимэлэх и благъэ дыдэти, Руфэ абы елъэІун хуейт НэІумий и щІыр къищэхужыну (Руфь 2:1, 19, 20; 3:1—4). Ауэ БоІэз ищІэт НэІумий нэхъ гъунэгъуу къыгухьэ благъэ зэрыщыІэр. НэІумий и лъэІур япэ дыдэу зыхуэгъэзэн хуейр арат. А цІыхухъум и цІэр Библием иткъым (Руфь 3:9, 12, 13).
ЯпэщІыкІэ а благъэр арэзы техъуащ щІапІэр къищэхужыну (Руфь 4:1—4). Абы ахъшэ гуэр тригъэкІуэдэн хуейми, а лІым къыгурыІуэт Елимэлэх и щІыр щІэину къызылъысыжын бын НэІумий зэи къызэрыщІэмыхъуэнур. Апхуэдэу щыщыткІэ а цІыхухъум щІыр игъащІэкІэ къыхуэнэнут икІи абы и фейдэ хэлът.
Ауэ а лІым и унафэр ихъуэжащ, щІыр къызэрищэхун хуейм нэмыщІ, Руфи щхьэгъусэу къызэришэн хуейр къыщищІам щыгъуэ. Елимэлэх и щІапІэм теухуауэ абы мыпхуэдэу жиІащ: «Сэ а щІапІэр къысхуэщэхужынукъым, сыхилъэфэнкІэ сошынэри» (Руфь 4:5, 6, Руфэ, 2009). Сыт ар щІыщІегъуэжар?
А лІым Руфэ къишэрэ, абыхэм къуэ ягъуэтамэ, а сабийрат Елимэлэх и щІапІэр щІэину къызылъысынур. А цІыхухъур щІыхилъэфэнум и щхьэусыгъуэр Библием имытми, а Іуэхум теухуауэ гупсысэ гъэщІэгъуэн зыбжанэ щыІэщ.
Япэрауэ, а цІыхухъум ахъшэр лейуэ игъэкІуэду къыщыхъуфынут, сыту жыпІэмэ икІэм-икІэжым щІапІэр зылъысынур Руфэ и къуэрат.
ЕтІуанэрауэ, абы и пщэм къыдэхуэт НэІумийрэ Руфэрэ зыхуей хуигъэзэну.
Ещанэрауэ, Руфэ сабий игъуэтыжу щытмэ, а лІым и мылъкур сабийхэм щахуигуэшкІэ, Руфэ къилъхуахэми Іыхьэ къалъысынут.
ЕплІанэрауэ, а лІым бын имыІамэ, Руфэ и къуэм Елимэлэх и щІапІэм нэмыщІ, езым и щІапІэри къылъысынут. Абы щыгъуэ а цІыхухъур лІа нэужь, абы и цІэр кІуэдыжынут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ и щІапІэр Елимэлэх и цІэр зезыхьэ сабийм лъысынут. Зи цІэр дымыщІэ а лІыр хуейтэкъым мылъкукІэ зыхригъэлъафэу НэІумий дэІэпыкъуну. Елимэлэх и щІапІэр къищэхужыну иІа хуитыныгъэр абы БоІэз иритащ. БоІэз а щІапІэр къищэхужащ, Елимэлэх «и цІэр и Іыхьлыхэм ящымыгъупщэжу, жылэм и тхыдэм къыхэнэн щхьэкІэ» (Руфь 4:10, Руфэ, 2009).
Зэрытлъагъущи, зи цІэр дымыщІэ а цІыхухъур езым и мылъкумрэ и цІэмрэ зэрихъумэнырат нэхъыбэу зыгъэгузавэр. Ауэ абы и цІэр тхыдэм къыхэнакъым. Абы нэмыщІ Хьисэ Мэссихь и адэшхуэ хъуну иІа Іэмалыр а лІым зыІэщІигъэкІащ. БоІэзщ а Іэмал гъуэзэджэр къызылъысар. Зи цІэр дымыщІэ цІыхухъу нэпсейм и щапхъэм къегъэлъагъуэ тхьэмыщкІэм дэІэпыкъуну хуэмей цІыхур зыпэщІэхуэ гугъуехьхэр (Мт. 1:5; Лк. 3:23, 32).