БИБЛИЕМ УЩРИХЬЭЛІЭ ПСАЛЪЭХЭР
ФІэщхъуныгъэ фиІэу пІэрэ?
Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ дэ фІэщхъуныгъэ диІэн хуейщ. Апхуэдэу щытми, Библием щыжыІащ: «Псоми фІэщхъуныгъэ яІэу щыткъым» (2 Фес. 3:2). Апостол Паул а псалъэхэр щыжиІам зи гугъу ищІар гугъу езыгъэхь «цІыху бзаджэ Іейхэращ». Ауэ абы и псалъэхэр нэгъуэщІ цІыхухэми хуэпхь хъунущ. Псалъэм папщІэ, нобэ языныкъуэхэм Алыхьым псори къызэригъэщІар я фІэщ ящІын ядэкъым (Рим 1:20). НэгъуэщІхэри арэзы тохъуэ къаруушхуэ зиІэ гуэр зэрыщыІэм, ауэ ар Иеговэ зыгъэгуфІэ фІэщхъуныгъэкъым.
Дэ быдэу ди фІэщ хъун хуейщ Иеговэ зэрыщыІэр икІи фІэщхъуныгъэ быдэ зиІэхэм и нэфІ зэрыщыхуэр (Евр. 11:6). ФІэщхъуныгъэр — ар Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм ящыщ зыщ. А къару лъапІэр къытІэрыхьэн щхьэкІэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъэзэн хуейщ (Лк. 11:9, 10, 13). Абы нэмыщІ а къарур къытІэрыхьэн щхьэкІэ Библием деджэн хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а тхылъыр Алыхьым и къару лъапІэмкІэ иригъэтхащ. ИтІанэ дызэджам Іэмал имыІэу дегупсысын икІи къэтщІар къэдгъэсэбэпын хуейщ. Апхуэдэу тщІэмэ, Алыхьым и къару лъапІэр къыддэІэпыкъунущ ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэтлъхьэну икІи Иеговэ зыгъэгуфІэ фІэщхъуныгъэ диІэну.