Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

29 СТАТЬЯР

121 УЭРЭДЫР ЗышыІэныгъэ тхэлъын хуейщ

Фымыбэлэрыгъыу гъэунэхуапІэм фыпэщІэт!

Фымыбэлэрыгъыу гъэунэхуапІэм фыпэщІэт!

«Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щІэным фыдимыхьэхын щхьэкІэ Тхьэм фелъэІу» (МТ. 26:41).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Гуэныхьым сытым дыхуишэфынуми икІи дапхуэдэу абы зыщытхъумэнуми.

1, 2. 1) Апостолхэр зыхуэсакъын хуейуэ сытыт Хьисэ абыхэм яжриІар? 2) Апостолхэм Хьисэ сыт къыщІагъэнар? (Сурэтми феплъ.)

 ХЬИСЭ жиІащ: «Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфІэкІыркъым» (Мт. 26:41, етІуанэ Іыхьэр) a. Сыт абы зи гугъу ищІар? Хьисэ къыгурыІуэт цІыхухэр гуэныхьлыуэ зэрыщытыр икІи щІэх-щІэхыурэ зэрыщыуэр. А псалъэхэмкІэ Хьисэ и гъэсэнхэр я щхьэм щымыгугъыжыну хуигъэушт. Сыхьэт зыбжанэ ипэ апостолхэм жаІат сыт къэмыхъуами, я Зиусхьэныр зэи къамыгъэнэну (Мт. 26:35). Абыхэм жаІам шэч къытрахьэтэкъым икІи ахэр я псалъэм тетыжыну хуейт. Ауэ апостолхэм я гущхьэ къэкІтэкъым гугъуехь пэщІэхуэмэ, жаІа псалъэм псынщІэу зэрытекІынур. Аращ Хьисэ ахэр щІыхуигъэушар: «Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щІэным фыдимыхьэхын щхьэкІэ Тхьэм фелъэІу» (Мт. 26:41, япэ Іыхьэр).

2 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хьисэ жиІар апостолхэм Іэпэдэгъэлэл ящІащ. Бийхэм Хьисэ щаубыдам щыгъуэ сыт абыхэм ящІар? Апостолхэр зэрыжаІам тету Хьисэ и гъусэу къэна? Хьэуэ, езыхэм зэрамыгугъауэ ахэр шынэри щІэпхъуэжащ (Мт. 26:56).

Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІащ: «Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щІэным фыдимыхьэхын щхьэкІэ». Ауэ ар щаубыдам щыгъуэ ахэр шынэри щІэпхъуэжащ (1, 2 абзацхэм феплъ.)


3. 1) Ди щхьэм дыщыгугъыжмэ, дапхуэдэу ар зэран къызэрытхуэхъуфынур Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэну? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Дэ ди щхьэм дыщыгугъыжу дыхъумэ, абы и зэран къыдэкІыфынущ. ДауикІ, дэ дыхуейщ Иеговэ дыхуэпэжыну икІи дгъэгуфІэну. Ауэ дэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым гуэныхь зэрытхэлъыр икІи мыхъумыщІагъэ гуэрым дыдихьэхынкІэ зэрыхъунур (Рим 5:12; 7:21—23). Дэ езым гу лъыдмытэжу гуэныхь щІэным егъэлеяуэ дыдезыгъэхьэхын Іуэхугъуэ дихуэфынущ. Аращи, Иеговэрэ абы и Къуэмрэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ Хьисэ и чэнджэщым дытетын хуейщ. Мы статьям дэ япэщІыкІэ дытепсэлъыхьынущ сыт хуэдэ лъэныкъуэхэмкІэ псом хуэмыдэу дысакъын хуейми. ИужькІэ къэтщІэнущ дапхуэдэу гъэунэхуапІэхэм зыщытхъумэфынуми. ИкІэм зэпкърытхынущ дымыбэлэрыгъын щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунуми.

ПСОМ ХУЭМЫДЭУ СЫТ ХУЭДЭ ЛЪЭНЫКЪУЭХЭМКІЭ ДЫСАКЪЫН ХУЕЙ?

4, 5. Хьэлъэу щымыт гуэныхьхэми шынагъэ щІыпылъыр сыт?

4 Языныкъуэ гуэныхьхэр хьэлъэу щымытми, ахэр Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран хуэхъуфынущ. Абыхэм иджыри гуэныхь нэхъ хьэлъэхэм дыхуашэфынущ.

5 Дэтхэнэ зыри гъэунэхуапІэ дыпэщІохуэ. Дэ псоми хьэл зырыз диІэщ, ди тІасхъапІэхэри зэщхькъым. Языныкъуэхэр зинэ щІэным пэщІэтщ. НэгъуэщІхэр мастурбацие жыхуаІэ хьэл мыхъумыщІэм е порнографие еплъыным ебэнын хуей мэхъу. Хэти губжьыным, цІыхухэм яфІэлІыкІыным е щхьэзыфІэфІу зэрыщытым йобэн. ДауикІ, дэ иджыри куэд къытхуебжэкІынущ. Екъуб зэритхам хуэдэу «езым и хъуэпсэныгъэ Іейхэрщ, зыІэпашэу икІи зэщІаубыдэу... цІыхур дэзыхьэхыр» (Екъуб 1:14).

6. Ди тІасхъапІэхэр тщІэжыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

6 Уи тІасхъапІэхэр пщІэжу пІэрэ? Иныкъуэхэм деж дэ дошынэ ныкъусан гуэр зэрытхэлъым арэзы дытехъуэну. Е ди гугъэфынущ сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми ди къарумкІэ дыпэлъэщыфыну. Ауэ апхуэдэу ди щхьэр къэдгъэпцІэжу щытмэ, абы дэ фІым дыхуишэнукъым (1 Ин. 1:8). Паул итхауэ щытат Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхури мысакъыу щытмэ, гуэныхь щІэным дихьэхынкІэ зэрыхъунур (Гал. 6:1). Дэ ди щхьэр къэдмыгъэпцІэжу, ди тІасхъапІэхэри тщІэжу зэран къытхуэхъуну Іуэхугъуэхэм пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ (2 Кор. 13:5).

7. Гулъытэ нэхъыбэ зыхуэтщІын хуейр сыт? Щапхъэ къэфхь.

7 Ди тІасхъапІэхэр зэхэдгъэкІа иужь сыт адэкІэ тщІэн хуейр? Абыхэм гулъытэ нэхъыбэ хуэщІын хуейщ. Щапхъэ къэтхьынщ. Пасэрей зэманым къалэм и блыным нэхъ тІасхъапІэу иІэу щытар куэбжэрат. Абы къыхэкІкІэ темыплъэкъукІыу куэбжэр яхъумэт. Дэри абы ещхьу гуэныхь дэзыгъэщІэнкІэ хъуну ди тІасхъапІэхэр зэрыдгъэбыдэным иужь дитын хуейщ (1 Кор. 9:27).

ДАПХУЭДЭУ ГЪЭУНЭХУАПІЭХЭМ ЗЭРЫЗЫЩЫТХЪУМЭНУР?

8, 9. Притчи 7 псалъащхьэм зи гугъу ищІ щІалэм сытыт къыдэІэпыкъунур гуэныхь хьэлъэ имыщІэну? (Притчи 7:8, 9, 13, 14, 21, Гъэс.).

8 Дапхуэдэу гъэунэхуапІэхэм зэрызыщытхъумэнур? Притчи 7 псалъащхьэм зи гугъу ищІ щІалэм и хъыбарым сытым дыхуигъасэми дыхэплъэнщ. А щІалэм къэхьпэм и гъусэу зинэ ищІащ. 22 едзыгъуэм (Гъэсэпэтхыдэхэм) щыжыІащ: «Иуващ иужь цІыхубзым асыхьэту щІалэр». Уэ къыпщыхъункІэ хъунущ а Іуэхур напІэзыпІэм къэхъуауэ. Ауэ ипэ ит едзыгъуэхэм къыхощ а щІалэм Іущагъ зыхэмылъ унафэ зыбжанэ къызэрищтар икІи абы гуэныхьым зэрыхуишар.

9 Сыт ар гуэныхьым хуэзышар? Япэрауэ, абы пщыхьэщхьэ хуэкІуэу а цІыхубзыр щыпсэу уэрамымкІэ иунэтІащ икІи и унэм гъунэгъу хуэхъуащ. (Къеджэ Притчи 7:8, 9, Гъэс.). ЕтІуанэрауэ, а щІалэм цІыхубзыр щилъагъум имыгъэзэжу абы хуэкІуащ. ГъэпцІагъэ къыжриІэхэм едаІуэурэ пэрымыуэу ба зыхуригъэщІащ. А цІыхубзым жиІащ мамырыгъэм и къурмэнхэр къихьауэ. Абы а щІалэм къыщигъэхъуну хуейуэ къыщІэкІынт цІыху Іейуэ щымыт хуэдэу. (Къеджэ Притчи 7:13, 14, 21, Гъэс.) А щІалэм Іущагъ зыхэмылъ лъэбакъуэхэр имычауэ щытамэ, гъэунэхуапІэ пэщІэхуэнутэкъым, гуэныхьи къыІэщІэщІэнутэкъым.

10. Притчи тхылъым зи гугъу ищІ щІалэм ищІа щыуагъэм хуэдэ ноби дапхуэдэу зыгуэрым зэрищІэфынур?

10 Притчи 7 псалъащхьэр зытепсэлъыхьыр Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми къыщыщІыфынущ. Гуэныхь зыщІам игъэщІэгъуэнкІэ хъунущ — «ар дауэ къысІэщІэщІа?» — жиІэу. Ауэ ар зэплъэкІыжу щытмэ, абы хуэзышар къилъэгъуфынущ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ хуэмылажьэхэр абы ныбжьэгъу хуэхъуагъэнщ, е и нэгу зэрызригъэужьыр, здэкІуэ щІыпІэхэр икІи зэрыхьэ сайтхэр къемызэгъыу щытыфынущ. Абы нэмыщІ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзэн, Библием еджэн, зэІущІэхэм кІуэн е хъыбарыфІыр игъэІун щигъэтауэ къыщІэкІынщ. Притчи тхылъым зи гугъу ищІ щІалэм ещхьу ноби цІыхур гуэныхь хьэлъэм хуэзышэ лъэбакъуэ зыбжанэ щыІэщ.

11. Гуэныхь дымыщІэн щхьэкІэ сытым пэІэщІэ зыхуэтщІын хуей?

11 Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? Гуэныхьым имызакъуэу абы ухуэзышэ псоми пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ. Сэлмэн арат зи гугъу ищІар щІалэмрэ цІыхубзымрэ теухуа хъыбарыр щитхам щыгъуэ. Абы иджыри дыкъыхуреджэ: «И лъагъуэ нэпцІхэм зыщывдзей» (Прит. 7:25, Гъэс.). Притчи 5 псалъащхьэми итщ абы ещхь чэнджэщ: «ЗыхуэщІ пэІэщІэ апхуэдэ цІыхубз, и унэ бжэщхьэІуи уемыкІуалІэ» (Прит. 5:3, 8, Гъэс.). Пэжщ, дэ гуэныхьым гъунэгъу дыхуэзыщІ псоми пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ b. Языныкъуэ Іуэхухэр Алыхьым и лэжьакІуэхэм я дежкІэ къезэгъыу щытми, абыхэм и зэран уэ къокІынкІэ хъунущ (Мт. 5:29, 30).

12. Сыт хуэдэ мурадт Іэиуб ищІауэ щытар икІи ар абы дапхуэдэу гъэунэхуапІэхэм зэрыщихъумар? (Иов 31:1).

12 Гуэныхьым ухуэзышэ гъуэгум зыщытхъумэн щхьэкІэ дысакъыну мурад быдэ тщІын хуейщ. АбыкІэ дэ Іэиуб щапхъэ тетх хъунущ. Іэиуб «и нитІым зэгурыІуэныгъэ ирищІылІат», нэгъуэщІу жыпІэмэ абы и гум быдэу ирилъхьат нэгъуэщІ цІыхубз хъуэпсэнэгуу зэи емыплъыну. (Къеджэ Иов 31:1.) Іэиуб къищта унафэм быдэу тетыжащ икІи абы и фІыгъэкІэ ар и щхьэгъусэм сытым дежи хуэпэжащ. Дэри мурад быдэ тщІы хъунущ гуэныхьым ухуэзышэ Іуэхугъуэхэм пэІэщІэ зыхуэтщІыну.

13. Ди гупсысэхэм дыкІэлъыплъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Сурэтми феплъ.)

13 Абы нэмыщІ дэ ди гупсысэхэми дыкІэлъыплъын хуейщ (Исх. 20:17). Языныкъуэхэм уигукІэ мыхъумыщІагъэ гуэр уегупсысыным зыри Іей хэмылъу я гугъэщ. Абыхэм жаІэ: «Ар умыщІэмэ аращ». Ауэ ар щхьэгъэпцІэжщ. Хъуэпсэныгъэ Іейхэр зи гум щызыгъафІэм а хъуэпсэныгъэр къызэщІегъаплъэри къару щІелъхьэ. Аращи, цІыхум езым гъэунэхуапІэ зрегъахуэри абы ебэныжын хуей мэхъу. Пэжщ, зэман-зэманкІэрэ гупсысэ къемызэгъхэр ди гум къэкІынкІэ хъунущ, ауэ ахэр ди щхьэм щыдмыгъэджэрэзу гупсысэ тэмэмхэм ди акъылыр тедухуэн хуейщ. Апхуэдэу дэ гуэныхь хьэлъэм зыщытхъумэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гупсысэ къемызэгъым гуэныхь дигъэщІэну Іэмал еттынукъым (Флп. 4:8; Кол. 3:2; Екъуб 1:13—15).

ГъэунэхуапІэм дыхуэзышэфыну псоми дэ пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ (13 абзацым феплъ.)


14. Дапхуэдэу иджыри гъэунэхуапІэхэм зэрызыщытхъумэфынур?

14 Дапхуэдэу иджыри гъэунэхуапІэхэм зэрызыщытхъумэфынур? Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэн хуейкъым Алыхьым и хабзэхэм дызэрытетым сыт щыгъуи ифІ къызэрыдэкІым. Иныкъуэхэм деж ди гупсысэхэмрэ дызыщІэхъуэпсымрэ Алыхьыр зыхуейм тедгъэхуэну къыдэгугъуэкІынкІэ хъунущ. Ауэ абы къару етхьэлІэмэ, дыщыгуфІыкІыжынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым къыдитыну мамырыгъэмрэ гурыфІыгъуэмрэ уасэ иІэкъым.

15. ФІыр фІыуэ зэрытлъагъур дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур гъэунэхуапІэхэм дыпэщІэтыну?

15 Дэ гурыщІэ къабзэхэм ди гум лъабжьэ щедгъэщІын хуейщ. Іейр тлъагъу мыхъуу икІи фІыр фІыуэ тлъагъуу зедгъасэмэ, дэ нэхъ тыншу гуэныхьым дыхуэзышэ Іуэхугъуэхэм дыпэщІэтыфынущ (Ам. 5:15). Абы нэмыщІ дымыщІэххэу гъэунэхуапІэ гуэр дыпэщІэхуэмэ, дэ абы Іэнкун дищІынукъым икІи теубыдагъэ диІэнущ Алыхьым пэжу дыкъыхуэнэну.

16. Алыхьым и Іуэхум дызэрыхэтым гурыщІэ къемызэгъхэм дапхуэдэу дызэрыщихъумэр? (Сурэтми феплъ.)

16 Сыт дэ къыддэІэпыкъунур гурыщІэ къабзэхэм ди гум лъабжьэ щедгъэщІыну? ЗэрыхъукІэ Алыхьым и Іуэхум нэхъыбэу дыхэтын хуейщ. ЗэІущІэхэмрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ дыщыхэтым деж Иеговэ зэрыдгъэгуфІэным ди акъылыр тыдоухуэри мыхъумыщІэ гуэр тщІэну дигу къэкІкъым (Мт. 28:19, 20; Евр. 10:24, 25). Алыхьым и Псалъэм дегупсысурэ дыщеджэм деж фІыр фІыуэ тлъагъуу икІи Іейр тлъагъу мыхъуу зыдогъасэ (Иис. Н. 1:8; Пс. 1:2, 3; 119:97, 101). Хьисэ и псалъэхэр зыщывмыгъэгъупщэ: «Гуэныхь щІэным фыдимыхьэхын щхьэкІэ Тхьэм фелъэІу» (Мт. 26:41). Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж уафэм щыІэ ди Адэм и гъусэу зэманыр дгъакІуэу жыпІэ хъунущ. Апхуэдэу дэ Иеговэ Іэмал идот къыддэІэпыкъуну икІи ар нэхъыбэжу дгъэгуфІэн щхьэкІэ гукъыдэж къыдитыну (Екъуб 4:8).

ГъэунэхуапІэхэм зыщытхъумэну Алыхьым и Іуэхум дызэрыхэтыр къыддэІэпыкъунущ (16 абзацым феплъ.) c


ФЫМЫБЭЛЭРЫГЪ

17. Петр мызэ-мытІэу сыт хуэдэ шынэ зытригъэкІуар?

17 Дэ языныкъуэ ныкъусанхэр зыхэднэфыну къыщІэкІынщ, ауэ ныкъусан гуэрхэми зэман-зэманкІэрэ къытрагъэзэжынкІэ хъунущ. Абы теухуауэ Петр и щапхъэм деплъынщ. Ар цІыхухэм зэрыщышынам къыхэкІкІэ Хьисэ имыцІыхуу щэнейрэ жиІащ (Мт. 26:69—75). ИужькІэ, Синедрионым и пащхьэ иту, абы лІыгъэ хэлъу Хьисэ и гугъу ищІащ. Ар зэгуэр шынауэ щытауэ пщІэжынтэкъым (Апост. 5:27—29). Ауэ илъэс бжыгъэ дэкІа иужь журт лъэпкъым щымыщхэм ядэшхэн абы щигъэтащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар журтхэм ягу иримыхьынкІэ шынэти (Гал. 2:11, 12). Зэрытлъагъущи, Петр цІыхухэм зэрыщышынэу щытам къытригъэзэжащ икІи ар а шынэм и кІэм нэс зэи темыкІуагъэнкІэ хъунущ.

18. Хьэл гуэрым дыпэлъэща иужьи сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

18 Апхуэдэ гуэр дэри къытщыщІынкІэ хъунущ. Зыхэднауэ ди гугъэ хьэл мыхъумыщІэ гуэрым къытригъэзэжыфынущ. Ди зы къуэшыр къыддогуашэ: «Сэ илъэсипщІ хъуауэ порнографие сеплъыжтэкъыми а хьэл Іейр зыхэзна си гугъащ. Ауэ ар зыщІыпІи кІуатэкъым — абы хьэкІэкхъуэкІэ бзаджэм хуэдэу зиущэхуауэ арат, Іэмал зэриІэу къытригъэзэжын щхьэкІэ». Ди къуэшым щытхъу хуэфащэщ а гъэунэхуапІэм адэкІи зэрыпэщІэтыфам щхьэкІэ. Абы къыгурыІуащ а гъэунэхуапІэм махуэ къэс ебэнын зэрыхуейр, уеблэмэ мы дунеижьым и кІэм нэсыху абы ебэнын хуеинкІэ хъунущ. А къуэшым и щхьэгъусэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ зыдигъэІэпыкъуащ икІи нэхъ сакъыу щІидзащ и хьэл-щэныжьым къытримыгъэзэжын щхьэкІэ.

19. Сыт дэ тщІэн хуейр, иджыри зыхэдмына хьэл мыхъумыщІэ гуэр тхэлъмэ?

19 Дэ иджыри зыхэдмына хьэл мыхъумыщІэ гуэр тхэлъынкІэ хъунущ. А хьэлыр къыттемыкІуэн щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр? Хьисэ и чэнджэщым дытету дэ сыт щыгъуи дысакъын хуейщ. ГъэунэхуапІэхэм упэлъэщыну къару уиІэу ущигугъэм дежи гурыщІэ къемызэгъхэм ухуэзышэнкІэ хъуну Іуэхугъуэхэм пэІэщІэ зыхуэщІ (1 Кор. 10:12). Япэм къыбдэІэпыкъуа Іуэхугъуэхэм адэкІи тет. Притчи 28:14 щыжыІащ: «НасыпыфІэщ сытым щыгъуи Іейм пэІэщІэ зыхуэзыщІыр» (2 Пет. 3:14).

СЫТ ХУЭДЭ ТЫГЪЭ КЪЫТПЭЩЫЛЪЫР?

20, 21. 1) Сыт хуэдэ тыгъэ къытпэщылъыр, гъэунэхуапІэхэм пэІэщІэ зыхуэтщІыну къару етхьэлІэмэ? 2) Дэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэуэ щытмэ, сыт Иеговэ ищІэнур? (2 Коринф 4:7).

20 ГъэунэхуапІэхэм пэІэщІэ зыхуэтщІын щхьэкІэ къару етхьэлІэну зэрыхуэфащэм дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ. Гуэныхьым цІыхум иритыр «зэман кІэщІкІэ зыгъэтхъэжынырщ» (Евр. 11:25). Дэ Иеговэ и хабзэхэм дыщытетым деж куэдкІэ дынэхъ насыпыфІэщ (Пс. 19:8). Абы щхьэусыгъуэ хуэхъур Иеговэ и хабзэхэм дытету дыпсэуну дыкъызэригъэщІаращ (ЩІэдз. 1:27). Абы къыхэкІкІэ Иеговэ ди дуней тетыкІэмкІэ щыдгъэгуфІэм деж зым хуэмыдэ тыгъэ диІэ мэхъу — напэ къабзэрэ гъащІэ мыухыжым теухуа гугъэрэ (1 Тим. 6:12; 2 Тим. 1:3; Иудэ 20, 21).

21 Пэжщ, «пкъым хузэфІэкІыркъым». Ауэ абы къикІкъым гуэныхьым дыпэмылъэщыфыну. Иеговэ сытым щыгъуи хьэзырщ дызыхуэныкъуэ къару къыдитыну. (Къеджэ 2 Коринф 4:7.) Ауэ гу лъыфтэт: Алыхьым къыдит къарур ди къарум нэхърэ куэдкІэ нэхъыбэщ. Дэ ди къалэныр — къарууэ диІэр къэдгъэсэбэпу махуэ къэс гъэунэхуапІэхэм дебэныныращ. Дэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэмэ, шэч къытедмыхьэми хъунущ: Иеговэ ди тхьэлъэІухэм жэуап къритынущ икІи тхузэфІэмыкІымкІэ къыддэІэпыкъунущ (1 Кор. 10:13). Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ дэ сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми дыпэлъэщыфынущ!

47 УЭРЭДЫР Иеговэ махуэ къэс тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ

a ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Маттэ 26:41 ит «гу» жыхуиІэ псалъэм къикІыр а тхылъыр зэратхауэ щыта бзэмкІэ «дух» жиІэу аращ. Ар дигукІэ зыхэтщІэу зыгуэр тщІэну дыхуэзыгъэуш къарущ. «Пкъыр» — ар гуэныхьлыуэ дызэрыщытыращ. Дэ Алыхьым и хабзэм дытетыну гукъыдэжышхуэ диІэфынущ. Ауэ дымысакъыу щытмэ, гъэунэхуапІэм зыдедгъэхьэхыу Алыхьым и хабзэм дебэкъуэфынущ.

b Гуэныхь хьэлъэ зыщІа цІыхум сэбэп хуэхъун чэнджэщхэр къыщигъуэтыфынущ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым, 57 урокым и 1—3 пунктхэм, абы нэмыщІ 2020 гъэм, ноябрым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 27—29 напэкІуэцІхэм ит «БлэкІа Іуэхухэм фыхуемыплъэкІыж — ипэкІэ фыплъэ!» жыхуиІэ статьям, 12—17 абзацхэм.

c СУРЭТЫМ ИТЫР. Къуэшыр пщэдджыжьым махуэм хухэха едзыгъуэм йоджэ, шэджагъуэм Библием йоджэ, пщыхьэщхьэм зэІущІэм щыІэщ.