Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЗэхуэсыщІэм уесэну сыт къыбдэІэпыкъунур?

ЗэхуэсыщІэм уесэну сыт къыбдэІэпыкъунур?

УЭ ЗЭГУЭР нэгъуэщІ щІыпІэ уІэпхъуэу зэхуэсыщІэ укІуэн хуей хъуа? Хуей хъуамэ, Жан-Ша́рль и псалъэхэм арэзы утехъуэну къыщІэкІынщ: «Уэй ар мытынш. ЗэхуэсыщІэм уесэн зэрыхуейм нэмыщІ, иджыри уи унагъуэм удэІэпыкъун хуейщ, Иеговэ и гъуэгум адэкІи быдэу тетын щхьэкІэ». НэгъуэщІ щІыпІэ Іэпхъуахэм и нэхъыбэм лэжьапІэ, зыщІэсын унэ, сабийхэр здэкІуэн школ къалъыхъуэн хуей мэхъу. Абы нэмыщІ нэгъуэщІ климатым, культурэм, а щІыпІэм хъыбарыфІыр зэрагъэІу щІыкІэм есэн хуейщ.

Никола́рэ Сели́нэрэ нэгъуэщІ гугъуехь пэщІэхуащ. Францием и филиалым щыІэ къуэшхэр абыхэм къелъэІуат нэгъуэщІ зэхуэсым кІуэну. Абыхэм жаІэж: «ЯпэщІыкІэ дэ гуфІэгъуэм дызэрихьэт, ауэ иужькІэ ди ныбжьэгъухэм дахуэзэшу щІэддзащ. Абы нэмыщІ дыздэІэпхъуа щІыпІэм иджыри апхуэдэуи зыри зэдгъэцІыхуатэкъым» a. Гугъуехь узыпэщІэхуэфынухэм тепщІыхьмэ, нэгъуэщІ зэхуэс ущыкІуэкІэ сыт къыбдэІэпыкъунур гуфІэгъуэ зыфІумыгъэкІуэдыну? А щІыпІэм щыІэ къуэш, шыпхъухэр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъуфынур? Сыт уэ пщІэ хъунур зэхуэсыщІэм щыщхэм уагъэгушхуэн, уэри ахэр бгъэгушхуэн щхьэкІэ?

КЪЫБДЭІЭПЫКЪУН ПРИНЦИПИПЛІ

Иеговэ щыгугъ

1. Иеговэ щыгугъ (Пс. 37:5). Японием щыщ ди шыпхъу Кадзу́ми и зэхуэсым илъэс 20-кІэ хэтат. Ауэ и щхьэгъусэм и лэжьапІэм щхьэкІэ ар нэгъуэщІ щІыпІэ Іэпхъуэн хуей хъуащ. Дапхуэдэу абы и «гъуэгур Иеговэ и ІэмыщІэ» зэрырилъхьар? Абы жеІэж: «Иныкъуэхэм деж си гум гузавэ къихьэт, закъуэныгъи зыхэсщІэт. Иныкъуэхэм дежи егъэлеяуэ сыгужьейт. Ауэ си гурыщІэхэмкІэ Иеговэ сыдэгуашэти, абы сытым дежи къару къысщІилъхьэжт».

Иеговэ ущыгугъыну сыт къыбдэІэпыкъунур? КъэкІыгъэр хэхъуэн щхьэкІэ псырэ щІырэ зэрыхуэныкъуэм хуэдэу, дэри ди фІэщхъуныгъэр хэхъуэн щхьэкІэ Иеговэ къыдит щІэныгъэхэр зэтхьэлІэн хуейщ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Никола зэпкърихащ Ибрэхьим, Хьисэ, Паул сымэ я гъащІэм теухуауэ. А цІыхухъухэм Алыхьым и Іэмырыр ягъэзэщІэн щхьэкІэ куэдым зыхуагъэныкъуащ. Абыхэм я щапхъэр къуэшым къыдэІэпыкъуащ езыми Иеговэ щІэгъэкъуэн къызэрыхуэхъуным шэч къытримыхьэну. БлумыгъэкІыу Библиер куууэ зэрыбджыр уэри къыбдэІэпыкъунущ зэхъуэкІыныгъэхэм уесэну. Абы нэмыщІ Библиер щыбджым къэпщІамкІэ зэхуэсыщІэм щыщхэм уадэгуашэу ахэр бгъэгушхуэфынущ.

УздэкІуэу щыта зэхуэсымрэ зэхуэсыщІэмрэ зумыгъапщэ

2. УздэкІуэу щыта зэхуэсымрэ зэхуэсыщІэмрэ зумыгъапщэ (Эккл. 7:10). Ди къуэш Жюль Бенин икІыу США-м щыІэпхъуам щыгъуэ, нэгъуэщІ культурэм есэн хуейт. Ар къыддогуашэ: «Сэ къысщыхъут сызыхуэзэу хъуам сэ стеухуауэ псори ящІэну хуейуэ». Жюль апхуэдэм есатэкъыми къуэш, шыпхъухэм пэІэщІэ захуищІу щІидзащ. Ауэ ахэр нэхъыфІу къицІыхуа иужь абы и еплъыкІэм зихъуэжащ. Жюль адэкІэ жеІэ: «Сэ къызгурыІуащ, цІыхухэр зэрызэщхьыр ахэр дэнэ щымыпсэуами. Абыхэм я гурыщІэр зэрагъэлъагъуэр зэмыщхьу аращ. Ауэ мыхьэнэшхуэ иІэщ абыхэм я щытыкІэр къыбгурыІуэу зебгъэсэным». Аращи, уздэкІуэу щыта зэхуэсымрэ зэхуэсыщІэмрэ зэрызумыгъэпщэным хущІэкъу. Пионеру лажьэ А́нна-Ли́за жеІэ: «Сэ си гугъэтэкъым сыздэкІуа щІыпІэр сыкъыздикІам хуэдэу щытын хуейуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэслъхьэн щхьэкІэщ сыщІэІэпхъуар».

Зэхуэсым и нэхъыжьхэми зыри зэрагъэпщэн хуейкъым. ЗэхуэсыщІэм щыщ къуэшхэм Іуэхухэр нэгъуэщІу ящІэфынущ, ауэ абы къикІкъым абыхэм ящІэр мытэмэму. Аращи, абыхэм чэнджэщ гуэр ептын ипэ Іущагъ хэлъщ уакІэлъыплъу Іуэхур зыІутыр нэхъыбэу къэпщІэным (Эккл. 3:1, 7, етІуанэ Іыхьэр). Къуэшхэр уи еплъыкІэм тебгъэхьэну ухущІэкъу нэхърэ, щапхъэфІ бгъэлъагъуэмэ нэхъыфІщ (2 Кор. 1:24).

ЗэхуэсыщІэм и Іуэхухэм гукъэкІ уиІэу хэт

3. ЗэхуэсыщІэм и Іуэхухэм гукъэкІ уиІэу хэт (Флп. 1:27). ЗыщІыпІэ уІэпхъуэным къарурэ зэманрэ куэду текІуадэми, мыхьэнэшхуэ иІэщ уздэІэпхъуа щІыпІэм щыІэ зэхуэсым занщІэу кІуэн щІэбдзэным. Ауэ зэрыхъукІэ зэІущІэхэм интернеткІэ зыпумыщІэу уэ езыр къуэш, шыпхъухэм уазэрыхыхьэным иужь ит. Зэхуэсым щыщхэм уахэмыхьэмэ, дапхуэдэу абыхэм узэрагъэгушхуэфынур? Люси́ндэ и пхъуитІыр и гъусэу Ипщэ Африкэм щыІэ зы къалэшхуэ гуэрым Іэпхъуат. Ар къыддогуашэ: «Си ныбжьэгъухэм чэнджэщ къызатащ зэхуэсыщІэм и Іуэхухэм хэтын занщІэу щІэздзэну: къуэш, шыпхъухэм я гъусэу хъыбарыфІыр згъэІуну, зэІущІэхэми жэуап щыстыну. Абы нэмыщІ зэІущІэ кІэщІхэр ди унэм щекІуэкІыну зэрытхуэхъунур къуэшхэм яжетІащ».

ЗэхуэсыщІэм щыщ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу Алыхьым и лэжьыгъэм нэхъыбэу узэрыхэтыным хущІэкъу. Абы уэри адрейхэми къару къыфщІилъхьэнущ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ди шыпхъу Аннэ-Лизэ хуагъэушащ зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыми и гъусэу хъыбарыфІ гъэІуным хэтыну. Сыт абы къыпэкІуар? Ди шыпхъур къыддогуашэ: «Ар дыдэрат сэ сызыхуейр, зэхуэсыщІэм хэпщІа сыхъун щхьэкІэ». Дыщызэхуэс Унэр зэщІэкъуэным икІи зыхуей хуэгъэзэным хэт. Апхуэдэу уэ нэхъ псынщІэу зыхэпщІэнущ а зэхуэсым уэри узэрыщыщыр. Зэхуэсым и Іуэхухэм нэхъыбэу ухэтыху къуэш, шыпхъухэмрэ уэрэ нэхъ щІэх фызэсэнущ.

НыбжьэгъущІэхэр къэгъуэт

4. НыбжьэгъущІэхэр къэгъуэт (2 Кор. 6:11—13). ЦІыхум ныбжьэгъу узэрыхуэхъун Іэмал нэхъыфІ дыдэр — уи гум къыбгъэдэкІыу абы гулъытэ хуэпщІыныращ. ЗэІущІэхэм ипи иужьи къуэш, шыпхъухэм уадэуэршэрыну зэман къыдэбгъэкІмэ, ахэр нэхъыфІу зэбгъэцІыхунущ. Абыхэм я цІэхэр уигу зэрибубыдэным хущІэкъу. ЦІыхухэм ягу ирохь я цІэр къипІуэу защыхуэбгъазэм деж. Уи гур зэІухауэ, гуапэу адрейхэм уахущытмэ, ахэр нэхъ гъунэгъу къыпхуэхъунущ икІи шэч хэмылъу ныбжьэгъущІэхэр нэхъ псынщІэу къэбгъуэтыфынущ.

Адрейхэм зыгуэру закъыщыбгъэхъуну ухэмыт икІи узэрыщымыт зумыщІ. Ди шыпхъу Люсиндэ и унагъуэм щапхъэ тетх хъунущ. Ар къыддогуашэ: «Дэ дэлъху, шыпхъухэр ди унэм къедгъэблагъэт икІи абы и фІыгъэкІэ ныбжьэгъуфІхэр диІэ хъуащ».

ЗЫМ ЗЫР ГУАПЭУ КЪЕВГЪЭБЛАГЪЭ

Языныкъуэхэм хуабжьу къогугъуэкІ яцІыху здэщымыІэ дыщызэхуэс Унэм кІуэну. Дапхуэдэу дэтхэнэ зыри зэхуэсым щІэуэ къыхыхьахэм дазэрыдэІэпыкъуфынур? Апостол Паул итхащ: «Мэссихь фызэридам хуэдэу, фэри зым зыр вдэн хуейщ» (Рим 15:7). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Хьисэ щапхъэ трахыу щІэуэ къыхыхьахэм ядэІэпыкъу хъунущ ахэр зэхуэсым есэну. (« НэгъуэщІ зэхуэс ущыкІуэкІэ сыт къыбдэІэпыкъунур гуфІэгъуэ зыфІумыгъэкІуэдыну?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я закъуэкъым абыхэм ядэІэпыкъуфынур. АбыкІэ сэбэп хъуфынущ зэхуэсым щыщ псори, уеблэмэ сабийхэри.

Зэхуэсым щІэуэ къыхыхьа къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ тхэлъу дазэрыхущыт хъунур? Ахэр хьэщІапІэ къедгъэблагъи, зыгуэркІэ дадэІэпыкъуи хъунущ. Ди зы шыпхъу нэгъуэщІ къалэ щыІэпхъуам, абы пионеру щыт шыпхъум къалэр иригъэцІыхури, автобускІэ зэрызекІуэ хъунури иригъэлъэгъуащ. Апхуэдэ гулъытэр шыпхъум хуабжьу и гум нэсащ икІи а щІыпІэм нэхъ псынщІэу есэну къыдэІэпыкъуащ.

АЛЫХЬЫМ УЗЭРЫХУЭЛАЖЬЭМ ЕГЪЭФІАКІУЭ

МацІэм и дамэр быдэ хъууэ, ар лъэтэфу хъун щхьэкІэ и фэр зыбжанэрэ зытридзын хуей мэхъу. Мы щапхъэр дапхуэдэу нэгъуэщІ щІыпІэ Іэпхъуахэм сэбэп зэрахуэхъунур? Уэри уи «дамэр пІэту» уи къару псомкІэ Иеговэ ухуэлэжьэн щхьэкІэ зэран къыпхуэхъун сыт хуэдэ гурыщІэми утекІуэн хуейщ. «ЗыщІыпІэ уІэпхъуэныр — ар Алыхьым узэрыхуэлажьэм зэребгъэфІакІуэ хъун ІэмалыфІщ, — жаІэ Николарэ Селинэрэ. — НэгъуэщІ щІыпІэ дызэрыІэпхъуам икІи нэгъуэщІ цІыхухэм дазэрыхуэзэм щхьэкІэ хьэл-щэныщІэхэр зыхэтлъхьэн хуей хъуащ». Жан-Шарль къыддогуашэ нэгъуэщІ щІыпІэ зэрыІэпхъуар и унагъуэм сэбэп зэрыхуэхъуамкІэ: «Ди сабийхэр зэхуэсыщІэм щыгъэгъауэ жыпІэ хъунущ. Мазэ зыбжанэ фІэкІ дэмыкІауэ дипхъу цІыкІум тхьэмахуэм и кІуэцІым щыІэ зэІущІэм заданиехэр щигъэзащІэу щІидзащ, ди къуэми хъыбарыфІыр игъэІуу щІидзащ».

ХъыбарыфІыр нэхъыбэу бгъэІун щхьэкІэ нэгъуэщІ щІыпІэ уІэпхъуэну ухуейуэ, ауэ ар пхузэфІэмыкІмэ-щэ? Абы щыгъуэ мы статьям ит чэнджэщхэр уи зэхуэсым къызэрыщыбгъэсэбэпыным хущІэкъу. Апхуэдэу уэ зыхэпщІэнущ уи гъащІэм щІэ гуэр къызэрыхыхьэр. АдэкІи уи фІэщхъуныгъэм хэгъахъуэ икІи гукъэкІ уиІэу зэхуэсым щыщхэм дэІэпыкъу. Псалъэм папщІэ, къуэш, шыпхъу зэмылІэужьыгъуэхэм я гъусэу хъыбарыфІыр гъэІу, уи ныбжьэгъухэр зыщумыгъэгъупщэ, ныбжьэгъущІэхэри зэгъэгъуэт. Зэхуэсым щыщхэм хэт удэІэпыкъуфынуми уегупсыс хъунущ. Апхуэдэ лъагъуныгъэ бгъэлъагъуэмэ, Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэхъунущ икІи ар арэзы къызэрыпхуэхъур зыхэпщІэнущ (Ин. 13:35). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «апхуэдэ къурмэныпхъэхэр Тхьэм и гуапэщ» (Евр. 13:16).

Пэжщ, нэгъуэщІ щІыпІэ Іэпхъуэным гугъуехь куэд пыщІауэ щытыфынущ. НэгъуэщІ щІыпІэ Іэпхъуа къуэш, шыпхъу куэдыр я гугъуехьхэм пэлъэщыфащ икІи ахэр насыпыфІэщ. А псом уэри упэлъэщыфынущ икІи насыпыфІэу укъэнэфынущ! «НэгъуэщІ щІыпІэ сызэрыІэпхъуар къыздэІэпыкъуащ ныбжьэгъущІэхэр зэзгъэгъуэтыну, адрейхэми си гур къахузэІусхыну», — жеІэ Аннэ-Лизэ. Ди шыпхъу Кадзуми къыддогуашэ: «НэгъуэщІ щІыпІэ сызэрыІэпхъуам и фІыгъэкІэ Иеговэ нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ къэсцІыхуащ икІи иджыпсту сэ абы нэхъыбэжу дзыхь хузощІ». Ди къуэш Жюль жеІэ: «Сэ ныбжьэгъущІэхэр сиІэ хъуащ икІи си унэжь сыщІэсыж хуэдэщ. ЗэхуэсыщІэм щыщ къуэш, шыпхъухэр унагъуэ схуэхъуащ. Абыхэм сэ апхуэдизу сесащи, ахэр къэзгъанэу нэгъуэщІ щІыпІэ сыІэпхъуэну къызэгугъуэкІынущ».

a 1994 гъэм, майм и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Как быть проповеднику, когда томит ностальгия» жыхуиІэ статьям феплъ.