Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

13 СТАТЬЯР

Фи сабийхэм Иеговэ евгъэцІыхун щхьэкІэ, и ІэдакъэщІэкІхэм гу лъевгъатэ

Фи сабийхэм Иеговэ евгъэцІыхун щхьэкІэ, и ІэдакъэщІэкІхэм гу лъевгъатэ

«Хэт мы псор къэзыгъэщІар?» (ИС. 40:26).

11-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьыр егъэлъапІэ и ІэдакъэщІэкІым

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Адэ-анэхэм я бынхэр сытым хурагъэсэну хуей?

 АДЭ-АНЭХЭ, фи бынхэм Иеговэ къацІыхуну икІи фІыуэ ялъагъуу зрагъэсэн щхьэкІэ фадэІэпыкъуну фызэрыхуейм дэ фІыуэ дыщыгъуазэщ. Ауэ Иеговэ нэкІэ къэплъэгъуну зы Іэмали щыІэкъым. НтІэ, нэкІэ къыпхуэмылъэгъуну Алыхьыр зэрыщыІэр я фІэщ хъуну икІи абы гъунэгъу зыхуащІыну фи бынхэм дапхуэдэу фазэрыдэІэпыкъуфынур? (Екъуб 4:8).

2. Адэ-анэхэм я бынхэм Иеговэ и хьэл-щэнхэм гу лърагъэтэн щхьэкІэ, сыт ящІэ хъунур?

2 Сабийхэр Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ, абыхэм я гъусэу Библиер бджыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (2 Тим. 3:14—17). Ауэ щІалэгъуалэм Иеговэ къызэрацІыхуфыну нэгъуэщІ щІыкІэми Алыхьым и Псалъэр топсэлъыхь. Псалъэм папщІэ, адэр и къуэм зэрепсалъэм теухуауэ Притчи тхылъым итщ. Абы и къуэр хуегъэуш Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм гу лъитэну икІи апхуэдэ щІыкІэкІэ ар нэхъыфІу зригъэцІыхуну (Прит. 3:19—21, Гъэсэпэтхыдэхэр). Адэ-анэхэм я бынхэм Иеговэ ирагъэцІыхун щхьэкІэ, абы и ІэдакъэщІэкІхэм гу лърагъатэ зэрыхъуным теухуауэ Іэмал зыбжанэ мы статьям щызэпкърытхынущ.

ИЕГОВЭ И ІЭДАКЪЭЩІЭКІХЭМ ГУ ЛЪЕБГЪАТЭУРЭ ДАПХУЭДЭУ САБИЙХЭР ЗЭРЫБГЪАСЭ ХЪУНУР?

3. Адэ-анэхэр я сабийхэм сыт хуэдэ лъэныкъуэкІэ ядэІэпыкъун хуей?

3 Библием мыпхуэдэу щыжыІащ: «Тхьэм дунейр къыщигъэщІам къыщыщІэдзауэ езым и хьэл-щэну ямылъагъуфым Тхьэм къигъэщІахэмкІэ цІыхухэм нахуэу гу лъатэн ялъокІ» (Рим 1:20). Адэ-анэхэ, фэ фи бынхэм я гъусэу паркым зыщывгъэпсэхуну фигу ирихьу къыщІэкІынщ. Иеговэ къигъэщІамрэ абы и хьэл-щэнхэмрэ зэрызэпхар фи сабийхэм евгъэлъэгъун щхьэкІэ, а зэманыр къэвгъэсэбэп хъунущ. АбыкІэ Хьисэ и щапхъэр фэ къывдэІэпыкъуфынущ.

4. Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм гу лъаригъатэу дапхуэдэу Хьисэ нэгъуэщІхэр зэрыригъаджэу щытар? (Лука 12:24, 27—30).

4 Хьисэ нэгъуэщІхэр иригъэджэн щхьэкІэ, абыхэм Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм гу лъаригъатэу зэрыщытам деплъынщ. Зэгуэр абы и гъэсэнхэм яжриІащ къуаргъхэмрэ удз гъэгъахэмрэ гу лъатэну. (Къеджэ Лука 12:24, 27—30.) ДауикІ, сыт хуэдэ псэущхьэми къэкІыгъэми Хьисэ тепсэлъыхьыфынут, ауэ абы къыхихар къедаІуэхэм фІыуэ яцІыху бзумрэ удз гъэгъамрэщ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм уафэм щызелъатэ къуаргъхэмрэ губгъуэм къыщыкІ удз гъэгъахэмрэ щІэх-щІэхыурэ ялъагъуу къыщІэкІынт. Абыхэм гу лъаригъэтэн щхьэкІэ, Хьисэ и Іэр зэришийр фи нэгу къыщІэвгъэхьэт. А псалъэхэр жиІа иужь, сыт абы ищІар? Иеговэ хьэлэлу зэрыщытымрэ и нэІэ къызэрыттригъэтымрэ теухуауэ Хьисэ и гъэсэнхэм къагуригъэІуащ. Иеговэ къуаргъхэмрэ удз гъэгъахэмрэ зэрыкІэлъыплъым хуэдэу, и лэжьакІуэ пэжхэри ерыскъырэ щыгъынрэ зэи хуигъэныкъуэнукъым.

5. Иеговэ теухуауэ я бынхэм епсэлъэн щхьэкІэ, адэ-анэхэр сытым тепсэлъыхь хъуну?

5 Адэ-анэхэ, фи бынхэр щывгъасэкІэ дапхуэдэу Хьисэ щапхъэ зэрытефхыфынур? Псалъэм папщІэ, фигу ирихь псэущхьэм е къэкІыгъэм теухуауэ абыхэм яжефІэ хъунущ. Иеговэ теухуауэ абы сыт къытхузэІуихми сабийм къыгурывгъаІуэ. ИужькІэ фи быным сыт хуэдэ псэущхьэр е къэкІыгъэр игу ирихьми феупщІ хъунущ. Фи сабийм фІыуэ илъагъу гуэрым теухуауэ фепсалъэу щытмэ, Иеговэ фыщытепсэлъыхькІэ ар нэхъ набдзэгубдзаплъэу къывэдэІуэну къыщІэкІынущ.

6. Кристофер и анэм и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

6 НтІэ, псэущхьэ е къэкІыгъэ гуэрым сабийм хутепсэлъыхьын щхьэкІэ, сыт адэ-анэм ящІэ хъунур? Абы теухуауэ щІэныгъэ нэхъыбэ зрагъэгъуэтын щхьэкІэ, Іэмал имыІэу зэман куэд къыдагъэкІын хуей? Хьэуэ. Хьисэ и гъэсэнхэм щепсэлъам щыгъуэ, къуаргъхэм яшхыну яфІэфІымрэ къэкІыгъэхэм я клеткэхэр зэрызэхэлъымрэ и гугъу ищІакъым. Пэжщ, дыкъэзыухъуреихь дунейм теухуауэ къывэпсэлъэну фи сабийм игу ирихьынкІэ хъунущ. Ауэ, и нэхъыбэм ар зыгуэрым ебгъэсэн щхьэкІэ, псалъитІ-щы жепІэ е тыншу жэуап зритыфыну упщІэ епт хъунущ. Ди къуэш Кри́стофер и сабиигъуэм теухуауэ мыпхуэдэу жеІэж: «Си анэм Алыхьым къигъэщІа дыкъэзыухъуреихь дунейм тыншу гу лъыдигъатэт. Псалъэм папщІэ, бгым дыщыщыІэм абы мыпхуэдэу жиІэт: „Мы бгыхэм я инагъымрэ я дахагъэмрэ феплъыт! Ар къэзыгъэщІа Иеговэ сыту Іэзэ!“ Хьэмэрэ, хы Іуфэм дыщыщыІэм абы жиІэт: „Мы толъкъунхэм я лъэщагъым феплъыт! Алыхьым къаруушхуэ иІэщ, пэжкъэ?“». Кристофер пещэ: «А псалъэхэр къыбгурыІуэну тыншми, куууэ дызыщІэгупсысыжыну ахэр къыддэІэпыкъут».

7. Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм егупсысыну дапхуэдэу сабийхэр зэрыдгъасэ хъунур?

7 Сабийхэр нэхъ балигъ хъухукІэ, Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм егупсысу икІи Иеговэ и хьэл-щэнхэр абыхэм халъагъуэу вгъасэ. Псалъэм папщІэ, Алыхьым и ІэдакъэщІэкІ гуэрым теухуауэ сабийм мыпхуэдэу уеупщІ хъунущ: «Иеговэ теухуауэ сыт абы дызыхуигъасэр?» Абы и жэуапыр фэ хуабжьу вгъэщІэгъуэнкІэ хъунущ (Мт. 21:16).

САБИЙХЭР БГЪЭСЭН ЩХЬЭКІЭ, ДАПЩЭЩ ИКІИ ДЭНЭ АЛЫХЬЫМ И ІЭДАКЪЭЩІЭКІХЭМ ГУ ЛЪЕБГЪАТЭ ЩЫХЪУНУР?

8. Гъуэгу щытетым щыгъуэ, Израилым щыпсэуа адэ-анэхэм сыт хуэдэ Іэмал яІэ хъурэт?

8 Израил лъэпкъым щыщ адэ-анэхэм Иеговэ и хабзэхэм я бынхэр хурагъэсэн хуейуэ щытт. Ауэ сабийхэр унэм щыщІэсым имызакъуэу, «гъуэгу щытетым» щыгъуи ар щІэн хуейт (Втор. 11:19). Израилым щыІа гъуэгухэм ущытетым деж, псэущхьэ, бзу, удз гъэгъа куэд плъагъуну Іэмал уиІэт. А гъуэгухэмкІэ щызекІуэм деж, я бынхэм Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм яхутепсэлъыхьыну адэ-анэхэм Іэмал куэд яІэу къыщІэкІынт. ФІыуэ тлъагъу адэ-анэхэ, фэри апхуэдэ Іэмалхэр фиІэщ. Языныкъуэ унагъуэхэм ар фІыуэ яхузэфІэкІащ. АдэкІэ абы нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ.

9. Пунитэрэ Катярэ я щапхъэм сытым дыхуагъасэрэ?

9 Ди шыпхъу Пуни́тэ Индием щопсэу. Абы жеІэж: «Ди благъэхэр тлъэгъун щхьэкІэ къуажэм дыщыкІуэжым деж, дэ а зэманыр къыдогъэсэбэп Иеговэ псори гъэщІэгъуэныщэу къызэригъэщІам теухуауэ ди сабийхэм депсэлъэну. СызэригугъэмкІэ, цІыху куэд здэщыІэ къалэ Іувым щыпэжыжьэм деж, Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм гу лъатэну икІи абыхэм егупсысыну си сабийхэм Іэмал нэхъыбэ яІэ мэхъу». Адэ-анэхэ, щІыпІэ дахэ гуэрым фызэрыкІуар икІи зэгъусэу зэманыр зэрывгъэкІуар фи бынхэм зэи ящыгъупщэнукъым. Молдовэм щыщ ди шыпхъу Катя мыпхуэдэу жеІэ: «Си сабиигъуэм щыщу нэхъыбэу сигу къинэжар си адэ-анэм я гъусэу щІыпІэ дахэ гуэрым зыщыдгъэпсэхун щхьэкІэ дызэрыкІуэу щытаращ. СызэрыцІыкІурэ Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм сыкІэлъыплъу икІи а псом Алыхьым и хьэл-щэнхэр хэслъагъуэу абыхэм сагъэсащ. Абы щхьэкІэ сэ си гум фІыщІэшхуэ илъщ».

Иеговэ и хьэл-щэнхэм теухуауэ фи сабийхэм яжефІэн щхьэкІэ, абыкІэ къывдэІэпыкъуну Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэр къалэшхуэми къыщывгъуэтыфынущ (10-нэ абзацым феплъ.)

10. Сыт адэ-анэхэм ящІэ хъунур, я унагъуэр къалэм дэкІыну къегугъуэкІыу щытмэ? (« Адэ-анэхэм къадэІэпыкъуфынур» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

10 Ауэ къалэм удэкІыну гугъуу щытмэ-щэ? Индием щыпсэу ди къуэш Амо́л мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ сыкъыщыхъуа щІыпІэм цІыхухэр куэду лэжьэн хуей мэхъу, зыбгъэпсэхун щхьэкІэ зыщІыпІэ укІуэнуи ахъшэфІ и уасэщ. Ауэ Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм укІэлъыплъын икІи абы и хьэл-щэнхэм утепсэлъыхьын щхьэкІэ, парк цІыкІури уи балконри къэбгъэсэбэп хъунущ». Набдзэгубдзаплъэу ущытмэ, шэч хэмылъу, уи унэм пэмыжыжьэу Алыхьым къигъэщІахэм щыщу уи сабийхэм ебгъэлъагъу хъуну гуэр къыщыбгъуэтыфынущ (Пс. 104:24). Псалъэм папщІэ, бзухэр, хьэпщхупщхэр, къэкІыгъэхэр, нэгъуэщІ гуэрхэри абдеж щыплъэгъуну Іэмал уиІэ хъунущ. Германием щыпсэу Каринэ къыддогуашэ: «СыщыцІыкІум щыгъуэ си анэм и гъусэу ди нэгу зедгъэужьу къэткІухьыну дигу ирихьт. Апхуэдэхэм деж абы сыт щыгъуи удз гъэгъа дахэхэм гу лъызигъатэт, езым ахэр ифІэфІти». Я бынхэр ягъэсэн щхьэкІэ, адэ-анэхэм иджыри Іэмэпсымэ куэд яІэщ: ди организацэм къыдигъэкІа видео зэмылІэужьыгъуэхэмрэ Иеговэ къигъэщІахэм тепсэлъыхь статьяхэмрэ. Ахэр нэгъэсауэ къэвгъэсэбэпу пІэрэ? Фэ фи Іуэхур зыІутым емылъытауэ, Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм кІэлъыплъу фи сабийхэр евгъэсэну фхузэфІэкІынущ. АдэкІэ Иеговэ и хьэл-щэнхэм щыщ языныкъуэхэм фи сабийхэм гу лъевгъатэ зэрыхъунум деплъынщ.

ИЕГОВЭ И ХЬЭЛ-ЩЭНХЭР НАІУЭЩ

11. Иеговэ и лъагъуныгъэм гу лъатэу зрагъэсэну фи сабийхэм дапхуэдэу фазэрыдэІэпыкъу хъунур?

11 Иеговэ и лъагъуныгъэр ялъэгъуну фи сабийхэм фадэІэпыкъун щхьэкІэ, псэущхьэхэм я шыр цІыкІухэм гулъытэ зэрыхуащІым теухуауэ яжефІэ (Мт. 23:37). Абы нэмыщІ дыкъэзыухъуреихь дунейм псэущхьэ, къэкІыгъэ зэмылІэужьыгъуэхэр зэрытетыр къыхэвгъэщ. Мыбы ипэ зи гугъу тщІа Каринэ жеІэж: «Си анэм и гъусэу ди нэгу зедгъэужьу къыщыткІухьым деж, удз гъэгъа дахэхэм гу лъызигъэтэн щхьэкІэ, сыкъигъэувыІэт. Зы удз гъэгъар адрейхэм зэремыщхьым сригъэгупсысыну икІи абы и дахагъэм Иеговэ и лъагъуныгъэр хэслъэгъуэну абы сыхуигъэушт. ГъэщІэгъуэныращи, абы лъандэрэ илъэс куэд дэкІащ, ауэ сэ нобэр къыздэсым удз гъэгъахэм набдзэгубдзаплъэу соплъ. Ахэр зэрызэмыщхьымрэ я дахагъэмрэ сэ хуабжьу сыдехьэх икІи Иеговэ фІыщэу дыкъызэрилъагъур абыхэм сигу къагъэкІыж».

Ди Іэпкълъэпкъыр гъэщІэгъуэныщэу зэрызэхэлъхьам Алыхьым и Іущагъыр къызэрыхэщым фи сабийхэм гу лъевгъатэ хъунущ (12-нэ абзацым феплъ.)

12. Алыхьым и Іущагъым гу лъатэну фи сабийхэм дапхуэдэу фазэрыдэІэпыкъу хъунур? (Псалом 139:14). (Сурэтым феплъ.)

12 Алыхьым и Іущагъым гу лъатэну фи сабийхэм фадэІэпыкъу. Иеговэ дэр нэхърэ куэдкІэ нэхъ Іущщ (Рим 11:33). А гупсысэр къыхэвгъэщын щхьэкІэ, мыпхуэдэ гуэр жыфІэ хъунущ: «Мо пшэхэм еплъыт. Ахэр апхуэдэу хъун щхьэкІэ, псым зыкъиІэту уафэм дэкІуеин хуейщ. Ауэ иужькІэ а псыр тыншу зы щІыпІэм икІыу нэгъуэщІыпІэ макІуэ!» (Иов 38:36, 37). Абы нэмыщІ ди Іэпкълъэпкъыр гъэщІэгъуэныщэу зэрызэхэлъым фи сабийхэм гу лъевгъатэ хъунущ. (Къеджэ Псалом 139:14.) Владимир зи цІэ ди къуэшым ар зэрищІамкІэ къыддогуашэ: «Зэгуэр ди къуэ цІыкІур велосипедым къехуэхри, и лъэгуажьэр триудыжат. Махуэ зыбжанэ дэкІа иужь, абы и лъакъуэр хъужащ. Си щхьэгъусэмрэ сэрэ абы жетІащ ди клеткэхэм езыхэм загъэхъужыфыну Иеговэ зэфІэкІ зэрыритар. Абы нэмыщІ ди къуэм къыгурыдгъэІуащ, цІыхухэм сыт къамыгупсысми, апхуэдэ гуэр ящІэну зэрахузэфІэмыкІыр. Псалъэм папщІэ, машинэр аварие хъуа иужь езыр-езыру зищІыжыфынукъым. Иеговэ Іущагъышхуэ зэрыхэлъыр къыгурыІуэну ди къуэм а Іуэхугъуэр къыдэІэпыкъуащ».

13. Алыхьым и къарум гу лъатэну фи сабийхэм дапхуэдэу фазэрыдэІэпыкъу хъунур? (Исайя 40:26).

13 Иеговэ къыдолъэІу уафэм дыдэплъеину икІи вагъуэхэр и пІэм изыгъэт гъунэ зимыІэ абы и къарум дегупсысыну. (Къеджэ Исайя 40:26.) Фэри фи сабийхэм я гъусэу уафэм фыдэплъей икІи абы щыфлъагъум фегупсыс хъунущ. Тайвань хытІыгум щыпсэу ди шыпхъу Тинти́н и сабиигъуэм теухуауэ мыпхуэдэу жеІэж: «Зэгуэр си анэмрэ сэрэ, ди нэгу зедгъэужьын щхьэкІэ, къалэм дыдэкІащ. Пщыхьэщхьэм, къалэшхуэм и уэздыгъэхэм дыпэжыжьэу дэ уафэм вагъуэхэр изу зэрипхъам деплът. А зэманым школым хуабжьу закъуэныгъэ щызыхэсщІэт икІи Иеговэ хуэпэжу сыкъэмынэфынкІэ сыгузавэт. Си анэм сыхуигъэушащ, а вагъуэхэр къигъэщІын щхьэкІэ, Иеговэ сыт хуэдэ къару къигъэсэбэпами сегупсысыну. Си гугъуехьхэм сыпэлъэщын щхьэкІэ къыздэІэпыкъуну а къару дыдэр Алыхьым къызэригъэсэбэпыфынур абы къызжиІащ. А пщыхьэщхьэм иужь, сэ Иеговэ нэхъыфІу къэсцІыхуну икІи нэхъ жыджэру абы и Іэмырыр згъэзэщІэну гукъыдэж сиІэ хъуащ».

14. Иеговэ Алыхь насыпыфІэу зэрыщытыр я сабийхэм къыгурагъэІуэн щхьэкІэ, адэ-анэхэм сыт ящІэ хъунур?

14 Иеговэ насыпыфІэу икІи гушыІэ зыхэлъ Алыхьу зэрыщытыр и ІэдакъэщІэкІхэм къагъэлъагъуэ. ЩІэныгъэлІхэм къахутащ псэущхьэхэм я нэхъыбэм, бзухэри бдзэжьейхэри абыхэм яхэту, джэгун зэрафІэфІыр (Иов 40:20). Фи сабийхэр псэущхьэхэр зэрыджэгум кІэлъыплъу икІи дыхьэшхыу щыфлъэгъуа къэхъуа? Джэду цІыкІур Іуданэ шыхьам зэрыдэджэгум е хьэпшыр цІыкІухэр зэрызэрызехьэм ахэр кІэлъыплъу къыщІэкІынт. ДяпэкІэ фи сабийхэр псэущхьэ гуэрым апхуэдэу игъэдыхьэшхыу щыфлъагъум деж, дэ Алыхь насыпыфІэм дызэрыхуэлажьэр абыхэм ягу къэвгъэкІыж хъунущ (1 Тим. 1:11).

ЗЭРЫУНАГЪУЭУ ИЕГОВЭ И ІЭДАКЪЭЩІЭКІХЭМ ФЫЩЫГУФІЫКІ

Сабийхэр паркым щыщыІэм деж, нэхъ хуиту къопсэлъэну икІи я гурыщІэхэмкІэ нэхъ тыншу къыбдэгуэшэну къыщІэкІынущ (15-нэ абзацым феплъ.)

15. Я сабийхэр зэгупсысыр къащІэну адэ-анэхэм сыт къадэІэпыкъунур? (Притчи 20:5). (Сурэтым феплъ.)

15 Иныкъуэхэм деж адэ-анэм ялъагъу я сабийм и гъащІэм зыгуэр къызэрыщыхъуар, ауэ ар абы тепсэлъыхьыну зэрыхуэмейр. Фэри апхуэдэ гугъуехь фиІэу щытмэ, фи сабийр зыгъэгузавэр къызэрыфщІэным фыхущІэкъу. (Къеджэ Притчи 20:5, Гъэс.) Языныкъуэхэм гу лъатащ я бынхэм я гъусэу къалэм дэкІыу зыщагъэпсэхум деж, ар пщІэну нэхъ тыншу зэрыщытыр. Сыт щхьэкІэ? Псалъэм папщІэ, абы щыгъуэ адэ-анэри сабийхэри зыми теплъэкъукІкъым. Тайваным щыпсэу ди къуэш Масахи́ко иджыри зы щхьэусыгъуэм топсэлъыхь: «Ди сабийхэм я гъусэу бгым е тенджыз Іуфэм дыщыщыІэм деж, ахэр нэхъ хуиту къыдопсалъэ икІи я гурыщІэхэмкІэ нэхъ тыншу къыддогуашэ. Абы и фІыгъэкІэ ахэр зэгупсысыр къэпщІэну куэдкІэ нэхъ тыншщ». НэхъапэІуэкІэ зи гугъу тщІа Катя мыпхуэдэу жеІэ: «Урокхэр иуха иужь, си анэмрэ сэрэ щІэх-щІэхыурэ парк дахэм дыкІуэт. Абдеж, дэ зыри зэран къызэрытхуэмыхъум и фІыгъэкІэ, школым къыщыхъуахэмрэ сызыгъэгузавэ гупсысэхэмрэ теухуауэ нэхъ тыншу дызэпсэлъэфт».

16. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм я фІыгъэкІэ дапхуэдэу унагъуэм щыщхэм зэгъусэу зэрызагъэпсэхуфынур?

16 Абы нэмыщІ Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм я фІыгъэкІэ унагъуэм щыщхэм зэгъусэу загъэпсэхуну, я нэгу зрагъэужьыну икІи нэхъ зэкъуэт хъуну Іэмал яІэ мэхъу. Библием щыжыІащ «ущыдыхьэшхын зэмани», «укъыщыфэн зэмани» зэрыщыІэр (Эккл. 3:1, 4). ГъащІэм гуфІэгъуэ къытхуихьын щхьэкІэ, Иеговэ ЩІым щІыпІэ дахэ куэд къыщигъэщІащ. Унагъуэ куэдым ягу ирохь мэзым, бгым, тенджыз Іуфэм зэгъусэу зыщагъэпсэхуну. Сабийхэм яфІэфІщ паркым щыджэгуну, псыежэхым хэсыну икІи псэущхьэхэм кІэлъыплъыну. Пэжщ, унагъуэхэм загъэпсэхун щхьэкІэ, Іэмал куэд яІэщ. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дыкъызэраухъуреихьыр сыту насыпышхуэ!

17. Сабийхэм Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм гуфІэгъуэ хахыу адэ-анэхэм ягъэсэн щІыхуейр сыт?

17 ДунеищІэр къэса иужь, Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм щыгуфІыкІын щхьэкІэ, адэ-анэхэми сабийхэми Іэмал нэхъыбэж яІэнущ. Псалъэм папщІэ, псэущхьэхэм дащІыщышынэн зы щхьэусыгъуи диІэнукъым, ахэри дэ къытщышынэнукъым (Ис. 11:6—9). Абы нэмыщІ, ди гъащІэм кІэ зэримыІэным и фІыгъэкІэ, Иеговэ тыгъэу къыдита мы дуней дахащэм нэгъэсауэ гуфІэгъуэ хэтхыну Іэмал диІэнущ (Пс. 22:26). Адэ-анэхэ, дыныволъэІу: фи сабийхэм Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм теухуауэ яжефІэн икІи, абыхэм гуфІэгъуэ хахыу зрагъэсэну фадэІэпыкъун щхьэкІэ, дунеищІэр къэсыху фемыжьэ, атІэ нобэ щыщІэдзауэ абы фелэжь. Абы щыгъуэ фи бынхэм пащтыхь Даут хуэдэу жаІэфынущ: «Иеговэ... уи ІуэхущІафэхэм зыри пэпщІ хъунукъым!» (Пс. 86:8).

134-НЭ УЭРЭДЫР Быныр — Иеговэ и тыгъэщ

a Ди къуэш, ди шыпхъу куэдым я гум хуабэу къинэжащ, ахэр щысабийм щыгъуэ, Иеговэ и лэжьакІуэу щыт я адэ-анэхэм я гъусэу нэгу зегъэужьакІуэ зэрыкІуэу щытар. Иеговэ теухуауэ кърагъэщІэн щхьэкІэ, я адэ-анэхэм апхуэдэ Іуэхугъуэхэр къызэрагъэсэбэпу щытар абыхэм нобэр къыздэсым ящыгъупщакъым. Уэ сабий уиІэу щытмэ, абы Алыхьым и хьэл-щэнхэр нэхъыфІу къицІыхун щхьэкІэ, дапхуэдэу и ІэдакъэщІэкІхэм гу лъебгъатэ зэрыхъунур? Мы статьям а упщІэм и жэуапыр щызэпкърытхынущ.