Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

53 СТАТЬЯР

Ди къуэш ныбжьыщІэхэ, Алыхьым и еплъыкІэ зэвгъэгъуэт

Ди къуэш ныбжьыщІэхэ, Алыхьым и еплъыкІэ зэвгъэгъуэт

«Си къуэшхэ, фи гупсысэкІэкІэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. ...Зи ныбжь нэса цІыхухэм хуэдэ фыхъу» (1 КОР. 14:20).

135-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ укъыхуреджэ: «Тет дунейм цІыху Іущу, щІалэ»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зы къуэшри сыт зыхущІэкъун хуейр?

 АПОСТОЛ Паул Коринф щыІэ зэхуэсым мыпхуэдэу яхуитхат: «Си къуэшхэ, фи гупсысэкІэкІэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. ...Зи ныбжь нэса цІыхухэм хуэдэ фыхъу» (1 Кор. 14:20). Мы псалъэхэр нобэ къуэшхэм псоми яхуэгъэзащ. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэшыр Алыхьым и унафэхэм щІэтщ икІи сыт и лъэныкъуэкІи Библием ит принципхэм тетщ (Лк. 2:52). Ди къуэш ныбжьыщІэхэр апхуэдэ цІыху зэрыхъуным щІыхущІэкъун хуейр сыт?

2, 3. Къуэш щІалэщІэм Алыхьым и еплъыкІэ зригъэгъуэтыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

2 ЦІыхухъум унагъуэми зэхуэсми мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн щегъэзащІэ. Ди къуэш ныбжьыщІэ, дапхуэдэу уэ уи гъащІэр зэрыплъагъур? Уэ пионер, зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу, иужькІэ зэхуэсым и нэхъыжь ухъуну ухуейуэ къыщІэкІынщ. Балигъ ухъуа иужь фыз къэпшэну, сабии зэбгъэгъуэтыну гукъыдэж уиІэнкІэ хъунущ (Еф. 6:4; 1 Тим. 3:1). Сыт хуэдэ мурад умыгъэувми, ахэр псори къалэн гуэрхэм пыщІащ. Абыхэм ехъулІэныгъэ уиІэу упэлъэщын щхьэкІэ, Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу ущытын хуейщ b.

3 Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху ухъуну сыт уэ къыбдэІэпыкъунур? Абы щхьэкІэ уэ хьэл-щэн гуэрхэр зыхэплъхьэн икІи гъащІэм къыщыпхуэсэбэпыну Іуэхугъуэхэр пщІэфу зебгъэсэн хуейщ. Абы нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ.

ДАПХУЭДЭУ АЛЫХЬЫМ И ЕПЛЪЫКІЭ ЗЭРЫЗЭБГЪЭГЪУЭТЫНУР?

Хьисэ и хьэл-щэнхэм егупсыс икІи абы щапхъэ зэрытепхыным хущІэкъу. Ар уэ къыбдэІэпыкъунущ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху ухъуну (4-нэ абзацым феплъ.)

4. Хэт уэ щапхъэ зытепх хъунур? (Сурэтми феплъ.)

4 Щапхъэ зытепх хъунухэм дэплъей. Библиер топсэлъыхьыж щапхъэ зытепх хъуну цІыхухъу куэдым. Абыхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуу, абы и лъэпкъми къалэн куэд щагъэзащІэу щытащ. Иджыри уэ узыдэплъей хъуну къуэшхэр къыщыбгъуэтынущ зэхуэсым е уи унагъуэм (Евр. 13:7). Ауэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэ зыгъэлъэгъуар Хьисэ Мэссихьщ (1 Пет. 2:21). Алыхьым хуэпэж цІыхухъухэм яхэлъ хьэл-щэнхэм щыщу уигу ирихьхэм егупсыс икІи ахэр зэрыбгъэлъэгъуэным хущІэкъу (Евр. 12:1, 2).

5. Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ уиІэну сыт къыбдэІэпыкъунур икІи абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Псалом 119:9).

5 ЗэхэщІыкІыр зыфІомыгъэкІуэд икІи абы егъэфІакІуэ (Прит. 3:21). ЗэхэщІыкІ зиІэ цІыхум зыгуэр ищІэн ипэ, фІыуэ мэгупсысэ икІи Алыхьым и еплъыкІэр къищІэну хэтщ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр хуабжьу къыщхьэщокІ мы дунейм щыщ щІалэгъуалэм я щытыкІэм. Абыхэм зыхуейращ икІи пэжу къалъытэращ ящІэр (Прит. 7:7; 29:11, Гъэсэпэтхыдэхэр). Иджыпсту хуабжьу зызыубгъуа интернетри соцсетьхэри цІыхум и гупсысэкІэм зэран хуэхъуфынущ. Аращи, а псор зэран зэрызыхуомыгъэхъуным иужь ит. Унафэ гуэр пщІын ипэ, Иеговэ и еплъыкІэр къащІэ. ИужькІэ Иеговэ жиІэр псом нэхърэ щІэнэхъыфІыр къызэрыбгурыІуэным хущІэкъу. Абы иужь а щІэныгъэр уи гъащІэм къыщыгъэсэбэп. Абы щыгъуэ уэ къапщтэ унафэхэм Иеговэ ягъэгуфІэнущ. (Къеджэ Псалом 119:9.) Апхуэдэу угупсысэу зебгъасэу щытмэ, уэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу ущытынущ (Прит. 2:11, 12, Гъэс.; Евр. 5:14). Деплъынщ ар къызэрыхэщынур: 1) шыпхъухэм уазэрыхущытым, 2) уи теплъэмрэ зэрызыпхуапэ щІыкІэмрэ.

6. Къуэш щІалэщІэм дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуэфынур шыпхъухэм пщІэ зэрахуищІыр?

6 Иеговэ хуэдэу гупсысэу зезыгъэса къуэшыр цІыхубзхэм пщІэ хэлъу яхущытщ. Псалъэм папщІэ, къуэшым зы шыпхъу гуэр нэхъыфІу зригъэцІыхуну хуейщ икІи абы зыри Іей хэлъкъым. Ауэ Иеговэ хуэдэу гупсысэу зезыгъэса къуэшыр шыпхъум и гурыщІэхэм хуэсакъынущ, ар къишэну мурад имыІэу щытмэ. Псалъэм папщІэ, абы шыпхъур къишэн хуэдэу къыпщызыгъэхъу гуэр жиІэнукъым, итхынукъым икІи ищІэнукъым (1 Тим. 5:1, 2). Къуэшыр шыпхъум епсалъэу щытмэ, абы и цІэр ІейкІэ зэрымыІуным кІэлъыплъынущ. Ар хуэсакъынущ ахэр щызэхуэзэкІэ я закъуэ къызэрымынэным икІи Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ гуэр зэрагъусэным (1 Кор. 6:18).

7. Къуэш щІалэщІэм и теплъэмрэ и щыгъынымрэ теухуауэ унафэ щищІым деж сыт зэгупсысын хуейр?

7 Иеговэ хуэдэу гупсысэу къуэшым зригъэсамэ, ар и теплъэмрэ и зыхуэпэкІэмрэ къыхэщынущ. Инэхъыбэм деж моднэу ябж щыгъынхэр къэзыгупсысыр Иеговэ пщІэ хуэзымыщІ икІи зинэ зыщІэхэращ. Зи гупсысэ́кІэ зэІыхьа а цІыхухэм къагупсыс щыгъынхэр е зэв Іейуэ щытщ, е а щыгъынхэм цІыхухъухэр цІыхубзхэм ещхь ящІ. Къуэшым щыгъын къыщыхихым деж зэгупсысынур сыт? Ар сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи Хьисэ ещхьу щытыну хуеймэ, абы Библием ит принципхэр къигъэсэбэпынущ икІи Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм щапхъэ трихынущ. Ар мыпхуэдэу зэупщІыж хъунущ: «Мы щыгъыныр Алыхьым и лэжьакІуэм щыгъыну къезэгърэ? НэгъуэщІхэм пщІэ яхуэсщІу си теплъэм къигъэлъагъуэрэ? Сыкъэзылъагъу цІыхухэм Алыхьым сызэрыхуэлажьэр къагурыІуэну?» (1 Кор. 10:31—33; Тит 2:6). Иеговэ и гурыщІэхэмрэ и еплъыкІэмрэ егупсыс къуэшым Иегови къуэш, шыпхъухэми пщІэ къыхуащІу хъунущ.

8. Дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу щытын щхьэкІэ, къуэш щІалэщІэм сыт ищІэн хуейр?

8 Дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу щыт. Дзыхь зыхуэпщІ хъуну къуэшым сыт хуэдэ Іуэхури егугъуу егъэзащІэ (Лк. 16:10). Хьисэ и щапхъэм деплъынщ. Абы Іэпэдэгъэлэлу зыри ищІэтэкъым. Иеговэ кърит къалэнхэр Хьисэ сыт щыгъуи игъэзащІэт, ар щымытыншым щыгъуи. Абы цІыхухэр — псом хуэмыдэу и гъэсэнхэр — фІыуэ илъагъуу щытащ икІи абыхэм щхьэкІэ и гъащІэр итащ (Ин. 13:1). Хьисэ щапхъэ тех, дзыхь къыпхуащІа сыт хуэдэ Іуэхури егугъуу гъэзащІэ. Ауэ ар зэрыпщІынур умыщІэу щытмэ, Іэдэбагъ пхэлъу Іуэхум фІыуэ хэзыщІыкІ къуэшхэм къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Лейуэ зы лъэбакъуэ пхуэзымычын цІыхуи щыІэщ. Абыхэм уадэмыплъей (Рим 12:11). Сыт хуэдэ къалэнри и кІэм нэгъэс икІи ар «цІыхухэм зэрахуэпщІэм хуэдэ иремыхъу, ауэ Зиусхьэным [«Иеговэ», ДЩІ] зэрыхуэпщІэм хуэдэ» ирехъу (Кол. 3:23). Уэ гуэныхь зэрыпхэлъым къыхэкІкІэ, уи зэфІэкІыр здынэсыр пщІэжу икІи узэрыщыуэри жыпІэфу ущытын хуейщ (Прит. 11:2).

ГЪАЩІЭМ КЪЫЩЫПХУЭСЭБЭПЫНУ ІУЭХУГЪУЭХЭР ПЩІЭФУ ЗЕГЪАСЭ

9. Къуэш щІалэщІэм гъащІэм къыщыхуэсэбэпыну Іуэхугъуэхэр ищІэфу зыщІригъэсэн хуейр сыт?

9 Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху ухъун щхьэкІэ, уэ гъащІэм къыщыпхуэсэбэпыну Іуэхугъуэхэр пщІэфу зебгъэсэн хуейщ. Ахэр къыбдэІэпыкъунущ зэхуэсым ущиІэ къалэнхэр бгъэзэщІэну, уи щхьэри, уи унагъуэри зыхуей хуэбгъэзэну икІи адрейхэмрэ уэрэ фи зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну. А Іуэхугъуэхэм щыщ языныкъуэхэм адэкІэ и гугъу тщІынщ.

ТхэкІэ, еджэкІэ фІыуэ зэбгъащІэмэ, ар уэри къыпщхьэпэжынущ, зэхуэсми сэбэп къыхуэхъунущ (10, 11-нэ абзацхэм феплъ.)

10, 11. Къуэш щІалэщІэм фІыуэ еджэфу, тхэфу зыщІригъэсэн хуейр сыт? (Псалом 1:1—3). (Сурэтми феплъ.)

10 ФІыуэ уеджэфу, утхэфу зегъасэ. Библием щыжыІащ Алыхьым и Псалъэм махуэ къэс еджэ икІи зэджам куууэ егупсыс цІыхум насыпрэ ехъулІэныгъэрэ зэриІэнур. (Къеджэ Псалом 1:1—3.) Уэ Библием махуэ къэс уеджэу щытмэ, Иеговэ и гупсысэкІэр зэбгъэгъуэтыфынущ. Абы щыгъуэ унафэ гуэр къыщыпщтэкІэ, абы лъабжьэ хуэпщІынур уиІэ еплъыкІэракъым, атІэ Библием ит принципхэращ (Прит. 1:3, 4, Гъэс.). Апхуэдэ къуэшхэм зэхуэсыр хуэныкъуэщ. Сыт щхьэкІэ?

11 Зэхуэсым щыщхэр хуэныкъуэщ Библием ит ІущагъымкІэ къадэгуэшэн, чэнджэщи къезытын къуэшхэм (Тит 1:9). Уэ фІыуэ уеджэфмэ икІи утхэфмэ, зэІущІэхэм купщІэ зыхэлъ жэуапхэр птыфынущ, псалъэ гъэхьэзыра жыпІэхэмкІи адрейхэм я фІэщхъуныгъэр бгъэбыдэфынущ. Абы нэмыщІ Библиер куууэ щыбджкІэ къэбгъуэта гупсысэхэри, зэІущІэхэмрэ конгрессхэмрэ щызэхэпхахэри птхыфынущ. Ахэр уэ сэбэп къыпхуэхъунущ уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ пщІыну, нэгъуэщІхэри бгъэгушхуэну.

12. ЦІыхухэм узэрепсалъэм дапхуэдэу зэребгъэфІакІуэ хъунур?

12 ЦІыхухэм узэрепсалъэм егъэфІакІуэ. Къуэшыр цІыхухэм фІыуэ епсэлъэфу щытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ар нэгъуэщІхэм жаІэм едэІуэфу, ахэр зыхищІыкІыу щытын хуейщ (Прит. 20:5, Гъэс.). Абы щхьэкІэ къуэшым цІыхум и гурыщІэхэр къыгурыІуэу зригъэсэн хуейщ. Ар къыбгурыІуэнущ цІыхум и макъымкІэ, и Іэхэр, и нэІур зэрищІымкІэ. Абыхэм гу лъыптэу ухъун щхьэкІэ, цІыхухэм уахэмыту хъунукъым. Уэ цІыхухэм уепсэлъэн щхьэкІэ эсэмэсрэ мессенджерхэмрэ фІэкІа къомыгъэсэбэпмэ, абыхэм уащыхэтым деж упсэлъэну къогугъуэкІынущ. Аращи, цІыхухэм нэхъыбэрэ уазэрыхэтын, абыхэм нэхъыбэрэ уазэрепсэлъэн Іэмал къэлъыхъуэ (2 Ин. 12).

ІэщІагъэ гуэрым зебгъасэмэ, къэкІуэну зэманым лэжьыгъэ нэхъ тыншу къэбгъуэтыфынущ (13-нэ абзацым феплъ.)

13. Къуэш щІалэщІэм сытым иджыри зыхуригъэсэн хуей? (1 Тимофей 5:8). (Сурэтми феплъ.)

13 Уи щхьэр ппІыжыфу зегъасэ. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэшым и щхьэри и унагъуэри зыхуей хуигъэзэфу зригъэсэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. (Къеджэ 1 Тимофей 5:8.) Языныкъуэ къэралхэм щыпсэу щІалэ цІыкІухэм Іэмал яІэщ я адэм е я Іыхьлы гуэрым деж зы ІэщІагъэ гуэрым зыщрагъэсэну. НэгъуэщІ къэралхэм ІэщІагъэ гуэр школым щызэбгъэгъуэтыфынущ. Уи щІалэгъуэм зы ІэщІагъэ гуэр зэбгъэгъуэтыным Іущагъышхуэ хэлъщ. Ар къыбдэІэпыкъунущ къэкІуэну зэманым уи Іуэхум хуэкІуэ лэжьапІэ къэбгъуэтыну (Апост. 18:2, 3; 20:34; Еф. 4:28). Лэжьыгъэр фІыуэ плъагъуу, къебгъэжьар и кІэм нэбгъэсу ущытмэ, дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу укъалъытэнущ. Апхуэдэ цІыхухэм сыт щыгъуи лэжьыгъэ яІэщ. Зи гугъу тщІа Іуэхугъуэхэр уэ къыбдэІэпыкъунущ къэкІуэну зэманым уиІэну къалэнхэм зыхуэбгъэхьэзырыну.

КЪЫППЭЩЫЛЪ КЪАЛЭНХЭМ ЗЫХУЭГЪЭХЬЭЗЫР

14. Къуэш щІалэщІэм дапхуэдэу полновременнэ лэжьыгъэм зэрызыхуигъэхьэзыр хъунур?

14 Полновременнэ лэжьыгъэм зыхуэгъэхьэзыр. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ куэдым иджыри ныбжьыщІэу полновременнэ лэжьыгъэм щІадзауэ щытащ. Пионер лэжьыгъэм и фІыгъэкІэ къуэшыр цІыху зэмылІэужьыгъуэ куэдым епсэлъэфу зрегъасэ. Абы нэмыщІ пионер лэжьыгъэр къуэшым къыдоІэпыкъу ахъшэ зэригъэзахуэу зригъэсэну (Флп. 4:11—13). Подсобнэ лэжьыгъэ къапщтэмэ, абы пионер лэжьыгъэм ухуигъэхьэзырыфынущ Апхуэдэущ куэдым пионер лэжьыгъэм зэрыщІадзар. ИтІанэ абыхэм нэгъуэщІ Іэмалхэри яІэ хъуащ, псалъэм папщІэ, ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэтыну е Вефилым щылэжьэну.

15, 16. Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу е и нэхъыжь хъун щхьэкІэ, къуэш щІалэщІэм сыт ищІэн хуейр?

15 Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу е и нэхъыжь узэрыхъуным зыхуэгъэхьэзыр. Къуэшхэр зэхуэсым и нэхъыжь зэрыхъуным хущІэкъун хуейщ. А къалэныр ягъэзэщІэн щхьэкІэ, ахэр Библием къахуигъэувхэм тетын хуейщ. Библием жеІэ а Іуэхум хущІэкъу къуэшхэм щытхъу зэрахуэфащэр (1 Тим. 3:1). Къуэшыр зэхуэсым и нэхъыжь хъун ипэ, зэман гуэркІэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу щытын хуейщ. Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу лажьэ къуэшхэм Іуэху куэд зэфІагъэкІ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэми и дэІэпыкъуэгъухэми я нэІэ Иеговэ и мэл цІыкІухэм трагъэт икІи псэемыблэжу хъыбарыфІыр ягъэІу. Абыхэм Іэдэбагъ ягъэлъагъуэ. Илъэс 17 ирикъуа къуэш щІалэщІэр зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу хъуфынущ. Абы а къалэныр фІыуэ игъэзащІэу щытмэ, ар илъэс 20 фІэкІа мыхъуами, зэхуэсым и нэхъыжь хъуфынущ.

16 Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу е зэхуэсым и нэхъыжь ухъун щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр? Уэ пщІэн хуейуэ хъуар Библием итщ. КІэщІу жыпІэмэ, уэ Иегови, уи унагъуэри, къуэш, шыпхъухэри фІыуэ плъагъун хуейщ (1 Тим. 3:1—13; Тит 1:6—9; 1 Пет. 5:2, 3). Уэ пщІэн хуейр нэхъыфІу къыбгурыІуэн щхьэкІэ мы абзацым къыщыхьа едзыгъуэхэм къеджэ. Узыхуэныкъуэ хьэл-щэнхэр зыхэплъхьэн щхьэкІэ Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу c.

Иеговэ хуейщ къыхуэлажьэ цІыхухъум и щхьэгъусэри и бынхэри фІыуэ илъагъуну, ахэр зыхуей хуигъэзэну, я ныбжьэгъуфІу щытыну, псом нэхъыщхьэращи — абыхэмрэ Иеговэрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну ядэІэпыкъуну (17-нэ абзацым феплъ.)

17. Щхьэгъусэ зэрыхъуным икІи унагъуэм и нэхъыжьу зэрыщытыным къуэш щІалэщІэм дапхуэдэу зэрызыхуигъэхьэзыр хъунур? (Сурэтми феплъ.)

17 Щхьэгъусэ икІи унагъуэм и нэхъыжь узэрыхъуным зыхуэгъэхьэзыр. Хьисэ жиІащ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъу языныкъуэхэм къэшэн, дэкІуэн Іуэху зэрызрамыхуэр (Мт. 19:12). Ауэ уэ фыз къэпшэну мурад пщІымэ, къалэныщІэхэр уиІэ хъунущ: уэ щхьэгъусэ икІи унагъуэм и нэхъыжь ухъунущ (1 Кор. 11:3). Иеговэ хуейщ цІыхухъум и щхьэгъусэр фІыуэ илъагъуну, зыхуей хуигъэзэну, ныбжьэгъуфІи хуэхъуну. Абы нэмыщІ къуэшыр и щхьэгъусэм дэІэпыкъун хуейщ, ар Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ (Еф. 5:28, 29). Мы статьям дэ щызэпкърытхащ Иеговэ и гупсысэкІэр уиІэным, цІыхубзхэм пщІэ яхуэпщІыным икІи дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу ущытыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. А псор уэ къыбдэІэпыкъунущ унагъуэм и нэхъыжь ухъуну икІи щхьэгъусэфІу ущытыну.

18. Къуэш щІалэщІэм адэм и къалэнхэм дапхуэдэу зэрызыхуигъэхьэзыр хъунур?

18 Адэ узэрыхъуным зыхуэгъэхьэзыр. Уэ фыз къэпша иужь фэ сабий фиІэнкІэ хъунущ. АдэфІыр дапхуэдэу щытын хуейми Иеговэ и щапхъэм къегъэлъагъуэ. Адэм и къалэным куэд хохьэ (Еф. 6:4). Иеговэ и Къуэ Хьисэ жриІэу щытащ ар фІыуэ зэрилъагъур икІи абыкІэ зэрыарэзыр (Мт. 3:17). Уэ адэ ухъумэ, уи сабийхэм щІэх-щІэхыурэ яжеІэ ахэр фІыуэ зэрыплъагъур. Абыхэм ящІэ ІуэхуфІхэм щхьэкІэ Іэмал имыІэу щытхъу. Иеговэ щапхъэ тезых адэхэр я бынхэм дэІэпыкъуэгъу яхуохъу, ахэр Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху хъун щхьэкІэ. Адэм и къалэнхэм уэ иджыпсту щыщІэдзауэ зыхуэбгъэхьэзыр хъунущ. Уи унагъуэм щыщхэмрэ зэхуэсым хэт къуэш, шыпхъухэмрэ дэІэпыкъуэгъу уазэрыхуэхъуным иужь ит. Ахэр фІыуэ зэрыплъагъур икІи лъапІэу зэрыплъытэр абыхэм яжепІэу зегъасэ (Ин. 15:9). Апхуэдэу уэ адэ узэрыхъуным икІи унагъуэм и нэхъыжьу узэрыщытыным зыхуэбгъэхьэзырыфынущ. Ауэ иджыпсту щыщІэдзауи Иеговэ бгъэгуфІэнущ икІи уи унагъуэмрэ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэмрэ дэІэпыкъуэгъу уахуэхъунущ.

СЫТ УЭ ПЩІЭНУР?

Къуэш куэдым зэрыцІыкІу лъандэрэ Библиер яджыурэ, къащІар я гъащІэм къыщагъэсэбэпурэ, Алыхьым и еплъыкІэр зрагъэгъуэтащ. (19, 20-нэ абзацхэм феплъ.)

19, 20. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху хъун щхьэкІэ, къуэш щІалэщІэхэм сыт къадэІэпыкъунур? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

19 ЦІыхум Алыхьым и еплъыкІэр езыр-езыру иІэ хъукъым. Ди къуэш щІалэщІэхэ, щапхъэфІ зыгъэлъагъуэ цІыхухэм фадэплъей, Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ зэвгъэгъуэт, дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу фыщыт, гъащІэм къыщыфхуэсэбэпыну Іуэхухэр фщІэфу зевгъасэ икІи къэкІуэну зэманым фиІэнкІэ хъуну къалэнхэм зыхуэвгъэхьэзыр.

20 Уэ лэжьыгъэу къыппэщылъым ущегупсысым деж, абы уигъэгужьеинкІэ хъунущ. Ауэ умыгузавэ, уэ псори пхузэфІэкІынущ! Иеговэ къыбдэІэпыкъуну укъегъэгугъэ (Ис. 41:10, 13). Зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэри уи гъусэщ, къыбдэІэпыкъунуи хьэзырщ. Иеговэ хуейщ уэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху ухъуну икІи абы ещІэ ар къохъулІэмэ, уэ уи гъащІэр насыпыфІэу икІи гъэщІэгъуэну зэрыщытынур. Ди къуэш щІалэщІэхэ, дэ фэ фІыщэу фыдолъагъу! Алыхьым и еплъыкІэ зэрызэвгъэгъуэтыным иужь фит, абы щыгъуэ Іэмал имыІэу Иеговэ фІыгъуэ къыфхуищІэжынущ (Прит. 22:4, Гъэс.).

65-НЭ УЭРЭДЫР ИпэкІэ фыкІуатэ!

a Зэхуэсхэр хуабжьу хуэныкъуэщ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхухъухэм. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ къуэш ныбжьыщІэхэм Алыхьым и еплъыкІэ зэрызрагъэгъуэтыну щІыкІэр.

b Мыбы ипэ ит статьям «Псалъэхэм къикІыр» жыхуиІэм феплъ.