Алыхьыр фадэм зэрыхущытым хуэдэу уэри ухущыт?
ИЕГОВЭ дэ тыгъэ куэд къытхуищІащ. А тыгъэхэр къызэрыдгъэсэбэпыным теухуауэ хуитыныгъэ къызэрыдитым щхьэкІэ дэ абы фІыщІэ худощІ. Апхуэдэ тыгъэхэм ящыщ зыщ шагъырыр. Библием мыпхуэдэу щыжыІащ: «Ерыскъым гухэхъуэ къыует, шагъырми гъащІэм гуфІэгъуэ хелъхьэ» (Эккл. 10:19; Пс. 104:15). Ауэ фадэкІэ езыгъэлей цІыхуи щыІэщ икІи уэ абыхэм уарихьэлІауэ къыщІэкІынщ. Къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм щыпсэу цІыхухэр фадэм зэрыхущытыр зэщхьэщокІ. Дауэ-тІэ Иеговэ и лэжьакІуэм фадэм теухуауэ езым дежкІэ нэхъыфІыр зэрызэхигъэкІынур?
Унафэ къатщтэхэм дэ лъабжьэ хуэтщІыну дызыхуейр цІыхухэм яІэ еплъыкІэракъым, атІэ Алыхьым иІэ еплъыкІэращ. Дэ дощІэ Алыхьым чэнджэщ Іей къызэрыдимытынур.
Дэ псоми дощІэ мы дунейм щыщ цІыху куэдым щІэх-щІэхыурэ фадэкІэ зэрырагъэлейр. Хэти апхуэдэу зегъэпсэху, хэти апхуэдэу и гугъуехьхэр зыщхьэщегъэу. Языныкъуэ къэралхэм щыпсэухэм зэрабжымкІэ, къекІуу упсэун е нэгъэсауэ лІыуэ ущытын щхьэкІэ, Іэмал имыІэу куэд уефэн хуейщ.
Ауэ дэ Иеговэ и чэнджэщхэм дыщІодэІу, ар фІыуэ дыкъэзылъагъу ди КъэгъэщІакІуэщи. Псалъэм папщІэ, фадэ егъэлеиным къыпэкІуэ Іуэхугъуэ Іейхэм теухуауэ абы дэ щыгъуазэ дещІ. Притчи 23:29—35 итщ фадэкІэ езыгъэлейм и Іуэхур къызэрекІуэкІыр a. Европэм щыщ ди къуэш Дэ́ниел зэхуэсым и нэхъыжьщ. Абы игу къегъэкІыж Иеговэ къимыцІыху ипэ и гъащІэр зэрыщытар: «Япэм щыгъуэ сэ фадэкІэ хуабжьу езгъэлейуэ щытащ. Абы и ягъэкІэ сэ делагъэ куэд зэхэсщІыхьащ, гугъуехь куэди сыпэщІэхуащ. Си гум уІэгъэ гуэрхэри иджыри къыздэсым телъщ».
НтІэ, фадэм дыдимыхьэхын щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр? Абы щхьэкІэ къатщтэ унафэхэм Библием итыр лъабжьэ хуэтщІын хуейщ.
Фадэм теухуауэ Библием итымрэ языныкъуэхэр щІефэм и щхьэусыгъуэхэмрэ иджыпсту дытепсэлъыхьынщ.
ФАДЭМ ТЕУХУАУЭ БИБЛИЕМ ИТЫР СЫТ?
Алыхьым и Псалъэм фадэ зыІуплъхьэ мыхъуну жиІэкъым. Фадэм гуфІэгъуэ къызэрыпхуихьыфынум теухуауэ Библием мыпхуэдэу итщ: «УгуфІэу уи щІакхъуэри шхы икІи уи гум гуфІэгъуэ илъу уи шагъырми ефэ» (Эккл. 9:7). Хьиси Иеговэ и лэжьакІуэ нэгъуэщІхэри зэзэмызэ шагъыр ефэу щытащ (Мт. 26:27—29; Лк. 7:34; 1 Тим. 5:23).
Библием ІупщІу къыдгурегъаІуэ фадэ уефэнымрэ абы ебгъэлеинымрэ зэрызэщхьэщыкІыр. Абы гурыІуэгъуэу щыжыІащ: «Фадэм зевмыгъэгъэудафэ» (Еф. 5:18). Абы нэмыщІ Библием мыпхуэдэу итщ: «ЕфакІуэхэм... Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкІэ Іыхьэ къалъысынукъым» (1 Кор. 6:10). Пэжщ, фадэкІэ езыгъэлей икІи зэпымыууэ ефэ цІыхухэр Иеговэ егъэкъуаншэ. Абы къыхэкІкІэ, уемыгупсысу псоми ящІэр щІэпщІэжын щыІэкъым. Псом нэхърэ нэхъапэр уи дуней тетыкІэмкІэ Иеговэ бгъэгуфІэныращ.
Языныкъуэ цІыхухэм фадэ куэду ирафми, чэф хъуркъым, ауэ абы шынагъэ пылъщ. Библием дыкъыхуреджэ «фадэм зыдедмыгъэхьэхыну», армыхъумэ, ди напэр тезых Іуэхугъуэхэр тщІэуэ щІэддзэнкІэ хъунущ икІи Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр тфІэкІуэдынкІэ хъунущ (Тит 2:3; Прит. 20:1). Хьисэ жиІащ ефэ-ешхэным дыдихьэхмэ, Алыхьым иухуэну дунеищІэм дызэримыхьэфынур (Лк. 21:34—36). Зэрытлъэгъуащи, фадэкІэ егъэлеиным гугъуехьышхуэхэр къихьыфынущ. НтІэ, апхуэдэ къытщымыщІыну сыт дэ къыддэІэпыкъунур?
УЩІЕФЭМ, УЩЕФЭ ЗЭМАНЫМ ИКІИ УЗЭФЭМ И КУЭДАГЪЫМ ЕГУПСЫС
Дэтхэнэ зы лъэпкъми фадэ ефэным теухуауэ езым и хабзэ иІэжщ. Ауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр абы теткъым. Тшхынымрэ дызэфэнымрэ къыщыхэтхкІэ дэ Иеговэ и жагъуэ зэрыдмыщІыным иужь дитщ. Библием дигу къегъэкІыж: «Фышхэми, фефэми е нэгъуэщІ гуэр фщІэми, цІыхухэм Тхьэм фІыщІэ хуевгъэщІын щхьэкІэщ щІэфщІэнур» (1 Кор. 10:31). АдэкІэ гу лъыттэнщ дызэгупсыс хъуну упщІэхэмрэ Библием ит языныкъуэ принципхэмрэ.
Сэ сыщІефэр гупым сыхэгъуэщэну сыхуейуэ ара? Исход 23:2 щыжыІащ: «ЦІыху нэхъыбэм... ящІэр ядомыщІэ». Мы едзыгъуэм ит псалъэхэмкІэ Иеговэ израил цІыхухэр хуигъэушт Іей зыщІэхэм щапхъэ трамыхыну. Абы теухуауэ Иеговэ и еплъыкІэм зихъуэжакъым икІи а чэнджэщыр дэри къытлъоІэс. ЦІыху дыкъэзыухъуреихьхэм фадэм теухуауэ яІэ еплъыкІэр къатщтэмэ, дэ хуэм-хуэмурэ Иеговэ пэІэщІэ дыхуэхъуу, абы и хабзэхэм дытекІынкІэ хъунущ (Рим 12:2).
Сэ сыщІефэр сыкъарууфІэ хуэдэу цІыхухэм закъыщызгъэхъуну ара? Языныкъуэ лъэпкъхэм щІэх-щІэхыурэ икІи куэду уефэныр тэмэму къалъытэ (1 Пет. 4:3). Ауэ абы теухуауэ 1 Коринф 16:13 ит псалъэхэм гу лъыттэнщ: «Фымыжейуэ фысакъ, фІэщхъуныгъэм и гъуэгум фытемыкІ, лІыгъи быдагъи зыхэвгъэлъ». НтІэ, фадэм цІыхур къарууфІэ ищІу пІэрэ? ДауикІ, ищІыркъым. Фадэм цІыхум и акъылыр зэтрехури, тэмэму игъэгупсысэркъым. Пэжыр жыпІэмэ, фадэкІэ езыгъэлейхэр дыхьэшхэн мэхъу икІи абыхэм делафэ къатоуэ. Исайя 28:7 щыжыІащ апхуэдэ цІыхухэр гъуэгу пэжым текІауэ икІи абыхэм акъыл зыхэлъ унафэ къахуэмыщтэу.
Дэ пэж дыдэу къарууфІэ дызыщІыр Иеговэщ, икІи дэ дысакъыу, фІэщхъуныгъэм и гъуэгум быдэу дызэрытетым а къарур къыхощ (Пс. 18:32). Дэ апхуэдэу дыщытыфынущ, дызыхуэсакъыжмэ икІи Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зыри зэран хуэдмыгъэхъумэ. Хьисэ нэгъэсауэ цІыху къарууфІэу щытащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Тхыгъэ ЛъапІэм ит принципхэм быдэу тетт икІи Алыхьым пэжу илъытэ Іуэхухэр ищІэну шынэтэкъым.
Сэ сыщІефэр си гугъуехьхэр зыщызгъэгъупщэну сыхуейуэ ара? Псалом тхылъым мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «Сызыгъэгузавэ гупсысэхэр Пс. 94:19). Уэ гугъуехь гуэр уиІэу щытмэ, фадэ ефэныр хэкІыпІэ умыщІу, Иеговэ зыдэгъэІэпыкъу. Уи гум илъ гузэвэгъуэр нэхъ мащІэ пщІыну ухуеймэ, щІэх-щІэхыурэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ. Иджыри уэ узыгъэгузавэмкІэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэшым е шыпхъум удэгуашэ хъунущ. Абы уэ Іущагъ зыхэлъ чэнджэщ къыуитыфыну къыщІэкІынщ. ЦІыхум и гугъуехьхэр зыщигъэгъупщэн щхьэкІэ фадэр хэкІыпІэ ищІмэ, сыт къэхъуфынур? Иеговэ тэмэму илъытэр ищІэну абы гукъыдэж имыІэжу хъууэ, ар гуэныхьым нэхъ тыншу зыІэпишэнкІэ хъунущ (Ос. 4:11). НэхъапэІуэкІэ зи гугъу тщІа Дэниел къыддогуашэ: «Сэ стрессым сыхэту, си щхьэр згъэкъуэншэжу сыпсэут. Ар зыщызгъэгъупщэн щхьэкІэ сэ фадэ сефэт. Ауэ си гугъуехьхэр нэхъ куэд хъууэ фІэкІа нэхъ мащІэ хъутэкъым. Сэ си ныбжьэгъухэр сфІэкІуэдащ, си щхьэми пщІэ хуэзмыщІыжу сыхъуащ». Сыт хуэдэ хэкІыпІэ Дэниел къигъуэтар? Абы жеІэ: «Сэ къызгурыІуащ: си гугъуехьхэм хэкІыпІэ къыхуэзгъуэтын щхьэкІэ, дэІэпыкъуэгъу сщІын хуейр фадэракъым, атІэ Иеговэщ. Алыхьыр къызэрыздэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ хуэм-хуэмурэ сэ си гугъуехьхэм сыпэлъэщащ». Дэ фІыуэ дощІэ ди Іуэхум хэкІыпІэ лъэпкъ имыІэу къыщытщыхъум дежи, Иеговэ къыддэІэпыкъуну зэрыхьэзырыр (Флп. 4:6, 7; 1 Пет. 5:7).
къыщыстегуплІэм, къызэпт гупсэхугъуэм си гур фІы ищІт» (Уэ фадэ уефэу щытмэ, куэдыІуэ икІи кІэщІ-кІэщІыурэ уефэрэ уемыфэрэ къэпщІэн щхьэкІэ зыбгъэунэхуж хъунущ. АбыкІэ къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр къыбдэІэпыкъунущ. Си унагъуэм щыщхэмрэ си ныбжьэгъухэмрэ къысхуэгузавэу фадэм сыдихьэхыу къызжаІэрэ? Абы къигъэлъэгъуэфынущ уэ гу лъомытэххэу гъуэгу пхэнжым узэрытеувар икІи укъэувыІэжын зэрыхуейр. Япэм сызэфэу щытам нэхърэ нэхъыбэ иджыпсту сефэу сыхъуа? Абы фадэм узэрыдихьэхыр къигъэлъэгъуэнкІэ хъунущ. Фадэ семыфэу махуитІ-щы (е нэхъыбэ) дэзгъэкІыну си дежкІэ гугъу? Апхуэдэу щытмэ, абы къигъэлъэгъуэфынущ уэ фадэм узэрыдихьэхар икІи ар хьэл мыгъуэу къызэрыпхуинар. Абы щыгъуэ уэ дохутырхэм зыхуэбгъэзэн хуеинкІэ хъунущ.
Фадэм шынагъэ кърикІуэфынум щхьэкІэ къуэш, шыпхъу гуэрхэм мурад ящІащ абы емыфэххэну.
Адрейхэр абы щІемыфэр ар яфІэІэфІкъыми аращ. Уи ныбжьэгъухэм ящыщ гуэрым емыфэну мурад ищІамэ, абы и унафэм пщІэ хуэщІ икІи утемыпсэлъыхь.Фадэ ефэным теухуауэ уэ нормэ гуэрхэр зыхуэбгъэувыжынкІэ хъунущ. Хэти тхьэмахуэм зэ е щышхэкІэ фадэ тІэкІу йоІуб. Хэти сыт хуэдэ фадэ ефэнуми, сыт хуэдэ емыфэнуми унафэ ещІыж. Псалъэм папщІэ, зыгуэрхэм мурад ящІащ мащІэу шагъыр е пиво ефэну, ауэ фадэм щыщу нэхъ гуащІэхэм емыфэну. ЦІыхум фадэм теухуауэ мурад быдэ ищІамэ, абы фадэкІэ иригъэлеинукъым. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхур езым зыхуигъэувыжа нормэм адрейхэр зэрыхущытыным иригузэвэн хуейкъым.
Сыт дэ иджыри гу зылъыттэн хуейр? Дэ адрейхэм я гурыщІэхэм деплъын хуейщ. Рим 14:21 итщ: «Лы умышхыныр, фадэ уемыфэныр, уи къуэшым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ теплъхьэну ухэмытыныр, е абы гуэныхь ищІэну дезыгъэхьэх Іуэхум ухэмытыныр фІыщ. Апхуэдэу, уи къуэшым зыри лъэмыкІыж зыщІ Іуэхуми ухэмытыныр фІыщ». Дауэ мы чэнджэщым узэрытетынур? Уи къуэш, уи шыпхъухэр фІыуэ лъагъу. Зыгуэрым фадэр гъэунэхуапІэ зэрыхуэхъур пщІэуэ щытмэ, ар щысу уэ уефэнукъым. АбыкІэ уэ къэбгъэлъэгъуэнущ уи щхьэм и фІагъ нэхърэ адрейхэм я фІагъ нэхъ къызэрыплъыхъуэр (1 Кор. 10:24).
Абы нэмыщІ дэ дыщыпсэу къэралым къыдигъэкІ унафэхэм дытетщ. Псалъэм папщІэ, къэралым унафэ къыдигъэкІыфынущ игъэува ныбжьым нэмысауэ цІыхур фадэ ефэ мыхъуну, абы нэмыщІ фадэ ефауэ рул дэтІысхьэ икІи техникэ гуэрхэм ирилажьэ мыхъуну. ДауикІ, Алыхьым и лэжьакІуэр а унафэхэм тетынущ (Рим 13:1—5).
Иеговэ дэ хуитыныгъэ къыдитащ абы къыбгъэдэкІ тыгъэхэр къызэрыдгъэсэбыпыным теухуауэ. Дэ дыхуитщ дызэфэнри тшхынри къыхэтхыну. Аращи, а хуитыныгъэр къызэрыдгъэсэбэпымкІэ уафэм щыІэ ди Адэм и жагъуэ зэрыдмыщІыным дыхущІэвгъэкъу.
a США-м щыІэ «Центры по контролю и профилактике заболеваний» жыхуаІэм зэрыжаІэмкІэ, зэуэ куэд уефэмэ, цІыху пІэщІэукІэнкІэ, зыбукІыжынкІэ, зыгуэр залымыгъэкІэ зепшэнкІэ, уи унагъуэм лей щызепхьэнкІэ икІи ныбэм илъ сабийр къутэжынкІэ хъунущ.