Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

52 СТАТЬЯР

Ди шыпхъу ныбжьыщІэхэ, Алыхьым и еплъыкІэ зэвгъэгъуэт

Ди шыпхъу ныбжьыщІэхэ, Алыхьым и еплъыкІэ зэвгъэгъуэт

«Фызхэри... шыІэныгъэ зиІэу, лъэныкъуэ псомкІи узыщыгугъ хъун цІыхуу щытын хуейщ» (1 ТИМ. 3:11).

133-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ хуэлажьэ щІалэгъуалэр

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Алыхьым и еплъыкІэ зэдгъэгъуэтын щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?

 САБИЙХЭР сыту псынщІэу ин хъурэ! Ахэр езыр-езыру хэхъуэу жыпІэ хъунущ. Ауэ Алыхьым и еплъыкІэ зэгъэгъуэтыныр езыр-езыру къэхъукъым, абы къару ехьэлІэн хуейщ (1 Кор. 13:11; Евр. 6:1) b. Иеговэ и еплъыкІэкІэ, балигъ дыхъун щхьэкІэ, дэ абы гъунэгъу зыхуэтщІын хуейщ. Иджыри дэ Алыхьым и къару лъапІэм дыхуэныкъуэщ. Абы и фІыгъэкІэ дэ хьэл-щэныфІхэр зыхэтлъхьэфынущ, гъащІэм къытхуэсэбэпыну Іуэхугъуэхэр тщІэфу зедгъэсэнущ икІи къэкІуэну зэманым къытпэщылъ къалэнхэм зыхуэдгъэхьэзырыфынущ (Прит. 1:5).

2. ЩІэдзапІэ 1:27 къыщытщІэр сыт икІи мы статьям щызэпкърытхынур сыт?

2 Иеговэ цІыхухъури цІыхубзри къигъэщІащ. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 1:27.) ГурыІуэгъуэщ, ахэр теплъэкІэ зэрызэмыщхьыр. Ауэ ахэр зэрызэщхьэщыкІ нэгъуэщІ Іуэхугъуэ гуэрхэри щыІэщ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ дэтхэнэ зыми игъэзэщІэн хуей къалэнхэр иритащ. Аращи, абыхэм я къалэнхэр яхуэгъэзэщІэн щхьэкІэ, хьэл-щэн гуэрхэр зыхалъхьэн икІи гъащІэм къыщыпхуэсэбэп Іуэхугъуэхэр ящІэфу зрагъэсэн хуейщ (ЩІэдз. 2:18). Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ шыпхъу ныбжьыщІэхэм Алыхьым и еплъыкІэ яІэ хъун щхьэкІэ, сыт ящІэн хуейми. КъыкІэлъыкІуэ статьями, апхуэдэ дыдэу, къуэш ныбжьыщІэхэм сыт ящІэн хуейми щызэпкърытхынущ.

АЛЫХЬЫМ ИГУ ИРИХЬ ХЬЭЛ-ЩЭНХЭР ЗЫХЭЛЪХЬЭ

Иеговэ фІыуэ зылъагъуу щыта Ребекки, Эсфири, Авигеи, нэгъуэщІ цІыхубзхэми щапхъэ ятех. Ар уэ къыбдэІэпыкъунущ Иеговэ и еплъыкІэр зэбгъэгъуэтыну (3, 4-нэ абзацхэм феплъ.)

3, 4. Ди шыпхъу ныбжьыщІэхэм щапхъэ зытрах хъунур хэт? (Сурэтми феплъ.)

3 Библиер топсэлъыхь Иеговэ фІыуэ зылъагъуу щыта икІи абы пэжу хуэлэжьа цІыхубзхэм. Дэ абыхэм я щапхъэм куэдым дыхуигъэсэнущ c. Мы статьяр зытегъэщІа пычыгъуэм ит хьэл-щэнхэр абыхэм ягъэлъагъуэу щытащ. Шыпхъу ныбжьыщІэхэм Алыхьым и еплъыкІэ зиІэу зэхуэсым хэт шыпхъухэми щапхъэ трах хъунущ.

4 Ди щыпхъу ныбжьыщІэхэ, Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ, щапхъэфІ зыгъэлъагъуэ шыпхъухэр фцІыхурэ? Абыхэм яхэлъ хьэл-щэн дахэхэм гу лъыфтэ икІи фегупсыс фэ езым апхуэдэ хьэл-щэн зэрывгъэлъэгъуа хъуным. КъыкІэлъыкІуэ абзацхэм дэ Алыхьым и еплъыкІэ зэдгъэгъуэтын щхьэкІэ дызыхуэныкъуэ хьэл-щэнищым дытепсэлъыхьынущ.

5. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ шыпхъум Іэдэбагъ щІыхэлъын хуейр сыт?

5 Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхум Іэдэбагъ хэлъщ. Шыпхъум Іэдэбагъ игъэлъагъуэу щытмэ, Иеговэрэ абырэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъынущ, цІыхухэми ядэгъуэгурыкІуэфынущ (Екъуб 4:6). Псалъэм папщІэ, Иеговэ фІыуэ зылъагъу шыпхъур нэхъыжьыгъэм теухуауэ Алыхьым игъэува принципым тетщ (1 Кор. 11:3). А принципыр зэхуэсми унагъуэми къыщыдогъэсэбэп d.

6. Шыпхъу ныбжьыщІэхэм Ребеккэ игъэлъэгъуа Іэдэбагъым дапхуэдэу щапхъэ зэрытрахыфынур?

6 Библием зи гугъу ищІ Ребеккэ и щапхъэр къэтхьынщ. Абы акъыл жан иІэт, лІыгъэ хэлът, дапщэщ сыт ищІэнуми фІыуэ къыгурыІуэрт (ЩІэдз. 24:58; 27:5—17). Ребеккэ адрейхэм пщІэ яхуищІт икІи жыІэдаІуэу щытт (ЩІэдз. 24:17, 18, 65). Ди шыпхъу, уэри Іэдэбагъ бгъэлъэгъуэфынущ икІи Иеговэ зи лъабжьэ ущІигъэувахэм уахуэжыІэдаІуэу ущытыфынущ. Апхуэдэу ущытмэ, уэ зэхуэсым хэтхэми уи унагъуэм щыщхэми щапхъэфІ уахуэхъунущ.

7. Ди шыпхъу ныбжьыщІэхэм Эсфирь дапхуэдэу щапхъэ зэрытрах хъунур?

7 Иджыри зы хьэл-щэн дахэм и гугъу тщІынщ — ар уи зэфІэкІыр здынэсыр пщІэжыныращ. Библием итщ: «Зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэжым Іущагъыр и Іэпэгъущ» (Прит. 11:2). Эсфирь и щапхъэм деплъынщ. Абы и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжт икІи пащтыхь гуащэ хъуа нэужьи зыкъыфІэщІыжакъым. Ар и адэкъуэшым и къуэ Мардохей и чэнджэщхэм щІэдэІуу щытащ (Эсф. 2:10, 20, 22). Дауэ Эсфирь хуэдэу узэрыщытыфынур? Адрейхэм ечэнджэщ икІи абыхэм къыбжаІэр уи гъащІэм къыщыгъэсэбэп (Тит 2:3—5).

8. 1 Тимофей 2:9, 10 ит сыт хуэдэ принципхэра шыпхъухэм къадэІэпыкъунур хабзэфІым тету, екІуу захуэпэну?

8 Эсфирь и зэфІэкІыр здынэсыр зэрищІэжыр сытыт иджыри къызыхэщыр? Ар дахэт икІи ІэпкълъэпкъкІэ зэкІужт, ауэ адрейхэм закъыхигъэщу, гу зылъригъэтэну хэттэкъым (Эсф. 2:7, 15). Шыпхъухэм дауэ Эсфирь щапхъэ зэрытрахыфынур? Деплъынщ 1 Тимофей 2:9, 10 итым (къеджэ). Апостол Паул шыпхъухэр хуигъэушащ хабзэфІым тету, екІуу захуэпэну. Мы едзыгъуэм хэт алыджыбзэ псалъэхэм къагъэлъагъуэ Алыхьым хуэлажьэ цІыхубзым укІытэ хэлъу зихуэпэн икІи адрейхэм я гурыщІэхэм егупсысын зэрыхуейр. ЕкІуу, дахэу зызыхуапэ ди шыпхъухэм дэ дропагэ.

9. Авигея и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

9 Иджыри шыпхъухэм ягъэлъагъуэ хъуну зы хьэл-щэн дахэр — ар зэхэщІыкІыращ. ЗэхэщІыкІ зыхэлъ цІыхум Іеймрэ фІымрэ зэхегъэкІыф икІи Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къещтэ. Авигея дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы и щхьэгъусэм ищІа унафэ мыхъумыщІэм и ягъэкІэ унагъуэр зэрыщыту бэлыхь хэхуэ пэтащ. Авигея занщІэу а Іуэхум хэІэбащ. Абы игъэлъэгъуа зэхэщІыкІым цІыхухэм я гъащІэр къригъэлащ (1 Сам. 25:14—23, 32—35). А хьэл-щэныр дэри къыддоІэпыкъу зыгуэр щыжытІэн хуеймрэ хуэмеймрэ зэхэдгъэкІыну. Иджыри зэхэщІыкІыр къыддоІэпыкъу я Іуэхур зыІутымкІэ адрейхэм дащыщІэупщІэм деж, ди мыІуэху зедмыхуэну (1 Фес. 4:11).

ГЪАЩІЭМ КЪЫЩЫПХУЭСЭБЭПЫНУ ІУЭХУГЪУЭХЭР ПЩІЭФУ ЗЕГЪАСЭ

Деджэфу, дытхэфу зедгъэсэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (11-нэ абзацым феплъ.)

10, 11. ФІыуэ уеджэфу, утхэфу зебгъасэу щытмэ, ар уэри адрейхэми дапхуэдэу сэбэп къызэрыфхуэхъунур? (Сурэтми феплъ.)

10 Хъыджэбз цІыкІум и сабиигъуэм зызригъэса Іуэхугъуэхэр балигъ хъуа иужьи къыхуэсэбэпыжынущ. Щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.

11 ФІыуэ уеджэфу, утхэфу зегъасэ. Языныкъуэ лъэпкъхэм къызэралъытэмкІэ, цІыхубзхэм тхэкІи, еджэкІи ямыщІэми хъунущ. Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми ар ищІэфу щытын хуейщ (1 Тим. 4:13) e. Аращи, къохьэлъэкІми, тхэкІи, еджэкІи зэбгъащІэмэ нэхъыфІщ. Дауэ ар уи гъащІэм сэбэп къызэрыпхуэхъунур? Уэ нэхъ тыншу лэжьапІэ къыпхуэгъуэтынущ, Алыхьым и Псалъэр куууэ пхуэджынущ икІи адрейхэри пхуегъэджэнущ. Псом нэхъапэращи, Библием уеджэурэ икІи абы итым куууэ уегупсысурэ, уэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэхъунущ (Иис. Н. 1:8; 1 Тим. 4:15).

12. Притчи 31:26 ит псалъэхэм сытым ухуагъасэрэ?

12 ЦІыхухэм уазэрепсалъэм егъэфІакІуэ. Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэри нэгъуэщІхэм жаІэм едэІуэфу икІи гуапэу псэлъэфу зригъэсэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Екъуб и письмом мыпхуэдэ чэнджэщ итщ: «ДэІуэнкІэ хэти щІэхыу ирехьэзыр, ауэ щІэх иремыпсалъэ» (Екъуб 1:19). Зэпомыуду нэгъуэщІым жиІэм ущедаІуэм деж, а цІыхур къыпфІэмыІуэхуу зэрыщымытыр къыбогъэлъагъуэ (1 Пет. 3:8). Узэпсалъэм жиІэмрэ и гурыщІэхэмрэ нэгъэсауэ къыбгурымыІуэмэ, ар къыбгурызыгъэІуэфыну упщІэхэр ет. Упсэлъэну и чэзур къэсмэ, уи щхьэм япэу къихьэр жомыІэ (Прит. 15:28, Гъэсэпэтхыдэхэр). ЗэупщІыж: «Сэ иджыпсту жысІэну сызыхуейр пэж? Абы адрейхэр игъэгушхуэну? Си псалъэхэм пщІэ хэлъу, гуапэу щытыну?» Гуапэу упсэлъэфу, къопсалъэм жиІэм уедэІуэфу зебгъэсэн щхьэкІэ, Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ шыпхъухэм щапхъэ тех. (Къеджэ Притчи 31:26.) А шыпхъухэр зэрыпсалъэмрэ абыхэм жаІэмрэ гу лъытэ. А Іуэхум нэхъ ебгъэфІэкІуэху, адрейхэмрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъыфІ хъуурэ кІуэнущ.

Унагъуэ Іуэхухэр фІыуэ зыгъэзащІэ цІыхубзыр унагъуэмкІи зэхуэсымкІи тыгъэшхуэщ (13-нэ абзацым феплъ.)

13. Унагъуэ Іуэхухэм ухуэІэкІуэлъакІуэу ущытыну сыт къыбдэІэпыкъунур? (Сурэтми феплъ.)

13 Унагъуэ Іуэхухэр пщІэфу зегъасэ. Лъэпкъ куэдым я хабзэмкІэ, унагъуэ Іуэхухэр цІыхубзыращ зи пщэ дэлъыр. Уэ уи анэм е зэхуэсым хэт адрей шыпхъухэм я деж куэдым зыщебгъэсэфынущ. Си́нди мыпхуэдэу жеІэ: «Си анэм унагъуэ лэжьыгъэм гуфІэгъуэ хех икІи сэри апхуэдэу сигъэсащ. Абы и фІыгъэкІэ сопщэфІэф, унэр зэлъыІузохыф, содэф икІи щэхуэкІэ сощІэ. А псор си гъащІэм сэбэп къыщысхуохъу, Иеговэ сыхуэлэжьэнуи къыздоІэпыкъу. Дэ ди унэм хьэщІэ куэд сыт щыгъуи къедгъэблагъэт. Сэри, си анэм хуэдэу, хьэщІагъэ зэрызыхэзгъэлъыным сыхущІокъу икІи абы и фІыгъэкІэ дэлъху, шыпхъу куэд зэзгъэцІыхуащ» (Прит. 31:15, 21, 22, Гъэс.). Щхьэх зымыщІэ, хьэщІагъэ зыгъэлъагъуэ икІи унагъуэ Іуэхухэр фІыуэ зыгъэзащІэ цІыхубзыр унагъуэмкІи зэхуэсымкІи тыгъэшхуэщ (Прит. 31:13, 17, 27, Гъэс.; Апост. 16:15).

14. Кристал и щапхъэм сытым ухуигъасэрэ икІи сыт хуэдэ мурадхэр бгъэув хъуну?

14 Уи щхьэр ппІыжыфу зегъасэ. Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми и щхьэр ипІыжыфу зригъэсэным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Флп. 4:11). Кри́стал къыддогуашэ: «Сэ школым иужьрей классхэм сыщыщІэсым, си адэ си анэр къыздэІэпыкъуащ гъащІэм къыщысхуэсэбэпыну предметхэр къыхэсхыну. Си адэм чэнджэщ къызитащ бухгалтер лэжьыгъэр къыхэсхыну икІи ар къызэрыхэсхар сэбэп къысхуэхъужащ». Ауэ ахъшэ къэблэжь закъуэкІэ зыфІэкІкъым, ар иджыри зэбгъэзахуэу зебгъэсэн хуейщ (Прит. 31:16, 18, Гъэс.). Абы нэмыщІ Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ мурадхэр гъэув икІи ахэр къохъулІэн щхьэкІэ щІыхуэ зытомылъхьэ, узыхуэмей хьэпшыпи къомыщэху (1 Тим. 6:8).

КЪЫППЭЩЫЛЪ КЪАЛЭНХЭМ ЗЫХУЭГЪЭХЬЭЗЫР

15, 16. Щхьэгъусэ зимыІэ шыпхъухэм сыт хуэдэ Іуэхухэр ягъэзащІэрэ? (Марк 10:29, 30).

15 Алыхьым игу ирихь хьэл-щэнхэр зыхэплъхьэным икІи гъащІэм къыщыпхуэсэбэпыну Іуэхугъуэхэр пщІэфу зебгъэсэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Апхуэдэу уэ къыппэщылъ къалэнхэм зыхуэбгъэхьэзырыфынущ. Къыппэщылъ къалэнхэр зэлъытар уэ гъащІэм къыхэпх гъуэгуращ. А гъуэгухэр мыпхуэдэу щытыфынущ.

16 ЗэкІэ удэмыкІуэну мурад пщІы хъунущ. Хьисэ жиІам тету, языныкъуэ шыпхъухэм мурад ящІ зэкІэ дэмыкІуэну, ахэр къызыхэкІа лъэпкъым апхуэдэ хабзэ къемыкІуэкІми (Мт. 19:10—12). Хэти унагъуэ зригъэгъуэтыну хуейт, ауэ щхьэусыгъуэ гуэрхэм щхьэкІэ дэмыкІуэу къонэ. Иеговэрэ Хьисэрэ щхьэгъусэ зимыІэ шыпхъухэм зыгуэр я лажьэу къалъытэкъым. Щхьэгъусэ зимыІэ шыпхъухэм дуней псом зэхуэсу щыІэу хъуам мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэху щагъэзащІэ. А шыпхъухэр лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ хэлъу адрейхэм яхущытщ. Ахэр куэдым шыпхъу е анэ папщІэ яхуохъу (къеджэ Марк 10:29, 30; 1 Тим. 5:2).

17. Шыпхъу ныбжьыщІэхэм полновременнэ лэжьыгъэм дапхуэдэу зэрызыхуагъэхьэзыр хъунур?

17 Уэ полновременнэ лэжьыгъэм щІэбдзэ хъунущ. Дуней псом хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэм нэхъыбэу хэтхэр шыпхъухэращ (Пс. 68:11). Полновременнэ лэжьыгъэм щыщІэбдзэну зэманым иджыпсту щыщІэдзауэ уегупсысыфыну? Уэ пионеру улэжьэфынущ, ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм ухэтыфынущ икІи Вефилым ущылэжьэфынущ. Абы теухуауэ Иеговэ жеІэ. Полновременнэ лэжьыгъэм хэт къуэш, шыпхъухэм епсалъи, а лэжьыгъэм дапхуэдэу зыхуэбгъэхьэзыр хъунуми къащІэ. ИужькІэ мурад бгъэувам ухуэзышэну лъэбакъуэхэр чы. Уэ полновременнэ лэжьыгъэм щІэбдзэу щытмэ, абы зэикІ ухущІегъуэжынукъым икІи Иеговэ удэлэжьэну Іэмал гъэщІэгъуэн куэд уиІэнущ.

УдэкІуэну мурад пщІамэ, фІыуэ ухэплъэным мыхьэнэшхуэ иІэщ (18-нэ абзацым феплъ.)

18. ДэкІуэн ипэ, шыпхъур фІыуэ щІыхэплъэн хуейр сыт? (Сурэтми феплъ.)

18 Уэ удэкІуэну мурад пщІынкІэри хъунущ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Іуэхугъуэхэр щхьэгъусэфІ ухъуну уэ къыбдэІэпыкъунущ. ДауикІ, щхьэгъусэ къыщыхэпхкІэ фІыуэ уегупсысын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уи гъащІэр зэрыхъуныр абы елъытащ. Уэ щхьэгъусэу къыхэпхым и унафэм ущІэтын икІи жиІэм уедэІуэн зэрыхуейр зыщомыгъэгъупщэ (Рим 7:2; Еф. 5:23, 33). Аращи, мыпхуэдэу зэупщІыж: «А дэлъхур хущІэкъурэ Хьисэ щапхъэ трихыну? Абы и гъащІэм къыхэщрэ Иеговэ япэ увыпІэр зэрыритыр? Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къищтэрэ? Зэрыщыуар жиІэфрэ? ЦІыхубзхэм пщІэ яхуищІрэ? Ар къыздэІэпыкъуфыну Иеговэ адэкІи нэхъ гъунэгъу сыхуэхъуну? Унагъуэр зыхуей хуигъэзэфыну икІи ныбжьэгъуфІ къысхуэхъуну? Ар узыщыгугъ хъун цІыхуу щыт? Псалъэм папщІэ, абы зэхуэсым сыт хуэдэ къалэнхэр щиІэ икІи дапхуэдэу ахэр зэригъэзащІэр?» (Лк. 16:10; 1 Тим. 5:8). ДауикІ, уэ щхьэгъусэфІ къызэрыбгъуэтын хуейм и мызакъуэу, уэ езыри щхьэгъусэфІ узэрыхъуным уегупсысын хуейщ.

19. ЦІыхубзыр и лІым и дэІэпыкъуэгъуу зэрыщытым пщІэ щІыпылъыр сыт?

19 Библием щыжыІащ фызыфІыр и щхьэгъусэм и дэІэпыкъуэгъуу зэрыщытыр (ЩІэдз. 2:18). Іуэхур апхуэдэу зэрыщытым цІыхубзым и пщІэр ириудыхрэ? Хьэуэ! Ар дэІэпыкъуэгъуу зэрыщытым пщІэ пылъщ. Библием мызэ-мытІэу жеІэ езы Иеговэ ди дэІэпыкъуэгъуу зэрыщытыр (Пс. 54:4; Евр. 13:6). ЩхьэгъусэфІыр и лІым сыт и лъэныкъуэкІи дэІэпыкъуэгъу хуохъу. Псалъэм папщІэ, лІым унагъуэ псом лъэІэс унафэ къыщищтэм деж, и щхьэгъусэр абы доІэпыкъу а унафэр гъэзэщІа зэрыхъунымкІэ. ЦІыхубзым зыщигъэгъупщэкъым и щхьэгъусэмрэ абырэ зы пкъыу зэрыщытыр. Иеговэ фІыуэ зэрилъагъум къыхэкІкІэ, цІыхубзыр и щхьэгъусэм фІыкІэ фІэкІ тепсэлъыхькъым (Прит. 31:11, 12; 1 Тим. 3:11). Апхуэдэ щхьэгъусэфІ дапхуэдэу узэрыхъуфынур? Уэ иджыпсту щыщІэдзауэ Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ куу пщІы хъунущ икІи уи унагъуэм щыщхэмрэ зэхуэсым хэт уи дэлъху, уи шыпхъухэмрэ дэІэпыкъуэгъу уазэрыхуэхъуным ухущІэкъу хъунущ.

20. Анэм унагъуэм мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ къалэн щигъэзащІэр?

20 Уэ анэ ухъункІэ хъунущ. Уэ удэкІуа иужь сабий уиІэнкІэ хъунущ (Пс. 127:3). Мы статьям дызытепсэлъыхьауэ хъуар уэ къыбдэІэпыкъунущ щхьэгъусэфІ, анэфІ ухъуну. Уэ бгъэлъагъуэ лъагъуныгъэм, щабагъэм, шыІэныгъэм и фІыгъэкІэ унагъуэм хуабагъэ, гуапагъэ илъынущ. Апхуэдэ унагъуэм къыщыхъу сабийхэм зыхащІэнущ адэ-анэм ахэр фІыуэ къызэралъагъур икІи ятеубгъуауэ зэрыщытыр (Прит. 24:3, Гъэс.).

Шыпхъу куэдым зэрыцІыкІу лъандэрэ Библиер яджыурэ, къащІар я гъащІэм къыщагъэсэбэпурэ, Алыхьым и еплъыкІэр зрагъэгъуэтащ. (21-нэ абзацым феплъ.)

21. Ди шыпхъу ныбжьыщІэхэр лъапІэу щІэфлъытэр къыжыфІэж. (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

21 Ди шыпхъу ныбжьыщІэхэ, фэ сыту куэд Иегови абы и лъэпкъми хуэфщІэрэ! (Евр. 6:10). Фэ Хьисэ щапхъэ зэрытефхынум фыхущІокъу. Фэ хьэл-щэн дахэ вгъэлъагъуэхэм я фІыгъэкІэ фи гъащІэри, фыкъэзыухъуреихьхэм я гъащІэри нэхъ насыпыфІэ мэхъу. АдэкІи апхуэдэу фщІэмэ, сыт хуэдэ гъащІэ гъуэгу къыхэвмыхами, фэ ехъулІэныгъэ фиІэнущ. Дэ фэ фІыщэу фыдолъагъу!

137-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ хуэпэж цІыхубзхэр

a Ди шыпхъу ныбжьыщІэхэ, зэхуэсым щыщхэм фэ фІыщэу фыкъалъагъу. Иеговэ хуейщ фэ абы и еплъыкІэр зэвгъэгъуэтыну. Абы щхьэкІэ фэ фи хьэл-щэнхэм фелэжьын икІи гъащІэм къыщыфхуэсэбэпын Іуэхугъуэхэр фщІэфу зевгъэсэн хуейщ. Абы щыгъуэ сыт хуэдэ гъащІэ гъуэгу къыхэвмыхами, фэ гуфІэгъуэ фиІэнущ.

b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхур мы дунейм къыбгъэдэкІ Іущагъыракъым зытетыр, атІэ Алыхьым къыбгъэдэкІ Іущагъыращ. Апхуэдэ цІыхум Хьисэ щапхъэ трех, езымрэ Иеговэрэ я зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр лъапІэу елъытэ икІи гукІи псэкІи адрейхэр фІыуэ елъагъу.

c jw.org сайтым «Женщины в Библии: чему учит их пример?» жыхуиІэ статьям фыщеплъ.

d 2021-нэ гъэм, февралым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым и 14—19 напэкІуэцІхэм феплъ.