Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

50 СТАТЬЯР

ФІэщхъуныгъэмрэ ІуэхущІафэхэмрэ щыпкъагъэм ухуашэ

ФІэщхъуныгъэмрэ ІуэхущІафэхэмрэ щыпкъагъэм ухуашэ

«Ибрэхьим ТхьэмкІэ фІэщхъуныгъэ иІэ хъуати, Тхьэм абы щыпкъагъэ иІэу илъытащ» (РИМ 4:3).

119-НЭ УЭРЭДЫР ФІэщхъуныгъэ диІэн хуейщ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Ибрэхьим иІа фІэщхъуныгъэм дыщегупсысым деж сыт хуэдэ упщІэ къэувыфынур?

 КУЭДЫМ Ибрэхьим и хъыбарыр зэхахами, абы теухуауэ ящІэшхуи щыІэкъым. Ауэ фэ ар фІы дыдэу фоцІыху. Псалъэм папщІэ, фэ фощІэ Ибрэхьим «фІэщхъуныгъэ зиІэхэм адэ» зэрахуэхъуар (Рим 4:11). Ауэ уэ мыпхуэдэ упщІэ уиІэнкІэ хъунущ: «Ибрэхьим иІа фІэщхъуныгъэм хуэдэ сэри сиІэфыну пІэрэ?» — жыпІэу. ДауикІ, уиІэфынущ.

2. Ибрэхьим и гъащІэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Екъуб 2:22, 23).

2 Ибрэхьим теухуауэ нэхъыбэ къатщІэу щытмэ, абы иІа фІэщхъуныгъэ быдэм хуэдэ дэри зэдгъэгъуэтыфынущ. Ибрэхьим сыт щыгъуи Алыхьым едаІуэу щытащ. Иеговэ и унафэм щІэту ар щІыпІэ жыжьэм Іэпхъуэри, илъэс куэдкІэ шэтырхэм щІэсу псэуащ икІи фІыуэ илъагъу и къуэ Исхьэкъ къурмэну къихьыну хьэзыру щытащ. А псом къыхэщт Ибрэхьим фІэщхъуныгъэ быдэ зэриІэр. Ибрэхьим игъэлъэгъуа фІэщхъуныгъэмрэ и ІуэхущІафэхэмрэ щхьэкІэ Алыхьыр абы къыхуэарэзыт икІи ар и ныбжьэгъуу ибжт. (Къеджэ Екъуб 2:22, 23.) Иеговэ хуейщ дэри и нэфІ къытщыхуэну, и ныбжьэгъуи дыхъуну. Аращ абы Паулрэ Екъубрэ щІыхуигъэушар Ибрэхьим и гъащІэм теухуауэ ятхыну. Абы теухуауэ Рим 4-нэ псалъащхьэмрэ Екъуб 2-нэ псалъащхьэмрэ итым иджыпсту деплъынщ. А псалъащхьэхэм дэ Ибрэхьим теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ гуэр къыщытщІэнущ.

3. Паулрэ Екъубрэ Библием щыщ сыт хуэдэ едзыгъуэ я тхылъхэм къыщахьар?

3 ЩІэдзапІэ 15:6 ит псалъэхэр Паули Екъуби я тхылъхэм къыщахьащ. Абы щыжыІат: «Ибрам и фІэщ хъуащ Зиусхьэным жиІар, абы къыхэкІыуи Зиусхьэным абы щыпкъагъэ иІэу илъытащ». «Щыпкъагъэ зиІэ цІыхур» — ар сыт хуэдэ цІыху? Щыпкъагъэ зиІэ цІыхумкІэ Иеговэ арэзыщ, уеблэмэ, абы дэбгъуэн имыІэу елъытэ. Ар сыту гъэщІэгъуэныщэ: гуэныхь зыхэлъ, дагъуэ зиІэ цІыхум Алыхьыр апхуэдэ нэкІэ еплъыну! Уэри ухуейуэ къыщІэкІынщ дэбгъуэн зимыІэ цІыхуу Иеговэ укъилъытэну, икІи апхуэдэ Іэмал щыІэщ. Абы шэч къытомыхьэн щхьэкІэ, Иеговэ Ибрэхьим щыпкъагъэ зиІэ цІыхуу щІилъытэу щытар къэтщІэнщ.

ФІЭЩХЪУНЫГЪЭ УИМЫІЭМЭ, ЩЫПКЪАГЪЭ ЗИІЭ ЦІЫХУУ УЩЫТЫФЫНУКЪЫМ

4. Щыпкъагъэ зиІэ цІыхуу дыщытыну сыт дэ псоми зэран къытхуэхъур?

4 Паул Рим дэсхэм яхуитха письмом итщ цІыхухэм псоми гуэныхь зэрахэлъыр (Рим 3:23). НтІэ, дауэ Алыхьыр дэркІэ арэзыуэ зэрыщытынур? Дауэ абы цІыху дагъуэншэу, щыпкъагъэ зыхэлъ цІыхуу дыкъызэрилъытэнур? Паул къуэш, шыпхъухэм ар къагуригъэІуэн щхьэкІэ, Ибрэхьим и щапхъэр къихьащ.

5. Иеговэ Ибрэхьим щыпкъагъэ зыхэлъ цІыхуу къыщІилъытар сыт? (Рим 4:2—4).

5 Ибрэхьим иджыри Ханаан щІыналъэм щыпсэум щыгъуэ, Иеговэ ар щыпкъагъэ зыхэлъ цІыхуу къилъытащ. Сыт къыщІилъытар? Ибрэхьим Мусэ и Хабзэр нэгъэсауэ игъэзащІэу зэрыщытара? ДауикІ, аракъым (Рим 4:13). Иеговэ Мусэ и Хабзэр израил лъэпкъым щаритар илъэс 400 дэкІа иужьщ. НтІэ, сыт Иеговэ ар щыпкъагъэ зыхэлъ цІыхуу къыщІилъытар? Ибрэхьим фІэщхъуныгъэ быдэ игъэлъэгъуати аращ Иеговэ абы и нэфІ щІыщыхуар икІи щыпкъагъэ зыхэлъ цІыхуу къыщІилъытар. (Къеджэ Рим 4:2—4.)

6. Иеговэ сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иІэн хуейр, гуэныхьлыуэ щыт цІыхур щыпкъагъэ зиІэу къилъытэн щхьэкІэ?

6 Паул жиІащ «цІыхум фІэщхъуныгъэ зэриІэм щхьэкІэ, Тхьэм абы щыпкъагъэ иІэу зэрилъытэр» (Рим 4:5). Апостол Паул адэкІэ мыпхуэдэу итхащ: «Аращ фІыщІагъэхэм я Іуэху хэмылъу, Тхьэм щыпкъагъэ зиІэу илъытэ цІыхур гъуэгу махуэ теувауэ Даут пащтыхьым щІыжиІар: „Зи щІэпхъаджагъэхэр Тхьэм зыхуигъэгъуауэ, зи гуэныхьхэр зыхуигъэкІуэда цІыхухэр гъуэгу махуэ теуващ. Зиусхьэным зи гуэныхьхэр зыхуимылъытэ цІыхур гъуэгу махуэ теуващ“» (Рим 4:6—8; Пс. 32:1, 2). ЦІыхум Иеговэ и фІэщ хъуауэ щытмэ, а цІыхум и гуэныхьхэр абы къыхуегъэгъу, нэгъуэщІу жыпІэмэ щІехъумэ, икІи ахэр зэи игу къигъэкІыжкъым. Иеговэ апхуэдэ цІыхум гуэныхь темылъу икІи щыпкъагъэ иІэу къелъытэ. Абы лъабжьэ хуэхъур цІыхум и фІэщхъуныгъэращ.

7. Пасэрей зэманым псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэр щыпкъагъэ зыхэлъ цІыхуу щытауэ жыпІэ щІэхъунур сыт?

7 Ибрэхьими, Даути, Алыхьым пэжу хуэлэжьа нэгъуэщІхэри щыпкъагъэ зиІэ цІыхуу Иеговэ къилъытами, ахэр гуэныхь зыхэлъ цІыхуу къэнэжт. Ауэ я фІэщхъуныгъэм и фІыгъэкІэ Алыхьым ахэр дэбгъуэн зимыІэ цІыхуу ибжт, псом хуэмыдэу Алыхьыр зи фІэщ мыхъухэм елъытауэ (Еф. 2:12). Паул и псалъэхэм къыдгурагъаІуэ Алыхьым и ныбжьэгъу дыхъуну дыхуеймэ, фІэщхъуныгъэм дызэрыхуэныкъуэр. Ибрэхьими Даути фІэщхъуныгъэм хуэныкъуэт, дэри абы дыхуэныкъуэщ.

ФІЭЩХЪУНЫГЪЭМРЭ ІУЭХУЩІАФЭХЭМРЭ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЗЭПЫЩІАР?

8, 9. Языныкъуэхэм Паулрэ Екъубрэ я псалъэхэр къазэрыгурыІуэр дапхуэдэу икІи абы сыт хуэдэ зэдэуэныгъэхэр къыхэкІрэ?

8 ЛІэщІыгъуэ куэд хъуауэ диным и лэжьакІуэхэр зодауэ фІэщхъуныгъэмрэ ІуэхущІафэхэмрэ мыхьэнэ нэхъ зиІэм теухуауэ. Абыхэм щыщ языныкъуэхэм цІыхухэр хурагъаджэ Хьисэ уи фІэщ зэрыхъу къудейм укъригъэлу. А дин лэжьакІуэхэм жаІэ: «Хьисэ уи фІэщ щІыи, укъелынущ». Абыхэм иджыри къыщахьи къохъу Паул жиІа мы псалъэхэр: «ФІыщІагъэхэм я Іуэху хэмылъу, Тхьэм щыпкъагъэ зиІэу илъытэ цІыхур гъуэгу махуэ теуващ» (Рим 4:6). Адрейхэр абы пэроуэ икІи щІыпІэ лъапІэхэм умыкІуэмэ, члисэм и хабзэхэми утемытмэ, укъелыну зы Іэмали щымыІэу жаІэ. Абы щыхьэт техъуэу жаІэ Екъуб 2:24 ит гупсысэр: «ЦІыхум фІэщхъуныгъэ зэриІэм и мызакъуэу, фІыи зэрилэжьыращ Тхьэм абы щыпкъагъэ иІэу щІилъытэр».

9 Абы къыхэкІкІэ Библием елэжь щІэныгъэлІ гуэрхэм къалъытэу щІадзащ фІэщхъуныгъэмрэ ІуэхущІафэхэмрэ нэхъ мыхьэнэ зиІэм теухуауэ Паулрэ Екъубрэ я Іуэху еплъыкІэр зэтемыхуэу. Языныкъуэ дин лэжьакІуэхэм зэрыжаІэмкІэ, Паул ибжт цІыхур щыпкъэ зыщІыр и ІуэхущІафэхэр армырауэ, атІэ и фІэщхъуныгъэрауэ. Ауэ фІэщхъуныгъэр ІуэхукІэ къомыгъэлъагъуэмэ, Алыхьыр арэзы пхуэмыщІыну Екъуб иригъаджэу щытауэ абыхэм жаІэ. Библием елэжь профессор гуэрым абы теухуауэ мыпхуэдэу итхащ: «Екъуб къыгурыІуэтэкъым Паул щІыжиІэр цІыхур щыпкъэу щытын щхьэкІэ, ІуэхущІафэхэм хуэмейуэ, атІэ зыхуейр фІэщхъуныгъэ закъуэрауэ щІыщытыр». Ауэ Паули Екъуби я письмохэр ятхыну хуэзыгъэушар Иеговэщ (2 Тим. 3:16). Абы къыхэкІкІэ Паулрэ Екъубрэ жаІа псалъэхэр зэрызэщхьэщымыкІыр къыдгурызыгъаІуэ щхьэусыгъуэр тыншу къытхуэгъуэту щытын хуейщ. Абы щхьэкІэ дэ контекстым нэхъ набдзэгубдзаплъэу дыхэплъэн хуейуэ аращ.

Паул журт лъэпкъым къыхэкІауэ Рим къалэм дэс къуэш, шыпхъухэм къагуригъэІуащ: цІыхум щыпкъагъэ иІэу Алыхьым къыщилъытэр ар Мусэ и Хабзэм щытетым дежкъым, атІэ фІэщхъуныгъэ щигъэлъагъуэм дежщ (10-нэ абзацым феплъ.) b

10. Паул сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэра нэхъыбэу зи гугъу ищІар? (Рим 3:21, 28). (Сурэтми феплъ.)

10 Рим 3-нэ, 4-нэ псалъащхьэхэм Паул сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэра зи гугъу ищІар? Ар нэхъыбэу зытепсэлъыхьар Алыхьым Синай бгым деж израил лъэпкъым щаритауэ щыта Мусэ и Хабзэращ. (Къеджэ Рим 3:21, 28.) Паул и зэманым щыгъуэ журт лъэпкъым щыщ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэм къагурыІуэртэкъым Мусэ и Хабзэмрэ абы пыщІауэ щыта Іуэхухэмрэ блэкІа Іуэхуу зэрыщытыр. Абы къыхэкІкІэ Паул Ибрэхьим и щапхъэмкІэ гурыІуэгъуэ ищІащ: Алыхьым цІыхур щыпкъэу къилъытэн щхьэкІэ, Мусэ и Хабзэм тетын хуейуэ аракъым, атІэ фІэщхъуныгъэ иІэн хуейуэ аращ. Ар зэрытщІэм гупсэхугъуэ къыдет, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьымрэ Хьисэ Мэссихьрэ теухуауэ фІэщхъуныгъэ быдэ диІэу щытмэ, дэ Алыхьыр арэзы тхуэщІынущ.

Екъуб къуэш, шыпхъухэр хуигъэушащ я фІэщхъуныгъэр ІуэхукІэ ягъэлъэгъуэну — цІыху зэхэгъэж ямыщІу ІуэхуфІхэр ялэжьыну (11, 12-нэ абзацхэм феплъ.) c

11. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэра Екъуб зи гугъу ищІар?

11 Екъуб 2-нэ псалъащхьэм зи гугъу ищІа Іуэхугъуэхэр Мусэ и ХабзэмкІэ гъэзэщІэн хуей Іуэхугъуэхэракъым. Екъуб зи гугъу ищІыр Алыхьым хуэлажьэ цІыхум илэжь ІуэхуфІхэращ. Ахэращ къэзыгъэлъагъуэр цІыхум АлыхьымкІэ фІэщхъуныгъэ быдэ иІэрэ имыІэрэ. Екъуб къихьа щапхъитІым иджыпсту деплъынщ.

12. ФІэщхъуныгъэмрэ ІуэхущІафэхэмрэ зэрызэпхар Екъуб дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар? (Сурэтми феплъ.)

12 Екъуб япэу къихьа щапхъэм щыжеІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм цІыху зэхэгъэж ящІын зэрыхуэмейр. Ар гурыІуэгъуэ ищІын щхьэкІэ, абы щапхъэу къехь къулейм и Іуфэлъафэр къэзыжыхь, ауэ къулейсызыр Іумпэм зыщІ цІыхур. Апхуэдэ цІыхум фІэщхъуныгъэ иІэу жиІэми, и Іуэхухэм къагъэлъагъуэр нэгъуэщІщ (Екъуб 2:1—5, 9). ЕтІуанэ щапхъэр къыщихькІэ, Екъуб топсэлъыхь «зы къуэш гуэрым е... зы шыпхъу гуэрым щыгъыни махуэм ишхыни имыІэу» зэрыщытыр зылъагъу, ауэ абы зыкІи дэмыІэпыкъу цІыхум. Апхуэдэ цІыхум фІэщхъуныгъэ иІэу жиІэми, и ІуэхущІафэхэм къагъэлъагъуэр нэгъуэщІщ. Апхуэдэ фІэщхъуныгъэр зыри ищІыскъым. Екъуб зэритхащи, «фІы зымыщІэм и фІэщхъуныгъэм псэ хэткъым» (Екъуб 2:14—17).

13. ФІэщхъуныгъэр ІуэхущІафэкІэ гъэлъэгъуэн зэрыхуейр къыхигъэщын щхьэкІэ, Екъуб щапхъэу къихьыр хэт? (Екъуб 2:25, 26).

13 ФІэщхъуныгъэр ІуэхущІафэкІэ гъэлъэгъуэн зэрыхуейр къыхигъэщын щхьэкІэ, Екъуб Рахав и щапхъэр къихьащ. (Къеджэ Екъуб 2:25, 26.) Рахав Иеговэ теухуа хъыбарыр зэхихащ икІи къыгурыІуащ ар израил цІыхухэм къазэрыщхьэщытыр (Иис. Н. 2:9—11). Абы фІэщхъуныгъэр ІуэхукІэ игъэлъэгъуащ, израил лъэпкъым щыщ тІасхъэщІэххэм я гъащІэр къыщригъэлам щыгъуэ. Аращ израил лъэпкъым щымыщ, гуэныхьлыуэ щыт цІыхубзыр, Ибрэхьим хуэдэу, щыпкъагъэ зыхэлъ цІыхуу Алыхьым къыщІилъытар. Рахав и щапхъэм дегъэлъагъу фІэщхъуныгъэр ІуэхущІафэкІэ дгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр.

14. Паулрэ Екъубрэ я псалъэхэр сыткІэ зэтехуэрэ?

14 Зэрытлъэгъуащи, Паулрэ Екъубрэ фІэщхъуныгъэмрэ ІуэхущІафэхэмрэ теухуа упщІэм лъэныкъуэ зырызкІэ еплъауэ аращ. Паул журт лъэпкъым щыщ къуэш, шыпхъухэм яжриІэт Мусэ и Хабзэм ит Іуэхухэр ягъэзащІэ къудейкІэ абыхэм Иеговэ арэзы зэрахуэмыщІынур. Екъуб къыхигъэщащ Алыхьым и лэжьакІуэхэм нэгъуэщІхэм зэрадэІэпыкъумкІэ я фІэщхъуныгъэр къагъэлъэгъуэн зэрыхуейр.

Иеговэ ІуэхуфІу къилъытэхэр пщІэну уи фэщхъуныгъэм ухуигъэушрэ? (15-нэ абзацым феплъ.)

15. Ди фІэщхъуныгъэр ІуэхукІэ къызэрыдгъэлъэгъуэфыну сыт хуэдэ Іэмалхэр щыІэ? (Сурэтхэми феплъ.)

15 Иеговэ цІыху щыпкъэу къилъытэу щыта Ибрэхьим щІыпІэ жыжьэм Іэпхъуэри, илъэс куэдкІэ шэтырхэм щІэсу псэуащ икІи фІыуэ илъагъу и къуэ Исхьэкъ къурмэну къихьыну хьэзыру щытащ. Ауэ абы къикІкъым Алыхьыр дэри апхуэдэ дыдэкІэ къытщыгугъыу. Пэжыр жыпІэмэ, дэ ди фІэщхъуныгъэр ІуэхукІэ къызэрыдгъэлъэгъуэфын Іэмал куэд щыІэщ. Дэ зэхуэсым къыхыхьагъащІэхэр гуапэу къедгъэблэгъэфынущ, зыгуэр хуэныкъуэ къуэш, шыпхъухэм дадэІэпыкъуфынущ икІи ди унагъуэм щыщхэр зыхуей хуэдгъэзэфынущ (Рим 15:7; 1 Тим. 5:4, 8; 1 Ин. 3:18). Иджыри дэ фІэщхъуныгъэ дызэриІэр мыхьэнэшхуэ зиІэ ІуэхукІэ къытхуэгъэлъэгъуэнущ — хъыбарыфІ гъэІуным псэемыблэжу дызэрыхэтымкІэ (1 Тим. 4:16). Иеговэ дыкъызэригъэгугъэу хъуа псор зэригъэзэщІэнур икІи абы и гъуэгухэр псом нэхърэ зэрынэхъыфыр ди фІэщ зэрыхъур дэ псоми ІуэхукІэ къытхуэгъэлъэгъуэнущ. Абы щыгъуэ дэ Алыхьым щыпкъагъэ зыхэлъ цІыхуу дилъытэнущ икІи и ныбжьэгъуу дибжынущ.

ГУГЪЭ УИМЫІЭМЭ, ФІЭЩХЪУНЫГЪИ УИІЭФЫНУКЪЫМ

16. Ибрэхьим сытыт зыщыгугъыр икІи и фІэщ хъур сытыт?

16 Ибрэхьим и щапхъэм дэ иджыри мыхьэнэшхуэ зиІэ зы Іуэхугъуэм дыхуегъасэ. Абы теухуауэ Рим 4-нэ псалъащхьэм итщ. А псалъащхьэм дэ къыщыдощІэ гугъэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Иеговэ Ибрэхьим къигъэгугъат абы и хьэтыркІэ «лъэпкъ куэдым» и нэфІ ящыхуэну. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Алыхьым Ибрэхьим ирита гугъэ дахэр! (ЩІэдз. 12:3; 15:5; 17:4; Рим 4:17). Зэманыр кІуэт, Ибрэхьим илъэси 100, Сарэ илъэс 90 хъуат, ауэ Алыхьым ахэр къызэригъэгугъа къуэр иджыри къаритатэкъым. ЦІыху еплъыкІэкІэ Ибрэхьимрэ Сарэрэ бын яІэну зы Іэмали щыІэтэкъым. Ар Ибрэхьим и фІэщхъуныгъэр зыгъэунэху Іуэхугъуэт. Ауэ «Ибрэхьим Тхьэм щыгугъыу, фІэщхъуныгъэ иІащ... лъэпкъ куэдым адэ зэрахуэхъунумкІэ» (Рим 4:18, 19). ЗэрытщІэщи, ар зыщыгугъар къэхъуащ. Ибрэхьим апхуэдизу зыпэплъа къуэр къыхуалъхуащ. Абы Исхьэкъ фІащащ (Рим 4:20—22).

17. Алыхьым цІыху щыпкъэу дыкъызэрилъытэфынур икІи абы ныбжьэгъу дызэрыхуэхъуфынур дэнэ дэ щытщІэр?

17 Ибрэхьим теухуа хъыбарым дегъэлъагъу дэ Алыхьым и нэфІ къызэрытщыхуэфынур, щыпкъагъэ зыхэлъ цІыхуу абы дыкъызэрилъытэфынур икІи и ныбжьэгъу дызэрыхъуфынур. Ар Паул къыхигъэщащ, мы псалъэхэр щитхам щыгъуэ: «„Тхьэм абы щыпкъагъэ иІэу илъытащ“ жыхуаІэ псалъэхэр зытеухуар Ибрэхьим и закъуэкъым, дэри къыттеухуащ. Тхьэм дэри щыпкъагъэ диІэу дилъытэнущ — дэри, Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэныр лІахэм къахэзыгъэтэджыкІыжа ТхьэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэхэм щыпкъагъэ диІэу дилъытэнущ» (Рим 4:23, 24). Ибрэхьим хуэдэу, дэри фІэщхъуныгъэмрэ гугъэмрэ ди ІуэхущІафэхэмкІэ дгъэлъэгъуэн хуейщ. Паул гугъэм теухуауэ иджыри жиІахэр Рим 5-нэ псалъащхьэм итщ. Абы теухуауэ къыкІэлъыкІуэ статьям къыщытщІэнущ.

28-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъу

a Дэ дыхуейщ Алыхьым и нэфІ къытщыхуэну икІи щыпкъагъэ зыхэлъ цІыхуу дыкъилъытэну. АбыкІэ дэ Екъубрэ Паулрэ ятха письмохэр къыддэІэпыкъунущ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Алыхьыр арэзы зэрытщІыфыну щІыкІэр икІи ар диІэ фІэщхъуныгъэмрэ тщІэ Іуэхухэмрэ зэрелъытар.

b СУРЭТЫМ ИТЫР. Паул журт лъэпкъым къыхэкІауэ Рим къалэм дэс къуэш, шыпхъухэм къагуригъэІуащ: цІыхум щыпкъагъэ иІэу Алыхьым къыщилъытэр ар Мусэ и Хабзэм щытетым дежкъым, атІэ фІэщхъуныгъэ щигъэлъагъуэм дежщ. Иджы щыгъын кІапэм пхылъэфа Іуданэ щІыхуми, ІутІыж махуэшхуэми, Іэ тхьэщІыным теухуа хабзэми мыхьэнэ иІэжкъым.

c СУРЭТЫМ ИТЫР. Екъуб къуэш, шыпхъухэр хуигъэушу щытащ фІэщхъуныгъэр ІуэхукІэ ягъэлъэгъуэну, псалъэм папщІэ, тхьэмыщкІэхэм дэІэпыкъуурэ.