Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

51 СТАТЬЯР

Дызыщыгугъыр Іэмал имыІэу къэхъунущ!

Дызыщыгугъыр Іэмал имыІэу къэхъунущ!

«Дызэрыщыгугъым дыхущІригъэгъуэжыркъым» (РИМ 5:5).

142-НЭ УЭРЭДЫР Ди гугъапІэм быдэу дэ дытетщ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Ибрэхьим и гугъапІэм сыт хуэдэ лъабжьэ иІар?

 ИЕГОВЭ Ибрэхьим къигъэгугъат абы и хьэтыркІэ лъэпкъ псоми и нэфІ ящыхуэну (ЩІэдз. 15:5; 22:18). ФІэщхъуныгъэ быдэ зэриІэм и фІыгъэкІэ Ибрэхьим шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым Алыхьым къызэригъэгугъар гъэзэщІа зэрыхъуным. Зэманыр кІуэт, Ибрэхьим илъэси 100, Сарэ илъэс 90 хъуакІэт, ауэ Алыхьым ахэр къызэригъэгугъа къуэр иджыри къаритатэкъым (ЩІэдз. 21:1—7). Абы емылъытауэ, «Ибрэхьим Тхьэм щыгугъыу, фІэщхъуныгъэ иІащ... лъэпкъ куэдым адэ зэрахуэхъунумкІэ» (Рим 4:18). ЗэрытщІэщи, ар зыщыгугъар къэхъуащ. Ибрэхьим апхуэдизу зыпэплъа къуэр къыхуалъхуащ. Абы Исхьэкъ фІащащ. НтІэ, сыт Ибрэхьим и гугъапІэм лъабжьэ хуэхъуу щытар?

2. Иеговэ жиІар зэригъэзэщІэжынум Ибрэхьим шэч къытримыхьэу щІыщытар сыт?

2 Ибрэхьим Иеговэ фІыуэ ицІыхути, абы жиІар зэригъэзэщІэжынум шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым (Рим 4:21). Ибрэхьим игъэлъэгъуа фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ Иеговэ абы хуэарэзыт икІи ар щыпкъагъэ зиІэ цІыхуу ибжт (Екъуб 2:23). Рим 4:18 щыдолъагъу Ибрэхьим фІэщхъуныгъи гугъапІи иІэу зэрыщытар. ГугъапІэм теухуауэ апостол Паул Рим 5-нэ псалъащхьэм щыжиІам иджыпсту деплъынщ.

3. Гугъэ диІэм теухуауэ Паул и псалъэхэм сыт къыдагъащІэр?

3 Паул къыдгурегъаІуэ дэ дызыщыгугъыр Іэмал имыІэу къызэрыхъунур (Рим 5:5). Абы иджыри къыдгурегъаІуэ гугъэ диІэр нэхъ быдэ зэрыхъуфынур. Ар къызэрыхъу щІыкІэр Рим 5:1—5 щыжыІащ. А едзыгъуэхэр щызэпкърытхкІэ егупсыс, пэжыр къызэрыпщІэ лъандэрэ уи гугъапІэр нэхъ быдэ хъуурэ зэрыкІуам. Уэ къэплъагъунущ уи гугъапІэр иджыри нэхъ быдэ зэрыпщІыфынур. ЯпэщІыкІэ зэпкърытхынщ Паул сыт хуэдэ гугъэ дахэм и гугъу ищІами.

ГУГЪЭ ДАХЭ ДИІЭР

4. Рим 5:1, 2 зытепсэлъыхьыр сыт?

4 Къеджэ Рим 5:1, 2. Паул мы псалъэхэр зыхуитхар Рим къалэм щыІа зэхуэсыращ. Къуэш, шыпхъухэм Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ къащІащ, а къащІар я фІэщ хъури Хьисэ и лъэужь иуващ. Аращ абыхэм ягъэлъэгъуа фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ Алыхьым ахэр щыпкъагъэ зиІэ цІыхуу къыщІилъытар икІи уафэм кІуэну гугъэ щІаритар. Апхуэдэу абыхэм гугъэ быдэ яІэ хъуащ Алыхьым къызэригъэгугъар къазэрылъысынумкІэ.

5. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм сыт хуэдэ тыгъэ къапэщылъыр?

5 ИужькІэ Паул Ефес дэса къуэш, шыпхъухэм яхуитхащ Алыхьым абыхэм къарита гугъэм теухуауэ. А гугъэм хыхьэт Тхьэм и цІыху лъапІэхэм Іыхьэшхуэ къазэрылъигъэсынур (Еф. 1:18). Иджыри Паул Колоссэ дэса къуэш, шыпхъухэм яхуитхащ Алыхьым абыхэм яхуигъэхьэзыра тыгъэр уафэм зэрыщыІэр (Кол. 1:4, 5). Аращи, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр игъащІэкІэ уафэм щыпсэуну къэтэджыжынущ икІи Хьисэ и тепщэныгъэр даІыгъынущ (1 Фес. 4:13—17; Апок. 20:6).

Ди къуэш Фредерик Френц и псалъэхэм къагъэлъагъуэ: уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм тыгъэ къазэрылъысынум шэч лъэпкъ къытрахьэкъым (6-нэ абзацым феплъ.)

6. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ ди зы къуэшым къыпэщылъ тыгъэм теухуауэ сыт жиІар?

6 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм къапэщылъ тыгъэр лъапІэу ялъытэ. Ди къуэш Фредерик Френц абы теухуауэ и гум къыбгъэдэкІыу мыпхуэдэу жиІат: «Дэ ди гугъэм лъабжьэ быдэ иІэщ. 144 000-м щыщ дэтхэнэ зыми зыщыгугъ тыгъэр Іэмал имыІэу къыІэрыхьэнущ, икІи ар дэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэм нэхърэ куэдкІэ нэхъ гъуэзэджэу щытынущ». Мы псалъэхэр ди къуэш Френц щыжиІар 1991-нэ гъэращ. Абы щыгъуэ ар Алыхьым зэрыхуэлажьэрэ илъэс куэд хъуат. Абы пещэ: «Дэ... а гугъэм и лъапІагъыр тщыгъупщакъым. [...] Дэ абы нэхъыбэрэ дежьэху, ар нэхъ лъапІэу тлъытэу мэхъу. Абы илъэс мелуанкІэ упэплъэми, упэплъэну хуэфащэщ. Гугъэ сиІэр иджыпсту хуэдэу лъапІэу щыслъыта зэи къэхъуакъым».

7, 8. Нобэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм и нэхъыбэм сыт хуэдэ гугъэ яІэр? (Рим 8:20, 21).

7 Нобэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм и нэхъыбэм яІэ гугъэр нэгъуэщІщ. А гугъэр Ибрэхьим иІа гугъэм хуэдэщ — Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІэту игъащІэ псокІэ щІылъэм щыпсэуну (Евр. 11:8—10, 13). Паул а гугъэми теухуауэ итхауэ щытащ. (Къеджэ Рим 8:20, 21.) КъэкІуэну гъащІэм теухуауэ Библием жиІэр щызэхэпхам щыгъуэ, сыт псом хуэмыдэу уигу ирихьар? ЦІыху дагъуэншэ ухъужу гуэныхь лъэпкъ пхэмылъу узэрыхъуныра? Хьэмэрэ, фІыуэ плъагъухэр жэнэт хъужа дунеищІэм къызэрытэджыжыныра? Алыхьым тхуигъэхьэзыра фІыгъуэхэм теухуауэ къыщыпщІам щыгъуэ, уэ къыбгурыІуащ апхуэдэ гъащІэм упэплъэну зэрыхуэфащэр!

8 Дэ дыщыпсэунур уафэрами щІылъэрами — сыт хуэдэ гугъэ димыІами — къэкІуэну зэманым гуфІэгъуэ диІэу дыпоплъэ. А гугъэ дахэр нэхъ быдэж хъуфынущ. Ар сытым и фІыгъэкІэ къэхъуми Паул жиІащ. А псалъэхэр иджыпсту зэпкърытхынщ. Ар дэ къыддэІэпыкъунущ Алыхьым дыкъызэригъэгугъэр къызэрыхъунум шэч лъэпкъ къытедмыхьэну.

ГУГЪЭР ДАПХУЭДЭУ НЭХЪ БЫДЭ ЗЭРЫХЪУР?

Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыри гъэунэхуапІэ пэщІэхуэнущ (9, 10-нэ абзацхэм феплъ.)

9, 10. Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыри гугъуехь зэрыпэщІэхуэнур Паул и щапхъэм дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэр? (Рим 5:3). (Сурэтми феплъ.)

9 Къеджэ Рим 5:3. Паул жиІащ гугъуехь щытшэчым деж, ди гугъэр нэхъ быдэ зэрыхъур. Ар дауэ? Пэжыр жыпІэмэ, Алыхьым пэжу хуэлажьэ дэтхэнэ зыри гугъуехь пэщІэхуэнущ. Езы Паул и щапхъэм деплъынщ. Абы Фессалоникэ дэс къуэшхэм мыпхуэдэу яжриІауэ щытащ: «Фи деж дыщыщыІам, гузэвэгъуэ дызэрыхэхуэнур нывжетІэгъащ. Фэ зэрыфщІэщи, апхуэдэуи хъуащ» (1 Фес. 3:4). Паул Коринф дэс къуэш, шыпхъухэми мыпхуэдэу яхуитхат: «Псэууэ дыкъелыну дымыгугъэжу, тшэчыфынум и лейуэ гузэвэгъуэшхуэ дыдэм дыхэтащ» (2 Кор. 1:8; 11:23—27).

10 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэм пэщІохуэ (2 Тим. 3:12). Уэри ар бгъэунэхуауэ къыщІэкІынщ. Хьисэ и лъэужь уиувэну мурад щыпщІам щыгъуэ, сыт хуэдэ гугъуехьхэр уиІа? Уэ уи ныбжьэгъухэр, уи благъэхэр къыпщыдыхьэшхыу щытауэ къыщІэкІынщ. Уеблэмэ, уэ ахэр къыппэщІэувагъэнкІи хъунщ. Е сыт и лъэныкъуэкІи пэжагъ бгъэлъэгъуэну узэрыхуейм щхьэкІэ уи лэжьапІэм гугъу ущрагъэхьу къыщІэкІынщ (Евр. 13:18). Абы нэмыщІ уэ гугъэ уиІэмкІэ цІыхухэм уазэрыдэгуашэм щхьэкІэ тепщэныгъэ зиІэхэр къыппэщІэувэу къыщІэкІынщ. Дэ сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами, Паул зэрыжиІам хуэдэу, дыгуфІэн хуейщ. Дауэ ар зэрытхузэфІэкІынур?

11. ГъэунэхуапІэ дыщыпэщІэхуэм деж дыкъикІуэтын щІыхуэмейр сыт?

11 Дэ гуфІэгъуэ диІэфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гугъуехь дыщиІэм деж дэ хьэл-щэн дахэхэр зыхэтлъхьэфынущ. Рим 5:3 щыжыІащ: «Гузэвэгъуэ шэчыным теубыдагъэ къызэрыхэкІыр дощІэ». Дэ псоми гугъуехь къытпэщылъщ, аращ дэтхэнэ зыри теубыдагъэм дыщІыхуэныкъуэр. Абы и фІыгъэкІэщ дэ гугъуехьхэм дыщІыпэщІэтыфынур икІи дызыщыгугъыр къызэрыхъур зэрытлъагъунур. Дэ дыхуейкъым Хьисэ мывалъэм хэлъэлъа жылэм иригъэщхьа цІыхухэм ещхь дыхъуну. Апхуэдэ цІыхухэм Алыхьым и Псалъэм итыр щыгуфІыкІыу ящтэ, ауэ «гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщІадзэу, фІэщхъуныгъэм и гъуэгум токІыж» (Мт. 13:5, 6, 20, 21). ДауикІ, цІыхухэр къызэрытпэщІэувэм икІи гугъуехь дызыпэщІэхуэхэм зыри фІы хэлъкъым. Ауэ дэ а гугъуехьхэм дызэрыпхыкІым сэбэпынагъ къытхуехь. Ар сыт хуэдэми къэтщІэнщ.

12. ГъэунэхуапІэхэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуахьыр?

12 Екъуб къыхигъэщащ гъэунэхуапІэхэм къытхуахь сэбэпынагъыр. Абы мыпхуэдэу итхащ: «Теубыдагъэм и Іуэхур и кІэм нэвгъэс, сыт и лъэныкъуэкІи фи щыпкъагъэм щыщІагъэ лъэпкъ хэмылъу, цІыху нэгъэса фыхъун щхьэкІэ» (Екъуб 1:2—4). Екъуб ар щитхам, теубыдагъэм Іуэху гуэр игъэзэщІэн хуейм хуэдэу тепсэлъыхьащ. Сыт хуэдэ Іуэху ар? Теубыдагъэр къыддоІэпыкъу шыІэныгъэмрэ фІэщхъуныгъэмрэ хэдгъэхъуэну икІи Алыхьым нэхъыбэу дзыхь хуэтщІыну. Теубыдагъэр нэгъуэщІ Іуэхугъуэ гуэркІи сэбэп къытхуохъу.

13, 14. Теубыдагъэм гугъэр дапхуэдэу нэхъ быдэ зэрищІыр? (Рим 5:4).

13 Къеджэ Рим 5:4. Паул итхащ теубыдагъэ зэрыдгъэлъагъуэр Тхьэм игу зэрырихьыр. Абы къикІыу пІэрэ гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж ар Иеговэ игу ирихьу? Хьэуэ, къикІкъым. Ауэ абы игу ирохь гъэунэхуапІэ дыщиІэм деж абы пэжу дыкъызэрыхуэнэр. Теубыдагъэм и фІыгъэкІэ Алыхьыр арэзы тщІыну дэ Іэмал диІэ мэхъу. А хьэл-щэныр щыдгъэлъагъуэм деж Иеговэ и гур зэрыхэхъуэр пщІэну сыту гуапэ! (Пс. 5:12).

14 Ибрэхьим и щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы гъэунэхуапІэ хьэлъэхэр иІащ, ауэ Ибрэхьим лІыгъэ хэлъу абыхэм пхыкІащ. Аращ Иеговэ ар и ныбжьэгъуу щІыжиІар икІи щыпкъагъэ зиІэ цІыхуу къыщІилъытар (ЩІэдз. 15:6; Рим 4:13, 22). Апхуэдэ дыдэу дэри Алыхьым и ныбжьэгъу дыхъуфынущ. Алыхьыр дэркІэ арэзыуэ щытынрэ щымытынрэ зэлъытар ди пщэм дэлъ къалэнхэракъым икІи дгъэзащІэ лэжьыгъэракъым. Ар зэлъытар зэман гугъухэм абы хуэпэжу дыкъызэрынэращ. Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми теубыдагъэ игъэлъэгъуэфынущ икІи ар ди ныбжьми, ди Іуэхур зыІутми, диІэ зэфІэкІхэми елъытакъым. Уэ иджыпсту гъэунэхуапІэ гуэр уиІэу щытмэ, зыщомыгъэгъупщэ: Иеговэ узэрыхуэпэжыр елъагъу икІи ар уэркІэ арэзыщ. Алыхьыр къызэрытхуэарэзыр зэрытщІэм гугъэ диІэр нэхъ быдэ ещІ.

ГЪЭУНЭХУАПІЭХЭМ НЭХЪ БЫДЭ ЯЩІА ГУГЪЭР

15. Рим 5:4, 5 ит псалъэхэр Паул щІыжиІар сыт икІи ар зыгуэрхэм щІагъэщІэгъуэнкІэ хъунур сыт?

15 Паул къыдгурегъаІуэ гъэунэхуапІэ дыщиІэм деж Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэмэ, ар арэзы къызэрытхуэхъур. Паул итхым адэкІэ гу лъыттэнщ: «Теубыдагъэм Тхьэм и гум ирихь Іэдэбыгъэр къыхокІ. Іэдэбыгъэм Тхьэм ІыхьэфІыр къызэрытлъигъэсынум дызэрыщыгугъыр къыхокІ. Дызэрыщыгугъым дыхущІригъэгъуэжыркъым» (Рим 5:4, 5). Зыгуэрхэм мы псалъэхэр ягъэщІэгъуэнкІэ хъунущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Рим 5:2 Паул щыжиІакІэт Рим дэс къуэш, шыпхъухэм «Тхьэм и... щІыхьышхуэмкІэ... Іыхьэ» къалъысыну гугъэ зэраІэр. Сыт-тІэ Паул къытригъэзэжу абы иджыри щІытепсэлъыхьар?

Пэжыр къыщыпщІам уиІа гугъэм нэхърэ нобэ уиІэ гугъэр нэхъ быдэщ (16, 17-нэ абзацхэм феплъ.)

16. Гугъэр зэрыхэхъуэр къыжыфІэж. (Сурэтми феплъ.)

16 ИпэІуэкІэ зэрыжытІащи, гугъэ диІэр нэхъ быдэ хъуурэ кІуэфынущ. Ар ди гум илъмэ, Паул жиІар къыдгурыІуэну нэхъ тыншщ. ЩІылъэр жэнэт зэрыхъужынум икІи гъащІэ мыухыж уиІэу узэрыпсэуфынум теухуауэ япэ дыдэу щызэхэпхар уигу къэгъэкІыж. Ар уэ уигу ирихьами, апхуэдэу къызэрыхъунур уи дежкІэ фІэщхъугъуейуэ щытауэ къыщІэкІынщ. Ауэ уэ Иеговэ нэхъыбэу къэпцІыхуху икІи абы дыкъызэригъэгугъэхэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэху, а гугъэм лъабжьэ быдэ зэриІэр къыбгурыІуэт.

17. Сытым и фІыгъэкІэ псым зыщІэбгъэуа иужь гугъэ уиІэр нэхъ быдэ зэрыхъуар?

17 Уэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу псым зыщІэбгъэуа иужьи, Алыхьым теухуауэ уиІэ щІэныгъэмрэ абы ухуиІэ лъагъуныгъэмрэ адэкІи хэхъуэурэ кІуащ. Абы хэту уи гугъэри нэхъ быдэ хъут (Евр. 5:13—6:1). Рим 5:2—4 итыр уи щхьэкІэ бгъэунэхуауэ къыщІэкІынщ. Уэ гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэр уиІащ икІи абыхэм упхыкІыху, Алыхьыр уэркІэ арэзыуэ зэрыщытыр зыхэпщІэт. Уэ уощІэ Алыхьым фІыуэ укъызэрилъагъур икІи шэч къытепхьэркъым абы укъызэригъэгугъауэ хъуар зэригъэзэщІэжынум. А псом нэмыщІ уи гугъэм лъабжьэ быдэ зэриІэр уи фІэщ зыщІ щхьэусыгъуэ нэхъыбэж уиІэ хъуащ. А гугъэр иджы нэхъ лъапІэу уолъытэ икІи ар къызэрыхъунум уэ шэч лъэпкъ къытепхьэркъым. Гугъэ быдэ узэриІэр уи гъащІэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми къыхощ: уи унагъуэм щыщхэм уазэрыхущытми, унафэ къапщтэхэми, уи зэманыр зытебгъэкІуадэми.

18. Иеговэ сыт дыкъызэригъэгугъэр?

18 Дэ къэтщІащ Алыхьыр къызэрытхуэарэзыр зэрытщІэм ди гугъэр нэхъ быдэ зэрищІыр. АдэкІэ Паул жеІэр дызыщыгугъыр Іэмал имыІэу къызэрыхъунур. Абы теухуауэ Паул мыпхуэдэу етх: «Дызэрыщыгугъым дыхущІригъэгъуэжыркъым, Тхьэм езым и Псэ ЛъапІэу [«къару лъапІэу», ДЩІ] къыдитамкІэ абы и фІылъагъуныгъэр ди гум ину кърилъхьащи» (Рим 5:5). Мы едзыгъуэм зэритымкІэ, Иеговэ зэи дыкъызэримыгъэпцІэжынумкІэ псалъэ быдэ къыдет. Дызыщыгугъыу хъуар псори къэхъунущ.

19. Гугъэр зыфІэдмыгъэкІуэду щытмэ, сыт хуэдэ тыгъэ къытпэщылъыр?

19 Ибрэхьим и щапхъэм фегупсыс. Ар пэплъэт Иеговэ и псалъэр щигъэзэщІэжыну зэманым. Алыхьыр абы къыхуэарэзыт икІи и ныбжьэгъуу ибжт. Ибрэхьим лейуэ абы пэплъакъым. Библием щыжыІащ: «Ибрэхьим шыІэныгъэ хэлъти, Тхьэм къызэригъэгугъар иІэ хъуащ» (Евр. 6:15; 11:9, 18; Рим 4:20—22). Алыхьым ар къызэригъэгугъар игъэзэщІэжащ. Уэри Иеговэ пэжу укъыхуэнэмэ, тыгъэ къызэрыплъысынум шэч къытомыхьэми хъунущ. Уэ узыщыгугъыр хъуапсапІэ къудейуэ аракъым, атІэ куэд мыщІэу къэхъуну Іуэхугъуэщ. Уэ къыппэщылъыр гуфІэгъуэщ! (Рим 12:12). Паул итхащ: «ЕзымкІэ фІэщхъуныгъэ зэрывиІэм щхьэкІэ, ІыхьэфІыр къытлъигъэсыну дыщызыгъэгугъ Тхьэм гуфІэгъуэшхуэрэ гузэгъэгъуэшхуэрэ фигухэм кърырелъхьэ, езым и Псэ ЛъапІэм [«къару лъапІэм», ДЩІ] и лъэкІыныгъэкІэ фигухэм гугъэшхуэр из хъун щхьэкІэ» (Рим 15:13).

139-НЭ УЭРЭДЫР ДунеищІэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ

a Мы статьям дэ къыщытщІэнущ Иеговэ и лэжьакІуэхэр зыпэплъэр сытми икІи гугъэ яІэр Іэмал имыІэу къызэрыхъунум шэч къыщІытрамыхьэр. Рим 5-нэ псалъащхьэм итыр щызэпкърытхкІэ дэ къэтлъагъунущ зэманыр кІуэху, ди гугъэр нэхъ быдэ хъуурэ зэрыкІуэр.