ЧэнджэщыфІхэр. Ди тхыгъэхэр зэрыбдж хъуну щІыкІэхэр
jw.org сайтым илъ «ЩІэуэ щыІэр» жыхуиІэмрэ JW Library® приложением ит «Новое» разделымрэ дапхуэдэу нэхъыфІу къызэрыбгъэсэбэп хъунур?
А рубрикэхэм иужьрейуэ къыдэкІа публикациехэр къыщыбгъуэтыфынущ. НтІэ, щІэуэ къыдэкІахэм щыгъуазэу ущытын щхьэкІэ, дапхуэдэу ахэр къызэрыбгъэсэбэп хъунур?
JW LIBRARY
СтатьяищІэ къыщыдэкІым деж, ар зыхыхьэ статья гупыр зэрыщыту щІэрыщІэу къипхыж мэхъу. Абы къыхэкІкІэ, «Новое» жыхуиІэ разделым статья гуп къыщихьэм деж, абы къокІ статья нэхъыбэ зэритыр икІи ар къызэрипх хъунур. «КъыщыдагъэкІамкІэ» жыхуиІэм тепкъузэмэ, иужьрейуэ къыдэкІа статьяр ищхьэ дыдэм тету къыщыбгъуэтыфынущ.
Публикацие нэхъ инхэм зэуэ уемыджэфынкІэ хъунущ, псалъэм папщІэ, журналхэм. Абы къыхэкІкІэ журнал гуэрым икІэм нэс узэремыджар пщымыгъупщэн щхьэкІэ, джын бухыху ар «Избранное» жыхуиІэм иплъхьэ хъунущ.
JW.ORG
Языныкъуэ материалхэр, хъыбарыщІэхэмрэ объявлениехэмрэ абыхэм яхэту, jw.org сайтым и закъуэщ къыздралъхьэр. Ахэр JW Library приложением къихьэкъым. Аращи, иужьрейуэ къыдэкІа статьяхэр бломыгъэкІын щхьэкІэ, «ЩІэуэ щыІэр» жыхуиІэм щІэх-щІэхыурэ уихьэну зыщомыгъэгъупщэ.