Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ГъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэ

ГъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэ

ГущІэгъум псори хуэныкъуэщ

Новая Зеландия къэралым щыщ ди зы шыпхъу «Заботьтесь друг о друге» жыхуиІэ видеом зэгуэр еплъат. А видеом щыжыІат Иеговэ цІыхухэм гущІэгъу яхуищІ закъуэу щымыту, абыхэм ядэІэпыкъуну а гущІэгъум зэрыхуигъэушыр (Ис. 63:7—9). А шыпхъум мурад ищІащ къищІар и гъащІэм къыщигъэсэбэпу, зыгуэрым дэІэпыкъуну. А махуэ дыдэм ди шыпхъур щэхуакІуэ щыкІуэм щыгъуэ, унэ зимыІэ цІыхубз гуэрым хуэзати «шхын къыпхуэсщэхун?» жиІэри, абы еупщІащ. А цІыхубзым «хьэуэ» жиІакъым. Ди шыпхъум шхын иІыгъыу къыщигъэзэжам, абы жриІащ куэд дэмыкІыу гъащІэр нэхъыфІ зэрыхъужынур икІи «Гузэвэгъуэм кІэ иІэну?» жыхуиІэ буклетыр иригъэлъэгъуащ.

Абдежым цІыхубзыр къыщиудри гъащ. Абы жиІащ Иеговэ и Щыхьэту щыт унагъуэм къызэрыщыхъуар икІи езым илъэс куэд ипэ пэжыр къызэригъэнар. Ар куэд щІатэкъым Иеговэ зэрелъэІурэ абы и деж игъэзэжыну къыдэІэпыкъуну. Ди шыпхъум цІыхубзым Библие иритри, ар яджыну зэгурыІуащ a.

Иеговэ хуэдэу, дэри нэгъуэщІхэм гущІэгъу яхуэтщІыфынущ, ди благъэхэри зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэри абыхэм яхэту. Иджыри гущІэгъум дыхуигъэушынущ хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм дазэрыдэгуэшэн Іэмал къэтлъыхъуэну.

a Иеговэ пэжыжьэ хуэхъуа цІыхухэм фазэрыдэІэпыкъуфыну щІыкІэр къэфщІэн щхьэкІэ, 2020-нэ гъэм, июным къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Си деж къэвгъэзэж» жыхуиІэ статьям феплъ.