Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

30 СТАТЬЯР

36 УЭРЭДЫР Уи гур хъумэ

Израилым и пащтыхьхэм я щапхъэхэм хэтхыфыну дерсхэр

Израилым и пащтыхьхэм я щапхъэхэм хэтхыфыну дерсхэр

«Фэ аргуэру флъагъунущ пэжыгъэ зигу илъымрэ мыхъумыщІагъэ зыщІэмрэ, Алыхьым хуэлажьэмрэ хуэмылажьэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр» (МАЛ. 3:18).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Языныкъуэ пащтыхьхэр фІыуэ, адрейхэр Іейуэ Иеговэ щІилъытэу щытар. Ар дэ къыддэІэпыкъунущ Иеговэ и лэжьакІуэхэм сыткІэ щыгугъми къыдгурыІуэну.

1, 2. Израилым и пащтыхь языныкъуэхэм теухуауэ сыт Библием къыщытщІэр?

 БИБЛИЕМ Израилым и пащтыхь 40-м щІигъум я гугъу ещІыж a. Абыхэм щыщ языныкъуэхэм я Іуэхур къызэрекІуэкІар зыри щІэмыхъумауэ абы щытхыжащ. Уеблэмэ, языныкъуэ пащтыхьыфІхэми иныкъуэхэм деж Іуэху Іейхэр ялэжьт. Пащтыхь Даут и щапхъэм деплъынщ. Иеговэ абы теухуауэ жиІат: «Сэ си лэжьакІуэ Даут... пэжу къэслъытэм фІэкІ имыщІэу гукІи псэкІи къысхуэлэжьащ» (1 Цар. 14:8). Ауэ Даут щхьэгъусэ зиІэ цІыхубзым и гъусэу зинэ ищІащ, абы илІри иригъэукІащ (2 Сам. 11:4, 14, 15).

2 Библиер иджыри топсэлъыхьыж Иеговэ хуэпэжу къэмына пащтыхьхэм щыщ куэдым фІы гуэрхэри зэращІам. Абыхэм ящыщ зыр Ровоамщ. Иеговэ жиІат абы Іей илэжьу зэрыщытар (2 Лет. 12:14). Ауэ Израилым и унагъуэ лъэпкъипщІыр къыгуэкІыу нэгъуэщІ пащтыхь трагъэувэну къыщыхахам щыгъуэ, Ровоам Иеговэ и унафэм едаІуэри абыхэм езэуэну кІуакъым. Абы нэмыщІ а пащтыхьым Иудэм и къалэхэр игъэбыдащ, абыхэм щыпсэухэр бийхэм щихъумэн щхьэкІэ (1 Цар. 12:21—24; 2 Лет. 11:5—12).

3. Сыт хуэдэ упщІэ къэхъейр икІи сыт мы статьям щызэпкърытхынур?

3 Мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэ къоув: Израилым и пащтыхьхэм Іейи фІыи ящІамэ, языныкъуэхэм пэжагъ ягъэлъэгъуауэ, адрейхэм ямыгъэлъэгъуауэ Иеговэ сыт къыщІилъытар? Мы упщІэм и жэуапыр къыддэІэпыкъунущ Иеговэ дэ сыткІэ къытщыгугъми къыдгурыІуэну. Иеговэ пащтыхьу тетахэм яхуиІа еплъыкІэм лъабжьэ хуищІауэ къыщІэкІын Іуэхугъуищ зэпкърытхынщ: я гум и щытыкІэр, я гуэныхьым хущІегъуэжрэ хущІемыгъуэжрэ, дин пэжым зэрыхущытыр.

ГУМ И ЩЫТЫКІЭР

4. Пэжагъ зыгъэлъэгъуа пащтыхьхэмрэ зымыгъэлъэгъуахэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэт?

4 Израилым и пащтыхьхэм я гум b и щытыкІэм Иеговэ мыхьэнэшхуэ иритт. ПащтыхьыфІу щыта Иосафат теухуауэ Библием итщ ар «игу псомкІэ Иеговэ хуэлэжьауэ» (2 Лет. 22:9). Иосие теухуауэ Тхыгъэ ЛъапІэм итщ: «Иосие Иеговэ деж къигъэзэжри... игу псомкІэ... хуэлэжьащ. Апхуэдэ пащтыхь абы ипи иужьи щыІакъым» (2 Цар. 23:25). Сэлмэн теухуауэ сыт дэ тщІэр? И ныбжьыр щыхэкІуэтам абы Іей ищІэу щІидзащ. Библием итщ: «Абы и гур япэм хуэдэу нэгъэсауэ и Алыхь Иеговэ хуэпэжакъым» (1 Цар. 11:4). Пэжагъ зымыгъэлъэгъуа Авия́м зи цІэ нэгъуэщІ пащтыхьми теухуауэ мыпхуэдэу итщ: «Ар и Алыхь Иеговэ игу псомкІэ хуэпэжакъым» (1 Цар. 15:3).

5. Уигу псомкІэ Иеговэ ухуэлэжьэным къикІыр къыдгурывгъаІуэ.

5 Уигу псомкІэ Иеговэ ухуэлэжьэным къикІыр сыт? Алыхьым сыхуолажьэ жыпІэ къудейкІэ зэфІэкІкъым, ар лъагъуныгъэм къыхэкІыу, пщІэ хэлъу щытын хуейщ. Апхуэдэу Алыхьым хуэлажьэ цІыхум абы хуиІэ лъагъуныгъэмрэ пэжагъымрэ и гъащІэ псокІэ ехъумэ.

6. Ди гур дапхуэдэу зэрытхъумэфынур? (Притчи 4:23; Маттэ 5:29, 30).

6 ПащтыхьыфІхэм щапхъэ ятетхыу дапхуэдэу Иеговэ дигу псомкІэ фІыуэ зэрытлъагъунур? Ди гур зэІызыгъэхьэфыну псоми пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ. Псалъэм папщІэ, ди нэгу зэрызедгъэужьымрэ къыхэтх ныбжьэгъухэмрэ дыкІэлъыплъын хуейщ. Абы нэмыщІ ди гур мылъкум етауэ щымытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр махэ хъууэ гу лъыттамэ, зэран къытхуэхъур псынщІэу ІэщІыб тщІымэ нэхъыфІщ. (Къеджэ Притчи 4:23, Гъэсэпэтхыдэхэр; Маттэ 5:29, 30.)

7. Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм зэран хуэхъуну псоми пэІэщІэ щІызыхуэтщІын хуейр сыт?

7 Ди гур тхъумэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Алыхьым и лэжьыгъэм нэхъыбэу зэрыхэтым щхьэкІэ зыгуэрым и гугъэфынущ Іей псоми къару иримыхьэлІэу щыхъума хъуну. Ауэ ар щхьэгъэпцІэжщ. Щапхъэ къэтхьынщ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэ: жьапщэ щІыІэм удэтауэ унэм ущІохьэжри, отоплениер щІыбогъанэ. Ауэ абы мыхьэнэ гуэр иІэну пІэрэ бжэ щІыхьэпІэр Іухауэ къэбгъанэмэ? Хьэуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ жьы щІыІэр унэм къыщІихуэнущ. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр мы щапхъэм ебгъэщхь хъунущ. Алыхьым пэІэщІэ дыхуэмыхъун щхьэкІэ абы и Іуэхухэм дыхэтыныр мащІэщ. Дэ «бжэр хуэтщІын хуейщ» мы дунейм и Іуэхугъуэ Іейхэр зэран къытхуэмыхъун щхьэкІэ. Армыхъумэ, а Іуэхугъуэхэр жьы щІыІэм хуэдэу ди гум ихьэнурэ, Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр игъэупщІыІунущ (Еф. 2:2).

ГУЭНЫХЬЫМ ХУЩІЕГЪУЭЖЫН

8, 9. Даутрэ Езекиерэ ящІа гуэныхьыр къащыгурыІуэжам щыгъуэ сыт ящІар? (Сурэтым феплъ.)

8 ЗэрыжытІащи, пащтыхь Даут гуэныхь хьэлъэ ищІащ. Ауэ Иеговэ и жагъуэ зэрищІар бегъымбар Нафан и фІыгъэкІэ къыщыгурыІуэжам Даут и гуэныхьым хущІегъуэжащ (2 Сам. 12:13). Абы тезыр къытрамылъхьэн щхьэкІэ Нафан къигъэпцІэну хэтакъым — и гуэныхьым хущІегъуэжа хуэдэу фэ зытригъэуакъым. 51 Псаломым къыхощ и гум къыбгъэдэкІыу и гуэныхьым ар зэрыхущІегъуэжар (Пс. 51:3, 4, 17, псалъащхьэм тетыр).

9 Пащтыхь Езеки́и Иеговэ и пащхьэ гуэныхь къыщихьащ. Библием щыжыІащ: «Абы и гур пагэ хъуащ. Абы щхьэкІэ Алыхьыр абыи Иудэми Ерусалимми хуэгубжьащ» (2 Лет. 32:25). Сыт Езекие пагэ щІэхъуар? Абы зыкъыфІэщІыжауэ къыщІэкІынт мылъку зэриІэм, е ассирие цІыхухэм зэрытекІуам, е телъыджэ щІыкІэкІэ Иеговэ зэригъэхъужам щхьэкІэ. Езекие и пагагъэм къыхэкІыу къыщІэкІынт бабилэн цІыхухэм я пащхьэ щІызыщытхъужар. ИужькІэ абы бегъымбар Ешайа къыжриІащ Иеговэ абыкІэ зэрымыарэзыр (2 Цар. 20:12—18). Ауэ Даут хуэдэуи Езекие и гуэныхьым хущІегъуэжащ (2 Лет. 32:26). ИкІэм-икІэжым Иеговэ ар сыт хуэдэ пащтыхьу къызэрилъытар? Библием итщ: «Езекие, и адэшхуэ Даут хуэдэу, Иеговэ пэжу къилъытэращ ищІэу щытар» (2 Цар. 18:3).

Даутрэ Езекиерэ я щыуагъэр къащыгурыІуэжам, Іэдэбагъ яхэлъу я гуэныхьым хущІегъуэжащ. (8, 9 абзацым феплъ.)


10. Пащтыхь Амацие бегъымбарым и псалъэхэр щызэхихам сыт ищІар?

10 Даутрэ Езекиерэ елъытауэ Иудэм и пащтыхь Амацие Иеговэ пэжу къилъытэращ ищІэу щытар, ауэ ар «и гум къыбгъэдэкІтэкъым» (2 Лет. 25:2). Сыт хуэдэ щыуагъэ абы ищІар? Эдом цІыхухэм ятекІуэну Иеговэ Амацие дэІэпыкъуа иужь ар абыхэм я тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэу щІидзащ c. Абы щыгъуэ Иеговэ пащтыхьым бегъымбар къыхуигъэкІуащ и гуэныхьым гу лъригъэтэжыну. Ауэ Амацие къэгубжьри, бегъымбарым жиІэм и кІэм нэс емыдаІуэу щІихужащ (2 Лет. 25:14—16).

11. 2 Коринф 7:9, 11 зэритым хуэдэу сыт дэ тщІэн хуейр Иеговэ къытхуигъэгъун щхьэкІэ? (Сурэтми феплъ.)

11 Мы щапхъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? Уи гуэныхьхэм ухущІегъуэжыным икІи ар афІэкІа умыщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм чэнджэщ къыуатауэ, ауэ ар къыщІыуата Іуэхугъуэм апхуэдэуи мыхьэнэ имыІэу къыпщыхъумэ-щэ? Ахэр къыппэщІэувауэ е Иеговэ фІыуэ укъимылъагъуу уегупсысыну умыпІащІэ. Иеговэ Израилым и пащтыхьыфІхэм иныкъуэхэм деж я щыуагъэхэр къагуригъэІуэжу щытащ (Евр. 12:6). Аращи, чэнджэщ къыщыдатым деж мыхьэнэшхуэ иІэщ: 1) Іэдэбагъ тхэлъу чэнджэщ къыдатым икІэм нэс дедэІуэным; 2) дызыхуэныкъуэ зэхъуэкІыныгъэхэр ди гъащІэм хэтлъхьэным; 3) адэкІи ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ дыхуэлэжьэным. Ди гуэныхьым дыхущІегъуэжу щытмэ, шэч хэмылъу Иеговэ къытхуигъэгъунущ. (Къеджэ 2 Коринф 7:9, 11.)

Ди щыуагъэм гу щылъыдагъэтэжым деж мыхьэнэшхуэ иІэщ: 1) Іэдэбагъ тхэлъу чэнджэщ къыдэзытым дедэІуэным; 2) дызыхуэныкъуэ зэхъуэкІыныгъэхэр ди гъащІэм хэтлъхьэным; 3) адэкІи ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ дыхуэлэжьэным (11 абзацым феплъ.) f


ДИН ПЭЖЫМ ЗЭРЫХУЩЫТЫР

12. Пэжагъ зыгъэлъэгъуа пащтыхьхэмрэ зымыгъэлъэгъуахэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэт?

12 Алыхьым хуэпэж пащтыхьхэр дин пэжым быдэу тетт икІи я лъабжьэ щІэтхэр абы хурагъаджэт. ДауикІ, а пащтыхьхэр дагъуэншэу щыттэкъым икІи абыхэм щыуагъэ ящІэт. Ауэ ахэр я гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ хуэпэжт икІи я щІыналъэм щыІэ тхьэ напэхэр ягъэкІуэдт d.

13. Ахав къепцІыжауэ сыт Иеговэ къыщІилъытар?

13 Пэжагъ зымыгъэлъэгъуа пащтыхьхэм щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур? Абыхэм ящІэу щытар Іей защІэт? Хьэуэ. Псалъэм папщІэ, пащтыхь бзаджэ Ахав езым и ягъэкІэ Навот зэраукІар къыщищІам ар абы и жагъуэ хъуащ икІи Иеговэ и пащхьэ зыщигъэлъэхъшащ (1 Цар. 21:27—29). Абы нэмыщІ а пащтыхьым къалэхэр иухуэт икІи ехъулІэныгъэ иІэу Израилым и бийхэм езауэт (1 Цар. 20:21, 29; 22:39). Ауэ Иеговэ Іейуэ къилъытэр абы ищІэу зэрыщытаращ и цІэр зэрыІуар. И щхьэгъусэм и ягъэкІэ абы дин нэпцІым зригъэубгъуащ икІи а гуэныхьым ар зэи хущІегъуэжакъым (1 Цар. 21:25, 26).

14. 1) Пащтыхь Ровоам пэжагъ имыгъэлъэгъуауэ сыт Иеговэ къыщІилъытар? 2) Пэжагъ зымыгъэлъэгъуа пащтыхьхэр сыткІэ зэщхьт?

14 Алыхьым хуэпэжу щымыта пащтыхь Ровоами и гугъу тщІынщ. ЕтІуанэ абзацым зэрыщыжыІам хуэдэу абы фІы куэд ищІащ. Ауэ и пащтыхьыгъуэр быдэ щыхъуам щыгъуэ Ровоам Иеговэ и хабзэм текІри тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэу щІидзащ (2 Лет. 12:1). Абдеж щыщІэдзауэ ар Иеговэрэ тхьэ нэпцІхэмрэ я зэхуаку дэтт, зэ зым зэ адрейм хуэлажьэу (1 Цар. 14:21—24). Иеговэ епцІыжар Ровоамрэ Ахаврэ я закъуэкъым. Израил пащтыхьхэм я нэхъыбэр апхуэдэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр дин нэпцІым зыгуэркІэ хэпщІауэ щытт. Зэрытлъагъущи, пащтыхьыр дин пэжым зэрыхущытырат и нэхъыбэм Иеговэ лъабжьэ ищІыр ар фІыуэ е Іейуэ къилъытэн щхьэкІэ.

15. ЦІыхур дин пэжым зэрыхущытым Иеговэ мыхьэнэшхуэ щІритыр сыт?

15 Пащтыхьыр дин пэжым зэрыхущытым Иеговэ псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ щІритыр сытыт? Япэрауэ, пащтыхьым щапхъэфІ лъэпкъым иригъэлъэгъун хуейт, Алыхьым дапхуэдэу хуэлэжьэн хуейми. ЕтІуанэрауэ, дин нэпцІым Іэмал имыІэу цІыхухэр хуешэ гуэныхь хьэлъэхэр ящІэным, нэгъуэщІхэми гущІэгъуншэу хущытыным (Ос. 4:1, 2). Ещанэрауэ, лъэпкъ псор, пащтыхьхэри хэту, Иеговэ и лъэпкъ хэхауэ щытт. Абы къыхэкІкІэ Библием тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэр зинэ ищІэу и щхьэгъусэм епцІыжам ирегъэщхь (Иер. 3:8, 9). Апхуэдэ гуэныхь хьэлъэ зыщІэ цІыхум и щхьэгъусэм и гур егъэлеяуэ иреуд. Апхуэдэ гурыщІэщ Иегови иІэр и лэжьакІуэ гуэр къыщыхуэмыпэжым деж (Втор. 4:23, 24) e.

16. Иеговэ и еплъыкІэкІэ пэжыгъэ зигу илъымрэ мыхъумыщІагъэ зыщІэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ?

16 Сыт хуэдэ дерс мы щапхъэхэм хэтхынур? Дин нэпцІым хэпщІа дызэрыхъун сыт хуэдэ Іуэхугъуэми пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ. Ауэ ари мащІэщ. Дэ ди гум къыбгъэдэкІыу дин пэжым дытетын хуейщ. Бегъымбар Малахие ІупщІу къыдгуригъэІуащ, Иеговэ и деж цІыхуфІыр сыткІэ цІыху Іейм къыщхьэщыкІми. Абы итхащ: «Фэ аргуэру флъагъунущ пэжыгъэ зигу илъымрэ мыхъумыщІагъэ зыщІэмрэ, Алыхьым хуэлажьэмрэ хуэмылажьэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр» (Мал. 3:18). Аращи, ди Алыхьым дыхуэлэжьэну зыри зэран зыхуэдгъэхъун хуейкъым. Псалъэм папщІэ, иныкъуэхэм деж ди ныкъусанхэмрэ ди щыуагъэхэмрэ ди гум егъэлеяуэ щІыхьэу Алыхьым дыхуэлэжьэн щыдгъэтынкІэ хъунущ. Ауэ сыт къэмыхъуами, дэ Иеговэ хуэлэжьэн щыдгъэтын хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар гуэныхь хьэлъэу щытщ.

17. Дапхуэдэу дэ щхьэгъусэ къыхэтхыр Иеговэрэ дэрэ ди зэхущытыкІэм зэран е сэбэп зэрыхуэхъунур?

17 Уэ унагъуэ быухуэну ухуеймэ, Малахие и псалъэхэр къыбдэІэпыкъунущ щхьэгъусэфІ пхуэхъун къэбгъуэтыну. ЦІыхум хьэл-щэныфІ гуэрхэр хэлъыфынущ. Ауэ Иеговэ езым къыхуэмылажьэ цІыхур пэжагъым тету къилъытэну? (2 Кор. 6:14). Апхуэдэ цІыху щхьэгъусэ пщІыуэ щытмэ, абы фІым ухуигъэушыну икІи Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэхъуну къыбдэІэпыкъуну? Сэлмэн къыщыщІам девгъэгупсыс. Хамэ лъэпкъхэм щыщу Сэлмэн къиша фызхэм хьэл-щэн дахэ гуэрхэри яхэлъу къыщІэкІынт. Ауэ ахэр Иеговэ хуэлажьэтэкъыми тІэкІу-тІэкІуурэ Сэлмэн дин нэпцІым хуашащ (1 Цар. 11:1, 4).

18. Адэ-анэхэм я бынхэр сытым хуагъэсэн хуей?

18 Адэ-анэхэ, мы статьям ит гупсысэхэр къэвгъэсэбэп фи бынхэр Иеговэ хуэлэжьэну гукъыдэжышхуэ яІэн щхьэкІэ. Алыхьым языныкъуэ пащтыхьхэр фІыуэ адрейхэр Іейуэ къыщІилъытам и щхьэусыгъуэр къагурыІуэну фи сабийхэм фадэІэпыкъу. Иеговэ дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэт пащтыхьхэр къыхуэлэжьэным икІи абыхэм адрейхэри Алыхьым хуэлэжьэну хуагъэушыным. Фи сабийхэм къагурывгъаІуэ Алыхьым хуэлэжьэныр гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэу щытын зэрыхуейр. Фэри абыкІэ щапхъэфІ вгъэлъагъуэ. Сабийхэми ялъэгъун хуейщ фэ езым Библие джыным, зэІущІэхэм кІуэным, хъыбарыфІ гъэІуным япэ увыпІэ зэрефтыр (Мт. 6:33). Фи бынхэм къагурыІуэн хуейщ Иеговэ хуэлажьэ унагъуэм ахэр зэрыщыщымкІэ зэрызэфІэмыкІыр, езыхэми Алыхьым гъунэгъу зэрызыхуащІын хуейр. Апхуэдэу ямыщІэмэ, абыхэм Алыхьым хуэлэжьэныр ирагъэкІуэтэкІын е пэжыр къагъэнэнкІэ хъунущ.

19. Иеговэ и деж къэзыгъэзэжыну хуейхэм сыт ящІэн хуейр? (« Иеговэ деж къэвгъэзэж!» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)

19 Зыгуэрым Иеговэ хуэлэжьэн щигъэтамэ, абы къикІыу пІэрэ афІэкІа а цІыхум Алыхьым гъунэгъу зыхуимыщІыжыфыну? Хьэуэ. Ар и гуэныхьым хущІегъуэжу Иеговэ и деж къигъэзэжыфынущ. Абы щхьэкІэ а цІыхум и пагагъэр ирикъухыу зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдигъэІэпыкъун хуейщ (Екъуб 5:14). Ар тыншу щымытынкІэ хъунущ. Ауэ къару етхьэлІэу Иеговэ гъунэгъу зыхуэтщІыжыну хуэфащэкъэ?

20. ПащтыхьыфІхэм щапхъэ ятетхмэ, Иеговэ сыт хуэдэ цІыхуу дыкъилъытэну?

20 Мы статьям сыт къыщытщІар? Дэ Алыхьым хуэпэжу щыта пащтыхьхэм щапхъэ тетхын хуейщ. Абы щхьэкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ ди гур тхъумэным икІи нэгъэсауэ Иеговэ хуэпэжу дыщытыным. Аращи, чэнджэщ къыдатхэм дедаІуэу, ди щыуагъэхэм дерс хэтхыу, ди гуэныхьхэм дыхущІегъуэжын хуейщ. Абы нэмыщІ зыщыдгъэгъупщэнкъым Алыхь пэжым дыхуэлэжьэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. А псор тщІэуэ щытмэ, Алыхьым и дежкІэ пэжагъ зыгъэлъагъуэ цІыхуу дыщытынущ.

45 УЭРЭДЫР Си гум илъ гупсысэхэр

a Мы статьям «Израилым и пащтыхь» жиІэу зи гугъу ищІым хеубыдэ Алыхьым и лъэпкъым пащтыхьу тета псори: лъэпкъ пщыкІутІу щыщытами, иужькІэ Иудэ лъэпкъитІрэ Израил лъэпкъипщІкІэрэ гуэша щыхъуами.

b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. «Гу» жыхуиІэ псалъэр Библием къыщигъэсэбэпым деж и нэхъыбэм зи гугъу ищІыр цІыхум и щытыкІэращ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, и гурыщІэхэр, и гупсысэхэр, и хьэл-щэнхэр, и зэфІэкІхэр икІи и мурадхэращ.

c Амацие хамэ лъэпкъхэм я пащтыхьхэм дэплъеяуэ къыщІэкІынщ. Абыхэм хабзэ яІэт къазэуа лъэпкъхэм я тхьэ нэпцІхэм хуэлэжьэну.

d Псалъэм папщІэ, пащтыхь Асэ къемызэгъ Іуэхугъуэ зыбжанэ ищІащ (2 Лет. 16:7, 10). Ауэ Библием щыжыІащ Иеговэ пэжу илъытэ Іуэхухэр абы ищІэу зэрыщытар. Ар япэщІыкІэ бегъымбарым хуэгубжьами, иужькІэ абы хущІегъуэжауэ къыщІэкІынщ. Къапщтэмэ, абы и Іейм нэхърэ и фІыр нэхъыбэт. Псом нэхъапэращи, Асэ зыхуэлэжьар Иеговэ закъуэт икІи дин нэпцІыр зэригъэкІуэдыным къарууэ иІэр ирихьэлІэт (1 Цар. 15:11—13; 2 Лет. 14:2—5).

e Мусэ и Хабзэм щыщу япэрей унафитІым итащ Иеговэ фІэкІа нэгъуэщІым зыми ухуэлажьэ зэрымыхъунур (Исх. 20:1—6). Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ дежкІэ мыхьэнэшхуэ зэриІэр езым фІэкІ нэгъуэщІым зыми дыхуэмылэжьэным.

f СУРЭТЫМ ИТЫР. Къуэшым фадэм дихьэхыну шынагъэ зэрыщыІэм зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ къуэш щІалэщІэм гу лъетэри, ар абы жреІэ. Къуэшым Іэдэбагъ хэлъу зэхуэсым и нэхъыжьым жиІэм йодаІуэри, зэхъуэкІыныгъэ и гъащІэм хелъхьэ икІи и гум къыбгъэдэкІыу адэкІи Иеговэ хуолажьэ.