Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

10 СТАТЬЯР

Псым зыщІэдгъэуэным мыхьэнэ щІиІэр сыт?

Псым зыщІэдгъэуэным мыхьэнэ щІиІэр сыт?

«Псоми зыдвгъэумэхъ» (АПОСТ. 2:38).

34-НЭ УЭРЭДЫР Къабзагъэм тет

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1, 2. Иеговэ и Щыхьэт хъуну хуей цІыхухэм псым зэрызыщІагъуауэр дапхуэдэу зэрекІуэкІыр икІи а Іуэхугъуэм сытым уегупсысыну ухуигъэушрэ?

 ПСЫМ зыщІэзыгъэуэну зызыгъэхьэзыр цІыху гупым уеплъу уи нэгу къыщІэгъэхьэт. Псым зыщІагъэуэн ипэ абыхэм макъ хэІэтыкІакІэ упщІитІым жэуап зэрыратыр уэ зэхыбох. Уэ болъагъу абыхэм я ныбжьэгъухэмрэ я унагъуэм щыщхэмрэ хуабжьу зэрыгуфІэр. Ди «унагъуэм» щІэуэ къыхыхьа къуэш, шыпхъухэр псым къыщыхэкІыжым деж, цІыхухэр Іэгу зэреуэр зэхыбох икІи псым зыщІэзыгъэуахэм я нэгум нурыр къызэрырихыр болъагъу. Илъэс къэс мин щэ бжыгъэкІэ цІыхухэм псым зыщІагъауэ икІи Иеговэ и Щыхьэт мэхъу.

2 Ауэ уэр щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур? Псым зыщІэбгъэуэну мурад уиІэмэ, мы дуней кІыфІым укъыхэлыдыкІыу икІи Иеговэ къэзылъыхъуэхэм уащыщу жыпІэ хъунущ (Пс. 14:1, 2). Уи ныбжьым емылъытауэ, мы статьяр уэ пхуэгъэзауэ щытщ. Ауэ псым зыщІэзыгъэуахэми Иеговэ игъащІэкІэ хуэлэжьэну яІэ гукъыдэжым адэкІи хагъэхъуэну хуейщ. Аращи, Иеговэ дыхуэлэжьэну дыщІыхуейм и щхьэусыгъуэхэм щыщу щыр мы статьям щызэпкърытхынщ.

УЭ ПЭЖЫМРЭ АЛЫХЬЫМ И ХАБЗЭХЭМРЭ ФІЫУЭ БОЛЪАГЪУ

ШейтІаным илъэс мин бжыгъэ хъуауэ Иеговэ пцІы зэрытрилъхьэмкІэ и цІэр егъэулъий (3, 4-нэ абзацхэм феплъ.)

3. Иеговэ и лэжьакІуэхэм пэжымрэ абы и хабзэхэмрэ фІыуэ щІалъагъур сыт? (Псалом 119:128, 163).

3 «Пэжыр фІыуэ флъагъу» жиІэри, Иеговэ и лэжьакІуэхэм унафэ яхуищІащ (Зах. 8:19). Хьиси и лъэужь ирикІуэхэр хуигъэушащ пэжагъым хущІэкъуну (Мт. 5:6). Зэрытлъагъущи, Алыхьым и еплъыкІэкІэ цІыху къабзэу дыщытыным икІи абы и хабзэхэм дытетыну дыхущІэкъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Уэ-щэ? Пэжымрэ Алыхьым и хабзэхэмрэ фІыуэ плъагъурэ? Ар апхуэдэу зэрыщытым дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым. Уэ сыт хуэдэ пцІыри бзаджагъэри гущыкІыгъуэу болъытэ. (Къеджэ Псалом 119:128, 163.) ПцІыр фІыуэ зылъагъу цІыхухэм я щытыкІэр мы дунейр зи ІэмыщІэ илъ ШейтІаным и щытыкІэм ещхь мэхъу (Ин. 8:44; 12:31). Ар зыхущІэкъур Иеговэ пцІы трилъхьэу и цІэ лъапІэр игъэулъииныращ. А пцІыр абы куэд щІауэ егъэбагъуэ, япэ цІыхуитІыр Іэдэн жыг хадэм Алыхьым щыпэщІэува зэман лъандэрэ. Ар хуейщ Иеговэ щхьэхуещэу, пэжагъ хэмылъу икІи фІы гуэр ящибзыщІу цІыхухэм къащигъэхъуну (ЩІэдз. 3:1, 4, 5). ШейтІаным Иеговэ теухуауэ игъэбагъуэ пцІыр нобэр къыздэсым цІыхухэм я гупсысэкІэм зэран хуохъу. ЦІыхухэм пэжым нэхърэ пцІыр нэхъ къыщащтэм деж, сыт хуэдэ мыхъумыщІагъэри ящІэну ШейтІаным ахэр хуегъэуш (Рим 1:25—31).

4. Иеговэ «пэжым и Алыхьу» зэрыщытыр дапхуэдэу зэригъэлъэгъуар? (Сурэтым феплъ.)

4 Иеговэ — «пэжым и Алыхьщ» икІи ар фІыуэ зылъагъухэм зыри ящибзыщІкъым (Пс. 31:5). Апхуэдэу абы и лэжьакІуэхэр ШейтІаным игъэбагъуэ пцІым щехъумэ. Абы нэмыщІ Иеговэ хуэлажьэ дэтхэнэ зыри егъасэ пцІы имыупсу икІи пэжагъыр фІыуэ илъагъуу псэуну. Аращ абы и лэжьакІуэхэм я щхьэм пщІэ щІыхуащІыжыр икІи я гум мамырыгъэ щІилъыр (Прит. 13:5, 6). Уэри апхуэдэ гуэр зыхэпщІауэ къыщІэкІынщ: Библием ущрагъэджам ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр Иеговэ къыпхузэІуихащ, абы нэмыщІ гузэгъэгъуэ къыуитащ. Уэ къэпщІащ цІыхубэм щхьэкІи уэр щхьэкІи Иеговэ и хабзэхэмрэ и принципхэмрэ нэхърэ нэхъыфІ зыри зэрыщымыІэр (Пс. 77:13). Аращ уэ Алыхьым и хабзэхэм утетыну гукъыдэж уиІэ щІэхъуар (Мт. 6:33). Иджы уэ пэжым укъыщхьэщыжыну икІи ди Алыхь Иеговэ теухуа пцІыр къыщІэбгъэщыну мурад пщІащ. Дауэ ар зэрыпщІ хъунур?

5. Пэжымрэ Алыхьым и хабзэхэмрэ я лъэныкъуэр дапхуэдэу зэрыбубыд хъунур?

5 Иеговэ и лъэныкъуэр зэрыбубыдымкІэ ШейтІаным и пцІыр ІэщІыб зэрыпщІыр икІи пэжыр фІыуэ зэрыплъагъур уэ наІуэ бощІ. Абы нэмыщІ Иеговэ уи тепщэу зэрыщытыр икІи абы и Іэмырыр бгъэзэщІэну узэрыхуейр къыбогъэлъагъуэ. Ауэ дауэ абы и лъэныкъуэр зэрыбубыд хъунур? ЯпэщІыкІэ уи гъащІэр абы и ІэмыщІэ иплъхьэн хуейщ. Абы щхьэкІэ тхьэлъэІу хэхакІэ Иеговэ зыхубогъазэ икІи игъащІэкІэ ухуэлэжьэну узэрыхуейр абы жыбоІэ. ИужькІэ псым зыщІэбгъэуэн хуейщ. Пэжымрэ Алыхьым и хабзэхэмрэ фІыуэ зэрыплъагъум къару къыпхилъхьэнущ икІи псым зыщІэбгъэуэну ухуигъэушынущ.

УЭ ХЬИСЭ МЭССИХЬ ФІЫУЭ БОЛЪАГЪУ

6. Хьисэ фІыуэ щІэтлъагъун сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр Псалом 45:4 къыщыдгъуэтрэ?

6 Хьисэ Мэссихь уэ фІыуэ щІэплъагъур сыт? Ар фІыуэ щІэплъагъун щхьэусыгъуэ зыбжанэ Псалом 45:4 итщ (къеджэ). Хьисэ «пэжыр, Іэдэбагъыр, пэжагъ зыхэлъ Іуэхухэр» фІыуэ елъагъу. Пэжымрэ пэжагъ зыхэлъ Іуэхухэмрэ уэри фІыуэ плъагъумэ, Хьисэ Мэссихь фІыуэ плъагъуу жыпІэ хъунущ. ЛІыгъэ хэлъу ар пэжым къызэрыщхьэщыжам икІи Алыхьым и хабзэхэм къимыкІуэту зэрытетам егупсысыт (Ин. 18:37). Абы нэмыщІ цІыху Іэдэбу дыщытыну Хьисэ дегъасэ. Дапхуэдэу?

7. Хьисэ и Іэдэбагъыр сыткІэ уигу ирихьрэ?

7 Хьисэ и щапхъэм дэ куэдым дыхуегъасэ. Абы езым и щхьэм пщІэ лей къыхуимылъыхъуэу, щІыхьыр псори и Адэм ирет (Мк. 10:17, 18; Ин. 5:19). Хьисэ и Іэдэбагъым ущегупсысым деж, сыт уэ уи гум щыщІэр? Шэч хэмылъу, абы ухуегъэуш Иеговэ и Къуэр фІыуэ плъагъуну икІи и лъэужь урикІуэну. НтІэ, Хьисэ Іэдэбу щІыщытыр сыт? Абы и щхьэусыгъуэр Іэдэбу щыт и Адэр фІыуэ зэрилъагъумрэ абы нэгъэсауэ щапхъэ зэрытрихымрэщ (Пс. 18:35; Евр. 1:3). Хьисэ нэхъ гъунэгъу зыхуэпщІыну а псом ухуигъэушыркъэ?

8. Ди Пащтыхь Хьисэ фІыуэ щІэтлъагъур сыт?

8 Хьисэ Пащтыхь дагъуэншэу зэрыщытым щхьэкІэ, дэ ар фІыуэ долъагъу. Ар зыгъэсар икІи Пащтыхьу тезыгъэувар езы Иеговэщ (Ис. 50:4, 5). Абы нэмыщІ Хьисэ цІыхухэм хуиІэ лъагъуныгъэм и инагъым егупсысыт (Ин. 13:1). ДауикІ, Пащтыхьу щыт Хьисэ фІыуэ плъагъуну хуэфащэщ. Абы жиІащ ар фІыуэ зылъагъу дэтхэнэми и лъагъуныгъэр ІуэхукІэ къызэригъэлъэгъуэнур, нэгъуэщІу жыпІэмэ, и хабзэхэр зэригъэзэщІэнур (Ин. 14:15; 15:14, 15). Алыхьым и Къуэм и ныбжьэгъуу ущытыну сыту пщІэшхуэ!

9. Хьисэ псым зэрызыщІигъэуамрэ и гъэсэнхэм зэрызыщІагъауэмрэ сыткІэ зэщхь?

9 Хьисэ и гъэсэнхэм къахуигъэуващ псым зыщІагъэуэн хуейуэ (Мт. 28:19, 20). Абы езым а ІуэхумкІэ щапхъэ игъэлъэгъуащ. Хьисэ псым зэрызыщІигъэуамрэ и гъэсэнхэм зэрызыщІагъауэмрэ зыгуэркІэ зэщхьэщокІ. (« Хьисэ псым зэрызыщІигъэуамрэ и гъэсэнхэм зэрызыщІагъауэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) Ауэ ахэр зыгуэркІи зэтехуэу жыпІэ хъунущ. Хьисэ псым зыщыщІигъэуам щыгъуэ, и Адэм и Іэмырыр игъэзэщІэну иужь ихьащ (Евр. 10:7). Абы ещхьу, Хьисэ и гъэсэнхэм псым зыщыщІагъауэм деж, псоми я пащхьэ иту псалъэ ят я гъащІэ псокІэ Иеговэ хуэлэжьэну. А зэманым щыщІэдзауэ а цІыхухэм я гъащІэм япэ ирагъэщыр езыхэр зыхуейракъым, атІэ Иеговэ зыхуейращ. Апхуэдэу абыхэм я Зиусхьэн Хьисэ щапхъэ трах.

10. Хьисэ фІыуэ щІэплъагъун сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр уиІэ икІи а лъагъуныгъэм сытым ухуигъэушрэ?

10 Хьисэ Иеговэ и Къуэ закъуэу зэрыщытыр икІи ар ди Пащтыхьу Алыхьым зэрытригъэувар уэ уи фІэщ мэхъу. Ар зэрыІэдэбыр икІи нэгъэсауэ и Адэм щапхъэ зэрытрихыр уэ къэпщІащ. Абы нэмыщІ Хьисэ мэжалІэхэр игъашхэу, зигу иудахэм гупсэхугъуэ яриту, сымаджэхэр игъэхъужу зэрыщытам уэ ущыгъуазэщ (Мт. 14:14—21). Ди зэманым щыІэ зэхуэсхэри абы зэриунэтІыр уэ болъагъу (Мт. 23:10). Иджыри уэ бощІэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу зэрыщытым къыхэкІкІэ, къэкІуэну зэманым Хьисэ куэдкІэ нэхъыбэ зэрищІэнур. НтІэ, Хьисэ фІыуэ зэрыплъагъур дапхуэдэу уэ къызэрыбгъэлъэгъуэфынур? Абы и щапхъэм быдэу утетмэ, ар фІыуэ плъагъуу жыпІэ хъунущ (Ин. 14:21). Абы щхьэкІэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэн икІи псым зыщІэбгъэуэн хуейщ.

УЭ ИЕГОВЭ ФІЫУЭ БОЛЪАГЪУ

11. ЦІыхум псым зыщІигъэуэн щІыхуейм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сыт? КъыдгурывгъаІуэ.

11 ЦІыхум псым зыщІигъэуэн щІыхуейм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сыт? Хьисэ Алыхьым и хабзэхэм щыщу нэхъ ин дыдэм щытепсэлъыхьым щыгъуэ мыпхуэдэу жиІащ: «Уэ уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи, уи къару псомкІи Зиусхьэну уи Тхьэр фІыуэ лъагъу» (Мк. 12:30). Уэ Алыхьыр фІыуэ зэрыплъагъум теухуауэ апхуэдэу жыпІэ хъуну пІэрэ?

Иджыпсту фІыуэ диІэу хъуар, къэкІуэну зэманым диІэнури къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ (12, 13-нэ абзацхэм феплъ.)

12. Иеговэ фІыуэ щІэплъагъур сыт? (Сурэтым феплъ.)

12 Иеговэ фІыуэ щІэтлъагъун хуейм и щхьэусыгъуэхэр псори къыпхуебжэкІынукъым. Псалъэм папщІэ, уэ къыбгурыІуащ «гъащІэри», «сыт хуэдэ ІуэхуфІри, тыгъэ пэжри» абы къызэрыбгъэдэкІыр (Пс. 36:9; Екъуб 1:17). Пэжщ, фІыуэ уиІэу хъуар къозытыр хьэлэлу щыт икІи фІыщэу укъэзылъагъу Алыхьыращ.

13. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэр Алыхьым и тыгъэ лъапІэу щыту жыпІэ щІэхъунур сыт?

13 Иеговэ и тыгъэ лъапІэхэм щыщ зыр — ар щхьэщэхуж къурмэныпхъэращ. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Иеговэрэ абы и Къуэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм егупсысыт. Абы теухуауэ Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «Адэ лъапІэм фІыуэ сыкъелъагъу», сэри «Адэ лъапІэр фІыуэ солъагъу» (Ин. 10:17; 14:31). Миллиард бжыгъэ хъу илъэсхэм къриубыдэу абыхэм я зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъуурэ кІуэт (Прит. 8:22, 23, 30). Иджы егупсысыт Хьисэ хьэзаб телъу зэраукІым еплъыну Иеговэ дежкІэ хьэлъэу зэрыщытам. Ауэ, абы емылъытауэ, цІыхубэр фІыщэу зэрилъагъум къыхэкІкІэ, Иеговэ и Къуэ щІасэр итащ, уэри гъащІэ мыухыж уиІэу упсэуфын щхьэкІэ (Ин. 3:16; Гал. 2:20). Аращ Алыхьыр фІыуэ щІэтлъагъун хуейм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр.

14. Сыт хуэдэ мурадыра псом нэхърэ нэхъыфІу щытыр?

14 Иеговэ нэхъыфІу къэпцІыхуху, абы ухуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ ин хъуурэ кІуэт. ДауикІ, иджыпстуи игъащІэ псокІи абы нэхъ гъунэгъу зыхуэпщІыну уэ ухуейщ. Ар зэрыпхузэфІэкІынум дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым! Алыхьым лъагъуныгъэ хэлъу ухуегъэуш абы и гур бгъэгуфІэну (Прит. 23:15, 16, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ар уи псалъэхэмкІэ я мызакъуэу, уи ІуэхущІафэхэмкІи къэбгъэлъэгъуэфынущ. Иеговэ гукІи псэкІи фІыуэ зэрыплъагъур уи дуней тетыкІэм къыхэщынущ (1 Ин. 5:3). ЦІыхум и дежкІэ Алыхьыр игъэгуфІэным нэхърэ нэхъыфІ зыри щыІэкъым!

15. Иеговэ фІыуэ зэрыплъагъур дапхуэдэу къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?

15 Иеговэ фІыуэ зэрыплъагъур дапхуэдэу къызэрыбгъэлъэгъуэфынур? Япэрауэ, тхьэлъэІу хэхакІэ Иеговэ зыхуэбгъазэу уи гъащІэр абы и ІэмыщІэ зэриплъхьэр жепІэн хуейщ (Пс. 40:8). ЕтІуанэрауэ, псым зыщІэбгъэуэн хуейщ. АбыкІэ уэ псоми къыбогъащІэ Алыхьым ухуэлэжьэну псалъэ зэрыптар. Мы статьям и гугъу зэрыщытщІащи, ар мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэу щытынущ икІи абы гуфІэгъуэ куэд къыпхуихьынущ. А зэманым щыщІэдзауэ уи гъащІэм зэрыщыту зихъуэжынущ: иджы уи щхьэракъым ущІэпсэунур, атІэ Иеговэ щхьэкІэщ (Рим 14:8; 1 Пет. 4:1, 2). А лъэбакъуэр гугъуу къыпщыхъуфынущ, ауэ, ар пчымэ, абы гъащІэ нэхъыфІ дыдэм и гъуэгур къыпхузэІуихынущ. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур?

16. Псалом 41:12 зэритымкІэ, Иеговэ и ІэмыщІэ зи гъащІэр изылъхьахэм сыт хуэдэ тыгъэ яхуищІынур?

16 Иеговэ хьэлэлагъкІэ къытекІуэн зыри щыІэкъым. Абы ептым нэхърэ куэдкІэ нэхъыбэ сыт щыгъуи къыуетыж (Мк. 10:29, 30). КъэкІуэну зэманми, уеблэмэ, и кІэм къыхуэкІуа мы дунеижьми, мыхьэнэ зиІэ икІи насыпыфІэу щыт гъащІэ къыуитыну Иеговэ укъегъэгугъэ. ГъэщІэгъуэныращи, ар гъуэгум и щІэдзапІэ къудейуэ аращ икІи абы зэи кІэ иІэнукъым. ФІыуэ укъэзылъагъу Адэ лъапІэм игъащІэкІэ ухуэлэжьэну Іэмал уиІэнущ. Абырэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ хъуурэ кІуэнущ икІи ар зэрыпсэум хуэдизрэ уэри упсэунущ. (Къеджэ Псалом 41:12.)

17. Иеговэ имыІэ гуэр еттыфыну пІэрэ? КъыдгурывгъаІуэ.

17 ЦІыхум псым зыщІигъэуа иужь, уафэм щыІэ и Адэм зыгуэр иритыну Іэмал иІэ мэхъу. Дэ фІыуэ диІэу хъуар — сыт хуэдэ гуфІэгъуэри, сыт хуэдэ гукъэкІыжыфІри — псори Алыхьым къыбгъэдокІ. НтІэ, уафэмрэ щІылъэмрэ зейм сыт дэ еттыфынур? Абы имыІэ гуэр еттыфынущ — ди гум къыбгъэдэкІыу дызэрыхуэлажьэр (Иов 1:8; 41:11; Прит. 27:11). Абы нэхърэ нэхъыфІу сыт ди гъащІэм хэтыфынур? Шэч хэмылъу, Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур псым зэрызыщІэдгъауэм и щхьэусыгъуэ нэхъыфІ дыдэщ.

ПСЫМ ЗЫЩІЭБГЪЭУЭНУ СЫТ ЗЭРАН КЪЫПХУЭХЪУР?

18. Сытым теухуауэ узэупщІыж хъуну?

18 «Псым зыщІэбгъэуэну?» жаІэу иджы упщІэ къыщыуатым деж, сыт хуэдэ жэуап птынур? А упщІэм уэ уи пІэкІэ зыми жэуап иритыфынукъым. Ар зэхэбгъэкІын щхьэкІэ, «Псым зыщІэзгъэуэну сыт зэран къысхуэхъур?» жыІи, зэупщІыж (Апост. 8:36). Псым зыщІэбгъэуэн щІыхуейм и щхьэусыгъуищ уигу къэгъэкІыж. Япэр: уэ пэжымрэ Алыхьым и хабзэхэмрэ фІыуэ болъагъу. Мыпхуэдэу зэупщІыж: «Дэтхэнэ зы цІыхуми пэжыр жиІэу икІи Алыхьым и хабзэхэм тету псэууэ щыщытыну зэманыр слъэгъуну сыхуей?» ЕтІуанэр: уэ Хьисэ Мэссихь фІыуэ болъагъу. Мыпхуэдэу зэупщІыж: «Алыхьым и Къуэр си Пащтыхьу щытыну икІи абы и щапхъэм сытетыну сыхуей?» Ещанэр икІи псом нэхърэ нэхъыщхьэу щыт щхьэусыгъуэр: уэ Иеговэ фІыуэ болъагъу. Мыпхуэдэу зэупщІыж: «Иеговэ сызэрыхуэлажьэмкІэ ар згъэгуфІэну сыхуей?» А упщІэхэм псоми «нтІэ» жыпІэу жэуап ептамэ, псым зыщІэбгъэуэныр ебгъэтІылъэкІыным мыхьэнэ иІэу пІэрэ? (Апост. 16:33).

19. Псым зыщІэбгъэуэныр ебгъэтІылъэкІын щІыхуэмейр сыт? Щапхъэ къэфхь (Иуан 4:34).

19 Псым зыщІэбгъэуэну утемыгушхуэу щытмэ, Хьисэ жиІа псалъэхэм гу лъытэ. (Къеджэ Иуан 4:34.) ГъэщІэгъуэныращи, и Адэм хуэлэжьэныр абы ерыскъым иригъэщхьащ. Сыт щхьэкІэ? Хьисэ ищІэт, ерыскъым сэбэпынагъ къызэрытхуихьым хуэдэу, Иеговэ къызэрыдэлъэІуу хъуам ди фІагъ къызэрикІыр. НтІэ, Иеговэ псым зыщІэбгъэуэну къолъэІурэ? КъолъэІу, ар абы и Іэмырым хохьэ (Апост. 2:38). Аращи, псым зыщІэбгъауэмэ, ар сэбэп къыпхуэхъунущ. ПщафІэ нэхъыфІ дыдэм игъэхьэзыра шхыныгъуэ ІэфІыр пшхыну Іэмал уиІэмэ, ар зыфІэбгъэкІуэдыну? НтІэ, псым зэрызыщІэбгъауэм къыпхуихьыну гуфІэгъуэм щхьэ зыхэбгъэкІыжын хуей?

20. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?

20 Псым зыщІагъэуэну языныкъуэхэр щІытемыгушхуэр сыт? Зыгуэрым жиІэфынущ: «Сэ иджыри сыхьэзыркъым». Пэжщ, уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу псым зыщІэбгъэуэным нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ щыІэкъым. Ар махуэ къэс къапщтэ унафэхэм хуэбгъадэ хъунукъым. Абы къыхэкІкІэ а Іуэхугъуэм зэманрэ къарурэ тегъэкІуэдэн хуейщ. НтІэ, псым зыщІэбгъэуэну гукъыдэж уиІэу щытмэ, дауэ абы зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъунур? А упщІэм и жэуапыр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.

28-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъу

a Библиер зыдж дэтхэнэ зы цІыхуми псым зэрызыщІигъауэмкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ лъэбакъуэ еч. А унафэр къищтэну сыт абы къыдэІэпыкъунур? КІэщІу жыпІэмэ, ар лъагъуныгъэращ. Ауэ апхуэдэ цІыхум хэт икІи сыт фІыуэ илъагъун хуейр? Мы статьям а упщІэхэм я жэуапхэр къыщыдгъуэтынущ икІи псым зыщІэзыгъэуэну мурад зыщІа цІыхум сыт хуэдэ гъащІэ къыпэщылъми дытепсэлъыхьынущ.