ЧэнджэщыфІхэр. Ди тхыгъэхэр зэрыбдж хъуну щІыкІэхэр
Зыгуэр къызэрыдгурыІуэм иужьрейуэ къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэр къызэрыдгъуэт хъуну щІыкІэхэр
Дэ зэман гъэщІэгъуэным дыщопсэу! Нобэ Иеговэ и Псалъэм ит пэжхэр куэду къытхузэІуех (Дан. 12:4, Данил бегъымбар, 2018). Ауэ Библием итыр къызэрыдгурыІуэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэр дигу идубыдэну щымытынш къохъу. А зэхъуэкІыныгъэхэр дэнэ къыщыдгъуэт хъунур?
• «Индекс публикаций Сторожевой башни» жыхуаІэм, «Уточнение в понимании» псалъащхьэм, илъэсхэр зэрызэкІэлъыкІуэм хуэдэу а зэхъуэкІыныгъэхэр зэхэдзауэ илъщ. Ар къэбгъуэтын щхьэкІэ, «электронная библиотека Watchtower Library» е «Онлайн-библиотека Сторожевой башни» жыхуаІэхэм «уточнение в понимании» псалъэхэр кавычкэм дэту «къэлъыхъуэн» жыхуиІэм итхэ.
• «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуаІэми темэкІэ зэхэдзауэ апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр итщ. Ауэ абы итыр нэхъ мащІэщ. Ар къэвгъуэтын щхьэкІэ «Свидетели Иеговы» жыхуиІэ темэр къызэІуфх, адэкІэ «Взгляды и убеждения» жыхуиІэ псалъащхьэм фихьэ, абы иужь «Уточнение в понимании» жыхуиІэм феплъ.
Библиер щывджкІэ иужьрейуэ къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэм щыщ зы къыхэфхи, Библием итым щыщу сыт абы лъабжьэ хуэхъуами зэхэвгъэкІ.