Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

14 СТАТЬЯР

Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къызэрацІыхур лъагъуныгъэращ

Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къызэрацІыхур лъагъуныгъэращ

«ФІыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикІуэр цІыху псоми ящІэнущ» (ИН. 13:35).

106-НЭ УЭРЭДЫР Лъагъуныгъэр хыдогъахъуэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

Ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр Иеговэ хуэмылажьэхэм дауэ къазэрыщыхъур? (Япэ абзацым феплъ.)

1. ЦІыху куэдым сыт я гум къинэжыр, япэу ди зэІущІэхэм къыщыкІуэм деж? (Сурэтым феплъ.)

 ИЕГОВЭ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм япэу къэкІуа зэщхьэгъусэхэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ. Зэхуэсым щалъэгъуа лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ абыхэм я гум дыхьащ. Унэм щыкІуэжым цІыхубзым и щхьэгъусэм жреІэ: «Иеговэ и Щыхьэтхэр адрейхэм ещхькъым. Сигу ирихьащ абыхэм я зэІущІэр».

2. Языныкъуэхэм Иеговэ къыщІагъэнар сыт?

2 Алыхьым и лъэпкъым илъ лъагъуныгъэм хуэдэ нэгъуэщІ зыщІыпІи къыщыпхуэгъуэтынукъым. Пэжщ, Иеговэ и Щыхьэтхэми гуэныхь яхэлъщ (1 Ин. 1:8). Абы къыхэкІкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэр нэхъыфІу къыщытцІыхум деж, абыхэм яхэлъ ныкъусанхэми нэхъыбэу гу лъыттэнкІэ хъунущ (Рим 3:23). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, языныкъуэхэм адрейхэм я ныкъусанхэм фІэкІ зыри ямылъэгъужу хъури, абы щхьэкІэ Иеговэ къагъэнащ.

3. Сыт хуэдэ хьэл-щэнымкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къызэрацІыхур? (Иуан 13:34, 35).

3 Мы статьяр зытегъэщІа едзыгъуэм иджыри зэ гу лъыттэнщ. (Къеджэ Иуан 13:34, 35.) Сыт хуэдэ хьэл-щэнымкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къызэрацІыхур? Я зэхуаку лъагъуныгъэ зэрыдэлъыращ. Ахэр цІыху дагъуэншэу щытын хуейуэ зыщІыпІи иткъым. Хьисэ мыпхуэдэу жиІакъым: «Фэ си гъуэгу фызэрырикІуэр фэ къэфщІэнущ». АтІэ абы жиІар мыращ: «Фэ си гъуэгу фызэрырикІуэр цІыху псоми ящІэнущ». Мы псалъэхэмкІэ Хьисэ къигъэлъэгъуащ зэхуэсым щымыщ цІыхухэми абы и гъэсэн пэжхэр я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэ нэгъэсамкІэ къызэрацІыхунур.

4. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм теухуауэ языныкъуэхэм сыт хуэдэ упщІэхэр яІэ?

4 Иеговэ хуэмылажьэхэм мыпхуэдэ упщІэхэр яІэнкІэ хъунущ: «Дауэ Хьисэ и гъэсэн пэжхэр лъагъуныгъэмкІэ къызэрыпцІыхунур? Хьисэ апостолхэр фІыуэ зэрилъагъур сытыт къызыхэщыр? Дауэ нобэ дэ абы щапхъэ тетх зэрыхъунур?» Мы упщІэхэр зэрызэпкърытхыр дэри сэбэп къытхуэхъунущ. Псалъэм папщІэ, абы дыхуигъэушынущ лъагъуныгъэр нэхъыбэжу дгъэлъэгъуэну, псом хуэмыдэу ди къуэш, ди шыпхъухэм я щыуагъэхэр къыщыджьэхэуэм деж (Еф. 5:2).

ДАУЭ ХЬИСЭ И ГЪЭСЭН ПЭЖХЭР ЛЪАГЪУНЫГЪЭМКІЭ КЪЫЗЭРЫПЦІЫХУНУР?

5. Иуан 15:12, 13 ит Хьисэ и псалъэхэм къикІыр сыт?

5 Хьисэ наІуэу къыхигъэщащ абы и лъэужь ирикІуэхэр лъагъуныгъэ нэгъэсамкІэ къызэрацІыхунур. (Къеджэ Иуан 15:12, 13.) Абы и гъэсэнхэм яжриІащ: «Сэ фэ фІыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фІыуэ фызэрылъагъун хуейщ». Сыт Хьисэ и псалъэхэм къикІыр? Абы и гъэсэнхэм унафэ яхуищІащ псэемыблэжу фІыуэ зэрылъагъуну. Апхуэдэ лъагъуныгъэм Алыхьым и лэжьакІуэр хуегъэуш, хуей хъумэ, и къуэшым щхьэкІэ и псэр итыну b.

6. Дауэ Алыхьым и Псалъэм къызэрыхэщыр лъагъуныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр?

6 Алыхьым и Псалъэм къыхощ лъагъуныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Куэдым гукІэ ящІэ Библием ит мы едзыгъуэхэр: «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ» (1 Ин. 4:8); «Уи щхьэр фІыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фІыуэ лъагъу» (Мт. 22:39); «ФІылъагъуныгъэм гуэныхь куэд егъэгъу» (1 Пет. 4:8); «ФІылъагъуныгъэр зэи кІуэдыжынукъым» (1 Кор. 13:8). Мы едзыгъуэхэми нэгъуэщІхэми наІуэу къагъэлъагъуэ лъагъуныгъэр зыхэтлъхьэным икІи ар дгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр.

7. Иблисым цІыхухэм я зэхуаку лъагъуныгъэ дилъхьэу ахэр зэкъуэт зэи щІимыщІыфынур сыт?

7 ЦІыху куэдым къащІэну хуейт дин пэжыр къызэрыпцІыху хъуну щІыкІэр. Псоми я диныр пэжу жаІэ, ауэ Алыхьым теухуауэ абыхэм зыхурагъаджэр зэтехуэкъым. Апхуэдэу щІыщытыр цІыхухэм къагурыІуэкъым. Иблисым дин нэпцІ куэдыкІей къигупсысащи, языныкъуэхэм я дежкІэ пэжыр къагъуэтыну тыншкъым. Ауэ ШейтІаным хуэщІынукъым организацэ гуэр, абы хыхьэхэр зы унагъуэм хуэдэу зэкъуэту икІи я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъу псэууэ. Апхуэдэ зыхузэфІэкІынур Иеговэ закъуэщ. ИкІи ар гъэщІэгъуэнкъым, сыту жыпІэмэ аращ лъагъуныгъэр къызыбгъэдэкІыр. Иеговэ и къару лъапІэр зритхэмрэ и нэфІ зыщыхуэхэмрэщ лъагъуныгъэ нэгъэса зиІэфынур (1 Ин. 4:7). Аращ Хьисэ щІыжиІар абы и гъэсэн пэжхэр лъагъуныгъэ нэгъэсамкІэ къызэрацІыхунур.

8, 9. Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр дауэ языныкъуэхэм къазэрыщыхъур?

8 Хьисэ зэрыжиІам хуэдэу, абы и лъэужь ирикІуэхэр я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмкІэ къацІыху. Псалъэм папщІэ, ди къуэш И́ен игу къегъэкІыж япэ дыдэу конгрессым зэрыкІуауэ щытар. Ар и унэм пэгъунэгъуу щыІэ стадионым щекІуэкІат. Конгрессым ипэ къихуэу Иен а стадионым щекІуэкІа топ джэгум щыІат. Иджы феплъыт абы жиІэм: «Топ джэгум щыгъуэ стадионым щыслъэгъуамрэ конгрессым щыгъуэ щыслъэгъуамрэ сыту зэщхьэщыкІрэт! Иеговэ и Щыхьэтхэр гуапэт, екІуу хуэпат, я сабийхэри гъэсат». Иен пещэ: «Ауэ нэхъапэращи, ахэр зэрынасыпыфІэр икІи я гъащІэмкІэ арэзыуэ зэрыщытыр наІуэт. Арат сэ сызэхъуапсэр! Конгрессым и программэм щыщу сэ зыри сщІэжкъым, ауэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэхэтыкІэр хуабжьу си гум дыхьат» c. Апхуэдэ зэхущытыкІэхэр ди зэхуаку щІыдэлъыр пэж дыдэу фІыуэ дызэролъагъури аращ. Ди къуэш, ди шыпхъухэм яхудиІэ лъагъуныгъэм дыхуегъэуш гуапагъэрэ пщІэрэ хэлъу зыр зым дыхущытыну.

9 Ди къуэш Джони апхуэдэ гурыщІэхэр иІащ, ди зэІущІэхэм кІуэуэ щыщІидзам щыгъуэ. Ар къыддогуашэ: «Абыхэм я гуапагъэр си гум нэсат. Сэ къысщыхъут ахэр цІыху дагъуэншэу щыту. Абыхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэм си фІэщ ищІащ сэ дин пэжыр къызэрызгъуэтар» d. Мыпхуэдэ щапхъэхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр Хьисэ и гъэсэн пэжу зэрыщытыр.

10. Ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъур къэдгъэлъэгъуэну иджыри сыт хуэдэ Іэмал диІэр? (Сноскэм феплъ.)

10 Статьям и пэм зэрыжытІащи, дэ цІыху дагъуэншэ къытхэткъым. Ди къуэш, ди шыпхъухэм ди жагъуэ зыщІын гуэр щыжаІэ е щащІэ къохъу (Екъуб 3:2) e. Абдежым ахэр фІыуэ зэрытлъагъур псалъэкІи ІуэхукІи къэдгъэлъэгъуэну Іэмал диІэ мэхъу. Абы теухуауэ сыт хуэдэ щапхъэ Хьисэ къытхуигъэнар? (Ин. 13:15).

ХЬИСЭ АПОСТОЛХЭР ФІЫУЭ ЗЭРИЛЪАГЪУР СЫТЫТ КЪЫЗЫХЭЩЫР?

Апостолхэм я щыуагъэхэм емылъытауэ, Хьисэ абыхэм лъагъуныгъэ хэлъу яхущытт (11—13-нэ абзацхэм феплъ.)

11. Екъубрэ Иуанрэ сыт хуэдэ хьэл мыхъумыщІэхэр яхэлът? (Сурэтым феплъ.)

11 Хьисэ и гугъэтэкъым и лъэужь ирикІуэхэр цІыху дагъуэншэу щытын хуейуэ. Ар лъагъуныгъэ хэлъу и гъэсэнхэм дэІэпыкъут, абыхэм фІыкІэ захъуэжу, Иеговэ арэзы ящІыну. Зэгуэр Екъубрэ Иуанрэ я анэр Хьисэ и деж ягъэкІуащ, Пащтыхьыгъуэм увыпІэ лъагэхэр къащритыну ирагъэлъэІун щхьэкІэ (Мт. 20:20, 21). Абыхэм я лъэІум къигъэлъэгъуащ тепщэныгъэм зэрыхуэнэпсейр икІи пагэу зэрыщытыр (Прит. 16:18).

12. Екъубрэ Иуанрэ ямызакъуэу адрей апостолхэми хьэл-щэн Іейхэр ягъэлъэгъуауэ сыт жыпІэ щІэхъунур? КъыдгурывгъаІуэ.

12 Ауэ а Іуэхугъуэм щыгъуэ хьэл-щэн Іей зыгъэлъэгъуар Екъубрэ Иуанрэ я закъуэкъым. Адрей апостолхэм зэрызащІам гу лъыфтэт: «Адрей цІыхуипщІу Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм ар щызэхахым, а зэшитІым яхуэгубжьащ» (Мт. 20:24). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт апостолхэр а зэкъуэшитІым пхъашэу зэрепсэлъар! Абыхэм мыпхуэдэ гуэрхэр жаІауэ къыщІэкІынущ: «УвыпІэ лъагэ Пащтыхьыгъуэм къыщыфлъысын хуейуэ хэт къывжезыІар? Фэ тІум хэту зыкъыффІэщІыжауэ пІэрэ? Псэемыблэжу Хьисэ дэІэпыкъуар фэ тІура? Дэ-щэ? Дэри къыттохуэ увыпІэ лъагэ дубыдыну!» Сыт хуэдэ псалъэхэр апостолхэм зэжрамыІами, я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр зэман гуэркІэ нэхъ махэ хъуащ.

13. Апостолхэм хьэл-щэн Іейхэр щагъэлъэгъуам щыгъуэ, сыт Хьисэ ищІар? (Маттэ 20:25—28).

13 Сыт Хьисэ абы щыгъуэ ищІар? Ар къэгубжьакъым икІи жиІакъым абыхэм я пІэкІэ нэгъуэщІ апостолхэр къигъуэтыну. Хьисэ мурад ищІакъым Іэдэбагърэ лъагъуныгъэрэ нэхъыбэу зыхэлъ нэгъуэщІ цІыхухъухэр къыхихыну, атІэ шыІэныгъэ хэлъу и апостолхэм иджыри зэ епсэлъащ. (Къеджэ Маттэ 20:25—28.) Абы ипэ къихуэуи, иужькІи апостолхэр мызэ-мытІэу зэдэуащ, абыхэм щыщу хэт нэхъыщхьэми. Абы емылъытауэ, Хьисэ адэкІи лъагъуныгъэ хэлъу абыхэм яхущытащ (Мк. 9:34; Лк. 22:24).

14. Сыт хуэдэ культурэт апостолхэр зыщІапІыкІар?

14 ДауикІ, Хьисэ къыгурыІуэт апостолхэр зыщІапІыкІа культурэр абыхэм зэран къазэрыхуэхъур (Ин. 2:24, 25). Абыхэм я зэманым дин егъэджакІуэхэмрэ фарисейхэмрэ мыхьэнэшхуэ иратт цІыхум иІыгъ увыпІэм (Мт. 23:6; 2010-нэ гъэм, мэлыжьыхьым и 1-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Иисус и его ученики проповедовали в синагогах» жыхуиІэ статьям итым евгъапщэ). Абы нэмыщІ дин пашэхэм езыхэм ягу щыпкъагъэ илъу залъытэжт (Лк. 18:9—12) f. Хьисэ къыгурыІуэт апхуэдэ цІыху пагэхэм яхэту апостолхэр къызэрыхъуар я щхьэм зэрыхущытыжми, адрейхэм зэрахущытми зэран зэрыхуэхъур (Прит. 19:11). Хьисэ ищІэт а цІыхухъухэм ныкъусан гуэрхэр зэрахэлъыр икІи ахэр зэрыщыуэм и пІэм къриштэкъым. Апостолхэм я гур зэрыщабэр илъагъути, Хьисэ шыІэныгъэ хэлъу адэкІи абыхэм ядэІэпыкъут. Апхуэдэ дэІэпыкъуэгъум и фІыгъэкІэ пагагъэм текІуэну икІи тепщэныгъэм хуэмынэпсейуэ, лъагъуныгъэр нэхъыбэу ягъэлъэгъуэну абыхэм яхузэфІэкІт.

ДАУЭ ХЬИСЭ ЩАПХЪЭ ТЕТХ ЗЭРЫХЪУНУР?

15. Екъубрэ Иуанрэ къащыщІам сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур?

15 Екъубрэ Иуанрэ къащыщІам дэ дерс хэтхыфынущ. Пащтыхьыгъуэм увыпІэ лъагэ щхьэкІэ ахэр зэрылъэІуар, дауикІ, тэмэмтэкъым. Ауэ адрей апостолхэри къуаншэу жыпІэ хъунут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэкъуэшитІым я щыуагъэм щхьэкІэ я зэхуаку дэлъа зэкъуэтыныгъэр зэтракъутат. Дауэ мыхъуами, Хьисэ апостолхэм псоми гуапэу икІи лъагъуныгъэ хэлъу яхущытащ. Сыт хуэдэ дерс хэтхыр? Ди къуэш, ди шыпхъухэр зэрыщыуэр гурыІуэгъуэщ, ауэ дауэ дэ абыхэм я щыуагъэхэм дазэрыхущытыр? Зыгуэрым ди жагъуэ хъун гуэр жиІамэ е ищІамэ, мыпхуэдэ упщІэхэр зэттыж хъунущ: «Сыт ар апхуэдизу си жагъуэ щІэхъуар? Сызэлэжьын хуей хьэл-щэн Іей гуэр зэрысхэлъыр къимыгъэлъагъуэу пІэрэ мы Іуэхум? ЦІыхур иджыпсту гугъуехьхэм щІигъэнамэ, армырауэ пІэрэ зэмыгупсыса гуэр абы къыщІызжиІар? Си жагъуэ къэзыщІар пэж дыдэу къуаншэми, фэрыщІагъ зыхэмылъ лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ си гум къыбгъэдэкІыу хуэзмыгъэгъуфыну пІэрэ?» Адрейхэм лъагъуныгъэ хэлъу дазэрыхущытым къыхощ дэ Хьисэ и гъэсэн пэжу дызэрыщытыр.

16. Хьисэ и щапхъэм сытым дыхуигъэушрэ?

16 Хьисэ и щапхъэм дыхуегъэуш ди къуэш, ди шыпхъухэм зэхэщІыкІ тхэлъу дахущытыну (Прит. 20:5). ЦІыхум и гум илъыр Хьисэ, дауикІ, илъагъут. Дэ апхуэдэ зэфІэкІ димыІэми, ди жагъуэ къэзыщІхэм шыІэныгъэ тхэлъу дахущытыфынущ (Еф. 4:1, 2; 1 Пет. 3:8). Ди къуэш, ди шыпхъухэр нэхъыфІу зэдгъэцІыхумэ, ди дежкІэ нэхъ тынш хъунущ зэхэщІыкІ тхэлъу абыхэм дахущытыну. Зы щапхъэ зэпкърытхынщ.

17. Районым и нэхъыжьым ди зы къуэшыр нэхъыфІу зригъэцІыхуну мурад зэрищІам сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыхуихьар?

17 Африкэм и къухьэпІэ лъэныкъуэмкІэ районым и нэхъыжьу лажьэ ди зы къуэшым нэгъуэщІ къуэшым теухуауэ жиІэжащ. А къуэшым хьэл гугъущэ иІэу къыщыхъуащ абы. Ауэ сыт районым и нэхъыжьым ищІар? Ар къыддогуашэ: «А къуэшым зыщыздзеиным ипІэкІэ сэ мурад сщІащ ар нэхъыфІу зэзгъэцІыхуну». Абы и фІыгъэкІэ районым и нэхъыжьым къыгурыІуащ а къуэшым япэм ирихьэкІа гъащІэр зэран къызэрыхуэхъур. Абы пещэ: «Сэ къызгурыІуащ, щыцІыкІум зэрагъэса щІыкІэм къыхэкІкІэ, ди къуэшым игъуэта хьэл-щэн Іейхэм ебэнын щхьэкІэ къару куэд зэрырихьэлІэр. Иджыпсту абы ехъулІэныгъэшхуэхэр иІэу жыпІэ хъунут. Сэ ар хуабжьу сигу ирихьащ икІи дэ зэныбжьэгъушхуэ дыхъуащ». Пэжщ, ди къуэш, ди шыпхъухэм я Іуэхур зэхэтщІыкІыну иужь дитмэ, лъагъуныгъэ тхэлъу абыхэм дахущытыну нэхъ тыншщ.

18. Зыгуэрым ди жагъуэ къищІамэ, сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыж хъуну? (Притчи 26:20, Гъэс.).

18 Ди жагъуэ къэзыщІам депсэлъэну мурад тщІынкІэ хъунущ. Ауэ япэщІыкІэ мыпхуэдэу дызэвгъэупщІыж: «Іуэхур зыІутыр икІэм нэс къызгурыІуэу пІэрэ? [Прит. 18:13]. Пэж дыдэу абы си жагъуэ къищІыну хуея? [Эккл. 7:20]. Сэри езым апхуэдэ щыуагъэ щысщІ къэмыхъуу пІэрэ? [Эккл. 7:21, 22]. А цІыхум сепсалъэмэ, гугъуехь щыІэм нэхърэ нэхъ иныж къэзмыгъэхъеину пІэрэ?» (Къеджэ Притчи 26:20, Гъэсэпэтхыдэхэр.) Мы упщІэхэм дегупсысмэ, лъагъуныгъэм къыхэкІыу цІыхум псори хуэдгъэгъун зэрыхуейр къыдгурыІуэнкІэ хъунущ.

19. Сыт уэ пщІэну уи мурадыр?

19 Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъщ икІи абы къегъэлъагъуэ ахэр Хьисэ и гъэсэн пэжу зэрыщытыр. Дауэ дэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур пэж дыдэу Хьисэ и лъэужь дызэрырикІуэр? Ди къуэш, ди шыпхъухэм яхэлъ ныкъусанхэм емылъытауэ, дэ ахэр фІыуэ тлъагъунущ. Ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр щалъагъукІэ адрейхэм къагурыІуэфынущ сыт хуэдэ диныр пэжми икІи абыхэм лъагъуныгъэр къызыбгъэдэкІ ди Алыхь Иеговэ хуэлэжьэну гукъыдэж яІэнкІэ хъунущ. Аращи, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яхэлъын хуей лъагъуныгъэ нэгъэсар адэкІи дгъэлъэгъуэнщ.

17-НЭ УЭРЭДЫР «Сыхуейщ»!

a Ди зэхуаку лъагъуныгъэ нэгъэса зэрыдэлъыр щалъагъум деж, куэдым Библием ит пэжым теухуауэ нэхъыбэ къащІэну хуейщ. Ауэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ лъагъуныгъэ дгъэлъэгъуэну щымытынш къохъу. Лъагъуныгъэ тхэлъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Дауэ Хьисэ щапхъэ тетх зэрыхъунур, ди къуэш, ди шыпхъухэм я щыуагъэхэр къыщыджьэхэуэм деж? Мы упщІэхэм я жэуапхэр мы статьям къыщытщІэнущ.

c «Наконец моя жизнь обрела смысл!» жыхуиІэ статьям феплъ. Ар къыщывгъуэтынущ 2012-нэ гъэм, щэкІуэгъуэм и 1-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым, 13—14 напэкІуэцІхэм.

d «Я считал, что жизнь удалась» жыхуиІэ статьям феплъ. Ар къыщывгъуэтынущ 2012-нэ гъэм, накъыгъэм и 1-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым, 18—19 напэкІуэцІхэм.

e 1 Коринф 6:9, 10 зи гугъу ящІ гуэныхь хьэлъэхэр мы статьям щызэпкърытхынукъым. Ахэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэхагъэкІын хуейщ.

f ЛІэщІыгъуэ зыбжанэ дэкІауэ зы журт егъэджакІуэ гуэрым мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «Мы дунейр къызэтенэнукъым, Ибрэхьим хуэдэ цІыху пэжхэр щэщІ нэхърэ нэхъ мащІэ хъумэ. Ахэр щэщІ хъумэ, си къуэмрэ сэрэ абыхэм дахэтщ. Ахэр тІощІ хъумэ, си къуэмрэ сэрэ абыхэм дахэтщ. Ахэр пщІы хъумэ, си къуэмрэ сэрэ абыхэм дахэтщ. ТІу фІэкІ мыхъумэ, ар си къуэмрэ сэрэщ. Зы закъуэмэ — ар сэращ».