Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

24 СТАТЬЯР

24 УЭРЭДЫР Иеговэ и бгым фыкъакІуэ

Иеговэ и хьэщІэу игъащІэкІэ щыт!

Иеговэ и хьэщІэу игъащІэкІэ щыт!

«Иеговэ, хэт уи шэтырым хьэщІэу къебгъэблэгъэнур?» (ПС. 15:1).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Иеговэ и ныбжьэгъуу дыкъэнэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми, абы нэмыщІ нэгъуэщІ и ныбжьэгъухэми дапхуэдэу дахущытын хуейми.

1. Псалом 15:1—5 зэпкърытхыным сэбэпынагъ щІыпылъыр сыт?

 МЫБЫ ипэ дджа статьям дэ къыщытщІащ Иеговэ и шэтырым хэт къригъэблагъэми. Ахэр хэт хъуну? Ахэр зи гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ изылъхьа икІи абы и лъабжьэ зэрыщІэтыр лъапІэу зылъытэ цІыхухэращ. Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр дапхуэдэу зэрыхэдгъэхъуэнур икІи зэрытхъумэнур? АбыкІэ дэ 15-нэ Псаломыр къыддэІэпыкъунущ. (Къеджэ Псалом 15:1—5.) Абы ит едзыгъуэхэр зырызурэ зэпкърытхынщи, къэтщІэнщ Иеговэ сыткІэ и ныбжьэгъухэм щыгугъми.

2. Даут Иеговэ и шэтырым щытепсэлъыхьам сыт зи гугъу ищІауэ къыщІэкІынур?

2 Псалом 15-нэ псалъащхьэр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ щІедзэ: «Иеговэ, хэт уи шэтырым хьэщІэу къебгъэблэгъэнур? Уи бгы лъапІэм хэт щыбгъэпсэунур?» (Пс. 15:1). Даут «шэтырым» щытепсэлъыхьам зи гугъу ищІар Гаваон дэта шэтыр лъапІэра хъунщ. Абы иджыри «бгы лъапІэ» жиІэу зи гугъу ищІар Ерусалим щыІа Сион бгырауэ къыщІэкІынщ. Гаваоным ипщэкІэ километр зыбжанэкІэ уІэбэмэ, Даут Сион бгым шэтырыр щигъэуври, унафэ ищІащ зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр абы къахьыну (2 Сам. 6:17). ЗэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр абы щыІащ, Иеговэ и унэшхуэр яухуэху.

3. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр тхъумэну 15-нэ Псаломыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур? (Сурэтми феплъ.)

3 ДауикІ, израил цІыхухэм я нэхъыбэр шэтыр лъапІэм зэи щылэжьакъым. ЗэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр здыщІэт пэшми цІыху закъуэтІакъуэт щІыхьэну хуитыныгъэ зиІар. Ауэ Иеговэ пэжу хуэлажьэ дэтхэнэ зы цІыхури абы и ныбжьэгъу хъуфынут, нэгъуэщІу жыпІэмэ, и шэтырым хьэщІэу щыІэфынут. Дэри дызыхуейр ар дыдэращ! 15-нэ Псаломым щыжыІащ сыт дэ тщІэн хуейми, Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр тхъумэн щхьэкІэ.

Даут и зэманым псэуа израил цІыхухэм тыншу я нэгу къыщІагъэхьэфынут Иеговэ и шэтырым хьэщІэу ущыІэным сыт къикІми (3 абзацым феплъ.)


ДЭБГЪУЭН ЗИМЫІЭ ЦІЫХУУ ПСЭУ, ПЭЖАГЪЫМ ТЕТ

4. Дэнэ дэ щытщІэр Иеговэ и ныбжьэгъу дыхъун щхьэкІэ псым зыщІэбгъэуэныр зэрымащІэр? (Исайя 48:1).

4 Псалом 15:2 щыжыІащ Иеговэ и ныбжьэгъур дэбгъуэн имыІэу зэрыпсэур, пэжагъми зэрытетыр. Ауэ гуэныхь зыхэлъ цІыхур дэбгъуэн имыІэу щытыфыну? Щытыфынущ. Иеговэ дэбгъуэн зимыІэ цІыхуу дыкъилъытэнущ, абы дедэІуэн щхьэкІэ сыт щыгъуи тхузэфІэкІыу хъуар тщІэмэ. Дэ ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьэу, псым зыщыщІэдгъауэм деж ар гъуэгум и щІэдзапІэу аращ. Дэ адэкІи Иеговэ хуэпэжу дыщытын хуейщ. Псалъэм папщІэ, израил цІыхухэр Иеговэ и лъэпкъ хэхауэ щытащ. Ауэ абы къикІтэкъым израил цІыхухэр псори Иеговэ и хьэщІэу щытауэ. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Языныкъуэхэм я тхьэлъэІухэр я гум къыбгъэдэкІтэкъым, я ІуэхущІафэхэмкІи Алыхьыр ягъэпудт. (Къеджэ Исайя 48:1.) Иеговэ и хьэщІэу къэнэну хуей израил цІыхухэм Алыхьым и хабзэхэр къащІэу абы тетын хуейт. Ноби апхуэдэущ зэрыщытыр: псым зыщІэбгъауэу, Иеговэ сри-Щыхьэтщ жыпІэныр мащІэщ. Дэ «пэжагъым» дытетын хуейщ. Сыт абы хыхьэр?

5. Сыт и лъэныкъуэкІи Иеговэ дедэІуэным къикІыр сыт?

5 Дэбгъуэн зимыІэ цІыхуу дыщытын, пэжагъми дытетын щхьэкІэ зэІущІэхэм дыкІуэ закъуэкІэ зэфІэкІынукъым (1 Сам. 15:22). Дэ сыт дымыщІэми, зыми дыкъыщимылъагъум дежи Иеговэ дедэІуэн хуейщ (Прит. 3:6, Гъэсэпэтхыдэхэр; Эккл. 12:13, 14). Іуэху цІыкІуфэкІухэм дежи Иеговэ дедэІуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Апхуэдэу дэ Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур къэдгъэлъагъуэмэ, езыми нэхъыфІыжу дыкъилъагъунущ (Ин. 14:23; 1 Ин. 5:3).

6. Еврейхэм 6:10—12 зэритымкІэ, япэм тщІа Іуэхугъуэ закъуэхэр сыт щІэмащІэр, Иеговэ и шэтырым дыкъыщынэн щхьэкІэ?

6 Иеговэ хуэтщІа псори лъапІэу елъытэ. Ауэ япэм тщІа Іуэхугъуэ закъуэхэм щхьэкІэ абы и шэтырым хьэщІэу дыкъыщынэфынукъым. Мы гупсысэр къыхощ Еврейхэм 6:10—12 (къеджэ). Иеговэ хуейщ ди гум къыбгъэдэкІыу «и кІэм нэсыху» дыхуэлэжьэну. Дэ ди Іэр едмыхьэхыу къару етхьэлІэмэ, абы фІыгъуэ къыпэкІуэнущ — Иеговэрэ дэрэ ди зэныбжьэгъугъэм кІэух иІэнукъым (Гал. 6:9).

УИГУКІЭ ПЭЖЫР ЖЫІЭ

7. УигукІэ пэжыр жыпІэным сыт къикІыр?

7 Иеговэ и хьэщІэу щытыну хуей цІыхум игукІэ пэжыр жиІэн хуейщ (Пс. 15:2). Абы къокІ пцІы дымыупсыну, сыт дымыщІэми, сыт жыдмыІэми, пэжагъым дытетыну (Евр. 13:18). Абы мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «Иеговэ цІыху пцІыІуэпцІышэм гущыкІ хуещІ, ауэ цІыху пэжым Алыхьыр и ныбжьэгъуфІщ» (Прит. 3:32).

8. Сыт хуэдэ щытыкІэ дэ диІэн хуэмейр?

8 ЦІыхухэм щахэтым деж зигукІэ пэж жызыІэм Алыхьым и жыІэм щІэту фэ зытригъэуэнукъым икІи зыми къыщимылъагъум дежи Алыхьым и хабзэхэм текІынукъым (Ис. 29:13). Апхуэдэу щыту фэ зытезыгъауэр цІыху фэрыщІу жыпІэ хъунущ. Дапхуэдэу цІыхур фэрыщІ зэрыхъур? ЯпэщІыкІэ абы Библием ит языныкъуэ хабзэхэм шэч къытрихьэу щІедзэ (Екъуб 1:5—8). ИужькІэ апхуэдэу мыхьэнэшхуэ имыІэу къыщыхъу ІуэхугъуэхэмкІэ Иеговэ емыдэІуэжу мэхъу. И жыІэмыдаІуэныгъэм занщІэу зыри къыпэмыкІуэмэ, ар адэкІи нэхъ тогушхуэ Алыхьым и хабзэм ебэкъуэну (Эккл. 8:11). Апхуэдэу ар Алыхьым зэрыхуэлажьэм мыхьэнэ имыІэжу мэхъу. Ауэ дэ дыхуейщ сыт и лъэныкъуэкІи пэжагъ дгъэлъэгъуэну.

9. Нафанаил и сыт хуэдэ хьэл-щэн Хьисэ игу ирихьар икІи сытым абы дыхуигъасэрэ? (Сурэтми феплъ.)

9 УигукІэ пэжыр жыпІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ар къыхощ Филипп Хьисэ и деж Нафанаил щишам щыгъуэ къэхъуа Іуэхугъуэм. Хьисэ Нафанаил ицІыхуу щымытами, мыпхуэдэ псалъэхэр жиІащ: «Мис Израил щыщ цІыху щыпкъэу гъэпцІагъэ гуэри зыхэмылъыр» (Ин. 1:47). ДауикІ, Хьисэ къилъытэт и гъэсэнхэм псоми пэжагъ ягъэлъагъуэу, ауэ Нафанаил а хьэл-щэныр нэгъэсауэ игъэлъагъуэт. Дэ дэщхьуи Нафанаил гуэныхь хэлът, ауэ абы фэрыщІагъ лъэпкъ хэлътэкъым. Хьисэ ар игъэщІэгъуащ икІи абы щытхъуащ. ДауикІ, дэри дыхуейщ Хьисэ дэр щхьэкІэ апхуэдэу жиІэфыну!

Филипп Хьисэ деж и ныбжьэгъу Нафанаил къишащ. А цІыхухъум гъэпцІагъэ лъэпкъ хэлътэкъым. Дэр щхьэкІи апхуэдэу жыпІэ хъуну пІэрэ? (9 абзацым феплъ.)


10. Дэ жытІэм дыщІыкІэлъыплъын хуейр сыт? (Екъуб 1:26).

10 Псаломым и 15-нэ псалъащхьэм къытхуигъэувхэм и нэхъыбэр зытегъэщІар нэгъуэщІхэм дазэрыхущытын хуейращ. Псалом 15:3 щыжыІащ Иеговэ и деж хьэщІэу щыІэ цІыхум зыми пцІы зэрытримылъхьэр, и гъунэгъум Іей зэрыримыщІэр, и ныбжьэгъухэри зэримыгъэпудыр. Дэ ди бзэм дыкІэлъымыплъыжмэ, зэранышхуэ нэгъуэщІхэм екІыфынущ. Абы щыгъуэ Иеговэ и шэтырым дыщыІэну хуитыныгъэ диІэр тфІэкІуэдынущ. (Къеджэ Екъуб 1:26.)

11. ПцІым сыт къихьыр икІи нэгъуэщІым пцІы тезылъхьэу абы хущІемыгъуэжым сыт къыпэщылъыр?

11 Псаломыр зытхам жеІэ Иеговэ и деж хьэщІэу щыІэ цІыхум зыми пцІы зэрытримылъхьэр. ЦІыхум пцІы гуэр щыхужаІэм деж абы и цІэр улъия мэхъу. ПцІыр зыгъэбагъуэр икІи абы хущІемыгъуэжыр зэхуэсым хагъэкІ (Иер. 17:10).

12, 13. Дэ езым дымыщІэххэу дапхуэдэу ди ныбжьэгъухэр зэрыдгъэпудынкІэ хъунур? (Сурэтми феплъ.)

12 Псалом 15:3 иджыри щыжыІащ Иеговэ и хьэщІэм «и гъунэгъум Іей зэрыримыщІэр икІи и ныбжьэгъухэр зэримыгъэпудыр». Дапхуэдэу дэ ди ныбжьэгъухэр зэрыдгъэпудынкІэ хъунур?

13 Дэ езым дымыщІэххэу зыгуэр дгъэпудынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, мыпхуэдэ Іуэхугъуэхэр ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ: 1) шыпхъум пионер лэжьыгъэр къегъанэ, 2) зэщхьэгъуситІым Вефилым щылэжьэн щагъэт, 3) къуэшыр зэхуэсым и нэхъыжьу е и дэІэпыкъуэгъуу щытыжкъым. Апхуэдэу къыщІэхъуам и щхьэусыгъуэ псор дэ тщІэкъым. А Іуэхугъуэхэм щхьэусыгъуэ хуэхъуфынур къэдмыгупсысмэ икІи нэгъуэщІхэм я гъусэу абы дытемыпсэлъыхьмэ нэхъыфІщ. ЗэрытщІэжщи, Иеговэ и хьэщІэм «и гъунэгъум Іей ирищІэкъым икІи и ныбжьэгъухэр игъэпудкъым».

НэгъуэщІхэм ІейкІэ датепсэлъыхьмэ, бзэгузехьэ дыхъункІэ хъунущ (12, 13 абзацхэм феплъ.)


ИЕГОВЭ ФІЭЛІЫКІХЭМ ПЩІЭ ЯХУЭФЩІ

14. Иеговэ и ныбжьэгъухэм дапхуэдэу къызэращІэфынур «Іумпэм пщІыну зыхуэфащэхэр»? КъыдгурывгъаІуэ.

14 Псалом 15:4 щыжыІащ «Іумпэм пщІыну зыхуэфащэхэм» Иеговэ и ныбжьэгъум «пэІэщІэ зэрызахуищІыр». ЦІыхур Іумпэм пщІыну хуэфащэрэ хуэмыфащэрэ хэт зэхэзыгъэкІыфынур? Дэ гуэныхь тхэлъщи, а Іуэхум теухуауэ диІэ еплъыкІэмрэ гурыщІэхэмрэ тетщІыхь хъунукъым. Гуэныхьым къыхэкІкІэ дэ языныкъуэ цІыхухэм дозэгъ, языныкъуэхэм дезэгъкъым. Аращи, дэ пэІэщІэ зызыхуэтщІын хуейр «Іумпэм пщІыну» зыхуэфащэу Иеговэ къилъытэхэращ (1 Кор. 5:11). Апхуэдэ цІыхухэм хеубыдэ зи гуэныхь хущІемыгъуэжахэр, ди фІэщ хъум пщІэ хуэзымыщІхэр е Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр зэтезыкъутэну хущІэкъухэр (Прит. 13:20).

15. «Иеговэ фІэлІыкІхэм» пщІэ зэрахуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

15 Псалом 15:4 иджыри щыжыІащ «Иеговэ фІэлІыкІхэм» пщІэ хуэтщІын зэрыхуейр. Абы къыхэкІкІэ дэ дыхущІокъу Иеговэ и ныбжьэгъухэм гуапэу, пщІэ хэлъу дахущытыну (Рим 12:10). Сыт ар къызыхэщыр? Иеговэ и деж хьэщІэу щыІэ цІыхум щхьэкІэ Псалом 15:4 щыжыІащ «псалъэ итам ар сыт щыгъуи зэрытетыжыр, абы и зэран къекІыжынуми». Дэ псалъэ ттам дытемытыжмэ, нэгъуэщІхэм ди зэран екІыфынущ (Мт. 5:37). Псалъэм папщІэ, Иеговэ и ныбжьэгъухэм щогугъ я нэчыхьыр яхъумэну. Абы нэмыщІ Иеговэ и гуапэщ адэ-анэм я сабийхэр къызэрагъэгугъар щагъэзэщІэжым деж. Алыхьымрэ цІыхухэмрэ фІыуэ тлъагъумэ, псалъэ ттар дгъэзэщІэжынущ.

16. Дапхуэдэу дэ Иеговэ и ныбжьэгъухэм иджыри пщІэ зэрахуэтщІыр?

16 Алыхьым и ныбжьэгъухэм иджыри пщІэ яхудощІ, хьэщІагъэрэ хьэлэлагърэ хэлъу дащыхущытым деж (Рим 12:13). Дэ къуэш, шыпхъухэм дадоуэршэр зэІущІэхэм ипэ, иужь икІи хъыбарыфІ гъэІуным дыщыхэтым деж. Ауэ абы нэмыщІ зэгъусэу ди нэгу зедгъэужьынми мыхьэнэшхуэ иІэщ. Апхуэдэу дэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ дощІ, Иегови нэхъ гъунэгъу дыхуохъу. Дэ хьэщІагъэ зэрыдгъэлъагъуэмкІэ ди Алыхь Иеговэ щапхъэ тыдох.

АХЪШЭМ ФЫЩІЭМЫХЪУЭПС

17. 15-нэ Псаломым ахъшэм и гугъу щІищІыр сыт?

17 Иеговэ и хьэщІэр дапхуэдэу иджыри зэрыщытыр? Абы «гъэбэгъуауэ къыІихыжын и мураду... цІыхум ахъшэ щІыхуэ ириткъым, лажьэ зимыІэми къуаншагъэ трилъхьэн щхьэкІэ Іулъхьэ къищтэкъым» (Пс. 15:5). Мы псаломым ахъшэм и гугъу щІищІыр сыт? Ахъшэм куэдрэ дегупсысмэ, ар ди дежкІэ цІыхухэм нэхърэ, уеблэмэ Алыхьым нэхъри, нэхъ лъапІэ хъуфынущ (1 Тим. 6:10). Пасэрей зэманым языныкъуэхэм я лъэпкъэгъухэм ахъшэ проценткІэ иратурэ мылъку ящІт. ХеящІэхэми Іулъхьэ къащтэу, лажьэ зимыІэ цІыхур къуаншэу къыщыщІрагъэдз къэхъут. Апхуэдэ дуней тетыкІэр Иеговэ илъагъу хъукъым (Иез. 22:12).

18. Сыт хуэдэ упщІэхэр къыддэІэпыкъуну, ахъшэм дызэрыхущытыр къэтлъагъун щхьэкІэ? (Еврейхэм 13:5).

18 Аращи, ахъшэм дызэрыхущытым дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Мыпхуэдэу дызэупщІыж хъунущ: «Ахъшэмрэ абы кърипщэху хъунымрэ щІэх-щІэхыурэ сегупсысрэ? ЩІыхуэ къэсщтар и чэзум стыжрэ? Хьэмэрэ кІыхьлІыхь сщІырэ — къыщызитакІэ хуэныкъуащэкъым — жысІэу? Ахъшэм цІыху пагэ, цІыху нэпсей симыщІу пІэрэ? Къуэшым е шыпхъум ахъшэ фІыуэ къыхэхъуэмэ, абы и гур ахъшэм етауэ семыгупсысу пІэрэ? Згъэныбжьэгъур къулей закъуэхэра?» Иеговэ дэ пщІэшхуэ къытхуищІащ хьэщІэу дыкъызэрыригъэблэгъамкІэ. Абы и хьэщІэу дыкъэнэн щхьэкІэ, ахъшэм дыщІэхъуэпсын хуейкъым. Апхуэдэу тщІэмэ, Иеговэ дэ зэи дыкъигъэнэнукъым. (Къеджэ Еврейхэм 13:5.)

ИЕГОВЭ И НЫБЖЬЭГЪУХЭР ФІЫУЭ ЕЛЪАГЪУ

19. 15-нэ Псаломым зэритым хуэдэу дыщытыну Иеговэ щІыхуейр сыт?

19 15-нэ Псаломыр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ еух: «Апхуэдэ дуней тетыкІэ зиІэр зэи лъэпэрэпэнукъым» (Пс. 15:5). Даут къыдгурегъаІуэ мы псаломым зэритым хуэдэу дыщытыну Иеговэ щІыхуейр. Апхуэдэу тщІэмэ насыпыфІэу дыщытынущ. Алыхьым и унафэм дытетмэ, абы дыкъихъумэнущ икІи и нэфІ къытщыхуэнущ (Ис. 48:17).

20. Иеговэ и хьэщІэхэм сыт хуэдэ гъащІэ къапэщылъ?

20 Иеговэ и хьэщІэхэм гъащІэ дахэ къапэщылъщ. Помазанникхэр Хьисэ псэупІэ щахуигъэхьэзыра уафэм щыпсэунущ (Ин. 14:2). ЩІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэр Апокалипсис 21:3 ит псалъэхэр къыщыхъунум къахуэмыгъэсу поплъэ. Иеговэ пщІэшхуэ къытхуищІащ абы и ныбжьэгъуу дыщытыну икІи и шэтырым игъащІэкІэ дыщыхьэщІэну!

39 УЭРЭДЫР Иеговэ и дежкІэ уи цІэр къабзэу щрет