Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ФщІэжу пІэрэ?

ФщІэжу пІэрэ?

Мы гъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналхэм набдзэгубдзаплъэу феджа? КъыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ефтыфыну пІэрэ?

Ди гупсысэкІэр тхъуэжыным хыхьэр сыт? (Рим 12:2).

Зэзэмызэ фІы гуэр длэжькІэ, Іуэхур зэфІэкІкъым. Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу дыщытын щхьэкІэ, ди гум илъыр зэхэдгъэкІын икІи ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хэтлъхьэн хуейщ (w23.01, 8—9-нэ напэкІуэцІхэр).

Мы дунейм къыщекІуэкІым дыщыкІэлъыплъкІэ дапхуэдэу дызэрысакъын хуейр?

Дэ тфІэгъэщІэгъуэнщ мы дунейм къыщыхъу Іуэхугъуэхэм дыкІэлъыплъыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм къагъэлъагъуэ Библием зи гугъу ищІ къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъур. Ауэ абы дыщытепсэлъыхьым деж, дэ езым ди еплъыкІэ гуэр абы хэтпщэ хъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэхуэсым илъ зэкъуэтыныгъэм ар зэран хуэхъуфынущ. Ди къуэш, ди шыпхъухэм дащыдэуэршэркІэ, дэ жытІэр ди тхыгъэхэм итым тегъэщІауэ зэрыщытыным дыхущІокъу (1 Кор. 1:10) (w23.02, 16-нэ напэкІуэцІыр).

Хьисэ псым зэрызыщІигъэуамрэ и гъэсэнхэм зэрызыщІагъауэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ?

Хьисэ Алыхьым и лъэпкъым къызэрыщалъхуам къыхэкІкІэ и гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ ирилъхьэн хуейуэ щыттэкъым. Абы нэмыщІ Хьисэ и гуэныхьхэм хущІегъуэжын хуейуэ щыттэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар цІыху дагъуэншэу икІи гуэныхь хэмылъу щытащ (w23.03, 5-нэ напэкІуэцІыр).

Сыт дэ тщІэ хъунур, адрейхэм зэІущІэхэм жэуап щатыну Іэмал яІэн щхьэкІэ?

Ди жэуапхэр кІэщІу щрет, адрейхэм жэуап ятыну Іэмал яІэн щхьэкІэ. Гупсысэ куэд зэуэ жыдмыІэмэ, нэгъуэщІхэми жэуап ятыну Іэмал яІэнущ (w23.04, 23-нэ напэкІуэцІыр).

Исайя 35:8 сыт хуэдэ «къабзагъэм и Гъуэгу» зытепсэлъыхьыр?

Бабилэным икІыу Израилым къэзыгъэзэжа журтхэр зрикІуа гъуэгум апхуэдэу йоджэ. Ауэ а гъуэгум и закъуэкъым апхуэдэ цІэ зезыхьэр. 1919-нэ гъэм къэунэхуащ ди зэманым щыІэ «къабзагъэм и Гъуэгур». А гъуэгур лІэщІыгъуэ зыбжанэ ипэкІэ ягъэхьэзыру щІадзащ. Псалъэм папщІэ, Библиер зэрадзэкІыу икІи традзэу щІадзащ. Нобэ Иеговэ и лъэпкъыр жэнэтым хуэдэ щІыпІэм щыІэщ икІи Пащтыхьыгъуэм и фІыгъуэхэм хуэзышэ «къабзагъэм и Гъуэгум» ирокІуэ (w23.05, 15—19-нэ напэкІуэцІхэр).

Притчи тхылъым и 9-нэ псалъащхьэр сыт хуэдэ цІыхубзитІ щІагъыбзэкІэ зытепсэлъыхьыр?

Притчи тхылъыр «цІыхубз акъылыншэм» топсэлъыхь. Абы едаІуэхэм къапэщылъыр ажалщ. ЕтІуанэ цІыхубзыр — Іущагъ пэжыращ. Іущагъ пэжым и гъуэгум тетхэр гъащІэ мыухыжым хуешэ (Прит. 9:1, 6, 13, 18) (w23.06, 22—24-нэ напэкІуэцІхэр).

Иеговэ ЛутІ къызэрелъэІуар хуищІащ. Абы зэхэщІыкІрэ Іэдэбагърэ зэригъэлъэгъуар а Іуэхугъуэм дапхуэдэу къызэрыхэщар?

Иеговэ мелыІычхэр къигъэсэбэпу ЛутІ унафэ хуищІат Содом къыдэкІыу бгым зыщигъэпщкІуну. Ауэ Цоар къалэм кІуэну хуит ищІыну ЛутІ Иеговэ елъэІуу щыщІидзам, абы ар хуит ищІащ (w23.07, 21-нэ напэкІуэцІыр).

Сыт цІыхубзым ищІэ хъунур, и щхьэгъусэр порнографие еплъу щытмэ?

ЦІыхубзым зигъэкъуэншэжын хуейкъым. Абы Иеговэрэ езымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм и акъылыр триухуэмэ икІи Библиер зытепсэлъыхьыж языныкъуэ цІыхубзхэм я щапхъэхэм егупсысмэ нэхъыфІщ. Фызыр и лІым дэІэпыкъу хъунущ, порнографие еплъыну гукъыдэж къезытыну Іуэхугъуэхэм щихъумэн щхьэкІэ (w23.08, 14—17-нэ напэкІуэцІхэр).

Дызытетыр зэрыпэжым шэч къытезыхьэ цІыхухэм щабэу жэуап еттыжыну сыт къыддэІэпыкъунур?

А цІыхум и упщІэмкІэ псалъэмакъ къигъэхъеину хуей хуэдэу уемыгупсысу, абы и гум илъыр къызэрыпщІэным иужь ити нэхъыфІщ. Ар къыбдэІэпыкъунущ щабэу жэуап птыжыну (w23.09, 17-нэ напэкІуэцІыр).

Мэрием зыхуэныкъуэ къарур зэригъуэта щІыкІэм сытым дыхуигъасэрэ?

Мэрием къищІащ Мэссихь и анэ зэрыхъунур. Мыхьэнэшхуэ зиІэ а къалэным пэлъэщын щхьэкІэ абы нэгъуэщІхэм я деж дэІэпыкъуэгъу къыщилъыхъуэт. МелыІыч ДжэбрэІилрэ Елизаветрэ абы къыдэІэпыкъуащ Иеговэ нэхъыбэу дзыхь хуищІыну. Дэри ди къуэш, ди шыпхъухэр къызэрыддэІэпыкъунум дыщыгугъ хъунущ (w23.10, 15-нэ напэкІуэцІыр).

Дапхуэдэу Иеговэ ди тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыфынур?

Алыхьым дыкъегъэгугъэ ди тхьэлъэІухэм едэІуэну икІи ар йоплъ ахэр и мурадхэм зэрытехуэм (Иер. 29:12). Зэщхьу щыт тхьэлъэІухэм Иеговэ зэхуэмыдэу жэуап иритыфынущ, ауэ дапхуэдэу мыхъуами, ар сыт щыгъуи къыддэІэпыкъунущ (w23.11, 21—22-нэ напэкІуэцІхэр).

Рим 5:2 щыжыІащ Иеговэ и лэжьакІуэхэм гугъэ зэраІэр. Сыт-тІэ Паул Рим 5:4 аргуэру абы и гугъу щІищІыр?

ЦІыхум хъыбарыфІыр щызэхихым деж абы гугъэ иІэ мэхъу жэнэт хъужа щІылъэм игъащІэкІэ щыпсэуну. Ауэ а цІыхур гугъуехьхэм щыпэщІэтым икІи Алыхьыр къызэрыхуэарэзыр щызэхищІэм деж, абы и гугъэр нэхъ быдэ хъуурэ макІуэ, ар нэхъ лъапІэуи илъытэу мэхъу (w23.12, 12—13-нэ напэкІуэцІхэр).