Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ИлъэсищэкІэ узэІэбэкІыжмэ: 1923 гъэ

ИлъэсищэкІэ узэІэбэкІыжмэ: 1923 гъэ

«1923-НЭ ГЪЭМ зэхъуэкІыныгъэ гъэщІэгъуэнхэр къытхуихьыну дэ дыпоплъэ, — жиІэу 1923-нэ гъэм, щІышылэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» итауэ щытащ. — Дэ пщІэшхуэ зыпылъ къалэн къытхуагъэфэщащ — зигу иудахэм гъащІэ насыпыфІэ къызэрытпэщылъыр яжетІэну». Библием и КъэхутакІуэхэр зыпэплъа псори къэхъуащ. А илъэсым зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр къыхыхьащ зэІущІэхэмрэ конгрессхэмрэ зэрекІуэкІ щІыкІэм икІи хъыбарыфІыр зэрыгъэІун хуейм. А зэхъуэкІыныгъэхэм и фІыгъэкІэ Алыхьым и лъэпкъыр нэхъ зэкъуэт хъуурэ кІуащ.

ЗЭІУЩІЭХЭМ КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР ЗЭКЪУЭТ ЯЩІАЩ

Библием щыщ едзыгъуэхэмрэ тхьэщІыхь уэрэдхэм я номерхэмрэ зэрыт календарыр

А илъэсым Библием и КъэхутакІуэхэр зэкъуэт зыщІа зэхъуэкІыныгъэ зыбжанэ къэхъуащ. «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым къытрадзэу щІадзащ тхьэмахуэ къэс екІуэкІ зэІущІэхэм щызэпкърах едзыгъуэхэм хуэхьа комментариехэр. Абы щыгъуэ а зэІущІэхэм зэреджэу щытар Алыхьыр щагъэлъапІэ, тхьэлъэІухэр щыжаІэ, хъыбарыфІ гъэІуным пыщІауэ къэхъуа Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэр щыжаІэж зэІущІэщ. Абы нэмыщІ Библием щыщу тхьэмахуэм хухаха едзыгъуэхэмрэ махуэм жаІэн хуей тхьэщІыхь уэрэдхэм я номерхэмрэ календарым къытрадзэу щІадзащ. А уэрэдхэр уи закъуэу е уи унагъуэм и гъусэу Библиер щыбджкІэ жыпІэ хъунут.

Библием и КъэхутакІуэхэм я зэІущІэхэм щыжаІэжт хъыбарыфІ гъэІуным къыщыхъуа Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэр. Абыхэм Иеговэ фІыщІэ щІыхуащІыр жаІэт. Хэти уэрэд, хэти тхьэлъэІу жиІэт. Э́ва Ба́рни 1923-нэ гъэм илъэс 15 хъууэ псым зыщІигъэуащ. Абы игу къегъэкІыж: «Зыгуэр жытІэну дыщыхуейм деж дыкъэтэджти: „Сэ Алыхьым къысхуищІа фІыгъуэ псом щхьэкІэ фІыщІэ хузощІ“, — жытІэу къедгъажьэт». Языныкъуэ дэлъхухэм къэпсэлъэну яфІэфІт. Ди шыпхъу Барни пещэ: «Ди дэлъху Го́дуин къэтэджауэ къыщыпсалъэкІэ егъэлеяуэ кІыхьу Алыхьым фІыщІэ хуищІт. ЗэІущІэр езыгъэкІуэкІым и шыІэныгъэр зэриухыр Годуин и щхьэгъусэм щилъагъум, щэхуу абы и кІэстум кІапэм къеІэти, ар тІысыжт».

Мазэм зэ кружок (зэхуэс) къэс зэІущІэ хэха ирагъэкІуэкІт. 1923-нэ гъэм мэлыжьыхьым и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым мыпхуэдэу итащ: «Зэманым и ныкъуэр зытебгъэкІуэдэн хуейр хъыбарыфІыр щагъэІум къэхъуа Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэр жыпІэжынымрэ къуэш, шыпхъухэр зэрыбгъэгушхуэнымрэщ. [...] Дэ шэч къытетхьэкъым: а зэІущІэхэм ди къуэш, ди шыпхъухэр нэхъри нэхъ зэкъуэт ящІынущ».

Ванкувер (Канадэм) щыщ илъэс 19 хъу ди къуэш Чарлз Ма́ртин а зэхуэсхэм къыхуахьа сэбэпынагъышхуэм теухуауэ мыпхуэдэу жиІащ: «А зэІущІэхэращ сэ къыщысщІар унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ цІыхухэм дызэрепсалъэ хъуну щІыкІэр. Къуэш, шыпхъухэм щІэх-щІэхыурэ жаІэжт хъыбарыфІыр щагъэІукІэ къэхъуа Іуэхугъуэхэр. Сэ абы щызэхэсххэр сигу изубыдэт икІи ущызэпаудкІэ псалъэмакъым зэрыпыпщэ хъунур зэзгъащІэт».

ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУНЫМ КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР ЗЭКЪУЭТ ИЩІАЩ

1923-нэ гъэм нэкъыгъэм и 1-м къыдэкІа «Бюллетень» жыхуаІэр

«ХъыбарыфІ гъэІуным хухаха махуэхэм» ди организацэр зэкъуэт ищІт. 1923-нэ гъэм, мэлыжьыхьым и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым мыпхуэдэу итащ: «Ди зэкъуэтыныгъэр нэхъри зыхэтщІэн щхьэкІэ, 1923-нэ гъэм накъыгъэм и 1-р, гъубж махуэр, хъыбарыфІ гъэІуным хухахыну псори къыхудоджэ. Абы иужь мазэ къэс япэ гъубж махуэр а лэжьыгъэм хухэтхынущ... А махуэм кружокым хэт дэтхэнэ зыми сыхьэт бжыгъэ гуэр а лэжьыгъэм тригъэкІуэдэн хуейщ».

ХъыбарыфІ гъэІуным Библием и КъэхутакІуэ ныбжьыщІэхэри хэтт. А зэманым ди шыпхъу Хе́йзел Бе́рфорд илъэс 16 хъуа къудейуэ арат. Абы игу къегъэкІыж: «„Бюллетень“ a жыхуаІэхэм цІыхухэм дызэрепсалъэ хъуну щІыкІэхэр къытрадзэт икІи ахэр гукІэ зэдгъащІэт [ар иджыпсту цІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэр жытІэу къэдгъэсэбэпхэм хуэдэу арат]. Си адэшхуэмрэ сэрэ зэгъусэу хъыбарыфІыр дгъэІут». Ауэ иужькІэ ди шыпхъу Хейзел игу къэмыкІыхха Іуэхугъуэ къэхъуащ. Абы пещэ: «Зи ныбжь хэкІуэта ди зы дэлъху гуэрым хъыбарыфІ гъэІуным сыхэт мыхъуну жиІэу щІидзащ». Абы щыгъуэ языныкъуэхэм къагурыІуэтэкъым Библием и КъэхутакІуэхэм псоми, ныбжьыщІэхэри абыхэм яхэту, хъыбарыфІыр ягъэІун зэрыхуейр (Пс. 148:12, 13). Ауэ ди шыпхъу Хейзел адэкІи хъыбарыфІыр игъэІут. ИужькІэ а шыпхъур Галаад Школым и етІуанэ классым щеджащ икІи Панама къэралым миссионеру щылэжьащ. Зэман дэкІри, ныбжьыщІэхэр хъыбарыфІ гъэІуным хэтын зэрыхуейр псоми къагурыІуащ.

КОНГРЕССХЭМ КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР НЭХЪ ЗЭКЪУЭТ ЯЩІАЩ

Районнэ, региональнэ конгрессхэми къуэшхэр нэхъ зэкъуэт ящІащ. Конгресс куэдым я программэм хъыбарыфІыр щагъэІу махуэхэр хыхьэт. Апхуэдэ зы конгресс Ви́ннипег къалэм (Канадэм) щекІуэкІащ. Абы къекІуэлІа къуэш, шыпхъухэр гъатхэпэ мазэм и 31-нэ махуэм хъыбарыфІ гъэІуным хэтыну кърагъэблэгъащ. Апхуэдэ махуэхэм я фІыгъэкІэ хъыбарыфІыр цІыху нэхъыбэхэм зэхахыурэ кІуэт. Виннипег къалэм шыщхьэІум и 5-м щекІуэкІа конгрессым цІыху 7 000 хуэдиз къекІуэлІащ. Абы ипэ Канадэм щекІуэкІа конгрессхэм апхуэдиз цІыху зэи къызэхуэсауэ щытакъым.

1923-нэ гъэм щыІа конгрессхэм щыщу нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІар Лос-Анджелес къалэм (Калифорние штатым, США-м) щекІуэкІащ шыщхьэІум и 18-м щыщІэдзауэ 26-м нэс. Конгрессыр зэрыщыІэнум теухуауэ тхьэмахуэ зыбжанэкІэ газетхэм объявлениехэр къытрадзащ. Библием и КъэхутакІуэхэм конгрессым къызэрырагъэблагъэ тхылъымпІэу 500 000 зэрагуэшам нэмыщІ, а конгрессым теухуа рекламэр трамвайхэмрэ машинэхэмрэ кІэралъхьауэ щытат.

Лос-Анджелес щекІуэкІа Библием и КъэхутакІуэхэм я конгрессыр. 1923-нэ гъэ

ШыщхьэІум и 25-м, щэбэт махуэм, ди къуэш Рутерфорд «Мэлхэмрэ бжэнхэмрэ» зи цІэ псалъэ гъэхьэзырар жиІащ. А псалъэм гурыІуэгъуэу къыхэщт «мэлхэр» — ар пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхухэрауэ зэрыщытыр. А цІыхухэр жэнэт хъужа щІылъэм щыпсэунущ. Абы иужь ди къуэш Рутерфорд «Предупреждение» зи цІэ резолюцием къеджащ. А резолюцием чристэн динхэм я пцІыр къыщІигъэщт икІи Алыхьыр фІыуэ зылъагъу цІыхухэр «Бабилэн зи цІэ къалэшхуэм» къыдэкІыну къыхуриджэт (Апок. 18:2, 4). ИужькІэ Библием и КъэхутакІуэхэм а резолюциер дуней псом мелуан бжыгъэкІэ цІыхухэм Іэрагъэхьащ.

«А зэІущІэхэм ди къуэш, ди шыпхъухэр нэхъри нэхъ зэкъуэт ящІынущ»

Конгрессым и иужьрей махуэм ди къуэш Рутерфорд «Все народы на марше к Армагеддону, но миллионы теперь живущих никогда не умрут» жыхуиІэ псалъэ гъэхьэзырар жиІащ. А псалъэм цІыху 30 000-м щІигъу едэІуащ. Конгрессым цІыху куэд къекІуэлІэнути Библием и КъэхутакІуэхэм «Колизей Лос-Анджелеса» жыхуаІэ стадионыщІэр арендэу къащтащ. Псоми фІыуэ зэхахын щхьэкІэ, къуэшхэм стадионым и аппаратурэр къагъэсэбэпащ. А зэманым ар апхуэдэ аппаратурэм и нэхъыфІ дыдэу щытт. Абы нэмыщІ куэдыр а программэм радиокІэ едэІуащ.

ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУНЫМ ДУНЕЙ ПСОМ ЗЫЩЕУЖЬ

1923-нэ гъэм Африкэм, Европэм, Индием, Ипщэ Америкэм хъыбарыфІ гъэІуным зыщиубгъуу щІидзащ. Псалъэм папщІэ, Адавиманна́тху Джо́зеф и щхьэгъусэмрэ и бынихымрэ зыхуей хуигъазэт икІи ди литературэр Индием малая́лам, те́лугу, урду́, хи́нди бзэхэмкІэ, иджыри тами́лыбзэкІэ зэрытрадзэм кІэлъыплът.

Уильям Браун и унагъуэр и гъусэу

Сье́рра-Лео́не щыІэ Библием и КъэхутакІуэхэр, Джо́зеф А́льфредрэ Бла́кман Ле́нардрэ, дэІэпыкъуэгъу къыхуагъэкІуэн щхьэкІэ, Бруклин дэт дунейпсо ІуэхузехьэпІэм письмо ирагъэхьащ. 1923-нэ гъэм, мэлыжьыхьым и 14-м, абыхэм я письмом и жэуапыр къаІэрыхьащ. Альфред игу къегъэкІыж: «Зэгуэр, щэбэт пщыхьэщхьэм гувауэ, зыгуэрым телефонкІэ къищІащ». Звонить къэзыщІар макъышхуэкІэ мыпхуэдэу щІэупщІащ: «„Общество Сторожевой башни“ жыхуаІэм письмо зытхыу, хъыбарыфІыр зыгъэІухэр къагъэкІуэн щхьэкІэ лъэІуар фэра?» — «Дэращ», — жиІащ Альфред. «НтІэ, сэ абыхэм сыкъагъэкІуащ», — жиІащ абы. КъэзыщІар Уи́льям Браун зи цІэ къуэшырат. Ар и щхьэгъусэ Анто́ниерэ, Луи́зрэ, Лу́сирэ зи цІэ и пхъу цІыкІуитІымрэ и гъусэу Кариб хытІыгухэм къикІа къудейт. Уильямрэ абы и унагъуэмрэ хуэзэн щхьэкІэ, къуэшхэр куэдрэ ежьэн хуей хъуакъым.

Альфред игу къегъэкІыж: «Пщэдджыжьым, Ленардрэ сэрэ тхьэмахуэ къэс дызэрихабзэм хуэдэу, Библиер щыдджым, ди бжэщхьэІум деж лІышхуэ зэрыщытыр тлъэгъуащ. Ар Уильям Браунт. Абы пэжыр апхуэдизкІэ фІыуэ илъагъути, дапщэщи псалъэ гъэхьэзыра жиІэну хьэзырт». Ди къуэш Уильям къызэрыкІуэрэ иджыри мазэ хъуатэкъым, къыздиша литературэр гуэшын щиухам щыгъуэ. Куэд дэмыкІыу абы иджыри тхылъ 5 000 къыхурагъэхьащ. Ауэ Уильям ахэри псынщІэ Іейуэ иугуэшащ. Абы емылъытауэ ди къуэш Уильям Браун къызэрацІыхур тхылъ зыщэ цІыхуутэкъым. Ар псэуху Иеговэ пэжу хуэлэжьащ икІи абы псалъэ гъэхьэзырахэр щыжиІэкІэ сыт щыгъуи Алыхьым и Псалъэр къигъэсэбэпт. Аращ абы цІыхухэр «Библейский Браун» жаІэу щІеджэу щытар.

1920-нэ гъэхэм Магдебург дэта Вефилыр.

А зэманым Германием щыІэ къуэшхэм филиалыр здагъэІэпхъуэн щІыпІэ къалъыхъуэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр Ба́рмен къалэм щыІэ унэхэм щІэхуэжтэкъым. Абы нэмыщІ къуэшхэм зэхахат Францием а къалэр иубыдыну зэримурадыр. Къуэшхэм Магдебу́рг къалэм къыщагъуэтащ литературэ зэрытрадзэ станокхэр фІы дыдэу зыщІэхуэн унэхэр. Мэкъуауэгъуэм и 19-м къэнэжа оборудованиемрэ унэлъащІэхэмрэ къуэшхэм Магдебу́рг ВефилыщІэм ягъэІэпхъуащ. Вефилыр зэрагъэІэпхъуам теухуауэ къуэшхэм дунейпсо ІуэхузехьэпІэм хъыбар щрагъэщІа махуэ дыдэм Францием Бармен къалэр зэриубыдам теухуауэ газетхэм хъыбарыщІэ къытрадзащ. И чэзууэ шынагъуэ здэщымыІэ щІыпІэм зэрыІэпхъуэфам къуэшхэм Иеговэ и Іэр халъэгъуащ икІи абы щхьэкІэ фІыщІэшхуэ хуащІащ.

Джордж Янг Сара Фергусонрэ (ижьырабгъумкІэ) абы и шыпхъумрэ и гъусэу

Иджы Бразилием Іуэхур зэрыщытам гу лъыттэнщ. Абы ди къуэш Джордж Янг къэкІуат. А къуэшыр апхуэдизкІэ псэемыблэжти хъыбарыфІыр игъэІуурэ къэрал куэд къызэхикІухьат. Абы и фІыгъэкІэ Бразилием филиалыщІэ къыщызэрагъэпэщащ икІи «ХъумакІуэ чэщанэ» журналыр португалыбзэкІэ къыдагъэкІын щІадзащ. Мазэ зыбжанэм къриубыдэу ди къуэш Джордж Янг 7 000-м щІигъу журналхэмрэ буклетхэмрэ цІыхухэм яхуигуэшащ. Ар Бразилием къызэрыкІуам псом хуэмыдэу Сара Фе́ргусон щыгуфІыкІащ. А цІыхубзыр 1899-нэ гъэ лъандэрэ «ХъумакІуэ чэщанэ» журналхэм еджэт икІи псым зыщІигъэуэну хуабжьу хуейт. Мазэ зыбжанэ дэкІри, апхуэдизу зыщІэхъуэпсу щытар абы къехъулІащ. Сари абы и быниплІми псым зыщІагъэуащ.

«АРАЩИ... ГУФІЭГЪУЭ ДИІЭУ АЛЫХЬЫМ ДЫХУЭЛЭЖЬЭНЩ»

ЗэІущІэхэр, конгрессхэр зэрекІуэкІ щІыкІэм икІи хъыбарыфІыр зэрыгъэІун хуейм теухуауэ организацэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэр дапхуэдэу Библием и КъэхутакІуэхэм къазэрыдэІэпыкъуар? 1923-нэ гъэм дыгъэгъазэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым абы теухуауэ мыпхуэдэу итт: «Гу лъыптэну гугъукъым къуэш, шыпхъухэм... фІэщхъуныгъэ быдэ зэраІэм... […] Аращи, къытпэщылъ лэжьыгъэм ди гури ди псэри тедухуэнщи, 1924-нэ гъэми гуфІэгъуэ диІэу Алыхьым дыхуэлэжьэнщ».

КъыкІэлъыкІуэ илъэсми Библием и КъэхутакІуэхэм я дежкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэр къэхъуащ. Бруклин щыІэ Вефилым пэмыжыжьэу Ста́тен хытІыгум къуэшхэр мазэ зыбжанэкІэ зы ухуэныгъэ гуэрым щелэжьащ икІи ар 1924-нэ гъэм ипэм яухащ. А ухуэныгъэм и фІыгъэкІэ къуэшхэр нэхъ зэкъуэт хъуащ икІи хъыбарыфІ гъэІуным зэи хуэмыдэу зиубгъуащ.

Статен хытІыгум щылэжьа ухуакІуэхэр

a Иджыпсту «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъыр абы и пІэкІэ къыдогъэсэбэп.