26 СТАТЬЯР
8 УЭРЭДЫР Иеговэ — ди быдапІэщ
Иеговэ уи дежкІэ къыру щрет
«Ди Алыхьым хуэдэ къыр щыІэкъым» (1 САМ. 2:2).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Библием Иеговэ къырым щІригъэщхьым икІи абы сытым дыхуигъасэми.
1. Псалом 18:46 зэритымкІэ, Даут Иеговэ сытым иригъэщхьа?
НОБЭ дыщыпсэу дунейр егъэлеяуэ гугъущ. Дэ дымыщІэххэу гугъуехь гуэр дыпэщІэхуэу ди гъащІэм зэуэзэпсэу зихъуэжыфынущ. Ауэ, ди насыпщи, дэ ди закъуэкъым — ди Алыхьыр сыт щыгъуи ди гъусэщ. Мыбы ипэ дджа статьям зэрыщыжытІащи, «Иеговэ — Алыхь псэущ», ар хьэзырщ сытым щыгъуи къыддэІэпыкъуну. (Къеджэ Псалом 18:46.) Ауэ а псалъэхэм иужь Даут Иеговэ щхьэкІэ «си Къыр» жиІащ. Сыт абы Алыхь псэур псэ зыІумыт къырым щІригъэщхьар?
2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Библием Иеговэ къырым щІригъэщхьыр икІи а псалъэм Алыхьым и сыт хуэдэ хьэл-щэн къытхузэІуихми. Дэ иджыри къэтщІэнущ дапхуэдэу Алыхьыр ди къыр хъуфынуми. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынущ Иеговэ дапхуэдэу щапхъэ тетхыфынуми.
БИБЛИЕМ ИЕГОВЭ КЪЫРЫМ ЩІРИГЪЭЩХЬЫР СЫТ?
3. Библием ит сыт хуэдэ едзыгъуэхэра Иеговэ къырым езыгъэщхьыр икІи сыт щхьэкІэ? (Сурэтым феплъ.)
3 Библием итщ Иеговэ щагъэлъапІэкІэ куэдым ар къырым ирагъэщхьу зэрыщытар. Апхуэдэу Библием къытхузэІуех Алыхьым и хьэл-щэн языныкъуэхэр. Иеговэ щхьэкІэ «Къыр» жиІэу япэ дыдэу ущрихьэлІэр Второзаконие 32:4 едзыгъуэращ. Аннэ и тхьэлъэІуми мыпхуэдэ псалъэхэр хэтащ: «Ди Алыхьым хуэдэ къыр щыІэкъым» (1 Сам. 2:2). Бегъымбар Аввакум «си Къыр» жиІэри Иеговэ зыхуигъэзауэ щытащ (Авв. 1:12). Абы нэмыщІ 73-нэ Псаломыр зытхам Иеговэ щхьэкІэ «си гум и къыр» жиІащ (Пс. 73:26). Езы Иегови «Къырым» зригъэщхьащ (Ис. 44:8). Дэ иджыпсту Алыхьым и хьэл-щэнищ зэпкърытхынущ. А хьэл-щэнхэм я фІыгъэкІэ дэ къэтщІэнущ Алыхьыр къырым щІедгъэщхь хъунур икІи ар «ди Къыр» дапхуэдэу хъуфынуми (Втор. 32:31).
4. Иеговэ хъумапІэм щІебгъэщхь хъунур сыт? (Псалом 94:22).
4 Иеговэ — ди хъумапІэщ. Къырым борэнышхуэм ущихъумэфынущ. Апхуэдэ дыдэу дэри Иеговэ дыкъехъумэ шынагъуэ гуэр дыщыпэщІэхуам деж. (Къеджэ Псалом 94:22.) Ар къыддоІэпыкъу абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр тхъумэну, абы нэмыщІ дыкъегъэгугъэ хуэмыгъэзэкІуэжын зэран зэи зыми къызэрыдимыщІэнумкІэ. КъэкІуэну зэманми Иеговэ дэ нэхъыбэж къытхуищІэнущ — мамырыгъэ тфІэзыгъэкІуэд икІи гугъуехь дэзыгъэшэч псори абы игъэкІуэдынущ (Иез. 34:25, 26).
5. Дапхуэдэу Иеговэ ди хъумапІэ зэрыхъуфынур?
5 Иеговэ хъумапІэ зэрытщІыфыну Іэмалхэм ящыщ зыр ар — тхьэлъэІуращ. Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж, абы ди гумрэ ди акъылымрэ къэзыхъумэ «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр» къыдет (Флп. 4:6, 7). И фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ ягъэтІыса Артём и щапхъэм деплъынщ. Следователым ар допрос ищІыху сыт щыгъуи гущІэгъуншэу къыхущытт, игъэшынэнуи хэтт. Сыт Артём абы щыгъуэ ищІар? Абы игу къегъэкІыж: «Сэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъазэурэ мамырыгъэрэ Іущагърэ къызитыну селъэІут». Артём гуфІэт следователым къигъэсэбэп Іэмалхэр зэрыкІуэцІрымыкІыр щилъагъум деж. Абы жеІэ: «Иеговэ зэрызигъусэм щхьэкІэ мывэ блыным сыкъыдэт хуэдэт».
6. Иеговэ сыт щыгъуи дыщІыщыгугъ хъунур сыт? (Исайя 26:3, 4).
6 Иеговэ — дзыхь зыхуэпщІ хъун Алыхьщ. Къырыр сытым щыгъуи и пІэм зэритым хуэдэу, Иеговэ сыт щыгъуи ди гъусэщ. Дэ абы дыщыгугъ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «Иеговэ — игъащІэкІэ щыІэну Къырщ». (Къеджэ Исайя 26:3, 4.) Абы къыхэкІкІэ ар сыт щыгъуи ди тхьэлъэІухэм едэІуэнущ, къыддэІэпыкъунущ, дыкъызэригъэгугъауэ хъуари игъэзэщІэжынущ. Иеговэ дзыхь хуэтщІыну иджыри и зы щхьэусыгъуэр — ар и лэжьакІуэхэм пэжагъ хэлъу зэрыхущытыращ (2 Сам. 22:26). Абы зэи щыгъупщэнукъым ІуэхуфІу длэжьхэр, тыгъэншэуи дыкъигъэнэнукъым (Евр. 6:10; 11:6).
7. Иеговэ дыщыгугъмэ, сыт абы къыпэкІуэнур? (Сурэтми феплъ.)
7 Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь щыхуэтщІкІэ ар ди къыр мэхъу. Дэ быдэу ди фІэщ мэхъу абы чэнджэщ къыдиту хъуар сэбэп къызэрытхуэхъур. Аращи, зэман гугъухэми дэ абы и жыІэм дыщІэтщ (Ис. 48:17, 18). Дэ ар къызэрыддэІэпыкъур щытлъагъум деж, нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІу дохъу. Апхуэдэу дэ къэкІуэну зэманым щыІэну гъэунэхуапІэхэм зыхудогъэхьэзыр. А гъэунэхуапІэхэм дэ Иеговэ димыгъусэу дыпхыкІыфынукъым. Иеговэ узыщыгугъ хъун Алыхьу зэрыщытыр къыдгуроІуэ, гугъуехь гуэр дыпэщІэхуэу дэІэпыкъуэгъу щыдмыгъуэтым деж. Лъэхъуэщым щиса зэманыр игу къигъэкІыжу Владимир мыпхуэдэу жеІэ: «Лъэхъуэщым сыщисам нэхърэ Иеговэрэ сэрэ нэхъ гъунэгъу дыщызэхуэхъуа зэман щыІакъым. Гугъуехьым уи закъуэу ущыпэщІэтым икІи абы зыри щыпхуемыщІэм деж, Иеговэ нэхъыбэу дзыхь хуэпщІу зыбогъасэ».
8. 1) Иеговэ къырым иджыри сыткІэ ещхь? 2) Алыхьыр ди къыру зэрыщытым щхьэкІэ сыт дыщІэгуфІэр? (Псалом 62:6, 7).
8 Иеговэ зихъуэжкъым. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт мывэ блын лъагэу щыт бгы. Уэшхми, уэсми, зэманми абы зыри иращІэфкъым. Апхуэдэ дыдэу Алыхьми зихъуэжкъым. Абы и хьэл-щэнхэми и мурадхэми захъуэжкъым (Мал. 3:6). Іэдэмрэ Хьэуарэ Іэдэн жыг хадэм Алыхьым щыпэщІэувам щыгъуэ, Иеговэ цІыхухэм яхуиІэ мурадым зихъуэжакъым. Апостол Паул зэритхащи, Иеговэ и псалъэм епцІыжыну зы Іэмали щыІэкъым (2 Тим. 2:13). Аращи, сыт къэмыхъуами адрейхэм дапхуэдэу замыщІами, Иеговэ зэрыщытам хуэдэу къэнэжынущ икІи и мурадхэмрэ и хабзэхэмрэ ебэкъуэнукъым. Мы зэман гугъум дэ ди гур гъэтІылъауэ абы дзыхь хуэтщІ хъунущ. Ар ди къегъэлакІуэщ икІи ди быдапІэщ. (Къеджэ Псалом 62:6, 7.)
9. Татьянэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
9 Иеговэ ди къыру щытынущ, ди акъылыр абы и хьэл-щэнхэмрэ и мурадымрэ тедухуэмэ. Абы и фІыгъэкІэ дэ дымыгузавэу гъэунэхуапІэхэм дыпэщІэтыфынущ икІи Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэфынущ (Пс. 16:8). Ар ди шыпхъу Татьянэ игъэунэхуащ, и фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ унэм къыщІэкІыну хуимыту судым унафэ щищІам щыгъуэ. Абы жеІэ: «Сэ, пэж дыдэу, си закъуэу сыкъэнат... Ар тыншу щытауэ пхужыІэнукъым. Сэ щІэх-щІэхыурэ си лъэр щІэхут». НтІэ, дауэ Татьянэ гупсэхугъуэ зэрызригъэгъуэтыжар? Ди шыпхъум и акъылыр зытриухуар Иеговэрэ абы и мурадымрэт. Абы пещэ: «Сэ къысщыщІам сыщегупсысам къызгурыІуащ а гугъуехьыр сыщІиІэр Иеговэ сызэрыхуэпэжым щхьэкІэу зэрыщытыр. А гупсысэр къыздэІэпыкъуащ си щхьэм куэдыщэу семыгупсысыну».
10. Сыт иджыпсту тщІэн хуейр, Иеговэ ди къыр хъун щхьэкІэ?
10 ДяпэкІэ къэкІуэну зэманыр егъэлеяуэ хьэлъэу щытынущ. Абы щыгъуэ дэ Иеговэ зэи хуэмыдэу дзыхь хуэтщІын хуеинущ. Иджыпсту игъуэ дыдэщ сыт къэмыхъуами Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэн щхьэкІэ ар къызэрыддэІэпыкъунумкІэ ди фІэщхъуныгъэр дгъэбыдэну. Сыт дэ абы щхьэкІэ тщІэн хуейр? Алыхьыр пасэрей зэманым и лэжьакІуэхэм зэрыдэІэпыкъуу щытам, иджыпстуи зэрыдэІэпыкъум теухуауэ деджэн хуейщ. Иеговэ абыхэм я хъумапІэу икІи я дэІэпыкъуэгъуу зэрыщытам девгъэгупсыс. Абы щыгъуэ Иеговэ дэри ди къыр хъунущ.
ИЕГОВЭ И ХЬЭЛ-ЩЭНХЭМ ЩАПХЪЭ ТЕФХ
11. Дэтхэнэ зыми Иеговэ сыткІэ щапхъэ тетхын хуей? (« Ди къуэш щІалэщІэхэм ягъэув хъуну мурадхэр» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)
11 Иеговэ къырым ещхьщ жиІэм къикІыр дэ къэтщІащ. Иджыпсту дэ зэпкърытхынущ абы дапхуэдэу щапхъэ тетхыфынуми. А хьэл-щэныр зыхэтлъхьэмэ, къуэш, шыпхъухэм нэхъ дадэІэпыкъуфынущ. Псалъэм папщІэ, Хьисэ Симон щхьэкІэ Кифэ жиІащ (алыджыбзэкІэ Пётр). Абы къокІ «къырым и Іыхьэ» жиІэу (Ин. 1:42). Абы къегъэлъагъуэ Пётр къуэш, шыпхъухэм гупсэхугъуэ яригъэгъуэту икІи фІэщхъуныгъэ быдэ яІэну ядэІэпыкъуу зэрыщытынутэр. Библием зэхуэсым и нэхъыжьхэр «къырым къыуит жьауэу» зэрыщытыр жеІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм зэхуэсыр яхъумэ (Ис. 32:2). ДауикІ, Иеговэ щапхъэ тезыхын хуейр зэхуэсым и нэхъыжь закъуэхэракъым, атІэ дэри абы щапхъэ тетхыу зыр зым и дежкІэ къырым хуэдэу дыщытын хуейщ (Еф. 5:1).
12. Дапхуэдэу къуэш, шыпхъухэм щІэгъэкъуэн дазэрыхуэхъуфынур?
12 Зэман гугъухэм къуэш, шыпхъухэм щІэгъэкъуэн фахуэхъу. Иныкъуэхэм деж гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъум, цІыхухэм зыкъыщаІэтым е зауэ къыщыхъукІэ къуэш, шыпхъухэм я унэхэр къагъэнэн хуей мэхъу. Апхуэдэм деж ахэр ди деж щыпсэуну къедгъэблагъэу ди унэр хъумапІэ яхуэтщІ хъунущ. «Мы дунейм и иужьрей махуэхэм» гъащІэр кІуэ пэтми нэхъ Іей хъуурэ макІуэ (2 Тим. 3:1). Аращи, зым зыр дэІэпыкъуэгъу дыщыхуэхъун хуей Іуэхугъуэхэм нэхъыбэрэ дихуэнущ. Ди къуэш, ди шыпхъухэм духовнэ, эмоциональнэ лъэныкъуэкІэ дэІэпыкъуэгъу дахуэхъуфынущ. Дапхуэдэу? Псалъэм папщІэ, зэІущІэ дыщиІэм деж гуапагъ тхэлъу, къекІуалІэхэр дгъэгушхуэу дыщытын хуейщ. Апхуэдэу тщІэмэ, зэІущІэм къакІуэхэм зыхащІэнущ фІыуэ къызэралъагъур. Дэ хуабагъ, лъагъуныгъэ здэщымыІэ дунейм дыщопсэу, цІыхухэри сытым дежи стрессым хэтщ. Аращи, дэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэн хуейщ, зэІущІэм къакІуэхэм гупсэхугъуэрэ лъагъуныгъэрэ зыхащІэу къару ягъуэтыжын щхьэкІэ.
13. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дапхуэдэу къуэш, шыпхъухэм щІэгъэкъуэн зэрахуэхъуфынур? (Сурэтми феплъ.)
13 Зэман гугъухэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр къуэш, шыпхъухэм доІэпыкъу. Гузэвэгъуэ гуэр е сымаджэщ Іуэху умыщІэххэу къыщыкъуэкІым деж зэхуэсым и нэхъыжьхэр занщІэу дэІэпыкъуэгъу зэрыхъуным иужь итщ. Абы нэмыщІ а къуэшхэм Библиер къагъэсэбэпу гугъуехь пэщІэхуахэр ягъэгушхуэ икІи абыхэм гупсэхугъуэ ират. Къуэш, шыпхъухэм тыншу зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыхуагъэзэфынущ, а къуэшхэм гущІэгъу, зэхэщІыкІ, щабагъ яхэлъу къазэрыхущытынур ящІэмэ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм фІыуэ дызэралъагъур тщІэмэ, ди дежкІэ нэхъ тынш хъунущ Библием тегъэщІауэ абыхэм къыдат чэнджэщхэр зэтхьэлІэну (1 Фес. 2:7, 8, 11).
14. Дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу дапхуэдэу дызэрыщытыфынур?
14 Дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу фыщыт. Зыгуэр гугъуехь щыпэщІэхуэм деж, дэ дыхуейщ абы дызэрыдэІэпыкъунум шэч къытримыхьэну (Прит. 17:17). Дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу дыкъалъытэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр? Абы щхьэкІэ Алыхьым игу ирихь хьэл-щэнхэр сыт щыгъуи дгъэлъэгъуэн хуейщ. Псалъэм папщІэ, псалъэ ттар дгъэзэщІэжу, зыгуэр тщІэн хуейм е зыщІыпІэ дэкІуэн хуейм ар игъуэу тщІэуэ дыщытын хуейщ (Мт. 5:37). Абы нэмыщІ зыгуэр дэІэпыкъуэгъу щыхуэныкъуэм деж лъэныкъуэ зедмыгъэзыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Зы къалэн гуэр ди пщэ къыдалъхьамэ, ар зэрыжаІам тету дгъэзэщІэн хуейщ.
15. Дзыхь зыхуэпщІ хъун зэхуэсым и нэхъыжьхэр къуэш, шыпхъухэм сыт лъапІэу щІалъытэр?
15 Дзыхь зыхуэпщІ хъун зэхуэсым и нэхъыжьхэр зэхуэсым сэбэпышхуэ хуохъу. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Зэхуэсым и нэхъыжьыр (псалъэм папщІэ, гупым и нэхъыжьыр) ущыхуейм деж къэбгъуэтыфу щытмэ, къуэш, шыпхъухэм дежкІэ нэхъ тынш хъунущ абы зыхуагъэзэну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дэІэпыкъуэгъу хъуну зэрыхьэзырыр щалъагъум деж къуэш, шыпхъухэм зыхащІэ фІыуэ къызэралъагъур. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм езыхэм я гупсысэ жамыІэу, атІэ жаІэр сытым щыгъуи Библиемрэ унэІут пэжым къыдит публикациехэмрэ тегъэщІауэ щыщытым деж, дэ абыхэм нэхъ тыншу дзыхь яхуэтщІынущ. Абы нэмыщІ дэ лъапІэу долъытэ а къуэшхэм ди щэхухэр нэгъуэщІхэм зэрыжрамыІэр, псалъэ ятами зэрытетыжыр.
16. Иеговэ пэжу дыкъызэрыхуэнэр нэгъуэщІхэми ди щхьэми дапхуэдэу сэбэп зэрыхуэхъур?
16 Иеговэ хуэпэжу фыщыт. Иеговэ сыткІи дыхуэжыІэдаІуэу икІи унафэ къатщтэхэр абы и Псалъэм тегъэщІауэ щыщытым деж, дэ адрейхэм щапхъэфІ дахуохъу. Библиер дджыурэ ди фІэщхъуныгъэр щыдгъэбыдэм деж, Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэфынущ, и хабзэхэми дытетыфынущ. Дэ тегушхуэгъуейуэ, техьэ-текІыу дыщытынукъым икІи дунейм къыщекІуэкІ пцІым дыщигъэуэнукъым (Еф. 4:14; Екъуб 1:6—8). Иеговэ дыкъызэригъэгугъэр быдэу ди фІэщ хъумэ, хъыбар Іейхэм ди лъэр щІиудынукъым (Пс. 112:7, 8). Абы нэмыщІ гугъуехь пэщІэхуэхэми щІэгъэкъуэн дахуэхъуфынущ (1 Фес. 3:2, 3).
17. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэр дапхуэдэу зэрагъэбыдэр?
17 Иеговэ щогугъыр зэхуэсым и нэхъыжьхэм шыІэныгъэ, Іущагъ яхэлъу, зыпэрыувэ Іуэхур и кІэм нагъэсу щытыну. Ахэр Алыхьым и Псалъэм быдэу зэрытетым и фІыгъэкІэ нэгъуэщІхэм ядоІэпыкъуф Іеищэу мыгузэвэну, я фІэщхъуныгъэми быдэу тетыну (Тит 1:9; 1 Тим. 3:1—3). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм я щапхъэм къуэш, шыпхъухэр хуегъэуш зэхуэсхэр бламыгъэкІыну, хъыбарыфІ гъэІуным хэтыну икІи езыхэми Библиер куууэ яджыну. Къуэш, шыпхъухэр гугъуехь гуэр щыпэщІэхуэм деж, зэхуэсым и нэхъыжьхэр абыхэм ядоІэпыкъу псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэм — Иеговэ дыкъызэригъэгугъэм — я акъылыр траухуэну.
18. Сыт дыхуэзыгъэушыр Иеговэ дгъэлъэпІэну икІи ди зэныбжьэгъугъэр дгъэбыдэну? (« Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр гъэбыдэ» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)
18 Мы статьяр дэ къыддэІэпыкъуащ ди Алыхьыр нэхъыфІу къэтцІыхуну. Иеговэ и хьэл-щэн дахэ къэтщІахэм дыщегупсысым деж пащтыхь Даут хэІэтыкІауэ жиІа псалъэхэм арэзы дытохъуэ: «ВгъэлъапІэ Иеговэ, си Къырыр» (Пс. 144:1). Иеговэ — дзыхь зыхуэпщІ хъун Алыхьщ. Ар сыт щыгъуи апхуэдэу щытащ, щытщ икІи щытынущ. Иеговэ зэи дыкъигъэнэнукъым, аращи, дэ дыхуейщ игъащІэ псокІэ абы и ныбжьэгъуу дыщытыну. Дэ илъэс дапщэ дымыхъуами, Иеговэ щхьэкІэ «ар си Къырщ» жытІэфынущ (Пс. 92:14, 15).
150 УЭРЭДЫР Иеговэ къэлъыхъуэ, укъелын щхьэкІэ
a СУРЭТЫМ ИТЫР. ЗэІущІэм щыІэу шыпхъур зыгъэгузавэмкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм догуашэ.