Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

45 СТАТЬЯР

Иеговэ и духовнэ Унэшхуэм фыщыхуэлэжьэну фиІэ Іэмалыр лъапІэу флъытэ

Иеговэ и духовнэ Унэшхуэм фыщыхуэлэжьэну фиІэ Іэмалыр лъапІэу флъытэ

Уафэри, щІыри... къэзыгъэщІар вгъэлъапІэ (АПОК. 14:7).

93-НЭ УЭРЭДЫР Ди зэІущІэхэм уи нэфІ щрехуэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. МелыІычым жиІэр сыт икІи ди дежкІэ а псалъэхэм сыт хуэдэ мыхьэнэ яІэр?

 УЭ МЕЛЫІЫЧЫР къопсэлъауэ щытамэ, абы и псалъэхэм ущІэмыдэІуну пІэрэт? Ди зэманым ар дыдэращ къэхъур — мелыІычым «дунейм тет цІыху псоми, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми» захуегъазэ. Сыт абы жиІэр? «Тхьэм фыщышынэ, щІыхьышхуэри хуэфщІ... Уафэри, щІыри, хыри, псынащхьэхэри къэзыгъэщІар вгъэлъапІэ» (Апок. 14:6, 7). Иеговэщ Алыхь закъуэр икІи псори дызыхуэлэжьэн хуейр аращ. Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ, и духовнэ Унэшхуэм дыщыхуэлэжьэну щІыхь къызэрытхуищІам щхьэкІэ!

2. Иеговэ и духовнэ Унэшхуэр зищІысыр сыт? (« Иеговэ и духовнэ Унэшхуэр — ар...» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)

2 Иеговэ и духовнэ Унэшхуэр зищІысыр сыт? Ар унэ гуэру щыткъым. Ар Иеговэ дызэрыхуэлэжьэн хуейм теухуауэ езым игъэува хабзэхэращ, икІи абы лъабжьэ хуэхъур Хьисэ Мэссихь и щхьэщэхуж къурмэныпхъэращ. Апостол Паул Иеговэ и духовнэ Унэшхуэм теухуауэ Иудэ щІыналъэм щыпсэу журтхэм яхуитхауэ щытащ b.

3, 4. Паул Иудэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм щхьэкІэ щІэгузавэу щытар сыт икІи дауэ ар абыхэм зэрадэІэпыкъуар?

3 Паул Иудэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм сытыт письмо щІахуитхауэ щытар? Абы щхьэусыгъуитІ нэхъ мыхъуми иІэфынут. Япэрауэ, Паул ахэр игъэгушхуэну хуейт. Абыхэм ящыщ куэдыр журт диным щІапІыкІат. Ауэ иджы, ахэр Хьисэ и лъэужь зэриувам къыхэкІкІэ, дин пашэхэр къащыдыхьэшхынкІэ хъунут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм Алыхьым щыхуэлэжьэн унэшхуи, къурмэнщІыпІи, дин пашэхэри яІэтэкъым. Абы къыхэкІкІэ къуэш, шыпхъухэм я лъэр щІэхункІэ, я фІэщхъуныгъэри нэхъ махэ хъункІэ шынагъэ щыІэт (Евр. 2:1; 3:12, 14). Абы щхьэкІэ зыгуэрхэми зыхэта диным ягъэзэжыну хуеинкІэ хъунут.

4 ЕтІуанэрауэ, апостол Паул къуэш, шыпхъухэм яжриІащ абыхэм Алыхьым и Псалъэм ит щІэныгъэ куухэр къагурыІуэн щхьэкІэ, къару зэрырахьэлІэн хуейр. А щІэныгъэ куухэм хохьэ Алыхьым щІэуэ къытхузэІуих пэжхэри (Евр. 5:11—14). Хьисэ и лъэужь иува языныкъуэхэр Мусэ и Хабзэм иджыри тету къыщІэкІынут. Ауэ Паул абыхэм къагуригъэІуащ Мусэ и ХабзэмкІэ къахь къурмэныпхъэхэм цІыхум и гуэныхьыр и кІэм нэс зэрытримыхыр. Аращ Мусэ и Хабзэр Алыхьым щІикъутэжар. АдэкІэ Паул щІэныгъэ куухэм и гугъу ещІ. Абы къуэш, шыпхъухэм ягу къигъэкІыжащ Хьисэ Мэссихь и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ гугъэ нэхъыфІ зэрыщыІэр икІи а гугъэм ахэр нэгъэсауэ Алыхьым гъунэгъу зэрыхуищІыфынур (Евр. 7:18, 19).

5. Паул журтхэм яхуитха письмом дыщеджэкІэ сыт къыдгурыІуэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

5 Паул журт лъэпкъым щыщ къуэш, шыпхъухэм къагуригъэІуащ иджыпсту ахэр Алыхьым зэрыхуэлажьэ щІыкІэр япэм зэрыхуэлажьэу щыта щІыкІэм нэхърэ куэдкІэ зэрынэхъыфІыр. Япэм ахэр Алыхьым зэрыхуэлажьэу щытар «къэкІуэну... Іуэхухэм я ныбжь къудейуэ» арат. Иджы пэжыпІэр — абыхэм Хьисэ и къурмэныпхъэр я фІэщ хъууэ Алыхьым хуэлэжьэн зэрыщІадзарат (Кол. 2:17). Ныбжьым езы хьэпшыпым теухуауэ куэд къыуигъащІэкъым. Абы ещхьу, япэм журтхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэу щыта щІыкІэр Алыхьым цІыхухэр зэрыхуэлэжьэн хуейм и ныбжьу арат. Ди гуэныхьхэр къытхуэгъун икІи Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу дыхуэлэжьэфын щхьэкІэ, абы къытхуищІауэ хъуар дэ къыдгурыІуэн хуейщ. Иджыпсту «ныбжьыр» (пасэрей зэманым журтхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэу щытар) едгъэпщэнщ «пэжыпІэм» (Хьисэ и лъэужь иувахэр Алыхьым зэрыхуэлажьэм). А тІур зэдгъапщэмэ, дэ нэхъыфІу къыдгурыІуэнущ Иеговэ и духовнэ Унэшхуэр зищІисымрэ абы ди дежкІэ иІэ мыхьэнэмрэ.

ШЭТЫР ЛЪАПІЭР

6. Шэтыр лъапІэр дапхуэдэут къызэрагъэсэбэпу щытар?

6 Пасэрей зэманым журтхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэу щытар. Апостол Паул Иеговэ и духовнэ Унэшхуэр иригъэпщащ ди эрэм ипэ, 1512-нэ гъэм, Мусэ игъэувауэ щыта шэтыр лъапІэм («Пасэрей зэманым журтхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэу щытар. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэр» жыхуиІэ схемэм феплъ.) Журтхэр зы щІыпІэм икІыу нэгъуэщІ щІыпІэ Іэпхъуэху, а шэтырыр кърахьэкІт. Ерусалим дэт Алыхьым и унэшхуэр ящІыху, илъэс 500-м нэблагъэкІэ абыхэм а шэтырыр къагъэсэбэпащ (Исх. 25:8, 9; Чис. 9:22). А шэтырым деж журтхэр Алыхьым щыхуэлажьэу, къурмэнхэри къыщыхуахьу щытащ. (Исх. 29:43—46). Ауэ а шэтыр лъапІэм иджыри нэгъуэщІ гуэр къигъэлъагъуэт — ар Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм нэхъыфІ гуэр зэраІэнурат.

7. Иеговэ и духовнэ Унэшхуэр дапщэщ къыщыунэхуар?

7 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэр. Пасэм щыІа шэтыр лъапІэр уафэм щыІэм и ныбжьу арат. Паул жиІащ а шэтырым «иджырей зэманым Іуэхур зытетыр», нэгъуэщІу жыпІэмэ Иеговэ и духовнэ Унэшхуэр, къызэригъэлъагъуэр (Евр. 8:5; 9:9). Абы къокІ Паул журтхэм письмо щахуитхым щыгъуэ, Иеговэ и духовнэ Унэшхуэр къэунэхуауэ зэрыщытар. Ар къыщыунэхуар ди эрэм 29-нэ гъэм, Хьисэ псым зыщыщІигъэуам щыгъуэщ. Абы щыгъуэ Хьисэ Алыхьым и къару лъапІэр къыщыхуэри, Иеговэ и духовнэ Унэшхуэм «дин пашэшхуэу» щылэжьэн щІидзащ (Евр. 4:14; Апост. 10:37, 38) c.

ДИН ПАШЭШХУЭР

8, 9. Израилым щыІа дин пашэшхуэхэмрэ Дин пашэшхуэ Хьисэ Мэссихьрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэт? (Еврейхэм 7:23—27).

8 Пасэрей зэманым журтхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэу щытар. Дин пашэшхуэр лъэпкъым и лІыкІуэу Алыхьым и пащхьэм иувэт. Израил лъэпкъым япэ дыдэу дин пашэшхуэу яІар Хьэрунщ. Шэтыр лъапІэр щагъэува махуэ дыдэм а къалэныр Иеговэ Хьэрун и пщэм дилъхьащ. Ауэ, Паул зэрыжиІащи, дин пашэм и пІэм нэгъуэщІ иувэн хуей хъут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар «Тхьэм дин пашэу сыт щыгъуи хуэлэжьэну лІэныгъэм... хуит ищІтэкъым» d. (Къеджэ Еврейхэм 7:23—27.) А дин пашэхэр гуэныхьлыуэ зэрыщытым къыхэкІкІэ, абыхэм я гуэныхьхэм щхьэкІэ къурмэн къахьын хуей хъут. Ахэр абыкІэ хуабжьу Дин пашэшхуэ Хьисэ къыщхьэщыкІт.

9 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэр. Хьисэ Мэссихь «Тхьэр здэщыІэ шэтыр пэжым дин пашэшхуэу Іуэху щелэжь... А шэтырыр зыгъэувар цІыхухэракъым, атІэ Зиусхьэныращ [Иеговэщ]» (Евр. 8:1, 2). Паул къыдгурегъаІуэ Хьисэ «игъащІэкІэ зэрыпсэунум щхьэкІэ... и дин пашэ Іуэхур нэгъуэщІ гуэрым къызэрыхуимыгъэнэжынур». Апостол Паул жеІэ Хьисэ «зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ бгъэдэмылъу, лажьэ зыри имыІэу» зэрыщытыр. Дин пашэшхуэхэм «я гуэныхьхэр япшыныжын щхьэкІэ... махуэ къэс къурмэн ящІын хуейуэ зэрыщытам хуэдэу, Хьисэ ищІын хуейуэ щыттэкъым». АдэкІэ къэтщІэнщ журтхэм къагъэсэбэпу щыта къурмэнщІыпІэмрэ къурмэныпхъэхэмрэ нобэ Хьисэ и гъэсэнхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэмрэ сыткІэ зэщхьми.

КЪУРМЭНЩІЫПІЭМРЭ КЪУРМЭНЫПХЪЭХЭМРЭ

10. Гъуаплъэм къыхэщІыкІа къурмэнщІыпІэм къыщахьу щыта къурмэнхэм сытыт къагъэлъагъуэр?

10 Пасэрей зэманым журтхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэу щытар. Шэтыр лъапІэм и щІыхьэпІэм деж гъуаплъэм къыхэщІыкІауэ къурмэнщІыпІэ щытт. А къурмэнщІыпІэм псэущхьэхэр къурмэну Иеговэ къыщыхуахьт (Исх. 27:1, 2; 40:29). Ауэ лъэпкъым и гуэныхьхэр и кІэм нэс а къурмэнхэм трахтэкъым (Евр. 10:1—4). Шэтыр лъапІэм зэпымыууэ къыщахь къурмэнхэм къагъэлъагъуэт къэкІуэну зэманым цІыхубэм и гуэныхьыр и кІэм нэс тезыхын къурмэн зэрыщыІэнур.

11. Сыт хуэдэ къурмэнщІыпІэра Хьисэ и гъащІэр къурмэну къыщихьар? (Еврейхэм 10:5—7, 10).

11 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэр. Хьисэ ищІэт и гъащІэр цІыхухэм щхьэкІэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэу итын папщІэ Иеговэ ар щІылъэм къызэригъэкІуар (Мт. 20:28). Абы псым зэрызыщІигъэуамкІэ Иеговэ зыхуейр игъэзэщІэну зэрыхьэзырыр къигъэлъэгъуащ (Ин. 6:38; Гал. 1:4). Хьисэ и гъащІэр нэрымылъагъу къурмэнщІыпІэм трилъхьэу къурмэну къихьауэ жыпІэ хъунущ. А къурмэнщІыпІэр — ар Алыхьым и Іэмырыращ. Абы тету Хьисэ и гъащІэ дагъуэншэр къурмэну къихьын хуейт. «Хьисэ Мэссихь... езым и пкъыр аргуэру къурмэныпхъэ имыщІыжыну, зэ закъуэ къурмэныпхъэ зэрищІамкІэ» фІэщхъуныгъэ зыгъэлъагъуэ дэтхэнэ зыми и гуэныхьхэр ипшыныжащ. (Къеджэ Еврейхэм 10:5—7, 10.) Иджы шэтыр лъапІэм и кІуэцІым щІэта хьэпшыпхэм гу лъыттэнщ.

ПЭШ ЛЪАПІЭМРЭ Я НЭХЪ ПЭШ ЛЪАПІЭМРЭ

12. Шэтыр лъапІэм и пэшхэм щІыхьэну хэтыт хуитыныгъэ зиІэр?

12 Пасэрей зэманым журтхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэу щытар. Шэтыр лъапІэри, иужькІэ Сэлмэн Ерусалим дищІыхьа Иеговэ и Унэшхуэри, израил цІыхухэр гъэрыпІэм къыщикІыжам ящІыжа Унэшхуэри пэш-пэшурэ зэрызэпыудауэ щыта щІыкІэр зэщхьт. Абыхэм я кІуэцІым пэшитІ щыІэт: Пэш ЛъапІэмрэ я нэхъ Пэш ЛъапІэмрэ. Ахэр ІупхъуэкІэ зэпыхукІат (Евр. 9:2—5; Исх. 26:31—33). Пэш ЛъапІэм дыщэм къыхэщІыкІа уэздыгъэр, мэ ІэфІ къызыпих удзыр щагъэс къурмэнщІыпІэр икІи Иеговэ и пащхьэ иралъхьэ щІакхъуэр зытралъхьэ стІолыр щІэтт. А пэшым щІыхьэну хуитыныгъэ зиІэр дагъэ лъапІэр зыщыхуа дин пашэхэрат (Чис. 3:3, 7, 10). Я нэхъ Пэш ЛъапІэм дыщэ пхъуантэ щІэтт. А пхъуантэм къигъэлъагъуэт Иеговэ а щІыпІэм зэрыщыІэр (Исх. 25:21, 22). Абы щІыхьэну хуитыныгъэ зиІэр дин пашэшхуэрат, ари илъэсым зэ, гуэныхьхэр щапшыныж махуэм (Лев. 16:2, 17). Дин пашэшхуэм псэущхьэхэм я лъыр къищтэти я нэхъ Пэш ЛъапІэм щІыхьэт, езым и гуэныхьхэмрэ лъэпкъым и гуэныхьхэмрэ пшыныжа хъун папщІэ. Апхуэдэу илъэс къэс Іуэхур екІуэкІт. Зэман дэкІри, Иеговэ и къару лъапІэмкІэ и лэжьакІуэхэм къагуригъэІуащ шэтыр лъапІэм иІа пэшитІым я мыхьэнэр (Евр. 9:6—8) e.

13. Пэш ЛъапІэмрэ я нэхъ Пэш ЛъапІэмрэ къагъэлъагъуэр сыт?

13 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэр. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щыщу 144 000-р абы и гъусэу уафэм дин пашэу щытынущ (Апок. 1:6; 14:1). Ахэр щІылъэм иджыри щыІэу Алыхьым и къару лъапІэр абыхэм ящехуэ икІи и бын ещІ. Пэш ЛъапІэм къигъэлъагъуэр Алыхьымрэ абыхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэращ (Рим 8:15—17). Я нэхъ Пэш ЛъапІэм къигъэлъагъуэр Иеговэ щыпсэу уафэращ. А пэшитІыр зэрызэпыхукІа Іупхъуэм къигъэлъагъуэр Хьисэ и Іэпкълъэпкъыращ. Ар цІыхуу щІылъэм щытетам уафэм дэкІуеину Іэмал иІакъым. Ауэ Хьисэ и гъащІэр цІыхухэм щхьэкІэ къурмэну ита иужь, уафэм дэкІуеижри, абы щыпсэуну гугъэ зиІэхэм гъуэгур къахузэІуихащ. Абыхэм а тыгъэр къалъысын щхьэкІэ, цІыху Іэпкълъэпкъым и пІэкІэ мелыІыч Іэпкълъэпкъ Алыхьым къаритын хуейщ (Евр. 10:19, 20; 1 Кор. 15:50). Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь, Иеговэ и духовнэ Унэшхуэм я нэхъ Пэш ЛъапІэм щІыхьащ. Хьисэ и гъусэнухэри хуэм-хуэмурэ абы щызэхуэсынущ.

14. Нобэ Иеговэ дызэрыхуэлажьэ щІыкІэр пасэрей зэманым журт лъэпкъыр Иеговэ зэрыхуэлэжьам нэхърэ щІэнэхъыфІыр сыт? (Еврейхэм 9:12, 24—26).

14 Дэ къэтлъэгъуащ нобэ Иеговэ дызэрыхуэлэжьэн хуей щІыкІэр. Абы лъабжьэ хуэхъур щхьэщэхуж къурмэныпхъэмрэ Хьисэ Дин пашэу зэрыщытымрэщ. Ар куэдкІэ нэхъыфІщ пасэрей зэманым журт лъэпкъыр Иеговэ зэрыхуэлэжьам нэхърэ. Израилым и дин пашэшхуэр цІыхухэм ящІа я нэхъ Пэш ЛъапІэм щІыхьэт, псэущхьэхэм я лъыр иІыгъыу. Ауэ Хьисэ Иеговэ и пащхьэ иувэн щхьэкІэ, «уафэу Тхьэр здэщыІэ щІыпІэм» дэкІуеящ. Абы «гуэныхьыр игъэкІуэдын щхьэкІэ», и гъащІэ дагъуэншэм и уасэр Алыхьым иритащ. (Къеджэ Еврейхэм 9:12, 24—26.) Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм цІыхухэм я гуэныхьхэр и кІэм нэс епшын. АдэкІэ къызэрытщІэнущи, дыщыпсэуну гугъэ диІэм емылъытауэ, дэ псоми Иеговэ и духовнэ Унэшхуэм дыщыхуэлэжьэну Іэмал диІэщ.

ПЩІАНТІЭХЭР

15. Шэтыр лъапІэм и пщІантІэм щылажьэу щытар хэт?

15 Пасэрей зэманым журтхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэу щытар. Шэтыр лъапІэм и хъуреягъкІэ дин пашэхэм я къалэнхэр щагъэзащІэ пщІантІэ къэхухьа иІэт. А пщІантІэм къурмэнщІыпІэрэ псы зэрыт чейрэ дэтт, ахэр гъуаплъэм къыхэщІыкІат. Дин пашэхэр я къалэнхэм пэрыувэн ипэ а псымкІэ затхьэщІт (Исх. 30:17—20; 40:6—8). Ауэ иужькІэ ящІа Иеговэ и Унэшхуэхэм нэгъуэщІ пщІантІи иІэт. А пщІантІэм къакІуэу Алыхьым щыхуэлэжьэну адрей цІыхухэм Іэмал яІэт.

16. Иеговэ и духовнэ Унэшхуэм и пщІантІэ цІыкІумрэ пщІантІэшхуэмрэ хэт сымэ щылажьэр?

16 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Алыхьым зэрыхуэлажьэр. Уафэм кІуэуэ Хьисэ и гъусэу дин пашэу щытын ипэ, 144 000-м хыхьэхэр Иеговэ и духовнэ Унэшхуэм и пщІантІэ кІуэцІым щолажьэ. Псы зэрыт чеишхуэм абыхэми Хьисэ и лъэужь ирикІуэ нэгъуэщІ цІыхухэми ягу къегъэкІыж ахэр сыт и лъэныкъуэкІи къабзэу щытын зэрыхуейр. НтІэ, Хьисэ и къуэшхэм дэІэпыкъуэгъу хуэхъу «цІыху куэдыкІейм» теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Ахэр Алыхьым щыхуэлажьэр дэнэ? Апостол Иуан и нэгу щІэкІащ ахэр «Тхьэм и тахътэм и пащхьэм зэритыр икІи жэщи махуи... Тхьэр зэрагъэлъапІэр». Абы къигъэлъагъуэр Иеговэ и духовнэ Унэшхуэм и пщІантІэшхуэращ (Апок. 7:9, 13—15). Аращи, дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ абы и духовнэ Унэшхуэм дыщыхуэлэжьэну Іэмал къызэрыдитам щхьэкІэ!

ИЕГОВЭ ДЫХУЭЛЭЖЬЭНУ ДИІЭ ІЭМАЛ ЛЪАПІЭР

17. Иеговэ сыт хуэдэ къурмэн дэ къыхуэтхьыр?

17 Нобэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ псоми Иеговэ къурмэн къыхуахьыну Іэмал яІэщ. Ар Пащтыхьыгъуэм тедгъэкІуадэ ди зэманыр, ди къарур, ди мылъкурауэ щытыфынущ. Апостол Паул мыпхуэдэу итхащ: «Тхьэм щІыхьышхуэ зэпымыууэ хуэдвгъэщІ — а щІыхьышхуэр арщ дэ ди къурмэныпхъэр — езым и цІэр зыгъэлъапІэ жьэм къажьэдэкІыр арщ дэ ди къурмэныпхъэр» (Евр. 13:15). ДиІэм щыщу нэхъыфІ дыдэр Иеговэ етту щытмэ, абы дыхуэлэжьэну диІэ Іэмалыр лъапІэу зэрытлъытэр къыдогъэлъагъуэ.

18. Сыт дэ зэи зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр? (Еврейхэм 10:22—25).

18 Къеджэ Еврейхэм 10:22—25. Паул Еврейхэм тхылъым и кІэм дигу идгъэлъын хуей Іуэхугъуэхэр къыщрибжэкІащ. Абы хохьэ тхьэлъэІур, хъыбарыфІ гъэІуныр, зэІущІэхэм кІуэныр икІи зым зыр дыдэІэпыкъуныр. Аращи, «[Иеговэ] и махуэр нэхъ къэблэгъауэ зэрытлъагъум щхьэкІэ», дэ а Іуэхугъуэхэм нэхъ псэемыблэжу дыхэтын хуейщ. Апокалипсис тхылъым и кІэм Иеговэ и мелыІычым тІэунейрэ «Тхьэращ бгъэлъэпІэн хуейр» жеІэ (Апок. 19:10; 22:9). Ар мелыІычым тІэунейрэ зэрыжиІам къегъэлъагъуэ а псалъэхэм дыщІэдэІуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Аращи, Иеговэ и духовнэ Унэшхуэм теухуа пэжхэр зыщыдгъэгъупщэнкъым икІи Алыхьым дыхуэлэжьэну диІэ Іэмалыр лъапІэу тлъытэнщ!

88-НЭ УЭРЭДЫР Уи гъуэгухэр къысхузэІух

a Иеговэ и духовнэ Унэшхуэм теухуауэ нэхъ куууэ зэпкърытхыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. А Унэшхуэр зищІысыр сыт? Абы теухуауэ Еврейхэм жыхуиІэ тхылъым итым нэхъ куууэ дыхэплъэнщ. Иеговэ фыхуэлэжьэну фиІэ Іэмалыр нэхъ лъапІэу флъытэну мы темэр зэрызэпкърыфхыр къывдэІэпыкъуну дэ дыщогугъ.

b «Еврейхэм тхылъым ущызыгъэгъуазэ» жыхуиІэ видеом jw.org сайтым фыщеплъ.

c АлыджыбзэкІэ тха тхыгъэхэм щыщу Еврейхэм жыхуиІэ тхылъым и закъуэщ Хьисэ щхьэкІэ Дин пашэшхуэ жиІэу здитыр.

d Зы справочник гуэрым зэритымкІэ, ди эрэм 70-нэ гъэм Ерусалим дэта Алыхьым и Унэшхуэр зэтракъутэн ипэ, зым и пІэм адрейр иувэурэ дин пашэшхуэу цІыху 84 тетащ.

e Гуэныхьхэр щапшыныж махуэм дин пашэшхуэм ищІэу щытам къигъэлъагъуэр сытыт? jw.org. сайтым «Шатёр» жыхуиІэ видеом фыщеплъ.

f «Чистое поклонение Иегове восстановлено!» жыхуиІэ тхылъым и 240-нэ напэкІуэцІым феплъ.

g 2010-нэ гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым и 22-нэ напэкІуэцІым ит «Как дух открыл, что такое духовный храм» жыхуиІэ рамкэм феплъ.